къэщтэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

almakbir yeri almak; kenti almak; fethetmek
Doğuщтэнкъэщтэн
Batıштэнкъэштэн
almakyerdekini almak
Doğuщтэнкъэщтэн
Batıштэнкъэштэн
fethetmek
Ortakкъэзэун
Doğuкъэщтэн
Batıкъэштэн
kiralamakkiraya tutmak
Doğuбэджэнду къэубыдынкъэщтэнкъэӀихын
Batıбэджэндэу къэубытынкъэштэнкъаӀыхын
Kitapta geçtiği hali

штэн/щтэн 2 (ештэ/ещтэ), къэштэн/ къэщтэн (къештэ/къещтэ) (чӀыр/ щӀыр~; КЪАЛЭР ~); ALMAK (bir yeri~; kenti ~; fethetmek)

штэн/щтэн 1 (ештэ/ещтэ), къэштэн/ къэщтэн (къештэ/къещтэ) (чӀым/ щӀым ТЕЛЪЫР ~); ALMAK (yerdekini ~)

щтэн/штэн 1 (ештэ/ещтэ), къэштэн/ къэщтэн (къештэ/къещтэ; чӀым ТЕЛЪЫР/щӀым ~); ALMAK (yerdekini ~)

къэштэн/къэщтэн, КЪЭЗЭУН; FETHETMEK

къэщтэн/къэштэн, КЪЭЗЭУН; FETHETMEK

КЪЭЗЭУН, къэштэн/къэщтэн; FETHETMEK

БЭДЖЭНДэу къэубытын/къэштэн/ къаӀыхын, БЭДЖЭНДу къэубыдын/къэщтэн/къэӀихын; KİRALAMAK (kiraya tutmak)

Bu sonuç kitaptaki 7 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къещтэ)

1. Убыдын, къэпхъуэтэн (ӀэкӀэ).

рувзять кого-что-л. (руками)

Цурэ}.. чысэ кӀыхьыр къищтащ.. тутын тхьэрыкъуэф гъум ишыхьащ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

2. Къэубыдын, къэзэун (быдапӀэ). ЩӀыпӀэр къэщтэн.

рузанять, захватить что-л. (напр. крепость)

Трояр къарукӀэ мыхъуу бзаджагъэкӀэ къащтэн мурадыр ящӀащ грекхэм.— Ижьрей дунейм и историе

3. ЗыгуэркӀэ арэзы хъун, зыгуэрым теубыдэн.

русогласиться с чем-л., принять что-л.

Сэ сыпсэуху фэ зэкъуэшитӀым сырещанэу сыныфхыхьэнщ, си къуэшыгъэр къафщтэмэ.— ӀуэрыӀуатэ

4. Зыгуэр къыхэхын.

рупредпочесть, выбрать что-л.

Жьым щытхъуи щӀэр къащтэ.— Псалъэжьхэр

5. Зыгуэр (унафэ сыт хуэдэхэр) ӀэрыӀэткӀэ гъэбыдэн. Лэжьыгъэм и планыр къэщтэн.

рупринять, утвердить что-л.

6. Къызэт, къэхь (унафэ щӀыныгъэ наклоненэм иту).

рудай, дай сюда (в данном значении употребляется только в императиве)

- УзгъэгуфӀэнущ., Ларисэ. къащтэ гуфӀапщӀэ, - тхьэмадэр унэкум йоувэ.— Щомахуэ Амырхъан

+1 örnek

Къащтэт мыдэ уи тхылъыр.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

(къощтэ)

КъэскӀэн, къыхэщтыкӀын, шынэн.

руиспугаться, вздрогнуть (от неожиданности, страха)

- Дэнэ щыӀэ Быцэ? - къэщтауэ щӀоупщӀэ Маржэнэт икӀи и нэр къихуу зеплъыхь.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

Bu maddedeki ifadeler (17)

бэджэнду къэщтэн

Еплъ: бэджэнд

диныр къэщтэн

Еплъ: дин

{и} емыкӀу къэщтэн

Еплъ: емыкӀу

къалэн къэщтэн

Еплъ: къалэн

13 ifade daha

лэжьапӀэ къэщтэн

Еплъ: лэжьапӀэ

мэ къэщтэн

Еплъ: мэ

нэм къищтэн

Еплъ: нэ

нэхъ къэщтэн

Еплъ: нэхъ

псэм къищтэн

Еплъ: псэ

тхьэкӀумэм къищтэн

Еплъ: тхьэкӀумэ

унафэ къэщтэн

Еплъ: унафэ

хьэл къэщтэн

Еплъ: хьэл

хьэхуу къэщтэн

Еплъ: хьэху

шынэ къэщтэн

Еплъ: шынэ

щӀыхуэ къэщтэн

Еплъ: щӀыхуэ

Ӏэнэ къэщтэн

Еплъ: Ӏэнэ

Ӏэщэ къэщтэн

Еплъ: Ӏэщэ

Kitapta geçtiği hali

къэщтэн I (къещтэ) перех. гл. 1. взять кого-что-л. (руками) / Убыдын, къэпхъуэтэн (ӀэкӀэ). * {Цурэ}.. чысэ кӀыхьыр къищтащ.. тутын тхьэрыкъуэф гъум ишыхьащ. Къ. Хь. 2. занять, захватить что-л. (напр. крепость) / Къэубыдын, къэзэун (быдапӀэ). ЩӀыпӀэр къэщтэн. * Трояр къарукӀэ мыхъуу бзаджагъэкӀэ къащтэн мурадыр ящӀащ грекхэм. Ижь. д. и ист. 3. согласиться с чем-л., принять что-л. / ЗыгуэркӀэ арэзы хъун, зыгуэрым теубыдэн. * Сэ сыпсэуху фэ зэкъуэшитӀым сырещанэу сыныфхыхьэнщ, си къуэшыгъэр къафщтэмэ. фольк. 4. предпочесть, выбрать что-л. / Зыгуэр къыхэхын. * Жьым щытхъуи щӀэр къащтэ. (погов.) 5. принять, утвердить что-л. / Зыгуэр (унафэ сыт хуэдэхэр) ӀэрыӀэткӀэ гъэбыдэн. Лэжьыгъэм и планыр къэщтэн. 6. дай, дай сюда (в данном значении употребляется только в императиве) / Къызэт, къэхь (унафэ щӀыныгъэ наклоненэм иту). * - УзгъэгуфӀэнущ., Ларисэ. къащтэ гуфӀапщӀэ, - тхьэмадэр унэкум йоувэ. Щ. Ам. Къащтэт мыдэ уи тхылъыр. Щ. Ӏ. Бэджэнду къэщтэн см. бэджэнд. Диныр къэщтэн см. дин. {И} емыкӀу къэщтэн см. емыкӀу. Къалэн къэщтэн см. къалэн. ЛэжьапӀэ къэщтэн см. лэжьапӀэ. Мэ къэщтэн см. мэ. Нэм къищтэн см. нэ. Нэхъ къэщтэн см. нэхъ. Псэм къищтэн см. псэ. ТхьэкӀумэм къищтэн см. тхьэкӀумэ. Унафэ къэщтэн см. унафэ. Хьэл къэщтэн см. хьэл. Хьэхуу къэщтэн см. хьэху. Шынэ къэщтэн см. шынэ. ЩӀыхуэ къэщтэн см. щӀыхуэ. Ӏэнэ къэщтэн см. Ӏэнэ. Ӏэщэ къэщтэн см. Ӏэщэ. II (къощтэ) неперех. гл. испугаться, вздрогнуть (от неожиданности, страха) / КъэскӀэн, къыхэщтыкӀын, шынэн. * - Дэнэ щыӀэ Быцэ? - къэщтауэ щӀоупщӀэ Маржэнэт икӀи и нэр къихуу зеплъыхь. Къ. Хь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къещтэ)

1. Убыдын, къэпхъуэтэн (ӀэкӀэ).

[БырмамытӀ:] Дэджэхъу пашэм ещхьу япэ иту кӀуэр зэзэмызэ йотӀысэхри пшахъуэ ӀэшкӀэ къещтэ, и Ӏэгум иреӀуэтыхьри пшахъуэмкӀэ къещӀэ дэнэкӀэ дыунэтӀауэ дыкӀуэми, уеблэмэ къэткӀуар зыхуэдизри къыбжиӀэнущ— ХьэщӀэ лъапӀэ, 400

+2 örnek

Псы стэкан Жамбот къищтауэ ЩыгуфӀыкӀыу бжэм ар Ӏутщ, - Мыпхуэдэпсыр илъэгъуауэ Дэнэ щыӀэ псэ зыӀут— Псы. «Партыр ди пашэу», 16

ЩтэӀэщтаблэу ар [бажэр] йокӀуалӀэ, ЩӀакӀуэр къещтэ, жыгым фӀелъэ, Пшынэр къещтэ, и кӀэр делъэ— Бажэ пшынэ, 3

2. Къэубыдын, къэзэун (п.п. быдапӀэ).

[Локотош цӀыхухэм яжреӀэ:] Ауэ Сталинградыр къащтэрэ – абы щызэуа дзэр мыбыкӀэ къадзыжынщи, мис ар ди лӀыгъэ зэхэгъэкӀыпӀэщ— Нал къута, 256

+2 örnek

ЩӀытӀым итри исри бомбэкӀэ хьэбэсабэ ящӀа нэужь, Къэрэмырзэ и дзэр шым епсыхщ, я къамэ, я сэшхуэ, нэгъуэщӀ къехьэлъэкӀын илъэпкъыр зыкӀэрахауэ, ныбапхъэкӀэ пщыуэрэ, бий ундэрэщхъуам гу къылъамытэу, йопщылӀэри, сигнал зэредгъэлъагъуу, зыкъаӀэтри зы напӀэзыпӀэм бийм я быдапӀэм тоуэри топышэмрэ бомбэмрэ къелар зэтраукӀэри къалэр къащтэ— Лыгъэ, 410

Ер зи натӀэми ихьауэ Мюридыдзэрщ а цӀыхугъащтэр – КъэзэуаткӀэ къуажэр къащтэр— Тисей, 484

3. Зыгуэр къыхэхын.

Ассистенту дохутыр еӀэзэр къызощтэ, - ассистентыр си гум къыщыкӀар иджыпсту дыдэт, Варварэ Романовнэр абыкӀэ тезгъэгушхуэн си гугъэу— Лъапсэ, 14

+2 örnek

Къалэм, къуажэм уахэдатэм, Уэ нэхъ къапщтэм сэ усшэнт— Дыгъэр мазэм игъусамэ… Вагъуэ махуэ, 369

Тхьэр уэгум иту къахоплъэ, Хэт сыт къищтами елъагъур: Хэт дэм ехъуапсэу къефыщӀыр, Дэ купщӀэр яшхмэ, загъэнщӀ. «— Индийскэ поэмэ, 360

4. Унафэ гуэрым тетын, гъэзэщӀэн.

ДэнэкӀэ гъази – псоми я псэукӀэр зэтехуэрт, хабзэу адыгэм яхэмылъаи къащтауэ гу лъитащ.— Кхъэлэгъунэ, 375

+2 örnek

Япэр арауэ, коммунистхэмрэ комсомолецхэмрэ зэхуишэсынщи, дахэкӀэ яхэпсэлъыхьынщ, присягэ къащтар я гум къигъэкӀыжынщи, я къалэн лъапӀэу я пщэм дэлъыр ящыгъупщэ зэрымыхъунур хьэкъкӀэ пхигъэкӀынщ— Нал къута, 256

[Думэсарэ Астемыр жреӀэ:] ФӀы жаӀэрэ – къащтэ, уи гум иубыдэ, Ӏей жаӀэрэ – абы и унафи щӀы, уи акъылым къызэрихькӀэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544

5. Зыгуэр игъэзэщӀэну, иригъэщӀыну зыгуэрым къэлэн щыщӀын.

Бжэ-щхьэгъубжэ, унэлъащӀэ и Ӏэдакъэм щӀэкӀым, унащхьэу иӀэтым къыпэкӀуэм къыхигъэкӀыу унэ ищӀыну и ужь щихьэм, Шыкъымхэ я пхъум и гум жьы дихужащ, и лӀым лӀыщӀэ къищтэу унэ щӀыным и ужь ихьэри здэкӀуи сыти щымыӀэу и фызым и нэӀуэ къытетти— Кхъэлэгъунэ, 374

+2 örnek

ЕтӀанэгъэ дынэсмэ, ди Ӏуэхур нэхъ тэмэму екӀуэкӀынщ, жиӀэу Къазджэрий мызэ-мытӀэу зэрыжиӀар Лу щыгъупщатэкъым, уеблэмэ Мэтхъэным и мурад гуэрхэри Лу ищӀэрти занщӀэу къыжьэдэхуащ: - ЕтӀанэгъэ дымылъэгъуа гуэри тлъагъунущ – хъыджэбз цӀыкӀу школым къащтэнущ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 606

Омар [Сани жреӀэ]: Артисту уэрамым дэтыр уфӀэмащӀэ, дапщэ сыхуейми нобэ къэсщтэнщ— Гъуэгуанэ, 107

6. Зыгуэрым и гугъу щӀын, тепсэлъыхьын.

Къуршым уихьэмэ, дэтхэнэ джабэри къащтэ – фэрэкӀнапэм ещхьу гъуанэпщӀанэщ, бгъуэнщӀагъыу иӀэр мин бжыгъэкӀэ ябж— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403

+2 örnek

Мыхъейуэ щысым упыкӀащ, Псы дыдэр къащтэ, емыжэхрэ – ПсыпцӀэ хъужынщи, зэщӀэкӀащ.— Пасэрей хабзэ. «Вагъуэ махуэ», 362

Удз гъэгъа къудейр къащтэ: зыхэт щӀым зэрыхэту езым хуэдэ зэрымыт щӀыналъэм пхьырэ щыхэбгъэувэмэ, зиужьу жылэ къыпыкӀэнукъым, дахэу къэгъэгъами, и тхьэмпэр пылъэлъыжынурэ кӀуэдыжынущ— Лэчымэ, 393

7. Зыгуэр зэман гуэркӀэ зигъэӀэн.

Езы [Хьэбибэ] и нысэри къуажэм къыдэнакъым, къалэм кӀуэжауэ дэсщ, фэтэр къащтауэ— Щынэхужьыкъуэ, 27

+1 örnek

Куэд дэмыкӀыу линейкӀэ къащтэри зэгъусэу къежьащ, ЩхьэщэхужкӀэ къакӀуэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 160

8. ЩӀэн.

[Бот] Апхуэдэу жиӀэмэ, урысыбзэр нэхъ куууэ къищтэу къыфӀэщӀырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 221

9. Къызэт, къэхь (унафэ щӀыныгъэ наклоненэм иту).

Къащтэ, дахэ, уи дахагъэр, Уи щӀалэгъуэр къыпӀызох, Ягъэ кӀынкъым ар уимыӀэм, - ЖиӀэу гуащэр щытеӀэбэм А хъыджэбзыр мэунэхъу, И Ӏэдийхэр къарууншэу, Шэхум хуэдэу и фэр покӀ, Фызыжьыфэ къытеуауэ Фагъуэ мэхъур напӀэзыпӀэм— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 422

+2 örnek

А дыдыд, Алыхьым жимыӀэкӀэ, - жиӀэри Чачэ и жыпым иригъэлъадэщ и Ӏэ гъурри сомитӀ къигъэхьэзырар зыӀэщӀигъэхьащ, къащтэ, жаӀэмэ занщӀэу стӀолым трилъхьэну— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 513

[Борис Борисович Албинэ жреӀэ]: Къащтэ Ӏэ зытедзэн хуей илъэпкъыр— Тепщэч къэзылъэтыхь, 159

Deyimler (5)

бгъуэтмэ къащтэ

Еплъ: бгъуэтмэ

гуэныхьыр къэщтэн

Еплъ: гуэныхь

псэм къищтэн

Еплъ: псэ

Ӏэнэ къэщтэн

Еплъ: Ӏэнэ

къащтэ [уи] Ӏэр

Сэлам зэдгъэх; дызэрызэгурыӀуам и щыхьэту ди Ӏэр зэрыдгъэгъэубыд.

Къафщтэ фи Ӏэр, тхьэ зэхудоӀуэ

(къощтэ)

КъэскӀэн, къыхэщтыкӀын, шынэн.

Пэжу, Исхьэкъ телефоным Ӏусурэ щхьэукъуат, уэзджынэр къыщеуэм, къащтэри унэм къыщӀэж пэтащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 671

+2 örnek

– Приказ щыӀэ? – жиӀэри Иринэ [Албиян зыхуигъазэу] и лъакъуитӀыр щӀэхуным тӀэкӀут къэнэжар, абы хуэдизкӀэ къэщтати— Щынэхужьыкъуэ, 30

Дыкъащтэу тщӀакъым зыми кӀэбгъуи, Гугъуехь тхуэфащэр

Kitapta geçtiği hali

КЪЭЩТЭН I (къещтэ) лъэӀ. (287). 1. (132). Убыдын, къэпхъуэтэн (ӀэкӀэ). [БырмамытӀ:] Дэджэхъу пашэм ещхьу япэ иту кӀуэр зэзэмызэ йотӀысэхри пшахъуэ ӀэшкӀэ къещтэ, и Ӏэгум иреӀуэтыхьри пшахъуэмкӀэ къещӀэ дэнэкӀэ дыунэтӀауэ дыкӀуэми, уеблэмэ къэткӀуар зыхуэдизри къыбжиӀэнущ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 400. Псы стэкан Жамбот къищтауэ ЩыгуфӀыкӀыу бжэм ар Ӏутщ, - Мыпхуэдэпсыр илъэгъуауэ Дэнэ щыӀэ псэ зыӀут? Псы. «Партыр ди пашэу», 16. ЩтэӀэщтаблэу ар [бажэр] йокӀуалӀэ, ЩӀакӀуэр къещтэ, жыгым фӀелъэ, Пшынэр къещтэ, и кӀэр делъэ. «Бажэ пшынэ», 3. 2. (13). Къэубыдын, къэзэун (п.п. быдапӀэ). [Локотош цӀыхухэм яжреӀэ:] Ауэ Сталинградыр къащтэрэ – абы щызэуа дзэр мыбыкӀэ къадзыжынщи, мис ар ди лӀыгъэ зэхэгъэкӀыпӀэщ. Нал къута, 256. ЩӀытӀым итри исри бомбэкӀэ хьэбэсабэ ящӀа нэужь, Къэрэмырзэ и дзэр шым епсыхщ, я къамэ, я сэшхуэ, нэгъуэщӀ къехьэлъэкӀын илъэпкъыр зыкӀэрахауэ, ныбапхъэкӀэ пщыуэрэ, бий ундэрэщхъуам гу къылъамытэу, йопщылӀэри, сигнал зэредгъэлъагъуу, зыкъаӀэтри зы напӀэзыпӀэм бийм я быдапӀэм тоуэри топышэмрэ бомбэмрэ къелар зэтраукӀэри къалэр къащтэ. Лыгъэ, 410. Ер зи натӀэми ихьауэ Мюридыдзэрщ а цӀыхугъащтэр – КъэзэуаткӀэ къуажэр къащтэр. «Тисей», 484. 3. (14). Зыгуэр къыхэхын. Ассистенту дохутыр еӀэзэр къызощтэ, - ассистентыр си гум къыщыкӀар иджыпсту дыдэт, Варварэ Романовнэр абыкӀэ тезгъэгушхуэн си гугъэу. Лъапсэ, 14. Къалэм, къуажэм уахэдатэм, Уэ нэхъ къапщтэм сэ усшэнт. Дыгъэр мазэм игъусамэ… «Вагъуэ махуэ», 369. Тхьэр уэгум иту къахоплъэ, Хэт сыт къищтами елъагъур: Хэт дэм ехъуапсэу къефыщӀыр, Дэ купщӀэр яшхмэ, загъэнщӀ. «Индийскэ поэмэ», 360. 4. (8). Унафэ гуэрым тетын, гъэзэщӀэн. ДэнэкӀэ гъази – псоми я псэукӀэр зэтехуэрт, хабзэу адыгэм яхэмылъаи къащтауэ гу лъитащ. Кхъэлэгъунэ, 375. Япэр арауэ, коммунистхэмрэ комсомолецхэмрэ зэхуишэсынщи, дахэкӀэ яхэпсэлъыхьынщ, присягэ къащтар я гум къигъэкӀыжынщи, я къалэн лъапӀэу я пщэм дэлъыр ящыгъупщэ зэрымыхъунур хьэкъкӀэ пхигъэкӀынщ. Нал къута, 256. [Думэсарэ Астемыр жреӀэ:] ФӀы жаӀэрэ – къащтэ, уи гум иубыдэ, Ӏей жаӀэрэ – абы и унафи щӀы, уи акъылым къызэрихькӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544. 5. (24). Зыгуэр игъэзэщӀэну, иригъэщӀыну зыгуэрым къэлэн щыщӀын. Бжэ-щхьэгъубжэ, унэлъащӀэ и Ӏэдакъэм щӀэкӀым, унащхьэу иӀэтым къыпэкӀуэм къыхигъэкӀыу унэ ищӀыну и ужь щихьэм, Шыкъымхэ я пхъум и гум жьы дихужащ, и лӀым лӀыщӀэ къищтэу унэ щӀыным и ужь ихьэри здэкӀуи сыти щымыӀэу и фызым и нэӀуэ къытетти. Кхъэлэгъунэ, 374. ЕтӀанэгъэ дынэсмэ, ди Ӏуэхур нэхъ тэмэму екӀуэкӀынщ, жиӀэу Къазджэрий мызэ-мытӀэу зэрыжиӀар Лу щыгъупщатэкъым, уеблэмэ Мэтхъэным и мурад гуэрхэри Лу ищӀэрти занщӀэу къыжьэдэхуащ: - ЕтӀанэгъэ дымылъэгъуа гуэри тлъагъунущ – хъыджэбз цӀыкӀу школым къащтэнущ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 606. Омар [Сани жреӀэ]: Артисту уэрамым дэтыр уфӀэмащӀэ, дапщэ сыхуейми нобэ къэсщтэнщ. Гъуэгуанэ, 107. 6. (13). Зыгуэрым и гугъу щӀын, тепсэлъыхьын. Къуршым уихьэмэ, дэтхэнэ джабэри къащтэ – фэрэкӀнапэм ещхьу гъуанэпщӀанэщ, бгъуэнщӀагъыу иӀэр мин бжыгъэкӀэ ябж. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. Мыхъейуэ щысым упыкӀащ, Псы дыдэр къащтэ, емыжэхрэ – ПсыпцӀэ хъужынщи, зэщӀэкӀащ. Пасэрей хабзэ. «Вагъуэ махуэ», 362. Удз гъэгъа къудейр къащтэ: зыхэт щӀым зэрыхэту езым хуэдэ зэрымыт щӀыналъэм пхьырэ щыхэбгъэувэмэ, зиужьу жылэ къыпыкӀэнукъым, дахэу къэгъэгъами, и тхьэмпэр пылъэлъыжынурэ кӀуэдыжынущ. Лэчымэ, 393. 7. (3). Зыгуэр зэман гуэркӀэ зигъэӀэн. Езы [Хьэбибэ] и нысэри къуажэм къыдэнакъым, къалэм кӀуэжауэ дэсщ, фэтэр къащтауэ. Щынэхужьыкъуэ, 27. Куэд дэмыкӀыу линейкӀэ къащтэри зэгъусэу къежьащ, ЩхьэщэхужкӀэ къакӀуэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 160. 8. (1). ЩӀэн. [Бот] Апхуэдэу жиӀэмэ, урысыбзэр нэхъ куууэ къищтэу къыфӀэщӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 221. 9. (46). Къызэт, къэхь (унафэ щӀыныгъэ наклоненэм иту). Къащтэ, дахэ, уи дахагъэр, Уи щӀалэгъуэр къыпӀызох, Ягъэ кӀынкъым ар уимыӀэм, - ЖиӀэу гуащэр щытеӀэбэм А хъыджэбзыр мэунэхъу, И Ӏэдийхэр къарууншэу, Шэхум хуэдэу и фэр покӀ, Фызыжьыфэ къытеуауэ Фагъуэ мэхъур напӀэзыпӀэм. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 422. А дыдыд, Алыхьым жимыӀэкӀэ, - жиӀэри Чачэ и жыпым иригъэлъадэщ и Ӏэ гъурри сомитӀ къигъэхьэзырар зыӀэщӀигъэхьащ, къащтэ, жаӀэмэ занщӀэу стӀолым трилъхьэну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 513. [Борис Борисович Албинэ жреӀэ]: Къащтэ Ӏэ зытедзэн хуей илъэпкъыр. Тепщэч къэзылъэтыхь, 159. ◊ Бгъуэтмэ къащтэ (22). Еплъ бгъуэтмэ. Гуэныхьыр къэщтэн (2). Еплъ гуэныхь. Псэм къищтэн (3). Еплъ псэ. . Ӏэнэ къэщтэн (3). Еплъ Ӏэнэ II. Къащтэ [уи] Ӏэр (1). Сэлам зэдгъэх; дызэрызэгурыӀуам и щыхьэту ди Ӏэр зэрыдгъэгъэубыд. Къафщтэ фи Ӏэр, тхьэ зэхудоӀуэ

КЪЭЩТЭН II (къощтэ) лъэмыӀ. (7). КъэскӀэн, къыхэщтыкӀын, шынэн. Пэжу, Исхьэкъ телефоным Ӏусурэ щхьэукъуат, уэзджынэр къыщеуэм, къащтэри унэм къыщӀэж пэтащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 671. – Приказ щыӀэ? – жиӀэри Иринэ [Албиян зыхуигъазэу] и лъакъуитӀыр щӀэхуным тӀэкӀут къэнэжар, абы хуэдизкӀэ къэщтати. Щынэхужьыкъуэ, 30. Дыкъащтэу тщӀакъым зыми кӀэбгъуи, Гугъуехь тхуэфащэр

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

alım almak

Düzeltme Öner

къэщтэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.