дамэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

dama
OrtakкӀэндамэшашкэ
kanat
Doğuдамэ
Batıтамэ
Kitapta geçtiği hali

КӀЭН, ДАМЭ, ШАШКЭ; DAMA

дамэ/тамэ; KANAT

тамэ/дамэ; KANAT

Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Къуалэбзу, джэдкъаз хуэдэхэр зэрылъатэ. Кхъухьлъатэр хьэуам зэрыщес, и бгъуитӀымкӀэ иӀэ гуэшиикӀахэрщ. 3.

рукрыло (птицы) 2

Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ.— Псалъэжьхэр

+2 örnek

напр. самолета

см. дамащхьэ. Матэр дамэм тегъэувэн. Къэпыр дамэкӀэ хьын.

Еплъ: дамащхьэ

Bu maddedeki ifadeler (2)

дамэ къытекӀэн

русильно радоваться чему-л.

дамэр дэшеин

ру1) пожимать плечами (при незнании чего-л.) 2) иметь жалкий вид.

Хьэрун дамэ къытекӀауэ тешанкӀэм долъеижри йожьэж.— Щомахуэ Амырхъан

Kitapta geçtiği hali

дамэ 1. крыло (птицы) / Къуалэбзу, джэдкъаз хуэдэхэр зэрылъатэ. * Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ. (погов.) 2. крыло (напр. самолета) / Кхъухьлъатэр хьэуам зэрыщес, и бгъуитӀымкӀэ иӀэ гуэшиикӀахэрщ. 3. см. дамащхьэ. Матэр дамэм тегъэувэн. Къэпыр дамэкӀэ хьын. Дамэ къытекӀэн сильно радоваться чему-л. Дамэр дэшеин 1) пожимать плечами (при незнании чего-л.) 2) иметь жалкий вид. * Хьэрун дамэ къытекӀауэ тешанкӀэм долъеижри йожьэж. Щ. Ам.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Къалэбзу, джэдкъаз сыт хуэдэхэм къызэралъэтыхь. –488.

Гъунэгъу дыдэу Ӏуащхьэм щекӀуалӀэм, абы теса бгъэжь гуэри лъэтэжри и дамэ иныр хуэму щӀиупскӀэу къуршымкӀэ иунэтӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 297

+2 örnek

Къуршыбгъэ лъэщыр мылъатэм, Дамэр къутащи ешэщӀ, Усэр зыгъэӀур мыпсалъэм, НэпскӀэ уӀэгъэр етхьэщӀ.— Усэ къарукӀэ бийр бгъэсу. «Шум и гъуэгу», 24

Унэгуащэр джэдэщым къыщӀыхьэу адакъэр матэм ису щилъагъум, епхъуэри адакъэм и дамэ узыр нэхъри игъэузу къридзащ: – Бабыщ джэдыкӀэр зэхэппӀытӀэну ара узыхуейр, – жиӀэри.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 487

2. Кхъухьлъатэр хьэуам зэрыщес и бгъуитӀымкӀэ иӀэ гуэшыикӀар.

Ву макъым уи гур ирихыу, Щиху кӀыхьхэм дамэр еӀусэу, Кхъухьлъатэр щхъуантӀэу, лъахъшабзэу Мэуфэразэ аргъуейуэ. «— Адэ, 131

+1 örnek

ГуфӀэгъуэм псэкӀэ щӀэхъуэпсу И псалъэр мэуэ еухыр: «Тхьэм ещӀэ щӀалэр щылъатэр, Бгырыс бгъэ лъэщу и дамэр Укъуэдияуэ кхъухьлъатэм». «— Адэ, 131

3. Пщэм къыщыщӀэдзауэ блыпкъым нэс (цӀыхум ехьэлӀауэ). –258.

Зыми зыри жимыӀэу отрядыр здэщытым, ШэндаркӀэ еджэу зы лӀы сырыхушхуэ, пэ кӀыхьу яхэтт, фочыр мэлыхъуэ башым ещхьу и дамэм телъу къикӀухьуи, строй зыхэтым къыхэкӀри капитаным къемыплъу къыхиӀуащ…— Нал къута, 257

+2 örnek

[Фэуаз:] СокъуэншэкӀащ, къысхуэгъэгъу, Анка, – жысӀэу шым седэхащӀэу щызэхихым, арэзы къысхуэхъужауэ и щхьэр иутхыпщӀу, нэгъуэщӀ зыгуэр къэхъужащ, и нэпситӀыр къызэрелъэлъэхыу си Ӏэм къепэщэщыну хуожьэ, мэщатэ, мэпапщэ, и щхьэр си дамэм къытрелъхьэ, и кӀэр егъэкӀэрахъуэ, лъэм тепыӀэркъым, мэщыщ, и макъыр зэкӀуэкӀауэ.— Анка, 382

– НакӀуэ, Гуащэ, – жиӀэри Дэфэрэдж хъыджэбзым и дамэм теӀэбащ, модрейри дэкӀуеипӀэм дэкӀуея нэужь, къызэплъэкӀри дыгъурыгъу щӀалэм къеджащ: – Нэхъ жыгышхуэ дыдэм фӀэдзэ!— Лъапсэ, 39

4. ЗэфӀэкӀ, лъэкӀыныгъэ.

Фэ сывигъусэм, сиӀэщ гъащӀэ, Фи нэгу сыщӀэплъэм, сиӀэщ дамэ, Фэ фызмылъагъумэ, сыфхуопӀащӀэ Сэлам фэсхыну, фэзмыхамэ.— Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 17

+2 örnek

Сыкъуалэбзууэ къэслъэтыхьмэ, Щхьэлыкъуэщ дамэ щызгъуэтар.— Сыжейми, си нэр зэтесхами. «Щхьэлыкъуэ», 383

Жыраслъэн и дамэр щыкъутэн махуэр къэсащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647

Deyimler (2)

дамэр хэшын

ТхьэмыщкӀафэ къытеуэн.

Нурхьэлий, вагъэм пхыкӀ хуэдэу зишэщӀауэ, лъэбакъуэ зыбжанэ ичри, и дамэр хишу, молэм и пащхьэм иуващ, и къэдабэ пщампӀэри Ӏэтауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 154

+1 örnek

Аралъпыр бэлыхь гуэр зэрыхэтыр ӀупщӀт, и пэм мафӀэр кърихырт, пэцыр илыгъуэу, и жьакӀэр къабзэлъабзэу зэщӀэупса щхьэкӀэ, нэхъ лъагъугъуафӀэ хъуатэкъым, и дамэр хишу адэкӀэ-мыдэкӀэ дэплъырт и пӀэ итын хуэмышыӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 114

дамэм телъу къэхьын

Гугъу дехьу лэжьыгъэ гуэр лэжьын; уи ӀэкӀэ лэжьыгъэр гъэзэщӀэн.

Инал сымэ я дамэм телъу къахьа властыр дэнэ щагъэтӀылъауэ пӀэрэ, дауи, пщӀантӀэм щагъэтӀылъагъэнщи, нэху щымэ, зэзгъэлъагъунщ, жиӀэрт игукӀэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 310

Kitapta geçtiği hali

ДАМЭ (89). 1. (41). Къалэбзу, джэдкъаз сыт хуэдэхэм къызэралъэтыхь. Гъунэгъу дыдэу Ӏуащхьэм щекӀуалӀэм, абы теса бгъэжь гуэри лъэтэжри и дамэ иныр хуэму щӀиупскӀэу къуршымкӀэ иунэтӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 297. Къуршыбгъэ лъэщыр мылъатэм, Дамэр къутащи ешэщӀ, Усэр зыгъэӀур мыпсалъэм, НэпскӀэ уӀэгъэр етхьэщӀ. Усэ къарукӀэ бийр бгъэсу. «Шум и гъуэгу», 24. Унэгуащэр джэдэщым къыщӀыхьэу адакъэр матэм ису щилъагъум, епхъуэри адакъэм и дамэ узыр нэхъри игъэузу къридзащ: – Бабыщ джэдыкӀэр зэхэппӀытӀэну ара узыхуейр, – жиӀэри. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 487–488. 2. (2). Кхъухьлъатэр хьэуам зэрыщес и бгъуитӀымкӀэ иӀэ гуэшыикӀар. Ву макъым уи гур ирихыу, Щиху кӀыхьхэм дамэр еӀусэу, Кхъухьлъатэр щхъуантӀэу, лъахъшабзэу Мэуфэразэ аргъуейуэ. «Адэ», 131. ГуфӀэгъуэм псэкӀэ щӀэхъуэпсу И псалъэр мэуэ еухыр: «Тхьэм ещӀэ щӀалэр щылъатэр, Бгырыс бгъэ лъэщу и дамэр Укъуэдияуэ кхъухьлъатэм». «Адэ», 131. 3. (38). Пщэм къыщыщӀэдзауэ блыпкъым нэс (цӀыхум ехьэлӀауэ). Зыми зыри жимыӀэу отрядыр здэщытым, ШэндаркӀэ еджэу зы лӀы сырыхушхуэ, пэ кӀыхьу яхэтт, фочыр мэлыхъуэ башым ещхьу и дамэм телъу къикӀухьуи, строй зыхэтым къыхэкӀри капитаным къемыплъу къыхиӀуащ… Нал къута, 257–258. [Фэуаз:] СокъуэншэкӀащ, къысхуэгъэгъу, Анка, – жысӀэу шым седэхащӀэу щызэхихым, арэзы къысхуэхъужауэ и щхьэр иутхыпщӀу, нэгъуэщӀ зыгуэр къэхъужащ, и нэпситӀыр къызэрелъэлъэхыу си Ӏэм къепэщэщыну хуожьэ, мэщатэ, мэпапщэ, и щхьэр си дамэм къытрелъхьэ, и кӀэр егъэкӀэрахъуэ, лъэм тепыӀэркъым, мэщыщ, и макъыр зэкӀуэкӀауэ. Анка, 382. – НакӀуэ, Гуащэ, – жиӀэри Дэфэрэдж хъыджэбзым и дамэм теӀэбащ, модрейри дэкӀуеипӀэм дэкӀуея нэужь, къызэплъэкӀри дыгъурыгъу щӀалэм къеджащ: – Нэхъ жыгышхуэ дыдэм фӀэдзэ! Лъапсэ, 39. 4. (6). зэхь. ЗэфӀэкӀ, лъэкӀыныгъэ. Фэ сывигъусэм, сиӀэщ гъащӀэ, Фи нэгу сыщӀэплъэм, сиӀэщ дамэ, Фэ фызмылъагъумэ, сыфхуопӀащӀэ Сэлам фэсхыну, фэзмыхамэ. Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 17. Сыкъуалэбзууэ къэслъэтыхьмэ, Щхьэлыкъуэщ дамэ щызгъуэтар. Сыжейми, си нэр зэтесхами. «Щхьэлыкъуэ», 383. Жыраслъэн и дамэр щыкъутэн махуэр къэсащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647. ◊ Дамэр хэшын (2). ТхьэмыщкӀафэ къытеуэн. Нурхьэлий, вагъэм пхыкӀ хуэдэу зишэщӀауэ, лъэбакъуэ зыбжанэ ичри, и дамэр хишу, молэм и пащхьэм иуващ, и къэдабэ пщампӀэри Ӏэтауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 154. Аралъпыр бэлыхь гуэр зэрыхэтыр ӀупщӀт, и пэм мафӀэр кърихырт, пэцыр илыгъуэу, и жьакӀэр къабзэлъабзэу зэщӀэупса щхьэкӀэ, нэхъ лъагъугъуафӀэ хъуатэкъым, и дамэр хишу адэкӀэ-мыдэкӀэ дэплъырт и пӀэ итын хуэмышыӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 114. Дамэм телъу къэхьын (1). зэхь. Гугъу дехьу лэжьыгъэ гуэр лэжьын; уи ӀэкӀэ лэжьыгъэр гъэзэщӀэн. Инал сымэ я дамэм телъу къахьа властыр дэнэ щагъэтӀылъауэ пӀэрэ, дауи, пщӀантӀэм щагъэтӀылъагъэнщи, нэху щымэ, зэзгъэлъагъунщ, жиӀэрт игукӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 310.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

dama kanat omuz

Düzeltme Öner

дамэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.