нэхъ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

en
Doğuнэхъ ...я нэхъ ...
Batıанахьанахьэу
Kitapta geçtiği hali

нэхъ ... анахь, анахьэу, я нэхъ ... ; EN 2

я нэхъ ... анахь, анахьэу, нэхъ ... ; EN2

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ручастица

1. Зыгуэрым и щытыкӀэр нэгъуэщӀым зэрыщхьэпрыкӀыр (фӀагъкӀэ, ӀеягъкӀэ, куэдагъкӀэ) къызэрагъэлъагъуэ, Ӏуэхугъуэр зэгъэщӀылӀар къызэрыхагъэщ псалъэщ. Нэхъ дахэ. ЛӀы я нэхъ мыгъуэми Ӏуэхугъуибгъу зэпеч. (погов.)

руболее, больше, в большей степени

2. Еплъ: фӀэкӀ(а)

{Софят:} - Пщэдей нэхъ пӀалъэ имыӀэу бригадэм сынэкӀуэнущ. Щ. Ӏ.

3. Еплъ: нэхъыбэу

Астемыр и закъуэт Елдар къыщыкӀуам нэхъ тепсэлъыхьыр.— КӀыщокъуэ Алим

4. Еплъ: мыхъумэ. нэхъ къэщтэн

руНэхъ къэщтэн предпочесть кого-что-л. кому-чему-л.

Bu maddedeki ifadeler (3)

нэхъ мащӀэрами

рупо меньшей мере, самое малое.

Къасбот нэф ар жиӀэ щхьэкӀэ, нэхъ мащӀэрами ЛутӀ пщӀэ псыхьэ кӀуэн хуейт.— ДыщэкӀ Мухьэмэд

нэхъ мыхъуми

рухоть, по крайней мере.

НэкӀуэжи зы махуэ нэхъ мыхъуми тхуэхьэщӀэ.— Ӏуащхьэмахуэ

нэхъ наплъэ хъун

руулучшиться, стать лучше (напр. о состоянии больного).

Kitapta geçtiği hali

нэхъ частица 1. более, больше, в большей степени / Зыгуэрым и щытыкӀэр нэгъуэщӀым зэрыщхьэпрыкӀыр (фӀагъкӀэ, ӀеягъкӀэ, куэдагъкӀэ) къызэрагъэлъагъуэ, Ӏуэхугъуэр зэгъэщӀылӀар къызэрыхагъэщ псалъэщ. Нэхъ дахэ. ЛӀы я нэхъ мыгъуэми Ӏуэхугъуибгъу зэпеч. (погов.) 2. см. фӀэкӀ(а). {Софят:} - Пщэдей нэхъ пӀалъэ имыӀэу бригадэм сынэкӀуэнущ. Щ. Ӏ. 3. см. нэхъыбэу. * Астемыр и закъуэт Елдар къыщыкӀуам нэхъ тепсэлъыхьыр. КӀ. А. 4. см. мыхъумэ. Нэхъ къэщтэн предпочесть кого-что-л. кому-чему-л. Нэхъ мащӀэрами по меньшей мере, самое малое. * Къасбот нэф ар жиӀэ щхьэкӀэ, нэхъ мащӀэрами ЛутӀ пщӀэ псыхьэ кӀуэн хуейт. Д. М. Нэхъ мыхъуми хоть, по крайней мере. * НэкӀуэжи зы махуэ нэхъ мыхъуми тхуэхьэщӀэ. Ӏуащхь. Нэхъ наплъэ хъун улучшиться, стать лучше (напр. о состоянии больного).

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Зыгуэрым и щытыкӀэр нэгъуэщӀым зэрыщхьэпрыкӀыр (п.п. фӀагъкӀэ, ӀеягъкӀэ, куэдагъкӀэ) къызэрагъэлъагъуэ, Ӏуэхугъуэр зэгъэщӀылӀар къызэрыхагъэщ псалъэ. -70.

Нэхъ лъагэ пэтми, нэхъ щӀыӀэщ; ПщӀэркъэ ди къуршхэм я хабзэр, Мылыщхьэм хуабэ щымыӀэ.— Къайсын К. «папщӀэ Шум и гъуэгу», 77

+2 örnek

Астемыр къамэр кърихри щаригъэлъагъум, нэхъ къэрабгъэхэр щтэри щӀэпхъуэжат, арщхьэкӀэ кӀэщӀу къагъэзэжри, ӀэпэкӀэ къамэдзэм ӀурыӀэбэу, къамапӀэм еӀусэу, зэдауэу зэхэувэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 182

Пшэр елыпщӀ жыпӀэну, пшэ щӀагъым Жаншэрхъ плъыжьым ещхьу дыгъэр къыщӀокӀ, зылъэӀэсыр игъэлыгъуэу, дунейри мащӀэ-мащӀэурэ нэхъ нэху мэхъу, хьэкӀэкхъуэкӀэр псафэ зэрыкӀуэ лъагъуэхэр нэхъ уигъэлъагъуу.— Лъапсэ, 69

2. Еплъ: фӀэкӀ(а)

Тинэ зэрыщымыӀэм нэхъ гуныкъуэгъуэ Лу иӀэтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629

+1 örnek

[Джэлил и ныбжьэгъум жриӀэу:] Дызыбгъэдэувэу дуэту дызэрымыӀуэм нэхъ гукъеуэ сиӀэкъым— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 488

3. Еплъ: нэхъыбэу

Мэзхъумэм пхъэр езым пиупщӀт, нэхъ узыхуейр абы ищӀэнтэкъэ, пиупщӀар кърилъэфэхыурэ мо нэхъ узэкӀуалӀэ хъунум деж щызэтрилъхьэрти, зыщэхун къигъуэтмэ, ирищэрт— Лъапсэ, 68

+2 örnek

Шым кӀэлъыплъыныр зи пщэ нэхъ дэлъыр сэрати, нэхъыбэу и ужь ситт, зэзэмызэ сышэсрэ къэскӀухьмэ, сыкъэзылъагъур къызэхъуапсэрт.— Анка, 382

ЦӀыхур нэхъ къызэхуэсын папщӀэ, Нахъуэрэ Астемыррэ ялъэкӀ къагъэнакъым, хъыбариягъэӀуащ зэӀущӀэм къакӀуэм спектакл ирагъэлъагъуну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 626

Kitapta geçtiği hali

НЭХЪ (1038). 1. (945). Зыгуэрым и щытыкӀэр нэгъуэщӀым зэрыщхьэпрыкӀыр (п.п. фӀагъкӀэ, ӀеягъкӀэ, куэдагъкӀэ) къызэрагъэлъагъуэ, Ӏуэхугъуэр зэгъэщӀылӀар къызэрыхагъэщ псалъэ. Нэхъ лъагэ пэтми, нэхъ щӀыӀэщ; ПщӀэркъэ ди къуршхэм я хабзэр, Мылыщхьэм хуабэ щымыӀэ. Къайсын К. папщӀэ «Шум и гъуэгу», 77. Астемыр къамэр кърихри щаригъэлъагъум, нэхъ къэрабгъэхэр щтэри щӀэпхъуэжат, арщхьэкӀэ кӀэщӀу къагъэзэжри, ӀэпэкӀэ къамэдзэм ӀурыӀэбэу, къамапӀэм еӀусэу, зэдауэу зэхэувэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 182. Пшэр елыпщӀ жыпӀэну, пшэ щӀагъым Жаншэрхъ плъыжьым ещхьу дыгъэр къыщӀокӀ, зылъэӀэсыр игъэлыгъуэу, дунейри мащӀэ-мащӀэурэ нэхъ нэху мэхъу, хьэкӀэкхъуэкӀэр псафэ зэрыкӀуэ лъагъуэхэр нэхъ уигъэлъагъуу. Лъапсэ, 69-70. 2. (10). Еплъ фӀэкӀ(а). Тинэ зэрыщымыӀэм нэхъ гуныкъуэгъуэ Лу иӀэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629. [Джэлил и ныбжьэгъум жриӀэу:] Дызыбгъэдэувэу дуэту дызэрымыӀуэм нэхъ гукъеуэ сиӀэкъым. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 488. 3. (83). Еплъ нэхъыбэу. Мэзхъумэм пхъэр езым пиупщӀт, нэхъ узыхуейр абы ищӀэнтэкъэ, пиупщӀар кърилъэфэхыурэ мо нэхъ узэкӀуалӀэ хъунум деж щызэтрилъхьэрти, зыщэхун къигъуэтмэ, ирищэрт. Лъапсэ, 68. Шым кӀэлъыплъыныр зи пщэ нэхъ дэлъыр сэрати, нэхъыбэу и ужь ситт, зэзэмызэ сышэсрэ къэскӀухьмэ, сыкъэзылъагъур къызэхъуапсэрт. Анка, 382. ЦӀыхур нэхъ къызэхуэсын папщӀэ, Нахъуэрэ Астемыррэ ялъэкӀ къагъэнакъым, хъыбариягъэӀуащ зэӀущӀэм къакӀуэм спектакл ирагъэлъагъуну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 626.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

daha yeğlemek

Düzeltme Öner

нэхъ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.