нэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
НЭ (ынэ/и нэ; нэшхо/нэшхуэ); GÖZ; (onun ~ü; ~ü iri, iri ~lü)
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зэрыплъэу, зэрилъагъуу цӀыхум, псэущхьэм иӀэрщ.
руглаз
Гур мыплъэмэ, нэм илъагъукъым.— Псалъэжьхэр
+1 örnek
Нэм илъагъур щхьэм и уасэщ.— Псалъэжьхэр
2. Шыбзэ, чымчыр сыт хуэдэхэм я гъуанэ цӀыкӀухэр, безым иӀэ кумбыгъэ цӀыкӀухэр.
руотверстие, ячейка в чем-л.
Шыбзэм и нэ. Бжьэм хьэкӀуэм иӀэ нэ цӀыкӀухэм фо иракӀэри и щхьэр безкӀэ яуэжыр.
3. Ӏуданэр ираууэ мастэ дакъэм иӀэ гъуанэр.
руушко (иголки)
Мастэм и нэ.
Bu maddedeki ifadeler (119)
нэ гъэцӀуун
рузасиять, заблестеть - о глазах.
нэ дазэкӀэ темыгъэплъэн (емыгъэлъагъун)
руне видать как своих ушей кого- чего-л.
нэ джабэкӀэ еплъын
рукоситься на кого-л.
нэ жан
ру1) хорошее зрение.
{Анэм:} - Уэ уи нэ цӀыкӀухэр нэ жанщи Зыгуэрхэр плъагъумэ къызжыӀэ.— Акъ. З. 2) острый, проницательный взгляд.
115 ifade daha
{и} нэ жей къекӀуэн
руглаза слипаются у кого-л.; клонит ко сну.
{и} нэ ирегъэщӀыжын
рувызвать зависть у кого-л. чем-л.
Мэремкъаныр нысашэ жиӀэу хэмытыххэнкӀи хъунт и жэгъуэгъум я нэр ирыригъэщӀыжыну имымурадатэмэ.— КӀыщокъуэ Алим
нэ ищын
рузаприметить, облюбовать
кого-что-л. Бостейм нэ ищын.
нэ ищӀын
рувыколоть глаз.
Пэжым нэ ирещӀ.— Псалъэжьхэр
{и} нэ къикӀын (къыхуикӀын)
рустрастно желать, хотеть что-л.
Псоми я нэ къикӀырт Матхъэнхэ я щӀапӀэжьыр къаплъыхьыну.— Ӏуащхьэмахуэ
{и} нэ къимыхьын
руне понравиться кому-л.
{и} нэ къитӀэтӀу
рувылупив глаза, выпятив глаза.
нэ лейкӀэ еплъын
рус особым вниманием, уважением относиться к кому-л.
Музыкауэ цӀыкӀухэм а фызыжьыр Инал и анэу къыщащӀэм, нэхъ нэ лейкӀэ см. хъуащ.— КӀыщокъуэ Алим
и нэ и псэу илъагъун
рулюбить искренне, от всей души.
Фаризэти и нэ и псэу илъагъуу щытащ Хъаничэ тхьэмыщкӀэр.— Щомахуэ Амырхъан
нэ техуэн (къытехуэн)
русглазили.
Сабийм нэ техуащ.
нэ утхъуа
румутные глаза.
Бэрокъуэр къыдэплъейри и нэ утхъуар абы триубыдащ.— Теунэ Хьэчим
нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэм хуэдэщ
руочень красивый, великолепный.
нэ ӀейкӀэ еплъын
ру1) сурово, злобно посмотреть на
кого-л. ЛӀыр абы нэ ӀейкӀэ еплъащ. 2) неприязненно относиться к кому-л.
+1 örnek
Нобэ цӀыхубз къытхыхьэри.. нэхъыжьыр игъэпэжу, нэхъыщӀэм нэ ӀейкӀэ емыплъу.. хъун нысэ тхьэм тхуищӀ.— ӀуэрыӀуатэ
нэкӀэ зегъэкӀуэн
рунаблюдать, пристально следить за кем-л.
нэкӀэ пыджэн (епыджын)
рузлобно, гневно смотреть на кого-л.
нэкӀэ уэн (еуэн)
нэкӀэ пыджэн (епыджын)
ЛӀыгъэм зезгъэхьу Унэм ныщесхулӀэкӀэ НэкӀэ укъызоуэ.— Къэбэрдей поэзием и антологие
нэкӀэ шхын
ру1) есть, пожирать взглядом, глазами кого-л. 2) со злостью смотреть на кого-л.
нэкӀэ щӀэн
руопределить на глаз что-л.
{и} нэм бжэгъуу (бжэгъукӀэ) (къы)щӀэуэн
рустать поперек горла кому-л.; быть как бельмо на глазу.
ХьэтӀэкъущокъуэр лӀакъуэлӀэшхэм я нэм бжэгъуу щӀэуэрт, ауэ тхьэмыщкӀэхэр иригушхуэрт. Къэр. Хь.
нэм къегъэжыхьын
руглазки бегают.
Тыкъыр гужьеяуэ и нитӀым адэкӀэ-мыдэкӀэ кърегъэжыхь.— Ӏуащхьэмахуэ
нэм къиубыдым нэс
рунасколько хватает глаз.
нэм къиубыдын
руохватывать взглядом, взором.
нэм къищтэн
нэм къиубыдын
ЗыхуэмышыӀэр Ӏэбжьанэм доплъэ, И лъэр щыувыр и нэм къимыщтэ, Ӏуэхуу къытехъуэм гъунэ имыӀэ.— Къэбэрдей поэзием и антологие
нэм къищтэр (къиубыдыр, къиплъысыр, къиплъыхьыр)
рувсе вокруг; все, что охватывает глаз.
{и} нэм къыфӀэнэн
руприглянуться, понравиться кому-л. (букв. зацепиться за глаза).
Зэрылэ нэм къыфӀэнэу хъуар дурэшплӀэрэшым дигъапщкӀуэу щӀидзащ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
{и} нэм къыфӀэщӀын
рупоказаться, померещиться кому-л.
{и} нэм къыщипхъуэн
нэм къыщхьэрипхъуэн
И занщӀэр и гъуэгуу шур мажэ, мажэ и нэм къыщипхъуауэ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
нэм къыщхьэрипхъуэн
руничего не видеть перед собой (напр. от гнева).
нэм къыщӀэуэн
рубыть очевидным (букв. колоть глаза).
нэм (къы)щӀэӀэбэр мылъагъун
рухоть глаза выколи, ни зги не видать.
Нэм къыщӀэӀэбэр умылъагъуу жэщыр кӀыфӀт.
нэм къыӀуидзэн
ру1) открываться взору 2) бросаться в глаза.
Тафэщ, тафэщ нэм къыӀуидзэр.— Елгъэр Кашиф
нэм къыӀуимыхьэн
{и} нэ къимыхьын
нэм лыбод трищӀэн
рунадоесть, осточертеть, быть как бельмо на глазу.
{и} нэм лъы къытелъэдэн (телъэдэн)
руглаза кровью налились.
ЩӀалэм и нэм лъыр къытелъэдауэ зешхыж.
{и} нэм лъы щӀэгъэупӀэн
русильно, жестоко избить кого-л.
нэм пшагъуэ къытрихьэн
рупомутилось в глазах у кого-л.
Сэри си нэм пшагъуэр къытрихьащи, щӀыӀэ техьэгъуэм сызэщӀиубыда хуэдэщ.— ЛъэбакъуэщӀэхэр
нэм пшагъуэ къыщӀихьэн
рухмуриться, сердиться.
нэм пшатхъуэ къытрихуэн
нэм пшагъуэ къытрихуэн
нэм хуэдэ
ружеланный, любимый, дорогой (букв.: подобный своим глазам).
- Ди нэм ухуэдэщ, ди псэм ухуэдэщ! - жаӀэри Гъудэберд жьантӀэм дагъэтӀысхьащ.— Къэрмокъуэ Хьэмид
нэм хуэмылъагъун
рупитать к кому-чему-л. неприязнь.
нэм хуэхьын
рунежно, ласково относиться к кому-л.
{и} нэм хъуаскӀэ къыщӀихын
руметать громы и молнии.
{и} нэм цӀу-цӀу къы(ху)щӀегъэхын
руустроить кому-л. взбучку, нагоняй.
{и} нэм цӀу-цӀу щӀэгъэӀукӀын
{и} нэм цӀу-цӀу къы(ху)щӀегъэхын
нэм щызу лъагъун
рунасмотреться вдоволь на кого-что-л.
нэм щыщӀэн (кӀэричын)
руухудшиться - о зрении.
Ей, Адемыр, бдэркъым нэху, уи нэм хуабжьу кӀэричащ.— Зы. б. з.
нэм щӀэбзеен
руудалить языком из чьего-л. глаза (соринку).
{и} нэм щӀэгъуэнлыхьын
русделать нагоняй кому-л.
нэм щӀэджэгуэн
рубросаться в глаза (о чем-л. ярком, пестром).
Хъыджэбзым дыщэкӀэ дауэ къэдабэ бостей дахэ щыгъти нэм щӀэджагуэрт.— Черкес ӀуэрыӀуатэхэр
нэм щӀэлыдэн
нэм щӀэджэгуэн
нэм щӀэӀэбэу
рупрямо в глаза, откровенно.
ПащӀэ Бэчмырзэ.. нэм щӀэӀэбэу мыхъумыщӀагъэр игъэлъагъуэу ныкъуэкъуащ.— Къэбэрдей поэзием и антологие
{и} нэм щӀэӀун
рутыкать в глаза кому-л.
{и} нэм щӀы имылъагъу(жы)н
ру1) быть страшно разгневанным.
Къурыкъуэ лъэбышэр Хьэмид сымэ щаубыдам, Назыч гуфӀэгъуэшхуэ иӀащ, ауэ ар псэууэ къазэрыӀэщӀэкӀыжар гухэщӀышхуэ хуэхъуауэ и нэм щӀы илъагъужтэкъым.— Д. М. 2) не чуять под собой ног.
+1 örnek
Апхуэдэу, си нэм щӀы имылъагъуу, сыжэурэ, хьэхэм гу къыслъатэри сяужь къихьащ.— Япэу лъэбакъуэ зычахэр
нэр гъэджэгун
руиграть глазами.
нэр гъэжанын
рупристально смотреть, всматриваться.
нэр гъэплъэн
рураскрыть глаза, посмотреть.
нэр гъэупӀэрэпӀэн
руморгать.
{и} нэр зэӀыхьэн
руухудшиться - о зрении.
и нэр ису и псэр хэгъуэн
рустрашно исхудать, остались кожа да кости.
{и} нэр къэлыдын
руглаза загорелись.
{и} нэр къэплъэжын
ру1) прийти в себя 2) вздохнуть свободнее.
Абы {жылэм} я псыр благъуэм къиутӀыпщыжащ, цӀыхухэм я нэри къэплъэжащ.— Нартхэр
{и} нэр къэпщӀын
руоткрыться, раскрыться - о глазах (напр. у щенка).
{и} нэр къижын
рувытаращить глаза.
Бажэм и нитӀыр къижу зиплъыхьащ.— Дыщэ кӀанэ
{и} нэр къилэлын
руосоловеть - о глазах, взгляде.
нэр къилыдыкӀын
русверкать, сиять - о глазах.
{и} нэр къитӀэтӀын
ругуем выпучиться - о глазах.
{и} нэр къихун
рувыбить глаз.
Джэгу пэтрэ нэ къраху.— Псалъэжьхэр
{и} нэр къипхуу
ручестно, прямо, в глаза.
{и} нэр къицӀуукӀын
рублестеть, сверкать - о глазах.
{и} нэр къицӀыщхъукӀын
рувпасть в панику.
{и} нэр къицӀуукӀын. {и} нэр къыщипхъуэн
{и} нэр къыщихун
руглаза вылезли из орбит (напр. от смеха, боли, испуга и т. п.).
Шамхьун и нэр къыщихуауэ дыхьэшхырт.— Къэбэрдей
{и} нэр къыщыпкӀын
ру= .
и нэр къыщихун
нэр къыщӀэгъэбырдыкӀын
русмотреть исподлобья.
нэр къыщӀэгъэплъын
руи глазом не моргнуть.
нэр къыщӀэгъэбырдыкӀын. {и} нэр мупӀэрэпӀэн
{и} нэр мыгъэплъэн
рудержать кого-л. в черном теле.
{и} нэр плъэн
ру1) видеть 2) развлечься, приятно провести время.
нэр плъызын
рууставиться, уткнуться в одну точку.
нэр пӀэпихын
руочаровываться кем-чем-л.
Розэ зэмыфэгъухэм я къэгъэгъэгъуэщ - узэплъыныр умыщӀэу нэр пӀэпах.— Ӏуащхьэмахуэ
нэр тедиен
руостановиться взглядом на ком-чем-л.
НапэӀэлъэщӀым кӀуэцӀылъу абы {Хьэцацэ} иӀыгъым ефэндым и нэр занщӀэу тедиящ.— Жаным Борис
нэр текӀылэн
рурябит в глазах.
нэр темыгъэкӀын
руне спускать глаз с кого-чего-л.
нэр темыпыӀэу
рув мгновение ока.
{и} нэр тенэн
рувпиться глазами в кого-что-л., не сводить глаз с кого-чего-л.
Бабыху хъыджэбзым и натӀэм телъ щхьэц топым и нэр тенащ.— Ӏуащхьэмахуэ
нэр теплъызэн
рууставиться на кого-что-л.
Мусэбий и нэр хъыджэбзым теплъызат.— Ӏуащхьэмахуэ
нэр тепщӀыпщӀэн
нэр текӀылэн
Хьэсанш щауэм и джатэм нэр топщӀыпщӀэ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
нэр теубыдэн
рувперить глаза, взгляд, взор в кого-что-л.
нэр тӀууэ хуэгъэплъэн
рудать кому-л. нагоняй; навести страх на кого-л.
нэр уфӀыцӀын
рузажмурить глаза.
нэр хуэгъэӀеин
рузло, неприязненно смотреть на кого-л.
нэр хуэуфӀыцӀын
рузакрыть глаза, смотреть сквозь пальцы на что-л.
Абы жиӀэр уэ лэжь, ИщӀэр умыщӀэ, Уи нэр хуэуфӀыцӀ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
нэр хъуэпскӀын
русверкнуть - о глазах.
нэр щыджылын
рурябить в глазах (от яркого пламени, от света).
Дыхьэрэну мэплъ и нэкӀур, Нэр щоджылыр уӀуплъамэ.— Къэбэрдей поэзием и антологие
нэр щысыкӀын
руслепить глаза.
{и} нэр щыункӀыфӀыкӀын
рупотемнело в глазах, стало дурно.
А напӀэзыпӀэм Таусэ Трам и нэхэр щыункӀыфӀыкӀащ.. пхырыху къыфӀэщӀащ.— Ӏуащхьэмахуэ
нэр щӀэплъызэн
нэр теплъызэн
Хъусин и нэхэр мэз щӀагъым щӀэплъызэурэ зыкъомрэ щыта нэужьым ежьэри зиплъыхьащ.— ЛъэбакъуэщӀэхэр
нэр щӀэукъуэнцӀэн
руприщурить глаза.
нэр щӀэӀуэтыкӀын
рупротереть глаза.
нэр щӀегъэлъэфэн
рузакатывать глаза.
Динэ зэхиуфа и набдзэхэм и нэ фӀыцӀэ лыдхэр щӀригъэлъафэрт.— Зы быну зэкъуэт
{и} нэр щӀым етауэ
рупотупив глаза, взор.
{КӀукӀуэ} хогупсысыхь, и нэр щӀым етами, зытеувэр имылъагъу хуэдэщ.— Ӏуащхьэмахуэ
нэрэ напӀэрэ я зэхуакум (бзэхын)
румгновенно, в один миг.
{Фызыжьым:} - Мастэ сӀыгъар нэрэ напӀэрэ я зэхуакум кӀуэдащ.— ӀуэрыӀуатэ
нэрэ напӀэрэ зэхуэмыхьын
напӀэ зэтемылъхьэн
Анусэ цӀыкӀу мыгъуэм жэщ псом нэрэ напӀэрэ зэхуихьакъым..— ХьэхъупащӀэ Амырхъан
нэрэ нэпсрэ зэщӀимыхын
руне переставая, долго плакать.
Фызыжьым и къуиблри иныжьым ӀэщӀэкӀуэдауэ, абы ялъ зыщӀэжын зэрыщымыӀэр игъейуэ, нэрэ нэпсрэ зэщӀимыхыу жьэгум дэст.— ӀуэрыӀуатэ
нэрэ Ӏэрэ я зэхуакум
нэрэ напӀэрэ я зэхуакум
нэри пэри хьын
рувсе сносить, сметать на своем пути (о бурном потоке).
Нэри пэри зыхь псышхуэм къыхыхьэну зызыгъэхьэзыр щӀалэр.. {Мыхьэмэт и фызымрэ и шыпхъумрэ} ягъэщӀагъуэу уващ.— Къэрмокъуэ Хьэмид
нэхэр зэблэгъэплъын
рукосить глаза, взгляд.
Хьэ банэ макъыр зэрызэхихыу, тхьэкӀумэкӀыхь анэжьым и гур къилъэтащ, и напӀэхэр тригъауэри и нэхэр зэблигъэплъащ.— Дыщэ кӀанэ
{и} нэхэр зэблэжын
руглаза разбежались.
Зыхуэмыубыдыжу абы {Марусхъан} и нэхэр зэблож, гуфӀэу и гур къолъэт.— Ӏуащхьэмахуэ
{я} нэхэр зэтедиен
рууставиться друг на друга.
{и} нэхэр илэлыхьын
{и} нэр къилэлын
нэхэр къиджэгукӀын
руиграть глазами.
нэ закъуэ 1.
Зы нэ фӀэкӀа зимыӀэ (адыгэ таурыхъхэм хэт Иныжьым хужаӀэ).
руодноглазый (о великане в адыгских сказках)
Иныжь нэ закъуэ.
2. Еплъ: нэ лъэныкъуэ
Ди унэшхуэр тӀошхэ-щэшхэщ, ди лэгъунэр шхэгъуэ закъуэщ, ди нэ закъуэр пӀэм къыхоплъ.— ӀуэрыӀуатэ
нэ зэв
Зи нэр зэв.
руузкоглазый
нэ кӀуэцӀ нашэ
рукосоглазый.
нэ лъэныкъуэ
Зи нэ лъэныкъуэр нэф.
руодноглазый
нэ фӀыцӀэ
Зи нэр фӀыцӀэ.
ручерноглазый
нэ хъурей
Зи нэхэр хъурейуэ щыт (цӀыху).
ру{человек} с круглыми глазами
Kitapta geçtiği hali
нэ 1. глаз / Зэрыплъэу, зэрилъагъуу цӀыхум, псэущхьэм иӀэрщ. * Гур мыплъэмэ, нэм илъагъукъым. (погов.) Нэм илъагъур щхьэм и уасэщ. (погов.) 2. переносное отверстие, ячейка в чем-л. / Шыбзэ, чымчыр сыт хуэдэхэм я гъуанэ цӀыкӀухэр, безым иӀэ кумбыгъэ цӀыкӀухэр. Шыбзэм и нэ. Бжьэм хьэкӀуэм иӀэ нэ цӀыкӀухэм фо иракӀэри и щхьэр безкӀэ яуэжыр. 3. переносное ушко (иголки) / Ӏуданэр ираууэ мастэ дакъэм иӀэ гъуанэр. Мастэм и нэ. Нэ гъэцӀуун засиять, заблестеть - о глазах. Нэ дазэкӀэ темыгъэплъэн (емыгъэлъагъун) не видать как своих ушей кого- чего-л. Нэ джабэкӀэ еплъын коситься на кого-л. Нэ жан 1) хорошее зрение. * {Анэм:} - Уэ уи нэ цӀыкӀухэр нэ жанщи Зыгуэрхэр плъагъумэ къызжыӀэ. Акъ. З. 2) острый, проницательный взгляд. {И} нэ жей къекӀуэн глаза слипаются у кого-л.; клонит ко сну. {И} нэ ирегъэщӀыжын вызвать зависть у кого-л. чем-л. * Мэремкъаныр нысашэ жиӀэу хэмытыххэнкӀи хъунт и жэгъуэгъум я нэр ирыригъэщӀыжыну имымурадатэмэ. КӀ. А. Нэ ищын заприметить, облюбовать кого-что-л. Бостейм нэ ищын. Нэ ищӀын выколоть глаз. * Пэжым нэ ирещӀ. (погов.) {И} нэ къикӀын (къыхуикӀын) страстно желать, хотеть что-л. * Псоми я нэ къикӀырт Матхъэнхэ я щӀапӀэжьыр къаплъыхьыну. Ӏуащхь. {И} нэ къимыхьын не понравиться кому-л. {И} нэ къитӀэтӀу пренебреж. сл. вылупив глаза, выпятив глаза. Нэ лейкӀэ еплъын с особым вниманием, уважением относиться к кому-л. * Музыкауэ цӀыкӀухэм а фызыжьыр Инал и анэу къыщащӀэм, нэхъ нэ лейкӀэ см. хъуащ. КӀ. А. И нэ и псэу илъагъун любить искренне, от всей души. * Фаризэти и нэ и псэу илъагъуу щытащ Хъаничэ тхьэмыщкӀэр. Щ. Ам. Нэ техуэн (къытехуэн) сглазили. Сабийм нэ техуащ. Нэ утхъуа мутные глаза. * Бэрокъуэр къыдэплъейри и нэ утхъуар абы триубыдащ. Т. Хь. Нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэм хуэдэщ очень красивый, великолепный. Нэ ӀейкӀэ еплъын 1) сурово, злобно посмотреть на кого-л. ЛӀыр абы нэ ӀейкӀэ еплъащ. 2) неприязненно относиться к кому-л. * Нобэ цӀыхубз къытхыхьэри.. нэхъыжьыр игъэпэжу, нэхъыщӀэм нэ ӀейкӀэ емыплъу.. хъун нысэ тхьэм тхуищӀ. фольк. НэкӀэ зегъэкӀуэн наблюдать, пристально следить за кем-л. * НэкӀэ пыджэн (епыджын) злобно, гневно смотреть на кого-л. НэкӀэ уэн (еуэн) = нэкӀэ пыджэн (епыджын). * ЛӀыгъэм зезгъэхьу Унэм ныщесхулӀэкӀэ НэкӀэ укъызоуэ. Къэб. п. и ант. НэкӀэ шхын 1) есть, пожирать взглядом, глазами кого-л. 2) со злостью смотреть на кого-л. НэкӀэ щӀэн определить на глаз что-л. {И} нэм бжэгъуу (бжэгъукӀэ) (къы)щӀэуэн стать поперек горла кому-л.; быть как бельмо на глазу. ХьэтӀэкъущокъуэр лӀакъуэлӀэшхэм я нэм бжэгъуу щӀэуэрт, ауэ тхьэмыщкӀэхэр иригушхуэрт. Къэр. Хь. Нэм къегъэжыхьын глазки бегают. * Тыкъыр гужьеяуэ и нитӀым адэкӀэ-мыдэкӀэ кърегъэжыхь. Ӏуащхь. Нэм къиубыдым нэс насколько хватает глаз. Нэм къиубыдын охватывать взглядом, взором. Нэм къищтэн = нэм къиубыдын. * ЗыхуэмышыӀэр Ӏэбжьанэм доплъэ, И лъэр щыувыр и нэм къимыщтэ, Ӏуэхуу къытехъуэм гъунэ имыӀэ. Къэб. п. и ант. Нэм къищтэр (къиубыдыр, къиплъысыр, къиплъыхьыр) все вокруг; все, что охватывает глаз. {И} нэм къыфӀэнэн приглянуться, понравиться кому-л. (букв. зацепиться за глаза). * Зэрылэ нэм къыфӀэнэу хъуар дурэшплӀэрэшым дигъапщкӀуэу щӀидзащ. Къ. Хь. {И} нэм къыфӀэщӀын показаться, померещиться кому-л. {И} нэм къыщипхъуэн = нэм къыщхьэрипхъуэн. * И занщӀэр и гъуэгуу шур мажэ, мажэ и нэм къыщипхъуауэ. Щ. Ӏ. Нэм къыщхьэрипхъуэн ничего не видеть перед собой (напр. от гнева). Нэм къыщӀэуэн быть очевидным (букв. колоть глаза). Нэм (къы)щӀэӀэбэр мылъагъун хоть глаза выколи, ни зги не видать. * Нэм къыщӀэӀэбэр умылъагъуу жэщыр кӀыфӀт. Нэм къыӀуидзэн 1) открываться взору 2) бросаться в глаза. * Тафэщ, тафэщ нэм къыӀуидзэр. Е. К. Нэм къыӀуимыхьэн = {и} нэ къимыхьын. Нэм лыбод трищӀэн надоесть, осточертеть, быть как бельмо на глазу. {И} нэм лъы къытелъэдэн (телъэдэн) глаза кровью налились. ЩӀалэм и нэм лъыр къытелъэдауэ зешхыж. {И} нэм лъы щӀэгъэупӀэн сильно, жестоко избить кого-л. Нэм пшагъуэ къытрихьэн помутилось в глазах у кого-л. * Сэри си нэм пшагъуэр къытрихьащи, щӀыӀэ техьэгъуэм сызэщӀиубыда хуэдэщ. Лъэб. Нэм пшагъуэ къыщӀихьэн хмуриться, сердиться. Нэм пшатхъуэ къытрихуэн = нэм пшагъуэ къытрихуэн. Нэм хуэдэ желанный, любимый, дорогой (букв.: подобный своим глазам). * - Ди нэм ухуэдэщ, ди псэм ухуэдэщ! - жаӀэри Гъудэберд жьантӀэм дагъэтӀысхьащ. Къэр. Хь. Нэм хуэмылъагъун питать к кому-чему-л. неприязнь. Нэм хуэхьын нежно, ласково относиться к кому-л. {И} нэм хъуаскӀэ къыщӀихын метать громы и молнии. {И} нэм цӀу-цӀу къы(ху)щӀегъэхын устроить кому-л. взбучку, нагоняй. {И} нэм цӀу-цӀу щӀэгъэӀукӀын к.-з. = {и} нэм цӀу-цӀу къы(ху)щӀегъэхын. Нэм щызу лъагъун насмотреться вдоволь на кого-что-л. Нэм щыщӀэн (кӀэричын) ухудшиться - о зрении. * Ей, Адемыр, бдэркъым нэху, уи нэм хуабжьу кӀэричащ. Зы. б. з. Нэм щӀэбзеен удалить языком из чьего-л. глаза (соринку). {И} нэм щӀэгъуэнлыхьын к.-з. сделать нагоняй кому-л. Нэм щӀэджэгуэн бросаться в глаза (о чем-л. ярком, пестром). * Хъыджэбзым дыщэкӀэ дауэ къэдабэ бостей дахэ щыгъти нэм щӀэджагуэрт. Черк. фольк. Нэм щӀэлыдэн = нэм щӀэджэгуэн. Нэм щӀэӀэбэу прямо в глаза, откровенно. * ПащӀэ Бэчмырзэ.. нэм щӀэӀэбэу мыхъумыщӀагъэр игъэлъагъуэу ныкъуэкъуащ. Къэб. п. и ант. {И} нэм щӀэӀун тыкать в глаза кому-л. {И} нэм щӀы имылъагъу(жы)н 1) быть страшно разгневанным. * Къурыкъуэ лъэбышэр Хьэмид сымэ щаубыдам, Назыч гуфӀэгъуэшхуэ иӀащ, ауэ ар псэууэ къазэрыӀэщӀэкӀыжар гухэщӀышхуэ хуэхъуауэ и нэм щӀы илъагъужтэкъым. Д. М. 2) не чуять под собой ног. * Апхуэдэу, си нэм щӀы имылъагъуу, сыжэурэ, хьэхэм гу къыслъатэри сяужь къихьащ. Япэу лъ. з. Нэр гъэджэгун играть глазами. Нэр гъэжанын пристально смотреть, всматриваться. Нэр гъэплъэн раскрыть глаза, посмотреть. Нэр гъэупӀэрэпӀэн моргать. {И} нэр зэӀыхьэн ухудшиться - о зрении. И нэр ису и псэр хэгъуэн страшно исхудать, остались кожа да кости. {И} нэр къэлыдын глаза загорелись. {И} нэр къэплъэжын 1) прийти в себя 2) вздохнуть свободнее. * Абы {жылэм} я псыр благъуэм къиутӀыпщыжащ, цӀыхухэм я нэри къэплъэжащ. Нарт. {И} нэр къэпщӀын открыться, раскрыться - о глазах (напр. у щенка). {И} нэр къижын вытаращить глаза. * Бажэм и нитӀыр къижу зиплъыхьащ. Дыщэ кӀ. {И} нэр къилэлын осоловеть - о глазах, взгляде. Нэр къилыдыкӀын сверкать, сиять - о глазах. {И} нэр къитӀэтӀын гуем выпучиться - о глазах. {И} нэр къихун выбить глаз. * Джэгу пэтрэ нэ къраху. (погов.) {И} нэр къипхуу честно, прямо, в глаза. {И} нэр къицӀуукӀын блестеть, сверкать - о глазах. {И} нэр къицӀыщхъукӀын = {и} нэр къицӀуукӀын. {И} нэр къыщипхъуэн впасть в панику. {И} нэр къыщихун глаза вылезли из орбит (напр. от смеха, боли, испуга и т. п.). * Шамхьун и нэр къыщихуауэ дыхьэшхырт. Къэб. {И} нэр къыщыпкӀын = и нэр къыщихун. Нэр къыщӀэгъэбырдыкӀын смотреть исподлобья. Нэр къыщӀэгъэплъын = нэр къыщӀэгъэбырдыкӀын. {И} нэр мупӀэрэпӀэн и глазом не моргнуть. {И} нэр мыгъэплъэн держать кого-л. в черном теле. {И} нэр плъэн 1) видеть 2) развлечься, приятно провести время. Нэр плъызын уставиться, уткнуться в одну точку. Нэр пӀэпихын очаровываться кем-чем-л. * Розэ зэмыфэгъухэм я къэгъэгъэгъуэщ - узэплъыныр умыщӀэу нэр пӀэпах. Ӏуащхь. Нэр тедиен остановиться взглядом на ком-чем-л. * НапэӀэлъэщӀым кӀуэцӀылъу абы {Хьэцацэ} иӀыгъым ефэндым и нэр занщӀэу тедиящ. Ж. Б. Нэр текӀылэн рябит в глазах. Нэр темыгъэкӀын не спускать глаз с кого-чего-л. Нэр темыпыӀэу в мгновение ока. {И} нэр тенэн впиться глазами в кого-что-л., не сводить глаз с кого-чего-л. * Бабыху хъыджэбзым и натӀэм телъ щхьэц топым и нэр тенащ. Ӏуащхь. Нэр теплъызэн уставиться на кого-что-л. * Мусэбий и нэр хъыджэбзым теплъызат. Ӏуащхь. Нэр тепщӀыпщӀэн = нэр текӀылэн. * Хьэсанш щауэм и джатэм нэр топщӀыпщӀэ. Къэб. фольк. Нэр теубыдэн вперить глаза, взгляд, взор в кого-что-л. Нэр тӀууэ хуэгъэплъэн дать кому-л. нагоняй; навести страх на кого-л. Нэр уфӀыцӀын зажмурить глаза. Нэр хуэгъэӀеин к.-з. зло, неприязненно смотреть на кого-л. Нэр хуэуфӀыцӀын закрыть глаза, смотреть сквозь пальцы на что-л. * Абы жиӀэр уэ лэжь, ИщӀэр умыщӀэ, Уи нэр хуэуфӀыцӀ. П. Б. Нэр хъуэпскӀын сверкнуть - о глазах. Нэр щыджылын рябить в глазах (от яркого пламени, от света). * Дыхьэрэну мэплъ и нэкӀур, Нэр щоджылыр уӀуплъамэ. Къэб. п. и ант. Нэр щысыкӀын слепить глаза. {И} нэр щыункӀыфӀыкӀын потемнело в глазах, стало дурно. * А напӀэзыпӀэм Таусэ Трам и нэхэр щыункӀыфӀыкӀащ.. пхырыху къыфӀэщӀащ. Ӏуащхь. Нэр щӀэплъызэн = нэр теплъызэн. * Хъусин и нэхэр мэз щӀагъым щӀэплъызэурэ зыкъомрэ щыта нэужьым ежьэри зиплъыхьащ. Лъэб. Нэр щӀэукъуэнцӀэн прищурить глаза. Нэр щӀэӀуэтыкӀын протереть глаза. Нэр щӀегъэлъэфэн закатывать глаза. * Динэ зэхиуфа и набдзэхэм и нэ фӀыцӀэ лыдхэр щӀригъэлъафэрт. Зы б. з. {И} нэр щӀым етауэ потупив глаза, взор. * {КӀукӀуэ} хогупсысыхь, и нэр щӀым етами, зытеувэр имылъагъу хуэдэщ. Ӏуащхь. Нэрэ напӀэрэ я зэхуакум (бзэхын) мгновенно, в один миг. * {Фызыжьым:} - Мастэ сӀыгъар нэрэ напӀэрэ я зэхуакум кӀуэдащ. фольк. Нэрэ напӀэрэ зэхуэмыхьын = напӀэ зэтемылъхьэн. * Анусэ цӀыкӀу мыгъуэм жэщ псом нэрэ напӀэрэ зэхуихьакъым.. Хь. А. Нэрэ нэпсрэ зэщӀимыхын не переставая, долго плакать. * Фызыжьым и къуиблри иныжьым ӀэщӀэкӀуэдауэ, абы ялъ зыщӀэжын зэрыщымыӀэр игъейуэ, нэрэ нэпсрэ зэщӀимыхыу жьэгум дэст. фольк. Нэрэ Ӏэрэ я зэхуакум = нэрэ напӀэрэ я зэхуакум. Нэри пэри хьын все сносить, сметать на своем пути (о бурном потоке). * Нэри пэри зыхь псышхуэм къыхыхьэну зызыгъэхьэзыр щӀалэр.. {Мыхьэмэт и фызымрэ и шыпхъумрэ} ягъэщӀагъуэу уващ. Къэр. Хь. Нэхэр зэблэгъэплъын косить глаза, взгляд. * Хьэ банэ макъыр зэрызэхихыу, тхьэкӀумэкӀыхь анэжьым и гур къилъэтащ, и напӀэхэр тригъауэри и нэхэр зэблигъэплъащ. Дыщэ кӀ. {И} нэхэр зэблэжын глаза разбежались. * Зыхуэмыубыдыжу абы {Марусхъан} и нэхэр зэблож, гуфӀэу и гур къолъэт. Ӏуащхь. {Я} нэхэр зэтедиен уставиться друг на друга. {И} нэхэр илэлыхьын = {и} нэр къилэлын. Нэхэр къиджэгукӀын играть глазами. нэ закъуэ 1. одноглазый (о великане в адыгских сказках) / Зы нэ фӀэкӀа зимыӀэ (адыгэ таурыхъхэм хэт Иныжьым хужаӀэ). Иныжь нэ закъуэ. 2. см. нэ лъэныкъуэ. * Ди унэшхуэр тӀошхэ-щэшхэщ, ди лэгъунэр шхэгъуэ закъуэщ, ди нэ закъуэр пӀэм къыхоплъ. фольк. нэ зэв узкоглазый / Зи нэр зэв. нэ кӀуэцӀ нашэ косоглазый. нэ лъэныкъуэ одноглазый / Зи нэ лъэныкъуэр нэф. нэ фӀыцӀэ черноглазый / Зи нэр фӀыцӀэ. нэ хъурей {человек} с круглыми глазами / Зи нэхэр хъурейуэ щыт (цӀыху).
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЦӀыхум, псэущхьэм дунейр зэрилъагъу, зэрыплъэ.
Мес, Тембот къэтэджауэ мафӀэ ещӀ, - жиӀэрт Астемыр, уи нэр къызэтехи къаплъэт, щхьэц хъурыфэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 307
+2 örnek
СфӀэфӀат мурадыр къызэхъулӀэм – Нэм имылъагъум гу лъыстащ— Си нитӀ. «Вагъуэ махуэ», 311
Албиян и нитӀыр зэтепӀауэ хэлът, Дон Ӏуфэ щилъэгъуа зауэр кином хуэдэу и нэгум щӀэкӀыжу.— Щынэхужьыкъуэ, 31
Deyimler (73)
[и] нэ ирегъэщӀыжын
Уи бийхэр къыщӀофыгъуэн, яфӀэфӀ мыхъун гуэр зэгъэхъулӀэн, зыӀэрыгъэхьэн.
Мэремкъан нысашэ жиӀэу хэмытыххэнкӀи хъунт, и жагъуэгъум я нэр ирыригъэщӀыжыну имымурадтэмэ, сыту жыпӀэмэ Инал иукъуэдият: щхьэж зыфӀэфӀыр кърешэ, хэт дэкӀуэнуми дрекӀуэ, лъэпкъ зэхэгъэж щыӀэкъым, жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 574
нэ ищӀын
Нэф щӀын, хьэфиз щӀын.
Уи жагъуэгъу псэм къеӀэмэ, Уэреда, И нэм уеӀэу ипщӀрэ, Уареда, Афэ джанэр уи лӀыгъэу, Уэреда.— Гущэкъу уэрэд. «Щхьэлыкъуэ», 390
+1 örnek
Афицарым мычэму и нэм Ӏугъуэ къыщӀрегъэх, ар къыпыгуфӀыкӀыурэ уи пэр пиупщӀын, уи нэр ирищӀын жыхуэпӀэр зыуи къридзэртэкъым, ухуеймэ, цӀыхум и фэр зэрытрахыр мыпхуэдэущ, жиӀэурэ къыпщыдыхьэшх зищӀурэ уи фэр трихынущ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 87
[и] нэ къикӀын
Егъэлеяуэ зыгуэрым хуеин, щӀэхъуэпсын, хуэпэбгъэн. -530. -522.
Инал йогупсыс: мыбы хуэдизу цӀэрыӀуэ хъуа, пщӀэшхуэ къызыхуащӀ щӀэныгъэлӀым Мэзкуу къыдэкӀыу ди хэкум нэкӀуэжыну щхьэ и нэ къикӀрэ, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529
+2 örnek
Капитаныр отрядым и къэкӀуэжыкӀэ хъуам щӀэупщӀэну и нэ къикӀырт.— Нал къута, 266
Дэри ди нэ къикӀырт Тыркум щыӀэ адыгэхэм я хъыбар Алий жедгъэӀэну— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521
[и] нэ къыхуикӀын
Зыгуэрым щӀэхъуэпсын, хущӀэкъун.
Лу къалэм, зэи кӀуатэкъыми, и нэ къыхуикӀырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 112
+2 örnek
…ЩӀалэр мэгупсысэ, ӀэщӀагъэщӀэм нэр къыхуокӀ, Гъуэгухэм нэпкъыр ящӀыр кусэ, Грузовикхэр щызэблокӀ.— МакӀуэр щӀалэр ауз гъуэгукӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 54
И шыпхъум ещхьу лъагъугъуафӀэ цӀыкӀут, ауэ иджыри джэгу хыхьатэкъым, пшынауэ зищӀыну и нэ къыхуикӀырти, пшынафэ ищӀурэ ахъшэ зэхуихьэсу пшынэ къищэхуну мурад ищӀащ.— Къалэн, 429
69 deyim daha
[и] нэ къимыхьын
Зыри фӀэмыӀэфӀу, зыри хуэмейуэ, гукъыдэжыншэу щытын.
Сыпхуэусэу уигу хэщӀамэ, Гъатхэ дахи нэм къимыхь— Дыгъэр къепсмэ, ди нэ ди псэщ. «Батырыбжьэ», 69
+2 örnek
Зыр мэшхыдэ е мэгие, Игу мафӀэгур иримыхьу, Зыр щхьэукъуэу дэсщ плӀанэпэм, И ни и пси зы къимыхьу.— МылӀэжыныгъэм и мафӀэгум. «Дамыгъэ», 234
Псоми я гуфӀэгъуэми, Лу и нэ къихьыртэкъым илъагъур— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 599
[и] нэ къитӀэтӀу
Нэр къижу.
Мэмэт-щӀакъуэр къэтэмэкъкӀэщӀащ, и нитӀыр плъыжьыбзэ къэхъуарэ къитӀэтӀу, и ныбэм и нэхъыбэри стӀолым телъу, и лъакъуэр ерагъыу къыщӀэувэу.— Лъапсэ, 47
+1 örnek
ЩӀыр совет властыращ зейр! – жиӀэу лӀы щэджащэу Кобуловыр къыхэгуоукӀым дежкӀэ щеплъэкӀым, модрейми инэралым и нэ къитӀэтӀыр щилъагъум, къызэщӀэплъа пэтми, зиущэхужащ— Лъапсэ, 92
нэ лейкӀэ еплъын
Нэхъ хэхауэ, нэхъ гуапэу хущытын.
Иринэ жагъуэу илъагъуртэкъым уанэщӀыр, уеблэмэ нэ лейкӀэ еплъырт— Нал къута, 231
+2 örnek
[Шлоссер жиӀэу:] Си гугъэщ фэри нэ лейкӀэ фыкъыдэплъу, сыту жыпӀэмэ нэмыцэ лъэпкъыр ӀэнатӀэшхуэм дыпэрытщ, исторэм къыдилъхьауэ ди пщэм Ӏуэхушхуэ къыдэхуащ.— Гъуэгуанэ, 100
Арыншами Джэлил и фӀыцӀэ Ӏуауэ джэд анэщӀэ къомыр нэ лейкӀэ къеплъырт, и закъуэуи кърагъэкӀухьыртэкъым, дэнэкӀэ кӀуэми, джэдищ-плӀы и гъусэу, езыми зигъэфэрыщӀу улъэпхъащэрт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479
нэ жагъуэкӀэ къегъэплъын
Ухуэмыарэзыуэ, губгъэн, губжь хэлъу еплъын.
ЛӀатӀифэ куэд лъандэрэ абы гу лъитащи, студентхэр нэ жагъуэкӀэ къызигъэплъыну иужь итщ, къахуэзэмэ, си Ӏей фӀэкӀа сифӀ лъэпкъ жиӀэнукъым, щӀалэгъуалэми яфӀэфӀыххэкъым абы сиубу— Лъапсэ, 9
[и] нэ и псэу илъагъун
Зыми химылъхьэу, хуимыгъадэу, фӀы дыдэу лъагъун.
Си нэ, си псэу арщ щӀэслъагъур, Щызмылъагъум си гур хощӀ.— ПсыӀэрышэ. «Батырыбжьэ», 7
[и] нэ [и] псэ
ФӀыуэ илъагъу, зыми пимыщӀ
Сэри си нэт, си псэт шыр къэсшэжу шэщым щӀэзгъэувэжыну.— Анка, 384
+2 örnek
Ущхьэхуиту упсэуамэ, Лъагъуныгъэм гъэр уищӀынщ, И дакъикъэр уи нэ, уи псэу Илъэс псоми япэпщӀынщ.— Лъагъуныгъэ. «Вагъуэ махуэ», 322
Луи и нэт, и псэт Тинэ и закъуэ хуэзэну, арщхьэкӀэ нейӀэмал.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 524
[и] ни [и] пси къимыхьын
Зыгуэр фӀэмыфӀын, хуэмеин.
Зыр мэшхыдэ е мэгие, Игу мафӀэгур иримыхьу; Зыр щхьэукъуэу дэсщ плӀанэпэм, И ни и пси зы къимыхьу.— МылӀэжыныгъэм и мафӀэгум. «Дамыгъэ», 234
нэ (къы)техуэн
Зэрыдахэм, зэрыфӀым къыхэкӀкӀэ хъуапсэнэкӀэ зыгуэр къеплъу абы сымаджэ ирихъун.
Шым нэ къытемыхуэн щхьэкӀэ, Уэрдэщыкъуэ шытепхъуэ темыпхъуауэ шэщым къыщӀишыртэкъым, къыщыщӀишри пшапэр зэхэуауэт е жэщырт— Нал къута, 266
+1 örnek
Шыр зейм зэрыжиӀэмкӀэ, Анка нэ техуауэ арат, зэкӀуэцӀыгъуарэ фаджэу щыта пэтми, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зауэлӀхэр тесу махуитӀкӀэ ягъэхьэулеяуэ Анка къашэжа нэужь, епэзэзэхыу, мычэму и нэпсыр къежэхыу, яхуэмышхэу, псы къудей яхуемыфэу шэщым щӀэтащ, мыбы зигъэлӀэжыну и мурад, жаӀэу— Анка, 384
нэ ӀейкӀэ еплъын
Нэщхъ зэхэлъу, нэ жагъуэкӀэ еплъын. -586.
Нобэ цӀыхубз къытхыхьари щынэм хуэдэу Ӏущащэу, джэдым хуэдэу быныфӀэу, нэхъыжьыр игъэпэжу, нэхъыщӀэми нэ ӀейкӀэ емыплъу, уи анэжьыр илъагъумэ, къыхуэгуфӀэу, имылъагъуми къыхуэзэшу хъун нысэ тхьэм ищӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585
нэкӀэ емыплъын
ФӀэмыӀуэхун.
Шхын аргуэру къахьам нэкӀэ емыплъу цӀыхур зэныкъуэкъурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 178
нэкӀэ еуэн
Губжь хэлъу еплъын, нэкӀэ епэбжьэуэн.
Къэнокъуэпщыр къэгубжьауэ НэкӀэ йоуэ гъукӀэ лӀыжьым, НытокӀие кӀэщӀу бауэу, ЩӀиӀыгъэжу и ныбафэр, И цеикӀэр тырелъафэр.— Тисей, 506
нэкӀэ шхын
1. ХъуапсэнэкӀэ, уитхьэкъуауэ, нэр къытомыхыжыфу еплъын.
ЗэӀущӀэм кърихьэлӀа къомыр ягъэщӀагъуэу а шы къарэм еплъырт, нэкӀэ яшхыным хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 86
2. ГубжьынэкӀэ еплъын.
НэкӀэ ешх жыпӀэнт ар зыуэ еплът Хьэбиби.— Щынэхужьыкъуэ, 17
нэм бжэгъуу къыщӀэуэн
Плъагъуну уигу темыхуэн, плъагъуу пхуэмышэчын.
Советскэри я бийщ, Ӏуэху зиужь дитри бжэгъуу я нэм къыщӀоуэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 574
+2 örnek
Саружани дадэр и нэм бжэгъуу къыщӀэуэрти, къыщӀимыгъуу къэнэнт: - ЩӀалэ хъужа и гугъэщ, тхьэ, лъакъуиплӀкӀэ къызэрикӀухьыр фӀэмащӀэ?— Къалэн, 431
МыбыкӀэ дарийм хуэлъэрэ, я гур дзапэкӀэ яӀыгъщ, уабгъэдыхьэмэ, зыгуэр къатебудын я гугъэщи, я нэм бжэгъуу укъыщӀоуэ.— Кхъухь пхэнж, 495
нэм къыщӀэуэн
Аннэ Павловнэ а махуэм къыгурыӀуащ ЛатӀифэ зищӀысыр, игури щыкӀри и нэм къыщӀэуэ хъуащ.— Лъапсэ, 8
+1 örnek
…Ар Казбек Машевич имыщӀэу щытамэ, заповедник мэзым кӀуэуэ щыщакӀуэрэт, лъэкӀыныгъэ зиӀэм пцӀыр пэж ещӀыф, армыратэмэ, иджыри къэс иӀыгъ бжьыпэр хуэӀыгърэт, пцӀыр ӀэфӀ къыпӀурыхъуэмэ, пэжри уи гум ирихьыжынукъым, уи нэм къыщӀэуэнкӀи мэхъу…— Лъапсэ, 98
Еплъ: нэм бжэгъуу къыщӀэуэн
нэм къиубыдын
Нэм къызэщӀиубыдэн, къиплъыхьын.
Нэм къиубыдыр тенджыз защӀэщ, Уафи псыи зы къыпфӀощӀ.— Комор къэрал. «Вагъуэ махуэ», 330
нэм къыфӀэнэн
ЗанщӀэу къэлъагъун, нэм къыщӀидзэн, гу лъытэн.
Нобэ псоми дощӀэр тхыдэу Тыркухэр хышхуэм къикӀыу къакӀуэу, Нэм къыфӀэнэр зэщӀаубыдэу, Пщащи щӀали зэдагӀакӀуэу, Яшэу, ящэу щыщытари, КӀэ а ешхуэм езытари— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51
+1 örnek
КъэувыӀэт, си къуэш, - жиӀэри Къэрэмырзэ и нэм къыфӀэнар къегъэувыӀэ.— Лыгъэ, 408
нэм къыфӀэуэн
ДыгъуэгъуакӀуэри къэвубыди, хабзэм ефт. Фыарэзы абыкӀэ? – жысӀэу сащеупщӀым, иджыри къэс сымылъэгъуа телефоныр си нэм къыфӀэуащ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 407
+1 örnek
Хъыджэбзыр шы дахэм хуэдэу умыгъэщӀэращӀэмэ, зыми и нэм къыфӀэмыуэу къыдэнэжу дэсынкӀэ мэхъу— Лэчымэ, 389
Еплъ: нэм къыфӀэнэн
нэм къыщӀидзэн
ЗанщӀэу къэлъагъун, гу лъытэн.
ПащӀэр фӀыцӀэщ, Ӏувщ, кӀырщ, жыжьэу уеплъмэ, япэу уи нэм къыщӀидзэр и пащӀэращ, абы къыкӀэлъыкӀуэу фэ вакъэ фӀыцӀэм ещхь и пэр, лъы къытелъэдэжауэ и нэшхуитӀыр, тепщэч ныкъуэ хуэдиз хъу и тхьэкӀумэр.— Лыгъэ, 409
нэр (къы) тенэн
Нэр къытомыгъэкӀыу еплъын, нэгъуэщӀ плъапӀэ имыӀэн.
Къылышбий и къуэр унэм щӀыхьэжми, асэтин джыназыр ар здыщӀыхьа бжэмкӀэ плъащ, м нэр тенауэ, иужьым, илъэгъуа къомымкӀэ игу зэгъауэ жиӀащ: - Алыхьым уи Ӏуэху нэхъ лъагэ ищӀ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 118
+2 örnek
Лу Ӏуащхьэшхуэм еплъырт, и нэр тенауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 300
ЛӀо, гипноз сыпщӀыну ара, уи нэр къыщӀыстенар— Лъапсэ, 65
нэр къыщӀэплъын
Зыгуэрым (набдзэ, пыӀэ с.ху.) и лъабжьэм къыщӀэплъын.
И пащӀитӀыр сытхъу телъ хуэдэ, тхъууэ хуежьат, и нитӀри набдзэ кӀырым и щӀагъым къыщӀэплъырт, и жьакӀэр зэзэмызэ фӀэкӀа иупсыртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 162
+1 örnek
ЕтӀуанэрей шур лъэгъугъуафӀэт, лӀы къекӀут, пащӀэ фӀыцӀэ тӀэкӀур щӀэщат, упщӀэ пыӀэ щӀагъым нэ дахитӀ къыщӀэплъырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 56
нэр къыщипхъуэн
1. Зыгуэрым (зэгуэпым, шынагъуэм е гуфӀэгъуэм, гурыфӀыгъуэм) уи нэр къыщхьэрипхъуэн, зыри умылъагъужын.
ЖысӀэну сыхуэмеиххэу пцӀы гуэр къызжьэдэлъэтрэ сызэгуэудмэ сунэхъакъэ», - жиӀэу и гум къыщыкӀкӀи, шынэурэ и нэр къыщхьэрепхъуэ [Нурхьэлий].— Хъуэпсэгъуэ нур, 155
+1 örnek
Щамхьун нэгузыужьыгъуэ ар хуэхъуауэ и нэр къыщипхъуауэ дыхьэшхырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 163
2. Нэм пшагъуэ къытрихьэн, зыри имылъагъужу хъун.
Нурхьэлий и акъылыр тэмэмыжтэкъыми, ищӀэри дахэ-дахэу къыгурыӀуэжыртэкъым, зэзэмызи и нэр къыщипхъуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 230
[и] нэ къыщхьэрипхъуэн
Нэмыцэм я нэр къыщхьэрипхъуауэ дзэр жыхьэнмэ мафӀэм хахуэ, къалэр къащтэну еӀэурэ я кӀэтӀийр зэпытхъыным нэсащ.— Нал къута, 256
+2 örnek
Джэлил джэд къомым езым фӀэкӀа адакъэ хэмыту и гум къыщыкӀым и нэм къыщхьэрипхъуащ, зыкъыфӀэщӀыжати— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475
«Зы къамэ сиӀатэмэ, сыщӀэлъэдэнти, и гущӀэм хэсӀунтэкъэ»,- жиӀэу Исуфыр къызэкӀуэкӀащ, и нэр къыщхьэрипхъуэным хуэдэу.— Лэчымэ, 396
Еплъ: нэм къыщипхъуэн
нэм къыщӀэӀэбэр мылъагъун
КӀыфӀ дыдэу, зыри умылъагъуу щытын.
Жэщыр кӀыфӀщи, хьэ къарэм хуэдэщ, нэм къыщӀэӀэбэр плъагъуркъым.— МелыӀыч, 458
+1 örnek
Дыгъэр зэрыкъухьэу жэщыр кӀыфӀ хъуащ, нэм щӀэӀэбэр умылъагъу жыхуаӀэм хуэдэу— ХьэщӀэ лъапӀэ, 399
нэм къыӀуимыдзэн
Имылъагъун, къыфӀэмыӀуэхун, фӀэмыгъэщӀэгъуэнын.
Сэ дзэпщым срилӀыкӀуэщ, еплъ си тхылъым, - жысӀэу си хьэфэ тхылъыр къиспхъуэта щхьэкӀэ, хьэрф дэнэ къэна, сэ дахэ-дахэу и нэм сыкъыӀуидзэркъым, Ӏэпэлъапэсыс хъуащи.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 406
+1 örnek
Дэ псым дытесу плъагъу щхьэкӀэ, кхъухь дэнэ къэна, кхъуафэжьей ди нэм къыӀуидзэну дыхуеиххэкъым.— Кхъухь пхэнж, 506
нэр къипкӀыу
ФӀэгъэщӀэгъуэну, фӀэтелъыджэу.
Рау машинэм къызэрикӀыу, Хъыджэбз цӀыкӀур, мес, къожалӀэ, И нэ цӀыкӀухэр занщӀэу къипкӀыу.— Тисей, 482
нэм хуэхьын
ФӀы дыдэу лъагъун.
Уэ уи нэм хуэпхьым псэм ухуахьыр, Псэ хэлъхьэ Ӏуэхуми – ефӀэкӀуэнщ, ГъащӀэм и телъхьэр лъагъуныгъэщ, Бзаджагъи мыви ар текӀуэнщ.— Ягъажьэ щӀакхъуэ хъуреишхуэу. «Вагъуэ махуэ», 353
+2 örnek
Си нэм хуэсхьым и щхьэц Ӏувыр МафӀэ бзийуэ соухуэн— Сызыпэплъэ. «Дамыгъэ», 96
Сянэм и бзэу си нэм хуэсхь, Уэ къыптехуэр схуохъу удын.— Гъуэгу къежьапӀэ. «Мывэ хуабэ», 84
нэм Ӏугъуэ къыщӀихын
Мыарэзыуэ, гукъанэ, губжь хэлъу плъэн.
Афицарым мычэму и нэм Ӏугъуэ къыщӀрегъэх, ар къыпыгуфӀыкӀыурэ уи пэр пиупщӀын, уи нэр ирищӀын жыхуэпӀэр зыуи къридзэртэкъым, ухуеймэ, цӀыхум и фэр зэрытрахыр мыпхэуэдэущ, жиӀэурэ къыпщыдыхьэшх зищӀурэ уи фэр трихынущ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 87
+1 örnek
[Алыджыкъуэ:] ЦӀыхубзыр къызэплъэкӀмэ, и нэм Ӏугъуэ къыщӀех, къысхузэгуэпу зэгуоуд.— МелыӀыч, 444
[и] нэм Ӏугъуэ къыщӀэгъэкӀын
Зэрыгубжьар и нэгум къищын, и плъэкӀэмкӀэ къэпщӀэн.
КъыщӀегъэкӀыр и нэм Ӏугъуэр, Ӏупэ пшэрыр щӀокӀэзызэ, ПащӀэ кӀыхьыр егъэлыгъуэ, Губжьу иӀэм зэщӀикъузэу.— Тисей, 50
нэм нур къыщӀихын
Гуапагъэ, гуфӀэгъуэ нэм къыщӀихын.
Хъыджэбзым и набдзэр хигъэлъэтами, и нэм нур къыщӀихыу къэлыдами, гуфӀэу и Ӏупэр фӀызэтежми, нащхьэ ищӀами – псоми гу лъитэрт Елдар, зэрыпсэури арат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 101
+1 örnek
Уэ сыпӀуплъэу уи нэр къыщылыдкӀэ, Нур къыщӀихыр гуапэу гум къинащ, УнэщхъыфӀэу губгъуэм ущыдэкӀкӀэ, Сыпхуэзэну гъуэгур сэ схъумащ.— СыпхуэзэхукӀэ щэхуу… Бгы лъапэхэм деж, 40
нэм мафӀэ къыщӀихын
Хуабжьу губжьын, къытехьэн.
Къэхъуакъэ куэдрэ, сыгубжьамэ, Си нитӀым мафӀэ къыщыщӀих, Нэм имылъагъур Ӏэуэлъауэм, Къэхъуащ тхьэкӀумэм щызэхих— Си нитӀ. «Вагъуэ махуэ», 311
нэм мафӀэ къилъэлъын
Фызыжьми гу лъимытэу къэнэнт адэм и нэм мафӀэ къызэрилъэлъым, арщхьэкӀэ ищӀэркъым къыщӀытехьар.— КӀапсэ кӀапэ, 17
Еплъ: нэм мафӀэ къыщӀихын
нэм щӀы имылъагъун
Губжьым, шынагъуэм н.къ. и нэр къыщхьэрипхъуэн.
Махъсымэр чейр къызэривыкӀым ещхьу, Нурхьэлий и щхьэр къызэщӀэвауэ дунейм техуэжыртэкъым, езыри зэ адэкӀэ, зэ мыдэкӀэ щӀихьэрт, и нэм щӀыр имылъагъужу— Хъуэпсэгъуэ нур, 227
+2 örnek
Дисэ и нэм щӀы имылъагъуж жыхуаӀэм хуэдэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 135
Сэри зызгъэпсэхун мыгъуэу арт сызыхуейр, си нэм щӀы сызытетыр имылъагъужу сыкъэнащ, жейм сезэгъыркъым— Аргъуей, 388
нэр гъэплъэн
1. Нэплъэжыгъуэ егъэгъуэтын, егъэӀуэтэжын, гъэтыншыжын.
Дотий дэнэкӀэ къыщыпсалъэми и бгъэгум ӀэштӀымкӀэ еуэжырт: сэ схуэдэу цӀыхум фӀы къехъулӀэмэ зыфӀэфӀ щымыӀэ, сэри сызэщэр хэкум я нэр згъэплъэну, я дунейр нэху сщӀыну аращ, жиӀэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541
2. Нэплъэжыгъуэ емытын, гугъуехьым хэгъэтын.
Гуащэр къынтӀэкъынтӀэу, къытехьэрей хъуауэ хъыджэбз цӀыкӀум и нэр игъэплъэжыртэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 524
нэр гъэупӀэрэпӀэн
НапӀэр кӀэщӀ-кӀэщӀурэ зэтеплъхьэ-зэтепхыу щытын.
Шей иригъахъуэу шеныкышхуэр зэриӀыгъыу щытт, и нитӀыр игъэупӀэрапӀэу, милиционер къыщӀэкӀуар зыхуихьынур имыщӀэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557
нэкӀэ гъэхъун
Уи нэр томыгъэкӀыу кӀэлъыплъын, еплъэкӀуэн.
Хъыджэбзхэми арат плъапӀэу яӀэр, щхьэж зыпылъ щӀалэр нэкӀэ ягъэхъуу— Хъуэпсэгъуэ нур, 96
нэр къэлыдын
Уэ сыпӀуплъэу уи нэр къыщылыдкӀэ, Нур къыщӀихыр гуапэу гум къинащ, УнэщхъыфӀэу губгъуэм ущыдэкӀкӀэ, Сыпхуэзэну гъуэгур сэ схъумащ— СыпхуэзэхукӀэ щэхуу. «Бгы лъапэхэм деж», 40
+1 örnek
Хъыджэбзым и набдзэр хигъэлъэтами, и нэм нур къыщӀихыу къэлыдами, гуфӀэу и Ӏупэр фӀызэтежми, нащхьэ ищӀами – псоми гу лъитэрт Елдар, зэрыпсэури арат— Хъуэпсэгъуэ нур, 101
Еплъ: нэр къилыдыкӀын
нэр къилыдыкӀын
ГуфӀэгъуэ, гурыфӀыгъуэ, гукъыдэж уиӀэм щхьэкӀэ нэр къицӀуукӀын.
А хъыджэбзыр зэралъагъуу ЩӀалэ псори къытехуащ, Хэт и нитӀыр къолыдыкӀыр, Хэт техьэгъуэ къытехьащ.— Дохутыр. «Мывэ хуабэ», 34
+2 örnek
Тинэ бостей кӀыхь щыгъыу, гъэщӀэрэщӀауэ, и Ӏупэ цӀыкӀур плъыжьыбзэу лауэ, и нэ дахитӀыр къилыдыкӀыу, сурэтыр емыщхьыпэми, ещхьу жиӀэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 638
ХакӀуэм и нитӀыр къилыдыкӀыу хъыджэбзым къеплъырт— Нал къута, 229
нэкӀэ къемыплъын
Зыуи къимыдзэн, къыщымыхъун, къыфӀэмыӀуэхун.
Арыншами ебгъадэ фызыр нэкӀэ къоплъыркъым, укъызэрилъагъуу пэгунитӀ къещтэри псыхьэ макӀуэ, къигъэзэжмэ, пхъэ екъутэ, мафӀэр зэщӀегъэст, Ӏусыпс фӀедзэ, шхын егъэхьэзыр, унэр зэлъыӀуех, хьэкъущыкъу етхьэщӀ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528
+2 örnek
Валерии и закъуэу, кабинетым щӀэсу къыщӀыхьати, и жыпым ита коньяк птулъкӀитӀ стӀолым хутрегъэувэ вагъуитху ятету, арщхьэкӀэ Валерэ нэкӀэ къеплъыркъым.— КӀапсэ кӀапэ, 16
Иужьым укӀурия пэтми, зыми нэкӀэ къеплъакъым [Анка] Ӏус хуахьами епэмыххакъым— Анка, 384
нэр къижын
Нэ кугъуэр напӀэм къигъэкӀын.
Бажэ бзаджэм и нэр къож, ХьэкӀэкхъуэкӀэр зэбгрож— Бажэ пшынэ, 14
нэр къижу
Нэр напӀэм къикӀыу.
Езыр гъуру, и нэр къижу, и ныбэр игъуэжауэ, сытым деж бгъэтӀысми зы мэл гъэва ишхыфынут, цырибон шэтвэр абы дрифу— Хъуэпсэгъуэ нур, 87
+2 örnek
Къимыгъэзэжу пӀэрэ Думэсарэ, жиӀэу, Диси зиудыгъуауэ бжыхь джабэм кӀэрыст и нитӀыр къижу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 144
ЩӀалэ цӀыкӀум и гъыныр пичауэ и нэ цӀыкӀуитӀыр къижу хъыджэбзым йоплъ.— Лъапсэ, 33
нэр къигъэжын
Нэ напӀэм къигъэкӀын.
Зыхуихьыныр имыщӀэу и нэ нащхъуитӀыр къригъэжу къызэплъащ.— МелыӀыч, 441
[и] нэр (нитӀыр) къихуу
Къэгузэвауэ, шынауэ е гъэщӀэгъуэн къыщыхъуауэ.
Пэжу, Астемыр Псыхуабэ зэрыкӀуэрэ махуищ фӀэкӀа мыхъуу, Нурхьэлий и нитӀыр къихуу, и жьафэр къыӀурылэлу алмэстым ещхьу Налшык ХьэтӀохъущокъуэ садым хэсу къыщагъуэтащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 240
+2 örnek
Дорофеич, и гъуэншэдж тхьэӀур ӀитӀкӀэ иӀыгъыу, къажэрт, и нитӀыр къихуу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625
Шамум вертолет макъ щызэхихым, и нэр къихуу, пщыӀэ зэгуэтым ещхь и пащхъыным зэрыбауэ хьэуар къемэщӀэкӀыу гужьеяти, ар щалъагъум, дызыубыдахэм нэхъ я фӀэщ хъуащ сэ жысӀэм нэхърэ— ХьэщӀэ лъапӀэ, 401
[и] нэр къихун
И нэр къытримыгъэкӀыу, тедияуэ, телъыджэ къыщыхъуауэ.
Рум и щысыкӀэр зыкӀи къыфӀэӀуэхутэкъым, спектаклым дихьэхауэ и нитӀыр къихурт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661
+1 örnek
Ботэх и нитӀыр къихурт, сэри зыгуэр къыслъысыну пӀэрэ жиӀэу, арщхьэкӀэ абы сыт къылъысынт, къызылъысыр зи фоч мэзхъумэм деж къэзыгъэнар арат.— Лъапсэ, 69
нэр къицӀуукӀын
Куэд дэмыкӀыу къэсащ дохутыр лъакъуэ кӀэщӀ ПэтӀинэ цӀыкӀу, и нэ хъуреитӀыр къицӀуукӀыу.— Лъапсэ, 13
Еплъ: нэр къилыдыкӀын
нэр къыщихун
Ӏуэхугъуэ гуэрым къару куэд тегъэкӀуэдэн, гугъу дехьын.
КӀапсэм дэкӀуей щӀалэм и нитӀыр къыщихуа пэтми, къехыжыну мурад иӀэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 99
+1 örnek
Жыгей гъумыр мышкъышыр къыздэӀэпыкъууэ си дамэм щытеслъхьэм, си псэм зэхищӀащ зэрысхуэмыхьынур, арщхьэкӀэ цӀыхубзми Ӏэ лъэныкъуэжкӀэ къыздигъэпсынщӀэ хуэдэу къыщызбгъэдэувэм, си нитӀыр къыщихуами, сыкъежьащ, сигъэшхэну зэрыжиӀар си гурыфӀыгъуэти— МелыӀыч, 439
нэр мыгъэплъэн
Нэплъэгъуэ емытын, гугъу егъэхьын, бэлыхь тегъэлъын.
Астемыр щыгъупщакъым Инал учител курсым къажриӀар: «Къэрэхьэлъкъым я нэр зымыгъаплъэр мэжджытырщ, икӀэщӀыпӀэкӀэ зэхуэщӀын хуейщ», жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640
нэр темыгъэкӀын
Нэр къытумыгъэкӀыу кӀэлъыплъын, еплъэкӀуэн, зэрыщытыр зэгъэщӀэн.
Аралп, уи нэ ятумыгъэкӀ абыхэм, хэт сыт жиӀами къызжеӀэ мыдэ, къысӀэрыгъыхьэ закъуэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 120
+1 örnek
Мо къуэгъэнапӀэм къызэрыкъуэкӀрэ си нэр тезгъэкӀакъым, - жиӀэри щакӀуэр къэтэджыжауэ ятӀэ къыкӀэрыпщӀар зыкӀэрегъэлъэлъ, лъы къэзыцӀэлари удз иӀуэнтӀауэ абыкӀэ трелъэщӀыкӀыж.— Лъапсэ, 72
нэр темыпыӀэу
НапӀэзыпӀэм, псынщӀэ дыдэу.
Мажэр, мажэр плӀыри зэуэ, Псоми я шым къыжьэдакъуэ МакӀуэ плӀыри, уакӀэлъыплъым, ТемыпыӀэу нэр шы лъакъуэм— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 42
+1 örnek
Афицархэр къыщыщӀэпкӀам, писарыр къыщылъэтат честь къаритынуи, модрей тӀур нэр темыпыӀэу тетым и кабинетым щӀыхьащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 114
нэр тенэн
Зыгуэрым нэр къытомыгъэкӀыу еплъын, нэр тедиен.
Лу и нэ цӀыкӀуитӀыр къилыдыкӀыу Думэсарэ и нитӀыр зытена Астемыр еплъырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 194
+2 örnek
- Инал, - жиӀащ Ӏэюб, машинэм и нэр тенауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525
ХьэкурынэкӀэ зэджэ гъукӀэр абы ейти, зыгуэрым срещэ е срехъуэжри сегъэунэхъу жиӀэу гузавэу щытт, и нитӀыр Къетау тенауэ.— Лъапсэ, 61
нэр теплъызэн
ЩӀакӀуэм ещхъу жэщ фӀыцӀабзэм Хъыджэбз пцӀанэу телъщи мазэр Вагъуэр пщӀыпщӀу къахукъуоплъыр, Нэр теплъызэу сэри соплъыр.— Мазэ. «Мывэ хуабэ», 271
+2 örnek
Дадий и щӀалэм емыплъу Топлъызэ и нэр стӀол лъакъуэм— Адэ, 134
ЩӀалэхэм нартыхущхьэ зырыз яӀыгъыу щашхкӀэ, Хьэбибэ жыг къуагъым къуэту еплъырт, и нэр теплъызэмэ, Албиян артиллеристхэм яхэс хуэдэу къыфӀэщӀырт— Нал къута, 233
Еплъ: нэр тенэн
нэр теубыдэн
Нэр къытумыгъэкӀыу зыгуэрым еплъын.
ӀэлъэщӀ фӀыцӀэ ин телъу здэщысым, хъыджэбзым и нитӀыр Къазджэрий теубыдауэ къеплъырт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665
+1 örnek
Псы плъэгъуамэ, уи диным уокӀ, - кхъухьыпщым и нитӀыр къаз лъакъуэ плъыжьым триубыдащ.— Кхъухь пхэнж, 505
нэр техуэн
Зыгуэр къэлъагъун.
Сыплъэри – си нэр щӀытехуар сымыщӀэу гъуэлъыпӀэм илъ пхъэбгъуитӀым я зэхуакум дэхуауэ тхылъымпӀэ тӀэкӀу къыдощ.— МелыӀыч, 474
нэр уфӀыцӀын
Зыри умылъагъу напӀэр къегъэхын, нэр зэтепӀэн.
Жэщыр щӀакӀуэ фӀыцӀэщ, И нэр уфӀыцӀащ.— Дыгъэм, кхъухь кӀуэкӀафӀэу. «Вагъуэ махуэ», 101
+2 örnek
Фоч щыбгъауэкӀэ буфӀыцӀын хуей нэр арт къигъаплъэ мыхъур.— Щынэхужьыкъуэ, 67
Фоч уэ макъым и тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуиуда хуэдэу Ботэх дэгу хъуауэ и нэр еуфӀыцӀ, щыхьым емыплъыфу— Лъапсэ, 71
нэр гъэджылын
Нэм хуабжьу фӀэдэхэн, уитхьэкъун, узыӀэпишэн.
Бгы джабэм уи нэр игъэджылу Удз дахэ итыр къыщыщып— Мэкъуауэ. «Дамыгъэ», 233
+2 örnek
ЩӀыналъэр зэрыщытауэ дахащэт, гъавэр уэшхым я кӀуапӀэщ, къызэщӀэрыуащи, нэр егъэджылыр, хъупӀэм Ӏэщу итыр абы хуэдабзэщ.— Кхъэлэгъунэ, 375
Хъыджэбзыр дахэ дыдэщ, уеплъмэ, нэр егъэджыл, къэзылъагъум гу къылъетэ, езыр къабзэ цӀыкӀущ, лъэгъугъуафӀэщи, цӀыхур зыӀэпешэ, хьэл дахэ хэлъщ, щӀыкӀафӀэщ, дэбгъуэн щыӀэкъым— Лэчымэ, 392
нэр ункӀыфӀын
Псори кӀыфӀ хъун зыри имылъагъужу и гур къызэӀыхьэн. - 55.
СыкӀуэдащ, ситхьэлащ жиӀэу и нэр щыункӀыфӀ дыдэм, Апчарэ епхъуэри къыхиубыдыкӀащ— Щынэхужьыкъуэ, 54
нэм щыджылын
Хуиту емыплъыфын, узэримыгъэплъын.
Нэм щыджылу, гум пэблагъэу Китаишхуэм и ӀэщӀагъэу Тыгъэ куэдыр удахьэхыу Къагъэхьащи догъэщӀагъуэ.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 58
нэр щӀэукъуэнцӀэн
Нэр хьилагъ хэлъу зэхуэшэн. -466.
Аралпыр стӀол лъагэ щытым бгъэдэувэри, щӀопщ иӀыгъыр щӀопщыкъумкӀэ стӀолым тригъэувауэ, зыкъомрэ и пащхьэм итхэм яхэплъэу щытащ, и нэр щӀиукъуанцӀэу, и жьэ бгъуэжьри Ӏушэ ищӀауэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 88
+1 örnek
КъынтӀэ-къынтӀэ хъууэ, бжьыхьэкӀэ акъужь папщэм ещхьу, къулыкъу къысхуигъэфащэхэр щызмыдэм, и нэр щӀиукъуанцӀэу къызоплъри къызоупщӀ: - сыт хуэдэ къулыкъу пхузэфӀэкӀынур?— МелыӀыч, 465
нэр щӀегъэлъэфэн
Нэхужьыбэр къыщӀэмыщу напӀэр хуэмурэ ехьэхын, дэхьеижын.
Зэзэмызи и нэр щӀригъэлъафэрти и Ӏэ фӀыцӀитӀыр цы кӀыр зытет и нэкӀум щихуэжырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 78
+1 örnek
Зы молэ пщэ кӀыхь гуэрым и нэр щӀригъэлъафэу мычэму нэмэзыбзэ къибжырт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654
нэм щӀэплъэн
Пэжагъ къэплъыхъуэу нэм еплъын.
ИтӀанэ и нэм сэ сыщӀэплъэу Сабийм и закъуэ тхьэ хуэсӀуащ: Абы и гуауэм сигу къигъэплъу, Сэ илъ сщӀэжыну ныжесӀащ.— Сабий. «Шум и гъуэгу», 20
нэм щӀэлъми къыщӀэмыхын
ФӀы дыдэу лъагъун.
Хьэбибэ и нэм Данэ цӀыкӀу щӀэлъми къыщӀихынукъым.— Щынэхужьыкъуэ, 50
нэм щӀэбжьэн
Нэпсыр къыщӀихуу нэр зыгуэрым (Ӏугъуэ, мэ гуащӀэ с. ху.) щӀисыкӀын.
ЩӀакхъуэмэм хэтщи Ӏугъуэ мащӀэ, Уи нэм щӀэмыбжьэу удехьэх— Ди унэжь. «Щхьэлыкъуэ», 380
нэри пэри ихьу
Ин дыдэу.
БгъуэнщӀагъым я щӀагъым псы уэрыр, нэри пэри ихьу, щожэх икӀи псы еуэкӀыпӀэм деж бгы нэпкъ лъагэ, удэплъеямэ пыӀэр пщхьэрыхуу иӀэщи, а бгы джабэм пцӀащхъуэ абгъуэм ещхьу бгъуэнщӀагъ цӀыкӀу зыкъоми иӀэщ.— Нал къута, 253
нэр фӀыкӀэ еплъын
Гуапагъэ, арэзыныгъэ хэлъу зыгуэрым еплъын.
Уэ сыт бзэкӀэ упсэлъами, ТщӀыркъым дэ лъэпкъ зэхэгъэж; Уи нэр фӀыкӀэ къыдэплъамэ, Гурылъ къабзэр догъэпэж— Фыкъеблагъэ, хьэщӀэ. «Партыр ди пашэу», 100
нэм нэху егъэлъагъун
Гъэтыншыжын, гупсэхугъуэ етыжын.
Лу, дауи, и гуи и щхьи къэкӀыртэкъым а властыр къуажэ псоми, зэрынэсар, дыгъэ нурым хуэдэу, цӀыхухэм я гур игъэхуабэу, нэм нэху иригъэлъагъуу, гъатхэм хуэдэу, къэрэхьэлъкъыр игъэгуфӀэу хэкум къызэрихьар— Хъуэпсэгъуэ нур, 315
нэм зыри имылъагъужын
Губжьым шынагъуэм, н.къ. и нэр къыщхьэрипхъуауэ.
Джэлил къэргъейр зэрыс абгъуэм къридзыну щыхуежьэм, модрейри къеӀэри адакъэм и сыдж плъыжьышхуэр зыӀэщӀигъыхьэри абгъуэм къыщилъэтым, адакъэм и щхьэр унэзауэ, и нэм зыри имылъагъужу, зы къудамэм къытехумэ, адрей къудамэм къытехуэурэ къехуэхри джэдкъаз къомым я пащхьэм къихуащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 494
+1 örnek
Къэрэжьи къикӀуэтынум ящыщтэкъым, и къамэжь гуэлэлым еӀэнщи, и Ӏупсыр къыжьэдипхъыу, и нитӀри плъыжь хъуарэ зыри имылъагъужу зэгуэзыгъэпам и ныбэр къригъэхуну хьэзырыпсщ.— Лъапсэ, 35
[и] нэкӀэ лъагъун
Белджылыуэ, хьэкъкӀэ и фӀэщу, пэж дыдэу щытын.
Лермонтовым итхам нэмыщӀа нэгъуэщӀ тхылъ Ӏэджи зэрыщыӀэр Лу и нэкӀэ илъэгъуащ, Къазджэрий и тхылъ къомым щыхэсам— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609
+2 örnek
Локотош и гум къэкӀащ зы дезертир гуэр къигъуэту партизан отрядыр строй ищӀурэ я нэкӀэ ялъагъуу хуэфащэ ирищӀэну— Нал къута, 254
Океаныр зэпыдупщӀри Америкэу зи гугъу къытхуащӀу щытар ди нэкӀэ тлъэгъуащ— Лэчымэ, 392
нэ щыхуэн
Нэхъ игу къыдыхьэр, адрейхэм къахихыр, и нэфӀ щыщыхуар.
СыщӀэупщӀэурэ кхъухь зыщӀыф нэхъ ӀэпщӀэлъапщӀэ къэзгъуэтынщ, псэущхьэ си нэ зыщыхуауэ мэзым щӀэтыр абы дэӀэпыкъуэгъу хуэсщӀынщи – ди кхъухьыр хьэзырщ— Кхъухь пхэнж, 497
нэр хузэтемыхын
И жеин къэкӀуэн, жейм иубыдын.
Лу абыхэм якӀэщӀэдэӀухьырт, Къылышбий и къуэм и хъыбарыр фӀэгъэщӀэгъуэну, арщхьэкӀэ Жыраслъэн и пащӀэр къызэрытричам и гугъу ящӀа нэужь, куэд дэмыкӀыу жейр къытеуати, и нэр хузэтехыртэкъым, итӀани едаӀуэрт жаӀэм— Хъуэпсэгъуэ нур, 123
нэр хъэрэхъэн
Гужьеин, шынэн, гузэвэгъуэ ихуэн.
И нитӀри хъэрахъэу бжэ фӀыцӀэм еплъырт, абы къыщӀэкӀыр капитаным къеуэну къыщӀэкӀын хуэдэ.— Нал къута, 241
Atasözleri (3)
нэм илъагъур Ӏэм ещӀэ
ЦӀыху ӀэпщӀэлъапщӀэм хужаӀэ. -181.
Нэм илъагъур Ӏэм ещӀ жыхуаӀэр арати, Астемыр гурыхуэу къыщӀэкӀащ, жыпхъэхэр ятӀэм къыхищӀыкӀыу зы тхьэмахуэм есат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 180
+2 örnek
Аурэ, нэм илъагъур Ӏэм ещӀэ жыхуаӀэр арати, ЛӀыгъур цӀыкӀуи ӀэщӀагъэм йосэ, ӀэпщӀэлъапщӀи мэхъу.— Лъапсэ, 102
Нэм илъагъур Ӏэм ищӀэнущ, ЖаӀэу щӀалэм зэхихащи, Сыт ухуейми пхуищӀыфынущ, И ӀэщӀагъэм тегушхуащи.— Тисей, 509
нэр зыдэплъэм лъэр лъоӀэс
Мурад пщӀыр зыбогъэхъулӀэф.
ГъащӀэм фӀыкӀэ къыпызыщэм: - ЕтӀанэгъэ фӀыкӀэ нэс! – ЖысӀэу и Ӏэр субыдамэ, Нэр зыдэплъэм лъэр лъоӀэс.— Си хъуэхъу. «Батырыбжьэ», 40
+2 örnek
Уи нэр зыдэсым Уи лъэр лъоӀэсыр. Къырым илъ дани УлъэӀэсакъэ.— Адыгэ хэку. «Дамыгъэ», 224
Зыхуейр къехъулӀэу зылӀ есащ, Зыдэплъэм и нэр – Ӏэр лъоӀэс, Зэм жьыбгъэм шууэ ар шэсащ, Зэм докӀуеипэр уафэм нэс.— Зыхуей къехъулӀэу зылӀ есащ… Вагъуэ махуэ, 324
[уи] нэм къеӀэм и псэм еӀэ
Бийм, жагъуэгъум къуищӀэр хуэмыгъэгъун.
Ди нэм къеӀэм, и псэм деӀэу Дэ
Kitapta geçtiği hali
НЭ (253). ЦӀыхум, псэущхьэм дунейр зэрилъагъу, зэрыплъэ. Мес, Тембот къэтэджауэ мафӀэ ещӀ, - жиӀэрт Астемыр, уи нэр къызэтехи къаплъэт, щхьэц хъурыфэ… Хъуэпсэгъуэ нур, 307. СфӀэфӀат мурадыр къызэхъулӀэм – Нэм имылъагъум гу лъыстащ. Си нитӀ. «Вагъуэ махуэ», 311. Албиян и нитӀыр зэтепӀауэ хэлът, Дон Ӏуфэ щилъэгъуа зауэр кином хуэдэу и нэгум щӀэкӀыжу. Щынэхужьыкъуэ, 31. ◊ [И] нэ ирегъэщӀыжын (1). Уи бийхэр къыщӀофыгъуэн, яфӀэфӀ мыхъун гуэр зэгъэхъулӀэн, зыӀэрыгъэхьэн. Мэремкъан нысашэ жиӀэу хэмытыххэнкӀи хъунт, и жагъуэгъум я нэр ирыригъэщӀыжыну имымурадтэмэ, сыту жыпӀэмэ Инал иукъуэдият: щхьэж зыфӀэфӀыр кърешэ, хэт дэкӀуэнуми дрекӀуэ, лъэпкъ зэхэгъэж щыӀэкъым, жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 574. Нэ ищӀын (3). Нэф щӀын, хьэфиз щӀын. Уи жагъуэгъу псэм къеӀэмэ, Уэреда, И нэм уеӀэу ипщӀрэ, Уареда, Афэ джанэр уи лӀыгъэу, Уэреда. Гущэкъу уэрэд. «Щхьэлыкъуэ», 390. Афицарым мычэму и нэм Ӏугъуэ къыщӀрегъэх, ар къыпыгуфӀыкӀыурэ уи пэр пиупщӀын, уи нэр ирищӀын жыхуэпӀэр зыуи къридзэртэкъым, ухуеймэ, цӀыхум и фэр зэрытрахыр мыпхуэдэущ, жиӀэурэ къыпщыдыхьэшх зищӀурэ уи фэр трихынущ. Хъуэпсэгъуэ нур, 87. [И] нэ къикӀын (12). Егъэлеяуэ зыгуэрым хуеин, щӀэхъуэпсын, хуэпэбгъэн. Инал йогупсыс: мыбы хуэдизу цӀэрыӀуэ хъуа, пщӀэшхуэ къызыхуащӀ щӀэныгъэлӀым Мэзкуу къыдэкӀыу ди хэкум нэкӀуэжыну щхьэ и нэ къикӀрэ, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529-530. Капитаныр отрядым и къэкӀуэжыкӀэ хъуам щӀэупщӀэну и нэ къикӀырт. Нал къута, 266. Дэри ди нэ къикӀырт Тыркум щыӀэ адыгэхэм я хъыбар Алий жедгъэӀэну. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521-522. [И] нэ къыхуикӀын (17). Зыгуэрым щӀэхъуэпсын, хущӀэкъун. Лу къалэм, зэи кӀуатэкъыми, и нэ къыхуикӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 112. …ЩӀалэр мэгупсысэ, ӀэщӀагъэщӀэм нэр къыхуокӀ, Гъуэгухэм нэпкъыр ящӀыр кусэ, Грузовикхэр щызэблокӀ. МакӀуэр щӀалэр ауз гъуэгукӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 54. И шыпхъум ещхьу лъагъугъуафӀэ цӀыкӀут, ауэ иджыри джэгу хыхьатэкъым, пшынауэ зищӀыну и нэ къыхуикӀырти, пшынафэ ищӀурэ ахъшэ зэхуихьэсу пшынэ къищэхуну мурад ищӀащ. Къалэн, 429. [И] нэ къимыхьын (12). Зыри фӀэмыӀэфӀу, зыри хуэмейуэ, гукъыдэжыншэу щытын. Сыпхуэусэу уигу хэщӀамэ, Гъатхэ дахи нэм къимыхь. Дыгъэр къепсмэ, ди нэ ди псэщ. «Батырыбжьэ», 69. Зыр мэшхыдэ е мэгие, Игу мафӀэгур иримыхьу, Зыр щхьэукъуэу дэсщ плӀанэпэм, И ни и пси зы къимыхьу. МылӀэжыныгъэм и мафӀэгум. «Дамыгъэ», 234. Псоми я гуфӀэгъуэми, Лу и нэ къихьыртэкъым илъагъур. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 599. [И] нэ къитӀэтӀу (1). гуем. Нэр къижу. Мэмэт-щӀакъуэр къэтэмэкъкӀэщӀащ, и нитӀыр плъыжьыбзэ къэхъуарэ къитӀэтӀу, и ныбэм и нэхъыбэри стӀолым телъу, и лъакъуэр ерагъыу къыщӀэувэу. Лъапсэ, 47. ЩӀыр совет властыращ зейр! – жиӀэу лӀы щэджащэу Кобуловыр къыхэгуоукӀым дежкӀэ щеплъэкӀым, модрейми инэралым и нэ къитӀэтӀыр щилъагъум, къызэщӀэплъа пэтми, зиущэхужащ. Лъапсэ, 92. Нэ лейкӀэ еплъын (19). Нэхъ хэхауэ, нэхъ гуапэу хущытын. Иринэ жагъуэу илъагъуртэкъым уанэщӀыр, уеблэмэ нэ лейкӀэ еплъырт. Нал къута, 231. [Шлоссер жиӀэу:] Си гугъэщ фэри нэ лейкӀэ фыкъыдэплъу, сыту жыпӀэмэ нэмыцэ лъэпкъыр ӀэнатӀэшхуэм дыпэрытщ, исторэм къыдилъхьауэ ди пщэм Ӏуэхушхуэ къыдэхуащ. Гъуэгуанэ, 100. Арыншами Джэлил и фӀыцӀэ Ӏуауэ джэд анэщӀэ къомыр нэ лейкӀэ къеплъырт, и закъуэуи кърагъэкӀухьыртэкъым, дэнэкӀэ кӀуэми, джэдищ-плӀы и гъусэу, езыми зигъэфэрыщӀу улъэпхъащэрт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479. Нэ жагъуэкӀэ къегъэплъын (1). Ухуэмыарэзыуэ, губгъэн, губжь хэлъу еплъын. ЛӀатӀифэ куэд лъандэрэ абы гу лъитащи, студентхэр нэ жагъуэкӀэ къызигъэплъыну иужь итщ, къахуэзэмэ, си Ӏей фӀэкӀа сифӀ лъэпкъ жиӀэнукъым, щӀалэгъуалэми яфӀэфӀыххэкъым абы сиубу. Лъапсэ, 9. [И] нэ и псэу илъагъун (1). Зыми химылъхьэу, хуимыгъадэу, фӀы дыдэу лъагъун. Си нэ, си псэу арщ щӀэслъагъур, Щызмылъагъум си гур хощӀ. ПсыӀэрышэ. «Батырыбжьэ», 7. [И] нэ [и] псэ (19). ФӀыуэ илъагъу, зыми пимыщӀ. Сэри си нэт, си псэт шыр къэсшэжу шэщым щӀэзгъэувэжыну. Анка, 384. Ущхьэхуиту упсэуамэ, Лъагъуныгъэм гъэр уищӀынщ, И дакъикъэр уи нэ, уи псэу Илъэс псоми япэпщӀынщ. Лъагъуныгъэ. «Вагъуэ махуэ», 322. Луи и нэт, и псэт Тинэ и закъуэ хуэзэну, арщхьэкӀэ нейӀэмал. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 524. [И] ни [и] пси къимыхьын (1). Зыгуэр фӀэмыфӀын, хуэмеин. Зыр мэшхыдэ е мэгие, Игу мафӀэгур иримыхьу; Зыр щхьэукъуэу дэсщ плӀанэпэм, И ни и пси зы къимыхьу. МылӀэжыныгъэм и мафӀэгум. «Дамыгъэ», 234. Нэ (къы)техуэн (3). Зэрыдахэм, зэрыфӀым къыхэкӀкӀэ хъуапсэнэкӀэ зыгуэр къеплъу абы сымаджэ ирихъун. Шым нэ къытемыхуэн щхьэкӀэ, Уэрдэщыкъуэ шытепхъуэ темыпхъуауэ шэщым къыщӀишыртэкъым, къыщыщӀишри пшапэр зэхэуауэт е жэщырт. Нал къута, 266. Шыр зейм зэрыжиӀэмкӀэ, Анка нэ техуауэ арат, зэкӀуэцӀыгъуарэ фаджэу щыта пэтми, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зауэлӀхэр тесу махуитӀкӀэ ягъэхьэулеяуэ Анка къашэжа нэужь, епэзэзэхыу, мычэму и нэпсыр къежэхыу, яхуэмышхэу, псы къудей яхуемыфэу шэщым щӀэтащ, мыбы зигъэлӀэжыну и мурад, жаӀэу. Анка, 384. Нэ ӀейкӀэ еплъын (1). Нэщхъ зэхэлъу, нэ жагъуэкӀэ еплъын. Нобэ цӀыхубз къытхыхьари щынэм хуэдэу Ӏущащэу, джэдым хуэдэу быныфӀэу, нэхъыжьыр игъэпэжу, нэхъыщӀэми нэ ӀейкӀэ емыплъу, уи анэжьыр илъагъумэ, къыхуэгуфӀэу, имылъагъуми къыхуэзэшу хъун нысэ тхьэм ищӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585-586. НэкӀэ емыплъын (1). ФӀэмыӀуэхун. Шхын аргуэру къахьам нэкӀэ емыплъу цӀыхур зэныкъуэкъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 178. НэкӀэ еуэн (1). Губжь хэлъу еплъын, нэкӀэ епэбжьэуэн. Къэнокъуэпщыр къэгубжьауэ НэкӀэ йоуэ гъукӀэ лӀыжьым, НытокӀие кӀэщӀу бауэу, ЩӀиӀыгъэжу и ныбафэр, И цеикӀэр тырелъафэр. «Тисей», 506. НэкӀэ шхын (2). 1. (1). ХъуапсэнэкӀэ, уитхьэкъуауэ, нэр къытомыхыжыфу еплъын. ЗэӀущӀэм кърихьэлӀа къомыр ягъэщӀагъуэу а шы къарэм еплъырт, нэкӀэ яшхыным хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 86. 2. (1). ГубжьынэкӀэ еплъын. НэкӀэ ешх жыпӀэнт ар зыуэ еплът Хьэбиби. Щынэхужьыкъуэ, 17. Нэм бжэгъуу къыщӀэуэн (13). Плъагъуну уигу темыхуэн, плъагъуу пхуэмышэчын. Советскэри я бийщ, Ӏуэху зиужь дитри бжэгъуу я нэм къыщӀоуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 574. Саружани дадэр и нэм бжэгъуу къыщӀэуэрти, къыщӀимыгъуу къэнэнт: - ЩӀалэ хъужа и гугъэщ, тхьэ, лъакъуиплӀкӀэ къызэрикӀухьыр фӀэмащӀэ? Къалэн, 431. МыбыкӀэ дарийм хуэлъэрэ, я гур дзапэкӀэ яӀыгъщ, уабгъэдыхьэмэ, зыгуэр къатебудын я гугъэщи, я нэм бжэгъуу укъыщӀоуэ. Кхъухь пхэнж, 495. Нэм къыщӀэуэн (6). Еплъ нэм бжэгъуу къыщӀэуэн. Аннэ Павловнэ а махуэм къыгурыӀуащ ЛатӀифэ зищӀысыр, игури щыкӀри и нэм къыщӀэуэ хъуащ. Лъапсэ, 8-9. …Ар Казбек Машевич имыщӀэу щытамэ, заповедник мэзым кӀуэуэ щыщакӀуэрэт, лъэкӀыныгъэ зиӀэм пцӀыр пэж ещӀыф, армыратэмэ, иджыри къэс иӀыгъ бжьыпэр хуэӀыгърэт, пцӀыр ӀэфӀ къыпӀурыхъуэмэ, пэжри уи гум ирихьыжынукъым, уи нэм къыщӀэуэнкӀи мэхъу… Лъапсэ, 98. Нэм къиубыдын (1). Нэм къызэщӀиубыдэн, къиплъыхьын. Нэм къиубыдыр тенджыз защӀэщ, Уафи псыи зы къыпфӀощӀ. Комор къэрал. «Вагъуэ махуэ», 330. Нэм къыфӀэнэн (10). ЗанщӀэу къэлъагъун, нэм къыщӀидзэн, гу лъытэн. Нобэ псоми дощӀэр тхыдэу Тыркухэр хышхуэм къикӀыу къакӀуэу, Нэм къыфӀэнэр зэщӀаубыдэу, Пщащи щӀали зэдагӀакӀуэу, Яшэу, ящэу щыщытари, КӀэ а ешхуэм езытари. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51. КъэувыӀэт, си къуэш, - жиӀэри Къэрэмырзэ и нэм къыфӀэнар къегъэувыӀэ. Лыгъэ, 408. Нэм къыфӀэуэн (2). Еплъ нэм къыфӀэнэн. ДыгъуэгъуакӀуэри къэвубыди, хабзэм ефт. Фыарэзы абыкӀэ? – жысӀэу сащеупщӀым, иджыри къэс сымылъэгъуа телефоныр си нэм къыфӀэуащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 407. Хъыджэбзыр шы дахэм хуэдэу умыгъэщӀэращӀэмэ, зыми и нэм къыфӀэмыуэу къыдэнэжу дэсынкӀэ мэхъу. Лэчымэ, 389. Нэм къыщӀидзэн (1). ЗанщӀэу къэлъагъун, гу лъытэн. ПащӀэр фӀыцӀэщ, Ӏувщ, кӀырщ, жыжьэу уеплъмэ, япэу уи нэм къыщӀидзэр и пащӀэращ, абы къыкӀэлъыкӀуэу фэ вакъэ фӀыцӀэм ещхь и пэр, лъы къытелъэдэжауэ и нэшхуитӀыр, тепщэч ныкъуэ хуэдиз хъу и тхьэкӀумэр. Лыгъэ, 409. Нэр (къы) тенэн (2). Нэр къытомыгъэкӀыу еплъын, нэгъуэщӀ плъапӀэ имыӀэн. Къылышбий и къуэр унэм щӀыхьэжми, асэтин джыназыр ар здыщӀыхьа бжэмкӀэ плъащ, м нэр тенауэ, иужьым, илъэгъуа къомымкӀэ игу зэгъауэ жиӀащ: - Алыхьым уи Ӏуэху нэхъ лъагэ ищӀ. Хъуэпсэгъуэ нур, 118. Лу Ӏуащхьэшхуэм еплъырт, и нэр тенауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 300. ЛӀо, гипноз сыпщӀыну ара, уи нэр къыщӀыстенар? Лъапсэ, 65. Нэр къыщӀэплъын (2). Зыгуэрым (набдзэ, пыӀэ с.ху.) и лъабжьэм къыщӀэплъын. И пащӀитӀыр сытхъу телъ хуэдэ, тхъууэ хуежьат, и нитӀри набдзэ кӀырым и щӀагъым къыщӀэплъырт, и жьакӀэр зэзэмызэ фӀэкӀа иупсыртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 162. ЕтӀуанэрей шур лъэгъугъуафӀэт, лӀы къекӀут, пащӀэ фӀыцӀэ тӀэкӀур щӀэщат, упщӀэ пыӀэ щӀагъым нэ дахитӀ къыщӀэплъырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 56. Нэр къыщипхъуэн (4). 1. (3). Зыгуэрым (зэгуэпым, шынагъуэм е гуфӀэгъуэм, гурыфӀыгъуэм) уи нэр къыщхьэрипхъуэн, зыри умылъагъужын. ЖысӀэну сыхуэмеиххэу пцӀы гуэр къызжьэдэлъэтрэ сызэгуэудмэ сунэхъакъэ», - жиӀэу и гум къыщыкӀкӀи, шынэурэ и нэр къыщхьэрепхъуэ [Нурхьэлий]. Хъуэпсэгъуэ нур, 155. Щамхьун нэгузыужьыгъуэ ар хуэхъуауэ и нэр къыщипхъуауэ дыхьэшхырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 163. 2. (1). Нэм пшагъуэ къытрихьэн, зыри имылъагъужу хъун. Нурхьэлий и акъылыр тэмэмыжтэкъыми, ищӀэри дахэ-дахэу къыгурыӀуэжыртэкъым, зэзэмызи и нэр къыщипхъуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 230. [И] нэ къыщхьэрипхъуэн (21). Еплъ нэм къыщипхъуэн. Нэмыцэм я нэр къыщхьэрипхъуауэ дзэр жыхьэнмэ мафӀэм хахуэ, къалэр къащтэну еӀэурэ я кӀэтӀийр зэпытхъыным нэсащ. Нал къута, 256. Джэлил джэд къомым езым фӀэкӀа адакъэ хэмыту и гум къыщыкӀым и нэм къыщхьэрипхъуащ, зыкъыфӀэщӀыжати. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475- 476. «Зы къамэ сиӀатэмэ, сыщӀэлъэдэнти, и гущӀэм хэсӀунтэкъэ»,- жиӀэу Исуфыр къызэкӀуэкӀащ, и нэр къыщхьэрипхъуэным хуэдэу. Лэчымэ, 396. Нэм къыщӀэӀэбэр мылъагъун (5). КӀыфӀ дыдэу, зыри умылъагъуу щытын. Жэщыр кӀыфӀщи, хьэ къарэм хуэдэщ, нэм къыщӀэӀэбэр плъагъуркъым. МелыӀыч, 458. Дыгъэр зэрыкъухьэу жэщыр кӀыфӀ хъуащ, нэм щӀэӀэбэр умылъагъу жыхуаӀэм хуэдэу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 399. Нэм къыӀуимыдзэн (3). Имылъагъун, къыфӀэмыӀуэхун, фӀэмыгъэщӀэгъуэнын. Сэ дзэпщым срилӀыкӀуэщ, еплъ си тхылъым, - жысӀэу си хьэфэ тхылъыр къиспхъуэта щхьэкӀэ, хьэрф дэнэ къэна, сэ дахэ-дахэу и нэм сыкъыӀуидзэркъым, Ӏэпэлъапэсыс хъуащи. ХьэщӀэ лъапӀэ, 406. Дэ псым дытесу плъагъу щхьэкӀэ, кхъухь дэнэ къэна, кхъуафэжьей ди нэм къыӀуидзэну дыхуеиххэкъым. Кхъухь пхэнж, 506. Нэр къипкӀыу (1). ФӀэгъэщӀэгъуэну, фӀэтелъыджэу. Рау машинэм къызэрикӀыу, Хъыджэбз цӀыкӀур, мес, къожалӀэ, И нэ цӀыкӀухэр занщӀэу къипкӀыу. «Тисей», 482. Нэм хуэхьын (7). ФӀы дыдэу лъагъун. Уэ уи нэм хуэпхьым псэм ухуахьыр, Псэ хэлъхьэ Ӏуэхуми – ефӀэкӀуэнщ, ГъащӀэм и телъхьэр лъагъуныгъэщ, Бзаджагъи мыви ар текӀуэнщ. Ягъажьэ щӀакхъуэ хъуреишхуэу. «Вагъуэ махуэ», 353. Си нэм хуэсхьым и щхьэц Ӏувыр МафӀэ бзийуэ соухуэн. Сызыпэплъэ. «Дамыгъэ», 96. Сянэм и бзэу си нэм хуэсхь, Уэ къыптехуэр схуохъу удын. Гъуэгу къежьапӀэ. «Мывэ хуабэ», 84. Нэм Ӏугъуэ къыщӀихын (7). Мыарэзыуэ, гукъанэ, губжь хэлъу плъэн. Афицарым мычэму и нэм Ӏугъуэ къыщӀрегъэх, ар къыпыгуфӀыкӀыурэ уи пэр пиупщӀын, уи нэр ирищӀын жыхуэпӀэр зыуи къридзэртэкъым, ухуеймэ, цӀыхум и фэр зэрытрахыр мыпхэуэдэущ, жиӀэурэ къыпщыдыхьэшх зищӀурэ уи фэр трихынущ. Хъуэпсэгъуэ нур, 87. [Алыджыкъуэ:] ЦӀыхубзыр къызэплъэкӀмэ, и нэм Ӏугъуэ къыщӀех, къысхузэгуэпу зэгуоуд. МелыӀыч, 444. [И] нэм Ӏугъуэ къыщӀэгъэкӀын (1). Зэрыгубжьар и нэгум къищын, и плъэкӀэмкӀэ къэпщӀэн. КъыщӀегъэкӀыр и нэм Ӏугъуэр, Ӏупэ пшэрыр щӀокӀэзызэ, ПащӀэ кӀыхьыр егъэлыгъуэ, Губжьу иӀэм зэщӀикъузэу. «Тисей», 50. Нэм нур къыщӀихын (2). Гуапагъэ, гуфӀэгъуэ нэм къыщӀихын. Хъыджэбзым и набдзэр хигъэлъэтами, и нэм нур къыщӀихыу къэлыдами, гуфӀэу и Ӏупэр фӀызэтежми, нащхьэ ищӀами – псоми гу лъитэрт Елдар, зэрыпсэури арат. Хъуэпсэгъуэ нур, 101. Уэ сыпӀуплъэу уи нэр къыщылыдкӀэ, Нур къыщӀихыр гуапэу гум къинащ, УнэщхъыфӀэу губгъуэм ущыдэкӀкӀэ, Сыпхуэзэну гъуэгур сэ схъумащ. СыпхуэзэхукӀэ щэхуу… «Бгы лъапэхэм деж», 40. Нэм мафӀэ къыщӀихын (1). Хуабжьу губжьын, къытехьэн. Къэхъуакъэ куэдрэ, сыгубжьамэ, Си нитӀым мафӀэ къыщыщӀих, Нэм имылъагъур Ӏэуэлъауэм, Къэхъуащ тхьэкӀумэм щызэхих. Си нитӀ. «Вагъуэ махуэ», 311. Нэм мафӀэ къилъэлъын (1). Еплъ нэм мафӀэ къыщӀихын. Фызыжьми гу лъимытэу къэнэнт адэм и нэм мафӀэ къызэрилъэлъым, арщхьэкӀэ ищӀэркъым къыщӀытехьар. КӀапсэ кӀапэ, 17. Нэм щӀы имылъагъун (5). Губжьым, шынагъуэм н.къ. и нэр къыщхьэрипхъуэн. Махъсымэр чейр къызэривыкӀым ещхьу, Нурхьэлий и щхьэр къызэщӀэвауэ дунейм техуэжыртэкъым, езыри зэ адэкӀэ, зэ мыдэкӀэ щӀихьэрт, и нэм щӀыр имылъагъужу. Хъуэпсэгъуэ нур, 227. Дисэ и нэм щӀы имылъагъуж жыхуаӀэм хуэдэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 135. Сэри зызгъэпсэхун мыгъуэу арт сызыхуейр, си нэм щӀы сызытетыр имылъагъужу сыкъэнащ, жейм сезэгъыркъым. Аргъуей, 388. Нэр гъэплъэн (3). 1. (2). Нэплъэжыгъуэ егъэгъуэтын, егъэӀуэтэжын, гъэтыншыжын. Дотий дэнэкӀэ къыщыпсалъэми и бгъэгум ӀэштӀымкӀэ еуэжырт: сэ схуэдэу цӀыхум фӀы къехъулӀэмэ зыфӀэфӀ щымыӀэ, сэри сызэщэр хэкум я нэр згъэплъэну, я дунейр нэху сщӀыну аращ, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541. 2. (1). Нэплъэжыгъуэ емытын, гугъуехьым хэгъэтын. Гуащэр къынтӀэкъынтӀэу, къытехьэрей хъуауэ хъыджэбз цӀыкӀум и нэр игъэплъэжыртэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 524. Нэр гъэупӀэрэпӀэн (1). НапӀэр кӀэщӀ-кӀэщӀурэ зэтеплъхьэ-зэтепхыу щытын. Шей иригъахъуэу шеныкышхуэр зэриӀыгъыу щытт, и нитӀыр игъэупӀэрапӀэу, милиционер къыщӀэкӀуар зыхуихьынур имыщӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557. НэкӀэ гъэхъун (1). Уи нэр томыгъэкӀыу кӀэлъыплъын, еплъэкӀуэн. Хъыджэбзхэми арат плъапӀэу яӀэр, щхьэж зыпылъ щӀалэр нэкӀэ ягъэхъуу. Хъуэпсэгъуэ нур, 96. Нэр къэлыдын (2). Еплъ нэр къилыдыкӀын. Уэ сыпӀуплъэу уи нэр къыщылыдкӀэ, Нур къыщӀихыр гуапэу гум къинащ, УнэщхъыфӀэу губгъуэм ущыдэкӀкӀэ, Сыпхуэзэну гъуэгур сэ схъумащ. СыпхуэзэхукӀэ щэхуу. «Бгы лъапэхэм деж», 40. Хъыджэбзым и набдзэр хигъэлъэтами, и нэм нур къыщӀихыу къэлыдами, гуфӀэу и Ӏупэр фӀызэтежми, нащхьэ ищӀами – псоми гу лъитэрт Елдар, зэрыпсэури арат. Хъуэпсэгъуэ нур, 101. Нэр къилыдыкӀын (29). ГуфӀэгъуэ, гурыфӀыгъуэ, гукъыдэж уиӀэм щхьэкӀэ нэр къицӀуукӀын. А хъыджэбзыр зэралъагъуу ЩӀалэ псори къытехуащ, Хэт и нитӀыр къолыдыкӀыр, Хэт техьэгъуэ къытехьащ. Дохутыр. «Мывэ хуабэ», 34. Тинэ бостей кӀыхь щыгъыу, гъэщӀэрэщӀауэ, и Ӏупэ цӀыкӀур плъыжьыбзэу лауэ, и нэ дахитӀыр къилыдыкӀыу, сурэтыр емыщхьыпэми, ещхьу жиӀэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 638. ХакӀуэм и нитӀыр къилыдыкӀыу хъыджэбзым къеплъырт. Нал къута, 229. НэкӀэ къемыплъын (7). Зыуи къимыдзэн, къыщымыхъун, къыфӀэмыӀуэхун. Арыншами ебгъадэ фызыр нэкӀэ къоплъыркъым, укъызэрилъагъуу пэгунитӀ къещтэри псыхьэ макӀуэ, къигъэзэжмэ, пхъэ екъутэ, мафӀэр зэщӀегъэст, Ӏусыпс фӀедзэ, шхын егъэхьэзыр, унэр зэлъыӀуех, хьэкъущыкъу етхьэщӀ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528. Валерии и закъуэу, кабинетым щӀэсу къыщӀыхьати, и жыпым ита коньяк птулъкӀитӀ стӀолым хутрегъэувэ вагъуитху ятету, арщхьэкӀэ Валерэ нэкӀэ къеплъыркъым. КӀапсэ кӀапэ, 16. Иужьым укӀурия пэтми, зыми нэкӀэ къеплъакъым [Анка] Ӏус хуахьами епэмыххакъым. Анка, 384. Нэр къижын (1). Нэ кугъуэр напӀэм къигъэкӀын. Бажэ бзаджэм и нэр къож, ХьэкӀэкхъуэкӀэр зэбгрож. «Бажэ пшынэ», 14. Нэр къижу (7). Нэр напӀэм къикӀыу. Езыр гъуру, и нэр къижу, и ныбэр игъуэжауэ, сытым деж бгъэтӀысми зы мэл гъэва ишхыфынут, цырибон шэтвэр абы дрифу. Хъуэпсэгъуэ нур, 87. Къимыгъэзэжу пӀэрэ Думэсарэ, жиӀэу, Диси зиудыгъуауэ бжыхь джабэм кӀэрыст и нитӀыр къижу. Хъуэпсэгъуэ нур, 144. ЩӀалэ цӀыкӀум и гъыныр пичауэ и нэ цӀыкӀуитӀыр къижу хъыджэбзым йоплъ. Лъапсэ, 33. Нэр къигъэжын (1). Нэ напӀэм къигъэкӀын. Зыхуихьыныр имыщӀэу и нэ нащхъуитӀыр къригъэжу къызэплъащ. МелыӀыч, 441. [И] нэр (нитӀыр) къихуу (28). Къэгузэвауэ, шынауэ е гъэщӀэгъуэн къыщыхъуауэ. Пэжу, Астемыр Псыхуабэ зэрыкӀуэрэ махуищ фӀэкӀа мыхъуу, Нурхьэлий и нитӀыр къихуу, и жьафэр къыӀурылэлу алмэстым ещхьу Налшык ХьэтӀохъущокъуэ садым хэсу къыщагъуэтащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 240. Дорофеич, и гъуэншэдж тхьэӀур ӀитӀкӀэ иӀыгъыу, къажэрт, и нитӀыр къихуу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625. Шамум вертолет макъ щызэхихым, и нэр къихуу, пщыӀэ зэгуэтым ещхь и пащхъыным зэрыбауэ хьэуар къемэщӀэкӀыу гужьеяти, ар щалъагъум, дызыубыдахэм нэхъ я фӀэщ хъуащ сэ жысӀэм нэхърэ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 401. [И] нэр къихун (12). И нэр къытримыгъэкӀыу, тедияуэ, телъыджэ къыщыхъуауэ. Рум и щысыкӀэр зыкӀи къыфӀэӀуэхутэкъым, спектаклым дихьэхауэ и нитӀыр къихурт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661. Ботэх и нитӀыр къихурт, сэри зыгуэр къыслъысыну пӀэрэ жиӀэу, арщхьэкӀэ абы сыт къылъысынт, къызылъысыр зи фоч мэзхъумэм деж къэзыгъэнар арат. Лъапсэ, 69. Нэр къицӀуукӀын (1). Еплъ нэр къилыдыкӀын. Куэд дэмыкӀыу къэсащ дохутыр лъакъуэ кӀэщӀ ПэтӀинэ цӀыкӀу, и нэ хъуреитӀыр къицӀуукӀыу. Лъапсэ, 13. Нэр къыщихун (2). Ӏуэхугъуэ гуэрым къару куэд тегъэкӀуэдэн, гугъу дехьын. КӀапсэм дэкӀуей щӀалэм и нитӀыр къыщихуа пэтми, къехыжыну мурад иӀэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 99. Жыгей гъумыр мышкъышыр къыздэӀэпыкъууэ си дамэм щытеслъхьэм, си псэм зэхищӀащ зэрысхуэмыхьынур, арщхьэкӀэ цӀыхубзми Ӏэ лъэныкъуэжкӀэ къыздигъэпсынщӀэ хуэдэу къыщызбгъэдэувэм, си нитӀыр къыщихуами, сыкъежьащ, сигъэшхэну зэрыжиӀар си гурыфӀыгъуэти. МелыӀыч, 439. Нэр мыгъэплъэн (1). Нэплъэгъуэ емытын, гугъу егъэхьын, бэлыхь тегъэлъын. Астемыр щыгъупщакъым Инал учител курсым къажриӀар: «Къэрэхьэлъкъым я нэр зымыгъаплъэр мэжджытырщ, икӀэщӀыпӀэкӀэ зэхуэщӀын хуейщ», жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640. Нэр темыгъэкӀын (3). Нэр къытумыгъэкӀыу кӀэлъыплъын, еплъэкӀуэн, зэрыщытыр зэгъэщӀэн. Аралп, уи нэ ятумыгъэкӀ абыхэм, хэт сыт жиӀами къызжеӀэ мыдэ, къысӀэрыгъыхьэ закъуэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 120. Мо къуэгъэнапӀэм къызэрыкъуэкӀрэ си нэр тезгъэкӀакъым, - жиӀэри щакӀуэр къэтэджыжауэ ятӀэ къыкӀэрыпщӀар зыкӀэрегъэлъэлъ, лъы къэзыцӀэлари удз иӀуэнтӀауэ абыкӀэ трелъэщӀыкӀыж. Лъапсэ, 72. Нэр темыпыӀэу (5). НапӀэзыпӀэм, псынщӀэ дыдэу. Мажэр, мажэр плӀыри зэуэ, Псоми я шым къыжьэдакъуэ МакӀуэ плӀыри, уакӀэлъыплъым, ТемыпыӀэу нэр шы лъакъуэм. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 42. Афицархэр къыщыщӀэпкӀам, писарыр къыщылъэтат честь къаритынуи, модрей тӀур нэр темыпыӀэу тетым и кабинетым щӀыхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 114. Нэр тенэн (260). Зыгуэрым нэр къытомыгъэкӀыу еплъын, нэр тедиен. Лу и нэ цӀыкӀуитӀыр къилыдыкӀыу Думэсарэ и нитӀыр зытена Астемыр еплъырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 194. - Инал, - жиӀащ Ӏэюб, машинэм и нэр тенауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525. ХьэкурынэкӀэ зэджэ гъукӀэр абы ейти, зыгуэрым срещэ е срехъуэжри сегъэунэхъу жиӀэу гузавэу щытт, и нитӀыр Къетау тенауэ. Лъапсэ, 61. Нэр теплъызэн (8). Еплъ нэр тенэн. ЩӀакӀуэм ещхъу жэщ фӀыцӀабзэм Хъыджэбз пцӀанэу телъщи мазэр Вагъуэр пщӀыпщӀу къахукъуоплъыр, Нэр теплъызэу сэри соплъыр. Мазэ. «Мывэ хуабэ», 271. Дадий и щӀалэм емыплъу Топлъызэ и нэр стӀол лъакъуэм. «Адэ», 134. ЩӀалэхэм нартыхущхьэ зырыз яӀыгъыу щашхкӀэ, Хьэбибэ жыг къуагъым къуэту еплъырт, и нэр теплъызэмэ, Албиян артиллеристхэм яхэс хуэдэу къыфӀэщӀырт. Нал къута, 233. Нэр теубыдэн (3). Нэр къытумыгъэкӀыу зыгуэрым еплъын. ӀэлъэщӀ фӀыцӀэ ин телъу здэщысым, хъыджэбзым и нитӀыр Къазджэрий теубыдауэ къеплъырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665. Псы плъэгъуамэ, уи диным уокӀ, - кхъухьыпщым и нитӀыр къаз лъакъуэ плъыжьым триубыдащ. Кхъухь пхэнж, 505. Нэр техуэн (1). Зыгуэр къэлъагъун. Сыплъэри – си нэр щӀытехуар сымыщӀэу гъуэлъыпӀэм илъ пхъэбгъуитӀым я зэхуакум дэхуауэ тхылъымпӀэ тӀэкӀу къыдощ. МелыӀыч, 474. Нэр уфӀыцӀын (6). Зыри умылъагъу напӀэр къегъэхын, нэр зэтепӀэн. Жэщыр щӀакӀуэ фӀыцӀэщ, И нэр уфӀыцӀащ. Дыгъэм, кхъухь кӀуэкӀафӀэу. «Вагъуэ махуэ», 101. Фоч щыбгъауэкӀэ буфӀыцӀын хуей нэр арт къигъаплъэ мыхъур. Щынэхужьыкъуэ, 67. Фоч уэ макъым и тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуиуда хуэдэу Ботэх дэгу хъуауэ и нэр еуфӀыцӀ, щыхьым емыплъыфу. Лъапсэ, 71. Нэр гъэджылын (9). Нэм хуабжьу фӀэдэхэн, уитхьэкъун, узыӀэпишэн. Бгы джабэм уи нэр игъэджылу Удз дахэ итыр къыщыщып. Мэкъуауэ. «Дамыгъэ», 233. ЩӀыналъэр зэрыщытауэ дахащэт, гъавэр уэшхым я кӀуапӀэщ, къызэщӀэрыуащи, нэр егъэджылыр, хъупӀэм Ӏэщу итыр абы хуэдабзэщ. Кхъэлэгъунэ, 375. Хъыджэбзыр дахэ дыдэщ, уеплъмэ, нэр егъэджыл, къэзылъагъум гу къылъетэ, езыр къабзэ цӀыкӀущ, лъэгъугъуафӀэщи, цӀыхур зыӀэпешэ, хьэл дахэ хэлъщ, щӀыкӀафӀэщ, дэбгъуэн щыӀэкъым. Лэчымэ, 392. Нэр ункӀыфӀын (1). Псори кӀыфӀ хъун, зыри имылъагъужу и гур къызэӀыхьэн. СыкӀуэдащ, ситхьэлащ жиӀэу и нэр щыункӀыфӀ дыдэм, Апчарэ епхъуэри къыхиубыдыкӀащ. Щынэхужьыкъуэ, 54- 55. Нэм щыджылын (1). Хуиту емыплъыфын, узэримыгъэплъын. Нэм щыджылу, гум пэблагъэу Китаишхуэм и ӀэщӀагъэу Тыгъэ куэдыр удахьэхыу Къагъэхьащи догъэщӀагъуэ. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 58. Нэр щӀэукъуэнцӀэн (6). Нэр хьилагъ хэлъу зэхуэшэн. Аралпыр стӀол лъагэ щытым бгъэдэувэри, щӀопщ иӀыгъыр щӀопщыкъумкӀэ стӀолым тригъэувауэ, зыкъомрэ и пащхьэм итхэм яхэплъэу щытащ, и нэр щӀиукъуанцӀэу, и жьэ бгъуэжьри Ӏушэ ищӀауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 88. КъынтӀэ-къынтӀэ хъууэ, бжьыхьэкӀэ акъужь папщэм ещхьу, къулыкъу къысхуигъэфащэхэр щызмыдэм, и нэр щӀиукъуанцӀэу къызоплъри къызоупщӀ: - сыт хуэдэ къулыкъу пхузэфӀэкӀынур? МелыӀыч, 465-466. Нэр щӀегъэлъэфэн (2). Нэхужьыбэр къыщӀэмыщу напӀэр хуэмурэ ехьэхын, дэхьеижын. Зэзэмызи и нэр щӀригъэлъафэрти и Ӏэ фӀыцӀитӀыр цы кӀыр зытет и нэкӀум щихуэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 78. Зы молэ пщэ кӀыхь гуэрым и нэр щӀригъэлъафэу мычэму нэмэзыбзэ къибжырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654. Нэм щӀэплъэн (2). Пэжагъ къэплъыхъуэу нэм еплъын. ИтӀанэ и нэм сэ сыщӀэплъэу Сабийм и закъуэ тхьэ хуэсӀуащ: Абы и гуауэм сигу къигъэплъу, Сэ илъ сщӀэжыну ныжесӀащ. Сабий. «Шум и гъуэгу», 20. Нэм щӀэлъми къыщӀэмыхын (2). ФӀы дыдэу лъагъун. Хьэбибэ и нэм Данэ цӀыкӀу щӀэлъми къыщӀихынукъым. Щынэхужьыкъуэ, 50. Нэм щӀэбжьэн (1). Нэпсыр къыщӀихуу нэр зыгуэрым (Ӏугъуэ, мэ гуащӀэ с. ху.) щӀисыкӀын. ЩӀакхъуэмэм хэтщи Ӏугъуэ мащӀэ, Уи нэм щӀэмыбжьэу удехьэх. Ди унэжь. «Щхьэлыкъуэ», 380. Нэри пэри ихьу (7). Ин дыдэу. БгъуэнщӀагъым я щӀагъым псы уэрыр, нэри пэри ихьу, щожэх икӀи псы еуэкӀыпӀэм деж бгы нэпкъ лъагэ, удэплъеямэ пыӀэр пщхьэрыхуу иӀэщи, а бгы джабэм пцӀащхъуэ абгъуэм ещхьу бгъуэнщӀагъ цӀыкӀу зыкъоми иӀэщ. Нал къута, 253. Нэр фӀыкӀэ еплъын (1). Гуапагъэ, арэзыныгъэ хэлъу зыгуэрым еплъын. Уэ сыт бзэкӀэ упсэлъами, ТщӀыркъым дэ лъэпкъ зэхэгъэж; Уи нэр фӀыкӀэ къыдэплъамэ, Гурылъ къабзэр догъэпэж. Фыкъеблагъэ, хьэщӀэ. «Партыр ди пашэу», 100. Нэм нэху егъэлъагъун (1). Гъэтыншыжын, гупсэхугъуэ етыжын. Лу, дауи, и гуи и щхьи къэкӀыртэкъым а властыр къуажэ псоми, зэрынэсар, дыгъэ нурым хуэдэу, цӀыхухэм я гур игъэхуабэу, нэм нэху иригъэлъагъуу, гъатхэм хуэдэу, къэрэхьэлъкъыр игъэгуфӀэу хэкум къызэрихьар. Хъуэпсэгъуэ нур, 315. Нэм зыри имылъагъужын (4). Губжьым, шынагъуэм, н.къ. и нэр къыщхьэрипхъуауэ. Джэлил къэргъейр зэрыс абгъуэм къридзыну щыхуежьэм, модрейри къеӀэри адакъэм и сыдж плъыжьышхуэр зыӀэщӀигъыхьэри абгъуэм къыщилъэтым, адакъэм и щхьэр унэзауэ, и нэм зыри имылъагъужу, зы къудамэм къытехумэ, адрей къудамэм къытехуэурэ къехуэхри джэдкъаз къомым я пащхьэм къихуащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 494. Къэрэжьи къикӀуэтынум ящыщтэкъым, и къамэжь гуэлэлым еӀэнщи, и Ӏупсыр къыжьэдипхъыу, и нитӀри плъыжь хъуарэ зыри имылъагъужу зэгуэзыгъэпам и ныбэр къригъэхуну хьэзырыпсщ. Лъапсэ, 35. [И] нэкӀэ лъагъун (5). Белджылыуэ, хьэкъкӀэ и фӀэщу, пэж дыдэу щытын. Лермонтовым итхам нэмыщӀа нэгъуэщӀ тхылъ Ӏэджи зэрыщыӀэр Лу и нэкӀэ илъэгъуащ, Къазджэрий и тхылъ къомым щыхэсам. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609. Локотош и гум къэкӀащ зы дезертир гуэр къигъуэту партизан отрядыр строй ищӀурэ я нэкӀэ ялъагъуу хуэфащэ ирищӀэну. Нал къута, 254. Океаныр зэпыдупщӀри Америкэу зи гугъу къытхуащӀу щытар ди нэкӀэ тлъэгъуащ. Лэчымэ, 392. Нэ щыхуэн (2). Нэхъ игу къыдыхьэр, адрейхэм къахихыр, и нэфӀ щыщыхуар. СыщӀэупщӀэурэ кхъухь зыщӀыф нэхъ ӀэпщӀэлъапщӀэ къэзгъуэтынщ, псэущхьэ си нэ зыщыхуауэ мэзым щӀэтыр абы дэӀэпыкъуэгъу хуэсщӀынщи – ди кхъухьыр хьэзырщ. Кхъухь пхэнж, 497. Нэр хузэтемыхын (1). И жеин къэкӀуэн, жейм иубыдын. Лу абыхэм якӀэщӀэдэӀухьырт, Къылышбий и къуэм и хъыбарыр фӀэгъэщӀэгъуэну, арщхьэкӀэ Жыраслъэн и пащӀэр къызэрытричам и гугъу ящӀа нэужь, куэд дэмыкӀыу жейр къытеуати, и нэр хузэтехыртэкъым, итӀани едаӀуэрт жаӀэм. Хъуэпсэгъуэ нур, 123. Нэр хъэрэхъэн (1). Гужьеин, шынэн, гузэвэгъуэ ихуэн. И нитӀри хъэрахъэу бжэ фӀыцӀэм еплъырт, абы къыщӀэкӀыр капитаным къеуэну къыщӀэкӀын хуэдэ. Нал къута, 241. ☐ Нэм илъагъур Ӏэм ещӀэ (9). ЦӀыху ӀэпщӀэлъапщӀэм хужаӀэ. Нэм илъагъур Ӏэм ещӀ жыхуаӀэр арати, Астемыр гурыхуэу къыщӀэкӀащ, жыпхъэхэр ятӀэм къыхищӀыкӀыу зы тхьэмахуэм есат. Хъуэпсэгъуэ нур, 180-181. Аурэ, нэм илъагъур Ӏэм ещӀэ жыхуаӀэр арати, ЛӀыгъур цӀыкӀуи ӀэщӀагъэм йосэ, ӀэпщӀэлъапщӀи мэхъу. Лъапсэ, 102. Нэм илъагъур Ӏэм ищӀэнущ, ЖаӀэу щӀалэм зэхихащи, Сыт ухуейми пхуищӀыфынущ, И ӀэщӀагъэм тегушхуащи. «Тисей», 509. Нэр зыдэплъэм лъэр лъоӀэс (7). Мурад пщӀыр зыбогъэхъулӀэф. ГъащӀэм фӀыкӀэ къыпызыщэм: - ЕтӀанэгъэ фӀыкӀэ нэс! – ЖысӀэу и Ӏэр субыдамэ, Нэр зыдэплъэм лъэр лъоӀэс. Си хъуэхъу. «Батырыбжьэ», 40. Уи нэр зыдэсым Уи лъэр лъоӀэсыр. Къырым илъ дани УлъэӀэсакъэ. Адыгэ хэку. «Дамыгъэ», 224. Зыхуейр къехъулӀэу зылӀ есащ, Зыдэплъэм и нэр – Ӏэр лъоӀэс, Зэм жьыбгъэм шууэ ар шэсащ, Зэм докӀуеипэр уафэм нэс. Зыхуей къехъулӀэу зылӀ есащ… «Вагъуэ махуэ», 324. [Уи] нэм къеӀэм и псэм еӀэ (4). Бийм, жагъуэгъум къуищӀэр хуэмыгъэгъун. Ди нэм къеӀэм, и псэм деӀэу Дэ