гузэвэгъуэ телъын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

гузэвэгъуэ

Гуныкъуэгъуэ, гухэщӀ, нэщхъеягъуэ.

рунесчастье, горе

Гузэвэгъуэм уимыгъэщӀэн щыӀэ?— Ӏуащхьэмахуэ

+1 örnek

Локъан и макъыр апхуэдэу мамыр дыдэу, Ӏэдэбу къызэрыӀуам Сурэ игу къигъэкӀыжащ... абы гузэвэгъуэрэ гужьеигъуэу и нэгу щӀэкӀар.— КӀэрашэ Тембот

Bu maddedeki ifadeler (7)

гузэвэгъуэ дэгъэкӀын

рупомочь в горе.

гузэвэгъуэ ихуэн (хэхуэн)

рупопасть в горестное положение.

гузэвэгъуэ къылъэӀэсын

рубыть в тревоге.

гузэвэгъуэ телъын

рутревожиться, беспокоиться.

Гузэвэгъуэр телъу а фызым, и гум щӀылъэр къыдогызыр.— КӀыщокъуэ Алим

гузэвэгъуэм зэщӀиубыдэн (зэщӀищтэн)

рубыть объятым горем.

гузэвэгъуэм ихьын

рубыть в отчаянии.

гузэвэгъуэм кърихуэкӀын

русильно тревожиться, беспокоиться.

телъын

(телъщ)

Зыгуэрым и щӀыӀум, и щыгум зыгуэр щыщылъын.

рулежать на поверхности чего-л. (о ком-чем-л.)

Унащхьэм телъын.

+1 örnek

ЩӀыӀэбжь хъуати япэ къеха жэпыр иджыри телът.— КӀэрашэ Тембот

Bu maddedeki ifadeler (7)

бэлыхь телъын

Еплъ: бэлыхь

гузэвэгъуэ телъын

Еплъ: гузэвэгъуэ

гум телъын

Еплъ: гу

дыркъуэ телъын

руНабдзэ зытелъым я нэхъ дахэ см. набдзэ. И напщӀэм телъын см. напщӀэ. Темылъ телъхьэн оклеветать кого-л.

.. Къасымым хеитӀым {Мадинэрэ Зауррэ} и жьэм къихь фӀейхэр хужеӀэ, Ятемылъыхэр трилъхьэу, Бэлыхь хидзэнущи мэубэ.— Къэбэрдей поэзием и антологие

Еплъ: дыркъуэ. набдзэ зытелъым я нэхъ дахэ, набдзэ. и напщӀэм телъын, напщӀэ. темылъ телъхьэн

уӀэгъэ телъын

Еплъ: уӀэгъэ

хьэзаб телъын

Еплъ: хьэзаб

щӀыхуэ телъын

Еплъ: щӀыхуэ

Kitapta geçtiği hali

гузэвэгъуэ несчастье, горе / Гуныкъуэгъуэ, гухэщӀ, нэщхъеягъуэ. * Гузэвэгъуэм уимыгъэщӀэн щыӀэ? Ӏуащхь. Локъан и макъыр апхуэдэу мамыр дыдэу, Ӏэдэбу къызэрыӀуам Сурэ игу къигъэкӀыжащ... абы гузэвэгъуэрэ гужьеигъуэу и нэгу щӀэкӀар. КӀ. Т. Гузэвэгъуэ дэгъэкӀын помочь в горе. Гузэвэгъуэ ихуэн (хэхуэн) попасть в горестное положение. Гузэвэгъуэ къылъэӀэсын быть в тревоге. Гузэвэгъуэ телъын тревожиться, беспокоиться. * Гузэвэгъуэр телъу а фызым, и гум щӀылъэр къыдогызыр. КӀ. А. Гузэвэгъуэм зэщӀиубыдэн (зэщӀищтэн) быть объятым горем. Гузэвэгъуэм ихьын быть в отчаянии. Гузэвэгъуэм кърихуэкӀын сильно тревожиться, беспокоиться.

телъын (телъщ) неперех. гл. лежать на поверхности чего-л. (о ком-чем-л.) / Зыгуэрым и щӀыӀум, и щыгум зыгуэр щыщылъын. Унащхьэм телъын. * ЩӀыӀэбжь хъуати япэ къеха жэпыр иджыри телът. КӀ. Т. Бэлыхь телъын см. бэлыхь. Гузэвэгъуэ телъын см. гузэвэгъуэ. Гум телъын см. гу II. Дыркъуэ телъын см. дыркъуэ. Набдзэ зытелъым я нэхъ дахэ см. набдзэ. И напщӀэм телъын см. напщӀэ. Темылъ телъхьэн оклеветать кого-л. * .. Къасымым хеитӀым {Мадинэрэ Зауррэ} и жьэм къихь фӀейхэр хужеӀэ, Ятемылъыхэр трилъхьэу, Бэлыхь хидзэнущи мэубэ. Къэб. п. и ант. УӀэгъэ телъын см. уӀэгъэ. Хьэзаб телъын см. хьэзаб. ЩӀыхуэ телъын см. щӀыхуэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

гузэвэгъуэ

Гуныкъуэгъуэ, гухэщӀ, нэщхъеягъуэ.

«Лъэпкъ цӀыкӀухэр хэкум ираш» жаӀэу арат хъыбарри, цӀыхум я щхьэр здахьынур ямыщӀэу, гузэвэгъуэм имыгъэжеижу къэнат— Лъапсэ, 83

+2 örnek

Зи бын зауэм мыкӀуа щыӀэкъыми, цӀыхум я щхьэм бжьэ еуа хуэдэу гузэвэгъуэм хэт защӀэу мэпсэу— Къалэн, 431

Полковникым къыгурыӀуэрт дивизэ хьэзыр мыхъуар, Ӏэщэ-фащэкӀэ нэгъэса мыхъуар фронтым щашэкӀэ ар гузэвэгъуэм къызэрыхэкӀыр— Щынэхужьыкъуэ, 47

Deyimler (13)

[и] гузэвэгъуэ дэгъэкӀын

Зыгуэрым дэӀэпыкъун, зыщӀэгъэкъуэн, гугъуехьым къыхэшын.

…ХьэщӀэ къыпхуэкӀуэну угузавэмэ, мэзхъумэм уи гузэвэгъуэ дигъэкӀыфынущ.— Лъапсэ, 71

гузэвэгъуэ ихуэн

Гугъуехь, бэлыхь хэхуэн, хэтын.

Зэгуэр гузэвэгъуэ ихуат: жыжьэ къикӀыу хьэщӀэшхуэ Нартыхум къригъэблэгъати, щакӀуи ишащ, кхъуэпӀащэрэ мэз бжэнрэ къригъэукӀащ, ХъынцӀэл а и щӀыкӀэжьым ещхьу иригъэщӀри.— Лъапсэ, 79

+2 örnek

Къыдырым и фӀэщ дыдэт: – Мыщэм тэмэму гу лъитащ: дэ гузэвэгъуэ дыщихуэр сытым деж – щӀамахуэм дежщ— Кхъухь пхэнж, 503

Гузэвэгъуэ ихуэпами, НыбжьэгъуфӀым уегъэпэж.— Сыт къохъулӀэу угуфӀами… Вагъуэ махуэ, 321

гузэвэгъуэ иӀэн

ГухэщӀ, гуныкъуэгъуэ, нэщхъеягъуэ лъагъун, хэтын.

Ди жэщи махуи тӀуми зыуэ, Зы гузэвэгъуэщ дэ диӀар.— Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 113

гузэвэгъуэ къылъэӀэсын

ЯмыщӀэххэу гузэвэгъуэ къалъэӀэсащ, лэжьакӀуэм и нэхъыбэр мэзым щӀэту.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515

Еплъ: гузэвэгъуэ хэтын

гузэвэгъуэ къылъысын

Апчарэ и хъуржыным илъа тӀэкӀур яуха иужь гузэвэгъуэ къалъысащ, шхын къыздрахынур ямыщӀэу— Нал къута, 268

+2 örnek

Гуэдзым щхьэмыж къищӀу щыхуежьэм, гузэвэгъуэшхуэ цӀыхум къалъысри, фоч зиӀам и фочыр, сэшхуэ зиӀам и сэшхуэр, и къамэ, нэгъуэщӀ Ӏэщэ-фащэ щыӀэми – щхьэж игъуэтыр къищтэри, гъэрэ щӀырэ зэрызэхэкӀым ещхьу, зэхэкӀри – хэт бэлшэвычу ежьэжащ, хэти кӀэдет хъуащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 268

ЦӀыхум я щхьэ бжьэ еуа хуэдэу, гузэвэгъуэ къалъысат, я тхьэусыхафэр зыхуахьынур ямыщӀэу.— Лъапсэ, 84

Еплъ: гузэвэгъуэ ихуэн

гузэвэгъуэ къыхуихуэн

Бэлыхь, гугъуехь хэхуэн.

ТӀощӀ фӀэкӀ зи ныбжьыр нэмысауэ Сэ гузэвэгъуэ къысхуихуащ.— Синдур. «Батырыбжьэ», 83

гузэвэгъуэ телъын

Бэлыхь, гуныкъуэгъуэ, гухэщӀ, нэщхъеягъуэ хэтын.

Гузэвэгъуэр телъщ, И гум щӀылъэр къыдогызыр [Хьэкурынэ].— Тисей, 485

+1 örnek

Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ щыжаӀа махуэр Щхьэлмывэкъуэ къахуэкӀуауэ гузэвэгъуэр ятелът— Хъуэпсэгъуэ нур, 287

гузэвэгъуэ хэдзэн

Зыгуэрым бэлыхь, гугъуехь, бэмпӀэгъуэ телъхьэн.

Щыуамэ, щыуар езыращи [дадэр], зэригъэзэхуэжын хуейщ и къуэри гузэвэгъуэ химыдзэу.— КӀапсэ кӀапэ, 16

гуэзэвэгъуэ хэтын

Махуэм зиужьащ, Хьэбибэ сымэ гузэвэгъуэм хэту— Нал къута, 285

+2 örnek

Къазджэрий зэгупсысыр Лу къыхуэщӀакъым, ауэ гузэвэгъуэ гуэр зэрыхэтыр ӀупщӀт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 624

Алыхьым и нэфӀ зыщихуари гузэвэгъуэм хэтщ, зыми и псалъэ уи фӀэщ пщӀы хъунукъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 187

Еплъ: гузэвэгъуэ телъын

гузэвэгъуэ хэхуэн

Пэжу, цӀыхухъухэр гузэвэгъуэ щыхэхуэ къохъур, уеблэмэ суд Ӏуэхуми хохуэ.— Лъапсэ, 13

+1 örnek

Мэмэт-ЩӀакъуи къотэдж хъуэхъуэну: – ИӀэт, ивгъахъуэт, – жиӀэу къыщӀидза къудейуэ, Раисэ Муратовнэ, гузэвэгъуэ гуэр зэрыхэхуар нэрылъагъуу, Нартыхум щэхуу зыгуэр къыжреӀэри псынщӀэу щӀокӀыж, абы и ужьым иту Казбек Машевичи зыми псалъэ жримыӀэу щӀоущыкӀ…— Лъапсэ, 93

Еплъ: гузэвэгъуэ ихуэн

гузэвэгъуэ хуэзэн

[Локотош] Гузэвэгъуэ хуэза отрядыр гъуэгу пхэнж тезышари сэращ.— Нал къута, 295

Еплъ: гузэвэгъуэ ихуэн

гузэвэгъуэм зэрихуэн

Гугъуехь, бэлыхь, бампӀэгъуэ с.ху. хэтын.

[Дэфэрэдж:] – Гузэвэгъуэм узэрихуэмэ, Ӏэмалыншэкъэ?— Лъапсэ, 58

+2 örnek

Хъыджэбзри гузэвэгъуэм зэрехуэри къыщхьэщыжын гуэр къилъыхъуэу гъунэгъу дыдэ зыкъещӀ.— Лъапсэ, 33

Гузэвэгъуэу узезыхуэр Си фэм дэкӀыу си гур хощӀ, Къурш уэс щыблэу къуэм къыдэуэм Сыкъилъхуауи зэм къысфӀощӀ.— Си щӀыналъэ. «Батырыбжьэ», 59

гузэвэгъуэр къыкӀэлъысын

Махуэ енкӀэ шур къэжауэ, Фызыжь пщыӀэм къэсыжауэ, Гузэвэгъуэр къалъоӀэсыр, А иныжьыр псынщӀэу къосыр, НэпӀэзыпӀэу къохъу телъыджэ, КъыхыфӀедзэр щӀалэм гъуджэр, Шум и ужьыр мэхъу мылыджэ.— Елбэздыкъуэ, 19

Еплъ: гузэвэгъуэ къылъэӀэсын

телъын

(телъщ)

Зыгуэрым и щӀыӀум, щыгум зыгуэр щыщылъын.

Дунейр псы уэрым икъутами, Лъэмыж темылъу къагъэнэн?— Ӏэмал зимыӀэ. «Батырыбжьэ», 131

+2 örnek

[Фэуаз:] Дэри зыдгъэхьэзырыху-сытыху, къуажэм дгъэкӀуам шищ уанэ телъу къашэри дежьащ.— Анка, 381

Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъми, Уэс стелъыр зыми езмыта.— Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъми… Батырыбжьэ, 41

Deyimler (18)

бэлыхь телъын

Еплъ: бэлыхь

гуэныхь телъын

Еплъ: гуэныхь

гузэвэгъуэ телъын

Еплъ: гузэвэгъуэ

дамэм телъу къэхьын

Еплъ: дамэ

дамыгъэ телъын

Еплъ: дамыгъэ

дыркъуэ телъын

Еплъ: дыркъуэ

къуэды телъын

Еплъ: къуэды

къулейсызыгъэ телъын

Еплъ: къулейсызыгъэ

лӀэуэ телъын

Еплъ: лӀэн

лӀэн-къэнэну телъын

Еплъ: лӀэн-къэнэн

нагъыщэ телъын

Еплъ: нагъыщэ

напщӀэм телъын

Еплъ: напщӀэ

псэм еджэу телъын

Еплъ: псэ

уӀэгъэ телъын

Еплъ: уӀэгъэ

хьэзаб телъын

Еплъ: хьэзаб

хьэлъэ телъын

Еплъ: хьэлъэ

Ӏэ телъын

Еплъ: Ӏэ. ☐

щхьэм имытмэ, лъэм бэлыхь телъщ

Еплъ: щхьэ

Kitapta geçtiği hali

ГУЗЭВЭГЪУЭ (39). Гуныкъуэгъуэ, гухэщӀ, нэщхъеягъуэ. «Лъэпкъ цӀыкӀухэр хэкум ираш» жаӀэу арат хъыбарри, цӀыхум я щхьэр здахьынур ямыщӀэу, гузэвэгъуэм имыгъэжеижу къэнат. Лъапсэ, 83. Зи бын зауэм мыкӀуа щыӀэкъыми, цӀыхум я щхьэм бжьэ еуа хуэдэу гузэвэгъуэм хэт защӀэу мэпсэу. Къалэн, 431. Полковникым къыгурыӀуэрт дивизэ хьэзыр мыхъуар, Ӏэщэ-фащэкӀэ нэгъэса мыхъуар фронтым щашэкӀэ ар гузэвэгъуэм къызэрыхэкӀыр. Щынэхужьыкъуэ, 47. ◊ [И] гузэвэгъуэ дэгъэкӀын (1). Зыгуэрым дэӀэпыкъун, зыщӀэгъэкъуэн, гугъуехьым къыхэшын. …ХьэщӀэ къыпхуэкӀуэну угузавэмэ, мэзхъумэм уи гузэвэгъуэ дигъэкӀыфынущ. Лъапсэ, 71. Гузэвэгъуэ ихуэн (5). Гугъуехь, бэлыхь хэхуэн, хэтын. Зэгуэр гузэвэгъуэ ихуат: жыжьэ къикӀыу хьэщӀэшхуэ Нартыхум къригъэблэгъати, щакӀуи ишащ, кхъуэпӀащэрэ мэз бжэнрэ къригъэукӀащ, ХъынцӀэл а и щӀыкӀэжьым ещхьу иригъэщӀри. Лъапсэ, 79. Къыдырым и фӀэщ дыдэт: – Мыщэм тэмэму гу лъитащ: дэ гузэвэгъуэ дыщихуэр сытым деж – щӀамахуэм дежщ. Кхъухь пхэнж, 503. Гузэвэгъуэ ихуэпами, НыбжьэгъуфӀым уегъэпэж. Сыт къохъулӀэу угуфӀами… «Вагъуэ махуэ», 321. Гузэвэгъуэ иӀэн (1). ГухэщӀ, гуныкъуэгъуэ, нэщхъеягъуэ лъагъун, хэтын. Ди жэщи махуи тӀуми зыуэ, Зы гузэвэгъуэщ дэ диӀар. Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 113. Гузэвэгъуэ къылъэӀэсын (1). Еплъ гузэвэгъуэ хэтын. ЯмыщӀэххэу гузэвэгъуэ къалъэӀэсащ, лэжьакӀуэм и нэхъыбэр мэзым щӀэту. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515. Гузэвэгъуэ къылъысын (3). Еплъ гузэвэгъуэ ихуэн. Апчарэ и хъуржыным илъа тӀэкӀур яуха иужь гузэвэгъуэ къалъысащ, шхын къыздрахынур ямыщӀэу. Нал къута, 268. Гуэдзым щхьэмыж къищӀу щыхуежьэм, гузэвэгъуэшхуэ цӀыхум къалъысри, фоч зиӀам и фочыр, сэшхуэ зиӀам и сэшхуэр, и къамэ, нэгъуэщӀ Ӏэщэ-фащэ щыӀэми – щхьэж игъуэтыр къищтэри, гъэрэ щӀырэ зэрызэхэкӀым ещхьу, зэхэкӀри – хэт бэлшэвычу ежьэжащ, хэти кӀэдет хъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 268. ЦӀыхум я щхьэ бжьэ еуа хуэдэу, гузэвэгъуэ къалъысат, я тхьэусыхафэр зыхуахьынур ямыщӀэу. Лъапсэ, 84. Гузэвэгъуэ къыхуихуэн (1). Бэлыхь, гугъуехь хэхуэн. ТӀощӀ фӀэкӀ зи ныбжьыр нэмысауэ Сэ гузэвэгъуэ къысхуихуащ. Синдур. «Батырыбжьэ», 83. Гузэвэгъуэ телъын (2). Бэлыхь, гуныкъуэгъуэ, гухэщӀ, нэщхъеягъуэ хэтын. Гузэвэгъуэр телъщ, И гум щӀылъэр къыдогызыр [Хьэкурынэ]. «Тисей», 485. Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ щыжаӀа махуэр Щхьэлмывэкъуэ къахуэкӀуауэ гузэвэгъуэр ятелът. Хъуэпсэгъуэ нур, 287. Гузэвэгъуэ хэдзэн (1). Зыгуэрым бэлыхь, гугъуехь, бэмпӀэгъуэ телъхьэн. Щыуамэ, щыуар езыращи [дадэр], зэригъэзэхуэжын хуейщ и къуэри гузэвэгъуэ химыдзэу. КӀапсэ кӀапэ, 16. Гуэзэвэгъуэ хэтын (5). Еплъ гузэвэгъуэ телъын. Махуэм зиужьащ, Хьэбибэ сымэ гузэвэгъуэм хэту. Нал къута, 285. Къазджэрий зэгупсысыр Лу къыхуэщӀакъым, ауэ гузэвэгъуэ гуэр зэрыхэтыр ӀупщӀт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 624. Алыхьым и нэфӀ зыщихуари гузэвэгъуэм хэтщ, зыми и псалъэ уи фӀэщ пщӀы хъунукъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 187. Гузэвэгъуэ хэхуэн (2). Еплъ гузэвэгъуэ ихуэн. Пэжу, цӀыхухъухэр гузэвэгъуэ щыхэхуэ къохъур, уеблэмэ суд Ӏуэхуми хохуэ. Лъапсэ, 13. Мэмэт-ЩӀакъуи къотэдж хъуэхъуэну: – ИӀэт, ивгъахъуэт, – жиӀэу къыщӀидза къудейуэ, Раисэ Муратовнэ, гузэвэгъуэ гуэр зэрыхэхуар нэрылъагъуу, Нартыхум щэхуу зыгуэр къыжреӀэри псынщӀэу щӀокӀыж, абы и ужьым иту Казбек Машевичи зыми псалъэ жримыӀэу щӀоущыкӀ… Лъапсэ, 93. Гузэвэгъуэ хуэзэн (1). Еплъ гузэвэгъуэ ихуэн. [Локотош] Гузэвэгъуэ хуэза отрядыр гъуэгу пхэнж тезышари сэращ. Нал къута, 295. Гузэвэгъуэм зэрихуэн (3). Гугъуехь, бэлыхь, бампӀэгъуэ с.ху. хэтын. [Дэфэрэдж:] – Гузэвэгъуэм узэрихуэмэ, Ӏэмалыншэкъэ? Лъапсэ, 58. Хъыджэбзри гузэвэгъуэм зэрехуэри къыщхьэщыжын гуэр къилъыхъуэу гъунэгъу дыдэ зыкъещӀ. Лъапсэ, 33. Гузэвэгъуэу узезыхуэр Си фэм дэкӀыу си гур хощӀ, Къурш уэс щыблэу къуэм къыдэуэм Сыкъилъхуауи зэм къысфӀощӀ. Си щӀыналъэ. «Батырыбжьэ», 59. Гузэвэгъуэр къыкӀэлъысын (1). Еплъ гузэвэгъуэ къылъэӀэсын. Махуэ енкӀэ шур къэжауэ, Фызыжь пщыӀэм къэсыжауэ, Гузэвэгъуэр къалъоӀэсыр, А иныжьыр псынщӀэу къосыр, НэпӀэзыпӀэу къохъу телъыджэ, КъыхыфӀедзэр щӀалэм гъуджэр, Шум и ужьыр мэхъу мылыджэ. «Елбэздыкъуэ», 19.

ТЕЛЪЫН (телъщ) лъэмыӀ. (306). Зыгуэрым и щӀыӀум, щыгум зыгуэр щыщылъын. Дунейр псы уэрым икъутами, Лъэмыж темылъу къагъэнэн? Ӏэмал зимыӀэ. «Батырыбжьэ», 131. [Фэуаз:] Дэри зыдгъэхьэзырыху-сытыху, къуажэм дгъэкӀуам шищ уанэ телъу къашэри дежьащ. Анка, 381. Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъми, Уэс стелъыр зыми езмыта. Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъми… «Батырыбжьэ», 41. ◊ Бэлыхь телъын (11). Еплъ бэлыхь I. Гуэныхь телъын (2). Еплъ гуэныхь. Гузэвэгъуэ телъын (2). Еплъ гузэвэгъуэ. Дамэм телъу къэхьын (1). Еплъ дамэ. Дамыгъэ телъын (1). Еплъ дамыгъэ. Дыркъуэ телъын (2). Еплъ дыркъуэ. Къуэды телъын (1). Еплъ къуэды. Къулейсызыгъэ телъын (1). Еплъ къулейсызыгъэ. ЛӀэуэ телъын (2). Еплъ лӀэн. ЛӀэн-къэнэну телъын (1). Еплъ лӀэн-къэнэн. Нагъыщэ телъын (1). Еплъ нагъыщэ. НапщӀэм телъын (20). Еплъ напщӀэ II. Псэм еджэу телъын (1). Еплъ псэ. УӀэгъэ телъын (2). Еплъ уӀэгъэ. Хьэзаб телъын (6). Еплъ хьэзаб. Хьэлъэ телъын (1). Еплъ хьэлъэ II. Ӏэ телъын (8). Еплъ Ӏэ. ☐ Щхьэм имытмэ, лъэм бэлыхь телъщ (1). Еплъ щхьэ I.

Düzeltme Öner

гузэвэгъуэ телъын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.