бэлыхь
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
БЭЛАХЬ/БЭЛЫХЬ, (Абз. БЭЛАХЬ); ÂFET
лэжьэшху/лажьэшхуэ, тхьамыкӀэгъошху/тхьэмыщкӀэ - гъуэшхуэ, БЭЛАХЬ/БЭЛЫХЬ, (Абз. БЕЛАХЬ); BELA
БЭЛЫХЬ → БЭЛАХЬ; ÂFET
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: бэлахь
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ФӀагъышхуэ зыбгъэдэлъ.
руотличный, превосходный, очень хороший (о ком-чем-л.)
ПщӀыхьэпӀэуи нахуапӀэуи Локъан къыфӀэщӀыжырт зы пелуан бэлыхь гуэр хъуауэ.— КӀэрашэ Тембот
+1 örnek
Абы {Къемэт} хуэдэу, шым хэзыщӀыкӀрэ шууей бэлыхьрэ щымыӀэу... и цӀэр Ӏуат.— КӀ. М.
Kitapta geçtiği hali
бэлыхь II отличный, превосходный, очень хороший (о ком-чем-л.) / ФӀагъышхуэ зыбгъэдэлъ. * ПщӀыхьэпӀэуи нахуапӀэуи Локъан къыфӀэщӀыжырт зы пелуан бэлыхь гуэр хъуауэ. КӀ. Т. Абы {Къемэт} хуэдэу, шым хэзыщӀыкӀрэ шууей бэлыхьрэ щымыӀэу... и цӀэр Ӏуат. КӀ. М.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Гуауэ, нэщхъеягъуэ
Астемыр директорым и кабинетым зэрыщӀыхьэу къыгурыӀуащ зы бэлыхь гуэр къызэрыхъуар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 184
+2 örnek
Псэемыблэжу бийм езауэуи анэ-адэр жэщкӀэ гуӀэу бэлыхьыр хэкум щхьэщихамэ, Уэрэд ар хъуащи, лӀэ имыӀэ— Зи гъащӀэ кӀыхь. «Батырыбжьэ», 148
Фи къуаншагъи, фи захуагъи, – Фи бэлыхьыр сигу дэхуащ. «— Вагъуэ махуэ, 9
Deyimler (14)
бэлыхь къигъэкӀын
Къаугъэ къыхэгъэкӀын, гъэбэтэн.
«Бахъсэн собитэкӀэ» еджэу а къэхъуам бэлыхьышхуэ къибгъэкӀын хуэдэуи щытакъым, ауэ, Къалмыкъ БетӀал зэреплъымкӀэ, къигъэкӀын хуейт…— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 325
бэлыхь къикӀын
Къаугъэ къыхэкӀын, Ӏуэхушхуэ хъун.
Сосрыкъуэ зэригъэпэща бомбэм къикӀыну бэлыхь къомыр ищӀэу щытыгъамэ, а делагъэм хэмытынкӀи хъунт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 604
+1 örnek
Ти, бэлыхь къимыкӀыу жэщ хьэщӀэхэр дэкӀыжри дэри дыгъуэлъыжащ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
бэлыхь къыдэкӀуэн
Зэгуэр абы [Ӏуэхум] бэлыхьышхуэ къыдэкӀуащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515
Еплъ: бэлыхь къикӀын
бэлыхь къытехуэн
Гузэвэгъуэ хэхуэн, гуауэ къылъэӀэсын.
Зым бэлыхьыр къытехуакӀэ, Зым ар сыткӀэ зыхищӀа? «— Индийскэ поэмэ, 359
+2 örnek
Мэрем махуэ дыдэм мэжджытым цӀыхур мыкӀуэжу хъуати, бэлыхьыр къатехуащ – къуэды ямытыну Ӏэмал имыӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 227
Алимщ сэ си цӀэр, сыадыгэщ, НэхъыфӀ зэмани сэ сымыщӀэ, Бэлыхь къыстехуэм, зэи сымыбгэ.— Зыгуэрым жиӀэм емыдаӀуэу. «Мывэ хуабэ», 152
10 deyim daha
бэлыхь тегъэлъын
Гузэвэгъуэ хэдзэн, гугъу егъэхьын.
Япэм и нысэм бэлыхьу тригъэлъар и гум къэкӀыжауэ хущӀегъуэжат [Хьэбибэ].— Щынэхужьыкъуэ, 60
+2 örnek
Бэлыхьу дызыхэтри дигъэунэхуну аращ Алыхьталэм къыщӀыттрилъхьари.— Нал къута, 226
Ӏэхъуэр ӀуэхукӀэ мыгугъауэ Бэлыхьышхуэр къытралъхьэ. «— Тисей, 492
бэлыхь телъын
Гузэвэгъуэ хэтын, гуауэ гъэвын.
ЩыӀащ си къуажэр щыныбаджэ, Бэлыхь телъами – темылъыж.— Сыжеями, си нэр зэтесхами… Щхьэлыкъуэ, 382
+2 örnek
Пшэ тӀэкӀуи уафэм икъухьауэ ЩӀым къемыплъыххэу къа-джэдыхь, Зы уэшх Ӏубыгъуэ къыӀухуатэм, ЩӀым щхьэщихати телъ бэлыхь.— Уи уэгъуи жьапщи зэхыхьащи… Батырыбжьэ, 60
[Тушкан:] Щхьэм имытмэ, лъэм бэлыхь телъщ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 170
бэлыхь техуэн (
1). Гузэвэгъуэ, гуауэ къылъэӀэсын.
Шордакъым махуэм къехамэ, Хамэ псэлъэкӀэу мэпсалъэ, КъызэщӀэплъами цӀыхубзхэм Бэлыхь мыухыу ятохуэ. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 419
бэлыхь хэгъэтын
[Къазджэрий:] Хъыджэбз къэсшэну сызыгурыӀуар къызатын ямыдэу, бэлыхь мащӀэ сыхагъэта Тыркум щыпсэу адыгэм.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 566
+4 örnek
Лу цӀыкӀу гъыным хуэдэу и жагъуэ мэхъу Саримэ зэхэзехуэн ящӀауэ бэлыхь зэрыхагъэтыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 136
Хэт и гугъэнт аргъуейм абы хуэдиз бэлыхь хигъэтыну.— Аргъуей, 388
КъызбгъурытахэмсамыгъакӀуэу Си лъэрыгъыпсым сфӀыпачащ, Си ужь къитари къыскӀэлъыуэрт, Бэлыхь ди пашэм дэсшэчащ.— ЗэкӀэщӀэуэ. «Щхьэлыкъуэ», 397
[Хьэбибэ:] Сэ бэлыхьу сшэчым си нысэр щыхъумэ.— Щынэхужьыкъуэ, 27
Еплъ: бэлыхь тегъэлъын
бэлыхь хэдзэн
[Гъуумар:] – фэ тӀур аращ бэлыхь дыхэзыдзар, Астемыр! Елдар!— Хъуэпсэгъуэ нур, 94
+1 örnek
Дэ къыддеджэ гуэрым бэлыхь дыхидзат.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530
Еплъ: бэлыхь тегъэлъын
бэлыхь хэмыкӀын
Ӏугъуэм хуэдэу ер къыщӀохьэр, И бэлыхьми ухэмыкӀ.— Ем и гъуэгу. «Мывэ хуабэ», 271
+2 örnek
Ущыхэдэм ущыуакъэ – УхэкӀынкъым и бэлыхь, Нэхъ хьэдзэфӀыр ящӀ жылапхъи, Псалъэ жысӀэм сыхоплъыхь.— Нэхъ хьэдзэфӀыр ящӀ жылапхъэ. «Батырыбжьэ», 27
Си щӀыбым илъу стелъщ си хьэлъэ, Бэлыхьу Ӏэджэм сыхэмыкӀ.— Ди бзэмрэ сэрэ. «Щхьэлыкъуэ», 374
Еплъ: бэлыхь телъын
бэлыхь хэтын
Сымаджэщыр игъащӀэми бэлыхь гуэрым хэтщи, зэрызохьэр, къакӀуэ-накӀуэр кӀащхъэ зэи хъуркъым.— Лъапсэ, 43
+2 örnek
Уэ уи сурэтыр сфӀэкӀуэдауэ сыхэтщ мычэму сэ бэлыхь.— Поэзие. «Мывэ хуабэ», 13
Бэлыхь мыухми сыхрет, Си псалъэ зыкӀи сепцӀыжакъым.— ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 128
Еплъ: бэлыхь телъын
бэлыхь хэхуэн
– Бэлыхь гуэр ухэмыхуащэрэт, – жиӀэу Иринэ гузавэрт, къэрэгъулыр къигъэгубжьмэ, бэлыхь хэхуэнкӀэ шынэу.— Нал къута, 287
Еплъ: бэлыхь телъын
бэлыхьыр щхьэщыхын
Гузэвэгъуэм къыхэшын.
Удз лъахъшэм щхьэщэ ещӀ зэпытри, Абы бэлыхьыр ныщхьэщех.— Бэнэнум. «Батырыбжьэ», 115
бэлыхь шэчын
Гугъу ехьын, хьэзабым хэтын.
Лу абы [Чачэ] бэлыхьу дишэчар хэт пхуишэчын?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 120
Atasözleri (1)
зы бэлыхьым нэгъуэщӀ бэлыхь къелъху
Еплъ: зы
1. ФӀы дыдэ, фӀагъышхуэ зиӀэ.
Хэт и гугъэнт Тинэ абы хуэдэу артисткэ бэлыхь къыхэкӀыну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 637
+2 örnek
Унищу зэтет унэшхуэм щӀыунэ бэлыхь иӀэу солъагъури сыкъоувыӀэ.— МелыӀыч, 445
Илъэсищ докӀри шыщӀэр хакӀуэ бэлыхьу, шыгъажэм тшэмэ, псоми къатожри ди адэм зэрыжиӀа дыдэм тохуэ – шым дегъэунэ.— Анка, 382
2. Мыхьэнэшхуэ зиӀэ.
Ерагъыу Лу жейм хилъэфа къудейуэ, Сосрыкъуэ къыбгъэдэтӀысхьащ, зы бэлыхь гуэр къыжриӀэн и гугъэу, арщхьэкӀэ дэнэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609
+2 örnek
ЩхьэлмывэкъуэпскӀэ зэджэ псыр цӀэрыӀуэ хъуами, псы бэлыхь дыдэу щыттэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 49
[Къыдырым бажэм жреӀэ:] Къоджэ жыӀэ, кхъухьыпщыр, Ӏуэху бэлыхь гуэркӀэ къыпхуейуэ.— Кхъухь пхэнж, 499
Kitapta geçtiği hali
БЭЛЫХЬ I (95). Гуауэ, нэщхъеягъуэ. Астемыр директорым и кабинетым зэрыщӀыхьэу къыгурыӀуащ зы бэлыхь гуэр къызэрыхъуар. Хъуэпсэгъуэ нур, 184. Псэемыблэжу бийм езауэуи анэ-адэр жэщкӀэ гуӀэу бэлыхьыр хэкум щхьэщихамэ, Уэрэд ар хъуащи, лӀэ имыӀэ. Зи гъащӀэ кӀыхь. «Батырыбжьэ», 148. Фи къуаншагъи, фи захуагъи, – Фи бэлыхьыр сигу дэхуащ. «Вагъуэ махуэ», 9. ◊ Бэлыхь къигъэкӀын (1). Къаугъэ къыхэгъэкӀын, гъэбэтэн. «Бахъсэн собитэкӀэ» еджэу а къэхъуам бэлыхьышхуэ къибгъэкӀын хуэдэуи щытакъым, ауэ, Къалмыкъ БетӀал зэреплъымкӀэ, къигъэкӀын хуейт…Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 325. Бэлыхь къикӀын (8). Къаугъэ къыхэкӀын, Ӏуэхушхуэ хъун. Сосрыкъуэ зэригъэпэща бомбэм къикӀыну бэлыхь къомыр ищӀэу щытыгъамэ, а делагъэм хэмытынкӀи хъунт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 604. Ти, бэлыхь къимыкӀыу жэщ хьэщӀэхэр дэкӀыжри дэри дыгъуэлъыжащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. Бэлыхь къыдэкӀуэн (1). Еплъ бэлыхь къикӀын. Зэгуэр абы [Ӏуэхум] бэлыхьышхуэ къыдэкӀуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515. Бэлыхь къытехуэн (7). Гузэвэгъуэ хэхуэн, гуауэ къылъэӀэсын. Зым бэлыхьыр къытехуакӀэ, Зым ар сыткӀэ зыхищӀа? «Индийскэ поэмэ», 359. Мэрем махуэ дыдэм мэжджытым цӀыхур мыкӀуэжу хъуати, бэлыхьыр къатехуащ – къуэды ямытыну Ӏэмал имыӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 227. Алимщ сэ си цӀэр, сыадыгэщ, НэхъыфӀ зэмани сэ сымыщӀэ, Бэлыхь къыстехуэм, зэи сымыбгэ. Зыгуэрым жиӀэм емыдаӀуэу. «Мывэ хуабэ», 152. Бэлыхь тегъэлъын (1). Гузэвэгъуэ хэдзэн, гугъу егъэхьын. Япэм и нысэм бэлыхьу тригъэлъар и гум къэкӀыжауэ хущӀегъуэжат [Хьэбибэ]. Щынэхужьыкъуэ, 60. Бэлыхьу дызыхэтри дигъэунэхуну аращ Алыхьталэм къыщӀыттрилъхьари. Нал къута, 226. Ӏэхъуэр ӀуэхукӀэ мыгугъауэ Бэлыхьышхуэр къытралъхьэ. «Тисей», 492. Бэлыхь телъын (11). Гузэвэгъуэ хэтын, гуауэ гъэвын. ЩыӀащ си къуажэр щыныбаджэ, Бэлыхь телъами – темылъыж. Сыжеями, си нэр зэтесхами… «Щхьэлыкъуэ», 382. Пшэ тӀэкӀуи уафэм икъухьауэ ЩӀым къемыплъыххэу къа-джэдыхь, Зы уэшх Ӏубыгъуэ къыӀухуатэм, ЩӀым щхьэщихати телъ бэлыхь. Уи уэгъуи жьапщи зэхыхьащи… «Батырыбжьэ», 60. [Тушкан:] Щхьэм имытмэ, лъэм бэлыхь телъщ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 170. Бэлыхь техуэн (1). Гузэвэгъуэ, гуауэ къылъэӀэсын. Шордакъым махуэм къехамэ, Хамэ псэлъэкӀэу мэпсалъэ, КъызэщӀэплъами цӀыхубзхэм Бэлыхь мыухыу ятохуэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 419. Бэлыхь хэгъэтын (5). Еплъ бэлыхь тегъэлъын. [Къазджэрий:] Хъыджэбз къэсшэну сызыгурыӀуар къызатын ямыдэу, бэлыхь мащӀэ сыхагъэта Тыркум щыпсэу адыгэм. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 566. Лу цӀыкӀу гъыным хуэдэу и жагъуэ мэхъу Саримэ зэхэзехуэн ящӀауэ бэлыхь зэрыхагъэтыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 136. Хэт и гугъэнт аргъуейм абы хуэдиз бэлыхь хигъэтыну. Аргъуей, 388. КъызбгъурытахэмсамыгъакӀуэу Си лъэрыгъыпсым сфӀыпачащ, Си ужь къитари къыскӀэлъыуэрт, Бэлыхь ди пашэм дэсшэчащ. ЗэкӀэщӀэуэ. «Щхьэлыкъуэ», 397. [Хьэбибэ:] Сэ бэлыхьу сшэчым си нысэр щыхъумэ. Щынэхужьыкъуэ, 27. Бэлыхь хэдзэн (4). Еплъ бэлыхь тегъэлъын. [Гъуумар:] – фэ тӀур аращ бэлыхь дыхэзыдзар, Астемыр! Елдар! Хъуэпсэгъуэ нур, 94. Дэ къыддеджэ гуэрым бэлыхь дыхидзат. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530. Бэлыхь хэмыкӀын (3). Еплъ бэлыхь телъын. Ӏугъуэм хуэдэу ер къыщӀохьэр, И бэлыхьми ухэмыкӀ. Ем и гъуэгу. «Мывэ хуабэ», 271. Ущыхэдэм ущыуакъэ – УхэкӀынкъым и бэлыхь, Нэхъ хьэдзэфӀыр ящӀ жылапхъи, Псалъэ жысӀэм сыхоплъыхь. Нэхъ хьэдзэфӀыр ящӀ жылапхъэ. «Батырыбжьэ», 27. Си щӀыбым илъу стелъщ си хьэлъэ, Бэлыхьу Ӏэджэм сыхэмыкӀ. Ди бзэмрэ сэрэ. «Щхьэлыкъуэ», 374. Бэлыхь хэтын (9). Еплъ бэлыхь телъын. Сымаджэщыр игъащӀэми бэлыхь гуэрым хэтщи, зэрызохьэр, къакӀуэ-накӀуэр кӀащхъэ зэи хъуркъым. Лъапсэ, 43. Уэ уи сурэтыр сфӀэкӀуэдауэ сыхэтщ мычэму сэ бэлыхь. Поэзие. «Мывэ хуабэ», 13. Бэлыхь мыухми сыхрет, Си псалъэ зыкӀи сепцӀыжакъым. ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 128. Бэлыхь хэхуэн (7). Еплъ бэлыхь телъын. – Бэлыхь гуэр ухэмыхуащэрэт, – жиӀэу Иринэ гузавэрт, къэрэгъулыр къигъэгубжьмэ, бэлыхь хэхуэнкӀэ шынэу. Нал къута, 287. Бэлыхьыр щхьэщыхын (1). Гузэвэгъуэм къыхэшын. Удз лъахъшэм щхьэщэ ещӀ зэпытри, Абы бэлыхьыр ныщхьэщех. Бэнэнум. «Батырыбжьэ», 115. Бэлыхь шэчын (9). Гугъу ехьын, хьэзабым хэтын. Лу абы [Чачэ] бэлыхьу дишэчар хэт пхуишэчын? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 120. ☐ Зы бэлыхьым нэгъуэщӀ бэлыхь къелъху (1). Еплъ зы I.
БЭЛЫХЬ II (27). плъыф. 1. (16). ФӀы дыдэ, фӀагъышхуэ зиӀэ. Хэт и гугъэнт Тинэ абы хуэдэу артисткэ бэлыхь къыхэкӀыну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 637. Унищу зэтет унэшхуэм щӀыунэ бэлыхь иӀэу солъагъури сыкъоувыӀэ. МелыӀыч, 445. Илъэсищ докӀри шыщӀэр хакӀуэ бэлыхьу, шыгъажэм тшэмэ, псоми къатожри ди адэм зэрыжиӀа дыдэм тохуэ – шым дегъэунэ. Анка, 382. 2. (11). Мыхьэнэшхуэ зиӀэ. Ерагъыу Лу жейм хилъэфа къудейуэ, Сосрыкъуэ къыбгъэдэтӀысхьащ, зы бэлыхь гуэр къыжриӀэн и гугъэу, арщхьэкӀэ дэнэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609. ЩхьэлмывэкъуэпскӀэ зэджэ псыр цӀэрыӀуэ хъуами, псы бэлыхь дыдэу щыттэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 49. [Къыдырым бажэм жреӀэ:] Къоджэ жыӀэ, кхъухьыпщыр, Ӏуэху бэлыхь гуэркӀэ къыпхуейуэ. Кхъухь пхэнж, 499.