лӀэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЛӀЭН; лӀагъэ/лӀащ: öldü; МАЛӀЭ: ölüyor ÖLMEK
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(малӀэ)
1. ГъащӀэр ухын, дунейм ехыжын.
руумереть (о человеке), подохнуть, пасть (о животном)
ЛӀэным лӀыгъэ хэлъщ.— Псалъэжьхэр
+2 örnek
ЛӀэнум зыгъэлӀэн гын ешх.— Псалъэжьхэр
{Сосрыкъуэ} и напӀэр япэ зытеплъа нартхэри, иныжьхэри мащтэхэри малӀэ.— Нартхэр
2. Зыгуэрым егъэлеяуэ щӀэхъуэпсын, щӀэбэнын, щӀэбэгын.
руочень хотеть что-л. делать
Еджэну лӀэн. Псэуну лӀэн.
Bu maddedeki ifadeler (5)
лӀэм и гъунэ
руравносильно смерти.
- Хъуэжэ, дылӀэм и гъунэщ къыдумыщэмэ, дылӀэм ди хьэдэ укъытемыхьэж, - жаӀащ лӀитӀым.— Хъуэжэ и таурыхъыщэ
лӀэ нэпцӀ зыщӀын
рупритвориться мертвым.
ЛӀэ нэпцӀ зищӀауэ аращ абы {Сосрыкъуэ}, - жраӀащ Джылахъстэн.— Нартхэр
лӀэуэ зэгъэжын
руумереть да успокоиться.
УлӀэрэ узэгъэжмэ, дыщэм хуэдэщ, Рахьим урифыз нэхърэ.— Ӏуащхьэмахуэ
лӀэуэ телъын
рулежать на смертном одре.
ЛӀэуэ телъым уи уэрэд игъэшыркъым.— Псалъэжьхэр
шхын щхьэкӀэ лӀэн
Еплъ: шхын
Kitapta geçtiği hali
лӀэн (малӀэ) неперех. гл. 1. умереть (о человеке), подохнуть, пасть (о животном) / ГъащӀэр ухын, дунейм ехыжын. * ЛӀэным лӀыгъэ хэлъщ. (погов.) ЛӀэнум зыгъэлӀэн гын ешх. (погов.) {Сосрыкъуэ} и напӀэр япэ зытеплъа нартхэри, иныжьхэри мащтэхэри малӀэ. Нарт. 2. переносное очень хотеть что-л. делать / Зыгуэрым егъэлеяуэ щӀэхъуэпсын, щӀэбэнын, щӀэбэгын. Еджэну лӀэн. Псэуну лӀэн. ЛӀэм и гъунэ равносильно смерти. * - Хъуэжэ, дылӀэм и гъунэщ къыдумыщэмэ, дылӀэм ди хьэдэ укъытемыхьэж, - жаӀащ лӀитӀым. Хъу. и таур. ЛӀэ нэпцӀ зыщӀын притвориться мертвым. * - ЛӀэ нэпцӀ зищӀауэ аращ абы {Сосрыкъуэ}, - жраӀащ Джылахъстэн. Нарт. ЛӀэуэ зэгъэжын умереть да успокоиться. * УлӀэрэ узэгъэжмэ, дыщэм хуэдэщ, Рахьим урифыз нэхърэ. Ӏуащхь. ЛӀэуэ телъын лежать на смертном одре. * ЛӀэуэ телъым уи уэрэд игъэшыркъым. (погов.) Шхын щхьэкӀэ лӀэн см. шхын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(малӀэ)
1. И псэр хэкӀын, дунейм ехыжын, псэуныгъэр ухын.
Скорпионыр адэкӀэ еӀащ, мыдэкӀэ еӀащ, кӀуапӀэ имыӀэу къыщищӀэм и шэрэзыр и щхьэм хиукӀэжри кӀэзызу асыхьэту лӀащ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 402
+2 örnek
Жэмыр лӀа пэтрэ, Хьэту фӀигъэжыжати, лъы ткӀуэпс къыщыщӀэмыкӀым, «псэхэлӀэр хьэрэмщ», жиӀэри и фэр трихри икъуащ, вакъапхъэ ищӀыну – арат илъэс псокӀэ къилэжьар.— Къалэн, 429
Къетау ӀэпэкӀэ зэрашэу нэф дыдэ хъуати, къуапкӀэ тӀэкӀум дэхуэри зимыужьыжу лӀащ.— Лъапсэ, 111
2. Зыгуэрым егъэлеяуэ хуеин, хущӀэкъун.
Взводым и командирыр щӀалэ дыдэт, училищэр къиуха къудейуэ, тутын щхьэкӀи лӀэрт, красноармеец щытхэри къэлъэӀуащ.— Щынэхужьыкъуэ, 70
Deyimler (4)
лӀэуэ зэгъэжын
ЛӀэуэ тыншыжын, бэлыхь хэмытыжын.
Лъэрымыхь дыдэу Ӏэрыгъашхэу пӀэм къыхэнэжыпэмэ, псы шынакъи къезытын имыгъуэту унэм къыщӀэнэж нэхърэ лӀэрэ зэгъэжмэ, нэхъыфӀщ.— ГущӀэгъу, 421
лӀэуэ телъын
И псэ еджэу телъын.
[Дэфэрэдж:] НтӀэ, лӀэуэ телъыр уеплъу бгъэлӀэну?— Лъапсэ, 14
шхын щхьэкӀэ лӀэн
Еплъ: шхын. ☐
лӀэнми лӀыгъэ хэлъщ
ГъащӀэм дежкӀэ шынагъуэ гуэр уӀуэми, гужьеин хуейкъым, къэрабгъэу укъыщӀэкӀ хъунукъым.
ЛӀэнми лӀыгъэ хэлъщ, Ар жиӀэгъами пасэрейм, Игъэунэхуауэ мыхъу си фӀэщ, Игъэунэхуамэ – тетщ дунейм.— Тетщ дунейм. «Дамыгъэ», 248
Kitapta geçtiği hali
ЛӀЭН (малӀэ) лъэмыӀ. (129). 1. (127). И псэр хэкӀын, дунейм ехыжын, псэуныгъэр ухын. Скорпионыр адэкӀэ еӀащ, мыдэкӀэ еӀащ, кӀуапӀэ имыӀэу къыщищӀэм и шэрэзыр и щхьэм хиукӀэжри кӀэзызу асыхьэту лӀащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 402. Жэмыр лӀа пэтрэ, Хьэту фӀигъэжыжати, лъы ткӀуэпс къыщыщӀэмыкӀым, «псэхэлӀэр хьэрэмщ», жиӀэри и фэр трихри икъуащ, вакъапхъэ ищӀыну – арат илъэс псокӀэ къилэжьар. Къалэн, 429. Къетау ӀэпэкӀэ зэрашэу нэф дыдэ хъуати, къуапкӀэ тӀэкӀум дэхуэри зимыужьыжу лӀащ. Лъапсэ, 111. 2. (2). Зыгуэрым егъэлеяуэ хуеин, хущӀэкъун. Взводым и командирыр щӀалэ дыдэт, училищэр къиуха къудейуэ, тутын щхьэкӀи лӀэрт, красноармеец щытхэри къэлъэӀуащ. Щынэхужьыкъуэ, 70. ◊ ЛӀэуэ зэгъэжын (1). ЛӀэуэ тыншыжын, бэлыхь хэмытыжын. Лъэрымыхь дыдэу Ӏэрыгъашхэу пӀэм къыхэнэжыпэмэ, псы шынакъи къезытын имыгъуэту унэм къыщӀэнэж нэхърэ лӀэрэ зэгъэжмэ, нэхъыфӀщ. ГущӀэгъу, 421. ЛӀэуэ телъын (2). И псэ еджэу телъын. [Дэфэрэдж:] НтӀэ, лӀэуэ телъыр уеплъу бгъэлӀэну? Лъапсэ, 14. Шхын щхьэкӀэ лӀэн (11). Еплъ шхын II. ☐ ЛӀэнми лӀыгъэ хэлъщ (1). ГъащӀэм дежкӀэ шынагъуэ гуэр уӀуэми, гужьеин хуейкъым, къэрабгъэу укъыщӀэкӀ хъунукъым. ЛӀэнми лӀыгъэ хэлъщ, Ар жиӀэгъами пасэрейм, Игъэунэхуауэ мыхъу си фӀэщ, Игъэунэхуамэ – тетщ дунейм. Тетщ дунейм. «Дамыгъэ», 248.