хъыбар

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

haber
Ortakкъэбар
DoğuхъыбаркъащӀэхъугъэ-щӀагъэкъэхъукъащӀэ- къащӀэ- щӀагъэ
BatıкъэхъукъашӀ(э)хъугъэ-шӀагъкъэхъу-къашӀ(э)
Kitapta geçtiği hali

КЪЭБАР/ХЪЫБАР, КЪЭХЪУкъашӀ(э)/къащӀэ, ХЪУГЪЭ-шӀагъ/~ щӀагъэ; HABER

ХЪЫБАР/КЪЭБАР, КЪЭХЪУкъашӀ(э)/~ къащӀэ, ХЪУГЪЭ-шӀагъ/~ щӀагъэ; HABER

КЪЭХЪУ-къашӀ(э)/- къащӀэ, ХЪУГЪЭ-шӀагъ/- щӀагъэ, КЪЭБАР/ХЪЫБАР; HABER

ХЪУГЪЭ-шӀагъ/~ щӀагъэ, КЪЭХЪУкъашӀ(э)/~ къащӀэ, КЪЭБАР/ХЪЫБАР; HABER

Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Къэхъуа, щыӀа гуэрым теухуауэ жаӀэр, къаӀуатэр. Хъыбар гъэщӀэ-гъуэн.

рувесть, известие, сообщение; слух

Лу и адэр яхэтат Жыраслъэн къэзубыдами, абы и хъыбарыр тэмэму ищӀэрт.— КӀыщокъуэ Алим

2. КупщӀэншэ, мыхьэнэншэ.

рупустословие

Хъыбарщ а уэ пӀуатэр - дэ уи хъыбарым дедэӀуэну дызэхуэсакъым.— Ӏуащхьэмахуэ

Bu maddedeki ifadeler (15)

хъыбар гъэӀун

рупустить слух.

Унагъуэу дэсым я жэмыщӀэ зырыз къызату щытмэ, сэ жесӀэнщ пщыжьым и шыр зэрылӀар, - жиӀэри хъыбар игъэӀуащ {Хъуэжэ}.— Хъуэжэ и таурыхъыщэ

хъыбар егъэжьэн

ру= сообщить кому-л. что-л., оповестить кого-л. о чем-л.

хъыбар гъэӀун. хъыбар егъэщӀэн

Къэбардыр Тэрчкъалэ къикӀыжри хьэблэм хъыбар яригъэщӀащ.— Теунэ Хьэчим

хъыбар ехьэжьэн

ру= разузнать что-л. о ком-чем-л.

хъыбар гъэӀун. хъыбар зэгъэщӀэн

Ягъэ кӀынкъым цӀыхум захуэбгъазэрэ хъыбар гуэрхэри зэбгъащӀэмэ.— Ӏуащхьэмахуэ

хъыбар зэхэхын

рууслышать весть о ком-чем-л.

11 ifade daha

хъыбар зекӀуэн

руходят слухи, разговоры.

хъыбар зехьэн

руразносить слухи о ком-чем-л.

хъыбар къэхьын

рупринести весть о ком-чем-л.

Мыгувэу Рэмэзан хъыбар къихьащ: - Локъан и хъыбар фӀэкӀа къуажэм дэлъыжкъым, - жиӀэри.— КӀэрашэ Тембот

хъыбар къэӀун

рудонестись, дойти до кого-л. - о слухах.

хъыбар къегъэкӀуэкӀын

рупустословить.

хъыбар къегъэхьын

руприслать весть о ком-чем-л.

хъыбар къегъэщӀэн

ру= = = получить весть.

хъыбар егъэжьэн. хъыбар къехьэлӀэн, хъыбар къэхьын. хъыбар къылъэӀэсын, хъыбар къыӀэрыхьэн. хъыбар къыӀэрыхьэн

{и} хъыбар щӀэн

рубыть в курсе чего-л., иметь сведения о ком-чем-л.

и хъыбар щӀын

руговорить, вести разговор о ком-чем-л.

Адэмрэ анэмрэ зыгуэрым и хъыбар ящӀырт.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} хъыбар Ӏун

руразнестись, распространиться - о каких-л. слухах.

Серго дзэ зэрызэхуишэсым и хъыбар зэрыӀуу, абы къыхыхьэну къызэхуэса цӀыхухэм бжыгъэ яӀэтэкъым.— Советскэ Къэбэрдейм и ӀуэрыӀуатэхэр

хъыбарыр гъэвуун

рурастрезвонить, рассказать всем о ком-чем-л.

Kitapta geçtiği hali

хъыбар 1. весть, известие, сообщение; слух / Къэхъуа, щыӀа гуэрым теухуауэ жаӀэр, къаӀуатэр. Хъыбар гъэщӀэ-гъуэн. * Лу и адэр яхэтат Жыраслъэн къэзубыдами, абы и хъыбарыр тэмэму ищӀэрт. КӀ. А. 2. пустословие / КупщӀэншэ, мыхьэнэншэ. * Хъыбарщ а уэ пӀуатэр - дэ уи хъыбарым дедэӀуэну дызэхуэсакъым. Ӏуащхь. Хъыбар гъэӀун пустить слух. * - Унагъуэу дэсым я жэмыщӀэ зырыз къызату щытмэ, сэ жесӀэнщ пщыжьым и шыр зэрылӀар, - жиӀэри хъыбар игъэӀуащ {Хъуэжэ}. Хъу. и таур. Хъыбар егъэжьэн = хъыбар гъэӀун. Хъыбар егъэщӀэн сообщить кому-л. что-л., оповестить кого-л. о чем-л. * Къэбардыр Тэрчкъалэ къикӀыжри хьэблэм хъыбар яригъэщӀащ. Т. Хь. Хъыбар ехьэжьэн = хъыбар гъэӀун. Хъыбар зэгъэщӀэн разузнать что-л. о ком-чем-л. * Ягъэ кӀынкъым цӀыхум захуэбгъазэрэ хъыбар гуэрхэри зэбгъащӀэмэ. Ӏуащхь. Хъыбар зэхэхын услышать весть о ком-чем-л. Хъыбар зекӀуэн ходят слухи, разговоры. Хъыбар зехьэн разносить слухи о ком-чем-л. Хъыбар къэхьын принести весть о ком-чем-л. * Мыгувэу Рэмэзан хъыбар къихьащ: - Локъан и хъыбар фӀэкӀа къуажэм дэлъыжкъым, - жиӀэри. КӀ. Т. Хъыбар къэӀун донестись, дойти до кого-л. - о слухах. Хъыбар къегъэкӀуэкӀын пустословить. Хъыбар къегъэхьын прислать весть о ком-чем-л. Хъыбар къегъэщӀэн = хъыбар егъэжьэн. Хъыбар къехьэлӀэн = хъыбар къэхьын. Хъыбар къылъэӀэсын = хъыбар къыӀэрыхьэн. Хъыбар къыӀэрыхьэн получить весть. {И} хъыбар щӀэн быть в курсе чего-л., иметь сведения о ком-чем-л. И хъыбар щӀын говорить, вести разговор о ком-чем-л. * Адэмрэ анэмрэ зыгуэрым и хъыбар ящӀырт. Ӏуащхь. {И} хъыбар Ӏун разнестись, распространиться - о каких-л. слухах. * Серго дзэ зэрызэхуишэсым и хъыбар зэрыӀуу, абы къыхыхьэну къызэхуэса цӀыхухэм бжыгъэ яӀэтэкъым. Сов. Къэб. ифольк. Хъыбарыр гъэвуун растрезвонить, рассказать всем о ком-чем-л.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Къэхъуа, щыӀа гуэрым теухуауэ жаӀэр, къаӀуатэр.

Гъуумар и закъуэтэкъым Астемыр и хъыбарыр зигу иримыхьар— Хъуэпсэгъуэ нур, 197

+2 örnek

«Лъэпкъ цӀыкӀухэр хэкум ираш» жаӀэу арат хъыбарри, цӀыхум я щхьэр здахьынур ямыщӀэу, гузэвэгъуэм имыгъэжеижу къэнат— Лъапсэ, 83

ПщыхьэщхьэкӀэ дышха нэужь, Алий ди общежитым къокӀуэри къытхэсщ, хъыбар къыджеӀэ, Истамбыл щилъэгъуар еӀуэтэж, е усэ фӀэкӀа имыту тхылъ фӀыцӀэшхуэ иӀэщи, абы урысыбзэкӀэ къеджэурэ адыгэбзэкӀэ къыджеӀэж.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532

2. КупщӀэншэ, пцӀы.

[Бэлацэ Астемыр жриӀэу:] Германым (Россейр) езэуэнри пачауэ хъыбарщ— Хъуэпсэгъуэ нур, 195

Deyimler (10)

хъыбар гъэӀун

Зыгуэр къэхъуауэ цӀыхухэм захегъэхын.

Аралпри дунейм къытехьащ, Астемыр зауэм кӀуауэ хъыбар зыгъэӀуар зэхигъэкӀыну, арщхьэкӀэ старшынэм сыт къыпыпхын.— Хъуэпсэгъуэ нур, 159

+2 örnek

[Астемыр:] Хэт ищӀэрэ, си шыр Астемыр идыгъури ежьэжащ, жиӀэу хъыбар [Мурад Щамхъун] игъэӀумэ, узэрыӀэрыхьэу къэхэшэнщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 180

ЦӀыхур нэхъ къызэхуэсын папщӀэ, Нахъуэрэ Астемыррэ ялъэкӀ къагъэнакъым, хъыбари ягъэӀуащ зэӀущӀэм къакӀуэм спектакль ирагъэлъэгъуну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 626

хъыбар(ыр) дэз хъун

Псоми зыгуэр зэхахын.

А хъыбарыр хьэблэми къуажэми дэз хъуащи, псоми яфӀэгъэщӀэгъуэнт, хэту пӀэрэ гъукӀэ щӀалэм къыхуашар зи пхъур жаӀэу.— Лъапсэ, 115

+1 örnek

Ана, а си псэ тӀэкӀу, пшэр псалъэрэ, уэшхыр я нэпсщ, жиӀэрт Чачи, Адыгеи здэщыӀэм молэри, хьэжыри зэщӀакъуэу Сыбыр ирагъашэу зэхихати. А хъыбарри къуажэм дэз ищӀат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 648

хъыбар егъэщӀэн

Зыгуэрым къэхъуар жрегъэӀэн.

[Шыдым жиӀэу:] КӀэпхъ, къызэхуэса хъыбар зэбгъэщӀахэр?— Кхъухь пхэнж, 501

+2 örnek

Пэщэми хъыбар яригъащӀэ закъуэмэ, тхьэӀухудхэм я адэ-анэхэм я шыкӀэм мафӀэ егъэуауэ къызэхуэсынщи, Къэрэжьыр цырыцу зэӀахынщ, арщхьэкӀэ а тӀур зэрызэгурыӀуауэ щытар ещӀэж.— Лъапсэ, 37

[Къэрней анэм жриӀэу:] Хьэзырмэ нышыр ухуитщи, Хъыбар егъащӀэ Ӏыхьлыхэм.— Адэ, 133

хъыбар ехьэжьэн

А хъыбарыр Чачэ ирихьэжьэмэ. цӀыхур къигъэбырсейуэ къигъэсынкӀи хъунут.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 639

+2 örnek

Зи унэ сашэр адыгэ фызабэмэ, иужькӀэ гъунэгъу фызхэм хъыбар мыфэмыц ирахьэжьэу цӀыхубз тхьэмыщкӀэр ямыгъэукӀытэну пӀэрэ, жызоӀэри зыкъомкӀи си дзэр мэш, «сыкӀуэнукъым» жысӀэу къэзгъэзэжынуи сфӀэкъэбылкъым.— МелыӀыч, 454

«Бахъсэн событэкӀэ» еджэу а къэхъуам бэлыхьышхуэ къибгъэкӀын хуэдэуи щытакъым, арщхьэкӀэ, Къалмыкъ БатӀал зэреплъымкӀэ. къигъэкӀын хуейт, уеблэмэ хэӀущӀыӀу щӀын дэнэ къэна, и хъыбарыр ехьэжьэн хуеят: Совет властыр якъутэжыну Ислъэмей къуажэр хуежьат. жаӀэу.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525

Еплъ: хъыбар гъэӀун

6 deyim daha

хъыбар къэӀун

КъэхъуакъэщӀахэр хэӀущӀыӀу хъун.

Куэд дэкӀа нэужь Нурхьэлий и хъыбар къэӀуащ тенджыз ин гуэрым Ӏут къалэшхуэм щалъэгъуауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 147

+2 örnek

Ауэрэ мащӀэ дэкӀа, куэд дэкӀа, хъыбар телъыджэ къэӀуащ, Россей къэралыр зэтракъутэри пащтыхьыр трахуащ, жаӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 147

[Берие] Къызэрысуи цӀыхум я щхьэфэцыр игъэтэджу, хъыбар бэлыхьлажьэхэр къэӀури, жылэр зэрыжылэу зэрыгъэгужьеяуэ, ящӀэнур ямыщӀэу, зэрызехьэрт, зыхуэтхьэусыхэнур къахуэмыгъуэту— Лъапсэ, 83

хъыбар къехьэкӀын

Аргуэру зы махуэ дэкӀри, Долэт уэрамым къыдыхьащ «ныжэбэ старшынэр дэкӀащ, мылъкуу хуэхьыр дихри», жиӀэу хъыбар кърихьэкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 304

Еплъ: хъыбар гъэӀун

хъыбар(ыр) хэӀущӀыӀу хъун

Зыгуэр псоми зэхахын.

Псым сеупщӀу ар щыжесӀэм, Мырщ жэуапу къызитар: - Ар зыпылъым хуэгубжьауэ А хъыбарыр хъуащ хэӀущӀыӀу, Мис хъыджэбзыр къытехьауэ Лъагъуныгъэр егъэупщӀыӀу.— Псынэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 70

хъыбар хыхьэн

Елдар Щхьэлмывэкъуэ къакӀуэу зэхахри а хъыбарыр икӀэщӀыпӀэкӀэ жылэм хахьащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514

+1 örnek

Нахъуэ къызэрыфӀэщӀымкӀэ, хъыбарыфӀ жылэм яхэпхьэмэ, ар цӀыхум псалъэ гуапэкӀэ яжеӀэн хуейщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508

Еплъ: хъыбар гъэӀун

[и] хъыбар щӀэн

КъэхъуакъэщӀахэм щыгъуазэу щытын.

Хъыбарыр Астемыр фӀыуэ ищӀэрти, иджыпсту и гум къэкӀыжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 159

+2 örnek

Нацдивизэ ирехъу, Якъуб и отряд ирехъу – зыми и хъыбар налшыкдэсхэм ящӀэртэкъым— Нал къута, 215

Иджыблагъуэ хьэӀуцыдзым зэтраӀущӀам и хъыбар зымыщӀэр зырызыххэт.— Кхъухь пхэнж, 507

[и] хъыбар Ӏун

Зыгуэрым теухуа гуэрым куэд щыгъуазэ хъун, и хъыбар зэлъащӀысын. 241.

Нурхьэлий кӀасэр къихъунщӀэри щӀэпхъуэжащ, жаӀэри хъыбарыр Ӏуауэ Щхьэлмывэкъуэ дэсыр къызэрыӀэтащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 235

+3 örnek

Зы зэман хъыбар Ӏуауэ щытащ Мэмэт-щӀакъуэрэ Раисэрэ я кум зыгуэр дэлъу, арщхьэкӀэ ар пцӀы гъущэт.— Лъапсэ, 79

Зэгуэр кӀадетым ящыщщ [Яфет], жаӀэри хъыбар Ӏуати, къаумысыфакъым, иджы ари ящыгъупщэжауэ мэпсэу.— Нэгъуху, 50

Нурхьэлий кӀасэр къихъунщӀэри щӀэпхъуэжащ, жаӀэри хъыбарыр Ӏуауэ Щхьэлмывэкъуэ дэсыр къызэрыӀэтащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 235

Kitapta geçtiği hali

ХЪЫБАР (126). 1. (125). Къэхъуа, щыӀа гуэрым теухуауэ жаӀэр, къаӀуатэр. Гъуумар и закъуэтэкъым Астемыр и хъыбарыр зигу иримыхьар. Хъуэпсэгъуэ нур, 197. «Лъэпкъ цӀыкӀухэр хэкум ираш» жаӀэу арат хъыбарри, цӀыхум я щхьэр здахьынур ямыщӀэу, гузэвэгъуэм имыгъэжеижу къэнат. Лъапсэ, 83. ПщыхьэщхьэкӀэ дышха нэужь, Алий ди общежитым къокӀуэри къытхэсщ, хъыбар къыджеӀэ, Истамбыл щилъэгъуар еӀуэтэж, е усэ фӀэкӀа имыту тхылъ фӀыцӀэшхуэ иӀэщи, абы урысыбзэкӀэ къеджэурэ адыгэбзэкӀэ къыджеӀэж. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532. 2. (1). КупщӀэншэ, пцӀы. [Бэлацэ Астемыр жриӀэу:] Германым (Россейр) езэуэнри пачауэ хъыбарщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 195. ◊ Хъыбар гъэӀун (7). Зыгуэр къэхъуауэ цӀыхухэм захегъэхын. Аралпри дунейм къытехьащ, Астемыр зауэм кӀуауэ хъыбар зыгъэӀуар зэхигъэкӀыну, арщхьэкӀэ старшынэм сыт къыпыпхын. Хъуэпсэгъуэ нур, 159. [Астемыр:] Хэт ищӀэрэ, си шыр Астемыр идыгъури ежьэжащ, жиӀэу хъыбар [Мурад Щамхъун] игъэӀумэ, узэрыӀэрыхьэу къэхэшэнщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 180. ЦӀыхур нэхъ къызэхуэсын папщӀэ, Нахъуэрэ Астемыррэ ялъэкӀ къагъэнакъым, хъыбари ягъэӀуащ зэӀущӀэм къакӀуэм спектакль ирагъэлъэгъуну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 626. Хъыбар(ыр) дэз хъун (2). Псоми зыгуэр зэхахын. А хъыбарыр хьэблэми къуажэми дэз хъуащи, псоми яфӀэгъэщӀэгъуэнт, хэту пӀэрэ гъукӀэ щӀалэм къыхуашар зи пхъур жаӀэу. Лъапсэ, 115. Ана, а си псэ тӀэкӀу, пшэр псалъэрэ, уэшхыр я нэпсщ, жиӀэрт Чачи, Адыгеи здэщыӀэм молэри, хьэжыри зэщӀакъуэу Сыбыр ирагъашэу зэхихати. А хъыбарри къуажэм дэз ищӀат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 648. Хъыбар егъэщӀэн (37). Зыгуэрым къэхъуар жрегъэӀэн. [Шыдым жиӀэу:] КӀэпхъ, къызэхуэса хъыбар зэбгъэщӀахэр? Кхъухь пхэнж, 501. Пэщэми хъыбар яригъащӀэ закъуэмэ, тхьэӀухудхэм я адэ-анэхэм я шыкӀэм мафӀэ егъэуауэ къызэхуэсынщи, Къэрэжьыр цырыцу зэӀахынщ, арщхьэкӀэ а тӀур зэрызэгурыӀуауэ щытар ещӀэж. Лъапсэ, 37. [Къэрней анэм жриӀэу:] Хьэзырмэ нышыр ухуитщи, Хъыбар егъащӀэ Ӏыхьлыхэм. «Адэ», 133. Хъыбар ехьэжьэн (3). Еплъ хъыбар гъэӀун. А хъыбарыр Чачэ ирихьэжьэмэ. цӀыхур къигъэбырсейуэ къигъэсынкӀи хъунут. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 639. Зи унэ сашэр адыгэ фызабэмэ, иужькӀэ гъунэгъу фызхэм хъыбар мыфэмыц ирахьэжьэу цӀыхубз тхьэмыщкӀэр ямыгъэукӀытэну пӀэрэ, жызоӀэри зыкъомкӀи си дзэр мэш, «сыкӀуэнукъым» жысӀэу къэзгъэзэжынуи сфӀэкъэбылкъым. МелыӀыч, 454. «Бахъсэн событэкӀэ» еджэу а къэхъуам бэлыхьышхуэ къибгъэкӀын хуэдэуи щытакъым, арщхьэкӀэ, Къалмыкъ БатӀал зэреплъымкӀэ. къигъэкӀын хуейт, уеблэмэ хэӀущӀыӀу щӀын дэнэ къэна, и хъыбарыр ехьэжьэн хуеят: Совет властыр якъутэжыну Ислъэмей къуажэр хуежьат. жаӀэу. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525. Хъыбар къэӀун (15). КъэхъуакъэщӀахэр хэӀущӀыӀу хъун. Куэд дэкӀа нэужь Нурхьэлий и хъыбар къэӀуащ тенджыз ин гуэрым Ӏут къалэшхуэм щалъэгъуауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 147. Ауэрэ мащӀэ дэкӀа, куэд дэкӀа, хъыбар телъыджэ къэӀуащ, Россей къэралыр зэтракъутэри пащтыхьыр трахуащ, жаӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 147. [Берие] Къызэрысуи цӀыхум я щхьэфэцыр игъэтэджу, хъыбар бэлыхьлажьэхэр къэӀури, жылэр зэрыжылэу зэрыгъэгужьеяуэ, ящӀэнур ямыщӀэу, зэрызехьэрт, зыхуэтхьэусыхэнур къахуэмыгъуэту. Лъапсэ, 83. Хъыбар къехьэкӀын (1). Еплъ хъыбар гъэӀун. Аргуэру зы махуэ дэкӀри, Долэт уэрамым къыдыхьащ «ныжэбэ старшынэр дэкӀащ, мылъкуу хуэхьыр дихри», жиӀэу хъыбар кърихьэкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 304. Хъыбар(ыр) хэӀущӀыӀу хъун (1). Зыгуэр псоми зэхахын. Псым сеупщӀу ар щыжесӀэм, Мырщ жэуапу къызитар: - Ар зыпылъым хуэгубжьауэ А хъыбарыр хъуащ хэӀущӀыӀу, Мис хъыджэбзыр къытехьауэ Лъагъуныгъэр егъэупщӀыӀу. Псынэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 70. Хъыбар хыхьэн (2). Еплъ хъыбар гъэӀун. Елдар Щхьэлмывэкъуэ къакӀуэу зэхахри а хъыбарыр икӀэщӀыпӀэкӀэ жылэм хахьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514. Нахъуэ къызэрыфӀэщӀымкӀэ, хъыбарыфӀ жылэм яхэпхьэмэ, ар цӀыхум псалъэ гуапэкӀэ яжеӀэн хуейщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508. [И] хъыбар щӀэн (15). КъэхъуакъэщӀахэм щыгъуазэу щытын. Хъыбарыр Астемыр фӀыуэ ищӀэрти, иджыпсту и гум къэкӀыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 159. Нацдивизэ ирехъу, Якъуб и отряд ирехъу – зыми и хъыбар налшыкдэсхэм ящӀэртэкъым. Нал къута, 215. Иджыблагъуэ хьэӀуцыдзым зэтраӀущӀам и хъыбар зымыщӀэр зырызыххэт. Кхъухь пхэнж, 507. [И] хъыбар Ӏун (3). Зыгуэрым теухуа гуэрым куэд щыгъуазэ хъун, и хъыбар зэлъащӀысын. Нурхьэлий кӀасэр къихъунщӀэри щӀэпхъуэжащ, жаӀэри хъыбарыр Ӏуауэ Щхьэлмывэкъуэ дэсыр къызэрыӀэтащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 235. Зы зэман хъыбар Ӏуауэ щытащ Мэмэт-щӀакъуэрэ Раисэрэ я кум зыгуэр дэлъу, арщхьэкӀэ ар пцӀы гъущэт. Лъапсэ, 79. Зэгуэр кӀадетым ящыщщ [Яфет], жаӀэри хъыбар Ӏуати, къаумысыфакъым, иджы ари ящыгъупщэжауэ мэпсэу. Нэгъуху, 50. 241. Нурхьэлий кӀасэр къихъунщӀэри щӀэпхъуэжащ, жаӀэри хъыбарыр Ӏуауэ Щхьэлмывэкъуэ дэсыр къызэрыӀэтащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 235.

Düzeltme Öner

хъыбар
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.