лъагъуныгъэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЛЪАГЪУНЫГЪ(Э), шӀулъэгъу/ фӀылъагъу; AŞK
фӀылъагъу/шӀулъэгъу, ЛЪАГЪУНЫГЪ(Э); AŞK (SEVGİ)
шӀулъэгъу/фӀылъагъу, ЛЪАГЪУНЫГЪ(Э); AŞK (SEVGİ)
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зыгуэрым упызыщӀэ гурыщӀэ лъагэ; щӀасэ.
рулюбовь, привязанность к кому-чему-л.
Хэкум хуаӀэ лъагъуныгъэ.
+1 örnek
Анэ лъагъуныгъэм и къыхэкӀыпӀэр хэт ищӀэфын.— КӀэрашэ Тембот
2. Хъулъхугъэмрэ бзылъхугъэмрэ яку къыдэхъуэу зыр адрейм пызыщӀэ гурыщӀэ ӀэфӀ.
рулюбовь, влечение к кому-л.
Мэлычыпхъу лъагъуныгъэ гуащӀэм, къабзэм, нэхум и гуащэщ.— Нартхэр
3. Зыпылъ, фӀыуэ ялъагъу цӀыху; щӀасэ.
рувозлюбленный
Bu maddedeki ifadeler (3)
лъагъуныгъэ зэхуэщӀын
рувлюбиться друг в друга.
ЩӀалэмрэ хъыджэбзымрэ лъагъуныгъэ зэхуащӀат.
лъагъуныгъэ зэхуиӀэн
рулюбить друг друга.
Тхьэ щаӀуэж абыхэм {Шаликорэ Зулимэрэ} лъагъуныгъэ зэхуаӀэкӀэ.— Акъсырэ Залымхъан
лъагъуныгъэ хуэщӀын (щӀын)
рувлюбиться, любить кого-л.
Kitapta geçtiği hali
лъагъуныгъэ 1. любовь, привязанность к кому-чему-л. / Зыгуэрым упызыщӀэ гурыщӀэ лъагэ; щӀасэ. Хэкум хуаӀэ лъагъуныгъэ. n Анэ лъагъуныгъэм и къыхэкӀыпӀэр хэт ищӀэфын. КӀ. Т. 2. любовь, влечение к кому-л. / Хъулъхугъэмрэ бзылъхугъэмрэ яку къыдэхъуэу зыр адрейм пызыщӀэ гурыщӀэ ӀэфӀ. * Мэлычыпхъу лъагъуныгъэ гуащӀэм, къабзэм, нэхум и гуащэщ. Нарт. 3. возлюбленный / Зыпылъ, фӀыуэ ялъагъу цӀыху; щӀасэ. Лъагъуныгъэ зэхуэщӀын влюбиться друг в друга. ЩӀалэмрэ хъыджэбзымрэ лъагъуныгъэ зэхуащӀат. Лъагъуныгъэ зэхуиӀэн любить друг друга. * Тхьэ щаӀуэж абыхэм {Шаликорэ Зулимэрэ} лъагъуныгъэ зэхуаӀэкӀэ. Акъ. З. Лъагъуныгъэ хуэщӀын (щӀын) влюбиться, любить кого-л.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зыгуэрым (анэм, хэкум) упызыщӀэ гурыщӀэ лъагэ.
Балъкъэр, адыгэр зэкъуэшу, ЗэдэӀэпыкъуу, зэхуэдэу, Я лъагъуныгъэр мыгуэшу Мэпсэухэр фӀыгъуэр я куэду.— ЗэкъуэшитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 100
+2 örnek
Ци Бай-шокӀэ зэджэ лӀыжьым И гулъытэм щыщӀэдзауэ Мао-Цзедуным деж щиухыу Лъагъуныгъэу лъэпкъхэм яӀэр Тыгъэ куэдым хэлъщ хэпщауэ.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 58
Уэ уи нэм хуэпхьым псэм ухуахьыр, Псэ хэлъхьэ Ӏуэхуми – ефӀэкӀуэнущ, ГъащӀэм и тепщэр лъагъуныгъэщ, Бзаджагъи мыви ар текӀуэнщ.— Ягъажьэ щӀакхъуэр хъуреишхуэу. «Вагъуэ махуэ», 353
2. ЦӀыхухъумрэ цӀыхубзымрэ яку къыдэхъуэ гурыщӀэ.
Нэхъ гуакӀуэ дыдэр щӀалэм къыхихри И фыз къэшэгъуэм хъуауэ и пӀалъэр, Ар зэхэзыхыр псори йохъуэхъур, Колхоз Ӏэтащхьэм жеӀэр и псалъэр: - Уи лъагъуныгъэм ди колхозышхуэм Радио Ӏуэхум зыдиубгъуащи, Псори нэкӀуэнкъэ, Хьэрун къуэшышхуэ, Ди колхоз псори уэ къохъуэхъункъэ.— Хьэрун и лъагъуныгъэр. «Партыр ди пашэу», 99
+2 örnek
Псым сеупщӀу ар щыжесӀэм, Мырщ жэуапу къызитар: - Ар зыпылъым хуэгубжьауэ А хъыбарыр хъуащ хэӀущӀыӀу, Мис хъыджэбзыр къытехьауэ Лъагъуныгъэр егъэупщӀыӀу.— Псынэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 70
Лъагъуныгъэм щыгуфӀыкӀыу Махуэ къэскӀэ Федя лажьэт, Марфэ хуэзэм игу пымыкӀыу Хадэм ису еӀущащэт. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 153
Kitapta geçtiği hali
ЛЪАГЪУНЫГЪЭ (78). 1. (37). Зыгуэрым (анэм, хэкум) упызыщӀэ гурыщӀэ лъагэ. Балъкъэр, адыгэр зэкъуэшу, ЗэдэӀэпыкъуу, зэхуэдэу, Я лъагъуныгъэр мыгуэшу Мэпсэухэр фӀыгъуэр я куэду. ЗэкъуэшитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 100. Ци Бай-шокӀэ зэджэ лӀыжьым И гулъытэм щыщӀэдзауэ Мао-Цзедуным деж щиухыу Лъагъуныгъэу лъэпкъхэм яӀэр Тыгъэ куэдым хэлъщ хэпщауэ. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 58. Уэ уи нэм хуэпхьым псэм ухуахьыр, Псэ хэлъхьэ Ӏуэхуми – ефӀэкӀуэнущ, ГъащӀэм и тепщэр лъагъуныгъэщ, Бзаджагъи мыви ар текӀуэнщ. Ягъажьэ щӀакхъуэр хъуреишхуэу. «Вагъуэ махуэ», 353. 2. (41). ЦӀыхухъумрэ цӀыхубзымрэ яку къыдэхъуэ гурыщӀэ. Нэхъ гуакӀуэ дыдэр щӀалэм къыхихри И фыз къэшэгъуэм хъуауэ и пӀалъэр, Ар зэхэзыхыр псори йохъуэхъур, Колхоз Ӏэтащхьэм жеӀэр и псалъэр: - Уи лъагъуныгъэм ди колхозышхуэм Радио Ӏуэхум зыдиубгъуащи, Псори нэкӀуэнкъэ, Хьэрун къуэшышхуэ, Ди колхоз псори уэ къохъуэхъункъэ. Хьэрун и лъагъуныгъэр. «Партыр ди пашэу», 99. Псым сеупщӀу ар щыжесӀэм, Мырщ жэуапу къызитар: - Ар зыпылъым хуэгубжьауэ А хъыбарыр хъуащ хэӀущӀыӀу, Мис хъыджэбзыр къытехьауэ Лъагъуныгъэр егъэупщӀыӀу. Псынэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 70. Лъагъуныгъэм щыгуфӀыкӀыу Махуэ къэскӀэ Федя лажьэт, Марфэ хуэзэм игу пымыкӀыу Хадэм ису еӀущащэт. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 153.