пӀалъэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

ortam
OrtakпӀалъэзыхэтзыщыхъузэрытсредаобстановкэ
DoğuщӀыпӀэщӀыпӀалъэзыщыщӀэ
BatıчӀыпӀэчӀыпӀалъэкъэзыуцухьарэзыщышӀ(э)
randevu
OrtakпӀалъ(э)
DoğuзэӀущӀэгъу
BatıзэӀукӀэгъу
zaman
OrtakпӀалъ(э)игъу(э)уахътэзэман
Doğuлъэхъэнэ
Batıлъэхъан
Kitapta geçtiği hali

ПӀАЛЪЭ, чӀыпӀэ/щӀыпӀэ, чӀыпӀалъэ/ щӀыпӀалъэ, къэзыуцухьарэ, ЗЫХЭТ, ЗЫЩЫХЪУ, зыщышӀ(э)/ зыщыщӀэ, ЗЭРЫТ, СРЕДА, ОБСТАНОВКЭ; ORTAM

ПӀАЛЪ(Э), зэӀукӀэгъу/зэӀущӀэгъу; RANDEVU

зэӀукӀэгъу/зэӀущӀэгъу, ПӀАЛЪ(Э); RANDEVU

зэӀущӀэгъу/зэӀукӀэгъу, ПӀАЛЪ(Э); RANDEVU

ПӀАЛЪ(Э), ИГЪУ(э), лъэхъан/ лъэхъэнэ, УАХЪТЭ, ЗЭМАН, ZAMAN, VADE, MÜDDET

Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Зыгуэр къэхъуным, зэщӀэным текӀуадэ, ихь зэман пыухыкӀа.

русрок (определённый промежуток времени)

Индрис зэрыхуэӀэхъуэну пӀалъэр Хьэмид иухащ.— Хь. С.

2. Зыгуэрым и къэхъугъуэр, къэсыгъуэр зытехуэ зэман.

русрок (момент наступления, исполнения чего-л.)

Пщым шыр къыщратыжыну жыхуаӀа пӀалъэр къэсащ.— ӀуэрыӀуатэ

+1 örnek

ЛӀы и пӀалъэ епцӀыжкъым.— Псалъэжьхэр

3. Еплъ: зэман

ПӀалъэ дахэ и къэкӀуэкӀэу мэбзэхыж.— Ӏуащхьэмахуэ

Bu maddedeki ifadeler (14)

пӀалъэ гъэувын

руназначить что-л. (напр. свадьбу), наметить срок чего-л.

пӀалъэ етын

пӀалъэ гъэувын

НысащӀэм и лӀыр къыщыкӀуэжынур езым ищӀэ хъунти, абы ирихьэлӀэу къэкӀуэну Бэлэтокъуэм пӀалъэ иритащ.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр

пӀалъэ зэтын

пӀалъэ зэухылӀэн

ПӀалъэ зэратар къэсри, Щыхьыр къэкӀуащ цыжьбанэм деж.— ӀуэрыӀуатэ

пӀалъэ зэухылӀэн

рудоговориться о сроке чего-л.

МуӀэедрэ Броцэрэ щызэрышэну пӀалъэри зэраухылӀащ.— Ӏуащхьэмахуэ

10 ifade daha

пӀалъэ зэхуэщӀын

пӀалъэ зэухылӀэн

Махуих дэкӀмэ.. щыӀэну хасэм къекӀуэлӀэну пӀалъэ зэхуащӀри.. нарт гупыр зэбгрыкӀыжащ.— Нартхэр

пӀалъэ зэӀыхын

пӀалъэ зэухылӀэн

пӀалъэ имыӀэу

рунемедленно, сейчас же, сию минуту.

пӀалъэ къыхэмыгъэкӀын

руне откладывать что-л. в долгий ящик.

ПӀалъэ къыхэмыгъэкӀыу гъуэгу теувэн.

пӀалъэ къыхэмыкӀыу

рубезотлагательно.

Ӏуэхур пӀалъэ къыхэмыкӀыу зэфӀэгъэкӀын.

пӀалъэ хуэхъун

рувойти в привычку.

пӀалъэ хуэщӀын

руустановить срок (выполнения чего-л.).

пӀалъэр икӀын

рупройти - о сроке.

{и} пӀалъэр къэсын

ру1) настать - о сроке.

ПӀалъэр къэсри, щыхьыр цыжьбанэм деж къэкӀуащ.— Дыщэ кӀ. 2) быть при смерти.

+1 örnek

Сымаджэм и пӀалъэр къэсащ.

и пӀалъэ щӀэн

ру1) знать чьи-л. повадки, норов.

ЛӀым пӀалъэ щӀэн. 2) знать толк в чём-л. Шы и пӀалъэ щӀэн. Лэжьыгъэ и пӀалъэ щӀэн.

Kitapta geçtiği hali

пӀалъэ I 1. срок (определённый промежуток времени) / Зыгуэр къэхъуным, зэщӀэным текӀуадэ, ихь зэман пыухыкӀа. * Индрис зэрыхуэӀэхъуэну пӀалъэр Хьэмид иухащ. Хь. С. 2. срок (момент наступления, исполнения чего-л.) / Зыгуэрым и къэхъугъуэр, къэсыгъуэр зытехуэ зэман. * Пщым шыр къыщратыжыну жыхуаӀа пӀалъэр къэсащ. фольк. ЛӀы и пӀалъэ епцӀыжкъым. (погов.) 3. см. зэман. * ПӀалъэ дахэ и къэкӀуэкӀэу мэбзэхыж. Ӏуащхь. ПӀалъэ гъэувын назначить что-л. (напр. свадьбу), наметить срок чего-л. * ПӀалъэ етын = пӀалъэ гъэувын. * НысащӀэм и лӀыр къыщыкӀуэжынур езым ищӀэ хъунти, абы ирихьэлӀэу къэкӀуэну Бэлэтокъуэм пӀалъэ иритащ. Ад. фольк. ПӀалъэ зэтын = пӀалъэ зэухылӀэн. * ПӀалъэ зэратар къэсри, Щыхьыр къэкӀуащ цыжьбанэм деж. фольк. ПӀалъэ зэухылӀэн договориться о сроке чего-л. * МуӀэедрэ Броцэрэ щызэрышэну пӀалъэри зэраухылӀащ. Ӏуащхь. ПӀалъэ зэхуэщӀын = пӀалъэ зэухылӀэн. * Махуих дэкӀмэ.. щыӀэну хасэм къекӀуэлӀэну пӀалъэ зэхуащӀри.. нарт гупыр зэбгрыкӀыжащ. Нарт. ПӀалъэ зэӀыхын = пӀалъэ зэухылӀэн. ПӀалъэ имыӀэу немедленно, сейчас же, сию минуту. ПӀалъэ къыхэмыгъэкӀын не откладывать что-л. в долгий ящик. ПӀалъэ къыхэмыгъэкӀыу гъуэгу теувэн. ПӀалъэ къыхэмыкӀыу безотлагательно. * Ӏуэхур пӀалъэ къыхэмыкӀыу зэфӀэгъэкӀын. ПӀалъэ хуэхъун войти в привычку. ПӀалъэ хуэщӀын установить срок (выполнения чего-л.). ПӀалъэр икӀын пройти - о сроке. {И} пӀалъэр къэсын 1) настать - о сроке. * ПӀалъэр къэсри, щыхьыр цыжьбанэм деж къэкӀуащ. Дыщэ кӀ. 2) быть при смерти. * Сымаджэм и пӀалъэр къэсащ. II: и пӀалъэ щӀэн 1) знать чьи-л. повадки, норов. ЛӀым пӀалъэ щӀэн. 2) знать толк в чём-л. Шы и пӀалъэ щӀэн. Лэжьыгъэ и пӀалъэ щӀэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Зыгуэр гъэзэщӀа хъуным текӀуадэ зэман пыухыкӀа.

Мис иныжьыр зэкӀуэкӀауэ, Фагъуэу и фэр пыкӀыпауэ, Джатэ иныр игъэдалъэу, НыщӀолъэӀур лӀыгъэ пӀалъэ: - Гъуэгу къэскӀуащи махуэл закъуэ СщӀыху бдэсчынкъым зы лъэбакъуэ.— Елбэздыкъуэ, 17

+2 örnek

БетӀал ЦИК-м дежи телеграммэ ирегъэхь: иджы къыщӀэщащ Ӏуэху бэлыхьлажьи, дыволъэӀу хабзэм къигъэлъагъуэ пӀалъэм къыщӀевгъэгъуну, жиӀэри.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526

[Фэуаз:] ДыздэкӀуэнум дынос и пӀалъэм дрихьэлӀэу— Анка, 383

2. Зыгуэрым и къэхъугъуэр, къэсыгъуэр зытехуэ зэман.

Хьэ пэрийри иӀэт гъусэу, ЖаӀэр кӀэщӀу зэфӀигъэкӀырт, Псэ зыӀути къемыпсалъэу ДэкӀт, къэсамэ Ӏэхъуэ пӀалъэ— Тисей, 488

+2 örnek

[Дэфэрэдж:] Нэхъ кууэ хэплъатэмэ, нэгъуэщӀ гуэрхэр я нэм къыщӀэуэнкӀи хъунт, фӀэгъэнапӀэ лъыхъуэурэ, арщхьэкӀэ эпиграфыр щалъагъум, я нэм къыщхьэрипхъуэри диссертацэм ныкъусаныгъэ мыхьэнэ иӀэу гу лъатакъым, сэри эпиграф тӀэкӀур тесхыжри къызэщӀэва къомыр увыӀэжащ, защитэри пӀалъэм хуэзэу зэфӀэкӀащ.— Лъапсэ, 15

Къэсат а щӀалэм и пӀалъэр Мы гъатхэм нэхърэ нэхъ псынщӀэу, Хэт зыщӀэр пыӀэр зей щӀалэр?— Жыр пыӀэ. «Шум и гъуэгу», 49

3. Зэман

Сингх ухъунум иӀэщ пӀалъэ— Сингх жыхуаӀэр. «Батырыбжьэ», 91

+1 örnek

А махуэм ичынды нэмэзым и пӀалъэр къэмысыпауэ, Абу-Дереуш хэт къыпэувами яхуэмыубыду и мэжджытым къафӀэкӀуащ мегафон иӀыгъыу.— Кхъэлэгъунэ, 378

Deyimler (7)

пӀалъэ гъэувын

Зэман пыухыкӀа тещӀыхьауэ хуэгъэувын.

Иджы пӀалъэ ягъэувын хуейт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 226

+1 örnek

Парт чисткэм и пӀалъэр къытхуигъэуващ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 674

пӀалъэ етын

Отрядыр нэхъыби хъурт, арщхьэкӀэ Якъуб зыкъомыр я унэ иутӀыпщыжащ, махуэ зырыз пӀалъэу яритри.— Нал къута, 213

+2 örnek

[Ӏэюб Лу жриӀэу:] Нобэ хуит сащӀатэмэ, махуэ пӀалъэ езмыту къэсшэнт Быцэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525

[БырмамытӀ мэрым жриӀэу:] Дакъикъэ пщыкӀутху пӀалъэу узот: къызэхуэсрэ – уи насыпщ, къызэхуэмысрэ – уи фызыр уи нэкӀэ плъагъуу ӀуспӀэнщ, уэри абы укӀэлъызгъэкӀуэнщ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 406

Еплъ: пӀалъэ гъэувын

пӀалъэ хуэщӀын

Зэман пыухыкӀа хуэгъэувын.

[Къылышбий и къуэм Астемыр жриӀэу:] Пщэдей пщӀондэ пӀалъэ пхузощӀ— Хъуэпсэгъуэ нур, 122

+2 örnek

Лу гукӀэ ищӀэрт гуфӀэгъуэр ущыхуей махуэм, пӀалъэ хуэпщӀам тету, къызэрымыкӀуэр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 306

Хъужат уӀэгъэу стелъари, Зы мазэ пӀалъэ къысхуащӀри СыкъаутӀыпщащи, си анэ, СыуихьэщӀэнущ сэ куэдрэ.— Адэ, 133

пӀалъэ имыӀэу

ЗанщӀэу, зэман дэмыкӀыу, икӀэщӀыпӀэкӀэ.

[ЦӀыкӀущэ Хьэрун жриӀэу:] Пщэдей фӀэкӀа пӀалъэ имыӀэу сӀуэхунщи къэсшэжынщ [къуитӀыр]— Нэгъуху, 21

+1 örnek

[Ӏэдэм Лу жриӀэу:] Уеблэмэ, иджыпсту фӀэкӀа пӀалъэ имыӀэу хьэжыгъэ къэп естынщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632

3 deyim daha

пӀалъэр икӀын

Зэман зыхуагъэувар блэкӀын.

АрщхьэкӀэ пӀалъэр зэ икӀамэ, къигъазэу дауэ ухуэзэн?— ӀэщӀагъэ. «Батырыбжьэ», 17

+1 örnek

[Дэрдэхь] Езыри лэжьэрейщи, гъэ къэс и мэшыр мэбагъуэ, хадэхэкӀ хилъхьами, къохъулӀэ, хъарбыз хадэ ищӀами, ищэни хурокъури, хъарбызым и пӀалъэ икӀыхукӀэ и сабий игъэхъуапсэркъым— Хьэсэпэхъумэ, 418

[и] пӀалъэр къэсын

Ӏуэхугъуэ гуэрым и къэхъугъуэр къэсын.

Зи пӀалъэ къэсым гу лъыптэфмэ, Уи гуащӀэдэкӀыр хэмыкӀуадэ— Зэманым декӀу. «Батырыбжьэ», 11

+2 örnek

[Къетау Хьэкурынэ жриӀэу:] Укъызэрызгъэгугъам и пӀалъэр къэсащи, нобэ щыщӀэдзауэ хуит узощӀ: ухуеймэ къуажэм къыдэни уи кӀыщым щылъащэ, ухуеймэ, дэнэ къуажи дэтӀысхьэ.— Лъапсэ, 61

Абу-Дереуш и азэным къригъэкӀырт: дунейм къытехьауэ тетыр зэдэпсэун хуейщ, жыгымрэ удзымрэ, псымрэ мафӀэмрэ, хуабэмрэ щӀыӀэмрэ зэран зэхуэмыхъуу зэрызэзэгъым хуэдэу, зи пӀалъэ къэсым и чэзууэ.— Кхъэлэгъунэ, 378

пӀалъэ къетын

Пэжу, езы Астемыр здихуауэ щытатэм нэхъыфӀт, ауэ Къазджэрий ихуми хъунщ, жиӀэри Степан Ильич, Ӏуэхушхуэм хэт пэтми, Бэлацэ и къуэр къигъуэтщ, махуэ ныкъуэ пӀалъэу къритри игъэзэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 316

Еплъ: пӀалъэ етын

[и] пӀалъэ щӀэнЗыгуэрым фӀыуэ хэщӀыкӀын, и щытыкӀэ гупсэхуу щӀэн. А Ӏуэхур псоми яхузэфӀэкӀынутэкъым, шы къэпщэхун папщӀэ шы и пӀалъэ пщӀэн хуейт, абы ищӀыӀужкӀэ уанэгум уис защӀэу зы тхьэмахуи тхьэмахуитӀи къэпкӀухьын папщӀэ, куэд уи фэм дэбгъэкӀауэ ущымыту хъунт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 161

+3 örnek

Мэз бжэным ищӀэрт щакӀуэм я пӀалъэ: мызэ-мытӀэу мэз бжэн хъушэ зыхэтар щакӀуэм яӀэщӀэкӀуэдат.— Кхъухь пхэнж, 503

[БырмамытӀ:] Абы нэмыщӀу, сызыхэтым я пӀалъэ сощӀэ: пхуэгъэшынэмэ, къодэӀуэнущ, пхуэмыгъэшынэрэ – уи пщэм къыдэтӀысхьэнущ, бэуапӀэ къуамыту.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 407

[И] пӀалъэ щыгъуазэн (1). Еплъ[и] пӀалъэ щӀэн.Сэ гъуэгу и пӀалъэ сыщыгъуазэщ, Ар зэпычамэ – зэпыздэнщ.— Си гъуэгу тыншакъым сэ игъащӀэм. «Мывэ хуабэ», 63

Kitapta geçtiği hali

ПӀАЛЪЭ (45). 1. (25). Зыгуэр гъэзэщӀа хъуным текӀуадэ зэман пыухыкӀа. Мис иныжьыр зэкӀуэкӀауэ, Фагъуэу и фэр пыкӀыпауэ, Джатэ иныр игъэдалъэу, НыщӀолъэӀур лӀыгъэ пӀалъэ: - Гъуэгу къэскӀуащи махуэл закъуэ СщӀыху бдэсчынкъым зы лъэбакъуэ. «Елбэздыкъуэ», 17. БетӀал ЦИК-м дежи телеграммэ ирегъэхь: иджы къыщӀэщащ Ӏуэху бэлыхьлажьи, дыволъэӀу хабзэм къигъэлъагъуэ пӀалъэм къыщӀевгъэгъуну, жиӀэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526. [Фэуаз:] ДыздэкӀуэнум дынос и пӀалъэм дрихьэлӀэу. Анка, 383. 2. (15). Зыгуэрым и къэхъугъуэр, къэсыгъуэр зытехуэ зэман. Хьэ пэрийри иӀэт гъусэу, ЖаӀэр кӀэщӀу зэфӀигъэкӀырт, Псэ зыӀути къемыпсалъэу ДэкӀт, къэсамэ Ӏэхъуэ пӀалъэ. «Тисей», 488. [Дэфэрэдж:] Нэхъ кууэ хэплъатэмэ, нэгъуэщӀ гуэрхэр я нэм къыщӀэуэнкӀи хъунт, фӀэгъэнапӀэ лъыхъуэурэ, арщхьэкӀэ эпиграфыр щалъагъум, я нэм къыщхьэрипхъуэри диссертацэм ныкъусаныгъэ мыхьэнэ иӀэу гу лъатакъым, сэри эпиграф тӀэкӀур тесхыжри къызэщӀэва къомыр увыӀэжащ, защитэри пӀалъэм хуэзэу зэфӀэкӀащ. Лъапсэ, 15. Къэсат а щӀалэм и пӀалъэр Мы гъатхэм нэхърэ нэхъ псынщӀэу, Хэт зыщӀэр пыӀэр зей щӀалэр? Жыр пыӀэ. «Шум и гъуэгу», 49. 3. (5).Зэман. Сингх ухъунум иӀэщ пӀалъэ. Сингх жыхуаӀэр. «Батырыбжьэ», 91. А махуэм ичынды нэмэзым и пӀалъэр къэмысыпауэ, Абу-Дереуш хэт къыпэувами яхуэмыубыду и мэжджытым къафӀэкӀуащ мегафон иӀыгъыу. Кхъэлэгъунэ, 378. ◊ ПӀалъэ гъэувын (2). Зэман пыухыкӀа тещӀыхьауэ хуэгъэувын. Иджы пӀалъэ ягъэувын хуейт. Хъуэпсэгъуэ нур, 226. Парт чисткэм и пӀалъэр къытхуигъэуващ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 674. ПӀалъэ етын (5). Еплъ пӀалъэ гъэувын. Отрядыр нэхъыби хъурт, арщхьэкӀэ Якъуб зыкъомыр я унэ иутӀыпщыжащ, махуэ зырыз пӀалъэу яритри. Нал къута, 213. [Ӏэюб Лу жриӀэу:] Нобэ хуит сащӀатэмэ, махуэ пӀалъэ езмыту къэсшэнт Быцэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525. [БырмамытӀ мэрым жриӀэу:] Дакъикъэ пщыкӀутху пӀалъэу узот: къызэхуэсрэ – уи насыпщ, къызэхуэмысрэ – уи фызыр уи нэкӀэ плъагъуу ӀуспӀэнщ, уэри абы укӀэлъызгъэкӀуэнщ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 406. ПӀалъэ хуэщӀын (3). Зэман пыухыкӀа хуэгъэувын. [Къылышбий и къуэм Астемыр жриӀэу:] Пщэдей пщӀондэ пӀалъэ пхузощӀ. Хъуэпсэгъуэ нур, 122. Лу гукӀэ ищӀэрт гуфӀэгъуэр ущыхуей махуэм, пӀалъэ хуэпщӀам тету, къызэрымыкӀуэр. Хъуэпсэгъуэ нур, 306. Хъужат уӀэгъэу стелъари, Зы мазэ пӀалъэ къысхуащӀри СыкъаутӀыпщащи, си анэ, СыуихьэщӀэнущ сэ куэдрэ. «Адэ», 133. ПӀалъэ имыӀэу (16). ЗанщӀэу, зэман дэмыкӀыу, икӀэщӀыпӀэкӀэ. [ЦӀыкӀущэ Хьэрун жриӀэу:] Пщэдей фӀэкӀа пӀалъэ имыӀэу сӀуэхунщи къэсшэжынщ [къуитӀыр]. Нэгъуху, 21. [Ӏэдэм Лу жриӀэу:] Уеблэмэ, иджыпсту фӀэкӀа пӀалъэ имыӀэу хьэжыгъэ къэп естынщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632. ПӀалъэр икӀын (2). Зэман зыхуагъэувар блэкӀын. АрщхьэкӀэ пӀалъэр зэ икӀамэ, къигъазэу дауэ ухуэзэн? ӀэщӀагъэ. «Батырыбжьэ», 17. [Дэрдэхь] Езыри лэжьэрейщи, гъэ къэс и мэшыр мэбагъуэ, хадэхэкӀ хилъхьами, къохъулӀэ, хъарбыз хадэ ищӀами, ищэни хурокъури, хъарбызым и пӀалъэ икӀыхукӀэ и сабий игъэхъуапсэркъым. Хьэсэпэхъумэ, 418. [И] пӀалъэр къэсын (79). Ӏуэхугъуэ гуэрым и къэхъугъуэр къэсын. Зи пӀалъэ къэсым гу лъыптэфмэ, Уи гуащӀэдэкӀыр хэмыкӀуадэ. Зэманым декӀу. «Батырыбжьэ», 11. [Къетау Хьэкурынэ жриӀэу:] Укъызэрызгъэгугъам и пӀалъэр къэсащи, нобэ щыщӀэдзауэ хуит узощӀ: ухуеймэ къуажэм къыдэни уи кӀыщым щылъащэ, ухуеймэ, дэнэ къуажи дэтӀысхьэ. Лъапсэ, 61. Абу-Дереуш и азэным къригъэкӀырт: дунейм къытехьауэ тетыр зэдэпсэун хуейщ, жыгымрэ удзымрэ, псымрэ мафӀэмрэ, хуабэмрэ щӀыӀэмрэ зэран зэхуэмыхъуу зэрызэзэгъым хуэдэу, зи пӀалъэ къэсым и чэзууэ. Кхъэлэгъунэ, 378. ПӀалъэ къетын (1). Еплъ пӀалъэ етын. Пэжу, езы Астемыр здихуауэ щытатэм нэхъыфӀт, ауэ Къазджэрий ихуми хъунщ, жиӀэри Степан Ильич, Ӏуэхушхуэм хэт пэтми, Бэлацэ и къуэр къигъуэтщ, махуэ ныкъуэ пӀалъэу къритри игъэзэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 316.

ПӀАЛЪЭ II: [и] пӀалъэ щӀэн (41). Зыгуэрым фӀыуэ хэщӀыкӀын, и щытыкӀэ гупсэхуу щӀэн. А Ӏуэхур псоми яхузэфӀэкӀынутэкъым, шы къэпщэхун папщӀэ шы и пӀалъэ пщӀэн хуейт, абы ищӀыӀужкӀэ уанэгум уис защӀэу зы тхьэмахуи тхьэмахуитӀи къэпкӀухьын папщӀэ, куэд уи фэм дэбгъэкӀауэ ущымыту хъунт. Хъуэпсэгъуэ нур, 161. Мэз бжэным ищӀэрт щакӀуэм я пӀалъэ: мызэ-мытӀэу мэз бжэн хъушэ зыхэтар щакӀуэм яӀэщӀэкӀуэдат. Кхъухь пхэнж, 503. [БырмамытӀ:] Абы нэмыщӀу, сызыхэтым я пӀалъэ сощӀэ: пхуэгъэшынэмэ, къодэӀуэнущ, пхуэмыгъэшынэрэ – уи пщэм къыдэтӀысхьэнущ, бэуапӀэ къуамыту. ХьэщӀэ лъапӀэ, 407. [И] пӀалъэ щыгъуазэн (1). Еплъ [и] пӀалъэ щӀэн. Сэ гъуэгу и пӀалъэ сыщыгъуазэщ, Ар зэпычамэ – зэпыздэнщ. Си гъуэгу тыншакъым сэ игъащӀэм. «Мывэ хуабэ», 63.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

müddet mühlet mürür süre vade vedia zaman

Düzeltme Öner

пӀалъэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.