гурыщхъуэ хуэщӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
гурыщхъуэ
Шэч.
руподозрение
Зэгуэпымрэ гурыщхъуэмрэ и гур паӀуэнтӀыкӀыу, пӀэм емызэгъыу жэщыр уэхусыхуу Алмырзэ ирихащ.— Теунэ Хьэчим
+1 örnek
Гурыщхъуэ нэрыщхъуэ ухуешэ.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (3)
гурыщхъуэ нэпцӀ
руложное подозрение.
гурыщхъуэ хуэщӀын
руподозревать кого-л. в чем-л.
гурыщхъуэ щӀын
ру1) сомневаться 2) подозревать, предполагать что-л.
Къанщобий кърата бжьэм щхъухь хэлъкӀэ гурыщхъуэ ещӀ, ауэ итӀани цӀыхубзым кърита бжьэм иригъэгъазэркъым.— ӀуэрыӀуатэ
хуэщӀын
(хуещӀ)
1. Зыгуэрым щхьэкӀэ щӀын.
руизготовить, сделать, построить что-л. кому-л., для кого-л.
Андемыркъануэ ди хахуэр Беслъэнуэ пцӀапцӀэмкӀэ дэӀуакъым, Лъэпщ джатэ жану хуищӀари пэжым хуэмыбзэу къэнакъым.— ПащӀэ Бэчмырзэ
2. Хабзэ хъуауэ цӀыхухэм къадекӀуэкӀ Ӏуэхугъуэ гуэр зыгуэрым ещӀэкӀын.
руорганизовать, устроить (напр. танцы); отметить что-л. (напр. юбилей) кому-л.
Сабийм лъэтеувэ хуащӀащ. ЩӀалэм тхьэлъэӀу хуащӀащ.
(хуощӀ)
ЩӀыфын.
русмочь сделать, изготовить, построить что-л.
Мы джыдэм хуэдэ ди гъукӀэм хуэщӀыну пӀэрэ?— ӀуэрыӀуатэ
(хуещӀ)
Щхьэгъубжэ, бжэ сыт хуэдэхэр ӀупӀэн, гъэбыдэн.
рузакрыть (напр. дверь)
- Щхьэгъубжэр хуэщӀын.
Bu maddedeki ifadeler (31)
ба хуэщӀын
Еплъ: ба
гу хуэщӀын
Еплъ: гу
игу дахэ хуэщӀын
Еплъ: гу
игу фӀы хуэщӀын
Еплъ: гу
губгъэн хуэщӀын
Еплъ: губгъэн
гукъэкӀ хуэщӀын
Еплъ: гукъэкӀ
гулъытэ хуэщӀын
Еплъ: гулъытэ
гурыщхъуэ хуэщӀын
Еплъ: гурыщхъуэ
гущыкӀ хуэщӀыкӀ
Еплъ: гущыкӀ
гущӀэгъу хуэщӀын
Еплъ: гущӀэгъу
дзыхь хуэщӀын
Еплъ: дзыхь
курмыщ хуэщӀын
Еплъ: курмыщ
лъагъуныгъэ хуэщӀын
Еплъ: лъагъуныгъэ
мурад хуэщӀын
Еплъ: мурад
накӀэ хуэщӀын
Еплъ: накӀэ
нащхьэ хуэщӀын
Еплъ: нащхьэ
нэмыс хуэщӀын
Еплъ: нэмыс
пщӀэ хуэщӀын
Еплъ: пщӀэ
пӀалъэ хуэщӀын
Еплъ: пӀалъэ
таучэл хуэщӀын
Еплъ: таучэл
уасэ хуэщӀын
Еплъ: уасэ
уэсят хуэщӀын
Еплъ: уэсят
унафэ хуэщӀын
Еплъ: унафэ
фӀыщӀэ хуэщӀын
Еплъ: фӀыщӀэ
шэч хуэщӀын
Еплъ: шэч
щӀыхь хуэщӀын
Еплъ: щӀыхь
Ӏэ хуэщӀын
Еплъ: Ӏэ
ӀэплӀэ хуэщӀын
Еплъ: ӀэплӀэ
ӀэштӀым хуэщӀын
Еплъ: ӀэштӀым
Ӏулыдж хуэщӀын
Еплъ: Ӏулыдж
ӀупщӀэ хуэщӀын
Еплъ: ӀупщӀэ
Kitapta geçtiği hali
гурыщхъуэ подозрение / Шэч. * Зэгуэпымрэ гурыщхъуэмрэ и гур паӀуэнтӀыкӀыу, пӀэм емызэгъыу жэщыр уэхусыхуу Алмырзэ ирихащ. Т. Хь. Гурыщхъуэ нэрыщхъуэ ухуешэ. (погов.) Гурыщхъуэ нэпцӀ ложное подозрение. Гурыщхъуэ хуэщӀын подозревать кого-л. в чем-л. Гурыщхъуэ щӀын 1) сомневаться 2) подозревать, предполагать что-л. * Къанщобий кърата бжьэм щхъухь хэлъкӀэ гурыщхъуэ ещӀ, ауэ итӀани цӀыхубзым кърита бжьэм иригъэгъазэркъым. фольк.
хуэщӀын I (хуещӀ) перех. гл. 1. изготовить, сделать, построить что-л. кому-л., для кого-л. / Зыгуэрым щхьэкӀэ щӀын. * Андемыркъануэ ди хахуэр Беслъэнуэ пцӀапцӀэмкӀэ дэӀуакъым, Лъэпщ джатэ жану хуищӀари пэжым хуэмыбзэу къэнакъым. П. Б. 2. переносное организовать, устроить (напр. танцы); отметить что-л. (напр. юбилей) кому-л. / Хабзэ хъуауэ цӀыхухэм къадекӀуэкӀ Ӏуэхугъуэ гуэр зыгуэрым ещӀэкӀын. Сабийм лъэтеувэ хуащӀащ. ЩӀалэм тхьэлъэӀу хуащӀащ. Ба хуэщӀын см. ба. Гу хуэщӀын см. гу II. Игу дахэ хуэщӀын см. гу II. Игу фӀы хуэщӀын см. гу II. Губгъэн хуэщӀын см. губгъэн. ГукъэкӀ хуэщӀын см. гукъэкӀ. Гулъытэ хуэщӀын см. гулъытэ. Гурыщхъуэ хуэщӀын см. гурыщхъуэ. ГущыкӀ хуэщӀыкӀ см. гущыкӀ. ГущӀэгъу хуэщӀын см. гущӀэгъу. Дзыхь хуэщӀын см. дзыхь. Курмыщ хуэщӀын см. курмыщ. Лъагъуныгъэ хуэщӀын см. лъагъуныгъэ. Мурад хуэщӀын см. мурад. НакӀэ хуэщӀын см. накӀэ. Нащхьэ хуэщӀын см. нащхьэ. Нэмыс хуэщӀын см. нэмыс. ПщӀэ хуэщӀын см. пщӀэ. ПӀалъэ хуэщӀын см. пӀалъэ. Таучэл хуэщӀын см. таучэл. Уасэ хуэщӀын см. уасэ. Уэсят хуэщӀын см. уэсят. Унафэ хуэщӀын см. унафэ. ФӀыщӀэ хуэщӀын см. фӀыщӀэ. Шэч хуэщӀын см. шэч. ЩӀыхь хуэщӀын см. щӀыхь. Ӏэ хуэщӀын см. Ӏэ. ӀэплӀэ хуэщӀын см. ӀэплӀэ. ӀэштӀым хуэщӀын см. ӀэштӀым. Ӏулыдж хуэщӀын см. Ӏулыдж. ӀупщӀэ хуэщӀын см. ӀупщӀэ. II (хуощӀ) неперех. гл. смочь сделать, изготовить, построить что-л. / ЩӀыфын. * Мы джыдэм хуэдэ ди гъукӀэм хуэщӀыну пӀэрэ? фольк. III (хуещӀ) перех. гл. закрыть (напр. дверь) / Щхьэгъубжэ, бжэ сыт хуэдэхэр ӀупӀэн, гъэбыдэн. * - Щхьэгъубжэр хуэщӀын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
гурыщхъуэ
Шэч. «
Уигу къыдэжым, нытхуеблагъэ, Пионерхэр дуриблагъэщ». Хохъуэ лӀыжьым и гурыщхъуэм, Ауэ жеӀэ: «Фынеблагъэ!»— Тисей, 480
+1 örnek
Гурыщхъуэ удзхэр щыгъагъэр И гъатхэ махуэу мэгуфӀэ.— Сатьявати. «Батырыбжьэ», 82
Deyimler (3)
гурыщхъуэ егъэщӀын
Шэч ищӀыну зыгуэрым Ӏэмал етын.
– Нэхъыжьыр сэ къысхуэупсэу къыпфӀэщӀынут, арщхьэкӀэ сэри гурыщхъуэ сегъэщӀ: зауэм щыӀэм и бынунэм и зехьэныр си пщэм къыдалъхьэну армырауэ пӀэрэ зыхуейр, жысӀэу.— МелыӀыч, 454
+2 örnek
[Аслъэныкъуэ:] – Гурыщхъуэ уэзгъэщӀа, си къуэш?— МелыӀыч, 450
НэхъыжьитӀым абыкӀэ гурыщхъуэ ирагъэщӀами, Зураб тӀуми хуэдэтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666
гурыщхъуэ хуэщӀын
Зыгуэрым шэч хуэщӀын.
Къуажэ зэрызехьар зэгъэжат, ямыщӀэххэу дзэ къатеуэу зыгуэркӀэ гурыщхъуэ зыхуащӀу дапщэ дэсами ягъэтӀысыну щыдашам.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525
+2 örnek
– АбыкӀэ гурыщхъуэ щӀыхуэпщӀын щыӀэххэуи къыщӀэкӀынкъым, - жиӀэу Астемыр арэзы хъу щхьэкӀэ, и псалъэм тӀэкӀу тешыныхьыжт, ярэби дыщымыуэу пӀэрэ, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571
[Дэфэрэдж:] Сэри сызыхуейр аращи, и гугъу сщӀыжыркъым, гурыщхъуэ хуэсщӀауэ гу зылъезгъатэркъым, и адэм и дуней тетыкӀэр сщӀэ пэтми.— Лъапсэ, 43
гурыщхъуэ щӀын
Шэч щӀын, чэнджэщ къытехьэн. -72. [ЛӀым:]
Гурыщхъуэ зыщӀаи щыӀэт: бийр шынэжауэ къалэм дэкӀуэсыкӀыжауэ пӀэрэ, жиӀэу.— Лыгъэ, 411
+2 örnek
Чачэ и макъыр нэхъ щэху ищӀри, жиӀащ фыз мылъхуэм и лӀым гурыщхъуэ имыщӀын папщӀэ, езы фызыр хущхъуэ иригъафэ хуэдэу ищӀу зэрыщытар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 71
– Хьэрэм сшхыуэ гурыщхъуэ щыфщӀкӀэ, зы махуэ сыдэсыжынукъым фи къуажэ— Нэгъуху, 20
Kitapta geçtiği hali
ГУРЫЩХЪУЭ (3). Шэч. «Уигу къыдэжым, нытхуеблагъэ, Пионерхэр дуриблагъэщ». Хохъуэ лӀыжьым и гурыщхъуэм, Ауэ жеӀэ: «Фынеблагъэ!» «Тисей», 480. Гурыщхъуэ удзхэр щыгъагъэр И гъатхэ махуэу мэгуфӀэ. Сатьявати. «Батырыбжьэ», 82. ◊ Гурыщхъуэ егъэщӀын (6). Шэч ищӀыну зыгуэрым Ӏэмал етын. – Нэхъыжьыр сэ къысхуэупсэу къыпфӀэщӀынут, арщхьэкӀэ сэри гурыщхъуэ сегъэщӀ: зауэм щыӀэм и бынунэм и зехьэныр си пщэм къыдалъхьэну армырауэ пӀэрэ зыхуейр, жысӀэу. МелыӀыч, 454. [Аслъэныкъуэ:] – Гурыщхъуэ уэзгъэщӀа, си къуэш? МелыӀыч, 450. НэхъыжьитӀым абыкӀэ гурыщхъуэ ирагъэщӀами, Зураб тӀуми хуэдэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666. Гурыщхъуэ хуэщӀын (13). Зыгуэрым шэч хуэщӀын. Къуажэ зэрызехьар зэгъэжат, ямыщӀэххэу дзэ къатеуэу зыгуэркӀэ гурыщхъуэ зыхуащӀу дапщэ дэсами ягъэтӀысыну щыдашам. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525. – АбыкӀэ гурыщхъуэ щӀыхуэпщӀын щыӀэххэуи къыщӀэкӀынкъым, - жиӀэу Астемыр арэзы хъу щхьэкӀэ, и псалъэм тӀэкӀу тешыныхьыжт, ярэби дыщымыуэу пӀэрэ, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571. [Дэфэрэдж:] Сэри сызыхуейр аращи, и гугъу сщӀыжыркъым, гурыщхъуэ хуэсщӀауэ гу зылъезгъатэркъым, и адэм и дуней тетыкӀэр сщӀэ пэтми. Лъапсэ, 43. Гурыщхъуэ щӀын (16). Шэч щӀын, чэнджэщ къытехьэн. Гурыщхъуэ зыщӀаи щыӀэт: бийр шынэжауэ къалэм дэкӀуэсыкӀыжауэ пӀэрэ, жиӀэу. Лыгъэ, 411. Чачэ и макъыр нэхъ щэху ищӀри, жиӀащ фыз мылъхуэм и лӀым гурыщхъуэ имыщӀын папщӀэ, езы фызыр хущхъуэ иригъафэ хуэдэу ищӀу зэрыщытар. Хъуэпсэгъуэ нур, 71-72. [ЛӀым:] – Хьэрэм сшхыуэ гурыщхъуэ щыфщӀкӀэ, зы махуэ сыдэсыжынукъым фи къуажэ. Нэгъуху, 20.