гуэныхь къэхьын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

гуэныхь

Дин хабзэм емызэгъыу ялэжь Ӏуэху.

рурелиг. грех

Хъуэжэ и гуэныхьхэмрэ и псапэхэмрэ зэпашэчати, гуэныхьыр нэхъыбэ хъуащ.— ӀуэрыӀуатэ

ПсэкӀуэдщ, тхьэмыщкӀэщ.

ружаль, жалко (его)

- Гуэныхьщ, мы джэдур мыпхуэдизрэ зумылъафэ, ЛутӀэ, - ешхыдащ фызыжьыр щӀалэ цӀыкӀу кӀэлындорым тесым.— Ахъмэт Мухьэдин

Bu maddedeki ifadeler (4)

гуэныхь зытегъэхуэн

гуэныхь къэхьын

гуэныхь къэхьын

рувзять на себя грех.

Жэмал и гум хьэрэмыгъэ илъщ жыпӀэмэ гуэныхь къэпхьынщ.— Къэбэрдей

гуэныхь пшынын

руискупить грех.

гуэныхь техын

руснять грех с кого-л.

{Щоджэн:} - Сыт а жыпӀэр, хьэжмэстафэ? Нэчыхь зиӀэм гуэныхь тохыр.— Акъсырэ Залымхъан

къэхьын

(къехь)

1. ПӀыгъыу пхьыурэ зыгуэр зыщӀыпӀэ къэгъэсын.

рупринести кого-что-л. (сюда)

Псы къэхьын.

+1 örnek

Лу щӀалэ жыджэрщ, пыӀэ къэхь жыпӀэу бгъакӀуэм, щхьэр къехь - жыхуаӀэм хуэдэщ.— КӀыщокъуэ Алим

2. Зыгуэр къэлэжьын, лэжьыгъэм къыпэкӀуэу къыпӀэрыхьэн. Улахуэшхуэ

рузаработать что-л.

къэхьын.

3. Къэхьэхун (заем, лоторее сыт хуэдэкӀэ).

рувыиграть (по лотерее)

ЛотореекӀэ машина къэхьын.

Bu maddedeki ifadeler (17)

гуэныхь къэхьын

Еплъ: гуэныхь

губгъэн къэхьын

Еплъ: губгъэн

емыкӀу къэхьын

Еплъ: емыкӀу

жьэм къихь къэмыгъэнэн

Еплъ: жьэ

напэ къэмыхьын

Еплъ: напэ

оценкэ къэхьын

Еплъ: оценкэ

псапэ къэхьын

Еплъ: псапэ

сэбэп къэхьын

Еплъ: сэбэп

текӀуэныгъэ къэхьын

Еплъ: текӀуэныгъэ

тхьэлъанэ къэхьын

Еплъ: тхьэлъанэ

увыпӀэ къэхьын

Еплъ: увыпӀэ

фэжагъуэ къэхьын

Еплъ: фэжагъуэ

фейдэ къэхьын

Еплъ: фейдэ

фӀыщӀэ къэхьын

Еплъ: фӀыщӀэ

хъыбар къэхьын

Еплъ: хъыбар

шэч къэхьын

Еплъ: шэч

щапхъэ къэхьын

Еплъ: щапхъэ

Kitapta geçtiği hali

гуэныхь I религ. грех / Дин хабзэм емызэгъыу ялэжь Ӏуэху. * Хъуэжэ и гуэныхьхэмрэ и псапэхэмрэ зэпашэчати, гуэныхьыр нэхъыбэ хъуащ. фольк. Гуэныхь зытегъэхуэн = гуэныхь къэхьын. Гуэныхь къэхьын взять на себя грех. * Жэмал и гум хьэрэмыгъэ илъщ жыпӀэмэ гуэныхь къэпхьынщ. Къэб. Гуэныхь пшынын искупить грех. Гуэныхь техын снять грех с кого-л. * {Щоджэн:} - Сыт а жыпӀэр, хьэжмэстафэ? Нэчыхь зиӀэм гуэныхь тохыр. Акъ. З. II жаль, жалко (его) / ПсэкӀуэдщ, тхьэмыщкӀэщ. * - Гуэныхьщ, мы джэдур мыпхуэдизрэ зумылъафэ, ЛутӀэ, - ешхыдащ фызыжьыр щӀалэ цӀыкӀу кӀэлындорым тесым. Ахъ. М.

къэхьын (къехь) перех. гл. 1. принести кого-что-л. (сюда) / ПӀыгъыу пхьыурэ зыгуэр зыщӀыпӀэ къэгъэсын. Псы къэхьын. * Лу щӀалэ жыджэрщ, пыӀэ къэхь жыпӀэу бгъакӀуэм, щхьэр къехь - жыхуаӀэм хуэдэщ. КӀ. А. 2. переносное заработать что-л. / Зыгуэр къэлэжьын, лэжьыгъэм къыпэкӀуэу къыпӀэрыхьэн. Улахуэшхуэ къэхьын. 3. переносное выиграть (по лотерее) / Къэхьэхун (заем, лоторее сыт хуэдэкӀэ). ЛотореекӀэ машина къэхьын. Гуэныхь къэхьын см. гуэныхь. Губгъэн къэхьын см. губгъэн. ЕмыкӀу къэхьын см. емыкӀу. Жьэм къихь къэмыгъэнэн см. жьэ. Напэ къэмыхьын см. напэ. Оценкэ къэхьын см. оценкэ. Псапэ къэхьын см. псапэ. Сэбэп къэхьын см. сэбэп. ТекӀуэныгъэ къэхьын см. текӀуэныгъэ. Тхьэлъанэ къэхьын см. тхьэлъанэ. УвыпӀэ къэхьын см. увыпӀэ. Фэжагъуэ къэхьын см. фэжагъуэ. Фейдэ къэхьын см. фейдэ. ФӀыщӀэ къэхьын см. фӀыщӀэ. Хъыбар къэхьын см. хъыбар. Шэч къэхьын см. шэч. Щапхъэ къэхьын см. щапхъэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

гуэныхь

Дин хабзэм къемызэгъыу ялэжь Ӏуэху. «

Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ» жиӀащ пасэрейм, уи гъунэгъу бгъэгумэщӀыныр гуэныхьу къыщӀэкӀынщ.— Аргъуей, 388

+2 örnek

[Интернатым щӀэсхэм Ташы щхьэкӀэ жаӀэ:] «Дауэ ар, хьэлыгъуанэр ахъшэкӀэ езым къищэхуащ, дэ гуэныхькӀэ къэтхъуэжын хуейщ»...— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557

И адэри къогубжь: – Къащтэ мыдэ, гуэныхь щыӀэ абы— Лъапсэ, 71

Deyimler (12)

гуэныхьыр гъэгъун

Дин хабзэм къемызэгъыу илэжьар зыгуэркӀэ пшыныжын.

– ХьэжыщӀ сыкъэкӀуащ, гуэныхь къэсхьар згъэгъуну.— Лыгъэ, 413

гуэныхьыр гъун

Лей илэжьар птемылъыж хъун, къыхуэгъун.

ЛӀо, мэл къэдыгъуа къурмэн пщӀыкӀэ уи гуэныхь гъун уи гугъэ?— КӀапсэ кӀапэ, 18

гуэныхьыр кӀуэдын

ИщӀэу е имыщӀэу гуэныхь илэжьар къыхуэгъун, щымыӀэж хъун, ипшыныжын.

[Дадэм:] ХьэжыщӀ сымыкӀуэу си гуэныхьыр кӀуэдынкъым.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 189

гуэныхь къэхьын

Дин хабзэм къемызэгъ гуэр лэжьын е жыӀэн.

Гуэныхь къомыхь, – жысӀэу хъыджэбзыр къыӀэщӀэзгъэкӀын си гугъэу зыщездзым, Исуф зыкъызэкъуехри къызоуэри сыкъреуд, ар фӀэмащӀэу къыскӀуэцӀопкӀэ: – Мэ гуэныхь, мэ гуэныхь!— Лэчымэ, 396

+2 örnek

– Анка и гуэныхь къэсхьащ, – жиӀэри ди адэр абы сымаджэ ихъукӀауэ зыкъомрэ дыкъигъэгузэващ, гуэныхьыр сэ къэсхьауэ къэлъытэ жысӀэ щхьэкӀэ сыгурымыӀуэу.— Анка, 384

АрщхьэкӀэ «къэбдыгъуныр зы гуэныхьщи, пфӀадыгъуныр гуэныхьищэщ» щӀыжаӀэр удыгъуэныр гуэныхьщ, ауэ пфӀадыгъумэ, гуэныхьищэ къыбохь, сыту жыпӀэмэ цӀыхуищэм лажьэ ямыӀэу гурыщхъуэ яхубощӀ.— МелыӀыч, 460

гуэныхьыр къэщтэн

1. Зыгуэрым и гуэныхьыр зытелъхьэн, дэгуэшын.

Ауэ нэхъ инхэр зэдауэрт: «Хэт Таша и гуэныхьыр къэзыщтэну аразыр?»— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557

2. Хабзэм ебэкъуэн, лей зехьэн.

СыбукӀыу гуэныхь къыумыщтэ— Лъапсэ, 52

гуэныхь къытехуэн

Лей гуэр лэжьын.

Еуи укӀ – гуэныхь къыптехуэркъым.— Нал къута, 225

+1 örnek

– КъурӀэным иткӀэ, соӀуэ: кхъуэл умыщӀэу пшха щхьэкӀэ гуэныхь лъэпкъ къыптемыхуэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 174

гуэныхь лъысын

Гуэныхьыр зылъысыр узыгъэшхар аращ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 174

Еплъ: гуэныхь къэхьын

гуэныхьыр текӀын

Армырауэ гуэныхьыр стекӀынукъым, – жиӀэу Таша гъуэгыу фыз пщафӀэм елъэӀурт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 604

Еплъ: гуэныхьыр кӀуэдын

гуэныхь телъын

Диным къемызэгъ илэжьын.

Гуэныхь птемылъу Алыхьым и пащхьэм уихьэжрэ напэ къабзэкӀэ уӀущӀэжмэ, Тхьэр зэтар уэращ.— Кхъэлэгъунэ, 374

+1 örnek

Си гуэныхь абыхэми ятелъкъым— МелыӀыч, 446

гуэныхьыр техын

Гуэныхь зыбгъэдэлъым щхьэщыхын ар хуэгъэгъун.

АтӀэ, хьэлыгъуанэ къэсщэхунщи, нэщӀ зэрызмыӀыгъым и гуэныхьыр стезыхыну арэзым хьэлыгъуанэр ирешх, жиӀэри Таша ахъшэ тӀэкӀу зэхуихьэсам къыщӀэкӀыр бэзэрым кӀуэри къищэхуащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557

гуэныхьыр хуэгъэгъун

Зыгуэрым гуэныхь телъыр щхьэщыхын.

Уи гуэныхь тӀэкӀур пхуигъэгъуну Сэром сыт епту уфӀэкӀа?— АбытӀэ Мухьэб и кхъащхьэм… Вагъуэ махуэ, 94

+1 örnek

– СолъэӀур тхьэм ди гуэныхь къытхуэгъэгъу жытӀэу дызэрелъэӀум папщӀэ губгъэн къытхуимыщӀыну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 79

гуэныхьыр пшыныжын

Къемызэгъыу блэжьам и хьэкъ къызытемынэн.

Сэ гуэныхь мащӀэ къэсхьауэ къыщӀэкӀынкъым, иджы си гуэныхьыр сыпшыныжу Алыхь талэм и пащхьэм напэ къабзэкӀэ сихьэжыну мурад сщӀащи, тхьэм къабыл ищӀ.— Лъапсэ, 60

Atasözleri (1)

къэбдыгъуныр зы гуэныхьщи, пфӀадыгъуныр гуэныхьищэщ

Еплъ: къэдыгъун

Kitapta geçtiği hali

ГУЭНЫХЬ (7). дин. Дин хабзэм къемызэгъыу ялэжь Ӏуэху. «Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ» жиӀащ пасэрейм, уи гъунэгъу бгъэгумэщӀыныр гуэныхьу къыщӀэкӀынщ. Аргъуей, 388. [Интернатым щӀэсхэм Ташы щхьэкӀэ жаӀэ:] «Дауэ ар, хьэлыгъуанэр ахъшэкӀэ езым къищэхуащ, дэ гуэныхькӀэ къэтхъуэжын хуейщ»... Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557. И адэри къогубжь: – Къащтэ мыдэ, гуэныхь щыӀэ абы. Лъапсэ, 71. ◊ Гуэныхьыр гъэгъун (1). Дин хабзэм къемызэгъыу илэжьар зыгуэркӀэ пшыныжын. – ХьэжыщӀ сыкъэкӀуащ, гуэныхь къэсхьар згъэгъуну. Лыгъэ, 413. Гуэныхьыр гъун (1). Лей илэжьар птемылъыж хъун, къыхуэгъун. ЛӀо, мэл къэдыгъуа къурмэн пщӀыкӀэ уи гуэныхь гъун уи гугъэ? КӀапсэ кӀапэ, 18. Гуэныхьыр кӀуэдын (1). ИщӀэу е имыщӀэу гуэныхь илэжьар къыхуэгъун, щымыӀэж хъун, ипшыныжын. [Дадэм:] ХьэжыщӀ сымыкӀуэу си гуэныхьыр кӀуэдынкъым. «Тепщэч къэзылъэтыхь», 189. Гуэныхь къэхьын (9). Дин хабзэм къемызэгъ гуэр лэжьын е жыӀэн. Гуэныхь къомыхь, – жысӀэу хъыджэбзыр къыӀэщӀэзгъэкӀын си гугъэу зыщездзым, Исуф зыкъызэкъуехри къызоуэри сыкъреуд, ар фӀэмащӀэу къыскӀуэцӀопкӀэ: – Мэ гуэныхь, мэ гуэныхь! Лэчымэ, 396. – Анка и гуэныхь къэсхьащ, – жиӀэри ди адэр абы сымаджэ ихъукӀауэ зыкъомрэ дыкъигъэгузэващ, гуэныхьыр сэ къэсхьауэ къэлъытэ жысӀэ щхьэкӀэ сыгурымыӀуэу. Анка, 384. АрщхьэкӀэ «къэбдыгъуныр зы гуэныхьщи, пфӀадыгъуныр гуэныхьищэщ» щӀыжаӀэр удыгъуэныр гуэныхьщ, ауэ пфӀадыгъумэ, гуэныхьищэ къыбохь, сыту жыпӀэмэ цӀыхуищэм лажьэ ямыӀэу гурыщхъуэ яхубощӀ. МелыӀыч, 460. Гуэныхьыр къэщтэн (2). 1. (1). Зыгуэрым и гуэныхьыр зытелъхьэн, дэгуэшын. Ауэ нэхъ инхэр зэдауэрт: «Хэт Таша и гуэныхьыр къэзыщтэну аразыр?» Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557. 2. (1). Хабзэм ебэкъуэн, лей зехьэн. СыбукӀыу гуэныхь къыумыщтэ. Лъапсэ, 52. Гуэныхь къытехуэн (2). Лей гуэр лэжьын. Еуи укӀ – гуэныхь къыптехуэркъым. Нал къута, 225. – КъурӀэным иткӀэ, соӀуэ: кхъуэл умыщӀэу пшха щхьэкӀэ гуэныхь лъэпкъ къыптемыхуэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 174. Гуэныхь лъысын (1). Еплъ гуэныхь къэхьын. Гуэныхьыр зылъысыр узыгъэшхар аращ. Хъуэпсэгъуэ нур, 174. Гуэныхьыр текӀын (1). Еплъ гуэныхьыр кӀуэдын. Армырауэ гуэныхьыр стекӀынукъым, – жиӀэу Таша гъуэгыу фыз пщафӀэм елъэӀурт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 604. Гуэныхь телъын (2). Диным къемызэгъ илэжьын. Гуэныхь птемылъу Алыхьым и пащхьэм уихьэжрэ напэ къабзэкӀэ уӀущӀэжмэ, Тхьэр зэтар уэращ. Кхъэлэгъунэ, 374. Си гуэныхь абыхэми ятелъкъым. МелыӀыч, 446. Гуэныхьыр техын (1). Гуэныхь зыбгъэдэлъым щхьэщыхын ар хуэгъэгъун. АтӀэ, хьэлыгъуанэ къэсщэхунщи, нэщӀ зэрызмыӀыгъым и гуэныхьыр стезыхыну арэзым хьэлыгъуанэр ирешх, жиӀэри Таша ахъшэ тӀэкӀу зэхуихьэсам къыщӀэкӀыр бэзэрым кӀуэри къищэхуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557. Гуэныхьыр хуэгъэгъун (2). Зыгуэрым гуэныхь телъыр щхьэщыхын. Уи гуэныхь тӀэкӀур пхуигъэгъуну Сэром сыт епту уфӀэкӀа? АбытӀэ Мухьэб и кхъащхьэм… «Вагъуэ махуэ», 94. – СолъэӀур тхьэм ди гуэныхь къытхуэгъэгъу жытӀэу дызэрелъэӀум папщӀэ губгъэн къытхуимыщӀыну. Хъуэпсэгъуэ нур, 79. Гуэныхьыр пшыныжын (1). Къемызэгъыу блэжьам и хьэкъ къызытемынэн. Сэ гуэныхь мащӀэ къэсхьауэ къыщӀэкӀынкъым, иджы си гуэныхьыр сыпшыныжу Алыхь талэм и пащхьэм напэ къабзэкӀэ сихьэжыну мурад сщӀащи, тхьэм къабыл ищӀ. Лъапсэ, 60. ☐ Къэбдыгъуныр зы гуэныхьщи, пфӀадыгъуныр гуэныхьищэщ (1). Еплъ къэдыгъун.

Düzeltme Öner

гуэныхь къэхьын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.