щхьэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

baş
Doğuщхьэ
Batıшъхьэ
Kitapta geçtiği hali

шъхьэ/щхьэ, (Абз. ХЪА); BAŞ, KAFA

щхьэ/шъхьэ; BAŞ, KAFA

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. ЦӀыхум, псэущхьэм я пкъым щыщу нэ, пэ, жьэ, тхьэкӀумэ с. ху. хыхьэу пщэм фӀэтыр.

руголова (человека, животного)

ЩӀалэ цӀыкӀухэр пабжьэм хэсщ я щхьэр къыхагъэжри.— КӀыщокъуэ Алим

2. Ӏэщым ехьэлӀауэ къыщагъэсэбэпым деж бжыгъэцӀэхэм ядэщӀыгъуу къапсэлъ хабзэ псалъэ.

руголова (единица счета скота)

Щхьэ бжыгъэ. Щхьэ дапщэ хъурэ мэл хъушэр?

3. Зыгуэрым и щӀыӀу лъэныкъуэ.

руверх чего-л.; крышка

Шкафым и щхьэ.

+1 örnek

Ди кхъуей кӀадэм и щхьэр тевмыч.— ӀуэрыӀуатэ

4. Уэшх, уэс с. ху. щихъумэу псэуалъэм тращӀыхьыр. Унэм щхь телъэхьэн.

рукрыша

Ӏуэхугъуэ гуэрым и щхьэусыгъуэр къащӀэн щхьэкӀэ зэрыщӀэупщӀэ цӀэпапщӀэ.

рупочему

Уэ, Хьэцацэ дахэ, щхьэ упагэ?— Къэбэрдей поэзием и антологие

Bu maddedeki ifadeler (129)

игурэ и щхьэрэ зэтелъын

Еплъ: гу

псом ящхьэ (ящхьэж)

ру{И} щхьэ бадзэ трихужыфын быть самостоятельным, уметь заботиться о себе.

Еплъ: псо. {и} щхьэ бадзэ трихужыфын

щхьэ емыпэсын

русчитать что-л. ниже своего достоинства.

{и} щхьэ и жагъуэн

рубыть в плохом настроении; чувствовать себя неважно.

125 ifade daha

{и} щхьэ ириусыгъуджэн

русчитать кого-что-л. недостойным себя.

Абы дэ къытхыхьэн и щхьэ иреусыгъуджэ.

{и} щхьэ зэрыхьщ

рупропади пропадом, черт с тобой.

Языныкъуэхэм Мурат и телъхьэу, адрейхэр Щэныбэ къыдэщӀу, зыкъомри, я щхьэ зэрыхьщ, жаӀэу щытт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

{и} щхьэ къэкӀуэн

руприйти в голову.

{и} щхьэ къемыгъэӀэтын

руне давать кому-л. свободы.

{и} щхьэ къыхуэщтэн

ру1) взять что-л. 2) взять что-л. для себя.

щхьэ лъапӀэныгъэу лъытэн

русчитать что-л. честью, достоинством для себя.

{и} щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжын

ручувствовать себя жалким, униженным.

И щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжауэ, нэпсым итхьэлэу хъыджэбзыр докӀыж еджапӀэ пщӀантӀэм.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} щхьэ и пӀалъэ щӀэжын

рузнать свои возможности.

Тыкъыр адэмыгу гуэрт, ауэ зи щхьэ и пӀалъэ зымыщӀэж пэдэгъэзейт.— Къэбэрдей

и щхьэ тримычу

Зытепсэлъыхьым и щхьэ тримычу Бэлаци къэпсэлъащ.— КӀыщокъуэ Алим

Еплъ: щхьэтемычу

щхьэ фӀэхыным хуекӀуэн

рудоходить до крайности в чем-л.

{и} щхьэ хуэпсэлъэн (хуэпсэлъэжын)

руразговаривать с самим собой.

ЛӀыжьыр и щхьэ хуэпсалъэу, гъумэтӀымэу пщӀантӀэм дэтт.

{и} щхьэ хуэпсэужын

ружить для себя, ради себя.

{и} щхьэ хуэфӀын зехуэн

рузаниматься полезным для себя делом.

щхьэ хуэщӀын

рукивком поздороваться.

и щхьэ хуэӀущэщэн

рубормотать что-л. себе под нос.

{и} щхьэ хужиӀэн (хужиӀэжын)

{и} щхьэ хуэпсэлъэн

щхьэ шхыгъуэ ихуэн

рудожить до старости.

{и} щхьэ щытхъужын

рувосхвалять себя.

Уи щхьэ ущымытхъуж - уфӀмэ, укъащӀэнщ.— Псалъэжьхэр

{уи} щхьэ Ӏуэху зехуэн

рузаниматься своими делами.

щхьэкӀэ лэжьэн

рузаниматься умственным трудом

{и} щхьэм бжьэ еуэн

рубыть ошарашенным каким-л. плохим известием, событием. 1) ударить в голову (напр. о вине) 2) огорчиться, разволноваться.

щхьэм дыгъэ еуэн

руполучить солнечный удар.

{и} щхьэм елъытын

рупоставить себя на чье-л. место, представить себя в положении кого-л.

щхьэм епхъуэжын

руприйти в отчаяние от чего-л., схватиться за голову от чего-л.

щхьэм еуэжын

рураскаяться.

{и} щхьэм жьы щызепщэн

рубыть ветренным, легкомысленным (о человеке).

{и} щхьэм илъыр щӀэн

рузнать, что на уме, в голове у кого-л.

Абы ищхьэ илъ сыткӀэ пщӀэн, иджыри сабийщ.— Къэбэрдей

{и} щхьэм имыкӀын

руиз головы (из ума) не выходить.

щхьэм иригъэжэн

руобидеться, приняв что-л. на свой счет.

{и} щхьэм ихьэн

ру1) сильно огорчиться 2) понять, разобраться в чем-л.

{уи} щхьэм куэд телъхьэн

рупо горло.

{уи} щхьэм темылъ телъхьэн. {и} щхьэм къэсу

{и} щхьэм къизэрыхьын

рувзбрести в голову.

щхьэм къимытӀэсэн

руне укладывается в голове.

{и} щхьэм къитӀэсэн

рупонимать, уяснить что-л.

щхьэм къихьэн

ру1) прийти в голову. 2) набраться ума.

щхьэм къищхьэрыуэн

рувзбрести в голову.

щхьэм къыщыщӀэдзауэ лъакъуэм нэс

рус головы до ног.

{уи} щхьэм темылъ телъхьэн

рукичиться без основания, много брать на себя.

{уи} щхьэм фӀэхын

руснять с себя ответственность.

щхьэм хуэхьыжын

щхьэм иригъэжэн

щхьэм хуэмыгъэфэщэн

рупросторечие ветер в голове.

щхьэм емыпэсын. {и} щхьэм цӀацӀу щызопщэ

щхьэм щӀэмытӀахъуэу псэун

ружить, не испытывая нужды.

щхьэр гъэбэтэн

щхьэр гъэвэн

щхьэр гъэвэн

руболтать; морочить голову кому-л.

щхьэр гъэкӀын

рукичиться, важничать.

щхьэр гъэкӀэрэхъуэн

ру1) мотать головой (выражая несогласие) 2) покачать головой (от восхищения, удивления и т. п.).

{уи} щхьэр гъэпсэужын

ружить самостоятельно, самому содержать себя.

щхьэр гъэпудын

рукомпрометировать себя.

щхьэр гъэузын

руморочить голову кому-л.

щхьэр дэхын

рууйти куда глаза глядят, уйти восвояси.

МэжэщӀалӀи сыхъуауэ сылӀапэ щыхъум, си щхьэр дэсхри сежьэжащ.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр

щхьэри джатэри ӀэмыщӀэм илъщ

рунаходиться в руках, во власти, в воле кого-л.

{и} щхьэр джэрэзын

рузакружиться - о голове.

щхьэр егухын

руопустить голову от стыда, позора.

щхьэр егъэужэгъун

рунадоесть, осточертеть.

щхьэр ехьэлӀэн

рудовериться кому-л., вверить кому-л. свою судьбу.

{и} щхьэр и жагъуэн

рубыть в плохом настроении, в подавленном состоянии.

{и} щхьэр зэгуэудын

рураскалываться, разламываться - о голове.

щхьэр зэкӀуэкӀын

рутронуться умом.

{и} щхьэр зэтечын

{и} щхьэр зэгуэудын

щхьэр зехьэн

рубыть в отчаянии.

Ар губгъуэ нэщӀым къинащ, мэкъугъ, и щхьэр зэрехьэ.— Дыщэ кӀанэ

щхьэр зыфӀэудыжын

рузаниматься самобичеванием.

и щхьэр ихьын

рупойти куда-л.

щхьэр кудэн

рузабить голову чем-л.

щхьэр кӀэрэхъуэн

ру1) закружиться - о голове. 2) потерять голову.

{и} щхьэр къэвэн - щхьэр гъэузын. {уи} щхьэр къэгъэпцӀэжын

руобмануть самого себя.

щхьэр къэхьын

руприйти

щхьэр къэщэхужын

руоткупиться.

щхьэр къэӀэтын

руобнаглеть.

{и} щхьэр кърихьэлӀэжын

рунаконец вернуться.

щхьэр къыдэпхъуэтеин

рувскинуть голову.

щхьэр къыфӀэхун

рупоникнуть головой, прийти в отчаяние (от горя или позора).

уи щхьэр къыфӀыкӀэ

ручерт бы его побрал.

щхьэр къутэн

ру1) 2) этн. делить голову (барана, козы напр. на свадьбе).

{и} щхьэр зэгуэудын

{и} щхьэр и лажьэн

руиметь множество {своих} забот.

щхьэр лъагэ хъун

щхьэр лъапӀэн

щхьэр лъапӀэн

рубыть в чести у кого-л.

щхьэр мафӀэм хэлъын

рубыть очень занятым, быть по горло в работе.

{си} щхьэр позгъэупщӀынщ

рудаю голову на отсечение.

щхьэр пылъэн

руповесить кого-л.

щхьэр тегъэун

руразвлекаться.

щхьэр течын

рувывести на чистую воду кого-л.

щхьэр удэгун

руморочить голову.

щхьэр ужэгъун

руизмучиться.

щхьэр унэзэн

ру1) кружиться - о голове 2) потерять голову.

щхьэр фӀэудыжын

русильно раскаиваться в чем-л.

щхьэр фӀэхун

щхьэр къыфӀэхун

щхьэр фӀэчын

русорвать голову кому-л.

щхьэр фӀэӀуэнтӀыкӀын

щхьэр фӀэчын

щхьэр фӀихын

рутрещать, раскалываться - о голове.

щхьэр хэлъхьэн

рупоплатиться головой за что-л.

щхьэр хэхын

руунести голову.

щхьэр хуэгъэлъэхъшэн

руунижаться перед кем-л., преклоняться перед кем-чем-л.

Дыщэм а уи щхьэр хуумыгъэлъахъшэ, Ар дыщэ минхэм я лъапӀэщ.— ПащӀэ Бэчмырзэ

{и} щхьэр хэӀуа зэпыту

рубыть все время занятым, загруженным работой.

щхьэр хуэгъэтӀылъын

рудоверившись кому-л., просить его о чем-л.

щхьэр хуэщӀын

рукивнуть головой кому-л. (напр. в знак согласия).

щхьэр щӀэгуэн

рупонурить голову.

щхьэр щӀэхьэн

рууйти, сбежать куда глаза глядят.

щхьэр щӀэӀуауэ

ру1) понурив голову.

Мышэ лъэныкъуэкӀэ зыӀуидзри и щхьэр щӀэӀуауэ уэрамыр зэпиупщӀащ.— Къ. Хь. 2) не покладая рук.

щхьэр щӀегъэхьэн

ру1) загонять кого-л. 2) затравить кого-л.

Дзыгъуэм я щхьэ щӀригъыхьэу Ар {джэдур} макъейуэ къэпщӀэуащ.— ХьэхъупащӀэ Амырхъан

щхьэр щӀыжын

руопохмелиться.

щхьэр щӀын

рупокачать головой.

щхьэр Ӏэтын

щхьэр къэӀэтын

щхьэ баринэ 1.

Зи щхьэцыр утӀэрэза.

рукучерявый (о человеке)

Хъыджэбз щхьэ баринэ.

2. Зи къудамэхэр, щхьэкӀэр зэхуэдэу ихъуреягъкӀэ дахэу зэбгрыкӀыкӀа, зэбгрыпхъа (жыг).

рус круглой кроной, ветвистый (о дереве)

Жыг щхьэ баринэ.

щхьэ бжыгъэ

Ӏэщ ябжыр зэрыхъу бжыгъэ.

рупоголовье (скота)

Ӏэщ щхьэ бжыгъэм хэгъэхъуэн.

щхьэ гъум

Гъуму, ину щыт щхьэ зиӀэ.

руголовастый

Жьынду хуэдэу я нэхъыжь щхьэ гъумыр къыщӀэкӀат.— Къэбэрдей поэзием и антологие

щхьэ закъуагъэ

Щхьэ закъуэ псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэ.

руодиночество

Щхьэ закъуагъэ гупсысэм Нэфисэт зэщӀиубыдэрт.— КӀэрашэ Тембот

щхьэ закъуэ 1.

Псэуэгъу, щхьэгъусэ, бын зимыӀэ.

руодинокий (о человеке)

Дэбэч щхьэ закъуэт, гум и ныкъуакъуэр и хьэщӀэт, щӀыр игъэсысу ар лъащэрт.— Нартхэр

2. Зым и закъуэ ей, бгъэдэлъ.

ручастный, индивидуальный

Щхьэ закъуэ мылъку.

щхьэ закъуэрылажьэ

ЗыхэмытыӀауэ и закъуэу лажьэ (мэкъумэшыщӀэ).

руединоличник

щхьэ куцӀ

Щхьэ къупщхьэм илъ куцӀ.

руанат. головной мозг

щхьэ куцӀыншэ

Акъыл зимыӀэ, акъылыншэ.

рупросторечие безмозглый (о человеке)

Жинхэм щхьэ куцӀыншэм сагъэщӀащ гуэныхь.— КӀуащ БетӀал

щхьэ кӀыхь

Хуэбгъузэ кӀыхьу щыт щхьэ зиӀэ.

рус продолговатым черепом

щхьэ къуацэ

Щхьэц кӀыр зытет щхьэ зиӀэ.

рус лохматой, взъерошенной головой

ЩӀалэ цӀыкӀу щхьэ къуацэ.

щхьэ къуий

Къуийуэ щыт щхьэ зиӀэ.

рус плешивой головой

Си щхьэцыр гуащэ щхьэ къуийм есщащ.— ӀуэрыӀуатэ

щхьэ къупщхьэ

Щхьэм хэлъ къупщхьэр зэрыщыту.

ручереп

щхьэ мажьэ

Щхьэр зэражь, щхьэцыр зэкӀэщӀэмыхуу иӀыгъын папщӀэ хэӀуауэ кърахьэкӀ мажьэ.

ругребень, гребешок (напр. панцирный)

Щхьэ мажьэ къэсщэхуащ.

щхьэ нэщӀащэ

Щхьэм щыщу нэмрэ нэм къегъэщӀылӀа Ӏыхьэмрэ.

ручасть головы, где расположен глаз

Тхьэмадэм щхьэ щӀэлъэныкъуэр икъутэри, щхьэ нэщӀащэр къыбгъэдэсым иритащ.— Таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ

щхьэ папцӀэ

ПапцӀэу щыт щхьэщыгу зиӀэ.

руостроверхий

Къурш щхьэ папцӀэ.

щхьэ пылъапӀэ

ЩхьэпылъэкӀэ яукӀыну зи суд ящӀэхэм я щхьэр зэрыпалъэ кӀапсэр зыфӀэщӀа, пкъоуитӀкӀэ Ӏэта пхъэшыкъу.

рувиселица

Даутокъуэм.. цӀыхухэр щхьэ пылъапӀэм деж щызэхуихусат.— Советскэ Къэбэрдейм и ӀуэрыӀуатэхэр

щхьэ уасэ

Зыгуэр хуит кърагъэщӀыжын е езым зыӀэрагъэхьэж щхьэкӀэ щӀат пщӀэ.

рувыкуп (напр. за пленника)

Щхьэ уасэ тын.

щхьэ уз

Щхьэр узыныгъэ.

руголовная боль

щхьэ узыр ехьэлӀэн

рудовериться кому-л.

щхьэ умэ

И пӀэм имытыжыфу, псори къекӀэрэхъуэкӀ хуэдэу къыфӀэщӀу зыщӀ узыфэ.

рущхьэ уназэ головокружение

Щхьэ уназэ иӀэн. Щхьэ уназэ хъун.

Еплъ: щхьэ гъум. щхьэ уназэ

щхьэ цӀакӀэ

Щхьэм щхьэ цӀакӀэ хищӀэн.

Еплъ: цӀакӀэ

щхьэ щӀэлъэныкъуэ

Нэхъыжь Ӏыхьэу Ӏэнэм тралъхьэ Ӏэщ цӀыкӀум и щхьэм и ныкъуэгъэвар, жьэ къупщхьэр хэмыту.

руотваренная половина головы мелкого скота (напр. овцы), подаваемая как почетная доля старшему за столом

Щхьэ щӀэлъэныкъуэр къутэн.

щхьэ щӀыб

Щхьэм и щӀыбагъ лъэныкъуэ.

рузатылок

Абы {лӀым} и щхьэ щӀыбым зы дыркъуэ иӀэщ.— ӀуэрыӀуатэ

Kitapta geçtiği hali

щхьэ I 1. голова (человека, животного) / ЦӀыхум, псэущхьэм я пкъым щыщу нэ, пэ, жьэ, тхьэкӀумэ с. ху. хыхьэу пщэм фӀэтыр. * ЩӀалэ цӀыкӀухэр пабжьэм хэсщ я щхьэр къыхагъэжри. КӀ. А. 2. голова (единица счета скота) / Ӏэщым ехьэлӀауэ къыщагъэсэбэпым деж бжыгъэцӀэхэм ядэщӀыгъуу къапсэлъ хабзэ псалъэ. Щхьэ бжыгъэ. Щхьэ дапщэ хъурэ мэл хъушэр? 3. верх чего-л.; крышка / Зыгуэрым и щӀыӀу лъэныкъуэ. Шкафым и щхьэ. * Ди кхъуей кӀадэм и щхьэр тевмыч. фольк. 4. крыша / Уэшх, уэс с. ху. щихъумэу псэуалъэм тращӀыхьыр. Унэм щхь телъэхьэн. Игурэ и щхьэрэ зэтелъын см. гу II. Псом ящхьэ (ящхьэж) см. псо. {И} щхьэ бадзэ трихужыфын быть самостоятельным, уметь заботиться о себе. Щхьэ емыпэсын считать что-л. ниже своего достоинства. {И} щхьэ и жагъуэн быть в плохом настроении; чувствовать себя неважно. {И} щхьэ ириусыгъуджэн считать кого-что-л. недостойным себя. Абы дэ къытхыхьэн и щхьэ иреусыгъуджэ. {И} щхьэ зэрыхьщ пропади пропадом, черт с тобой. * Языныкъуэхэм Мурат и телъхьэу, адрейхэр Щэныбэ къыдэщӀу, зыкъомри, я щхьэ зэрыхьщ, жаӀэу щытт. Къ. Хь. {И} щхьэ къэкӀуэн прийти в голову. {И} щхьэ къемыгъэӀэтын не давать кому-л. свободы. {И} щхьэ къыхуэщтэн 1) взять что-л. 2) взять что-л. для себя. Щхьэ лъапӀэныгъэу лъытэн считать что-л. честью, достоинством для себя. {И} щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжын чувствовать себя жалким, униженным. * И щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжауэ, нэпсым итхьэлэу хъыджэбзыр докӀыж еджапӀэ пщӀантӀэм. Ӏуащхь. {И} щхьэ и пӀалъэ щӀэжын знать свои возможности. * Тыкъыр адэмыгу гуэрт, ауэ зи щхьэ и пӀалъэ зымыщӀэж пэдэгъэзейт. Къэб. И щхьэ тримычу см. щхьэтемычу. * Зытепсэлъыхьым и щхьэ тримычу Бэлаци къэпсэлъащ. КӀ. А. Щхьэ фӀэхыным хуекӀуэн доходить до крайности в чем-л. {И} щхьэ хуэпсэлъэн (хуэпсэлъэжын) разговаривать с самим собой. ЛӀыжьыр и щхьэ хуэпсалъэу, гъумэтӀымэу пщӀантӀэм дэтт. {И} щхьэ хуэпсэужын жить для себя, ради себя. {И} щхьэ хуэфӀын зехуэн заниматься полезным для себя делом. Щхьэ хуэщӀын кивком поздороваться. И щхьэ хуэӀущэщэн бормотать что-л. себе под нос. {И} щхьэ хужиӀэн (хужиӀэжын) = {И} щхьэ хуэпсэлъэн. Щхьэ шхыгъуэ ихуэн дожить до старости. {И} щхьэ щытхъужын восхвалять себя. * Уи щхьэ ущымытхъуж - уфӀмэ, укъащӀэнщ. (погов.) {Уи} щхьэ Ӏуэху зехуэн заниматься своими делами. ЩхьэкӀэ лэжьэн заниматься умственным трудом {И} щхьэм бжьэ еуэн быть ошарашенным каким-л. плохим известием, событием. 1) ударить в голову (напр. о вине) 2) огорчиться, разволноваться. Щхьэм дыгъэ еуэн получить солнечный удар. {И} щхьэм елъытын поставить себя на чье-л. место, представить себя в положении кого-л. Щхьэм епхъуэжын прийти в отчаяние от чего-л., схватиться за голову от чего-л. Щхьэм еуэжын раскаяться. {И} щхьэм жьы щызепщэн быть ветренным, легкомысленным (о человеке). {И} щхьэм илъыр щӀэн знать, что на уме, в голове у кого-л. * Абы ищхьэ илъ сыткӀэ пщӀэн, иджыри сабийщ. Къэб. {И} щхьэм имыкӀын из головы (из ума) не выходить. Щхьэм иригъэжэн обидеться, приняв что-л. на свой счет. {И} щхьэм ихьэн 1) сильно огорчиться 2) понять, разобраться в чем-л. {Уи} щхьэм куэд телъхьэн = {уи} щхьэм темылъ телъхьэн. {И} щхьэм къэсу по горло. {И} щхьэм къизэрыхьын взбрести в голову. Щхьэм къимытӀэсэн не укладывается в голове. {И} щхьэм къитӀэсэн понимать, уяснить что-л. Щхьэм къихьэн 1) прийти в голову. 2) набраться ума. Щхьэм къищхьэрыуэн взбрести в голову. Щхьэм къыщыщӀэдзауэ лъакъуэм нэс с головы до ног. {Уи} щхьэм темылъ телъхьэн кичиться без основания, много брать на себя. {Уи} щхьэм фӀэхын снять с себя ответственность. Щхьэм хуэхьыжын = щхьэм иригъэжэн. Щхьэм хуэмыгъэфэщэн = щхьэм емыпэсын. {И} щхьэм цӀацӀу щызопщэ просторечие ветер в голове. Щхьэм щӀэмытӀахъуэу псэун жить, не испытывая нужды. Щхьэр гъэбэтэн = щхьэр гъэвэн. Щхьэр гъэвэн болтать; морочить голову кому-л. Щхьэр гъэкӀын кичиться, важничать. Щхьэр гъэкӀэрэхъуэн 1) мотать головой (выражая несогласие) 2) покачать головой (от восхищения, удивления и т. п.). {Уи} щхьэр гъэпсэужын жить самостоятельно, самому содержать себя. Щхьэр гъэпудын компрометировать себя. Щхьэр гъэузын морочить голову кому-л. Щхьэр дэхын уйти куда глаза глядят, уйти восвояси. * МэжэщӀалӀи сыхъуауэ сылӀапэ щыхъум, си щхьэр дэсхри сежьэжащ. Ад. фольк. Щхьэри джатэри ӀэмыщӀэм илъщ находиться в руках, во власти, в воле кого-л. {И} щхьэр джэрэзын закружиться - о голове. Щхьэр егухын опустить голову от стыда, позора. Щхьэр егъэужэгъун надоесть, осточертеть. Щхьэр ехьэлӀэн довериться кому-л., вверить кому-л. свою судьбу. {И} щхьэр и жагъуэн быть в плохом настроении, в подавленном состоянии. {И} щхьэр зэгуэудын раскалываться, разламываться - о голове. Щхьэр зэкӀуэкӀын тронуться умом. {И} щхьэр зэтечын = {и} щхьэр зэгуэудын. Щхьэр зехьэн быть в отчаянии. * Ар губгъуэ нэщӀым къинащ, мэкъугъ, и щхьэр зэрехьэ. Дыщэ кӀ. Щхьэр зыфӀэудыжын заниматься самобичеванием. И щхьэр ихьын пойти куда-л. Щхьэр кудэн забить голову чем-л. Щхьэр кӀэрэхъуэн 1) закружиться - о голове. 2) потерять голову. {И} щхьэр къэвэн - щхьэр гъэузын. {Уи} щхьэр къэгъэпцӀэжын обмануть самого себя. Щхьэр къэхьын прийти Щхьэр къэщэхужын откупиться. Щхьэр къэӀэтын обнаглеть. {И} щхьэр кърихьэлӀэжын наконец вернуться. Щхьэр къыдэпхъуэтеин вскинуть голову. Щхьэр къыфӀэхун поникнуть головой, прийти в отчаяние (от горя или позора). Уи щхьэр къыфӀыкӀэ черт бы его побрал. Щхьэр къутэн 1) = {и} щхьэр зэгуэудын. 2) этн. делить голову (барана, козы напр. на свадьбе). {И} щхьэр и лажьэн иметь множество {своих} забот. Щхьэр лъагэ хъун = щхьэр лъапӀэн. Щхьэр лъапӀэн быть в чести у кого-л. Щхьэр мафӀэм хэлъын быть очень занятым, быть по горло в работе. {Си} щхьэр позгъэупщӀынщ даю голову на отсечение. Щхьэр пылъэн повесить кого-л. Щхьэр тегъэун развлекаться. Щхьэр течын вывести на чистую воду кого-л. Щхьэр удэгун морочить голову. Щхьэр ужэгъун измучиться. Щхьэр унэзэн 1) кружиться - о голове 2) потерять голову. Щхьэр фӀэудыжын сильно раскаиваться в чем-л. Щхьэр фӀэхун = щхьэр къыфӀэхун. Щхьэр фӀэчын сорвать голову кому-л. Щхьэр фӀэӀуэнтӀыкӀын = щхьэр фӀэчын. Щхьэр фӀихын трещать, раскалываться - о голове. Щхьэр хэлъхьэн поплатиться головой за что-л. Щхьэр хэхын унести голову. Щхьэр хуэгъэлъэхъшэн унижаться перед кем-л., преклоняться перед кем-чем-л. * Дыщэм а уи щхьэр хуумыгъэлъахъшэ, Ар дыщэ минхэм я лъапӀэщ. П. Б. {И} щхьэр хэӀуа зэпыту быть все время занятым, загруженным работой. Щхьэр хуэгъэтӀылъын доверившись кому-л., просить его о чем-л. Щхьэр хуэщӀын кивнуть головой кому-л. (напр. в знак согласия). Щхьэр щӀэгуэн понурить голову. Щхьэр щӀэхьэн уйти, сбежать куда глаза глядят. Щхьэр щӀэӀуауэ 1) понурив голову. * Мышэ лъэныкъуэкӀэ зыӀуидзри и щхьэр щӀэӀуауэ уэрамыр зэпиупщӀащ. Къ. Хь. 2) не покладая рук. Щхьэр щӀегъэхьэн 1) загонять кого-л. 2) затравить кого-л. * Дзыгъуэм я щхьэ щӀригъыхьэу Ар {джэдур} макъейуэ къэпщӀэуащ. Хь. А. Щхьэр щӀыжын опохмелиться. Щхьэр щӀын покачать головой. Щхьэр Ӏэтын = щхьэр къэӀэтын. щхьэ баринэ 1. кучерявый (о человеке) / Зи щхьэцыр утӀэрэза. Хъыджэбз щхьэ баринэ. 2. с круглой кроной, ветвистый (о дереве) / Зи къудамэхэр, щхьэкӀэр зэхуэдэу ихъуреягъкӀэ дахэу зэбгрыкӀыкӀа, зэбгрыпхъа (жыг). Жыг щхьэ баринэ. щхьэ бжыгъэ поголовье (скота) / Ӏэщ ябжыр зэрыхъу бжыгъэ. Ӏэщ щхьэ бжыгъэм хэгъэхъуэн. щхьэ гъум головастый / Гъуму, ину щыт щхьэ зиӀэ. * Жьынду хуэдэу я нэхъыжь щхьэ гъумыр къыщӀэкӀат. Къэб. п. и ант. щхьэ закъуагъэ одиночество / Щхьэ закъуэ псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэ. * Щхьэ закъуагъэ гупсысэм Нэфисэт зэщӀиубыдэрт. КӀ. Т. щхьэ закъуэ 1. одинокий (о человеке) / Псэуэгъу, щхьэгъусэ, бын зимыӀэ. * Дэбэч щхьэ закъуэт, гум и ныкъуакъуэр и хьэщӀэт, щӀыр игъэсысу ар лъащэрт. Нарт. 2. частный, индивидуальный / Зым и закъуэ ей, бгъэдэлъ. Щхьэ закъуэ мылъку. щхьэ закъуэрылажьэ единоличник / ЗыхэмытыӀауэ и закъуэу лажьэ (мэкъумэшыщӀэ). щхьэ куцӀ анат. головной мозг / Щхьэ къупщхьэм илъ куцӀ. щхьэ куцӀыншэ просторечие безмозглый (о человеке) / Акъыл зимыӀэ, акъылыншэ. * Жинхэм щхьэ куцӀыншэм сагъэщӀащ гуэныхь. КӀу. Б. щхьэ кӀыхь с продолговатым черепом / Хуэбгъузэ кӀыхьу щыт щхьэ зиӀэ. щхьэ къуацэ с лохматой, взъерошенной головой / Щхьэц кӀыр зытет щхьэ зиӀэ. ЩӀалэ цӀыкӀу щхьэ къуацэ. щхьэ къуий с плешивой головой / Къуийуэ щыт щхьэ зиӀэ. * Си щхьэцыр гуащэ щхьэ къуийм есщащ. фольк. щхьэ къупщхьэ анат. череп / Щхьэм хэлъ къупщхьэр зэрыщыту. щхьэ мажьэ гребень, гребешок (напр. панцирный) / Щхьэр зэражь, щхьэцыр зэкӀэщӀэмыхуу иӀыгъын папщӀэ хэӀуауэ кърахьэкӀ мажьэ. Щхьэ мажьэ къэсщэхуащ. щхьэ нэщӀащэ часть головы, где расположен глаз / Щхьэм щыщу нэмрэ нэм къегъэщӀылӀа Ӏыхьэмрэ. * Тхьэмадэм щхьэ щӀэлъэныкъуэр икъутэри, щхьэ нэщӀащэр къыбгъэдэсым иритащ. Таур. хъыб. щхьэ папцӀэ островерхий / ПапцӀэу щыт щхьэщыгу зиӀэ. Къурш щхьэ папцӀэ. щхьэ пылъапӀэ виселица / ЩхьэпылъэкӀэ яукӀыну зи суд ящӀэхэм я щхьэр зэрыпалъэ кӀапсэр зыфӀэщӀа, пкъоуитӀкӀэ Ӏэта пхъэшыкъу. * Даутокъуэм.. цӀыхухэр щхьэ пылъапӀэм деж щызэхуихусат. Сов. Къэб. ифольк. щхьэ уасэ выкуп (напр. за пленника) / Зыгуэр хуит кърагъэщӀыжын е езым зыӀэрагъэхьэж щхьэкӀэ щӀат пщӀэ. Щхьэ уасэ тын. щхьэ уз головная боль / Щхьэр узыныгъэ. Щхьэ узыр ехьэлӀэн довериться кому-л. щхьэ умэ см. щхьэ гъум. щхьэ уназэ головокружение / И пӀэм имытыжыфу, псори къекӀэрэхъуэкӀ хуэдэу къыфӀэщӀу зыщӀ узыфэ. Щхьэ уназэ иӀэн. Щхьэ уназэ хъун. щхьэ цӀакӀэ см. цӀакӀэ. Щхьэм щхьэ цӀакӀэ хищӀэн. щхьэ щӀэлъэныкъуэ этн. отваренная половина головы мелкого скота (напр. овцы), подаваемая как почетная доля старшему за столом / Нэхъыжь Ӏыхьэу Ӏэнэм тралъхьэ Ӏэщ цӀыкӀум и щхьэм и ныкъуэгъэвар, жьэ къупщхьэр хэмыту. Щхьэ щӀэлъэныкъуэр къутэн. щхьэ щӀыб затылок / Щхьэм и щӀыбагъ лъэныкъуэ. * Абы {лӀым} и щхьэ щӀыбым зы дыркъуэ иӀэщ. фольк. II вопросит. мест. почему / Ӏуэхугъуэ гуэрым и щхьэусыгъуэр къащӀэн щхьэкӀэ зэрыщӀэупщӀэ цӀэпапщӀэ. * Уэ, Хьэцацэ дахэ, щхьэ упагэ? Къэб. п. и ант.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. ЦӀыхум, псэущхьэм я пкъым щыщу нэ, пэ, жьэ, тхьэкӀумэ, с. ху. хыхьэу пщэм фӀэтыр.

АтӀэ алъандэрэ щхьэ жумыӀарэ? – жиӀэри Астемыр и щхьэр ӀитӀкӀэ иубыдащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 713

+2 örnek

Къазджэрий лъэгуажьэмыщхьэу уври, и щхьэр уӀэгъэм ирихьэлӀэри, едэӀуащ, Жыраслъэн и гур къеуэрэ къемыуэрэ зригъэщӀэну, Жыраслъэн псэут— Хъуэпсэгъуэ нур, 476

И щхьэр си анэм хуипхэри дигъэкӀыжащ— ХьэщӀэ лъапӀэ, 399

2. Зыгуэрым и щӀыгу, и нэхъ лъагапӀэ.

Хьэщхьэтеуэм жыгхэр игъэшати, бэдж хужьым ещхьу жыг щхьэ баринэхэм я къудамэ кӀыхьхэр я кӀапэкӀэ уэсым хэӀужауэ щытт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 287

+2 örnek

Къырым и щхьэ адэкӀэ-мыдэкӀэ бгъунщӀагъхэм Локотош пулемет сытхэр ирагъэуващ, нэхъ лъахъшэӀуу - миномет, топ уапӀэ ищӀащ, партизанхэр къуэгъэнапӀэ хъарзынэхэм къуэсу игъэтӀысащ, уалъэӀэсыну Ӏэмал закъуэ имыӀэу.— Нал къута, 299

И щхьэм итыр гъэгъауэ и щӀагъым щӀэтыр щхъунтӀабзэу зэрыщытт.— Щынэхужьыкъуэ, 62

3. Уэшх, уэс, с. ху. щихъумэну псэуалъэм тращӀыхьыр.

ЛӀыгъур и пщӀантӀэм цӀыхуу дэхуэр дэтт, батэкъутэр ягъэшу, куэбжэ пкъоми, кӀыщым и щхьэми нып фӀэдзат: маржэ, ди хьэгъуэлӀыгъуэм фыблэмыкӀ, фыкъеблагъэ жыхуиӀэ щӀыкӀэу.— Лъапсэ, 117

+2 örnek

Абы къикӀыр жимыӀэми, гурыӀуэгъуэт: бегъымбарым иригъэщӀа мэжджытым и щхьэр иӀэта нэужь, къауэ зэпыт щыхъум, и къуэр къурмэн ищӀри Алыхьу тэхьалэм и нэфӀ зыщригъэхуэну щӀалэ цӀыкӀур иришэжьати, къурмэн щӀыпӀэм нэсауэ къыздикӀар имыщӀэххэу гъэлъэхъу къыхуашэри и къуэр псэууэ къелащ.— Кхъэлэгъунэ, 373

ЕтӀуанэрей махуэм хьэблэм дэс лӀыхэр зэхуэсри, я Ӏуэху къагъэнами, щхьэж сэбэп зэрэхъунумкӀэ зэгурыӀуэри, хэт мэзым кӀуэри чы-бжэгъу къишащ, хэти пхъащхьэ хъун къигъуэтащ, хэти мывэ къишэри зэрыжаӀэм хуэдэу, чы-бжэгъу ящӀри и щхьэри ябгъэжащ.— ГущӀэгъу, 425

4. Щхьэц мыхьэнэ иӀэу.

Сыт ищӀами ар къалъагъур, Сыт жиӀами, псынщӀэу къащӀэ, Ӏуэху иухым къыхущӀагъур, ЯӀэщ пщащэр ӀуэхутхьэбзащӀэу, Гуащэр хущхьэм, ныдохущхьэ, Хуежьыр зэми и щхьэ.— Тисей, 499

+2 örnek

НысащӀэ дахэр пщэдджыжьым Къэтэджмэ, гъуджэм бгъэдохьэр, И щхьэр хуэм-хуэму, мис, ижьу, Дахагъэ лъапӀэр нэм хуехьыр— Бгыхэр. «Бгы лъапэхэм деж», 36

Щхьэ дапщэ ппытын хуей дэтхэнэ мыхъумыщӀагъэм папщӀэ уи щхьэ хэплъхьэнумэ, зы щхьэ закъуэ пфӀэтщи, уи щхьэ къудей бжьыну ухущӀыхьэркъым.— Щынэхужьыкъуэ, 49

5. Зыгуэрым трапхъуэ, трапӀэ. (хьэкъущыкъу с. ху.)

КъалэкӀыхьым деж къыщыщӀэдзауэ гъущӀ гъуэгу станцу хъуам грузовик машинэ куэд, щхьэ ятелъу, хъумакӀуэхэри исыжу, тезу тетщ жаӀэу зылъэгъуахэр къыщыувам, итӀани зи фӀэщ мыхъу зырыз ухуэзэт: «псори ирашынукъым, нэмыцэм хуэлэжьа закъуэтӀакъуэхэм фӀэкӀа»,- жаӀэу.— Лъапсэ, 84

+1 örnek

И щхьэр къытрихмэ [кастрюлым] - уэ сысыс, мыдэ мыр!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 579

6. Зыгуэрым и щӀэдзапӀэ, япэрей.

– Ти, псалъэм и щхьэр умыщӀэмэ, и кӀэри пщӀэркъым жыхуаӀэр аращи, Казбек Машевич и щхьэм къыщыщӀидзащ.— Лъапсэ, 83

7. Къэп, къалътэмакъ, хъуржын, с.ху. лъэныкъуэ зэӀухауэ щытыр.

Дэри къэп етӀуанэр къыдохь, и щхьэр дотӀатэри догъэув.— МелыӀыч, 471

Deyimler (62)

[и] гурэ [и] щхьэрэ зэтетын

Еплъ: гу

щхьэм мыгъуагъэ хуэхьыжын

ТхьэмыщкӀэу, зыри къыпхуэмейуэ зыбжыжын.

Къуажэ къыздэкӀуам абы и хъыбар зэхахат, арщхьэкӀэ нэмыс лей къыхуащӀу гу ялъитакъым, уеблэмэ псори Инал епщӀауэ, сыт къыджиӀэу дигъэщӀэну пӀэрэ, жаӀэу къажыхьырт, Къазджэрий гу къылъамытэу и щхьэм мыгъуагъэ хуихьыжырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 476

+2 örnek

Мыбы хуэдэу щхьэ сыхъуа, сызэрыщытым хуэмыдэу нэгъуэщӀ зыгуэру щхьэ сыщымытрэ, жысӀэу си щхьэ мыгъуагъэ хуэсхьыжыркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 718

Апчарэрэ Иринэрэ я щхьэ мыгъуагъэ хуахьыжат, Албиян «ди батарее», «ди минометчикхэр» жиӀэу и напщӀэ телъар щалъагъум.— Щынэхужьыкъуэ, 30

щхьэ фӀэтын

Акъыл бгъэдэлъын, зэхэщӀыкӀ иӀэн, губзыгъэн.

Япэм Астемыр къурӀэнкӀэ Ӏэзэщ жаӀэу щытамэ, иджы урысыбзи ещӀэ, тхэкӀи еджэкӀи ещӀэ, къуажэм апхуэдэу щхьэ зыфӀэт дэс, жаӀэу щӀыхьышхуэ къыхуащӀ хъуат— Хъуэпсэгъуэ нур, 195

+1 örnek

[Дэфэрэдж, лӀым хуэгъэзауэ:] Сэри къызгурыӀуэжащ зэрезгъэлеяри, нэхъ щабэу жызоӀэ: – Сэри уэракъым щӀыжысӀар, уи щхьэм хуэдэ мыгъуэ дэри тфӀэтамэ, арати.— Лъапсэ, 19

[и] щхьэ хуэпсэлъэжын

Макъ щӀэту, зыми хуэмыгъэзауэ езыр зэпсалъэжын.

Къазджэрий зэпсалъэр Лукъым, и щхьэ хуэпсэлъэжу арат— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 624

+2 örnek

Иджыри куэд хуейщ, ди псыр къабзэ хъун щхьэкӀэ, - жиӀэри Степан Ильич и щхьэ хуэпсэлъэж хуэдэу псэлъащ, псоми зэхахыу— Хъуэпсэгъуэ нур, 312

«Иджы дэнэ сагъэкӀуэн, зыгуэр къэхъужыкъуэ хъумэ, - жиӀэу Чокэ и щхьэ хуэпсэлъэжырт.— Щынэхужьыкъуэ, 77

58 deyim daha

[и] щхьэ хужиӀэн (хужиӀэжын)

КъэкӀуэжыну къоӀэ мыгъуэ, жиӀэрт, и щхьэ хужиӀэжу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 487

+1 örnek

Сосрыкъуэ ягъэтӀысащ атӀэ! – жиӀащ Мэтхъэным, и щхьэ хужиӀэж хуэдэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 723

Еплъ: [и] щхьэ хуэпсэлъэжын

[и] щхьэ щытхъужын

Езым и цӀэ фӀыкӀэ ириӀуэжын.

Сосрыкъуэ нэхъ жьэрэӀурэу къыщӀэкӀынти, егъэджакӀуэм къимылъагъу къызэрыфӀэщӀу, и щхьэ щытхъуу къиублэрт, бэлыхь гуэр ищӀа хуэдэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 664

+2 örnek

Рахьим и щхьэ щытхъужу жиӀэрт езыр къэжэр лъэпкъми зэрымуслъымэныр— Хъуэпсэгъуэ нур, 75

[Локотош щӀэупщӀащ:] - Дэ къыттекӀуэн дзэ щыӀэкъым жаӀэу я щхьэ щытхъужу щыта дзэр губгъуэм къыщракъухьакъэ?— Щынэхужьыкъуэ, 141

[уи] щхьэ Ӏуэху зехуэжын

Езым и фейдэ зыхэлъым и ужь итын.

Нэмыцэм я Ӏэщэ къытӀэщӀэхьар яӀыгъыу зэуэн хуэдэу отряд щхьэхуэ зэхуэдгъэшэс жаӀати, ари Якъуб къабыл ищӀакъым, и щхьэ Ӏуэху зэрихуэжу арат зи ужь итыр.— Нал къута, 301

+2 örnek

Тыркум сыздэщыӀам, абы ещхьыркъабзэу, судым сыратауэ щытати, си щхьэ Ӏуэху щызесхуэжым, уи псэлъэкӀар си гум къэзгъэкӀыжат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 566

Бэтокъуи ещанэу а лӀитӀыр Мусэ и пщӀантӀэм дэтырейт, я щхьэ Ӏуэху къагъэнауэ, хамэ щхьэӀуо Мусэ хуэхъурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 52

[и] щхьэм бжьэ еуа хуэдэу

Хэгужьеихьауэ, хэзэрыхьауэ.

Иринэ здэкӀуэнур имыщӀэу, и щхьэ бжьэ еуа хуэдэу, щытт.— Нал къута, 279

+1 örnek

Зи бын зауэм мыкӀуа щыӀэкъыми, цӀыхум я щхьэм бжьэ еуа хуэдэу гузэвэгъуэм хэт защӀэу мэпсэу.— Къалэн, 431

[и] щхьэм итын

И гупсысэр зыгуэрым теухуауэ щытын.

– Епсалъэ уи шыпхъум, – жиӀэу Хьэбибэ и къуэм елъэӀурт, и щхьэм итыр къыпхуэщӀэнукъым.— Щынэхужьыкъуэ, 33

щхьэм епхъуэжын

Ӏуэхугъуэ, къэхъукъащӀэ гуэрым, къыхэкӀкӀэ и щхьэр иубыдыжын.

Елдар занщӀэу къэуӀэбжьауэ, и щхьэм епхъуэжащ, лӀым и фэр шэхум хуэдэу пыкӀати, лъы ткӀуэпс щӀэтыжкъым, жыпӀэнт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 373

щхьэм цӀацӀу щызепщэн

Акъылышхуэ имыӀэн.

[Долэт Мусэрэ Бэтокъуэрэ захуигъазэу:] Щывгъэт адэ, фи щхьэм цӀацӀу щызопщэ фэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 240

щхьэм къихьэн

И акъылыр зыгуэрым хуэкӀуэн.

Я нэхъыжьыр Иналщ, щӀалэ Ӏущ цӀыкӀущ, япэ къамэм епхъуэн хуейр аращи, тхьэм ещӀэ абы и щхьэм къихьэнур, фочыфӀ е къамэфӀ къыпэщӀэхуэмэ, и гур Ӏэджэми жэнкӀэ мэхъу— Хъуэпсэгъуэ нур, 391

+2 örnek

Дэни ирекӀуэ - Париж дэмыс закъуэмэ, дзэри зи ӀэмыщӀэ илъыр аращи, апхуэдэ дзэпщым и щхьэм къихьэнур пщӀэну щыткъым.— Лъапсэ, 296

Къасбот къыщӀэна сабийхэм зэрадэӀэпыкъунуми шэч хэлътэкъым, ауэ ар жыжьэ плъэрт: хэт ищӀэрэ нобэ щӀалэу, делэу щыт цӀыкӀухэм, къэхъумэ, я щхьэм къихьэнур.— Хъуэпсэгъуэ нур, 391

щхьэм къеуэжын

Езым зэран къыхуэхъужын.

[Локотош Якъуб жреӀэ:] Дэ бжьэцу дызэрызехьэмэ, ди щхьэм къеуэжынщ.— Нал къута, 295

[си] щхьэм езудэкӀын

Сыту сщӀын, зыкӀи сыхуэныкъуэкъым.

[Алыджыкъуэ:] – Зы сэшхуэжь къысхуэнати, ари нышэдибэ дурэшым дэздзэжащ, «си щхьэм езудэкӀын», жысӀэри.— МелыӀыч, 451

щхьэм хузэгуэпыжын

Езыр зыхуэмыарэзыжу зэгуэпын, ищӀа гуэрым къыхэкӀыу.

[Алыджыкъуэ:] Си щхьэм сыхузэгуопыж: бэлыхьлажьэ щхьэ зытеслъхьэжа, жызоӀэри.— МелыӀыч, 439

щхьэр блыным еудэкӀын

Узым, е гуауэм иригъэзауэ, хуэмышэчыжу зезудэкӀыжым хужаӀэ.

Дэфэрэдж и къэжьын къакӀуэ хуэдэу зещӀ, хуэш къыхыхьауэ фӀэкӀ умыщӀэну зеукъуэдий, зыгуэрхэр къебж, и щхьэр блыным иреудэкӀыж, и щӀалэ цӀыкӀур фӀэмыӀуэхуж хуэдэу, «псы» жиӀати, фэндыр зэрыфэнду иратауэ хьэлэчу зытрекӀэж.— Лъапсэ, 42

щхьэр гъэкӀэрэхъуэн

ГъэщӀэгъуэн къыщыхъун, зэгуэпын.

Ай-ай-ай - жиӀэурэ Мусэ и щхьэр игъэкӀэрахъуэрт,- Алыхьым и нейр зыщыхуэн.— Хъуэпсэгъуэ нур, 78

+1 örnek

Сэид и щхьэр игъэкӀэрахъуэрт:- Дауэ цӀыхум уазэрэгурыӀуэнур?— Хъуэпсэгъуэ нур, 146

щхьэр гъэпсэужын

Зыми щымыгугъын, уи щхьэ Ӏуэхур уэ зепхуэжын.

Зэкъуэшищрэ зэшпхъуитӀрэ мэхъу, щӀалитӀым зыр балигъ хъуащ, нэхъыщӀэри балигъ хъуным нэблэгъащи, я щхьэр ягъэпсэужынщ, жиӀэри и быным яхэкӀауэ Ӏурарэ хуэкъулейуэ псэу Бекъан щыдэкӀуэжым, нэхъ цӀыкӀухэр зыкъомрэ гъащ, нэхъыжьхэри я анэм хузэгуэпащ, дыкъыхыфӀидзэри ежьэжащ, жаӀэри.— Къалэн, 427

+2 örnek

Мусэрбий къулейсызым ящыщт, и гъащӀэм лӀыщӀэрт, ауэ и щхьэр хуэгъэпсэужыртэкъым, абыи Щэрданхэ я хамутыжьитӀ къыӀэрыхьати, шы къэпщэхунум шхуэ къэгъуэт жыхуаӀэм хуэдэу, къихьри унэм щӀилъхьащ, арщхьэкӀэ насып иӀэтэкъым, абы шы къищэхуу псэуну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 292

ЩӀалэ цӀыкӀум хъарзынэу и щхьэ игъэпсэуж пэтми, и анэр нэхъ гумащӀэ къыхуэхъуа хуэдэу нэхъ къэкӀуэрей хъуащ.— Къалэн, 430

щхьэр гъэпудыжын

ЕмыкӀу къэхьын, напэр техыжын.

Астемыр къэвгъуэтыну фыхуеймэ,- жиӀэрт Думэсарэ, - зи щхьэр зымыгъэпудыж лӀыр зэрылъыхъуэм хуэдэу фылъыхъуэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 289

щхьэр гъэсысын

Мыдэныгъэ, дэныгъэ, зэгуэпыныгъэ…с. ху. къигъэлъагъуэу уи щхьэр зыгуэру гъэхъеин.

Сэ жысӀэр и фӀэщ мыхъуауэ Назифэ и пэшым и бжэр Ӏуихри щӀэплъэмэ, пӀэр зэлъыӀухауэ щилъагъум, гъумэтӀымэри и щхьэр игъэсысащ.— Лэчымэ, 393

+1 örnek

Зыгуэр къахыхьэрэ щэху цӀыкӀуу: «Сэламхьэлекум» - жиӀэмэ, «уэлекум сэлам»,- жаӀэу щыст, я щхьэр ягъэсысу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646

щхьэр гъэузын

Зыгуэр зэгуэгъэпын, мыгъэпсэун.

ЛӀыжь-фызыжьым си щхьэр ягъэузу дауэ сабгъэдэсын, жумыӀэмэ, хьэщӀагъэ уэтхынщ.— КӀапсэ кӀапэ, 6

+2 örnek

Си гъунэгъум селъэӀуурэ я щхьэр езгъэгъэузащ, уелъэӀумэ, щхьэусыгъуэ къагъуэтыр.— МелыӀыч, 446

ЩӀалэщӀэ нащхъуэ цӀыкӀуу вытӀощыщӀэр зыӀыгъыр зэ еппъыгъуэкӀэ машинэр зейм еплъыри дадэм гу лъитащ абы и гум щыщӀэм, щхьэр умыгъэузу ущырагъэблэгъакӀэ еблагъи сэри сыутӀыпщыж, жиӀэу арыгъэнт.— КӀапсэ кӀапэ, 6

щхьэр гъэунэзэн

Щхьэр зыгуэрым игъэкӀэрэхъуэн, ихъуреягъкӀэ кӀэрахъуэу уигъэлъагъун.

Куэд дэмыкӀыу езы Диси лафкӀэм зыщӀигъэхуати, щӀакхъуэмэ ӀэфӀым, браныч, хьэлыгъуанэ сытхэм къапих мэ ӀэфӀыр къыщыщӀихьэм, фыз ныбэнэщӀым и щхьэр занщӀэу игъэунэзащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 132

щхьэр гъэфӀыжын

Уи щхьэ зыхуей хуэбгъэзэжын.

И щхьэ закъуэр игъэфӀыжу Лажьэу дахэм къыщӀидзат, Ӏыхьлы ӀэфӀхэр игу къэкӀыжу Куэдрэ гъыуи и хабзат.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 152

щхьэр гъеижын

1). Уигу зэбгъэжын, насыпыншэу зылъытэжын.

Ищхьэр егъеиж уэ къыщыбдэкӀуа махуэ лъандэрэ.— Лъапсэ, 50

щхьэр дэхын (ихын)

Зы щӀыпӀэ гуэр (унэ, къалэ с.ху.) шынагъуэ, зэгуэп хуэдэхэм къыхэкӀыу дэкӀын.

Деникиным и дзэр къыракъухыу, и щхьэр псэууэ ди хэкум ирихыжыну зэрызехьэу ЧерноморэмкӀэ щыщӀэпхъуэжым, Мэтхъэнри дунейм къытехьэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 320

+2 örnek

ЦӀыкӀуи ини къуажэм дэсым Гъыуэ, бжэуэ Я щхьэр дахыр.— Тисей, 484

Си щхьэр щыдэсхми, сыдэкӀакъым, Си псэр а къуажэм къыдэнащ.— Сыжейми, си нэр зэтесхами. «Щхьэлыкъуэ», 382

щхьэр егъэужэгъун

Егъэзэшын, кӀэрыхъыжьауэ зэгуэгъэпын.

Си щхьэр сагъэужэгъужащ….— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 555

+1 örnek

А зэрысымаджэу махуэ псом кӀыфӀ хъуху Свистяшкэрэ абы и къуэдзэмрэ къыпкърыупщӀыхъащ, бэуапӀэ кърамыту, и щхьэр ирагъэужэгъуу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 722

щхьэр ехьэлӀэн

Зыгуэрым уи дзыхь егъэзын.

А тӀум я щхьэр Мусэ ирамыхьэлӀэуи хъуакъым, сыту жыпӀэмэ къадыр ахъшэ куэд хуейт, мэжджыт ахъшэр къанэ щымыӀэу зэщӀикъуэу ежьэжмэ къезэгъыу къилъытэртэкъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 486

щхьэр зэкӀуэкӀын

И акъылыр мытэмэмыжын.

Инали зэгупсысын иӀэт, и щхьэр зэкӀуэкӀа хуэдэу, зэгуэпырт, гуитӀщхьитӀ хъуат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 737

[и] щхьэр зэрихьэжын

Лъэрытету, зыри дэмыӀэпыкъуу езы-езыру зекӀуэфу, псэуфу щытын.

ИтӀани, уи щхьэр пхуземхьэжмэ, гугъукъэ – щӀыб икӀами, и гъуэншэдж тӀэкӀур щимытӀэгъэжыфу, лъахъэ илъым хуэдэу ерагъыу унэм къыщӀыхьэжмэ, Ӏурарэ дэмыӀэпыкъуу хъуртэкъым— Къалэн, 430

[и] щхьэр зыдихьынур имыщӀэн

Ӏэнкун хъун, гужьэеин, шынэ, гузэвэгъуэ хуэдэхэм къыхэкӀыу.

Къэхъуа-къэщӀа къомым иужькӀэ Тембот и щхьэ зыдихьынур ищӀэртэкъым, жэмым и ужь уитынущи, яшхащ, кӀыщым укӀуэ хъужыртэкъым, ныбжьэгъу закъуэри апхуэдэщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 296

+2 örnek

ЦӀыхур зыщӀэупщӀэн мащӀэт: шэсыпӀэ диувэрэ, Жыраслъэн жылэм къыдэтшыжмэ, и унэ екӀуэлӀэжыну, дэнэ ихьыну и щхьэр, жаӀэу зигу къэкӀи ухуэзэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627

«Лъэпкъ цӀыкӀухэр хэкум ираш» жаӀэу арат хъыбарри, цӀыхум я щхьэр зыдахьынур ямыщӀэуэ, гузэвэгъуэм имыгъэжеижу къэнат.— Лъапсэ, 83

щхьэр къэгъэвэн

Зыгуэрым зэгуигъэпын, щхьэр игъэузын.

Джэгум щхьэр къигъэвауэ, Мыщэр псалъэу къэуващ:- ПшынэуапщӀэу фэ къэфхьар Насып защӀэу вгъуэтыжынщ, Ягъэ кӀынкъым, гугъу ехьахэр ДывгъэтӀыси мыр тшхыжынщ.— Бажэ пшынэ, 14

+1 örnek

Марфэ щтауэ мэгузавэ, зыдэкӀуэнур къыхуэмыщӀэ, Мис газетхэм щхьэр къагъавэ: «Польшэр токӀуэ, бийхэр фӀыуэ хыдогъащӀэ» - ЖаӀэу пцӀыхэр ягъэкуэд.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 161

щхьэр къэгъэнэн

ХэкӀуэдэн, зыщӀыпӀэ укӀа щыхъун (зауэ с. ху.).

ТекӀуэныгъэм щыгугъами Хуэхъуу я щхьэр къагъэнэнт.— ПщыкӀуз. «Бгы лъапэхэм деж», 91

щхьэр къэгъэпцӀэжын

Гугъэ нэпцӀ зэтыжын.

Дунейм къутэжыхукӀэ утетыну Уи гугъэм, уи щхьэр къыбогъэпцӀэж. Д— и хэку аргуэру къызогъазэ. «Щхьэлыкъуэ», 379

щхьэр къэхьыжын

Псэууэ зы шынагъуэ гуэрым къыхэкӀыжу унэм къекӀуэлӀэжын.

Нурхьэлий тенджызым зэпырыкӀати, ерагъыу и щхьэр къыхуэхьыжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 191

щхьэр къэщэхужын

ПщылӀыпӀэ ихуа цӀыхур, е гъэру яубыдар щхьэхуит хъужын папщӀэ ахъшэ, мылъку с. ху. ириту щхьэхуит зыкъригъэщӀыжын.

Уи щхьэр къэпщэхуж хъуми аратэкъэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 84

+2 örnek

Уи щхьэ къэпщэхужын хуей мыхъун уи гугъэ?— МелыӀыч, 458

Уи щӀыхьыр, хэкур, Ӏыхьлыхэр Уи бий залымым епщащи, Иджы узэщэр сэ сощӀэ, къэпщэхужыну уэ уи щхьэр уолъыхъуэ уасэ, аракъа?— Адэ, 140

щхьэр къэӀэтын

УкӀытэ, шынагъэ имыӀэжын, къэгушхуэн.

ЗищӀ къатрахауэ щытахэм я щхьэр къаӀэтауэ батэкъутэр ягъэшырт, загъэлӀу шы дахэм тесу уэрамым къыдэхьэрти абы я щӀыр зыва къулейсызхэм тефыщӀыхьырт, иныкъуэхэр щыкӀауэ псалъэрт:- Щхьэ къыдумычрэ нартыхур?— Хъуэпсэгъуэ нур, 278

+2 örnek

ЗэрылӀ пхъашэр имыгъэгъуащэу, и щхьэр Ӏэтарэ пагафэ зытригъауэу, и ужьым ит сэлэтыр хъымпӀар имыщӀу кӀуэрт, и пащӀитӀым зыр къытрачауэ щытыгъати, пащӀэ ныкъуэу щыт пэтми.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 580

Шы къарэ лъэ псыгъуэ фэкъушхуэм и бгъэгу иным бгъэрыщӀэ дахэр илъу, къафэу фӀэкӀа умыщӀэну, и щхьэр лъагэу иӀэтауэ къакӀуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 85

щхьэр къызэщӀэвэн

Щхьэр вууэ, зыми емыгупсысыфу щытын.

Махъсымэр чейм къызэривыкӀым ещхьу, Нурхьэлий и щхьэр къызэщӀэвауэ дунейм техуэжыртэкъым, езыри зэ адэкӀэ, зэ мыдэкӀэ щӀихьэрт, и нэм щӀыр имылъагъужу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 227

щхьэр къыфӀэхун

Къэнэщхъеин, гупсысэшхуэ хэхуэн.

И щхьэр къыфӀэхуауэ, зи пащӀэ псыф хъуа лӀы гуэр щыслъагъум, си гум ищӀащ ар сымаджэм и адэр зэрыарар, езыми сыкъыщилъагъум, и гур къызэфӀэнащ- телефоным и Ӏуэхур и гум къэкӀыжа.— Лъапсэ, 17

+2 örnek

Адэм дежкӀэ ӀэфӀкъэ сабийр, Ибрахьим и гум къыщӀитхъми, дауэ ищӀынт, и щхьэр къыфӀэхуауэ кӀуэрт, щӀалэ цӀыкӀур джэгурт, хьэндырабгъуэ ещэрт, мывэкӀэщхъ хуэзэм идзырт, и зэш тригъэуну яшэ хуэдэ, и адэм кӀэлъыкӀуэу кӀуэрт— Хъуэпсэгъуэ нур, 441

Назифэ и щхьэр къыфӀэхуауэ гъуэлъыпӀэм исщ, нэгум ущӀимыгъаплъэу ӀэгуитӀымкӀэ и щхьэр иӀыгъщи, зы Ӏэпхъуамбэм дыщэ Ӏэлъын, мыщӀэ дахэ илъу Ӏэрылъу солъагъу.— Лэчымэ, 394

[и] щхьэр къыфӀыкӀэ

Шхыдэ псалъэ, зы акъылыншэ гуэрым ещхь ирехъу жиӀэу къикӀыу. -124.

Амнистие, жиӀэу Жыраслъэн къэзутӀыпщыжам къыфӀыкӀэ Жыраслъэн и щхьэр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591

+2 örnek

ЩӀыхь къыпхуэзыщӀым уи щхьэр къыфӀыкӀэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 120

А-а, уэ къодаӀуэм уи щхьэр къыфӀэкӀэ.— КӀапсэ кӀапэ, 17

щхьэр мафӀэм хэлъын

Ӏуэху куэд дыдэ иӀэн, Ӏуэхум къыдэмыхуэн, и къурмэкъеим къэсу лэжьыгъэ иӀэн.

[Борис Борисович жиӀэу:] - Ар сыт гушыӀэкӀэ, дэ ди щхьэр мафӀэм хэлъщ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 159

+2 örnek

Иринэ езым и щхьэр мафӀэм хэлъщ. Хъыбар езгъэщӀэну сыхуейкъым.— Нал къута, 277

Нобэ ди щхьэр мафӀэм хэлъщи, си дзэр мэш.— Нал къута, 293

[си] щхьэр позгъэупщӀынщ

ЖаӀэр зэрыпэжыр щӀрагъэбыдэу къагъэсэбэп жыӀэгъуэщ.

[Астемыр жиӀэу:] Си щхьэр позгъэупщӀынщ сэри, Жыраслъэн ар имыӀэщӀагъэм— Хъуэпсэгъуэ нур, 362

[уи] щхьэм пщӀэ хуэщӀыжын

Уи уасэр пщӀэжын.

УкӀуэркъэ, зыӀурамылъхьэж, - жиӀэри писыр щхьэфэкъур къэгузэвауэ Астемыр къепсэлъащ, модрейри пӀащӀэ-тхъытхъыу унэм щӀэмылъадэу, зигъэӀэдэбу, и щхьэм пщӀэ зэрыхуищӀыжыр нэрылъагъуу, кабинетым щӀыхьэри Залымджэрий бгъурыуващ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 118

щхьэр пӀыжын

Езы цӀыхур зыми щымыгугъыу зыхуейр зригъэгъуэтыфу псэун.

Дэри ди Ӏэ къэткъым, ди лъэ къэткъым, ди щхьэ тпӀыжыфынущ.— Лэчымэ, 389

[и] щхьэр течауэ

КъехьэкӀ-нехьэкӀ хэмылъу, занщӀэу, гум илъыр (жыӀэн).

Ӏуэху къагъэхъеям тепсэлъыхьу Къазбэч куэд жиӀэфынут, и гум илъ псори къитӀэщӀу жиӀатэмэ, арщхьэкӀэ абы хуэдизу и щхьэр течауэ упсалъэмэ, жыжьэ нэсыжынут.— Лъапсэ, 82

+1 örnek

Уи напэ тезыхын лӀыщӀэ нэхъ узыхуэмей сыт щыӀэ, - жиӀэри Мэсхьуди арэзы хъуащ, Мусэ зи гугъу ищӀым и щхьэр тримыч щхьэкӀэ абы къыгурыӀуат Елдар щӀагъэкъуаншэр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 93

щхьэр удэгун

Зыгуэр гъэбэмпӀэн, зэгуэгъэпын.

Сыбгъэсэхыжынущ, нэгъуэщӀ мыхъуми распискэ къызэт, - жиӀэурэ Нурхьэлий гъумэтӀымэу зэ-тӀэу къыщӀидзати, ар старшинэм идэнт: - Умудэгу си щхьэр, къызэӀух жысӀакъэ! - жиӀэрти арат и жэуапыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 227

+1 örnek

Умыудэгу си щхьэр, - идэртэкъым Долэти.— Хъуэпсэгъуэ нур, 270

щхьэр ужэгъун

Зыри фӀэмыӀэфӀыжу щытын.

Езыми и щхьэр иужэгъуауэ, «зэ мыгъуи сылӀащэрэт, мыбы хуэдэу сыкъанэ нэхърэ», жиӀэу Алыхьым йолъэӀу, дунейкӀэ кӀэ зимыӀэ хьэзабыр ахърэт хьэзабым къыпищэну— ГущӀэгъу, 423

щхьэр ужьыгун

Куэду зэгуэгъэпын.

Цым, цым, цым, си щхьэр умужьыгу. «— Бажэ пшынэ, 12

+1 örnek

Бажэр псоми ятегушхуауэ, Пшынэм еуэу зэхеублэ: -Уэ дыгъужь емынэ, си щхьэ умужьыгу, А уи дыгъужьыфэр СщӀынкъэ сэ джэдыгу. «— Бажэ пшынэ, 10

щхьэр унэзэн

Хуиту земыкӀуэфу адэкӀэ-мыдэкӀэ ебэурэ зекӀуэн, дунейр кӀэрахъуэу илъагъун.

СыкъыщеплъыхкӀэ, щхьэр уназэу, СхуэмыгъэщӀагъуэр щӀылъэ джафэрт.— СӀыгът кхъуей хъурейуэ сэ мазэр. «Дамыгъэ», 214

+2 örnek

Пшапэр зэхэуэхукӀэ кӀэртӀофым дыхэлъати, дыкъэмэжэлӀауэ ди щхьэр мэуназэ, псы щхьэкӀэ домэх.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527

Дакъикъэ дэкӀыху Ӏузизэ ишэчащ, иужьым и щхьэр уназэри, и къэжьын къэкӀуауэ, кӀиинуи хузэфӀэмыкӀыу упщӀэр зытридзыну къиӀэбэрэбыхьырт, арщхьэкӀэ и къарур хурикъуртэкъым, мыдэкӀэ Чачэ упщӀэр иӀыгъыу щытти.— Хъуэпсэгъуэ нур, 24

щхьэр упсын

[Хэбзэншагъэ, нэмысыншагъэ зылэжьа цӀыхубзым и щхьэцыр тегъэкӀын (пасэм щыӀа хабзэщ).

Иджыри апхуэдэ зыгуэр жыпӀэнщи, уи щхьэр супсынщ – жиӀэри….— Щынэхужьыкъуэ, 62

+1 örnek

Хъыджэбзым и щхьэр яупсмэ, абы къикӀыр Апчарэ ищӀэт.— Щынэхужьыкъуэ, 62

щхьэр фӀэлэлын

Гукъыдэж имыӀэн, щхьэр къыхуэмыӀэтын.

Си Ӏэплъэпкъыр къыздэмыбзэжми, си щхьэр фӀэлэлу урамым мащӀэрэ сыдэта - и кӀэм сыгъуащэри, сыкъэгуващ.— МелыӀыч, 437

+2 örnek

БэзэракӀуэхэри лъэсу, хэт джэд ихьу, хэт шатэ банкӀ и кӀэрзинкӀэм къищу, хэти къэп и блыпкъым еупцӀэкӀауэ, хэти матэ къуаншэ иӀыгърэ и щхьэр фӀэлэлу, шыд шуи яхэту макӀуэ.— МелыӀыч, 471

А цӀыкӀухэр, муслъымэн бынми, мэжалӀэ малӀэ, я ныбэр щӀэгъуэжауэ къаджэдыхь, бэзэр зэхуэсыпӀэм макӀуэ, хъарбыз блэзышым йолъэӀу, сэ сщӀэрэ сыт къыӀытхыну тшхын, жаӀэу я щхьэр фӀэлэлу урамым дэтщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 560

щхьэр фӀэхун

Зыгуэрым игъэнэщхъеин, укӀытэжауэ щхьэр ирикъухын.

Щхьэр фӀэхуауэ мэгуӀэж, Я нэпскӀэ хьэдэр ягъэпскӀыну Гъын щагъэтамэ, Къаублэж.— Кулиев Къайсын папщӀэ. «Щхьэлыкъуэ», 402

+2 örnek

ЩӀалэхэм я щхьэр фӀэхуауэ аргуэру зэхэсу, Жыраслъэн къахэхьэри закъригъэцӀыхуащ, жэщым щӀалэхэм ярищӀа хьэдэгъуэдахэри яжриӀэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 89

И щхьэр фӀэхупауэ ерагъыу зэхэпхыу жеӀэ: - Шыдщ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519

щхьэр хэлъхьэн

ГъащӀэр зыгуэр щхьэкӀэ тын, хэкӀуэдэн.

Къазджэрий и гъусэ мо къущхьэ щӀалэр зэуащ, бэнащ, советскэм папщӀэ и щхьэр хилъхьэным тӀэкӀут къэнар.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650

+2 örnek

Чопракъ ауз дэс тӀэкӀур нэмыцэм я армэм пэлъэщынкъым, абы нэхърэ, дэ ди щхьэр хэдмылъхьэ щӀыкӀэ, Ӏэмал гуэр къэдвгъэгупсыс – арат Якъуб и гум илъыр.— Нал къута, 301

ЦӀыхури Ӏисраф хъууэ дэри ди щхьэр хэтлъхьэнкӀэ хъунущ.— Нал къута, 254

щхьэр хэхын

КӀэбгъу зыщӀын, зыгуэрым зыщыдзеин.

Зыгуэр къыдамыщӀэ щӀыкӀэ жысӀэри!.. - шоферым и псалъэр зэпичащ аргуэру бжэгъукӀэ машинэм зыгуэр къыщеуэм, машинэр къигъэувыӀэу къеуар къигъуэт сыту и ужьи ит хъунутэкъым, псынщӀэ-псынщӀэу уи щхьэ яхэхын хуейти, машинэр нэхъ псынщӀэу зэригъэкӀуэным и ужь итт, зыгуэрым жьэхимыгъауэу.— Лъапсэ, 198

щхьэр хэкӀуэдэн

Хьэлэбэлыкъ, зауэ с. ху. къыщаукӀын.

И щхьэр хэмыкӀуадэу къэнащи, ирегуфӀэ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524

+1 örnek

ИпэжыпӀэращи, уи щхьэр хэкӀуэдэпэнуи щытащ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524

щхьэр хъумэн

Щынагъуэм зыпыӀудзын, пэӀэщӀэ зыщӀын. [

Нэхъапэм и щхьэр нэхъ хъума зэрыхъуным елӀалӀэу щытами, иджы нэхъ зэкъуэхуауэ дунейм тетти, гу лъитакъым зыгуэр къыкӀэлъыплъу.— Лъапсэ, 30

+2 örnek

Зы къэрабгъэ къытхэкӀыу, си щхьэр хъума зэрыхъунум и ужь ситынщ, жиӀэу къуэгъэнапӀэ лъыхъуэу ежьэрэ - къэдубыдынщи, хуэфащэ едгъэгъуэтынщ.— Нал къута, 259

Гуэгушыхъу Мэзан адакъитӀым ящытхъуащ:] -УзэрыӀыгъмэ, уи щхьэр хъума мэхъу,- жиӀэри.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 485

и

щхьэр и щӀагъыу

И щхьэр егъэзыхауэ, и лъакъуэхэр Ӏэтауэ.

Бабыщ шыру къэргъейм и нэр зытриубыдам зыщӀигъэмбырыуэри зыщигъэбзэхым къэргъейри и щхьэр и щӀагъыу псым хэхуэри ундэрэщхъуауэ, и дамэ лъэныкъуэри узауэ псым къыщыхэпщыжым, Джэлилу плъагъур теуэщ аби, хьэлэчу зэхимыфыщӀэу къэнэнт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479

+2 örnek

ХьэпщӀом щыхь лъэщыр ирахужьэм, И щхьэр и щӀагъыу къум йолъэр.— Дунейм и пӀалъэ. «Батырыбжьэ», 19

Псы архъуанэм я щхьэр я щӀагъыу къыхэлъэрт, псыр яутхырт, зым зыр хигуэрт, зыщӀагъэмбруэрти псы щӀагъ защӀэкӀэ загъэкӀуэдырт, къыдэуейжамэ, дыхьэшхырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630

щхьэр щӀэхьэн

ЩӀэпхъуэжын, и нэр здэплъэм кӀуэн.

Ар зи тхьэкӀумэм ицӀырхъэм и щхьэр щӀихьауэ йожьэри зэхихам къыщӀегъу: Ей, зэгуэр кулакхэр зыдагъэкӀуам жэмыншэ илъэпкъ къамыгъанэу ягъэкӀуащ.— Щынэхужьыкъуэ, 8

+1 örnek

Псыхъуэм дэтыр умылъагъуми, и щхьэр щӀихьауэ псыр къежэхащ.— Щхьэлыкъуэпс, 20

щхьэр щӀэӀуауэ

Щхьэр щӀэгуауэ.

Фи щхьэр щӀэӀуамэ, къыщӀэфхыж, - жиӀэрт Инал, гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 463

щхьэр щӀегъэхьэн

И щхьэр егъэужэгъужын.

Си щхьэр щӀызагъэхьаи, шыми, шыдми Ӏумпэм сыкъащӀу.— Кхъухь пхэнж, 496

+1 örnek

Абы и щхьэр щӀезгъэхьа щыӀэщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 519

щхьэр щӀын

Щхьэр гъэсысын, арэзыныгъэ (мыарэзыныгъэ) къикӀыу.

Борис и мурадым зыми гу лъимыта хуэдэу Кодоевым зищӀа щхьэкӀэ, «хьэщӀэ лъапӀэ» и гум укъимышхыдыкӀыу хъурэт, щхьэр ищӀащ, «ерэхъу» жиӀэу хуэдэу.— Лъапсэ, 90

+1 örnek

ТхылъымпӀэ тӀэкӀур си гуфӀакӀэ жыпым илъу Иляс деж сыкъокӀуэжри, си щхьэр сощӀ, зэфӀэкӀащ жыхуэсӀэу.— МелыӀыч, 471

щхьэр Ӏэтын

Гушхуэн.

ЗэрылӀы пхъашэр имыгъэгъуащэу, и щхьэр Ӏэтарэ, пагафэ зытригъэуауэ, и ужьым ит сэлэтыр хъымпӀар имыщӀу кӀуэрт, и пащӀитӀыр зыр къытрачауэ щытыгъати пащӀэ ныкъуэу щыт пэтми.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 580

Atasözleri (4)

щхьэр псомэ, пыӀэ щыщӀэркъым

ЦӀыхур псэумэ, ишхыни, зыщитӀэгъэни игъуэтынщ.

[Хьэтау жиӀэу:]- Умыгузавэ уэ, щхьэр псомэ пыӀэ щыщӀэркъым.— Алъхъо, 92

+2 örnek

Дадэм упщӀэ пыӀэр сщхьэриудами, щхьэр псэум, пыӀэ щыщӀэрэ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 147

Щхьэр псэум пыӀэ щыщӀэркъым - Унэ нэхъыфӀыж яхуэсщӀынщ, тхьэм жиӀэмэ.— Нал къута, 230

щхьэм имытым лъакъуэм и мыгъуагъэщ

Акъылыншэр, гупсысэкӀэ зымыщӀэр Ӏуэху мыщхьэпэ куэдым хохуэ, бэлыхьым хэкӀкъым жыхуиӀэщ.

[Тушкан:] Щхьэм имытым лъакъуэм и мыгъуагъэщ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 189

+1 örnek

Щхьэм имытмэ, Лъакъуэм и мыгъуагъэщ. «— Индийскэ поэмэ, 361

щхьэм имытмэ, лъэм бэлыхь телъщ

Уежьэн ипэкӀэ гупсысэ жыхуиӀэщ. КъыпщыгъупщаӀами, узэмыгупсысаӀами, нэгъуэщӀми, бэлыхь зытелъыжынур лъакъуитӀырщ.

Щхьэм имытмэ, лъэм бэлыхь телъщ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 170

зи щхьэ щымыӀэм и шыд хьэм ешх

НэщӀыбагъкӀэ цӀыхум мыхъумыщӀэ гуэр епщӀэну гугъукъым.

«Си закъуэу сыкъанэмэ, зи щхьэ щымыӀэм и шыд хьэм ешх, жыхуаӀэм хуэдэ сыхъуркъэ?» – жиӀэу къыдырыр апхуэдизкӀэ зэгуэпати, дунейр и нэм къихьыжыртэкъым, игури зэгуэудырт, зэгуэпыщауэ.— Кхъухь пхэнж, 141

Ӏуэхугъуэ гуэрым и щхьэусыгъуэр къащӀэн папщӀэ зэрыщӀэупщӀэ цӀэпапщӀэ.

Станцым тет цӀыхухэри щӀоупщӀэ: «Къадыр Инал и гъусэу Мэзкуу кӀуэуэ жаӀат, щхьэ дымылъагъурэ ар?» - жаӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 485

+1 örnek

[Гесиод жиӀэу:] - Фэ фи фӀэщ щхьэ хъуа?— Тепщэч къэзылъэтыхь, 191

Kitapta geçtiği hali

ЩХЬЭ I (450). 1. (30). ЦӀыхум, псэущхьэм я пкъым щыщу нэ, пэ, жьэ, тхьэкӀумэ, с. ху. хыхьэу пщэм фӀэтыр. АтӀэ алъандэрэ щхьэ жумыӀарэ? – жиӀэри Астемыр и щхьэр ӀитӀкӀэ иубыдащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 713. Къазджэрий лъэгуажьэмыщхьэу уври, и щхьэр уӀэгъэм ирихьэлӀэри, едэӀуащ, Жыраслъэн и гур къеуэрэ къемыуэрэ зригъэщӀэну, Жыраслъэн псэут. Хъуэпсэгъуэ нур, 476. И щхьэр си анэм хуипхэри дигъэкӀыжащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 399. 2. (40). Зыгуэрым и щӀыгу, и нэхъ лъагапӀэ. Хьэщхьэтеуэм жыгхэр игъэшати, бэдж хужьым ещхьу жыг щхьэ баринэхэм я къудамэ кӀыхьхэр я кӀапэкӀэ уэсым хэӀужауэ щытт. Хъуэпсэгъуэ нур, 287. Къырым и щхьэ адэкӀэ-мыдэкӀэ бгъунщӀагъхэм Локотош пулемет сытхэр ирагъэуващ, нэхъ лъахъшэӀуу - миномет, топ уапӀэ ищӀащ, партизанхэр къуэгъэнапӀэ хъарзынэхэм къуэсу игъэтӀысащ, уалъэӀэсыну Ӏэмал закъуэ имыӀэу. Нал къута, 299. И щхьэм итыр гъэгъауэ и щӀагъым щӀэтыр щхъунтӀабзэу зэрыщытт. Щынэхужьыкъуэ, 62. 3. (18). Уэшх, уэс, с. ху. щихъумэну псэуалъэм тращӀыхьыр. ЛӀыгъур и пщӀантӀэм цӀыхуу дэхуэр дэтт, батэкъутэр ягъэшу, куэбжэ пкъоми, кӀыщым и щхьэми нып фӀэдзат: маржэ, ди хьэгъуэлӀыгъуэм фыблэмыкӀ, фыкъеблагъэ жыхуиӀэ щӀыкӀэу. Лъапсэ, 117. Абы къикӀыр жимыӀэми, гурыӀуэгъуэт: бегъымбарым иригъэщӀа мэжджытым и щхьэр иӀэта нэужь, къауэ зэпыт щыхъум, и къуэр къурмэн ищӀри Алыхьу тэхьалэм и нэфӀ зыщригъэхуэну щӀалэ цӀыкӀур иришэжьати, къурмэн щӀыпӀэм нэсауэ къыздикӀар имыщӀэххэу гъэлъэхъу къыхуашэри и къуэр псэууэ къелащ. Кхъэлэгъунэ, 373. ЕтӀуанэрей махуэм хьэблэм дэс лӀыхэр зэхуэсри, я Ӏуэху къагъэнами, щхьэж сэбэп зэрэхъунумкӀэ зэгурыӀуэри, хэт мэзым кӀуэри чы-бжэгъу къишащ, хэти пхъащхьэ хъун къигъуэтащ, хэти мывэ къишэри зэрыжаӀэм хуэдэу, чы-бжэгъу ящӀри и щхьэри ябгъэжащ. ГущӀэгъу, 425. 4. (4). Щхьэц мыхьэнэ иӀэу. Сыт ищӀами ар къалъагъур, Сыт жиӀами, псынщӀэу къащӀэ, Ӏуэху иухым къыхущӀагъур, ЯӀэщ пщащэр ӀуэхутхьэбзащӀэу, Гуащэр хущхьэм, ныдохущхьэ, Хуежьыр зэми и щхьэ. «Тисей», 499. НысащӀэ дахэр пщэдджыжьым Къэтэджмэ, гъуджэм бгъэдохьэр, И щхьэр хуэм-хуэму, мис, ижьу, Дахагъэ лъапӀэр нэм хуехьыр Бгыхэр. «Бгы лъапэхэм деж», 36. Щхьэ дапщэ ппытын хуей дэтхэнэ мыхъумыщӀагъэм папщӀэ уи щхьэ хэплъхьэнумэ, зы щхьэ закъуэ пфӀэтщи, уи щхьэ къудей бжьыну ухущӀыхьэркъым. Щынэхужьыкъуэ, 49. 5. (2). Зыгуэрым трапхъуэ, трапӀэ. (хьэкъущыкъу с. ху.) КъалэкӀыхьым деж къыщыщӀэдзауэ гъущӀ гъуэгу станцу хъуам грузовик машинэ куэд, щхьэ ятелъу, хъумакӀуэхэри исыжу, тезу тетщ жаӀэу зылъэгъуахэр къыщыувам, итӀани зи фӀэщ мыхъу зырыз ухуэзэт: «псори ирашынукъым, нэмыцэм хуэлэжьа закъуэтӀакъуэхэм фӀэкӀа»,- жаӀэу. Лъапсэ, 84. И щхьэр къытрихмэ [кастрюлым] - уэ сысыс, мыдэ мыр! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 579. 6. (3). Зыгуэрым и щӀэдзапӀэ, япэрей. – Ти, псалъэм и щхьэр умыщӀэмэ, и кӀэри пщӀэркъым жыхуаӀэр аращи, Казбек Машевич и щхьэм къыщыщӀидзащ. Лъапсэ, 83. 7. (1). Къэп, къалътэмакъ, хъуржын, с.ху. лъэныкъуэ зэӀухауэ щытыр. Дэри къэп етӀуанэр къыдохь, и щхьэр дотӀатэри догъэув. МелыӀыч, 471. ◊ [И] гурэ [и] щхьэрэ зэтетын (1). Еплъ гу I. Щхьэм мыгъуагъэ хуэхьыжын (7). ТхьэмыщкӀэу, зыри къыпхуэмейуэ зыбжыжын. Къуажэ къыздэкӀуам абы и хъыбар зэхахат, арщхьэкӀэ нэмыс лей къыхуащӀу гу ялъитакъым, уеблэмэ псори Инал епщӀауэ, сыт къыджиӀэу дигъэщӀэну пӀэрэ, жаӀэу къажыхьырт, Къазджэрий гу къылъамытэу и щхьэм мыгъуагъэ хуихьыжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 476. Мыбы хуэдэу щхьэ сыхъуа, сызэрыщытым хуэмыдэу нэгъуэщӀ зыгуэру щхьэ сыщымытрэ, жысӀэу си щхьэ мыгъуагъэ хуэсхьыжыркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 718. Апчарэрэ Иринэрэ я щхьэ мыгъуагъэ хуахьыжат, Албиян «ди батарее», «ди минометчикхэр» жиӀэу и напщӀэ телъар щалъагъум. Щынэхужьыкъуэ, 30. Щхьэ фӀэтын (2). Акъыл бгъэдэлъын, зэхэщӀыкӀ иӀэн, губзыгъэн. Япэм Астемыр къурӀэнкӀэ Ӏэзэщ жаӀэу щытамэ, иджы урысыбзи ещӀэ, тхэкӀи еджэкӀи ещӀэ, къуажэм апхуэдэу щхьэ зыфӀэт дэс, жаӀэу щӀыхьышхуэ къыхуащӀ хъуат. Хъуэпсэгъуэ нур, 195. [Дэфэрэдж, лӀым хуэгъэзауэ:] Сэри къызгурыӀуэжащ зэрезгъэлеяри, нэхъ щабэу жызоӀэ: – Сэри уэракъым щӀыжысӀар, уи щхьэм хуэдэ мыгъуэ дэри тфӀэтамэ, арати. Лъапсэ, 19. [И] щхьэ хуэпсэлъэжын (8). Макъ щӀэту, зыми хуэмыгъэзауэ езыр зэпсалъэжын. Къазджэрий зэпсалъэр Лукъым, и щхьэ хуэпсэлъэжу арат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 624. Иджыри куэд хуейщ, ди псыр къабзэ хъун щхьэкӀэ, - жиӀэри Степан Ильич и щхьэ хуэпсэлъэж хуэдэу псэлъащ, псоми зэхахыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 312. «Иджы дэнэ сагъэкӀуэн, зыгуэр къэхъужыкъуэ хъумэ, - жиӀэу Чокэ и щхьэ хуэпсэлъэжырт. Щынэхужьыкъуэ, 77. [И] щхьэ хужиӀэн (хужиӀэжын) (2). Еплъ [и] щхьэ хуэпсэлъэжын. КъэкӀуэжыну къоӀэ мыгъуэ, жиӀэрт, и щхьэ хужиӀэжу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 487. Сосрыкъуэ ягъэтӀысащ атӀэ! – жиӀащ Мэтхъэным, и щхьэ хужиӀэж хуэдэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 723. [И] щхьэ щытхъужын (5). Езым и цӀэ фӀыкӀэ ириӀуэжын. Сосрыкъуэ нэхъ жьэрэӀурэу къыщӀэкӀынти, егъэджакӀуэм къимылъагъу къызэрыфӀэщӀу, и щхьэ щытхъуу къиублэрт, бэлыхь гуэр ищӀа хуэдэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 664. Рахьим и щхьэ щытхъужу жиӀэрт езыр къэжэр лъэпкъми зэрымуслъымэныр. Хъуэпсэгъуэ нур, 75. [Локотош щӀэупщӀащ:] - Дэ къыттекӀуэн дзэ щыӀэкъым жаӀэу я щхьэ щытхъужу щыта дзэр губгъуэм къыщракъухьакъэ? Щынэхужьыкъуэ, 141. [Уи] щхьэ Ӏуэху зехуэжын (2). Езым и фейдэ зыхэлъым и ужь итын. Нэмыцэм я Ӏэщэ къытӀэщӀэхьар яӀыгъыу зэуэн хуэдэу отряд щхьэхуэ зэхуэдгъэшэс жаӀати, ари Якъуб къабыл ищӀакъым, и щхьэ Ӏуэху зэрихуэжу арат зи ужь итыр. Нал къута, 301. Тыркум сыздэщыӀам, абы ещхьыркъабзэу, судым сыратауэ щытати, си щхьэ Ӏуэху щызесхуэжым, уи псэлъэкӀар си гум къэзгъэкӀыжат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 566. Бэтокъуи ещанэу а лӀитӀыр Мусэ и пщӀантӀэм дэтырейт, я щхьэ Ӏуэху къагъэнауэ, хамэ щхьэӀуо Мусэ хуэхъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 52. [И] щхьэм бжьэ еуа хуэдэу (4). Хэгужьеихьауэ, хэзэрыхьауэ. Иринэ здэкӀуэнур имыщӀэу, и щхьэ бжьэ еуа хуэдэу, щытт. Нал къута, 279. Зи бын зауэм мыкӀуа щыӀэкъыми, цӀыхум я щхьэм бжьэ еуа хуэдэу гузэвэгъуэм хэт защӀэу мэпсэу. Къалэн, 431. [И] щхьэм итын (1). И гупсысэр зыгуэрым теухуауэ щытын. – Епсалъэ уи шыпхъум, – жиӀэу Хьэбибэ и къуэм елъэӀурт, и щхьэм итыр къыпхуэщӀэнукъым. Щынэхужьыкъуэ, 33. Щхьэм епхъуэжын (1). Ӏуэхугъуэ, къэхъукъащӀэ гуэрым, къыхэкӀкӀэ и щхьэр иубыдыжын. Елдар занщӀэу къэуӀэбжьауэ, и щхьэм епхъуэжащ, лӀым и фэр шэхум хуэдэу пыкӀати, лъы ткӀуэпс щӀэтыжкъым, жыпӀэнт. Хъуэпсэгъуэ нур, 373. Щхьэм цӀацӀу щызепщэн (1). Акъылышхуэ имыӀэн. [Долэт Мусэрэ Бэтокъуэрэ захуигъазэу:] Щывгъэт адэ, фи щхьэм цӀацӀу щызопщэ фэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 240. Щхьэм къихьэн (3). И акъылыр зыгуэрым хуэкӀуэн. Я нэхъыжьыр Иналщ, щӀалэ Ӏущ цӀыкӀущ, япэ къамэм епхъуэн хуейр аращи, тхьэм ещӀэ абы и щхьэм къихьэнур, фочыфӀ е къамэфӀ къыпэщӀэхуэмэ, и гур Ӏэджэми жэнкӀэ мэхъу. Хъуэпсэгъуэ нур, 391. Дэни ирекӀуэ - Париж дэмыс закъуэмэ, дзэри зи ӀэмыщӀэ илъыр аращи, апхуэдэ дзэпщым и щхьэм къихьэнур пщӀэну щыткъым. Лъапсэ, 296. Къасбот къыщӀэна сабийхэм зэрадэӀэпыкъунуми шэч хэлътэкъым, ауэ ар жыжьэ плъэрт: хэт ищӀэрэ нобэ щӀалэу, делэу щыт цӀыкӀухэм, къэхъумэ, я щхьэм къихьэнур. Хъуэпсэгъуэ нур, 391. Щхьэм къеуэжын (1). Езым зэран къыхуэхъужын. [Локотош Якъуб жреӀэ:] Дэ бжьэцу дызэрызехьэмэ, ди щхьэм къеуэжынщ. Нал къута, 295. [Си] щхьэм езудэкӀын (2). Сыту сщӀын, зыкӀи сыхуэныкъуэкъым. [Алыджыкъуэ:] – Зы сэшхуэжь къысхуэнати, ари нышэдибэ дурэшым дэздзэжащ, «си щхьэм езудэкӀын», жысӀэри. МелыӀыч, 451. Щхьэм хузэгуэпыжын (1). Езыр зыхуэмыарэзыжу зэгуэпын, ищӀа гуэрым къыхэкӀыу. [Алыджыкъуэ:] Си щхьэм сыхузэгуопыж: бэлыхьлажьэ щхьэ зытеслъхьэжа, жызоӀэри. МелыӀыч, 439. Щхьэр блыным еудэкӀын (1). Узым, е гуауэм иригъэзауэ, хуэмышэчыжу зезудэкӀыжым хужаӀэ. Дэфэрэдж и къэжьын къакӀуэ хуэдэу зещӀ, хуэш къыхыхьауэ фӀэкӀ умыщӀэну зеукъуэдий, зыгуэрхэр къебж, и щхьэр блыным иреудэкӀыж, и щӀалэ цӀыкӀур фӀэмыӀуэхуж хуэдэу, «псы» жиӀати, фэндыр зэрыфэнду иратауэ хьэлэчу зытрекӀэж. Лъапсэ, 42. Щхьэр гъэкӀэрэхъуэн (2). ГъэщӀэгъуэн къыщыхъун, зэгуэпын. Ай-ай-ай - жиӀэурэ Мусэ и щхьэр игъэкӀэрахъуэрт,- Алыхьым и нейр зыщыхуэн. Хъуэпсэгъуэ нур, 78. Сэид и щхьэр игъэкӀэрахъуэрт:- Дауэ цӀыхум уазэрэгурыӀуэнур? Хъуэпсэгъуэ нур, 146. Щхьэр гъэпсэужын (10). Зыми щымыгугъын, уи щхьэ Ӏуэхур уэ зепхуэжын. Зэкъуэшищрэ зэшпхъуитӀрэ мэхъу, щӀалитӀым зыр балигъ хъуащ, нэхъыщӀэри балигъ хъуным нэблэгъащи, я щхьэр ягъэпсэужынщ, жиӀэри и быным яхэкӀауэ Ӏурарэ хуэкъулейуэ псэу Бекъан щыдэкӀуэжым, нэхъ цӀыкӀухэр зыкъомрэ гъащ, нэхъыжьхэри я анэм хузэгуэпащ, дыкъыхыфӀидзэри ежьэжащ, жаӀэри. Къалэн, 427. Мусэрбий къулейсызым ящыщт, и гъащӀэм лӀыщӀэрт, ауэ и щхьэр хуэгъэпсэужыртэкъым, абыи Щэрданхэ я хамутыжьитӀ къыӀэрыхьати, шы къэпщэхунум шхуэ къэгъуэт жыхуаӀэм хуэдэу, къихьри унэм щӀилъхьащ, арщхьэкӀэ насып иӀэтэкъым, абы шы къищэхуу псэуну. Хъуэпсэгъуэ нур, 292. ЩӀалэ цӀыкӀум хъарзынэу и щхьэ игъэпсэуж пэтми, и анэр нэхъ гумащӀэ къыхуэхъуа хуэдэу нэхъ къэкӀуэрей хъуащ. Къалэн, 430. Щхьэр гъэпудыжын (1). ЕмыкӀу къэхьын, напэр техыжын. Астемыр къэвгъуэтыну фыхуеймэ,- жиӀэрт Думэсарэ, - зи щхьэр зымыгъэпудыж лӀыр зэрылъыхъуэм хуэдэу фылъыхъуэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 289. Щхьэр гъэсысын (5). Мыдэныгъэ, дэныгъэ, зэгуэпыныгъэ…с. ху. къигъэлъагъуэу уи щхьэр зыгуэру гъэхъеин. Сэ жысӀэр и фӀэщ мыхъуауэ Назифэ и пэшым и бжэр Ӏуихри щӀэплъэмэ, пӀэр зэлъыӀухауэ щилъагъум, гъумэтӀымэри и щхьэр игъэсысащ. Лэчымэ, 393. Зыгуэр къахыхьэрэ щэху цӀыкӀуу: «Сэламхьэлекум» - жиӀэмэ, «уэлекум сэлам»,- жаӀэу щыст, я щхьэр ягъэсысу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646. Щхьэр гъэузын (10). Зыгуэр зэгуэгъэпын, мыгъэпсэун. ЛӀыжь-фызыжьым си щхьэр ягъэузу дауэ сабгъэдэсын, жумыӀэмэ, хьэщӀагъэ уэтхынщ. КӀапсэ кӀапэ, 6. Си гъунэгъум селъэӀуурэ я щхьэр езгъэгъэузащ, уелъэӀумэ, щхьэусыгъуэ къагъуэтыр. МелыӀыч, 446. ЩӀалэщӀэ нащхъуэ цӀыкӀуу вытӀощыщӀэр зыӀыгъыр зэ еппъыгъуэкӀэ машинэр зейм еплъыри дадэм гу лъитащ абы и гум щыщӀэм, щхьэр умыгъэузу ущырагъэблэгъакӀэ еблагъи сэри сыутӀыпщыж, жиӀэу арыгъэнт. КӀапсэ кӀапэ, 6. Щхьэр гъэунэзэн (1). Щхьэр зыгуэрым игъэкӀэрэхъуэн, ихъуреягъкӀэ кӀэрахъуэу уигъэлъагъун. Куэд дэмыкӀыу езы Диси лафкӀэм зыщӀигъэхуати, щӀакхъуэмэ ӀэфӀым, браныч, хьэлыгъуанэ сытхэм къапих мэ ӀэфӀыр къыщыщӀихьэм, фыз ныбэнэщӀым и щхьэр занщӀэу игъэунэзащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 132. Щхьэр гъэфӀыжын (1). Уи щхьэ зыхуей хуэбгъэзэжын. И щхьэ закъуэр игъэфӀыжу Лажьэу дахэм къыщӀидзат, Ӏыхьлы ӀэфӀхэр игу къэкӀыжу Куэдрэ гъыуи и хабзат. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 152. Щхьэр гъеижын (1). Уигу зэбгъэжын, насыпыншэу зылъытэжын. Ищхьэр егъеиж уэ къыщыбдэкӀуа махуэ лъандэрэ. Лъапсэ, 50. Щхьэр дэхын (ихын) (3). Зы щӀыпӀэ гуэр (унэ, къалэ с.ху.) шынагъуэ, зэгуэп хуэдэхэм къыхэкӀыу дэкӀын. Деникиным и дзэр къыракъухыу, и щхьэр псэууэ ди хэкум ирихыжыну зэрызехьэу ЧерноморэмкӀэ щыщӀэпхъуэжым, Мэтхъэнри дунейм къытехьэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 320. ЦӀыкӀуи ини къуажэм дэсым Гъыуэ, бжэуэ Я щхьэр дахыр. «Тисей», 484. Си щхьэр щыдэсхми, сыдэкӀакъым, Си псэр а къуажэм къыдэнащ. Сыжейми, си нэр зэтесхами. «Щхьэлыкъуэ», 382. Щхьэр егъэужэгъун (2). Егъэзэшын, кӀэрыхъыжьауэ зэгуэгъэпын. Си щхьэр сагъэужэгъужащ…. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 555. А зэрысымаджэу махуэ псом кӀыфӀ хъуху Свистяшкэрэ абы и къуэдзэмрэ къыпкърыупщӀыхъащ, бэуапӀэ кърамыту, и щхьэр ирагъэужэгъуу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 722. Щхьэр ехьэлӀэн (1). Зыгуэрым уи дзыхь егъэзын. А тӀум я щхьэр Мусэ ирамыхьэлӀэуи хъуакъым, сыту жыпӀэмэ къадыр ахъшэ куэд хуейт, мэжджыт ахъшэр къанэ щымыӀэу зэщӀикъуэу ежьэжмэ къезэгъыу къилъытэртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 486. Щхьэр зэкӀуэкӀын (1). И акъылыр мытэмэмыжын. Инали зэгупсысын иӀэт, и щхьэр зэкӀуэкӀа хуэдэу, зэгуэпырт, гуитӀщхьитӀ хъуат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 737. [И] щхьэр зэрихьэжын (1). Лъэрытету, зыри дэмыӀэпыкъуу езы-езыру зекӀуэфу, псэуфу щытын. ИтӀани, уи щхьэр пхуземхьэжмэ, гугъукъэ – щӀыб икӀами, и гъуэншэдж тӀэкӀур щимытӀэгъэжыфу, лъахъэ илъым хуэдэу ерагъыу унэм къыщӀыхьэжмэ, Ӏурарэ дэмыӀэпыкъуу хъуртэкъым. Къалэн, 430. [И] щхьэр зыдихьынур имыщӀэн (22). Ӏэнкун хъун, гужьэеин, шынэ, гузэвэгъуэ хуэдэхэм къыхэкӀыу. Къэхъуа-къэщӀа къомым иужькӀэ Тембот и щхьэ зыдихьынур ищӀэртэкъым, жэмым и ужь уитынущи, яшхащ, кӀыщым укӀуэ хъужыртэкъым, ныбжьэгъу закъуэри апхуэдэщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 296. ЦӀыхур зыщӀэупщӀэн мащӀэт: шэсыпӀэ диувэрэ, Жыраслъэн жылэм къыдэтшыжмэ, и унэ екӀуэлӀэжыну, дэнэ ихьыну и щхьэр, жаӀэу зигу къэкӀи ухуэзэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627. «Лъэпкъ цӀыкӀухэр хэкум ираш» жаӀэу арат хъыбарри, цӀыхум я щхьэр зыдахьынур ямыщӀэуэ, гузэвэгъуэм имыгъэжеижу къэнат. Лъапсэ, 83. Щхьэр къэгъэвэн (2). Зыгуэрым зэгуигъэпын, щхьэр игъэузын. Джэгум щхьэр къигъэвауэ, Мыщэр псалъэу къэуващ:- ПшынэуапщӀэу фэ къэфхьар Насып защӀэу вгъуэтыжынщ, Ягъэ кӀынкъым, гугъу ехьахэр ДывгъэтӀыси мыр тшхыжынщ. «Бажэ пшынэ», 14. Марфэ щтауэ мэгузавэ, зыдэкӀуэнур къыхуэмыщӀэ, Мис газетхэм щхьэр къагъавэ: «Польшэр токӀуэ, бийхэр фӀыуэ хыдогъащӀэ» - ЖаӀэу пцӀыхэр ягъэкуэд. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 161. Щхьэр къэгъэнэн (1). ХэкӀуэдэн, зыщӀыпӀэ укӀа щыхъун (зауэ с. ху.). ТекӀуэныгъэм щыгугъами Хуэхъуу я щхьэр къагъэнэнт. ПщыкӀуз. «Бгы лъапэхэм деж», 91. Щхьэр къэгъэпцӀэжын (1). Гугъэ нэпцӀ зэтыжын. Дунейм къутэжыхукӀэ утетыну Уи гугъэм, уи щхьэр къыбогъэпцӀэж. Ди хэку аргуэру къызогъазэ. «Щхьэлыкъуэ», 379. Щхьэр къэхьыжын (1). Псэууэ зы шынагъуэ гуэрым къыхэкӀыжу унэм къекӀуэлӀэжын. Нурхьэлий тенджызым зэпырыкӀати, ерагъыу и щхьэр къыхуэхьыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 191. Щхьэр къэщэхужын (4). ПщылӀыпӀэ ихуа цӀыхур, е гъэру яубыдар щхьэхуит хъужын папщӀэ ахъшэ, мылъку с. ху. ириту щхьэхуит зыкъригъэщӀыжын. Уи щхьэр къэпщэхуж хъуми аратэкъэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 84. Уи щхьэ къэпщэхужын хуей мыхъун уи гугъэ? МелыӀыч, 458. Уи щӀыхьыр, хэкур, Ӏыхьлыхэр Уи бий залымым епщащи, Иджы узэщэр сэ сощӀэ, къэпщэхужыну уэ уи щхьэр уолъыхъуэ уасэ, аракъа? «Адэ», 140. Щхьэр къэӀэтын (14). УкӀытэ, шынагъэ имыӀэжын, къэгушхуэн. ЗищӀ къатрахауэ щытахэм я щхьэр къаӀэтауэ батэкъутэр ягъэшырт, загъэлӀу шы дахэм тесу уэрамым къыдэхьэрти абы я щӀыр зыва къулейсызхэм тефыщӀыхьырт, иныкъуэхэр щыкӀауэ псалъэрт:- Щхьэ къыдумычрэ нартыхур? Хъуэпсэгъуэ нур, 278. ЗэрылӀ пхъашэр имыгъэгъуащэу, и щхьэр Ӏэтарэ пагафэ зытригъауэу, и ужьым ит сэлэтыр хъымпӀар имыщӀу кӀуэрт, и пащӀитӀым зыр къытрачауэ щытыгъати, пащӀэ ныкъуэу щыт пэтми. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 580. Шы къарэ лъэ псыгъуэ фэкъушхуэм и бгъэгу иным бгъэрыщӀэ дахэр илъу, къафэу фӀэкӀа умыщӀэну, и щхьэр лъагэу иӀэтауэ къакӀуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 85. Щхьэр къызэщӀэвэн (1). Щхьэр вууэ, зыми емыгупсысыфу щытын. Махъсымэр чейм къызэривыкӀым ещхьу, Нурхьэлий и щхьэр къызэщӀэвауэ дунейм техуэжыртэкъым, езыри зэ адэкӀэ, зэ мыдэкӀэ щӀихьэрт, и нэм щӀыр имылъагъужу. Хъуэпсэгъуэ нур, 227. Щхьэр къыфӀэхун (18). Къэнэщхъеин, гупсысэшхуэ хэхуэн. И щхьэр къыфӀэхуауэ, зи пащӀэ псыф хъуа лӀы гуэр щыслъагъум, си гум ищӀащ ар сымаджэм и адэр зэрыарар, езыми сыкъыщилъагъум, и гур къызэфӀэнащ- телефоным и Ӏуэхур и гум къэкӀыжа. Лъапсэ, 17. Адэм дежкӀэ ӀэфӀкъэ сабийр, Ибрахьим и гум къыщӀитхъми, дауэ ищӀынт, и щхьэр къыфӀэхуауэ кӀуэрт, щӀалэ цӀыкӀур джэгурт, хьэндырабгъуэ ещэрт, мывэкӀэщхъ хуэзэм идзырт, и зэш тригъэуну яшэ хуэдэ, и адэм кӀэлъыкӀуэу кӀуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 441. Назифэ и щхьэр къыфӀэхуауэ гъуэлъыпӀэм исщ, нэгум ущӀимыгъаплъэу ӀэгуитӀымкӀэ и щхьэр иӀыгъщи, зы Ӏэпхъуамбэм дыщэ Ӏэлъын, мыщӀэ дахэ илъу Ӏэрылъу солъагъу. Лэчымэ, 394. [И] щхьэр къыфӀыкӀэ (4). Шхыдэ псалъэ, зы акъылыншэ гуэрым ещхь ирехъу жиӀэу къикӀыу. Амнистие, жиӀэу Жыраслъэн къэзутӀыпщыжам къыфӀыкӀэ Жыраслъэн и щхьэр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591. ЩӀыхь къыпхуэзыщӀым уи щхьэр къыфӀыкӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 120-124. А-а, уэ къодаӀуэм уи щхьэр къыфӀэкӀэ. КӀапсэ кӀапэ, 17. Щхьэр мафӀэм хэлъын (3). Ӏуэху куэд дыдэ иӀэн, Ӏуэхум къыдэмыхуэн, и къурмэкъеим къэсу лэжьыгъэ иӀэн. [Борис Борисович жиӀэу:] - Ар сыт гушыӀэкӀэ, дэ ди щхьэр мафӀэм хэлъщ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 159. Иринэ езым и щхьэр мафӀэм хэлъщ. Хъыбар езгъэщӀэну сыхуейкъым. Нал къута, 277. Нобэ ди щхьэр мафӀэм хэлъщи, си дзэр мэш. Нал къута, 293. [Си] щхьэр позгъэупщӀынщ (1). ЖаӀэр зэрыпэжыр щӀрагъэбыдэу къагъэсэбэп жыӀэгъуэщ. [Астемыр жиӀэу:] Си щхьэр позгъэупщӀынщ сэри, Жыраслъэн ар имыӀэщӀагъэм. Хъуэпсэгъуэ нур, 362. [Уи] щхьэм пщӀэ хуэщӀыжын (1). Уи уасэр пщӀэжын. УкӀуэркъэ, зыӀурамылъхьэж, - жиӀэри писыр щхьэфэкъур къэгузэвауэ Астемыр къепсэлъащ, модрейри пӀащӀэ-тхъытхъыу унэм щӀэмылъадэу, зигъэӀэдэбу, и щхьэм пщӀэ зэрыхуищӀыжыр нэрылъагъуу, кабинетым щӀыхьэри Залымджэрий бгъурыуващ. Хъуэпсэгъуэ нур, 118. Щхьэр пӀыжын (1). Езы цӀыхур зыми щымыгугъыу зыхуейр зригъэгъуэтыфу псэун. Дэри ди Ӏэ къэткъым, ди лъэ къэткъым, ди щхьэ тпӀыжыфынущ. Лэчымэ, 389. [И] щхьэр течауэ (4). КъехьэкӀ-нехьэкӀ хэмылъу, занщӀэу, гум илъыр (жыӀэн). Ӏуэху къагъэхъеям тепсэлъыхьу Къазбэч куэд жиӀэфынут, и гум илъ псори къитӀэщӀу жиӀатэмэ, арщхьэкӀэ абы хуэдизу и щхьэр течауэ упсалъэмэ, жыжьэ нэсыжынут. Лъапсэ, 82. Уи напэ тезыхын лӀыщӀэ нэхъ узыхуэмей сыт щыӀэ, - жиӀэри Мэсхьуди арэзы хъуащ, Мусэ зи гугъу ищӀым и щхьэр тримыч щхьэкӀэ абы къыгурыӀуат Елдар щӀагъэкъуаншэр. Хъуэпсэгъуэ нур, 93. Щхьэр удэгун (2). Зыгуэр гъэбэмпӀэн, зэгуэгъэпын. Сыбгъэсэхыжынущ, нэгъуэщӀ мыхъуми распискэ къызэт, - жиӀэурэ Нурхьэлий гъумэтӀымэу зэ-тӀэу къыщӀидзати, ар старшинэм идэнт: - Умудэгу си щхьэр, къызэӀух жысӀакъэ! - жиӀэрти арат и жэуапыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 227. Умыудэгу си щхьэр, - идэртэкъым Долэти. Хъуэпсэгъуэ нур, 270. Щхьэр ужэгъун (1). Зыри фӀэмыӀэфӀыжу щытын. Езыми и щхьэр иужэгъуауэ, «зэ мыгъуи сылӀащэрэт, мыбы хуэдэу сыкъанэ нэхърэ», жиӀэу Алыхьым йолъэӀу, дунейкӀэ кӀэ зимыӀэ хьэзабыр ахърэт хьэзабым къыпищэну. ГущӀэгъу, 423. Щхьэр ужьыгун (2). Куэду зэгуэгъэпын. Цым, цым, цым, си щхьэр умужьыгу. «Бажэ пшынэ», 12. Бажэр псоми ятегушхуауэ, Пшынэм еуэу зэхеублэ: -Уэ дыгъужь емынэ, си щхьэ умужьыгу, А уи дыгъужьыфэр СщӀынкъэ сэ джэдыгу. «Бажэ пшынэ», 10. Щхьэр унэзэн (23). Хуиту земыкӀуэфу адэкӀэ-мыдэкӀэ ебэурэ зекӀуэн, дунейр кӀэрахъуэу илъагъун. СыкъыщеплъыхкӀэ, щхьэр уназэу, СхуэмыгъэщӀагъуэр щӀылъэ джафэрт. СӀыгът кхъуей хъурейуэ сэ мазэр. «Дамыгъэ», 214. Пшапэр зэхэуэхукӀэ кӀэртӀофым дыхэлъати, дыкъэмэжэлӀауэ ди щхьэр мэуназэ, псы щхьэкӀэ домэх. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527. Дакъикъэ дэкӀыху Ӏузизэ ишэчащ, иужьым и щхьэр уназэри, и къэжьын къэкӀуауэ, кӀиинуи хузэфӀэмыкӀыу упщӀэр зытридзыну къиӀэбэрэбыхьырт, арщхьэкӀэ и къарур хурикъуртэкъым, мыдэкӀэ Чачэ упщӀэр иӀыгъыу щытти. Хъуэпсэгъуэ нур, 24. Щхьэр упсын (2). [Хэбзэншагъэ, нэмысыншагъэ зылэжьа цӀыхубзым и щхьэцыр тегъэкӀын (пасэм щыӀа хабзэщ). Иджыри апхуэдэ зыгуэр жыпӀэнщи, уи щхьэр супсынщ – жиӀэри…. Щынэхужьыкъуэ, 62. Хъыджэбзым и щхьэр яупсмэ, абы къикӀыр Апчарэ ищӀэт. Щынэхужьыкъуэ, 62. Щхьэр фӀэлэлын (3). Гукъыдэж имыӀэн, щхьэр къыхуэмыӀэтын. Си Ӏэплъэпкъыр къыздэмыбзэжми, си щхьэр фӀэлэлу урамым мащӀэрэ сыдэта - и кӀэм сыгъуащэри, сыкъэгуващ. МелыӀыч, 437. БэзэракӀуэхэри лъэсу, хэт джэд ихьу, хэт шатэ банкӀ и кӀэрзинкӀэм къищу, хэти къэп и блыпкъым еупцӀэкӀауэ, хэти матэ къуаншэ иӀыгърэ и щхьэр фӀэлэлу, шыд шуи яхэту макӀуэ. МелыӀыч, 471. А цӀыкӀухэр, муслъымэн бынми, мэжалӀэ малӀэ, я ныбэр щӀэгъуэжауэ къаджэдыхь, бэзэр зэхуэсыпӀэм макӀуэ, хъарбыз блэзышым йолъэӀу, сэ сщӀэрэ сыт къыӀытхыну тшхын, жаӀэу я щхьэр фӀэлэлу урамым дэтщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 560. Щхьэр фӀэхун (6). Зыгуэрым игъэнэщхъеин, укӀытэжауэ щхьэр ирикъухын. Щхьэр фӀэхуауэ мэгуӀэж, Я нэпскӀэ хьэдэр ягъэпскӀыну Гъын щагъэтамэ, Къаублэж. Кулиев Къайсын папщӀэ. «Щхьэлыкъуэ», 402. ЩӀалэхэм я щхьэр фӀэхуауэ аргуэру зэхэсу, Жыраслъэн къахэхьэри закъригъэцӀыхуащ, жэщым щӀалэхэм ярищӀа хьэдэгъуэдахэри яжриӀэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 89. И щхьэр фӀэхупауэ ерагъыу зэхэпхыу жеӀэ: - Шыдщ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519. Щхьэр хэлъхьэн (7). ГъащӀэр зыгуэр щхьэкӀэ тын, хэкӀуэдэн. Къазджэрий и гъусэ мо къущхьэ щӀалэр зэуащ, бэнащ, советскэм папщӀэ и щхьэр хилъхьэным тӀэкӀут къэнар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650. Чопракъ ауз дэс тӀэкӀур нэмыцэм я армэм пэлъэщынкъым, абы нэхърэ, дэ ди щхьэр хэдмылъхьэ щӀыкӀэ, Ӏэмал гуэр къэдвгъэгупсыс – арат Якъуб и гум илъыр. Нал къута, 301. ЦӀыхури Ӏисраф хъууэ дэри ди щхьэр хэтлъхьэнкӀэ хъунущ. Нал къута, 254. Щхьэр хэхын (1). КӀэбгъу зыщӀын, зыгуэрым зыщыдзеин. Зыгуэр къыдамыщӀэ щӀыкӀэ жысӀэри!.. - шоферым и псалъэр зэпичащ аргуэру бжэгъукӀэ машинэм зыгуэр къыщеуэм, машинэр къигъэувыӀэу къеуар къигъуэт сыту и ужьи ит хъунутэкъым, псынщӀэ-псынщӀэу уи щхьэ яхэхын хуейти, машинэр нэхъ псынщӀэу зэригъэкӀуэным и ужь итт, зыгуэрым жьэхимыгъауэу. Лъапсэ, 198. Щхьэр хэкӀуэдэн (2). Хьэлэбэлыкъ, зауэ с. ху. къыщаукӀын. И щхьэр хэмыкӀуадэу къэнащи, ирегуфӀэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524. ИпэжыпӀэращи, уи щхьэр хэкӀуэдэпэнуи щытащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524. Щхьэр хъумэн (8). Щынагъуэм зыпыӀудзын, пэӀэщӀэ зыщӀын. Нэхъапэм и щхьэр нэхъ хъума зэрыхъуным елӀалӀэу щытами, иджы нэхъ зэкъуэхуауэ дунейм тетти, гу лъитакъым зыгуэр къыкӀэлъыплъу. Лъапсэ, 30. Зы къэрабгъэ къытхэкӀыу, си щхьэр хъума зэрыхъунум и ужь ситынщ, жиӀэу къуэгъэнапӀэ лъыхъуэу ежьэрэ - къэдубыдынщи, хуэфащэ едгъэгъуэтынщ. Нал къута, 259. [Гуэгушыхъу Мэзан адакъитӀым ящытхъуащ:] -УзэрыӀыгъмэ, уи щхьэр хъума мэхъу,- жиӀэри. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 485. [И] щхьэр и щӀагъыу (3). И щхьэр егъэзыхауэ, и лъакъуэхэр Ӏэтауэ. Бабыщ шыру къэргъейм и нэр зытриубыдам зыщӀигъэмбырыуэри зыщигъэбзэхым къэргъейри и щхьэр и щӀагъыу псым хэхуэри ундэрэщхъуауэ, и дамэ лъэныкъуэри узауэ псым къыщыхэпщыжым, Джэлилу плъагъур теуэщ аби, хьэлэчу зэхимыфыщӀэу къэнэнт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479. ХьэпщӀом щыхь лъэщыр ирахужьэм, И щхьэр и щӀагъыу къум йолъэр. Дунейм и пӀалъэ. «Батырыбжьэ», 19. Псы архъуанэм я щхьэр я щӀагъыу къыхэлъэрт, псыр яутхырт, зым зыр хигуэрт, зыщӀагъэмбруэрти псы щӀагъ защӀэкӀэ загъэкӀуэдырт, къыдэуейжамэ, дыхьэшхырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630. Щхьэр щӀэхьэн (2). ЩӀэпхъуэжын, и нэр здэплъэм кӀуэн. Ар зи тхьэкӀумэм ицӀырхъэм и щхьэр щӀихьауэ йожьэри зэхихам къыщӀегъу: Ей, зэгуэр кулакхэр зыдагъэкӀуам жэмыншэ илъэпкъ къамыгъанэу ягъэкӀуащ. Щынэхужьыкъуэ, 8. Псыхъуэм дэтыр умылъагъуми, и щхьэр щӀихьауэ псыр къежэхащ. Щхьэлыкъуэпс, 20. Щхьэр щӀэӀуауэ (2). Щхьэр щӀэгуауэ. Фи щхьэр щӀэӀуамэ, къыщӀэфхыж, - жиӀэрт Инал, гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 463. Щхьэр щӀегъэхьэн (2). И щхьэр егъэужэгъужын. Си щхьэр щӀызагъэхьаи, шыми, шыдми Ӏумпэм сыкъащӀу. Кхъухь пхэнж, 496. Абы и щхьэр щӀезгъэхьа щыӀэщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 519. Щхьэр щӀын (2). Щхьэр гъэсысын, арэзыныгъэ (мыарэзыныгъэ) къикӀыу. Борис и мурадым зыми гу лъимыта хуэдэу Кодоевым зищӀа щхьэкӀэ, «хьэщӀэ лъапӀэ» и гум укъимышхыдыкӀыу хъурэт, щхьэр ищӀащ, «ерэхъу» жиӀэу хуэдэу. Лъапсэ, 90. ТхылъымпӀэ тӀэкӀур си гуфӀакӀэ жыпым илъу Иляс деж сыкъокӀуэжри, си щхьэр сощӀ, зэфӀэкӀащ жыхуэсӀэу. МелыӀыч, 471. Щхьэр Ӏэтын (19). Гушхуэн. ЗэрылӀы пхъашэр имыгъэгъуащэу, и щхьэр Ӏэтарэ, пагафэ зытригъэуауэ, и ужьым ит сэлэтыр хъымпӀар имыщӀу кӀуэрт, и пащӀитӀыр зыр къытрачауэ щытыгъати пащӀэ ныкъуэу щыт пэтми. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 580. ☐ Щхьэр псомэ, пыӀэ щыщӀэркъым (3). ЦӀыхур псэумэ, ишхыни, зыщитӀэгъэни игъуэтынщ. [Хьэтау жиӀэу:]- Умыгузавэ уэ, щхьэр псомэ пыӀэ щыщӀэркъым. Алъхъо, 92. Дадэм упщӀэ пыӀэр сщхьэриудами, щхьэр псэум, пыӀэ щыщӀэрэ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 147. Щхьэр псэум пыӀэ щыщӀэркъым - Унэ нэхъыфӀыж яхуэсщӀынщ, тхьэм жиӀэмэ. Нал къута, 230. Щхьэм имытым лъакъуэм и мыгъуагъэщ (2). Акъылыншэр, гупсысэкӀэ зымыщӀэр Ӏуэху мыщхьэпэ куэдым хохуэ, бэлыхьым хэкӀкъым жыхуиӀэщ. [Тушкан:] Щхьэм имытым лъакъуэм и мыгъуагъэщ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 189. Щхьэм имытмэ, Лъакъуэм и мыгъуагъэщ. «Индийскэ поэмэ», 361. Щхьэм имытмэ, лъэм бэлыхь телъщ (1). Уежьэн ипэкӀэ гупсысэ жыхуиӀэщ. КъыпщыгъупщаӀами, узэмыгупсысаӀами, нэгъуэщӀми, бэлыхь зытелъыжынур лъакъуитӀырщ. Щхьэм имытмэ, лъэм бэлыхь телъщ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 170. Зи щхьэ щымыӀэм и шыд хьэм ешх (1). НэщӀыбагъкӀэ цӀыхум мыхъумыщӀэ гуэр епщӀэну гугъукъым. «Си закъуэу сыкъанэмэ, зи щхьэ щымыӀэм и шыд хьэм ешх, жыхуаӀэм хуэдэ сыхъуркъэ?» – жиӀэу къыдырыр апхуэдизкӀэ зэгуэпати, дунейр и нэм къихьыжыртэкъым, игури зэгуэудырт, зэгуэпыщауэ. Кхъухь пхэнж, 141.

ЩХЬЭ II (223). зэр. цӀэп. Ӏуэхугъуэ гуэрым и щхьэусыгъуэр къащӀэн папщӀэ зэрыщӀэупщӀэ цӀэпапщӀэ. Станцым тет цӀыхухэри щӀоупщӀэ: «Къадыр Инал и гъусэу Мэзкуу кӀуэуэ жаӀат, щхьэ дымылъагъурэ ар?» - жаӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 485. [Гесиод жиӀэу:] - Фэ фи фӀэщ щхьэ хъуа? Тепщэч къэзылъэтыхь, 191.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

baş kafa kelle ser

Düzeltme Öner

щхьэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.