къалэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Борш, гъэзэщӀэн хуей Ӏуэху.

руобязанность, задание, дело

Абы увыӀэпӀи зыгъэпсэхупӀи иӀэкъым, и къалэныр егъэзащӀэ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

Bu maddedeki ifadeler (3)

къалэн зыщыщӀыжын

рувзять на себя какую-л. обязанность, обязаться сделать что-л.

къалэн къэщтэн

рувзять обязательство.

къалэн щыщӀын

руобязать кого-л. сделать что-л.

Kitapta geçtiği hali

къалэн обязанность, задание, дело / Борш, гъэзэщӀэн хуей Ӏуэху. * Абы увыӀэпӀи зыгъэпсэхупӀи иӀэкъым, и къалэныр егъэзащӀэ. Къ. Хь. Къалэн зыщыщӀыжын взять на себя какую-л. обязанность, обязаться сделать что-л. Къалэн къэщтэн взять обязательство. Къалэн щыщӀын обязать кого-л. сделать что-л.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Борш, гъэзэщӀэн хуей Ӏуэху.

Ӏурарэ хьэрычэт гуэр ищӀэн хуей хъуащи, и пӀэм изагъэркъым, къалэн куэдыщэ и пщэм къыдэхуэри иригъэшащ, илӀми сызехьэ, си пӀэр гъэкъабзэ, сэри схуэфащэ къысхуэщӀэ, жеӀэри и лъакъуэ башыр егъэдалъэри пӀэм хэлъщ, и пащӀагъуэшхуитӀыр къыхэпӀиикӀыу— Къалэн, 430

+2 örnek

Сэлэт къалэныр сэ къыспоплъэ, Дзэху лэгъуп хужьым щӀэлъу мафӀэм Сэ пхъафэ бгъуфӀэу щӀэслъхьэр золъэ— Лэгъуп цӀыкӀу. «Шум и гъуэгу», 50

Гъавэр фыми кӀуэдми уи Ӏуэху хэлъкъым, птыну уи къалэнщи, ты— Лъапсэ, 83

Deyimler (3)

къалэн гъэзэщӀэн

Пщэм дэлъ Ӏуэху гуэр Ӏэмал имыӀэу щӀын.

«Ботэщ Лу комсомол къалэныр игъэзэщӀащ, лӀыжь-фызыжь Ӏэджэм тхэкӀэ-еджэкӀэ яригъэщӀащ», - жиӀэу арат тхылъым итыр— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514

+2 örnek

Ди къалэн дгъэзэщӀауэ, ди напэр къабзэу, лӀы хуэдэлӀу дызэхуэгуфӀэу дызэхуэзэну сохъуахъуэ— Щынэхужьыкъуэ, 45

Иужьым директору къытхуагъэкӀуэн ямыгъуэту щыхъум, ЩоджэнцӀыкӀур ираджэри унафэ къыхуащӀащ директорым и къалэныр игъэзэщӀэну— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523

къалэн хуэщӀэн

Зыгуэрым борш хуэщӀэн.

Къалэн лъапӀэр родинэм хуэсщӀэну Сэ дзэ плъыжьыр нобэ къызэджащ— Линэ. «Бгы лъапэхэм деж», 79

+1 örnek

Къуажэ лагерь зыдэщыӀэм, Къалэнышхуэ нобэ хуащӀэ— Тисей, 478

къалэн щыщӀын

Зыгуэрым унафэ хуэщӀын Ӏэмал имыӀэу игъэзэщӀэну.

[Ахьмэд адэм жреӀэ:] Къалэн сэ кӀэщӀу пщызощӀыр: ХэщӀапӀэ щэхур къэгъани Нэхуж шыбз гуартэр ди къуажэм— Адэ, 139

+1 örnek

Ислъэмей къуажэм кӀэнауэм нэмыщӀу псы къыхэшыпӀэр ӀуащӀэну къалэн щащӀат— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524

Kitapta geçtiği hali

КЪАЛЭН (47). Борш, гъэзэщӀэн хуей Ӏуэху. Ӏурарэ хьэрычэт гуэр ищӀэн хуей хъуащи, и пӀэм изагъэркъым, къалэн куэдыщэ и пщэм къыдэхуэри иригъэшащ, илӀми сызехьэ, си пӀэр гъэкъабзэ, сэри схуэфащэ къысхуэщӀэ, жеӀэри и лъакъуэ башыр егъэдалъэри пӀэм хэлъщ, и пащӀагъуэшхуитӀыр къыхэпӀиикӀыу. Къалэн, 430. Сэлэт къалэныр сэ къыспоплъэ, Дзэху лэгъуп хужьым щӀэлъу мафӀэм Сэ пхъафэ бгъуфӀэу щӀэслъхьэр золъэ. Лэгъуп цӀыкӀу. «Шум и гъуэгу», 50. Гъавэр фыми кӀуэдми уи Ӏуэху хэлъкъым, птыну уи къалэнщи, ты. Лъапсэ, 83. ◊ Къалэн гъэзэщӀэн (7). Пщэм дэлъ Ӏуэху гуэр Ӏэмал имыӀэу щӀын. «Ботэщ Лу комсомол къалэныр игъэзэщӀащ, лӀыжь-фызыжь Ӏэджэм тхэкӀэ-еджэкӀэ яригъэщӀащ», - жиӀэу арат тхылъым итыр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514. Ди къалэн дгъэзэщӀауэ, ди напэр къабзэу, лӀы хуэдэлӀу дызэхуэгуфӀэу дызэхуэзэну сохъуахъуэ! Щынэхужьыкъуэ, 45. Иужьым директору къытхуагъэкӀуэн ямыгъуэту щыхъум, ЩоджэнцӀыкӀур ираджэри унафэ къыхуащӀащ директорым и къалэныр игъэзэщӀэну. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523. Къалэн хуэщӀэн (3). Зыгуэрым борш хуэщӀэн. Къалэн лъапӀэр родинэм хуэсщӀэну Сэ дзэ плъыжьыр нобэ къызэджащ. Линэ. «Бгы лъапэхэм деж», 79. Къуажэ лагерь зыдэщыӀэм, Къалэнышхуэ нобэ хуащӀэ. «Тисей», 478. Къалэн щыщӀын (4). Зыгуэрым унафэ хуэщӀын Ӏэмал имыӀэу игъэзэщӀэну. [Ахьмэд адэм жреӀэ:] Къалэн сэ кӀэщӀу пщызощӀыр: ХэщӀапӀэ щэхур къэгъани Нэхуж шыбз гуартэр ди къуажэм. «Адэ», 139. Ислъэмей къуажэм кӀэнауэм нэмыщӀу псы къыхэшыпӀэр ӀуащӀэну къалэн щащӀат. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

görev iş vazife

Düzeltme Öner

къалэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.