шэч
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
гурышхъу(э)/гурыщхъуэ, ЩЭЧ/ШЭЧ; KUŞKU; ŞÜPHE
ШЭЧ /ЩЭЧ КЪЫТЕХЬЭН → гурышхъуэ шӀын; KUŞKULANMAK
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: гурышхъуэ шӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зыгуэр нэсу къабыл мыщӀыныгъэ, и пэжагъыр уи фӀэщ мыхъуныгъэ.
русомнение
Bu maddedeki ifadeler (10)
шэч къэхьыжын
шэч къэхьын
шэч къэхьын
русомневаться.
шэч къытемыхьэн
руне сомневаться, быть уверенным в чем-л.
Езы Нэгумэм Ӏэ зэрыщӀидзамкӀэ а тхылъым и пэжагъым шэч къытетхьэртэкъым.— Ӏуащхьэмахуэ
шэч къытехьэжын
шэч къытехьэн
6 ifade daha
шэч къытехьэн
руставить под сомнение что-л., усомниться в чем-л.
Лу жиӀэм шэч къытезыхьэ яхэтт.— КӀыщокъуэ Алим
шэч лъэпкъ хэмылъу
рубез всякого сомнения.
шэч хэлъкъым
рувидно, ясно, понятно.
{Джэримэс:} - Шэч хэлъкъым фэ сэ слъагъухэм зы бэлыхьыр зэрыфхъумэм.— Акъсырэ Залымхъан
шэч хэмылъу
рубез сомнения.
шэч хуэщӀын
руподозревать кого-л. в чем-л.
шэч щӀын
руподозревать кого-л.; сомневаться в чем-л.
Kitapta geçtiği hali
шэч сомнение / Зыгуэр нэсу къабыл мыщӀыныгъэ, и пэжагъыр уи фӀэщ мыхъуныгъэ. Шэч къэхьыжын = шэч къэхьын. Шэч къэхьын сомневаться. Шэч къытемыхьэн не сомневаться, быть уверенным в чем-л. * Езы Нэгумэм Ӏэ зэрыщӀидзамкӀэ а тхылъым и пэжагъым шэч къытетхьэртэкъым. Ӏуащхь. Шэч къытехьэжын = шэч къытехьэн. Шэч къытехьэн ставить под сомнение что-л., усомниться в чем-л. * Лу жиӀэм шэч къытезыхьэ яхэтт. КӀ. А. Шэч лъэпкъ хэмылъу без всякого сомнения. Шэч хэлъкъым видно, ясно, понятно. * {Джэримэс:} - Шэч хэлъкъым фэ сэ слъагъухэм зы бэлыхьыр зэрыфхъумэм. Акъ. З. Шэч хэмылъу без сомнения. Шэч хуэщӀын подозревать кого-л. в чем-л. Шэч щӀын подозревать кого-л.; сомневаться в чем-л.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэр нэсу къабыл мыщӀыныгъэ, и пэжагъыр уи фӀэщ мыхъуныгъэ.
[Омар жиӀэу:]
Deyimler (8)
шэч къытехьэжын
Зэгупсыса е илэжь Ӏуэхугъуэр тэмэм-мытэмэмкӀэ аргуэру егупсысыжын.
Куэд дэмыкӀыу Елдар ӀущӀэщ Сарими, гурыщхъуэ ищӀауэ щытам шэч къытрихьэжащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 129
+2 örnek
[Локотош отрядым яжреӀэ:] Зы мэскъал закъуэкӀэ шэч къытепхьэжакъэ – зыӀуегъэх, щхьэусыгъуэ гуэр щӀыи.— Нал къута, 259
Шэч къытепхьэж хъунутэкъым лафкӀэтетым мурад бэлыхь гуэр зэрищӀам, абы и щыхьэтлыкът гум илъыр— Хъуэпсэгъуэ нур, 134
шэч къытемыхьэн
Зэгупсыса, жиӀа псалъэр е илэжь Ӏуэхугъуэр тэмэму зэоыщытым гурыщхъуэ тримыщӀэн.
Капитаныр къыкъуэмыкӀыжатэмэ, газетым итами шэч къытрахьэнутэкъым, Бахъуэри Якъуб и ужь къихьэнутэкъым.— Нал къута, 296
+2 örnek
Шэч ди Ӏуэхум къытевмыхьэ, Къумыр жинырщ зи ӀэщӀагъэр— Индийскэ поэмэ, 362
Езым [Исуф] шэч къытрихьэркъым и фызыр и пхъум ищӀэм щыгъуазэу зэрыщытым.— Лэчымэ, 396
шэч къытехьэн
Зэгупсыса, жиӀа е илэжь Ӏуэхугъуэр хъуа-мыхъуакӀэ дзыхь мыщӀын.
[Локотош:] Днепр е Дон деж яхуэмыубыда нэмыцэр дэ тхуэубыдыну уи гугъэ, жыпӀэу шэч къыщӀытепхьэни щыӀэкъым— Нал къута, 257
+2 örnek
Инал Мэзкуу зэрыщыӀари, абы Иналрэ Къазджэрийрэ щызэхуэзэу зэрыщызэкӀужари – псори къажезыӀар Лут, итӀани Лу жиӀэм шэч къытезыхьэ яхэтт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 547
Апчарэ и мурадым шэч къытрихьэу къызэплъэкӀыну хуежьэмэ, хъыджэбзыр еуэрт шыми игъэлъейрт, чнутӀым уэм нэхърэ нэхъ игъэузырт— Щынэхужьыкъуэ, 53
шэч лъэпкъ къытемыхьэн
Зы тӀэкӀукӀи жиӀа псалъэр е илэжь Ӏуэхугъуэр зэрытэмэмым гурыщхъуэ тримыщӀэжын.
Абу-Деруиш шэч лъэпкъ къытрихьэртэкъым и фызыр къанэу езыр япэ дунейм зэрехыжынум— Кхъэлэгъунэ, 379
+2 örnek
Астемыр шэч лъэпкъ къытрихьэртэкъым Ӏуэхур тыншу зэрекӀуэкӀынум, сыту жыпӀэмэ Жыраслъэн и Ӏуэху закъуэр аратэкъым зэӀущӀэр щӀызэхуашэсар.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652
Мэмэт-щӀакъуэм жиӀэр «Хрущев и дачэм» щагъэхъыбару зэхихати, и псалъэм шэч лъэпкъ къытрихьэртэкъым, игъащӀэм зэгуихыу тхылъ емыджами.— Лъапсэ, 48
4 deyim daha
шэч лъэпкъ хэмылъын
Зи тӀэкӀукӀи уримыгузэвэн Ӏуэхур апхуэдэ дыдэу зэрыхъунум.
Тинэ Лусану зэрыджэгуфынум шэч лъэпкъ хэлъкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 635
+1 örnek
Шэч лъэпкъ хэлътэкъым «жьыныбэ» къомыр абы зэрыщымыгуфӀыкӀым, ауэ «крушкӀэшхуэхэр» езыр-езыру зэплъыжащ, плъагъурэ ди Ӏуэхур, жаӀэ хуэдэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 606
шэч хэлъкъым
ГурыӀуэгъуэщ, щыхьэт лей хуейкъым.
Джэлил еплъмэ – шэч хэлъкъым, а бзур зэгуэр бабыщым къещэу яфыщӀа къэргъейр зэрыарам.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 493
+2 örnek
Нобэ марш еуа музычауэр шэч хэлъкъым къафи зэреуэфынум, – жиӀэри езы Мэтхъэнри арэзы хъуащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 563
Шэч хэлъкъым ар Нартыхум зыхригъэхым фӀэфӀу зэрыжиӀэм [прокурорым], езы Нартыхуи и тхьэкӀумэр тригъэхуауэ щыс щхьэкӀэ, зэхимыхыу зы псалъэ къанэркъым, зэхихри и гум иреубыдэ— Лъапсэ, 82
шэч щӀын
Дзыхь мыщӀын, темыгушхуэн.
ЗауэлӀхэм, фӀыгъуэм чэф ищӀауэ, КъикӀын окопхэм шэчхэр ящӀ, Я цейм ятӀагъуэр кӀэрыпщӀауэ ПӀейтейу къажыхьыр, ба зэхуащӀ. Майм и 9-м 1945 гъэм. «Шум и гъуэгу», 9. Якъуб мурад гуэр имыщӀауэ пӀэрэ, жиӀэри Локотош шэч ищӀащ.— Нал къута, 296
+1 örnek
Провокаторышхуэ хъуат езыри [Псэун], – ямыгъэӀэпхъуэу губгъуэм къина Ӏэщхэм щыщ къихури, жэщ ныкъуэм нэхъ шэч зыхуищӀ унагъуэм ирихулӀэрт, езыр унэм яфӀыщӀэпщхьэурэ щӀэупщӀэрт: – Ей, танэ фыхуей?— Къалэн, 434
шэч мыщӀын
Игу къэмыкӀын, емыгупсысын
Саният шэч ищӀыртэкъым фӀэмыфӀ гуэр Зураб къыпиубыдыну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666
Kitapta geçtiği hali
ШЭЧ (1). Зыгуэр нэсу къабыл мыщӀыныгъэ, и пэжагъыр уи фӀэщ мыхъуныгъэ. [Омар жиӀэу:] ◊ Шэч къытехьэжын (3). Зэгупсыса е илэжь Ӏуэхугъуэр тэмэм-мытэмэмкӀэ аргуэру егупсысыжын. Куэд дэмыкӀыу Елдар ӀущӀэщ Сарими, гурыщхъуэ ищӀауэ щытам шэч къытрихьэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 129. [Локотош отрядым яжреӀэ:] Зы мэскъал закъуэкӀэ шэч къытепхьэжакъэ – зыӀуегъэх, щхьэусыгъуэ гуэр щӀыи. Нал къута, 259. Шэч къытепхьэж хъунутэкъым лафкӀэтетым мурад бэлыхь гуэр зэрищӀам, абы и щыхьэтлыкът гум илъыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 134. Шэч къытемыхьэн (8). Зэгупсыса, жиӀа псалъэр е илэжь Ӏуэхугъуэр тэмэму зэоыщытым гурыщхъуэ тримыщӀэн. Капитаныр къыкъуэмыкӀыжатэмэ, газетым итами шэч къытрахьэнутэкъым, Бахъуэри Якъуб и ужь къихьэнутэкъым. Нал къута, 296. Шэч ди Ӏуэхум къытевмыхьэ, Къумыр жинырщ зи ӀэщӀагъэр. «Индийскэ поэмэ», 362. Езым [Исуф] шэч къытрихьэркъым и фызыр и пхъум ищӀэм щыгъуазэу зэрыщытым. Лэчымэ, 396. Шэч къытехьэн (14). Зэгупсыса, жиӀа е илэжь Ӏуэхугъуэр хъуа-мыхъуакӀэ дзыхь мыщӀын. [Локотош:] Днепр е Дон деж яхуэмыубыда нэмыцэр дэ тхуэубыдыну уи гугъэ, жыпӀэу шэч къыщӀытепхьэни щыӀэкъым. Нал къута, 257. Инал Мэзкуу зэрыщыӀари, абы Иналрэ Къазджэрийрэ щызэхуэзэу зэрыщызэкӀужари – псори къажезыӀар Лут, итӀани Лу жиӀэм шэч къытезыхьэ яхэтт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 547. Апчарэ и мурадым шэч къытрихьэу къызэплъэкӀыну хуежьэмэ, хъыджэбзыр еуэрт шыми игъэлъейрт, чнутӀым уэм нэхърэ нэхъ игъэузырт. Щынэхужьыкъуэ, 53. Шэч лъэпкъ къытемыхьэн (10). Зы тӀэкӀукӀи жиӀа псалъэр е илэжь Ӏуэхугъуэр зэрытэмэмым гурыщхъуэ тримыщӀэжын. Абу-Деруиш шэч лъэпкъ къытрихьэртэкъым и фызыр къанэу езыр япэ дунейм зэрехыжынум. Кхъэлэгъунэ, 379. Астемыр шэч лъэпкъ къытрихьэртэкъым Ӏуэхур тыншу зэрекӀуэкӀынум, сыту жыпӀэмэ Жыраслъэн и Ӏуэху закъуэр аратэкъым зэӀущӀэр щӀызэхуашэсар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652. Мэмэт-щӀакъуэм жиӀэр «Хрущев и дачэм» щагъэхъыбару зэхихати, и псалъэм шэч лъэпкъ къытрихьэртэкъым, игъащӀэм зэгуихыу тхылъ емыджами. Лъапсэ, 48. Шэч лъэпкъ хэмылъын (2). Зи тӀэкӀукӀи уримыгузэвэн Ӏуэхур апхуэдэ дыдэу зэрыхъунум. Тинэ Лусану зэрыджэгуфынум шэч лъэпкъ хэлъкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 635. Шэч лъэпкъ хэлътэкъым «жьыныбэ» къомыр абы зэрыщымыгуфӀыкӀым, ауэ «крушкӀэшхуэхэр» езыр-езыру зэплъыжащ, плъагъурэ ди Ӏуэхур, жаӀэ хуэдэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 606. Шэч хэлъкъым (19). ГурыӀуэгъуэщ, щыхьэт лей хуейкъым. Джэлил еплъмэ – шэч хэлъкъым, а бзур зэгуэр бабыщым къещэу яфыщӀа къэргъейр зэрыарам. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 493. Нобэ марш еуа музычауэр шэч хэлъкъым къафи зэреуэфынум, – жиӀэри езы Мэтхъэнри арэзы хъуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 563. Шэч хэлъкъым ар Нартыхум зыхригъэхым фӀэфӀу зэрыжиӀэм [прокурорым], езы Нартыхуи и тхьэкӀумэр тригъэхуауэ щыс щхьэкӀэ, зэхимыхыу зы псалъэ къанэркъым, зэхихри и гум иреубыдэ. Лъапсэ, 82. Шэч щӀын (3). Дзыхь мыщӀын, темыгушхуэн. ЗауэлӀхэм, фӀыгъуэм чэф ищӀауэ, КъикӀын окопхэм шэчхэр ящӀ, Я цейм ятӀагъуэр кӀэрыпщӀауэ ПӀейтейу къажыхьыр, ба зэхуащӀ. Майм и 9-м 1945 гъэм. «Шум и гъуэгу», 9. Якъуб мурад гуэр имыщӀауэ пӀэрэ, жиӀэри Локотош шэч ищӀащ. Нал къута, 296. Провокаторышхуэ хъуат езыри [Псэун], – ямыгъэӀэпхъуэу губгъуэм къина Ӏэщхэм щыщ къихури, жэщ ныкъуэм нэхъ шэч зыхуищӀ унагъуэм ирихулӀэрт, езыр унэм яфӀыщӀэпщхьэурэ щӀэупщӀэрт: – Ей, танэ фыхуей? Къалэн, 434. Шэч мыщӀын (1). Игу къэмыкӀын, емыгупсысын. Саният шэч ищӀыртэкъым фӀэмыфӀ гуэр Зураб къыпиубыдыну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666.