сэбэп

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Зыгуэрым щхьэкӀэ щхьэпэ, мыхьэнэ зиӀэ.

рупольза, прок

Уа, Хъуэжэ, арыншэми дунейр пщэдей къутэжынущ, уи жэм пшэрыр зыми щымыщу къыпщӀэныжынкӀэ сыт и сэбэп?— Хъуэжэ и таурыхъыщэ

Bu maddedeki ifadeler (5)

сэбэп егъэкӀын

русделать что-л. полезное для кого-л.

{и} сэбэп екӀын

рубыть полезным для кого-л.

сэбэп къэхьын

руприносить пользу кому-л.

{и} сэбэп къекӀын

{и} сэбэп екӀын

сэбэп хуэхъун

рубыть полезным в каком-л. деле.

Kitapta geçtiği hali

сэбэп польза, прок / Зыгуэрым щхьэкӀэ щхьэпэ, мыхьэнэ зиӀэ. * Уа, Хъуэжэ, арыншэми дунейр пщэдей къутэжынущ, уи жэм пшэрыр зыми щымыщу къыпщӀэныжынкӀэ сыт и сэбэп? Хъу. и таур. Сэбэп егъэкӀын сделать что-л. полезное для кого-л. {И} сэбэп екӀын быть полезным для кого-л. Сэбэп къэхьын приносить пользу кому-л. {И} сэбэп къекӀын = {И} сэбэп екӀын. Сэбэп хуэхъун быть полезным в каком-л. деле.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Зыгуэрым щхьэкӀэ щхьэпэ, мыхьэнэ зиӀэ.

[Ӏурарэ Псэун жриӀэу:] Къапшэу унагъуэу утӀысыжынуми, уи къэшэгъуэщ, зэран сыпхуэхъункъым, сэбэп фӀэкӀа.— Къалэн, 434

+2 örnek

Унафэр къызэрысри зыкъом щӀати, иджы зэ едэӀуэжмэ, езы Нахъуэ дежкӀи сэбэпт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 511

«Ар фочыщӀэу сэ пхуэзгъасэм Хэт и дежкӀи сэбэпышхуэщ», – ЖеӀэр дадэм, пщым тегушхуэу— Тисей, 508

Deyimler (2)

сэбэп екӀын

Зыгуэрым дэӀэпыкъун.

[Мусэ Нурхьэлий жриӀэу:] Зи сэбэп къокӀынум ухуэтэмакъкӀэщӀ хъурэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 187

сэбэп мыхъун

Зыгуэрым и фӀагъ къыумыкӀын, иумыгъэкӀын.

Данэ цӀыкӀу щӀыӀэ хыхьащи, мафӀэ жьэражьэщ, красноармеецхэм порошок гуэрхэр

Kitapta geçtiği hali

СЭБЭП (69). Зыгуэрым щхьэкӀэ щхьэпэ, мыхьэнэ зиӀэ. [Ӏурарэ Псэун жриӀэу:] Къапшэу унагъуэу утӀысыжынуми, уи къэшэгъуэщ, зэран сыпхуэхъункъым, сэбэп фӀэкӀа. Къалэн, 434. Унафэр къызэрысри зыкъом щӀати, иджы зэ едэӀуэжмэ, езы Нахъуэ дежкӀи сэбэпт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 511. «Ар фочыщӀэу сэ пхуэзгъасэм Хэт и дежкӀи сэбэпышхуэщ», – ЖеӀэр дадэм, пщым тегушхуэу. «Тисей», 508. ◊ Сэбэп екӀын (1). Зыгуэрым дэӀэпыкъун. [Мусэ Нурхьэлий жриӀэу:] Зи сэбэп къокӀынум ухуэтэмакъкӀэщӀ хъурэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 187. Сэбэп мыхъун (8). Зыгуэрым и фӀагъ къыумыкӀын, иумыгъэкӀын. Данэ цӀыкӀу щӀыӀэ хыхьащи, мафӀэ жьэражьэщ, красноармеецхэм порошок гуэрхэр

Düzeltme Öner

сэбэп
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.