унафэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

buyruk
Doğuунафэ
Batıунашъу
direktif
Doğuунафэ
Batıунашъу
emir
Doğuунафэ
Batıунашъу
karar
Doğuунафэ
Batıунашъо
talimat
Doğuунафэ
Batıунашъу
Kitapta geçtiği hali

унашъу/унафэ, (Абз. УНАФЭ); BUYRUK

унашъу/унафэ; DİREKTİF

унашъу/унафэ, (Абз. УНАФЭ); EMİR

унашъо/унафэ, (Абз. УНАШЪЭ); KARAR

унашъу/унафэ, (Абз. УНАШЪЭ); TALİMAT

унафэ → унашъу; EMİR

унафэ → унашъу; BUYRUK, TALİMAT, DİREKTİF, KARAR

Bu sonuç kitaptaki 7 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: унашъу

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Ӏуэхугъуэ гуэрым и гъэзэщӀакӀуэ хъунумрэ гъэзэщӀэн зэрыхуеймрэ къэзыӀуатэ.

руприказание, распоряжение; постановление

Уэ убынщи адэ папщӀэу си унафэм уедэӀуэнщ.— Акъсырэ Залымхъан

Bu maddedeki ifadeler (6)

унафэ бгъэдэлъын

рупринадлежать кому-л. - о решении.

унафэ къэщтэн

рупринять решение.

унафэ къутэн

руотменить решение.

унафэ хуэщӀын (щӀын)

рураспорядиться.

2 ifade daha

унафэ ӀэщӀэлъын

унафэ бгъэдэлъын

унафэм щӀэтын

рунаходиться в подчинении.

Kitapta geçtiği hali

унафэ приказание, распоряжение; постановление / Ӏуэхугъуэ гуэрым и гъэзэщӀакӀуэ хъунумрэ гъэзэщӀэн зэрыхуеймрэ къэзыӀуатэ. * Уэ убынщи адэ папщӀэу си унафэм уедэӀуэнщ. Акъ. З. Унафэ бгъэдэлъын принадлежать кому-л. - о решении. Унафэ къэщтэн принять решение. Унафэ къутэн отменить решение. Унафэ хуэщӀын (щӀын) распорядиться. Унафэ ӀэщӀэлъын = унафэ бгъэдэлъын. Унафэм щӀэтын находиться в подчинении.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Ӏуэхугъуэ гуэрым и гъэзэщӀакӀуэ хъунумрэ гъэзэщӀэн зэрыхуеймрэ къэзыӀуатэ.

А махуэм унафэр Тутнакъым къагъэс: «А фӀыцӀэр къэвгъани, Фыз хужьхэр щӀэвгъэкӀ!»— ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 349

+2 örnek

Хъыджэбзхэм я щхьэцхэр зэрызэӀуащэу куэбжэр Ӏуах, дыгъурыгъухэм ящыщу шууитӀ дожри заплъыхь, зым къызэригъэзэжу мыдрейхэри ирашэжьащ КъэрэжькӀэ зэджэ дыгъурыгъу пашэм и унафэкӀэ.— Лъапсэ, 35

Иджы, зэрыжаӀэмкӀэ, Къул Зулъкъэрней и унафэкӀэ цӀыхухъу нэхъ лъэрызехьэ илъэпкъыр Чопракъыщхьэ ягъэкӀуащ, къуршыр

Deyimler (3)

унафэ быдэ хуэщӀын

ЖиӀа дыдэм темыкӀыну тегъэчыныхьын.

Зэрызехьэр куэдщ, унафэ быди щыӀэжкъым, тетхэри нэхъ Ӏэнкун хъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 188

+2 örnek

Бэлацэ щӀалэ цӀыкӀуитӀым унафэ быдэ къахуищӀащ, уӀэгъэхэр зыщӀэлъ унэм псэ зыӀут щӀамыгъэхьэну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 277

Астемыр ежьэжыным и пэкӀэ Бэлацэ унафэ быдэ къыхуищӀащ зэӀущӀэр зэрегъэкӀуэкӀын хуейм тепсэлъыхьыну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 312

унафэ къэщтэн

Ӏуэхугъуэ гуэр зэрагъэзэщӀэнумрэ гъэзэщӀа зэрыхъунумрэ теухуэн.

Нацдивизэм и унафэр абдеж къащтащ.— Щынэхужьыкъуэ, 41

+2 örnek

Аращ, моуэ къезгъэжьэнщ: мычэму бэлшэвик партымрэ Совет правительствэмрэ, езы Сталин дыди фӀыкӀэ къытхуэупсэу зэрыщытыр нэрылъагъу ищӀу, Совет правительствэм къэрал мыхьэнэшхуэ зиӀэ унафэ къищтащ, Севернэ Осетием зиубгъуа, зиужьа зэрыхъунум теухуауэ— Лъапсэ, 88

ЦӀыхур зэхуашэса щхьэкӀэ, унафэ къащтэн хуеяр къащтакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 626

унафэр къутэн

ГъэзэщӀэн хуейуэ ягъэува Ӏуэхугъуэр зэфӀэмыгъэкӀын; абы ебэкъуэн.

Куэд щӀакъым, къущхьэр зыдэс ауз дэнэ къэна, къуажэ е хьэблэ къэс я лӀыкӀуэ зэхуишэсри я тхьэкӀумэр иӀуэнтӀащ: «Нобэ хуэдэ махуэщ фэ совет властым щӀакхъуэ фӀыцӀэ Ӏыхьэ къывитурэ фыщӀипӀари, фыкъызыхэкӀам фахыхьэжи, Сталиным и унафэр къэзыкъутэ къахэмыкӀыу дахэкӀэ здэкӀуапхъэм вгъакӀуэ», – жиӀэу [Берие]— Лъапсэ, 91

+1 örnek

[Бэлацэ:] Фызэреплъщ Ӏуэхум, нэхъыжь унафэр зыми икъутэнкъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 80

Kitapta geçtiği hali

УНАФЭ (397). Ӏуэхугъуэ гуэрым и гъэзэщӀакӀуэ хъунумрэ гъэзэщӀэн зэрыхуеймрэ къэзыӀуатэ. А махуэм унафэр Тутнакъым къагъэс: «А фӀыцӀэр къэвгъани, Фыз хужьхэр щӀэвгъэкӀ!» ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 349. Хъыджэбзхэм я щхьэцхэр зэрызэӀуащэу куэбжэр Ӏуах, дыгъурыгъухэм ящыщу шууитӀ дожри заплъыхь, зым къызэригъэзэжу мыдрейхэри ирашэжьащ КъэрэжькӀэ зэджэ дыгъурыгъу пашэм и унафэкӀэ. Лъапсэ, 35. Иджы, зэрыжаӀэмкӀэ, Къул Зулъкъэрней и унафэкӀэ цӀыхухъу нэхъ лъэрызехьэ илъэпкъыр Чопракъыщхьэ ягъэкӀуащ, къуршыр ◊ Унафэ быдэ хуэщӀын (3). ЖиӀа дыдэм темыкӀыну тегъэчыныхьын. Зэрызехьэр куэдщ, унафэ быди щыӀэжкъым, тетхэри нэхъ Ӏэнкун хъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 188. Бэлацэ щӀалэ цӀыкӀуитӀым унафэ быдэ къахуищӀащ, уӀэгъэхэр зыщӀэлъ унэм псэ зыӀут щӀамыгъэхьэну. Хъуэпсэгъуэ нур, 277. Астемыр ежьэжыным и пэкӀэ Бэлацэ унафэ быдэ къыхуищӀащ зэӀущӀэр зэрегъэкӀуэкӀын хуейм тепсэлъыхьыну. Хъуэпсэгъуэ нур, 312. Унафэ къэщтэн (9). Ӏуэхугъуэ гуэр зэрагъэзэщӀэнумрэ гъэзэщӀа зэрыхъунумрэ теухуэн. Нацдивизэм и унафэр абдеж къащтащ. Щынэхужьыкъуэ, 41. Аращ, моуэ къезгъэжьэнщ: мычэму бэлшэвик партымрэ Совет правительствэмрэ, езы Сталин дыди фӀыкӀэ къытхуэупсэу зэрыщытыр нэрылъагъу ищӀу, Совет правительствэм къэрал мыхьэнэшхуэ зиӀэ унафэ къищтащ, Севернэ Осетием зиубгъуа, зиужьа зэрыхъунум теухуауэ. Лъапсэ, 88. ЦӀыхур зэхуашэса щхьэкӀэ, унафэ къащтэн хуеяр къащтакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 626. Унафэр къутэн (2). ГъэзэщӀэн хуейуэ ягъэува Ӏуэхугъуэр зэфӀэмыгъэкӀын; абы ебэкъуэн. Куэд щӀакъым, къущхьэр зыдэс ауз дэнэ къэна, къуажэ е хьэблэ къэс я лӀыкӀуэ зэхуишэсри я тхьэкӀумэр иӀуэнтӀащ: «Нобэ хуэдэ махуэщ фэ совет властым щӀакхъуэ фӀыцӀэ Ӏыхьэ къывитурэ фыщӀипӀари, фыкъызыхэкӀам фахыхьэжи, Сталиным и унафэр къэзыкъутэ къахэмыкӀыу дахэкӀэ здэкӀуапхъэм вгъакӀуэ», – жиӀэу [Берие]. Лъапсэ, 91. [Бэлацэ:] Фызэреплъщ Ӏуэхум, нэхъыжь унафэр зыми икъутэнкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 80.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

buyruk direktif emir emretmek irade karar tembih uhde yönerge

Düzeltme Öner

унафэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.