Ӏэщэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

silah
DoğuӀэщэ
BatıӀашэ
Kitapta geçtiği hali

Ӏашэ/Ӏэщэ; SİLAH

Ӏэщэ/Ӏашэ; SİLAH

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Зыгуэрым зэрезауэ, зэреуэ Ӏэмэпсымэ (фоч, кӀэрахъуэ, къамэ с. ху.).

руоружие

Гъусэ Ӏей нэхърэ Ӏэщэ дэгъуэ.— Псалъэжьхэр

+1 örnek

Ӏэщэр щӀащӀар нэмысымрэ пэжымрэ ирахъумэну аращ.— ПащӀэ Бэчмырзэ

Bu maddedeki ifadeler (6)

Ӏэщэ зехьэн

руносить оружие.

Ӏэщэ къэщтэн

рувзяться за оружие.

Ӏэщэ къэӀэтын

Ӏэщэ къэщтэн

Дзэлыкъуэ зауэм щыгъуэ Къылышбийр кӀуауэ щытащ Ӏэщэ къэзыӀэта къэрэхьэлъкъыр зэбгрихуну.— КӀыщокъуэ Алим

Ӏэщэр узэдын

рузарядить ружье.

2 ifade daha

ӀэщэкӀэ зэщӀэузэда

рувооружённый.

ӀэщэкӀэ зэщӀэузэда шууитӀым япэуващ Сэфар.— Ӏуащхьэмахуэ

ӀэщэкӀэ зэщӀэузэда

рукъарухэр вооружённые силы.

Kitapta geçtiği hali

Ӏэщэ оружие / Зыгуэрым зэрезауэ, зэреуэ Ӏэмэпсымэ (фоч, кӀэрахъуэ, къамэ с. ху.). * Гъусэ Ӏей нэхърэ Ӏэщэ дэгъуэ. (погов.) Ӏэщэр щӀащӀар нэмысымрэ пэжымрэ ирахъумэну аращ. П. Б. Ӏэщэ зехьэн носить оружие. Ӏэщэ къэщтэн взяться за оружие. Ӏэщэ къэӀэтын = Ӏэщэ къэщтэн. * Дзэлыкъуэ зауэм щыгъуэ Къылышбийр кӀуауэ щытащ Ӏэщэ къэзыӀэта къэрэхьэлъкъыр зэбгрихуну. КӀ. А. Ӏэщэр узэдын зарядить ружье. ӀэщэкӀэ зэщӀэузэда вооружённый. * ӀэщэкӀэ зэщӀэузэда шууитӀым япэуващ Сэфар. Ӏуащхь. ӀэщэкӀэ зэщӀэузэда къарухэр вооружённые силы.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Зэрыуэ, зэрызауэ Ӏэмэпсымэ.

[Къуэш нэхъыжьым:] Къэрэгъулу сокӀуэ шэщым, Ӏэщэу сохьыр сэ ди уэщыр, ШыщӀэр зыми езгъэхьынкъым, Дыгъур псэууэ сӀэщӀэкӀынкъым…— Елбэздыкъуэ, 3

+2 örnek

Укъэрабгъэм Ӏэщэр дзагуэщ, Жыр маисэр лӀым ират.— Поэтым и лӀыгъэ. «Батырыбжьэ», 73

Сядэшхуэр Ӏэзэт Ӏэщэ щӀынкӀэ, Щхьэл мывэ ищӀу фӀым щыгугът.— Дунейр мычэму къощӀэращӀэ. «Дамыгъэ», 237

Deyimler (7)

Ӏэщэр гъэтӀылъын

Зэуэныр щыгъэтын.

[Къэрэмырзэ:] ӀэщэкӀэ ттефхыну фыхуежьэрэ [щӀыр], мывэ къэс щхьэ зырыз щӀэдмылъхьауэ ди Ӏэщэр дгъэтӀылъынукъым.— Лыгъэ, 413

ӀэщэкӀэ зэщӀэузэда

Ӏэщэ зыӀыгъ, ӀэщэкӀэ фӀыуэ къызэгъэпэща.

Абдежым «шокъу» жиӀэу щӀалэ гуп дахуозэ, ӀэщэкӀэ къызыхуэт щымыӀэу зэщӀэзэудауэ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 400

Ӏэщэ зыӀыгъыф

Зэуэфын, зауэм Ӏухьэфын.

ЛӀитӀ уэрамым щызэхуэзамэ, зэхуотхьэусыхэ: «Мыр дауэ, ди ин иди цӀыкӀуи, Ӏэщэ зыӀыгъыфыр зауэм дгъэкӀуащ, нэмыцэр къэсри ди кӀуэцӀыр кърашхыкӀащ, иджы ди кӀэтӀий ди вакъэ лъэпсу дыкъэна пэтрэ, ди унагъуэбжэр худагъэщӀыжыну жаӀэ, Сталиным деж лӀыкӀуэ дгъакӀуэмэ, мынэхъыфӀу пӀэрэ?»— Лъапсэ, 84

Ӏэщэ зэмызэгъ

ӀэщэкӀи узыпэмылъэщ.

Ӏэщэ зымызэгъыу, Ӏэщэм я нэхъ лъэщу Пэжыр бий пхуэхъуауэ, Пэжыр фщыкӀуэдар Топи, танки – уиӀэр лӀыгъэм пэмылъэщу Арщ ерыщу бзаджэм, бжьыдзэм зыщӀефтар.— Бжьыдзэ инэралу… Партыр ди пашэу, 139

3 deyim daha

Ӏэщэ къэщтэн

Зэуэным пэрыхьэн.

Къафщтэ фи Ӏэщэр: Бий бзаджэр ди щӀым къихьащи, Бийм и лъым адэ бжэщхьэӀур евгъалэ, Дэндежи зауае гуащӀэр щыфӀэт. Ноябрым и 4-м 1942 гъэм. «Шум и гъуэгу», 18.

Ӏэщэ къэӀэтын

Зэуэну зыкъэӀэтын.

Дзэлыкъуэ зауэм щыгъуэ Къылышбийр кӀуауэ щытащ Ӏэщэ къэзыӀэта къэрэхьэлъкъыр зэбгрихуну, Ӏэджи къиубыдурэ игъэтӀысащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 117

Ӏэщэ хуэлъын

Зыгуэрым упэщӀэувэну зыхуэбгъэхьэзырын.

[Батыр:] Сэ си Ӏэплъэпкъым ущыщми, Си Ӏэщэр нобэ пхуэслъащ.— Адэ, 141

Atasözleri (1)

Ӏэщэм уриджэгу хъунукъым

Ӏуэху цӀыкӀуфэкӀу щхьэкӀэ Ӏэщэ къапщтэ, ар къэбгъэсэбэп хъунукъым, жыхуиӀэщ.

Ӏэщэм уриджэгу зэрымыхъунур, еджакӀуэр кӀэрахъуэ зэрыхуэмейр къагуригъаӀуэ дэнэ къэна, игъэшынащ кӀэрахъуэ зезыхьэр школым щӀихужыну, я адэ-анэм я дежи кӀуэуэ я щӀалэр интернатым къыщӀыщӀахуар яжриӀэну [ЩоджэнцӀыкӀу Алий].— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531

Kitapta geçtiği hali

ӀЭЩЭ (130). Зэрыуэ, зэрызауэ Ӏэмэпсымэ. [Къуэш нэхъыжьым:] Къэрэгъулу сокӀуэ шэщым, Ӏэщэу сохьыр сэ ди уэщыр, ШыщӀэр зыми езгъэхьынкъым, Дыгъур псэууэ сӀэщӀэкӀынкъым… «Елбэздыкъуэ», 3. Укъэрабгъэм Ӏэщэр дзагуэщ, Жыр маисэр лӀым ират. Поэтым и лӀыгъэ. «Батырыбжьэ», 73. Сядэшхуэр Ӏэзэт Ӏэщэ щӀынкӀэ, Щхьэл мывэ ищӀу фӀым щыгугът. Дунейр мычэму къощӀэращӀэ. «Дамыгъэ», 237. ◊ Ӏэщэр гъэтӀылъын (1). Зэуэныр щыгъэтын. [Къэрэмырзэ:] ӀэщэкӀэ ттефхыну фыхуежьэрэ [щӀыр], мывэ къэс щхьэ зырыз щӀэдмылъхьауэ ди Ӏэщэр дгъэтӀылъынукъым. Лыгъэ, 413. ӀэщэкӀэ зэщӀэузэда (1). Ӏэщэ зыӀыгъ, ӀэщэкӀэ фӀыуэ къызэгъэпэща. Абдежым «шокъу» жиӀэу щӀалэ гуп дахуозэ, ӀэщэкӀэ къызыхуэт щымыӀэу зэщӀэзэудауэ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 400. Ӏэщэ зыӀыгъыф (1). Зэуэфын, зауэм Ӏухьэфын. ЛӀитӀ уэрамым щызэхуэзамэ, зэхуотхьэусыхэ: «Мыр дауэ, ди ин иди цӀыкӀуи, Ӏэщэ зыӀыгъыфыр зауэм дгъэкӀуащ, нэмыцэр къэсри ди кӀуэцӀыр кърашхыкӀащ, иджы ди кӀэтӀий ди вакъэ лъэпсу дыкъэна пэтрэ, ди унагъуэбжэр худагъэщӀыжыну жаӀэ, Сталиным деж лӀыкӀуэ дгъакӀуэмэ, мынэхъыфӀу пӀэрэ?» Лъапсэ, 84. Ӏэщэ зэмызэгъ (1). ӀэщэкӀи узыпэмылъэщ. Ӏэщэ зымызэгъыу, Ӏэщэм я нэхъ лъэщу Пэжыр бий пхуэхъуауэ, Пэжыр фщыкӀуэдар Топи, танки – уиӀэр лӀыгъэм пэмылъэщу Арщ ерыщу бзаджэм, бжьыдзэм зыщӀефтар. Бжьыдзэ инэралу… «Партыр ди пашэу», 139. Ӏэщэ къэщтэн (1). Зэуэным пэрыхьэн. Къафщтэ фи Ӏэщэр: Бий бзаджэр ди щӀым къихьащи, Бийм и лъым адэ бжэщхьэӀур евгъалэ, Дэндежи зауае гуащӀэр щыфӀэт. Ноябрым и 4-м 1942 гъэм. «Шум и гъуэгу», 18. Ӏэщэ къэӀэтын (1). Зэуэну зыкъэӀэтын. Дзэлыкъуэ зауэм щыгъуэ Къылышбийр кӀуауэ щытащ Ӏэщэ къэзыӀэта къэрэхьэлъкъыр зэбгрихуну, Ӏэджи къиубыдурэ игъэтӀысащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 117. Ӏэщэ хуэлъын (1). Зыгуэрым упэщӀэувэну зыхуэбгъэхьэзырын. [Батыр:] Сэ си Ӏэплъэпкъым ущыщми, Си Ӏэщэр нобэ пхуэслъащ. «Адэ», 141. ☐ Ӏэщэм уриджэгу хъунукъым (1). Ӏуэху цӀыкӀуфэкӀу щхьэкӀэ Ӏэщэ къапщтэ, ар къэбгъэсэбэп хъунукъым, жыхуиӀэщ. Ӏэщэм уриджэгу зэрымыхъунур, еджакӀуэр кӀэрахъуэ зэрыхуэмейр къагуригъаӀуэ дэнэ къэна, игъэшынащ кӀэрахъуэ зезыхьэр школым щӀихужыну, я адэ-анэм я дежи кӀуэуэ я щӀалэр интернатым къыщӀыщӀахуар яжриӀэну [ЩоджэнцӀыкӀу Алий]. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

silah

Düzeltme Öner

Ӏэщэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.