увыпӀэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
уцупӀ(э)/увыпӀэ (БИДАНЫКЪО Хьамид(-Къэплъан) бэнэнымкӀэ апэрэ уцупӀэр къыхьагъ.: Bidanıque Hamit (Kaplan) güreşte ilk dereceyi aldı.: БИДАНЫКЪУЭ Хьэмид(- Къаплъэн) бэнэнымкӀэ япэрей увыпӀэр къихьащ.); DERECE 2 (rütbe ~si, başarı ~si)
уцупӀ(э)/увыпӀэ; (хъураер/ КЪЭУХЬЫР уцупӀэ шъищрэ хыкӀырэ мэхъу.: Daire/çember 360º oluyor.: Хъурейр/КЪЭУХЬЫР увыпӀэ хыщӀрэ хырэ мэхъур.) DERECE 3 (konum ~si; durak)
увыпӀэ → уцупӀ(э); DURAK, DURMA YERİ
уцупӀ(э)/увыпӀэ → лъэоян; уцупӀ(э)/увыпӀэ, увыӀэпӀэ; къэуцупӀ(э)/къэувыпӀэ, къэувыӀэпӀэ; DURAK, DURMA YERİ
увыпӀэ → уцупӀ(э); DERECE 3 (konum ~si; durak)
увыпӀэ/уцупӀ(э) → лъэоян; DERECE 2 (rütbe ~sı, başarı ~sı)
Bu sonuç kitaptaki 6 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: уцупӀэ, лъэоян
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Здэщыт хъун е здэщытын хуей щӀыпӀэ; щытыпӀэ.
руместо для кого-чего-л.
Щхьэгъэрытым и увыпӀэр жыхафэгурщ.— ӀуэрыӀуатэ
2. Зыхэтым, и лэжьыгъэ с. ху. щиӀыгъ пӀэ.
руместо, положение (напр. в общественной жизни, науке и т. п.)
УвыпӀэ хэха Ӏыгъын.
3. Зэхьэзэхуэ гуэрым щиӀыгъ, къыщихьа е щиубыд пӀэ.
руместо (в соревновании, конкурсе и т. п.)
Япэ увыпӀэ. Яужьрей увыпӀэ.
Bu maddedeki ifadeler (1)
увыпӀэ къэхьын (убыдын)
рузанять какое-л. место (в соревновании, конкурсе и т. п.).
Kitapta geçtiği hali
увыпӀэ 1. место для кого-чего-л. / Здэщыт хъун е здэщытын хуей щӀыпӀэ; щытыпӀэ. * Щхьэгъэрытым и увыпӀэр жыхафэгурщ. фольк. 2. место, положение (напр. в общественной жизни, науке и т. п.) / Зыхэтым, и лэжьыгъэ с. ху. щиӀыгъ пӀэ. * УвыпӀэ хэха Ӏыгъын. 3. место (в соревновании, конкурсе и т. п.) / Зэхьэзэхуэ гуэрым щиӀыгъ, къыщихьа е щиубыд пӀэ. Япэ увыпӀэ. Яужьрей увыпӀэ. УвыпӀэ къэхьын (убыдын) занять какое-л. место (в соревновании, конкурсе и т. п.).
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Щхьэж хухэхауэ къыщыувыӀэ, здэщыт щӀыпӀэ.
Командирхэм щхьэж и увыпӀэ къагъуэтыжу, я подразделенэхэр зэрыщытыпхъэу ягъэуву, командэ ятырт.— Щынэхужьыкъуэ, 37
+2 örnek
Пшапэр зэхэуэмэ, къуршым дихьэнщи, увыпӀэ дыщылъыхъуэнщ икӀи зыдгъэпсэхунщ, махъшэри дгъэхъуэкӀуэнщ, и фэр тӀэкӀу къихьэжын хуэдэу— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403
Лу щхьэгъубжэм къыдэплъри и увыпӀэм зыри щымыту щилъагъум, и жагъуэ хъуащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 555
Deyimler (1)
увыпӀэ гъуэтын
Хуэфащэ егъэзыпӀэ гуэр къылъысын.
Жыраслъэн папщӀэ жылэр нобэ шэсыпӀэ иувэрэ – хъарзынэщ, абыи хуэфащэ увыпӀэ игъуэтынщ, хабзэм и анэмэтщ, хабзэм иужькӀэ жылэм я анэмэтщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647
Kitapta geçtiği hali
УВЫПӀЭ (5). Щхьэж хухэхауэ къыщыувыӀэ, здэщыт щӀыпӀэ. Командирхэм щхьэж и увыпӀэ къагъуэтыжу, я подразделенэхэр зэрыщытыпхъэу ягъэуву, командэ ятырт. Щынэхужьыкъуэ, 37. Пшапэр зэхэуэмэ, къуршым дихьэнщи, увыпӀэ дыщылъыхъуэнщ икӀи зыдгъэпсэхунщ, махъшэри дгъэхъуэкӀуэнщ, и фэр тӀэкӀу къихьэжын хуэдэу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. Лу щхьэгъубжэм къыдэплъри и увыпӀэм зыри щымыту щилъагъум, и жагъуэ хъуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 555. ◊ УвыпӀэ гъуэтын (1). Хуэфащэ егъэзыпӀэ гуэр къылъысын. Жыраслъэн папщӀэ жылэр нобэ шэсыпӀэ иувэрэ – хъарзынэщ, абыи хуэфащэ увыпӀэ игъуэтынщ, хабзэм и анэмэтщ, хабзэм иужькӀэ жылэм я анэмэтщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647.