псэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

can
Ortakпсэ
ruh
OrtakпсэпсэкупсэпсэлъапӀэ
DoğuпсэкугъуэпсэкупщӀэ
BatıпсэкугъопсэкупкӀэ
Kitapta geçtiği hali

ПСЭ, (Абз. ПСЫ); CAN

ПСЭ, ПСЭКУПСЭ, ПСЭкугъо/ПСЭкугъуэ, ПСЭкупкӀэ/ПСЭкупщӀэ, ПСЭЛЪАПӀЭ; RUH

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ЦӀыху, псэущхьэ, хьэпщхупщ с. ху. гъащӀэ яӀэныр зэпха, абыхэм я псэуныгъэм и хэкӀыпӀэ.

рудуша; одушевлённость; наличие жизни

Гум и щӀасэр псэм и гуапэщ.— Псалъэжьхэр

+2 örnek

Псэ зиӀэм ажал иӀэщ.— Псалъэжьхэр

Псэрэ псырэ нэхъ ӀэфӀ щыӀэкъым.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (79)

гурэ псэкӀэ

Еплъ: гу

. и нэ и псэу илъагъун

ру{Си} псэ закъуэ ненаглядный (букв. моя единственная душа).

Еплъ: нэ. {си} псэ закъуэ

псэ зыхэмыт

ру1) неодушевленный, мёртвый 2) безжизненный (о чем-л.).

ЩӀыбымкӀэ мазэгъуэнэху жэщыр псэ зыхэмыт и нэхэмкӀэ щхьэгъубжэм къыщыдэплъырт.— Къэбэрдей

псэ зыӀут

руживое существо.

- КъыщӀэвмыгъэхьэ псэ зыӀут, - жиӀэри Гуащэнэ бжэм деж хъыджэбз игъэуващ.— КӀыщокъуэ Алим

75 ifade daha

псэ зыӀут (зыпыт) къэмынэу

рувсе от мала до велика.

псэ къыхэмынэжын

рудойти до изнеможения.

псэ къыхыхьэжын

рувоспрянуть духом, ожить.

псэ хэлъхьэн

рувложить душу во

что-л. ЗэӀусэм псэ хелъхьэ. (погов.)

псэ хэтын

рубыть живым, не мёртвым.

Абрэджым и псэр хэтт, ауэ и гущхьэ дыдэм деж хуэзэу уӀэгъэ ин иӀэт.— КӀэрашэ Тембот

псэкӀэ зыхэщӀэн

рупочувствовать что-л. всей душой.

псэкӀэ ныкъуэкъуэн

рув душе сопротивляться чему-л.

псэкӀэ щӀэн

рупочувствовать душой.

Думэсарэ щӀалэ цӀыкӀум зэрыӀуплъэу, псэкӀэ ищӀащ абы хьэзабу телъыр зыхуэдизыр.— КӀыщокъуэ Алим

псэкӀэ щӀэщӀауэ

румного, усердно работая.

ПсэкӀэ щӀэщӀауэ псэун.

псэм дэгъэхуэн (дэхуэн)

рув душе пережить что-л.

псэм дэщӀа

псэм и щӀасэ

Мы ди гъащӀэ ӀэфӀу псэм дэщӀауэ илъэс мин щызгъащӀэу дунейм сытетами, къэзгъэщӀэну гъащӀэм арэзы сищӀынкъым.— МакъыщӀэхэр

псэм дыхьэн

рузатронуть чью-л. душу.

псэм еджэу телъщ

рулежит, находится при смерти (букв. призывая свою душу).

псэм емыблэжын

руне жалеть себя.

Псэм емыблэжу дэӀэпыкъун. Ахэр {хьэхэр} щыслъагъум, си псэм себлэжынт, си къару къихь къэзмыгъанэу нэхъри псынщӀэ зысщӀащ.— Япэу лъэбакъуэ зычахэр

псэм еӀэн

рупокушаться на чью-л. жизнь.

Уи нэм къеӀэм и псэм еӀэ.— Псалъэжьхэр

псэм зигъэпсэху

рун обрести душевный покой.

псэм къеныкъуэкъун

рудушу надрывает от чего-л.

псэм къищтэн

рупринять душой что-л.

псэм тегуплӀэн (тегъуэлъхьэн)

руложиться на душу тяжёлым бременем.

псэм тенэцӀыхьын

рувогнать кого-л. в смертельный страх.

СыщӀалэу жармыкӀэм сыкӀуауэ бзаджащӀэ гуэрхэм сапэщӀэхуэри си псэм сытнэцӀыхьауэ сакъыӀэщӀэкӀыжащ.— Черкес ӀуэрыӀуатэхэр

{и} псэм темыхуэн

руне выносить

кого-что-л. Псалъэмакъыр и псэм темыхуэн.

{и} псэм тешыныхьын

рубояться за свою жизнь.

Хъыджэбз цӀыкӀур и псэм тошыныхь, анэнэпӀэсым къыжриӀар ещӀэжри.— Черкес таурыхъхэр

псэм фӀэфӀын (фӀэӀэфӀын)

руприйтись по душе кому-л.

Псэм фӀэфӀыр нэм фӀэдахэщ.— Псалъэжьхэр

псэм хэлъмэ хэмыхын

рудуши не чаять в ком-л.

Зэкъуэшищым я шыпхъу закъуэр я псэм хэлъмэ хамыхыну фӀы дыдэу ялъагъу.— КӀыщокъуэ Алим

псэм хэпщӀэн (хыхьэн)

рузапасть в душу.

Пшыналъэ дахэр и псэм хыхьэн.

{си} псэм хуэдэ

рудуша моя, милый мой.

псэм хьэкъыу пхыкӀын

руокончательно убедиться в чём-л.

псэм и хъуахуэ

румилые сердцу, душе.

Си нэм и нэхуу Си псэм и хъуахуэ Гухэлъ жыдгъэӀэ.— Къэбэрдей поэзием и антологие

псэм и щӀасэ

рудушевный (о человеке).

Псэм и щӀасэр гуми нос.— Псалъэжьхэр

псэм щӀэгъуэлъхьэн

рустоять над душой у кого-л.

псэр гугъу егъэхьын

рутерзать душу кому-л.

псэр гъэгугъэн

ру1) пообещать что-л. душе умершего 2) заронить надежду в чью-л. душу.

псэр гъэгуфӀэн

рурадовать душу кому-л.

{и} псэр гъэнын

руумертвить кого-л.

Амыщыр пхъуантэм къыдехри Ахумыдэ и псэр егъэн.— Нартхэр

псэр гъэтыншын

рууспокоить чью-л. душу.

псэр гъэщтэн

рувнушить кому-л. ужас.

псэр дэхьэхын

руочаровать, приворожить кого-л.

псэр дзапэкӀэ Ӏыгъын

русильно волноваться, переживать (букв. держать свою душу зубами).

псэр егъэшхын

рулюбить всей душой.

{и} псэр етауэ

рус душой, от души.

псэр зэпычын (зэпыгъэчын, гъэуфӀыцӀын)

рунадрывать душу.

{я} псэр зы чысэм илъу

рудуша в душу.

Ахэр зэдэпсэунурт я псэр зы чысэм илъу. Ӏуащхь.

{си} псэр зышхын

румилый, дорогой.

ГущӀэгъу къытхуэщӀ дэри, Рум дэрэ дыкъыщӀонэ унэ нэщӀым, кӀуэ, си псэр зышхын, къурмэн сызыхуэхъун.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} псэр ихьу

ручто есть духу (бежать, ехать, мчаться).

Цурэ и псэр ихьу макӀуэ, ди дзэхэм я деж зынидзысыным хуопӀащӀэ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

псэр кӀэрыпщӀэн

рувсей душой полюбить кого-л., привязаться к кому-л.

Нафисэт и псэр Хьэлахъуэ кӀэрыпщӀат.— Ӏуащхьэмахуэ

псэр къыпыхьэжын

руприйти в себя от страха.

ЩӀалэ шынам и псэр хуэм-хуэмурэ къыпыхьэжащ.

{и} псэр къыӀухьэжын

псэр къыпыхьэжын

псэр лъэдакъэм кӀуэжын

рудуша ушла в пятки.

{и} псэр и лъэдакъэпэм нэсыжын. {и} псэр и лъэдакъэпэм нэсыжын

{и} псэр пыт къудейуэ

рус трудом, еле-еле.

Тхьэмадэр къуажэм къыдэпщхьэжащ и псэр пыт къудейуэ.— Нартхэр

псэр пыхун

руизнемочь. Сешауэ си псэр поху.

псэр пӀэпихын

рудух захватывать.

псэр тенэцӀыхьауэ

рус большим трудом.

псэр тын

руотдать жизнь за кого-что-л.

псэр ужэгъун

ружить надоело.

- Сыт укъыщӀэкӀуар, уэри уи псэр бужэгъуа? - къыжриӀащ и щхьэгъусэм.— Къэзэнокъуэ Жэбагъы

{и} псэр хэгъуэн

русильно похудеть, отощать.

псэр хэкӀын

ру1) умереть, испустить дух. 2) до смерти перепугаться.

Пхъэзакъуэ лъэмыжыр щысысым фызым и псэр хэкӀащ, зэпыщӀыкӀын къыфӀэщӀри.— ӀуэрыӀуатэ

псэр хэлъэтын

псэр хэкӀын

псэр хэудын

рувытряхнуть душу из кого-л.

псэр хэхын

ру1) умертвить 2) нагнать страху.

псэр хэчын

псэр хэхын 1

Хьэрып къуажэм жэщым къакӀуэрт дыгъужь гуэр, ЩелӀхэр шыхэр жэщым, Мэлхэм хечыр псэр.— КӀуащ БетӀал

псэр хегъэчын зыгуэрым щхьэкӀэ

руотдать жизнь ради кого-л.

{и} псэр хьэршым кӀуэжын (кӀуэн)

{и} псэр хэкӀын

Чачэ и псэр хьэршым кӀуэжауэ кӀэзызу щытт.— КӀыщокъуэ Алим

псэр хьэхун

ручаровать душу.

псэр щынэн

псэр хэкӀын 1)

- Уи лӀыгъэр хурикъумэ, зи сэбэп къокӀыжын абы къыщыбгъуэтынущ, - къыжриӀэри лӀыжьым и псэр щинащ.— Адыгэ таурыхъхэр

псэр щӀэхъуэпсын

рустремиться к кому-чему-л. душой.

псэр ӀукӀын

псэр хэкӀын 2)

Сэримэ, и псэр ӀукӀауэ, зыщӀихъумэжащ, Тембот и нитӀыр къихуу щхьэгъубжэмкӀэ плъэрт.— КӀыщокъуэ Алим

псэр Ӏулъэтын

псэр ӀукӀын

Лацэ и псэр Ӏулъэтауэ Гуэнэщ кӀыфӀым щӀолъэдэж.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий

псэр Ӏуудын

псэр Ӏухын

Жэгъуэгъужьхэм.. Ӏудудакъэ я псэр, щӀедгъэхьакъэ я щхьэр!— МакъыщӀэхэр

псэр Ӏухын

рунагнать страху на кого-л. (букв. лишить души кого-л., отнять душу у кого-л.)

псибл Ӏутын

рубыть физически очень крепким.

{МэзылӀым:} - Тхьэ пхузоӀуэр Псибл Ӏутами {Джэримэс} зы къэмынэу къыӀусхынкӀэ.— Акъсырэ Залымхъан

псэ быдагъ

Псэ быдэ псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэ.

руживучесть; крепость (организма)

псэ быдэ

Куэдрэ псэу, куэдым къела; гъащӀэ кӀыхь зиӀэ.

руживучий; крепкий

Джэдум хуэдэу псэ быдэ Дымок и гъащӀэр ебгъэухыну гугъут.— Къэбэрдей

псэ махагъэ

Псэ махэ псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэ.

руфизическая слабость; болезненность

псэ махэ

Къарууншэ, быдагъ зыхэмылъ, гуащӀэ мащӀэ.

руфизически слабый; болезненный

Хъыджэбз цӀыкӀу псэ махэ.

псэ хьэлэл

Гуапэ, гущӀэгъу зыхэлъ.

рудушевный, добросердечный

ЦӀыху псэ хьэлэл.

Kitapta geçtiği hali

псэ душа; одушевлённость; наличие жизни / ЦӀыху, псэущхьэ, хьэпщхупщ с. ху. гъащӀэ яӀэныр зэпха, абыхэм я псэуныгъэм и хэкӀыпӀэ. * Гум и щӀасэр псэм и гуапэщ. (погов.) Псэ зиӀэм ажал иӀэщ. (погов.) Псэрэ псырэ нэхъ ӀэфӀ щыӀэкъым. (погов.) Гурэ псэкӀэ см. гу II. И нэ и псэу илъагъун см. нэ. {Си} псэ закъуэ ненаглядный (букв. моя единственная душа). Псэ зыхэмыт 1) неодушевленный, мёртвый 2) безжизненный (о чем-л.). * ЩӀыбымкӀэ мазэгъуэнэху жэщыр псэ зыхэмыт и нэхэмкӀэ щхьэгъубжэм къыщыдэплъырт. Къэб. Псэ зыӀут живое существо. * - КъыщӀэвмыгъэхьэ псэ зыӀут, - жиӀэри Гуащэнэ бжэм деж хъыджэбз игъэуващ. КӀ. А. Псэ зыӀут (зыпыт) къэмынэу все от мала до велика. Псэ къыхэмынэжын дойти до изнеможения. Псэ къыхыхьэжын воспрянуть духом, ожить. Псэ хэлъхьэн вложить душу во что-л. ЗэӀусэм псэ хелъхьэ. (погов.) Псэ хэтын быть живым, не мёртвым. * Абрэджым и псэр хэтт, ауэ и гущхьэ дыдэм деж хуэзэу уӀэгъэ ин иӀэт. КӀ. Т. ПсэкӀэ зыхэщӀэн почувствовать что-л. всей душой. ПсэкӀэ ныкъуэкъуэн в душе сопротивляться чему-л. ПсэкӀэ щӀэн почувствовать душой. * Думэсарэ щӀалэ цӀыкӀум зэрыӀуплъэу, псэкӀэ ищӀащ абы хьэзабу телъыр зыхуэдизыр. КӀ. А. ПсэкӀэ щӀэщӀауэ много, усердно работая. ПсэкӀэ щӀэщӀауэ псэун. Псэм дэгъэхуэн (дэхуэн) в душе пережить что-л. Псэм дэщӀа = псэм и щӀасэ. * Мы ди гъащӀэ ӀэфӀу псэм дэщӀауэ илъэс мин щызгъащӀэу дунейм сытетами, къэзгъэщӀэну гъащӀэм арэзы сищӀынкъым. Макъ. Псэм дыхьэн затронуть чью-л. душу. Псэм еджэу телъщ лежит, находится при смерти (букв. призывая свою душу). Псэм емыблэжын не жалеть себя. * Псэм емыблэжу дэӀэпыкъун. Ахэр {хьэхэр} щыслъагъум, си псэм себлэжынт, си къару къихь къэзмыгъанэу нэхъри псынщӀэ зысщӀащ. Япэу лъ. з. Псэм еӀэн покушаться на чью-л. жизнь. * Уи нэм къеӀэм и псэм еӀэ. (погов.) Псэм зигъэпсэхун обрести душевный покой. Псэм къеныкъуэкъун душу надрывает от чего-л. Псэм къищтэн принять душой что-л. Псэм тегуплӀэн (тегъуэлъхьэн) ложиться на душу тяжёлым бременем. Псэм тенэцӀыхьын вогнать кого-л. в смертельный страх. * СыщӀалэу жармыкӀэм сыкӀуауэ бзаджащӀэ гуэрхэм сапэщӀэхуэри си псэм сытнэцӀыхьауэ сакъыӀэщӀэкӀыжащ. Черк. фольк. {И} псэм темыхуэн не выносить кого-что-л. Псалъэмакъыр и псэм темыхуэн. {И} псэм тешыныхьын бояться за свою жизнь. * Хъыджэбз цӀыкӀур и псэм тошыныхь, анэнэпӀэсым къыжриӀар ещӀэжри. Черк. таур. Псэм фӀэфӀын (фӀэӀэфӀын) прийтись по душе кому-л. * Псэм фӀэфӀыр нэм фӀэдахэщ. (погов.) Псэм хэлъмэ хэмыхын души не чаять в ком-л. * Зэкъуэшищым я шыпхъу закъуэр я псэм хэлъмэ хамыхыну фӀы дыдэу ялъагъу. КӀ. А. Псэм хэпщӀэн (хыхьэн) запасть в душу. * Пшыналъэ дахэр и псэм хыхьэн. {Си} псэм хуэдэ душа моя, милый мой. Псэм хьэкъыу пхыкӀын окончательно убедиться в чём-л. Псэм и хъуахуэ милые сердцу, душе. * Си нэм и нэхуу Си псэм и хъуахуэ Гухэлъ жыдгъэӀэ. Къэб. п. и ант. Псэм и щӀасэ душевный (о человеке). * Псэм и щӀасэр гуми нос. (погов.) Псэм щӀэгъуэлъхьэн стоять над душой у кого-л. Псэр гугъу егъэхьын терзать душу кому-л. Псэр гъэгугъэн дин. 1) пообещать что-л. душе умершего 2) заронить надежду в чью-л. душу. Псэр гъэгуфӀэн радовать душу кому-л. {И} псэр гъэнын умертвить кого-л. * Амыщыр пхъуантэм къыдехри Ахумыдэ и псэр егъэн. Нарт. Псэр гъэтыншын успокоить чью-л. душу. Псэр гъэщтэн внушить кому-л. ужас. Псэр дэхьэхын очаровать, приворожить кого-л. Псэр дзапэкӀэ Ӏыгъын сильно волноваться, переживать (букв. держать свою душу зубами). Псэр егъэшхын любить всей душой. {И} псэр етауэ с душой, от души. Псэр зэпычын (зэпыгъэчын, гъэуфӀыцӀын) надрывать душу. {Я} псэр зы чысэм илъу душа в душу. Ахэр зэдэпсэунурт я псэр зы чысэм илъу. Ӏуащхь. {Си} псэр зышхын милый, дорогой. * ГущӀэгъу къытхуэщӀ дэри, Рум дэрэ дыкъыщӀонэ унэ нэщӀым, кӀуэ, си псэр зышхын, къурмэн сызыхуэхъун. Ӏуащхь. {И} псэр ихьу что есть духу (бежать, ехать, мчаться). * Цурэ и псэр ихьу макӀуэ, ди дзэхэм я деж зынидзысыным хуопӀащӀэ. Къ. Хь. Псэр кӀэрыпщӀэн всей душой полюбить кого-л., привязаться к кому-л. * Нафисэт и псэр Хьэлахъуэ кӀэрыпщӀат. Ӏуащхь. Псэр къыпыхьэжын прийти в себя от страха. ЩӀалэ шынам и псэр хуэм-хуэмурэ къыпыхьэжащ. {И} псэр къыӀухьэжын = псэр къыпыхьэжын. Псэр лъэдакъэм кӀуэжын = {и} псэр и лъэдакъэпэм нэсыжын. {И} псэр и лъэдакъэпэм нэсыжын душа ушла в пятки. {И} псэр пыт къудейуэ с трудом, еле-еле. * Тхьэмадэр къуажэм къыдэпщхьэжащ и псэр пыт къудейуэ. Нарт. Псэр пыхун изнемочь. Сешауэ си псэр поху. Псэр пӀэпихын дух захватывать. Псэр тенэцӀыхьауэ с большим трудом. Псэр тын отдать жизнь за кого-что-л. Псэр ужэгъун жить надоело. * - Сыт укъыщӀэкӀуар, уэри уи псэр бужэгъуа? - къыжриӀащ и щхьэгъусэм. Къ. Ж. {И} псэр хэгъуэн сильно похудеть, отощать. Псэр хэкӀын 1) умереть, испустить дух. 2) до смерти перепугаться. * Пхъэзакъуэ лъэмыжыр щысысым фызым и псэр хэкӀащ, зэпыщӀыкӀын къыфӀэщӀри. фольк. Псэр хэлъэтын = псэр хэкӀын. Псэр хэудын вытряхнуть душу из кого-л. Псэр хэхын 1) умертвить 2) нагнать страху. Псэр хэчын = псэр хэхын 1). * Хьэрып къуажэм жэщым къакӀуэрт дыгъужь гуэр, ЩелӀхэр шыхэр жэщым, Мэлхэм хечыр псэр. КӀу. Б. Псэр хегъэчын зыгуэрым щхьэкӀэ отдать жизнь ради кого-л. {И} псэр хьэршым кӀуэжын (кӀуэн) = {и} псэр хэкӀын 2). * Чачэ и псэр хьэршым кӀуэжауэ кӀэзызу щытт. КӀ. А. Псэр хьэхун чаровать душу. Псэр щынэн = псэр хэкӀын 1). * - Уи лӀыгъэр хурикъумэ, зи сэбэп къокӀыжын абы къыщыбгъуэтынущ, - къыжриӀэри лӀыжьым и псэр щинащ. Ад. таур. Псэр щӀэхъуэпсын стремиться к кому-чему-л. душой. Псэр ӀукӀын = псэр хэкӀын 2). * Сэримэ, и псэр ӀукӀауэ, зыщӀихъумэжащ, Тембот и нитӀыр къихуу щхьэгъубжэмкӀэ плъэрт. КӀ. А. Псэр Ӏулъэтын = псэр ӀукӀын. * Лацэ и псэр Ӏулъэтауэ Гуэнэщ кӀыфӀым щӀолъэдэж. Щ. А. Псэр Ӏуудын = псэр Ӏухын. * Жэгъуэгъужьхэм.. Ӏудудакъэ я псэр, щӀедгъэхьакъэ я щхьэр! Макъ. Псэр Ӏухын нагнать страху на кого-л. (букв. лишить души кого-л., отнять душу у кого-л.) Псибл Ӏутын быть физически очень крепким. * {МэзылӀым:} - Тхьэ пхузоӀуэр Псибл Ӏутами {Джэримэс} зы къэмынэу къыӀусхынкӀэ. Акъ. З. псэ быдагъ живучесть; крепость (организма) / Псэ быдэ псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэ. псэ быдэ живучий; крепкий / Куэдрэ псэу, куэдым къела; гъащӀэ кӀыхь зиӀэ. * Джэдум хуэдэу псэ быдэ Дымок и гъащӀэр ебгъэухыну гугъут. Къэб. псэ махагъэ физическая слабость; болезненность / Псэ махэ псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэ. псэ махэ физически слабый; болезненный / Къарууншэ, быдагъ зыхэмылъ, гуащӀэ мащӀэ. Хъыджэбз цӀыкӀу псэ махэ. псэ хьэлэл душевный, добросердечный / Гуапэ, гущӀэгъу зыхэлъ. ЦӀыху псэ хьэлэл.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ЦӀыху, псэущхьэ с.ху. гъащӀэ яӀэныр зэпха, абыхэм я псэуныгъэм и хэкӀыпӀэ.

Си щхьэр щыдэсхми сыдэкӀакъым, Си псэр а къуажэм къыдэнащ.— Сыжейми, си нэр зэтесхами… Щхьэлыкъуэ, 382

+2 örnek

Пщащэр зыгъэдахэр фащэрщ, Зи псэ зыгъэдахэр гуакӀуэщ, ГъащӀэр зыгъэдахэр хабзэщ, Фызыр зыгъэдахэр лӀырщ.— Узыгъэдахэ. «Батырыбжьэ», 153

Зы махуэ си гур згъэпыӀакъым, Сэ гъуэгу сытету сымызэш, Зэуэн сэ си псэр щызгъэщӀакъым – Сосрыкъуэ лъыкӀэ срикъуэшщ.

Deyimler (82)

[си] анэ и псэ, [си] адэ и псэ

Еплъ: анэ

псэрэ гукӀэ

Арэзыуэ, фӀэкъабылу.

Езы Аннэ Павловнэр мащӀэ щӀакъым сэ зэрысцӀыхурэ, иджыри къэс зэи сигу ебгъакъым, хуабжьу специалистыфӀщ, псэрэ гукӀэ и Ӏуэхум етащ, зытеува гъуэгуми къыпхутекӀынукъым, арауи къыщӀэкӀынущ и къулыкъум зиӀэтыну псоми хуагъэфащэурэ и Ӏуэхур къехуэха иджы щӀэхъуар.— Лъапсэ, 11

+1 örnek

[Астемыр жиӀэу:] Жыраслъэн и унэр хъыджэбз школ фщӀы, жыпӀащи, ди псэкӀи ди гукӀи къыдощтэ. Пэжкъэ Лу?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 519

псэ гъэнын

ГъэлӀэн, укӀын.

Къихьащ сигу Ӏэлым сэ зэуэн, Фашистхэм я псэ зэу згъэнын Си гуапэу, сэри сыщӀохъуэпс.— Атакэи и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52

+2 örnek

Ар мылым ещхьу пщӀащ уэ джафэ, Мелуанкъым псэуэ уэ бгъэнар, УлӀэнущ уэри, тӀауэ жьафэр…— ПщӀыхьэпӀэ. «Мывэ хуабэ», 53

А шэрхъ Ӏэтар илъагъумэ, Кулисум мэхъашэт, аргуэру псэ егъэн, жиӀэу.— Нэгъуху, 35

псэ гъур

Къарууншэ, фэ зытемыт, ӀэпкълъэпкъкӀэ гъур.

[ЦӀыхухэм, Таша хуэгъэзауэ:] НэщӀым уи псэр игъэгъупэнщ, арыншэми къызэроджэр «псэ гъурщ».— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 548

+1 örnek

Псэ гъуркӀэ зэджэ Таша и фэр пыкӀауэ щытти ерагъпсэрагъкӀэ хузэфӀэкӀащ и зы псалъэ хигъэувэну: – Къазджэрийкъым, абы и адэр зэведующу къэкӀуами, си Ӏуэхущ абы щхьэкӀэ нэщӀын щызгъэтмэ, – жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 548

78 deyim daha

[си] псэ

ФӀы дыдэу зыхущытым зэрызыхуагъазэ псалъэ.

Къыхуихьауэ, мес, бжэнышэ А хъыджэбзыр ирегъафэ, Хъуащ тхьэмыщкӀэр къарууншэ, Езы щӀалэм ещӀ унафэ: – Ефэ, си псэ, зы Ӏубыгъуэ…— Тисей, 494

+2 örnek

Ядэ щылъым ар щыӀуплъэм Дахэр щтауэ къэкӀиящ: -Си адэ, си адэ, си псэ налъэ, Си адэ, си псэ, жыӀэт псынщӀэу, Сыт уи лажьэр? «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 149

– Сыдыгъурыгъукъым, си псэ, умышынэ, - жиӀэу Дэфэрэдж щыкӀэлъыджэм, щӀалэ цӀыкӀум цӀыхубз макъ зэхихати, къэувыӀащ, къаплъэмэ, сабии и гъусэщ.— Лъапсэ, 55

[си] псэ закъуэ

Псэуэ хэлъ, егъэлеяуэ фӀыуэ ялъагъу.

А, Саружан, а си хъыджэбз цӀыкӀу, уи щхьэгъусэм тхьэм къигъэзэжыну жиӀэ, къигъэзэжмэ, си псэ закъуэ, зыщумыгъэгъупщэ. [Ӏурарэ жиӀэу]— Къалэн, 436

+1 örnek

Дэнэ фхьа си псэ закъуэр?- [Дэфэрэдж и къуэм щӀоупщӀэ].— Лъапсэ, 31

[си] псэ тӀэкӀу

– Абы и хущхъуэр дагъэ зыщӀэт шхын егъэшхын хуейуэ аращ, си псэ тӀэкӀу.— Нэгъуху, 34

+2 örnek

[Ӏурарэ жиӀэу:] Къеблэгъэну щыхуэмейкӀэ, мэ, си псэ тӀэкӀу, махъсымэ шынакъри хуэхь.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 596

– [Дэфэрэдж Сэлимэ йоупщӀ:] Сыт, си псэ тӀэкӀу, абы хуэдизу удихьэхауэ узэгупсысыр?— Лъапсэ, 52

Еплъ: [си] псэ закъуэ

псэ зыӀут

Псори; зыми, хэти.

Къуажэм щыщ къыхэмынэу зэтрикъутауэ, псэ зыӀути къэмынэу зэтраукӀауэ арат псоми я гугъэр, Шкуро и дзэр Налшык теуэу арат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 284

+2 örnek

Псыжьрэ Индылрэ я зэхуакур арат зекӀуэ кӀуапӀэр, бжьыхьэр къэсрэ гъавэр гуэным ирикӀутэжамэ, нэхъыбэм ДонкӀэ ягъазэрэ губгъуэр къаущыхьу итт, къанэу губгъуэм щикӀуадэ Ӏэджэри къэхъурт, я кӀуэдыпӀэр псэ зыӀутым ямыщӀэу, арщхьэкӀэ къуажэпщыр лӀы зи къару илъыгъуэти, и унэм щӀэзагъэртэкъым, бжьыхьэхуегъэзэкӀ зэрыхъуу зигъэхьэзыру щӀидзэрт, и нэгум зыгуэр зэрыщӀэлъыр ӀупщӀу.— Лъапсэ, 30

Курсантхэм яхэттэкъым Къазджэрий и жагъуэ ищӀмэ зи гуапэ, псори хущӀэкъурт ар нэфӀкӀэ зригъэплъыну, зыщигъэтхъуну, уеблэмэ, ярэби, дауэ сщӀымэ Къазджэрий и гум нэхъ ирихьыну, жиӀэу гупсысэр куэдт, езы Къазджэрий псэ зыӀутым иджыри къэс псалъэ дыдж жримыӀа пэтрэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607

[и] нэ [и] псэ

Еплъ: нэ

[и] ни [и] пси къимыхьын

Еплъ: нэ

псэ хэлъхьэжын

Къэгъэхъужын, къэгъэщӀэрэщӀэжын. КъэгъэщӀыжын.

– Къалэр илъэс къэс мин ӀэджэкӀэ хэкужьу щытауэ жаӀэ, цӀыху къихьэн дзыхь ямыщӀу, уэ псэ хэплъхьэжыну и ужь уитщ- [жиӀэрт Абу-Деруиш и щхьэгъусэм].— Кхъэлэгъунэ, 374

псэ хэлъхьэн

КъэгъэщӀын, псэ къыпыгъэкӀэн.

Дыгъэ нэбзий дахэри, Уареда, Уи лъэрыгъым теӀэбэу, Уареда, УзэӀэбым псэ хэплъхьэу, уареда, Си щӀалэр Тхьэм укъигъэхъуи, Уареда.— Гущэкъу уэрэд. «Щхьэлыкъуэ», 389

+2 örnek

Сыт уэсэпсым псэ хэзылъхьэр – Зы ткӀуэпс закъуэ телъщи тхьэмпэм, ӀэщӀэхункӀэ гузэвауэ Хуегъэдахэри къухьэпӀэм.— Уэсэпс ткӀуэпс. «Вагъуэ махуэ», 20

Чачэ дунейм тетыр жиӀэрт, сурэт зыщӀар ахърэтым щыщӀегъуэжынщ, псэ щхьэ къысхыумылъхьарэ, жиӀэу а сурэтыр къодауэу къэувынщи, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 638

псэ Ӏутын

Къумым псэ Ӏуткъым, Къумыр щӀасэншэщ.— Индийскэ поэмэ, 357

+2 örnek

ИтӀани си псэр Ӏуту мы жэмым и цыпэ хэзмыгъэхун, - жиӀэри Хъадижэт жэм бжьакъуэр иӀыгъыу Ӏуэ ихьэпӀэмкӀэ игъэзащ.— Щынэхужьыкъуэ, 17

Астемыр къыхуэзахэр зэпсалъэрт: - И псэр Ӏут?— Хъуэпсэгъуэ нур, 170

Еплъ: псэр пытын

псэкӀэ гъэвын

Гугъу дехьын, гугъуехь шэчын.

ЦӀыхум псэкӀэ мыл ягъэвыр.— Гъаблэ. «Мывэ хуабэ», 272

+1 örnek

Си гъуэгум щӀыӀэ къыстехъуами, А щӀыӀэр псэкӀэ сэ згъэващ.— Си гъуэгу тыншакъым сэ игъащӀэм. «Мывэ хуабэ», 62

псэкӀэ еувэлӀэн

И псэм, и гум къищтэн.

Приказым Ӏэ щытридзэкӀэ, Якъуб комиссару зэрыщытым псэкӀэ еувэлӀащ, жиӀэри Локотоши арэзы хъуащ.— Нал къута, 297

псэкӀэ зэрыӀыгъын

Зэгуэтын, зэакъылэгъуу щытын.

Псалъэу хэлъыр дыгъэлу, купщӀэшхуэ хэлъу, цӀыхум я гур зэхуэфӀмэ я насыпу, псэкӀэ зэрыӀыгъыу ди лъапсэр быдащэрэт жиӀэу цӀыхур зыхущӀэкъуу щытар тыншу къыбгурегъаӀуэ [Валерэ жеӀэ и адэм и хъуэхъум щхьэкӀэ].— КӀапсэ кӀапэ, 15

псэкӀэ зыуэ

Зэкъуэту, зым ӀэщӀэхур зым къищтэжу, бзэкӀэ зырызми, псэкӀэ зыуэ бийм пэувынкъэ, жиӀэу арат Локотош ти гум илъыр.— Нал къута, 257

Еплъ: псэкӀэ зэрыӀыгъын

псэкӀэ щӀэн (къэщӀэн)

Къэхъун-къэщӀэн гуэрхэр зыхэщӀэн, къэщӀэн.

Хьэблашэ псэкӀэ ищӀа хъунт сэлэтхэм фӀы я гум зэримылъри, и пхэр машинэмкӀэ игъэзауэ къэуври сэлэтым къепыджыну къэуващ, шэм къигъэпща и шхуэлыр ириупцӀэкӀыу.— Нал къута, 290

+2 örnek

Мариам и пщӀыхьэпӀэ къыхэхуэххэртэкъым и гур зэрыгъум дыгъур кърикӀуэну, сэ [Исуф] псэкӀэ сщӀэрт зы бэлыхьлажьэ ди нэгу зэрыщӀэлъыр.— Лэчымэ, 392

Дохутырым и цӀэр Варварэ Романовнэт, гурыхуэ дыдэт, псалъэ жумыӀэми узыхуейр псэкӀэ ищӀэрт уи жьэ псалъэ къыжьэдимыгъэкӀыу, арщхьэкӀэ иджыпсту ар къыщедджам гу лъимытауэ, сыт си унафэну пӀэрэ жиӀэу къыдэплъырт, теплъхьэ и хьэлъэу есат езыри, Ӏуэху гугъу хуэзакӀэ къикӀуэтынутэкъым, и дзыхь къызигъэзт, куэд схузэфӀэкӀыу къилъытэрти, фӀыкӀэ си цӀэ зыгъэӀум ящыщт.— Лъапсэ, 13

псэм еджэу телъын

Хьэлъэн, лӀэным нэсауэ сымэджэн.

Сэри сшэчынут сыт жиӀами, я сабий закъуэр и псэм еджэу щытелъкӀэ Ӏэджи жаӀэнкӀи мэхъур адэ-анэм, ауэ цӀыхубзхэм я акъэлыр я щхьэцым хуэмыдэу кӀэщӀщ жыхуиӀар хуэздэну Ӏэмал зимыӀэт, арыншэми телефон Ӏуэхур си гум къэкӀыжри зыкъистӀащ: - Мыбы хуэдизу цӀыхубз акъылыр фӀэгъэнапӀэ щхьэ пщӀырэ, тхьэмадэ?— Лъапсэ, 8

псэм еджэу хэлъын

[Псэун Ӏурарэ къыжреӀэ:] УгущӀэгъуншэтэкъэ, илъэсищ фӀэкӀ мыхъуа уи сабий сымаджэр и псэм еджэу хэлъу уэ зыбгъэнысащӀэу лэгъунэм ущыщӀэсам?— Къалэн, 435

+1 örnek

И псэм еджэу хэлъым [Хьэбас] кӀэрахъуэ къуата жыпӀэу дауэ уеупщӀын?— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531

Еплъ: псэм еджэу телъын

[и] псэм еджэжын

Лъэрымыхьын, хьэлъэн.

Пыжьынэ и къурмакъейр хичыным хуэдэу къызоплъ, къызгурыӀуэркъым мо и псэм еджэжу телъымрэ мыбырэ зэпха щӀэхъуар, ущӀэупщӀэми нэхъеижу, дигъэгувэнущи, Пыжьынэ жиӀэм семыдаӀуэу сокӀуэ операционнэм.— Лъапсэ, 19

псэм емыблэжын

Зыщымысхьыжын.

Ауэ зауэ уэ къэбублэм Деблэжынкъым дэри ди псэм, тегушхуапӀэ дыкъэпщӀами КӀэщӀкӀэ ди щӀыр уэ къэбгынэ, Ем дахагъэр, ем щӀалэгъуэр Игъуэтауэ махуэ закъуэм ЩигъэщӀэнкъым дэ ди щӀыпӀэм, Ем дахагъэр, ем щӀалэгъуэр И ӀэщӀыбу яухуай.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 414

+2 örnek

Нобэ фэ евгъажьэ нацдивизэм хэт зауэлӀхэм я лъэкӀ къамыгъанэу, я псэ емыблэжу фэ къахуэфщӀар зэрагъэпэжыным иужь итынщ.— Щынэхужьыкъуэ, 48

Зы махуэ си псэм себлэжакъым, ФӀы гуэр Ӏэдакъэм щӀэзгъэкӀатэм, - Ар жысӀэу слъэкӀи къэзгъэнакъым.— МахуитӀ зэхуэдэу къыумыгъащӀэ. «Вагъуэ махуэ», 351

псэм и жагъуэ

ПфӀэмыфӀ, узыхуэмей гуэр.

ХымкӀэ уплъэм, кӀагъэпшагъэщ, Хым уахуныр псэм и жагъуэщ.— Тисей, 502

псэм зыхищӀэн

– Жыгей гъумыр мышкъышыр къыздэӀэпыкъуурэ си дамэм щытеслъхьэм, си псэм зыхищӀащ зэрысхуэмыхьынур, арщхьэкӀэ цӀыхубзми Ӏэ лъэныкъуэкӀэ къыздигъэпсынщӀэ хуэдэу къыщызбгъэдэувэм, си нитӀыр къыщихуами, сыкъежьащ, сигъэшхэну зэрыжиӀар си гурыфӀыгъуэти.— МелыӀыч, 439

+2 örnek

Телефон къыщӀеуэр сэрмырагъэнкӀи мэхъу, итӀани плъагъурэ ар, къалэм дэт фэтэрым сыщӀэсыххэкъым, къуажэм сыдэсщи, си хьэпшып тӀэкӀур къасщтэу гъуэгу сытеувэнущи, трубкэр къэзмыщтэмэ, зэфӀэкӀакъэ жызоӀэри, тӀэкӀурэ зызолъэфыхь, арщхьэкӀэ схуэшэчыркъым, си псэм зыхещӀэри къасщтэмэ, хьэм къагъэщтащ жыпӀэну цӀыхубз макъ зэхызохыр.— Лъапсэ, 7

Ар[хэкӀыпӀэ дызэримыӀэр] акъылкӀэ къыгурымыӀуами, псэкӀэ зэхищӀащ хъыджэбзым [Назифэ].— Лэчымэ, 395

Еплъ: псэм ищӀэн

псэм зигъэпсэхун

Гупсэхугъуэ гъуэтын.

Гъэмахуэ шылэу дуней дахэгъуэу, Узэгугъуахэм уагъэгуфӀэжу, Жыг хадэм уисмэ, псэм зигъэпсэхуу А махуэм тохуэ сыкъыщалъхуари – Уафэри гъуагъуэу уэшхыр къежэхмэ, Псы къэмыжари диным икӀынущ.— Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 395

[и] псэм имыдэн

И гум темыхуэн, фӀэмыфӀын.

Сытуи Ӏэпкълъэпкъ дахэ, и фэри къабзэу хужьыбзэу, дагъуэ мыбы хуэсщӀынщ жыпӀэну уи псэм имыдэн хэмылъу, и шхужьыр есу, и дамитӀри абы хуэдэу, и быдзитӀыр мыӀэрыситӀым хуэдэу, и бынжэри умылъагъуу – зи, Алыхьым къузэритынщ [Сэлимэ].— Лъапсэ, 20

+2 örnek

Америкэм кӀуауэ хъарзынэу щыпсэу Ӏэджи щыӀэщ, гъэ къэси океаным икӀыжурэ Къунейтрэ къалэм и Ӏэшэлъашэм къиӀэпхъукӀам ящыщу къэнэжар мащӀэ хъужащ, итӀани Мариам и псэм идэркъым мы щӀыналъэм икӀыну, ягъэзэжу зыдэса къуажэм дэтӀысхьэжыну ноби мэгугъэ, арщхьэкӀэ Алыхьым ещӀэ апхуэдэ махуэ къащыхуихуэнур.— Лэчымэ, 390

Къыхэпщыжауэ [Мэмэт-щӀакъуэ шэдым] къыскӀэлъыжэу пӀэрэ, жиӀэу къызэплъэкӀ щхьэкӀэ, къакӀуэӀауэ зыри илъэгъуакъым, къэкӀийуи зэхихакъым, ауэ игъэзэжыни и псэм идэртэкъым, зэгуэпыщати.— Лъапсэ, 51

псэм къеӀэн

Зыгуэр бгъэлӀэну, букӀыну хэтын.

ЩыкӀауэ ди псэм хэт къеӀами, Хуэдмыдэу и нэм дэ доӀэж.— Лъы уасэ. «Щхьэлыкъуэ», 398

+2 örnek

Родинэ лъэщу дгъэлъапӀэр Псэхэхыу бийхэм хущыту, Ди псэм къеӀэну хуэбампӀэр, Къэмыхъужыну идуду, Дэ ди лъэщагъым хэхъуэну, Мы бжьэр соӀэтри согуфӀэр; Ӏуэхур жытӀахэм тетыну Зы ткӀуэпс къизмынэу сэ софэр.— ИлъэсыщӀэм папщӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 120

Уи жагъуэгъу псэм къеӀамэ, Уареда, И нэм уеӀэу ипщӀырэ, Уареда, Афэ джанэр уи лӀыгъэу, Уареда.— Гущэкъу уэрэд. «Щхьэлыкъуэ», 389

псэм къищтэн

Псэм фӀэфӀын, удихьэхын.

ЛӀы губзыгъэм уи фызыр адыгэми урысми зэхуэдэу къилъытащ: - Фызыр гурэ псэкӀэ къыхах, - жиӀэрт Мэтхъэным, - цӀыхубзыр уи гум ирихьрэ, уи псэм къищтэрэ – къашэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529

+2 örnek

Мызэ-мытӀэуи къыкъуэкӀащ зи ныбжь хэкӀуэта лӀы, къыздэкӀуэж жиӀэу, арщхьэкӀэ, Хьэкурынэ си насып щыхэмылъакӀэ, нэгъуэщӀ си псэм къищтэнукъым жиӀэурэ зыми дэкӀуэжын идакъым.— Лъапсэ, 108

Ди псэм нэхъ къищтэр дымыщӀэжу, Дигу иримыхьыр хыдокухь.— Ди хэку аргуэру къызогъазэ. «Щхьэлыкъуэ», 379

псэм къыхихын

Езыми, фадэм и гур къигъэжанауэ, и нэр псывэ щӀэкӀа хуэдэ, къилыдыкӀыу, хъыджэбз дахэ дыдэхэр къыбгъэдыхьэрэ шхын къытрагъэувэмэ, е тепщэч нэщӀхэр щытрахыжкӀэ, и гурыӀупсыр къажэу, ныжэбэ си гупэ хэлъынур дэтхэнэрауэ пӀэрэ, жиӀэу, хьэщэхурыпхъуэм ещхьу зиущэхуауэ, нэбгъузкӀэ цӀыхубзхэм яхэдэрт, и псэм къыхихыр и пэшым щӀригъэшэну.— Лъапсэ, 86

Еплъ: псэм къищтэн

псэм къыщӀитхъын

Гум пымыкӀын, къехьэлъэкӀын.

[Зураб] Езы щӀалэм и псэм къыщӀитхъырт и шыпхъур абы фӀэкӀ зэримылъагъужынур.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667

[и] псэм мафӀэ къыщӀэнэн

Бэлыхь хэтын, гугъуехь телъын.

Си псэм мафӀэр къыщӀэнами Ситщ сэ уэгум мазэ зеиншэу— Си псэм мафӀэр къыщӀэнами. «Батырыбжьэ», 89

псэм пэлъытын

Псэм хуэдэу гъэувын, пэщӀын.

Нэхъ яфӀэкъабзэр мазэм палъытыр, Псэм палъытари Ӏэм ӀэщӀокӀуадэ.— Нэхъ лъапӀэр. «Батырыбжьэ», 114

псэм пэщӀын

Сигу пымыкӀыу псэм пызощӀри, Ар [адыгэбзэр] си кхъащхьэм тевгъэувэж.— УбзэмыӀумэ, бгъуэтыжынкъым… Батырыбжьэ, 53

Еплъ: псэм пэлъытын

псэм пымыкӀын

Гум имыдэн, фӀэмыфӀын.

Дунейм и пӀалъэ сэри сощӀэ – Збгынэн си щӀасэр псэм пымыкӀ.— Дунейм и пӀалъэ. «Батырыбжьэ», 19

+1 örnek

Уи псэм пымыкӀыу фӀыуэ плъагъур Дунейм ехыжкӀэ умыщыгъуэ.— ЩӀэщыгъуэ. «Батырыбжьэ», 15

псэм фӀэфӀын

Хуейн, гур хущӀэкъун.

А уэрэдырщ, си гум уэ укъэкӀым, ПхужысӀэну си псэм и фӀэфӀыр.— СыпхуэзэхукӀэ щэхуу укъызоплъыр. «Бгы лъапэхэм деж», 40

+2 örnek

Си псэм фӀэфӀым мафӀэ хуэсщӀмэ, Си псэм хэтыр пэрыуэн?— Сызыпэплъэ. «Дамыгъэ», 96

Хэкум я щӀым щӀыпачари и пычыпӀэ хъуари яхуиӀуэтэжыну и псэм фӀэфӀтэкъым [Нартыхум]— Лъапсэ, 83

псэм хэлъын

ФӀэфӀ дыдэу щытын.

Ар си анэщ слъагъуу си гугъар – Псэм хэлъыр плъагъум нэпс пӀэщӀокӀыр. ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ». 128. Остап Бендер и дуней тетыкӀар и псэм хэлъщи, абы зригъэщхьу Ӏэмалуи хьэлэуи къыхуэгупсысын къигъанэркъым.— Лъапсэ, 96

+1 örnek

[Данэ цӀыкӀу]Езы сабийр и адэм къыпачам хуэдэу ещхьщи, Албиян и фэ ириплъу Хьэбибэ и псэм хэлъым хуэдэу елъагъу.— Нал къута, 278

псэм хэлъми хэмыхын

Гум пымыкӀын, бутӀыпщыну ухуэмейн.

Зэкъуэшищым я шыпхъу закъуэр я псэм хэлъами хамыхыну фӀы дыдэу ялъагъурт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665

+2 örnek

Саримэ Ботэщ Астемырхэ деж куэдрэ къакӀуэрт, Темботрэ абырэ зэдэлъхузэшыпхъум хуэдэу зэрылъагъурт, псом хуэмыдэжу Саримэ и псэм хэлъми химыхынур Лу цӀыкӀур арат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 97

Монвалерьеным мес и къуапэр, Арщ французхэм ятӀэ закъуэ Къызыдахыу тыгъэ гуапэу Сталин тыгъэ къыхуащӀар, Я псэм хэлъми хамыхыну Лъагъуныгъэри къыхуащӀыр, Я щӀыгу лъапӀэм щыщ щӀы мащӀэм ТекӀуэдакъым гъащӀэ мащӀэ; ЖаӀэ ахэм псалъэ закъуэ: Ди къэралыр яхъунщӀащи Ди хэку нэщӀым дыкъинакъэ, Уэ лъэпкъ псори бузэщӀащи Уэрщ дэ диӀэр ди гугъапӀэу.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 61

псэм хэщӀын

Гуныкъуэгъуэ иӀэн, зыгуэр къехьэлъэкӀын.

ЩӀыр гъунапкъэншэу, бгы защӀэу Нэмысым и псэм куэд хощӀыр.— МылӀэжыныгъэм и лъахэ. «Батырыбжьэ», 13

+2 örnek

Дисэ ятӀэ шыкъыр къызыкӀэрихыжыр и бацэ уэншэкужьым пэмыжыжьэу игъэтӀылъурэ щылът: - Ӏэзэ гуэр мыгъуэ къызэплъатэмэ, нэхъ къэтэджыжыгъуафӀэу сыкъэтэджыжынт, ди нысэ цӀыкӀу, къупщхьэ имыкъутауэ си фӀэщ хъуркъым, зызгъэхъеймэ, си псэм хегъэщӀ.— ГущӀэгъу, 421

Уи лъагъуныгъэр си щӀэщыгъуэу Ущызмылъагъум, си псэм хощӀ.— Лермонтов. «Мывэ хуабэ», 85

псэм хыхьэн

Быдэу зыхэщӀэн, зэхэщӀыкӀын.

Псалъэу итыр и псэм хыхьэрэ къабыл ищӀрэ – Ӏэ тедзэ [отрядым хэтхэм]— Нал къута, 259

псэм хуэдэу лъагъун

ФӀы дыдэу, егъэлеяуэ фӀыуэ лъагъун.

Дэфэрэдж хущхъуэу зыхуейр езым ищӀэжу къыщӀэкӀынщи, кърещтэ, зышэну кхъухьыр къэзгъэхьэзырауэ сыкъэкӀуащ, икӀэщӀыпӀэкӀэ емыжьэу хъунукъым, пащтыхьым и псэм хуэдэу илъагъу фыз нэхъ дахэ дыдэу француз цӀыхубзыр сымаджэ хъуащ, зыгуэр къыщыщӀмэ ди гум ихункъым, къыщыщӀынуи Алыхьым жимыӀэ, Алыхьым къихъумэну, Алыхьым и ужькӀэ Дэфэрэдж сыт и узкӀи Ӏэзэу хъыбар Истамбыл нэсащи, къихъумэну дыщогугъ, - жиӀэри пэщэр къыщӀэкӀуар езым псалъитӀу жиӀами, и тэрмэшым гурыӀуэгъуэу къыжиӀэжащ, француз цӀыхубзым «си ӀэфӀыкӀэ цӀыкӀукӀэ» пащтыхьыр зэреджэри къыщӀигъужащ.— Лъапсэ, 120

+2 örnek

И псэм хуэдэр Ӏэгъуэ хъуащи Ар джэгуну игу къэкӀащ. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 153

Марфэ закъуэр зэгъэжакъым Дахэр жейхэм емызэгъыу Садым кӀуауэ нэпс щӀегъэкӀ, И псэм хуэдэр имылъагъуу Гуэщым щӀэсщи ар зэгъуэкӀщ. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 156

псэм хуэхьын

ФӀыуэ лъагъун, фӀэфӀын.

ӀуэхутхьэбзащӀэ сыфхуэхъуфмэ, Си нэм, си псэм ар хузохь.— ЩӀакхъуэ Ӏыхьэ лъымысами… Вагъуэ махуэ, 314

+1 örnek

Уэ уи нэм хуэпхьым псэм ухуахьыр, Псэ хэлъхьэ Ӏуэхуми – ефӀэкӀуэнщ, ГъащӀэм и тепщэр лъагъуныгъэщ, Бзаджагъи мыви ар текӀуэнщ.— Ягъажьэ щӀакхъуэр хъуреишхуэу. «Вагъуэ махуэ», 353

псэм и щӀасэ

Лъагъуныгъэ зыхуаӀэ, фӀыуэ ялъагъу.

«Къэгъэзэжыт тӀэкӀу нэхъ пасэу», - ЖиӀэу пщащэр къыщыувыр – А дакъикъэр псэм и щӀасэу ТӀуми я гур мэткӀур зэплъым, ЖамыӀами я гурылъыр.— Тисей, 502

+1 örnek

ЦӀыхухэм я гум гугъэ лъапӀэр Уэ иплъхьати псори хъуапсэт, А гугъэшхуэр ягъэлъапӀэу, А насыпыр псэм и щӀасэу, Ар лъэпкъ псоми я пщэдджыжьу, Гу бэмпӀами ар акъужьу.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 50

псэр дэхьэхын

И гум ирихьын, егуэкӀуэн.

Лъагъуныгъэр гъащӀэ уасэщ, Лъагъуныгъэм псэр дехьэх.— Лъагъуныгъэ. «Вагъуэ махуэ», 322

+2 örnek

Нур къытепсамэ, псэр дехьэхыр, Яхэтщ мыхъуауэ нур сэ схуэщ.— КӀарц жыг. «Вагъуэ махуэ», 367

Уи псэр щэхуу дахьэхамэ, Гъатхэ мазэр къэунэхуащ, ЩӀымахуэкууи уэсыр къесмэ, Уэ щыблэшэ къыптехуащ.— Лъагъуныгъэр мазэм хуэдэщ. «Вагъуэ махуэ», 334

псэр дзапэкӀэ хьын

Гъуэгум лъэсыр лъэсщ, гур гущ, шур шущи, я псэр дзапэкӀэ яхьыр жыхуаӀэм хуэдэу гуузщ.— Нал къута, 211

Еплъ: псэр дзапэкӀэ Ӏыгъын

псэр дзапэкӀэ Ӏыгъын

Гузэвэн, егъэлеяуэ шынагъуэ хэтын.

Адыгэр ижь-ижьыж лъандэрэ я псэр дзапэкӀэ яӀыгъыу псэурт, зыгуэр къыттеуэну пӀэрэ, жаӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 605

+1 örnek

Сэри си псэр дзапэкӀэ сӀыгъыу, Сыкъыхидзыжми сыхохьэж.— Сэ ар сощӀэ. «Мывэ хуабэ», 207

псэр еӀэн

Уи гумрэ уи псэмрэ зыгуэрым щӀэхъуэпсын, хуеин.

ХьэтӀрэмтӀыгу пэмыжыжьэу си шыпхъу яшауэ исщи, абыи мызэ-мытӀэу къалэм и хъыбар сригъэдаӀуэурэ сесащи, арагъэнщ си псэр абыкӀэ щӀеӀэр.— Лъапсэ, 6

[я] псэр зы вакъапхъэм къыхахащ

Зэщхьщ, зэщыщщ, зы лӀэужьыгъуэщ.

– Ар щӀэбгъэщӀэгъуэн щыӀэкъым, - жиӀэрт Астемыр, - а тӀум я псэр зы вакъапхъэм къыхахащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 319

[я] псэр зы чысэм илъын

ФӀы дыдэу зэрылъагъун, зэныбжьэгъун.

Зы чысэм илъу тӀуми ди псэр Дэ зы илъэскъым къэдгъэщӀар.— АбытӀэ Мухьэб и кхъащхьэм… Вагъуэ махуэ, 94

+2 örnek

И гум къэкӀыжащ [Бекъан], радио къэпсалъэми газет укъеджэми – жаӀэри ятхри зыщ: «цӀыху псори дызэрыӀыгъщ, ди псэр зы чысэм илъу допсэу», итӀани мо дызыхуэзам хуэдэ дэнэ къикӀрэ, жиӀэу.— Нал къута, 270

ХъынцӀэл и къуэр жыпӀэнущи, Нартыхум и зэфӀэгъэкӀ иӀэщи, а тӀур лъэкӀыныгъэкӀэ зэхуэдэщ, зым зыр лъэгущӀэт зэримыщӀыфынур ящӀэжри, тӀуми я псэр зы чысэм илъщ.— Лъапсэ, 77

[си] псэр зышхын

Къурмэн сызыхуэхъун, фӀыуэ щыӀэр зэхъулӀэн жыхуиӀэщ.

А тӀу, а си псэ тӀэкӀур зышхын, тхьэ къыджепӀэн – си щӀалэ цӀыкӀу мыгъуэм ухуэмызауэ пӀэрэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 311

+2 örnek

[Дэфэрэдж Гуащэ жреӀэ:]– Хъарзынэщ, си псэ тӀэкӀур зышхын, хъарзынэщ.— Лъапсэ, 35

[Джэлил къыжраӀэ:]Уэр мыхъуамэ, дэ дыкъуртрэт, утлъагъумэ, ди гум хохъуэ, си псэр зышхын, - жиӀэу.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475

псэр зэрыщӀэн

Зэмыпсалъэу зэгурыӀуэн, зы жыпхъэм тетын.

[Дэфэрэдж:] Сытым и щхьэфи сигъэӀэбэ, нобэрей махуэр абы пызощэ, арыншэуи хъурэ – сыт хуэдэ лъэхъэнэми щыпсэуауэ щӀы, цӀыхубзу хъуам я псэр зэрощӀэ, я Ӏэпэр зэрыӀыгъщ, я натӀэм илъри зэбгъапщэмэ, зэшыпхъуитӀым я бынщ жыпӀжну зэщхьщ.— Лъапсэ, 6

+2 örnek

ЦӀыхур лъэпкъ-лъэпкъкӀэ гуэшами, гурэ псэкӀэ зэрощӀэ, гъащӀэм пэпщӀын насып зыми къыщемыхъулӀэнукӀэ, а насып закъуэр зыхъумэфыр насып и уасэкъым, жиӀэу.— Кхъэлэгъунэ, 380

А тӀур щызэпылъым зэжраӀар, я гум ӀэфӀрэ хуабэу илъар, я псэр зэрыщӀэу зэрыщытар, загъэпщкӀуурэ ӀэплӀэ зэрызэхуащӀар, жэщкӀэ тӀури жейм емызэгъыу зэрыщытар, я Ӏуэхум зыгуэр зэран къыхэхъухьмэ, жаӀэу зэрыгузэвар – псори и гум къигъэкӀыжащ Къазджэрий.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668

[си] псэр зи къурмэн

– А си псэр зи къурмэн, мы шырыкъуитӀыр уи адэм къыщӀэнащ.— Щынэхужьыкъуэ, 42

Еплъ: [си] псэр зышхын

[и] псэр къызэрыгъуэтыжын

ЗыкъищӀэжын.

– Зэ фысабыри, къыдырым федаӀуэ, зи псэ къызэрыгъуэтыжа кӀэпхъыр кӀиящ, и кӀэ бэлацэ цӀыкӀур игъэджэгуу.— Кхъухь пхэнж, 501

псэр тхьэкъун

Дэхэхын и гур къэзэун.

Арауэ къыщӀэкӀынт Нэху фадэм дихьэхам щӀегияр: «Губгъуэм уихьэмэ, къэкӀыгъэм я мэ ӀэфӀым чэф уещӀ, къуэм удыхьэмэ, псым нэжэгужэ уищӀауэ къыбогъэзэж, бгым уихьэмэ, дахагъэм псэр ятхьэкъу, хьэуам щыщ зыдэсхьащэрэт жыбоӀэ, дэни плъэ – дунейм уигур хегъахъуэ».— Кхъэлэгъунэ, 375

+2 örnek

Къазджэрий хъыджэбзым дихьэхыу, и псэр итхьэкъуауэ аратэкъым, езы Саният зыпылъыр имылъагъумэ, унэм щӀэмызэгъэж хъуат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667

Хъыджэбзу си псэр зытхьэкъуахэр Пшэ хужьу къуршым щхьэпырокӀ.— Си лъэрыгъыпсыр зыӀыгъауэ. «Батырыбжьэ», 58

псэр къэхьыжын (хьыжын)

ЗыщӀыпӀэ уи щхьэр псэууэ уекӀуэлӀэжын (п.п., унэм).

– Зыри къыщыщӀакъым, и псэр къихьыжащ [Апчарэ].— Нал къута, 241

+2 örnek

И псэ тӀэкӀур къызэрихьыжам нэхъ гуфӀэгъуэ имыӀэу щыта пэтми, ущыуэнкӀэ хъунущ [Нурхьэлий]— Хъуэпсэгъуэ нур, 155

Дуду къотэджыжри хьэм ирахужьам ещхьу дожыж, лӀым сыкъимылъагъуу саӀэщӀэкӀ закъуэмэ, си витӀыр зэпытрэ зэкӀэсу укӀуэ, си унэ си псэр схьыжмэ аращ, жыхуиӀэу.— ВитӀ, 416

[и] псэр къыхыхьэжын

И гур къызэрыгъуэтыжын, зыкъэщӀэжын.

Уеблэмэ Ӏэхъуэм дихуа жэмхэм къагъэзэжат, хэщӀа щӀагъуэ щымыӀэу, хьэхэми я псэр къыхыхьэжауэ банэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 285

+1 örnek

Нахъуэ и псэр къыхыхьэжат, нэхъ Ӏэдэб хъуа жыпӀэу щӀыкӀафӀэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 513

псэр мыпыӀэн

Гузэвэн, пӀейтеин.

Умыгъэунэхумэ, нэӀуасэ Къыр лъагъуэр зэикӀ хъуххэнкъым, ХэщӀапӀэу бгыщхьэм щыхъуапсэм, ПыӀэпӀэ и псэр ихуэнкъым.— Къайсын К. «папщӀэ. Шум и гъуэгу», 87

+1 örnek

Езы цӀыхубзыр[Нэху] гукӀи псэкӀи щӀыналъэ къибгынам щыӀэ хуэдэт, уеблэмэ адэжьхэм я щӀыпӀэм сыкӀуэу семыплъауэ си псэр мыбы щыпыӀэнукъым жиӀэри Кавказым яфӀэкӀуэжауэ щытащ.— Кхъэлэгъунэ, 375

псэр мытыншын

Гугъу ехьын, бэлыхь, хьэзаб телъын.

Къыпхуей щымыӀэу уэ псоми уенэцӀмэ, щӀыхуэ къэпщтэну дунейм укъытехьауэ аращи, уи щӀыхуэ пхуэмытыжу дунейм уехыжмэ, уи псэр тыншынукъым.— Кхъэлэгъунэ, 374

псэр нэхьэсыжын (нэхьэсын)

[Бот] Сэри си унэ си псэр нэсхьэсыжынщ, Данизэт зыгуэр къытхуищӀэнщ— Хъуэпсэгъуэ нур, 276

+2 örnek

Къэзакъхэр лъэсти, къыщылъэщӀэмыхьэм, фочкӀэ къыкӀэлъыуэу хуежьэри шы закъуэри къаукӀащ, езы Мэмэти и лъэгуажьэм шэ къытехуащ, къэзакъхэри къэсри я джэдыр трахыжащ, дыгъуакӀуэри фӀыуэ кӀуэцӀакъухьри зэрыуӀэгъэу губгъуэм къранащ, езыми и псэр ерагъпсэрагъкӀэ я унэ нихьэсыжри къелыкӀафӀэу къелащ.— Лъапсэ, 46

Ерагъыу «пащӀэ бзииплъым» къыщӀэна башыжь къыпэщӀэхуати, зыщӀигъакъуэурэ, и псэр и пхъум деж нихьэсыну ежьащ.— Къалэн, 436

Еплъ: псэр къэхьыжын (хьыжын)

псэр пытын

Псэууэ щытын.

ЩӀым игу илъыр зэбгъэщӀэнум, Уи псэр пытмэ – урелъэс, Гъатхэ щыблэм я джэгупӀэу Псы гуэл щхъуантӀэм кӀэщӀу къэс.— Мо гуэл къащхъуэр и нэ щхъуантӀэу. «Батырыбжьэ», 54

+2 örnek

[Сентрал Апчарэ сымэ яжриӀэу:]УлӀамэ, уи Ӏуэхур щхьэхуэщ, уи псэр пытмэ, унэкӀуэнщ.— Нал къута, 290

Зэр Ӏэрысэу сэ согъэкӀыр, Си псэр тхьэмпэу пытщ а зейм.— Си Ӏэдакъэм щӀокӀ жыг хадэ. «Вагъуэ махуэ», 339

псэр тын

ГъащӀэр зыгуэрым щӀэтын.

Мэжджыт кӀуэцӀым дэтым хьэжыр къащыхыхьэм, дуней хьэзабыр диным папщӀэ ишэчауэ, диным щхьэкӀэ и псэр итыну а фэр зытригъауэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 78

псэр тыншыжын

Гупсэхугъуэ гъуэтыжын.

И псэри тыншыжат [Абу-Деруиш], мы дунейм зигу хэщӀ темытыжу, дыгъуасэ лъы зыгъэжахэр, бжьэцу зэрызехьар зэкӀужарэ яӀэпэр зэрыӀыгъыу зэщыгуфӀыкӀыу къеуджэкӀыу, зэкъуэш-зэшыпхъущ жыпӀэну зэхуэгумащӀэу, мэзым щӀэт жыг зэмылӀэужьыгъуэхэр зэрызэзэгъым хуэдэу зым и зэран адрейм емыкӀыу, къуалэбзухэм ещхьыркъабзэу щхьэж и бзэмкӀэ езым фӀэфӀ уэрэдыр жиӀэмэ, я бзэ зэрыщӀэ къыфӀэщӀу.— Кхъэлэгъунэ, 380

+1 örnek

Сыпсэу щӀыкӀэ жьэгу пащхьэр къызыхуэзгъэнэн къэпшатэмэ, си дуней нэху, си псэр тыншыжынт[Дэфэрэдж и къуэм жриӀэу].— Лъапсэ, 109

псэр фыщӀын

Къару естауэ усэр си гущӀэм Щотэджри, щхьэхуитыныгъэм щӀобэн, Сыпэмылъэщу си псэр яфыщӀу Дунейм нытохьэ сӀэщӀокӀри.— Сэ стиххэм гъэру саӀыгъщ. «Шум и гъуэгу», 116

Еплъ: псэр чэтхъэн

псэр хэгъуэн

Гъур дыдэ хъун.

[Таша щхьэкӀэ Сосрыкъуэ жеӀэ:] -Уэ уи псэр хэгъуащ…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 550

псэр хэкӀын

1. ЛӀэн.

[Дэфэрэдж] НтӀэ, анестезиологым сымаджэм и псэр хэкӀыу гу лъита нэужь, гузэвэгъуэр къыстехуэрэ сыгужьеймэ, зызэрысщӀыр я нэкӀэ зрагъэлъагъумэ, яфӀэфӀу арагъэнкӀи мэхъур, сэри абыхэм гугъу задезмыгъэхьыщэу, анестезиологыр гъусэ сщӀыри операционнэм сыщӀэтӀысхьащ, операцэ къытпэщытым и планым дегупсысу.— Лъапсэ, 16

+2 örnek

ЛӀищыр зэрызекъуэу бжэщхьэӀум Ӏутыху, фызхэр унэм щӀэлъэдащ, Ӏузизэ хэпщӀыкӀ къудейуэ бауэрт, иныкъуэми и псэр хэкӀри бэуэн щигъэтащ жыпӀэнт, апхуэдэу зэпигъэурт и бэуэнри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 76

Къарэжь шэр и пхэм техуэщ, и кӀуэцӀым пхыкӀри, и пщэдыкъым деж къыщыпхыкӀыжащ, шым къехуэхри здэщылъым и псэр хэкӀащ.— Лъапсэ, 106

2. Гужьеищэн, егъэлеяуэ шынэн.

Иринэ ар щызэхихым, и псэр хэкӀащ.— Щынэхужьыкъуэ, 64

+1 örnek

Нурхьэлий Ерул и макъыр зэрызэхихыу, и псэр хэкӀри гухэ къэхъуауэ жыг джабэм кӀэрытт, ӀейкӀи фӀыкӀи псалъэ хужымыӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 234

псэр и лъэдакъэм нэсын

Абдул, жылэр зэрызехьэу къажэ къыфӀэщӀати, и псэр и лъэдакъэм нэсауэ хадапхэмкӀэ здэжэм, абыкӀэ псыӀэрышэ къызэпрыжыр имыщӀэу, жэщыр кӀыфӀти, имылъагъуу псым хэхуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 144

Еплъ: псэр хэкӀын 2

псэр хэлъэтын

Егъэлеяуэ гужьеин.

Абы хуэдэу яща цӀыхубз Ӏэджэми я гугъу си анэшхуэм къысхуищӀыжурэ сригъэдаӀуэрт, си псэри хэлъэтауэ пӀэрэ жысӀэу сигъэгузавэу.— Лъапсэ, 6

псэ хэтын

Псэ зыхэту сыт мыпсалъэр, Пшэрэ пэти къызэрокӀ.— Псэ зыхэту сыт мыпсалъэр. «Батырыбжьэ», 45

Еплъ: псэ пытын

псэр хэудын

Мис фесакъэ фэ апхуэдэм, Си псэ закъуэр хэудыж, Сэ симыӀэр къэзгъуэтынкъым. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 149

Еплъ: псэр хэхын

псэр хэхыжын

Езым ажал зритыжын, зигъэлӀэжын, зиукӀыжын.

НэгъуэщӀкӀэ сэбэп умыхъуми, сымаджэ къытхуашам еплъ, Ӏейуэ хьэлъэщ, уэр фӀэкӀа абы сэбэп хуэхъун щыӀэу сщӀэръым, хэт емыплъами, зыӀуагъэзыкӀ, абы и псэр езым хихыжащ, жаӀэри.— Лъапсэ, 8

псэр [ӀэкӀэ] хэхын

ГъэлӀэн.

И псэр си ӀэкӀэ хэсхынщ, - жиӀэрт Дисэ, мафӀэм хуэдэу къызэщӀэнауэ. [Саримэ щхьэкӀэ]— Хъуэпсэгъуэ нур, 137

+2 örnek

[Назифэ и анэм къыжреӀэ:] Алыхьыр си бийщ, уи адэм деж унэзмыгъэсу уи псэр си ӀэкӀэ хэзмыхым!— Лэчымэ, 394

Щэрданхэ я махуэр сэри къысхуагъэкӀуэну хэтащ, сэ Щхьэлмывэкъуэр ныбапхъэкӀэ фызмыгъэгъуэлъым, си псэр си ӀэкӀэ хэсхыжынщ, жиӀэу Гъуумар къэгубжьауэ и пэщхъыным гъуэзыр кърихырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 287

[и] псэр хьэршым кӀуэжын

Егъэлеяуэ щтэн, гузэвэн, и псэр ӀукӀын.

Мэсхьуд къигъэзэжауэ цӀыхухэр зэхуишэсырт, Чачэ и псэр хьэршым кӀуэжауэ кӀэзызу щытт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 207

[и] псэр хьэршым нэсын

[Аслъэныр] Ӏэбэри кӀэпхъыр къипхъуэтауэ шынэурэ зи псэр хьэршым нэса кӀэпхъымкӀэ напэӀэлъэщӀ палъэу и жьафэр илъэщӀри игъэтӀысыжащ здэщысам деж.— Кхъухь пхэнж, 501

Еплъ: [и] псэр хьэршым кӀуэжын

псэр ихьэхун

Абы сэ си псэр мис ехьэху, Ар щэху сэ сщӀыни зи слъэмыкӀ.— Гупсысэ лъапӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 14

+2 örnek

Ди хадэм иплъэт зыгъази, Плъагъу псоми уи псэр ехьэху.— Гъуэгъуакъэ уафэр… Вагъуэ махуэ, 17

И щхьэц фӀыцӀэр ухуэнауэ Блэ фӀыцӀитӀу едзыхащ. А щӀалищым я гур, я псэр Хъыджэбз гуакӀуэм ихьэхуащ.— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 39

Еплъ: псэр дэхьэхын

псэр чэтхъэн

Гур хэщӀын, гузэвэгъуэ телъын.

–Сыгъэпсэлъэххэ хомычу…– Си псэр ичатхъэу ар жеӀэ. [Ахьмэдым]— Адэ, 421

псэр ӀэмыщӀэм илъын

Зыгуэрым и унафэм щӀэту псэун.

ЦӀыхухъум Ӏэщэ яӀыгъыу зэрыщытыр армырауэ цӀыхубзым я псэр абыхэм я ӀэмыщӀэ щӀилъыр?— Лъапсэ, 38

+1 örnek

–Хьэм и напэр зи напэ! – жиӀэри Чокэ допрос ищӀыну и ужь ихьащ, и пащхьэ исым и псэр и ӀэмыщӀэ зэрилъыр иргъащӀэу.— Щынэхужьыкъуэ, 68

псэр Ӏуудын

СогъэпцӀ, и псэр занщӀэу Ӏуимыудамэ [Щэрдан Берд и къуэш Мухьэмэд].— Хъуэпсэгъуэ нур, 51

Еплъ: псэр ӀукӀын

[и] псэр ӀукӀын

Къэщтэн, Ӏейуэ къэгузэвэн.

Къамэр зейр къащтэри и псэр ӀукӀащ.— Лъапсэ, 37

+2 örnek

Саримэ, и псэр ӀукӀауэ, зыщӀихъумэжащ, Тембот и нитӀыр къихуу щхьэгъубжэмкӀэ плъэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 192

Думэсарэ «Залымджэрий» жиӀэу Лу щызэхихым, и псэр ӀукӀат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 288

псэр Ӏухын

Гъэшынэн, хуабжьу гъэгузэвэн.

Лъагъуныгъэр Гум нэсакъым, ЖыпӀэу си псэр къыӀуумых.— Уэрэд. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 52

псэр къыхэтхъын

[Залымджэрий гуп зэхэтым яжреӀэ:] Псэ блырыбл фхэту щытми, си тхьэр нахуэу согъэпцӀ, зырызу, блыри къупщхьэри къыдэкӀуэу, къыхэзмытхъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 292

Еплъ: псэр [ӀэкӀэ] хэхын

псэр къыӀухын

Лъагъуныгъэр Гум нэсакъым, ЖыпӀэу си псэр къыӀуумых.— Уэрэд. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 43

Еплъ: псэр Ӏухын

псэр Ӏутыху

Псэуху, гъащӀэ иӀэху.

ИтӀани си псэр Ӏутыху мы жэмым и цыпэ хэзмыгъэхун, жиӀэри Хъадижэт жэм бжьакъуэр иӀыгъыу Ӏуэ ихьэпӀэмкӀэ игъэзащ.— Щынэхужьыкъуэ, 17

[уи] псэм къеӀэм, и нэм еӀэ

Уи гъащӀэм дежкӀэ шынагъуэм ущысхь хъунукъым.

Уи псэм къеӀэмэ, и нэм еӀэ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484

+1 örnek

ЩыкӀауэ ди псэм хэт къеӀами, Хуэдмыдэу и нэм дэ доӀэж.— Лъы уасэ. «Щхьэлыкъуэ», 398

Kitapta geçtiği hali

ПСЭ (48). ЦӀыху, псэущхьэ с.ху. гъащӀэ яӀэныр зэпха, абыхэм я псэуныгъэм и хэкӀыпӀэ. Си щхьэр щыдэсхми сыдэкӀакъым, Си псэр а къуажэм къыдэнащ. Сыжейми, си нэр зэтесхами… «Щхьэлыкъуэ», 382. Пщащэр зыгъэдахэр фащэрщ, Зи псэ зыгъэдахэр гуакӀуэщ, ГъащӀэр зыгъэдахэр хабзэщ, Фызыр зыгъэдахэр лӀырщ. Узыгъэдахэ. «Батырыбжьэ», 153. Зы махуэ си гур згъэпыӀакъым, Сэ гъуэгу сытету сымызэш, Зэуэн сэ си псэр щызгъэщӀакъым – Сосрыкъуэ лъыкӀэ срикъуэшщ. ◊ [Си] анэ и псэ, [си] адэ и псэ (6). Еплъ анэ. Псэрэ гукӀэ (4). Арэзыуэ, фӀэкъабылу. Езы Аннэ Павловнэр мащӀэ щӀакъым сэ зэрысцӀыхурэ, иджыри къэс зэи сигу ебгъакъым, хуабжьу специалистыфӀщ, псэрэ гукӀэ и Ӏуэхум етащ, зытеува гъуэгуми къыпхутекӀынукъым, арауи къыщӀэкӀынущ и къулыкъум зиӀэтыну псоми хуагъэфащэурэ и Ӏуэхур къехуэха иджы щӀэхъуар. Лъапсэ, 11. [Астемыр жиӀэу:] Жыраслъэн и унэр хъыджэбз школ фщӀы, жыпӀащи, ди псэкӀи ди гукӀи къыдощтэ. Пэжкъэ Лу? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 519. Псэ гъэнын (4). ГъэлӀэн, укӀын. Къихьащ сигу Ӏэлым сэ зэуэн, Фашистхэм я псэ зэу згъэнын Си гуапэу, сэри сыщӀохъуэпс. Атакэи и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52. Ар мылым ещхьу пщӀащ уэ джафэ, Мелуанкъым псэуэ уэ бгъэнар, УлӀэнущ уэри, тӀауэ жьафэр… ПщӀыхьэпӀэ. «Мывэ хуабэ», 53. А шэрхъ Ӏэтар илъагъумэ, Кулисум мэхъашэт, аргуэру псэ егъэн, жиӀэу. Нэгъуху, 35. Псэ гъур (2). Къарууншэ, фэ зытемыт, ӀэпкълъэпкъкӀэ гъур. [ЦӀыхухэм, Таша хуэгъэзауэ:] НэщӀым уи псэр игъэгъупэнщ, арыншэми къызэроджэр «псэ гъурщ». Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 548. Псэ гъуркӀэ зэджэ Таша и фэр пыкӀауэ щытти ерагъпсэрагъкӀэ хузэфӀэкӀащ и зы псалъэ хигъэувэну: – Къазджэрийкъым, абы и адэр зэведующу къэкӀуами, си Ӏуэхущ абы щхьэкӀэ нэщӀын щызгъэтмэ, – жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 548. [Си] псэ (12). ФӀы дыдэу зыхущытым зэрызыхуагъазэ псалъэ. Къыхуихьауэ, мес, бжэнышэ А хъыджэбзыр ирегъафэ, Хъуащ тхьэмыщкӀэр къарууншэ, Езы щӀалэм ещӀ унафэ: – Ефэ, си псэ, зы Ӏубыгъуэ…«Тисей», 494. Ядэ щылъым ар щыӀуплъэм Дахэр щтауэ къэкӀиящ: -Си адэ, си адэ, си псэ налъэ, Си адэ, си псэ, жыӀэт псынщӀэу, Сыт уи лажьэр? «Бдзэжьеящэм ипхъу», 149. – Сыдыгъурыгъукъым, си псэ, умышынэ, - жиӀэу Дэфэрэдж щыкӀэлъыджэм, щӀалэ цӀыкӀум цӀыхубз макъ зэхихати, къэувыӀащ, къаплъэмэ, сабии и гъусэщ. Лъапсэ, 55. [Си] псэ закъуэ (2). Псэуэ хэлъ, егъэлеяуэ фӀыуэ ялъагъу. А, Саружан, а си хъыджэбз цӀыкӀу, уи щхьэгъусэм тхьэм къигъэзэжыну жиӀэ, къигъэзэжмэ, си псэ закъуэ, зыщумыгъэгъупщэ. [Ӏурарэ жиӀэу] Къалэн, 436. Дэнэ фхьа си псэ закъуэр?- [Дэфэрэдж и къуэм щӀоупщӀэ]. Лъапсэ, 31. [Си] псэ тӀэкӀу (21). Еплъ [си] псэ закъуэ. – Абы и хущхъуэр дагъэ зыщӀэт шхын егъэшхын хуейуэ аращ, си псэ тӀэкӀу. Нэгъуху, 34. [Ӏурарэ жиӀэу:] Къеблэгъэну щыхуэмейкӀэ, мэ, си псэ тӀэкӀу, махъсымэ шынакъри хуэхь. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 596. – [Дэфэрэдж Сэлимэ йоупщӀ:] Сыт, си псэ тӀэкӀу, абы хуэдизу удихьэхауэ узэгупсысыр? Лъапсэ, 52. Псэ зыӀут (16). Псори; зыми, хэти. Къуажэм щыщ къыхэмынэу зэтрикъутауэ, псэ зыӀути къэмынэу зэтраукӀауэ арат псоми я гугъэр, Шкуро и дзэр Налшык теуэу арат. Хъуэпсэгъуэ нур, 284. Псыжьрэ Индылрэ я зэхуакур арат зекӀуэ кӀуапӀэр, бжьыхьэр къэсрэ гъавэр гуэным ирикӀутэжамэ, нэхъыбэм ДонкӀэ ягъазэрэ губгъуэр къаущыхьу итт, къанэу губгъуэм щикӀуадэ Ӏэджэри къэхъурт, я кӀуэдыпӀэр псэ зыӀутым ямыщӀэу, арщхьэкӀэ къуажэпщыр лӀы зи къару илъыгъуэти, и унэм щӀэзагъэртэкъым, бжьыхьэхуегъэзэкӀ зэрыхъуу зигъэхьэзыру щӀидзэрт, и нэгум зыгуэр зэрыщӀэлъыр ӀупщӀу. Лъапсэ, 30. Курсантхэм яхэттэкъым Къазджэрий и жагъуэ ищӀмэ зи гуапэ, псори хущӀэкъурт ар нэфӀкӀэ зригъэплъыну, зыщигъэтхъуну, уеблэмэ, ярэби, дауэ сщӀымэ Къазджэрий и гум нэхъ ирихьыну, жиӀэу гупсысэр куэдт, езы Къазджэрий псэ зыӀутым иджыри къэс псалъэ дыдж жримыӀа пэтрэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607. [И] нэ [и] псэ (19). Еплъ нэ. [И] ни [и] пси къимыхьын (1). Еплъ нэ. Псэ хэлъхьэжын (1). Къэгъэхъужын, къэгъэщӀэрэщӀэжын. КъэгъэщӀыжын. – Къалэр илъэс къэс мин ӀэджэкӀэ хэкужьу щытауэ жаӀэ, цӀыху къихьэн дзыхь ямыщӀу, уэ псэ хэплъхьэжыну и ужь уитщ- [жиӀэрт Абу-Деруиш и щхьэгъусэм]. Кхъэлэгъунэ, 374. Псэ хэлъхьэн (7). КъэгъэщӀын, псэ къыпыгъэкӀэн. Дыгъэ нэбзий дахэри, Уареда, Уи лъэрыгъым теӀэбэу, Уареда, УзэӀэбым псэ хэплъхьэу, уареда, Си щӀалэр Тхьэм укъигъэхъуи, Уареда. Гущэкъу уэрэд. «Щхьэлыкъуэ», 389. Сыт уэсэпсым псэ хэзылъхьэр – Зы ткӀуэпс закъуэ телъщи тхьэмпэм, ӀэщӀэхункӀэ гузэвауэ Хуегъэдахэри къухьэпӀэм. Уэсэпс ткӀуэпс. «Вагъуэ махуэ», 20. Чачэ дунейм тетыр жиӀэрт, сурэт зыщӀар ахърэтым щыщӀегъуэжынщ, псэ щхьэ къысхыумылъхьарэ, жиӀэу а сурэтыр къодауэу къэувынщи, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 638. Псэ Ӏутын (3). Еплъ псэр пытын. Къумым псэ Ӏуткъым, Къумыр щӀасэншэщ. «Индийскэ поэмэ», 357. ИтӀани си псэр Ӏуту мы жэмым и цыпэ хэзмыгъэхун, - жиӀэри Хъадижэт жэм бжьакъуэр иӀыгъыу Ӏуэ ихьэпӀэмкӀэ игъэзащ. Щынэхужьыкъуэ, 17. Астемыр къыхуэзахэр зэпсалъэрт: - И псэр Ӏут? Хъуэпсэгъуэ нур, 170. ПсэкӀэ гъэвын (2). Гугъу дехьын, гугъуехь шэчын. ЦӀыхум псэкӀэ мыл ягъэвыр. Гъаблэ. «Мывэ хуабэ», 272. Си гъуэгум щӀыӀэ къыстехъуами, А щӀыӀэр псэкӀэ сэ згъэващ. Си гъуэгу тыншакъым сэ игъащӀэм. «Мывэ хуабэ», 62. ПсэкӀэ еувэлӀэн (1). И псэм, и гум къищтэн. Приказым Ӏэ щытридзэкӀэ, Якъуб комиссару зэрыщытым псэкӀэ еувэлӀащ, жиӀэри Локотоши арэзы хъуащ. Нал къута, 297. ПсэкӀэ зэрыӀыгъын (1). Зэгуэтын, зэакъылэгъуу щытын. Псалъэу хэлъыр дыгъэлу, купщӀэшхуэ хэлъу, цӀыхум я гур зэхуэфӀмэ я насыпу, псэкӀэ зэрыӀыгъыу ди лъапсэр быдащэрэт жиӀэу цӀыхур зыхущӀэкъуу щытар тыншу къыбгурегъаӀуэ [Валерэ жеӀэ и адэм и хъуэхъум щхьэкӀэ]. КӀапсэ кӀапэ, 15. ПсэкӀэ зыуэ (1). Еплъ псэкӀэ зэрыӀыгъын. Зэкъуэту, зым ӀэщӀэхур зым къищтэжу, бзэкӀэ зырызми, псэкӀэ зыуэ бийм пэувынкъэ, жиӀэу арат Локотош ти гум илъыр. Нал къута, 257. ПсэкӀэ щӀэн (къэщӀэн) (23). Къэхъун-къэщӀэн гуэрхэр зыхэщӀэн, къэщӀэн. Хьэблашэ псэкӀэ ищӀа хъунт сэлэтхэм фӀы я гум зэримылъри, и пхэр машинэмкӀэ игъэзауэ къэуври сэлэтым къепыджыну къэуващ, шэм къигъэпща и шхуэлыр ириупцӀэкӀыу. Нал къута, 290. Мариам и пщӀыхьэпӀэ къыхэхуэххэртэкъым и гур зэрыгъум дыгъур кърикӀуэну, сэ [Исуф] псэкӀэ сщӀэрт зы бэлыхьлажьэ ди нэгу зэрыщӀэлъыр. Лэчымэ, 392. Дохутырым и цӀэр Варварэ Романовнэт, гурыхуэ дыдэт, псалъэ жумыӀэми узыхуейр псэкӀэ ищӀэрт уи жьэ псалъэ къыжьэдимыгъэкӀыу, арщхьэкӀэ иджыпсту ар къыщедджам гу лъимытауэ, сыт си унафэну пӀэрэ жиӀэу къыдэплъырт, теплъхьэ и хьэлъэу есат езыри, Ӏуэху гугъу хуэзакӀэ къикӀуэтынутэкъым, и дзыхь къызигъэзт, куэд схузэфӀэкӀыу къилъытэрти, фӀыкӀэ си цӀэ зыгъэӀум ящыщт. Лъапсэ, 13. Псэм еджэу телъын (1). Хьэлъэн, лӀэным нэсауэ сымэджэн. Сэри сшэчынут сыт жиӀами, я сабий закъуэр и псэм еджэу щытелъкӀэ Ӏэджи жаӀэнкӀи мэхъур адэ-анэм, ауэ цӀыхубзхэм я акъэлыр я щхьэцым хуэмыдэу кӀэщӀщ жыхуиӀар хуэздэну Ӏэмал зимыӀэт, арыншэми телефон Ӏуэхур си гум къэкӀыжри зыкъистӀащ: - Мыбы хуэдизу цӀыхубз акъылыр фӀэгъэнапӀэ щхьэ пщӀырэ, тхьэмадэ? Лъапсэ, 8. Псэм еджэу хэлъын (2). Еплъ псэм еджэу телъын. [Псэун Ӏурарэ къыжреӀэ:] УгущӀэгъуншэтэкъэ, илъэсищ фӀэкӀ мыхъуа уи сабий сымаджэр и псэм еджэу хэлъу уэ зыбгъэнысащӀэу лэгъунэм ущыщӀэсам? Къалэн, 435. И псэм еджэу хэлъым [Хьэбас] кӀэрахъуэ къуата жыпӀэу дауэ уеупщӀын? Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. [И] псэм еджэжын (1). Лъэрымыхьын, хьэлъэн. Пыжьынэ и къурмакъейр хичыным хуэдэу къызоплъ, къызгурыӀуэркъым мо и псэм еджэжу телъымрэ мыбырэ зэпха щӀэхъуар, ущӀэупщӀэми нэхъеижу, дигъэгувэнущи, Пыжьынэ жиӀэм семыдаӀуэу сокӀуэ операционнэм. Лъапсэ, 19. Псэм емыблэжын (4). Зыщымысхьыжын. Ауэ зауэ уэ къэбублэм Деблэжынкъым дэри ди псэм, тегушхуапӀэ дыкъэпщӀами КӀэщӀкӀэ ди щӀыр уэ къэбгынэ, Ем дахагъэр, ем щӀалэгъуэр Игъуэтауэ махуэ закъуэм ЩигъэщӀэнкъым дэ ди щӀыпӀэм, Ем дахагъэр, ем щӀалэгъуэр И ӀэщӀыбу яухуай. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 414. Нобэ фэ евгъажьэ нацдивизэм хэт зауэлӀхэм я лъэкӀ къамыгъанэу, я псэ емыблэжу фэ къахуэфщӀар зэрагъэпэжыным иужь итынщ. Щынэхужьыкъуэ, 48. Зы махуэ си псэм себлэжакъым, ФӀы гуэр Ӏэдакъэм щӀэзгъэкӀатэм, - Ар жысӀэу слъэкӀи къэзгъэнакъым. МахуитӀ зэхуэдэу къыумыгъащӀэ. «Вагъуэ махуэ», 351. Псэм и жагъуэ (1). ПфӀэмыфӀ, узыхуэмей гуэр. ХымкӀэ уплъэм, кӀагъэпшагъэщ, Хым уахуныр псэм и жагъуэщ. «Тисей», 502. Псэм зыхищӀэн (4). Еплъ псэм ищӀэн. – Жыгей гъумыр мышкъышыр къыздэӀэпыкъуурэ си дамэм щытеслъхьэм, си псэм зыхищӀащ зэрысхуэмыхьынур, арщхьэкӀэ цӀыхубзми Ӏэ лъэныкъуэкӀэ къыздигъэпсынщӀэ хуэдэу къыщызбгъэдэувэм, си нитӀыр къыщихуами, сыкъежьащ, сигъэшхэну зэрыжиӀар си гурыфӀыгъуэти. МелыӀыч, 439. Телефон къыщӀеуэр сэрмырагъэнкӀи мэхъу, итӀани плъагъурэ ар, къалэм дэт фэтэрым сыщӀэсыххэкъым, къуажэм сыдэсщи, си хьэпшып тӀэкӀур къасщтэу гъуэгу сытеувэнущи, трубкэр къэзмыщтэмэ, зэфӀэкӀакъэ жызоӀэри, тӀэкӀурэ зызолъэфыхь, арщхьэкӀэ схуэшэчыркъым, си псэм зыхещӀэри къасщтэмэ, хьэм къагъэщтащ жыпӀэну цӀыхубз макъ зэхызохыр. Лъапсэ, 7. Ар[хэкӀыпӀэ дызэримыӀэр] акъылкӀэ къыгурымыӀуами, псэкӀэ зэхищӀащ хъыджэбзым [Назифэ]. Лэчымэ, 395. Псэм зигъэпсэхун (1). Гупсэхугъуэ гъуэтын. Гъэмахуэ шылэу дуней дахэгъуэу, Узэгугъуахэм уагъэгуфӀэжу, Жыг хадэм уисмэ, псэм зигъэпсэхуу А махуэм тохуэ сыкъыщалъхуари – Уафэри гъуагъуэу уэшхыр къежэхмэ, Псы къэмыжари диным икӀынущ. Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 395. [И] псэм имыдэн (3). И гум темыхуэн, фӀэмыфӀын. Сытуи Ӏэпкълъэпкъ дахэ, и фэри къабзэу хужьыбзэу, дагъуэ мыбы хуэсщӀынщ жыпӀэну уи псэм имыдэн хэмылъу, и шхужьыр есу, и дамитӀри абы хуэдэу, и быдзитӀыр мыӀэрыситӀым хуэдэу, и бынжэри умылъагъуу – зи, Алыхьым къузэритынщ [Сэлимэ]. Лъапсэ, 20. Америкэм кӀуауэ хъарзынэу щыпсэу Ӏэджи щыӀэщ, гъэ къэси океаным икӀыжурэ Къунейтрэ къалэм и Ӏэшэлъашэм къиӀэпхъукӀам ящыщу къэнэжар мащӀэ хъужащ, итӀани Мариам и псэм идэркъым мы щӀыналъэм икӀыну, ягъэзэжу зыдэса къуажэм дэтӀысхьэжыну ноби мэгугъэ, арщхьэкӀэ Алыхьым ещӀэ апхуэдэ махуэ къащыхуихуэнур. Лэчымэ, 390. Къыхэпщыжауэ [Мэмэт-щӀакъуэ шэдым] къыскӀэлъыжэу пӀэрэ, жиӀэу къызэплъэкӀ щхьэкӀэ, къакӀуэӀауэ зыри илъэгъуакъым, къэкӀийуи зэхихакъым, ауэ игъэзэжыни и псэм идэртэкъым, зэгуэпыщати. Лъапсэ, 51. Псэм къеӀэн (5). Зыгуэр бгъэлӀэну, букӀыну хэтын. ЩыкӀауэ ди псэм хэт къеӀами, Хуэдмыдэу и нэм дэ доӀэж. Лъы уасэ. «Щхьэлыкъуэ», 398. Родинэ лъэщу дгъэлъапӀэр Псэхэхыу бийхэм хущыту, Ди псэм къеӀэну хуэбампӀэр, Къэмыхъужыну идуду, Дэ ди лъэщагъым хэхъуэну, Мы бжьэр соӀэтри согуфӀэр; Ӏуэхур жытӀахэм тетыну Зы ткӀуэпс къизмынэу сэ софэр. ИлъэсыщӀэм папщӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 120. Уи жагъуэгъу псэм къеӀамэ, Уареда, И нэм уеӀэу ипщӀырэ, Уареда, Афэ джанэр уи лӀыгъэу, Уареда. Гущэкъу уэрэд. «Щхьэлыкъуэ», 389. Псэм къищтэн (3). Псэм фӀэфӀын, удихьэхын. ЛӀы губзыгъэм уи фызыр адыгэми урысми зэхуэдэу къилъытащ: - Фызыр гурэ псэкӀэ къыхах, - жиӀэрт Мэтхъэным, - цӀыхубзыр уи гум ирихьрэ, уи псэм къищтэрэ – къашэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529. Мызэ-мытӀэуи къыкъуэкӀащ зи ныбжь хэкӀуэта лӀы, къыздэкӀуэж жиӀэу, арщхьэкӀэ, Хьэкурынэ си насып щыхэмылъакӀэ, нэгъуэщӀ си псэм къищтэнукъым жиӀэурэ зыми дэкӀуэжын идакъым. Лъапсэ, 108. Ди псэм нэхъ къищтэр дымыщӀэжу, Дигу иримыхьыр хыдокухь. Ди хэку аргуэру къызогъазэ. «Щхьэлыкъуэ», 379. Псэм къыхихын (1). Еплъ псэм къищтэн. Езыми, фадэм и гур къигъэжанауэ, и нэр псывэ щӀэкӀа хуэдэ, къилыдыкӀыу, хъыджэбз дахэ дыдэхэр къыбгъэдыхьэрэ шхын къытрагъэувэмэ, е тепщэч нэщӀхэр щытрахыжкӀэ, и гурыӀупсыр къажэу, ныжэбэ си гупэ хэлъынур дэтхэнэрауэ пӀэрэ, жиӀэу, хьэщэхурыпхъуэм ещхьу зиущэхуауэ, нэбгъузкӀэ цӀыхубзхэм яхэдэрт, и псэм къыхихыр и пэшым щӀригъэшэну. Лъапсэ, 86. Псэм къыщӀитхъын (1). Гум пымыкӀын, къехьэлъэкӀын. [Зураб] Езы щӀалэм и псэм къыщӀитхъырт и шыпхъур абы фӀэкӀ зэримылъагъужынур. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667. [И] псэм мафӀэ къыщӀэнэн (3). Бэлыхь хэтын, гугъуехь телъын. Си псэм мафӀэр къыщӀэнами Ситщ сэ уэгум мазэ зеиншэу. Си псэм мафӀэр къыщӀэнами. «Батырыбжьэ», 89. Псэм пэлъытын (1). Псэм хуэдэу гъэувын, пэщӀын. Нэхъ яфӀэкъабзэр мазэм палъытыр, Псэм палъытари Ӏэм ӀэщӀокӀуадэ. Нэхъ лъапӀэр. «Батырыбжьэ», 114. Псэм пэщӀын (1). Еплъ псэм пэлъытын. Сигу пымыкӀыу псэм пызощӀри, Ар [адыгэбзэр] си кхъащхьэм тевгъэувэж. УбзэмыӀумэ, бгъуэтыжынкъым… «Батырыбжьэ», 53. Псэм пымыкӀын (2). Гум имыдэн, фӀэмыфӀын. Дунейм и пӀалъэ сэри сощӀэ – Збгынэн си щӀасэр псэм пымыкӀ. Дунейм и пӀалъэ. «Батырыбжьэ», 19. Уи псэм пымыкӀыу фӀыуэ плъагъур Дунейм ехыжкӀэ умыщыгъуэ. ЩӀэщыгъуэ. «Батырыбжьэ», 15. Псэм фӀэфӀын (3). Хуейн, гур хущӀэкъун. А уэрэдырщ, си гум уэ укъэкӀым, ПхужысӀэну си псэм и фӀэфӀыр. СыпхуэзэхукӀэ щэхуу укъызоплъыр. «Бгы лъапэхэм деж», 40. Си псэм фӀэфӀым мафӀэ хуэсщӀмэ, Си псэм хэтыр пэрыуэн? Сызыпэплъэ. «Дамыгъэ», 96. Хэкум я щӀым щӀыпачари и пычыпӀэ хъуари яхуиӀуэтэжыну и псэм фӀэфӀтэкъым [Нартыхум] Лъапсэ, 83. Псэм хэлъын (6). ФӀэфӀ дыдэу щытын. Ар си анэщ слъагъуу си гугъар – Псэм хэлъыр плъагъум нэпс пӀэщӀокӀыр. ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ». 128. Остап Бендер и дуней тетыкӀар и псэм хэлъщи, абы зригъэщхьу Ӏэмалуи хьэлэуи къыхуэгупсысын къигъанэркъым. Лъапсэ, 96. [Данэ цӀыкӀу]Езы сабийр и адэм къыпачам хуэдэу ещхьщи, Албиян и фэ ириплъу Хьэбибэ и псэм хэлъым хуэдэу елъагъу. Нал къута, 278. Псэм хэлъми хэмыхын (3). Гум пымыкӀын, бутӀыпщыну ухуэмейн. Зэкъуэшищым я шыпхъу закъуэр я псэм хэлъами хамыхыну фӀы дыдэу ялъагъурт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665. Саримэ Ботэщ Астемырхэ деж куэдрэ къакӀуэрт, Темботрэ абырэ зэдэлъхузэшыпхъум хуэдэу зэрылъагъурт, псом хуэмыдэжу Саримэ и псэм хэлъми химыхынур Лу цӀыкӀур арат. Хъуэпсэгъуэ нур, 97. Монвалерьеным мес и къуапэр, Арщ французхэм ятӀэ закъуэ Къызыдахыу тыгъэ гуапэу Сталин тыгъэ къыхуащӀар, Я псэм хэлъми хамыхыну Лъагъуныгъэри къыхуащӀыр, Я щӀыгу лъапӀэм щыщ щӀы мащӀэм ТекӀуэдакъым гъащӀэ мащӀэ; ЖаӀэ ахэм псалъэ закъуэ: Ди къэралыр яхъунщӀащи Ди хэку нэщӀым дыкъинакъэ, Уэ лъэпкъ псори бузэщӀащи Уэрщ дэ диӀэр ди гугъапӀэу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 61. Псэм хэщӀын (3). Гуныкъуэгъуэ иӀэн, зыгуэр къехьэлъэкӀын. ЩӀыр гъунапкъэншэу, бгы защӀэу Нэмысым и псэм куэд хощӀыр. МылӀэжыныгъэм и лъахэ. «Батырыбжьэ», 13. Дисэ ятӀэ шыкъыр къызыкӀэрихыжыр и бацэ уэншэкужьым пэмыжыжьэу игъэтӀылъурэ щылът: - Ӏэзэ гуэр мыгъуэ къызэплъатэмэ, нэхъ къэтэджыжыгъуафӀэу сыкъэтэджыжынт, ди нысэ цӀыкӀу, къупщхьэ имыкъутауэ си фӀэщ хъуркъым, зызгъэхъеймэ, си псэм хегъэщӀ. ГущӀэгъу, 421. Уи лъагъуныгъэр си щӀэщыгъуэу Ущызмылъагъум, си псэм хощӀ. Лермонтов. «Мывэ хуабэ», 85. Псэм хыхьэн (1). Быдэу зыхэщӀэн, зэхэщӀыкӀын. Псалъэу итыр и псэм хыхьэрэ къабыл ищӀрэ – Ӏэ тедзэ [отрядым хэтхэм] Нал къута, 259. Псэм хуэдэу лъагъун (4). ФӀы дыдэу, егъэлеяуэ фӀыуэ лъагъун. Дэфэрэдж хущхъуэу зыхуейр езым ищӀэжу къыщӀэкӀынщи, кърещтэ, зышэну кхъухьыр къэзгъэхьэзырауэ сыкъэкӀуащ, икӀэщӀыпӀэкӀэ емыжьэу хъунукъым, пащтыхьым и псэм хуэдэу илъагъу фыз нэхъ дахэ дыдэу француз цӀыхубзыр сымаджэ хъуащ, зыгуэр къыщыщӀмэ ди гум ихункъым, къыщыщӀынуи Алыхьым жимыӀэ, Алыхьым къихъумэну, Алыхьым и ужькӀэ Дэфэрэдж сыт и узкӀи Ӏэзэу хъыбар Истамбыл нэсащи, къихъумэну дыщогугъ, - жиӀэри пэщэр къыщӀэкӀуар езым псалъитӀу жиӀами, и тэрмэшым гурыӀуэгъуэу къыжиӀэжащ, француз цӀыхубзым «си ӀэфӀыкӀэ цӀыкӀукӀэ» пащтыхьыр зэреджэри къыщӀигъужащ. Лъапсэ, 120. И псэм хуэдэр Ӏэгъуэ хъуащи Ар джэгуну игу къэкӀащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 153. Марфэ закъуэр зэгъэжакъым Дахэр жейхэм емызэгъыу Садым кӀуауэ нэпс щӀегъэкӀ, И псэм хуэдэр имылъагъуу Гуэщым щӀэсщи ар зэгъуэкӀщ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 156. Псэм хуэхьын (2). ФӀыуэ лъагъун, фӀэфӀын. ӀуэхутхьэбзащӀэ сыфхуэхъуфмэ, Си нэм, си псэм ар хузохь. ЩӀакхъуэ Ӏыхьэ лъымысами… «Вагъуэ махуэ», 314. Уэ уи нэм хуэпхьым псэм ухуахьыр, Псэ хэлъхьэ Ӏуэхуми – ефӀэкӀуэнщ, ГъащӀэм и тепщэр лъагъуныгъэщ, Бзаджагъи мыви ар текӀуэнщ. Ягъажьэ щӀакхъуэр хъуреишхуэу. «Вагъуэ махуэ», 353. Псэм и щӀасэ (2). Лъагъуныгъэ зыхуаӀэ, фӀыуэ ялъагъу. «Къэгъэзэжыт тӀэкӀу нэхъ пасэу», - ЖиӀэу пщащэр къыщыувыр – А дакъикъэр псэм и щӀасэу ТӀуми я гур мэткӀур зэплъым, ЖамыӀами я гурылъыр. «Тисей», 502. ЦӀыхухэм я гум гугъэ лъапӀэр Уэ иплъхьати псори хъуапсэт, А гугъэшхуэр ягъэлъапӀэу, А насыпыр псэм и щӀасэу, Ар лъэпкъ псоми я пщэдджыжьу, Гу бэмпӀами ар акъужьу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 50. Псэр дэхьэхын (4). И гум ирихьын, егуэкӀуэн. Лъагъуныгъэр гъащӀэ уасэщ, Лъагъуныгъэм псэр дехьэх. Лъагъуныгъэ. «Вагъуэ махуэ», 322. Нур къытепсамэ, псэр дехьэхыр, Яхэтщ мыхъуауэ нур сэ схуэщ. КӀарц жыг. «Вагъуэ махуэ», 367. Уи псэр щэхуу дахьэхамэ, Гъатхэ мазэр къэунэхуащ, ЩӀымахуэкууи уэсыр къесмэ, Уэ щыблэшэ къыптехуащ. Лъагъуныгъэр мазэм хуэдэщ. «Вагъуэ махуэ», 334. Псэр дзапэкӀэ хьын (2). Еплъ псэр дзапэкӀэ Ӏыгъын. Гъуэгум лъэсыр лъэсщ, гур гущ, шур шущи, я псэр дзапэкӀэ яхьыр жыхуаӀэм хуэдэу гуузщ. Нал къута, 211. Псэр дзапэкӀэ Ӏыгъын (3). Гузэвэн, егъэлеяуэ шынагъуэ хэтын. Адыгэр ижь-ижьыж лъандэрэ я псэр дзапэкӀэ яӀыгъыу псэурт, зыгуэр къыттеуэну пӀэрэ, жаӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 605. Сэри си псэр дзапэкӀэ сӀыгъыу, Сыкъыхидзыжми сыхохьэж. Сэ ар сощӀэ. «Мывэ хуабэ», 207. Псэр еӀэн (1). Уи гумрэ уи псэмрэ зыгуэрым щӀэхъуэпсын, хуеин. ХьэтӀрэмтӀыгу пэмыжыжьэу си шыпхъу яшауэ исщи, абыи мызэ-мытӀэу къалэм и хъыбар сригъэдаӀуэурэ сесащи, арагъэнщ си псэр абыкӀэ щӀеӀэр. Лъапсэ, 6. [Я] псэр зы вакъапхъэм къыхахащ (1). Зэщхьщ, зэщыщщ, зы лӀэужьыгъуэщ. – Ар щӀэбгъэщӀэгъуэн щыӀэкъым, - жиӀэрт Астемыр, - а тӀум я псэр зы вакъапхъэм къыхахащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 319. [Я] псэр зы чысэм илъын (8). ФӀы дыдэу зэрылъагъун, зэныбжьэгъун. Зы чысэм илъу тӀуми ди псэр Дэ зы илъэскъым къэдгъэщӀар. АбытӀэ Мухьэб и кхъащхьэм… «Вагъуэ махуэ», 94. И гум къэкӀыжащ [Бекъан], радио къэпсалъэми газет укъеджэми – жаӀэри ятхри зыщ: «цӀыху псори дызэрыӀыгъщ, ди псэр зы чысэм илъу допсэу», итӀани мо дызыхуэзам хуэдэ дэнэ къикӀрэ, жиӀэу. Нал къута, 270. ХъынцӀэл и къуэр жыпӀэнущи, Нартыхум и зэфӀэгъэкӀ иӀэщи, а тӀур лъэкӀыныгъэкӀэ зэхуэдэщ, зым зыр лъэгущӀэт зэримыщӀыфынур ящӀэжри, тӀуми я псэр зы чысэм илъщ. Лъапсэ, 77. [Си] псэр зышхын (7). Къурмэн сызыхуэхъун, фӀыуэ щыӀэр зэхъулӀэн жыхуиӀэщ. А тӀу, а си псэ тӀэкӀур зышхын, тхьэ къыджепӀэн – си щӀалэ цӀыкӀу мыгъуэм ухуэмызауэ пӀэрэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 311. [Дэфэрэдж Гуащэ жреӀэ:]– Хъарзынэщ, си псэ тӀэкӀур зышхын, хъарзынэщ. Лъапсэ, 35. [Джэлил къыжраӀэ:]Уэр мыхъуамэ, дэ дыкъуртрэт, утлъагъумэ, ди гум хохъуэ, си псэр зышхын, - жиӀэу. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475. Псэр зэрыщӀэн (4). Зэмыпсалъэу зэгурыӀуэн, зы жыпхъэм тетын. [Дэфэрэдж:] Сытым и щхьэфи сигъэӀэбэ, нобэрей махуэр абы пызощэ, арыншэуи хъурэ – сыт хуэдэ лъэхъэнэми щыпсэуауэ щӀы, цӀыхубзу хъуам я псэр зэрощӀэ, я Ӏэпэр зэрыӀыгъщ, я натӀэм илъри зэбгъапщэмэ, зэшыпхъуитӀым я бынщ жыпӀжну зэщхьщ. Лъапсэ, 6. ЦӀыхур лъэпкъ-лъэпкъкӀэ гуэшами, гурэ псэкӀэ зэрощӀэ, гъащӀэм пэпщӀын насып зыми къыщемыхъулӀэнукӀэ, а насып закъуэр зыхъумэфыр насып и уасэкъым, жиӀэу. Кхъэлэгъунэ, 380. А тӀур щызэпылъым зэжраӀар, я гум ӀэфӀрэ хуабэу илъар, я псэр зэрыщӀэу зэрыщытар, загъэпщкӀуурэ ӀэплӀэ зэрызэхуащӀар, жэщкӀэ тӀури жейм емызэгъыу зэрыщытар, я Ӏуэхум зыгуэр зэран къыхэхъухьмэ, жаӀэу зэрыгузэвар – псори и гум къигъэкӀыжащ Къазджэрий. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668. [Си] псэр зи къурмэн (1). Еплъ [си] псэр зышхын. – А си псэр зи къурмэн, мы шырыкъуитӀыр уи адэм къыщӀэнащ. Щынэхужьыкъуэ, 42. [И] псэр къызэрыгъуэтыжын (1). ЗыкъищӀэжын. – Зэ фысабыри, къыдырым федаӀуэ, зи псэ къызэрыгъуэтыжа кӀэпхъыр кӀиящ, и кӀэ бэлацэ цӀыкӀур игъэджэгуу. Кхъухь пхэнж, 501. Псэр тхьэкъун (8). Дэхэхын и гур къэзэун. Арауэ къыщӀэкӀынт Нэху фадэм дихьэхам щӀегияр: «Губгъуэм уихьэмэ, къэкӀыгъэм я мэ ӀэфӀым чэф уещӀ, къуэм удыхьэмэ, псым нэжэгужэ уищӀауэ къыбогъэзэж, бгым уихьэмэ, дахагъэм псэр ятхьэкъу, хьэуам щыщ зыдэсхьащэрэт жыбоӀэ, дэни плъэ – дунейм уигур хегъахъуэ». Кхъэлэгъунэ, 375. Къазджэрий хъыджэбзым дихьэхыу, и псэр итхьэкъуауэ аратэкъым, езы Саният зыпылъыр имылъагъумэ, унэм щӀэмызэгъэж хъуат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667. Хъыджэбзу си псэр зытхьэкъуахэр Пшэ хужьу къуршым щхьэпырокӀ. Си лъэрыгъыпсыр зыӀыгъауэ. «Батырыбжьэ», 58. Псэр къэхьыжын (хьыжын) (4). ЗыщӀыпӀэ уи щхьэр псэууэ уекӀуэлӀэжын (п.п., унэм). – Зыри къыщыщӀакъым, и псэр къихьыжащ [Апчарэ]. Нал къута, 241. И псэ тӀэкӀур къызэрихьыжам нэхъ гуфӀэгъуэ имыӀэу щыта пэтми, ущыуэнкӀэ хъунущ [Нурхьэлий]Хъуэпсэгъуэ нур, 155. Дуду къотэджыжри хьэм ирахужьам ещхьу дожыж, лӀым сыкъимылъагъуу саӀэщӀэкӀ закъуэмэ, си витӀыр зэпытрэ зэкӀэсу укӀуэ, си унэ си псэр схьыжмэ аращ, жыхуиӀэу. ВитӀ, 416. [И] псэр къыхыхьэжын (2). И гур къызэрыгъуэтыжын, зыкъэщӀэжын. Уеблэмэ Ӏэхъуэм дихуа жэмхэм къагъэзэжат, хэщӀа щӀагъуэ щымыӀэу, хьэхэми я псэр къыхыхьэжауэ банэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 285. Нахъуэ и псэр къыхыхьэжат, нэхъ Ӏэдэб хъуа жыпӀэу щӀыкӀафӀэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 513. Псэр мыпыӀэн (2). Гузэвэн, пӀейтеин. Умыгъэунэхумэ, нэӀуасэ Къыр лъагъуэр зэикӀ хъуххэнкъым, ХэщӀапӀэу бгыщхьэм щыхъуапсэм, ПыӀэпӀэ и псэр ихуэнкъым. Къайсын К. папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 87. Езы цӀыхубзыр[Нэху] гукӀи псэкӀи щӀыналъэ къибгынам щыӀэ хуэдэт, уеблэмэ адэжьхэм я щӀыпӀэм сыкӀуэу семыплъауэ си псэр мыбы щыпыӀэнукъым жиӀэри Кавказым яфӀэкӀуэжауэ щытащ. Кхъэлэгъунэ, 375. Псэр мытыншын (1). Гугъу ехьын, бэлыхь, хьэзаб телъын. Къыпхуей щымыӀэу уэ псоми уенэцӀмэ, щӀыхуэ къэпщтэну дунейм укъытехьауэ аращи, уи щӀыхуэ пхуэмытыжу дунейм уехыжмэ, уи псэр тыншынукъым. Кхъэлэгъунэ, 374. Псэр нэхьэсыжын (нэхьэсын) (4). Еплъ псэр къэхьыжын (хьыжын). [Бот] Сэри си унэ си псэр нэсхьэсыжынщ, Данизэт зыгуэр къытхуищӀэнщ Хъуэпсэгъуэ нур, 276. Къэзакъхэр лъэсти, къыщылъэщӀэмыхьэм, фочкӀэ къыкӀэлъыуэу хуежьэри шы закъуэри къаукӀащ, езы Мэмэти и лъэгуажьэм шэ къытехуащ, къэзакъхэри къэсри я джэдыр трахыжащ, дыгъуакӀуэри фӀыуэ кӀуэцӀакъухьри зэрыуӀэгъэу губгъуэм къранащ, езыми и псэр ерагъпсэрагъкӀэ я унэ нихьэсыжри къелыкӀафӀэу къелащ. Лъапсэ, 46. Ерагъыу «пащӀэ бзииплъым» къыщӀэна башыжь къыпэщӀэхуати, зыщӀигъакъуэурэ, и псэр и пхъум деж нихьэсыну ежьащ. Къалэн, 436. Псэр пытын (7). Псэууэ щытын. ЩӀым игу илъыр зэбгъэщӀэнум, Уи псэр пытмэ – урелъэс, Гъатхэ щыблэм я джэгупӀэу Псы гуэл щхъуантӀэм кӀэщӀу къэс. Мо гуэл къащхъуэр и нэ щхъуантӀэу. «Батырыбжьэ», 54. [Сентрал Апчарэ сымэ яжриӀэу:]УлӀамэ, уи Ӏуэхур щхьэхуэщ, уи псэр пытмэ, унэкӀуэнщ. Нал къута, 290. Зэр Ӏэрысэу сэ согъэкӀыр, Си псэр тхьэмпэу пытщ а зейм. Си Ӏэдакъэм щӀокӀ жыг хадэ. «Вагъуэ махуэ», 339. Псэр тын (1). ГъащӀэр зыгуэрым щӀэтын. Мэжджыт кӀуэцӀым дэтым хьэжыр къащыхыхьэм, дуней хьэзабыр диным папщӀэ ишэчауэ, диным щхьэкӀэ и псэр итыну а фэр зытригъауэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 78. Псэр тыншыжын (2). Гупсэхугъуэ гъуэтыжын. И псэри тыншыжат [Абу-Деруиш], мы дунейм зигу хэщӀ темытыжу, дыгъуасэ лъы зыгъэжахэр, бжьэцу зэрызехьар зэкӀужарэ яӀэпэр зэрыӀыгъыу зэщыгуфӀыкӀыу къеуджэкӀыу, зэкъуэш-зэшыпхъущ жыпӀэну зэхуэгумащӀэу, мэзым щӀэт жыг зэмылӀэужьыгъуэхэр зэрызэзэгъым хуэдэу зым и зэран адрейм емыкӀыу, къуалэбзухэм ещхьыркъабзэу щхьэж и бзэмкӀэ езым фӀэфӀ уэрэдыр жиӀэмэ, я бзэ зэрыщӀэ къыфӀэщӀу. Кхъэлэгъунэ, 380. Сыпсэу щӀыкӀэ жьэгу пащхьэр къызыхуэзгъэнэн къэпшатэмэ, си дуней нэху, си псэр тыншыжынт[Дэфэрэдж и къуэм жриӀэу]. Лъапсэ, 109. Псэр фыщӀын (1). Еплъ псэр чэтхъэн. Къару естауэ усэр си гущӀэм Щотэджри, щхьэхуитыныгъэм щӀобэн, Сыпэмылъэщу си псэр яфыщӀу Дунейм нытохьэ сӀэщӀокӀри. Сэ стиххэм гъэру саӀыгъщ. «Шум и гъуэгу», 116. Псэр хэгъуэн (1). Гъур дыдэ хъун. [Таша щхьэкӀэ Сосрыкъуэ жеӀэ:] -Уэ уи псэр хэгъуащ…Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 550. Псэр хэкӀын (7). 1. (5). ЛӀэн. [Дэфэрэдж] НтӀэ, анестезиологым сымаджэм и псэр хэкӀыу гу лъита нэужь, гузэвэгъуэр къыстехуэрэ сыгужьеймэ, зызэрысщӀыр я нэкӀэ зрагъэлъагъумэ, яфӀэфӀу арагъэнкӀи мэхъур, сэри абыхэм гугъу задезмыгъэхьыщэу, анестезиологыр гъусэ сщӀыри операционнэм сыщӀэтӀысхьащ, операцэ къытпэщытым и планым дегупсысу. Лъапсэ, 16. ЛӀищыр зэрызекъуэу бжэщхьэӀум Ӏутыху, фызхэр унэм щӀэлъэдащ, Ӏузизэ хэпщӀыкӀ къудейуэ бауэрт, иныкъуэми и псэр хэкӀри бэуэн щигъэтащ жыпӀэнт, апхуэдэу зэпигъэурт и бэуэнри. Хъуэпсэгъуэ нур, 76. Къарэжь шэр и пхэм техуэщ, и кӀуэцӀым пхыкӀри, и пщэдыкъым деж къыщыпхыкӀыжащ, шым къехуэхри здэщылъым и псэр хэкӀащ. Лъапсэ, 106. 2. (2). зэхь. Гужьеищэн, егъэлеяуэ шынэн. Иринэ ар щызэхихым, и псэр хэкӀащ. Щынэхужьыкъуэ, 64. Нурхьэлий Ерул и макъыр зэрызэхихыу, и псэр хэкӀри гухэ къэхъуауэ жыг джабэм кӀэрытт, ӀейкӀи фӀыкӀи псалъэ хужымыӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 234. Псэр и лъэдакъэм нэсын (1). Еплъ псэр хэкӀын 2. Абдул, жылэр зэрызехьэу къажэ къыфӀэщӀати, и псэр и лъэдакъэм нэсауэ хадапхэмкӀэ здэжэм, абыкӀэ псыӀэрышэ къызэпрыжыр имыщӀэу, жэщыр кӀыфӀти, имылъагъуу псым хэхуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 144. Псэр хэлъэтын (1). Егъэлеяуэ гужьеин. Абы хуэдэу яща цӀыхубз Ӏэджэми я гугъу си анэшхуэм къысхуищӀыжурэ сригъэдаӀуэрт, си псэри хэлъэтауэ пӀэрэ жысӀэу сигъэгузавэу. Лъапсэ, 6. Псэ хэтын (2). Еплъ псэ пытын. Псэ зыхэту сыт мыпсалъэр, Пшэрэ пэти къызэрокӀ. Псэ зыхэту сыт мыпсалъэр. «Батырыбжьэ», 45. Псэр хэудын (1). Еплъ псэр хэхын. Мис фесакъэ фэ апхуэдэм, Си псэ закъуэр хэудыж, Сэ симыӀэр къэзгъуэтынкъым. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 149. Псэр хэхыжын (3). Езым ажал зритыжын, зигъэлӀэжын, зиукӀыжын. НэгъуэщӀкӀэ сэбэп умыхъуми, сымаджэ къытхуашам еплъ, Ӏейуэ хьэлъэщ, уэр фӀэкӀа абы сэбэп хуэхъун щыӀэу сщӀэръым, хэт емыплъами, зыӀуагъэзыкӀ, абы и псэр езым хихыжащ, жаӀэри. Лъапсэ, 8. Псэр [ӀэкӀэ] хэхын (12). ГъэлӀэн. И псэр си ӀэкӀэ хэсхынщ, - жиӀэрт Дисэ, мафӀэм хуэдэу къызэщӀэнауэ. [Саримэ щхьэкӀэ] Хъуэпсэгъуэ нур, 137. [Назифэ и анэм къыжреӀэ:] Алыхьыр си бийщ, уи адэм деж унэзмыгъэсу уи псэр си ӀэкӀэ хэзмыхым! Лэчымэ, 394. Щэрданхэ я махуэр сэри къысхуагъэкӀуэну хэтащ, сэ Щхьэлмывэкъуэр ныбапхъэкӀэ фызмыгъэгъуэлъым, си псэр си ӀэкӀэ хэсхыжынщ, жиӀэу Гъуумар къэгубжьауэ и пэщхъыным гъуэзыр кърихырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 287. [И] псэр хьэршым кӀуэжын (1). Егъэлеяуэ щтэн, гузэвэн, и псэр ӀукӀын. Мэсхьуд къигъэзэжауэ цӀыхухэр зэхуишэсырт, Чачэ и псэр хьэршым кӀуэжауэ кӀэзызу щытт. Хъуэпсэгъуэ нур, 207. [И] псэр хьэршым нэсын (1). Еплъ [и] псэр хьэршым кӀуэжын. [Аслъэныр] Ӏэбэри кӀэпхъыр къипхъуэтауэ шынэурэ зи псэр хьэршым нэса кӀэпхъымкӀэ напэӀэлъэщӀ палъэу и жьафэр илъэщӀри игъэтӀысыжащ здэщысам деж. Кхъухь пхэнж, 501. Псэр ихьэхун (5). Еплъ псэр дэхьэхын. Абы сэ си псэр мис ехьэху, Ар щэху сэ сщӀыни зи слъэмыкӀ. Гупсысэ лъапӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 14. Ди хадэм иплъэт зыгъази, Плъагъу псоми уи псэр ехьэху. Гъуэгъуакъэ уафэр… «Вагъуэ махуэ», 17. И щхьэц фӀыцӀэр ухуэнауэ Блэ фӀыцӀитӀу едзыхащ. А щӀалищым я гур, я псэр Хъыджэбз гуакӀуэм ихьэхуащ. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 39. Псэр чэтхъэн (1). Гур хэщӀын, гузэвэгъуэ телъын. –Сыгъэпсэлъэххэ хомычу…– Си псэр ичатхъэу ар жеӀэ. [Ахьмэдым] «Адэ», 421. Псэр ӀэмыщӀэм илъын (4). Зыгуэрым и унафэм щӀэту псэун. ЦӀыхухъум Ӏэщэ яӀыгъыу зэрыщытыр армырауэ цӀыхубзым я псэр абыхэм я ӀэмыщӀэ щӀилъыр? Лъапсэ, 38. –Хьэм и напэр зи напэ! – жиӀэри Чокэ допрос ищӀыну и ужь ихьащ, и пащхьэ исым и псэр и ӀэмыщӀэ зэрилъыр иргъащӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 68. Псэр Ӏуудын (2). Еплъ псэр ӀукӀын. СогъэпцӀ, и псэр занщӀэу Ӏуимыудамэ [Щэрдан Берд и къуэш Мухьэмэд]. Хъуэпсэгъуэ нур, 51. [И] псэр ӀукӀын (3). Къэщтэн, Ӏейуэ къэгузэвэн. Къамэр зейр къащтэри и псэр ӀукӀащ. Лъапсэ, 37. Саримэ, и псэр ӀукӀауэ, зыщӀихъумэжащ, Тембот и нитӀыр къихуу щхьэгъубжэмкӀэ плъэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 192. Думэсарэ «Залымджэрий» жиӀэу Лу щызэхихым, и псэр ӀукӀат. Хъуэпсэгъуэ нур, 288. Псэр Ӏухын (1). Гъэшынэн, хуабжьу гъэгузэвэн. Лъагъуныгъэр Гум нэсакъым, ЖыпӀэу си псэр къыӀуумых. Уэрэд. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 52. Псэр къыхэтхъын (1). Еплъ псэр [ӀэкӀэ] хэхын. [Залымджэрий гуп зэхэтым яжреӀэ:] Псэ блырыбл фхэту щытми, си тхьэр нахуэу согъэпцӀ, зырызу, блыри къупщхьэри къыдэкӀуэу, къыхэзмытхъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 292. Псэр къыӀухын (1). Еплъ псэр Ӏухын. Лъагъуныгъэр Гум нэсакъым, ЖыпӀэу си псэр къыӀуумых. Уэрэд. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 43. Псэр Ӏутыху (1). Псэуху, гъащӀэ иӀэху. ИтӀани си псэр Ӏутыху мы жэмым и цыпэ хэзмыгъэхун, жиӀэри Хъадижэт жэм бжьакъуэр иӀыгъыу Ӏуэ ихьэпӀэмкӀэ игъэзащ. Щынэхужьыкъуэ, 17. ☐ [Уи] псэм къеӀэм, и нэм еӀэ (3). Уи гъащӀэм дежкӀэ шынагъуэм ущысхь хъунукъым. Уи псэм къеӀэмэ, и нэм еӀэ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. ЩыкӀауэ ди псэм хэт къеӀами, Хуэдмыдэу и нэм дэ доӀэж. Лъы уасэ. «Щхьэлыкъуэ», 398.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

can ruh

Düzeltme Öner

псэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.