хьэл

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Зы цӀыхур адрейм къызэры- щхьэщыкӀ щэн, щытыкӀэ, абы хэпща хъуа хабзэ.

рухарактер, нрав; привычка

Хьэл дахэ. Хьэл Ӏей.

Bu maddedeki ifadeler (9)

хьэл быдэ

рутвердый характер.

хьэл къэщтэн

рувзять какую-л. привычку.

хьэл къегъэщтэн

русделать что-л. чьей-л. привычкой.

хьэл хуэхъун

рувойти в привычку.

5 ifade daha

хьэл цыдж

рукапризный.

хьэл ӀуэнтӀа

ру1) скверный, вздорный характер 2) человек с норовом, с вывертом, с плохим характером.

хьэлым къимынэу

рувыйдя из себя, потеряв самообладание.

хьэлым текӀын

руизменить свои привычки, отойти от своего обыкновения.

хьэлыфӀ хэлъын

руиметь хороший характер.

Kitapta geçtiği hali

хьэл характер, нрав; привычка / Зы цӀыхур адрейм къызэры- щхьэщыкӀ щэн, щытыкӀэ, абы хэпща хъуа хабзэ. Хьэл дахэ. Хьэл Ӏей. Хьэл быдэ твердый характер. Хьэл къэщтэн взять какую-л. привычку. Хьэл къегъэщтэн сделать что-л. чьей-л. привычкой. Хьэл хуэхъун войти в привычку. Хьэл цыдж капризный. Хьэл ӀуэнтӀа 1) скверный, вздорный характер 2) человек с норовом, с вывертом, с плохим характером. Хьэлым къимынэу выйдя из себя, потеряв самообладание. Хьэлым текӀын изменить свои привычки, отойти от своего обыкновения. ХьэлыфӀ хэлъын иметь хороший характер.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Зы цӀыхур адрейм къызэрыщхьэщыкӀ щэн, щытыкӀэ, абы хэпща хъуа хабзэ.

Щытескъузэм, Варварэ Романовнэ жысӀэмкӀэ акъылэгъу мэхъу, арат абы и хьэлыр: нэхъапэ щӀыкӀэ зыкъресэри, тепкъузакъэ – ӀумпӀафӀэ мэхъужыр.— Лъапсэ, 14

+2 örnek

Къанокъуэпщым хьэлу иӀэр Хэт зымыщӀэр къуажэм дэсу?— Тисей, 489

[Къазджэрий Астемыр жриӀэу:] Революцэм и лъэхъэнэ лъандэрэ абы [Инал] и хьэлым зихъуэжауэ гу лъыстакъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571

Deyimler (3)

хьэлыр зэкӀуэкӀын

МыхъумыщӀагъэ гуэрхэр зэхэлъхьэн.

[Къазджэрий Астемыр жриӀэу:] Сыщыуэмэ жыӀэ! – зихъуэжыпами, и хьэлыр [Инал] нэхъ зэкӀуэкӀа хуэдэу къысщохъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571

+1 örnek

Ирехъу а щӀалэм кӀыхь и гъащӀэ, Хрехъуэ хьэлкӀи зэмыкӀуэкӀыу— Си щӀалэм. «Мывэ хуабэ», 216

хьэлыр зыхэнын

Зыгуэрым мыхъумыщӀагъэу хэлъыр зыхидзын.

Инус хьэжыр цӀыху къуэбэбжьабэ гуэрт, хьэжыщӀ кӀуэуэ хьэжы ищӀа щхьэкӀэ, и хьэлыр зыхинатэкъым, игъащӀэм зыгуэрым фӀэмынэм ишхар и дзажэ дэмыхьэу арати, зэрыщытау къэнэжат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 63

+1 örnek

Хьэм дыгъужь хьэлыр зыхимынэ, Хамэ щилъагъум къыщохутэ— Хьэ. «Дамыгъэ», 80

хьэл хэлъын

Зыгуэрым и дуней тетыкӀэ, и щытыкӀэ.

[Къэрэжь Хьэкурынэ жриӀэу:] ЩӀалэм [ЛӀыгъур] убых хьэл хэмылъу пӀэрэ?— Лъапсэ, 103

+2 örnek

Къазджэрий Инал ехъуапсэрт, абы и хьэлым щыщ схэлъащэрэт, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529

Хъыджэбзыр дахэ дыдэщ, уеблъмэ, нэр егъэджыл, къэзылъагъум гу къылъетэ, езыр [Назифэ] къабзэ цӀыкӀущ, лъагъугъуафӀэщи, цӀыхур зыӀэпешэ, хьэл дахэ хэлъщ, щӀыкӀафӀэщ, дэбгъуэн щыӀэкъым.— Лэчымэ, 392

Kitapta geçtiği hali

ХЬЭЛ (24). Зы цӀыхур адрейм къызэрыщхьэщыкӀ щэн, щытыкӀэ, абы хэпща хъуа хабзэ. Щытескъузэм, Варварэ Романовнэ жысӀэмкӀэ акъылэгъу мэхъу, арат абы и хьэлыр: нэхъапэ щӀыкӀэ зыкъресэри, тепкъузакъэ – ӀумпӀафӀэ мэхъужыр. Лъапсэ, 14. Къанокъуэпщым хьэлу иӀэр Хэт зымыщӀэр къуажэм дэсу? «Тисей», 489. [Къазджэрий Астемыр жриӀэу:] Революцэм и лъэхъэнэ лъандэрэ абы [Инал] и хьэлым зихъуэжауэ гу лъыстакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571. ◊ Хьэлыр зэкӀуэкӀын (2). МыхъумыщӀагъэ гуэрхэр зэхэлъхьэн. [Къазджэрий Астемыр жриӀэу:] Сыщыуэмэ жыӀэ! – зихъуэжыпами, и хьэлыр [Инал] нэхъ зэкӀуэкӀа хуэдэу къысщохъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571. Ирехъу а щӀалэм кӀыхь и гъащӀэ, Хрехъуэ хьэлкӀи зэмыкӀуэкӀыу. Си щӀалэм. «Мывэ хуабэ», 216. Хьэлыр зыхэнын (2). Зыгуэрым мыхъумыщӀагъэу хэлъыр зыхидзын. Инус хьэжыр цӀыху къуэбэбжьабэ гуэрт, хьэжыщӀ кӀуэуэ хьэжы ищӀа щхьэкӀэ, и хьэлыр зыхинатэкъым, игъащӀэм зыгуэрым фӀэмынэм ишхар и дзажэ дэмыхьэу арати, зэрыщытау къэнэжат. Хъуэпсэгъуэ нур, 63. Хьэм дыгъужь хьэлыр зыхимынэ, Хамэ щилъагъум къыщохутэ. Хьэ. «Дамыгъэ», 80. Хьэл хэлъын (5). Зыгуэрым и дуней тетыкӀэ, и щытыкӀэ. [Къэрэжь Хьэкурынэ жриӀэу:] ЩӀалэм [ЛӀыгъур] убых хьэл хэмылъу пӀэрэ? Лъапсэ, 103. Къазджэрий Инал ехъуапсэрт, абы и хьэлым щыщ схэлъащэрэт, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529. Хъыджэбзыр дахэ дыдэщ, уеблъмэ, нэр егъэджыл, къэзылъагъум гу къылъетэ, езыр [Назифэ] къабзэ цӀыкӀущ, лъагъугъуафӀэщи, цӀыхур зыӀэпешэ, хьэл дахэ хэлъщ, щӀыкӀафӀэщ, дэбгъуэн щыӀэкъым. Лэчымэ, 392.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

gidiş

Düzeltme Öner

хьэл
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.