кӀуэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
кӀон/кӀуэн; (кӀуагъэ/кӀуащ: gitti; макӀо/макӀуэ: gidiyor; СЭ СЫКӀУИ сыкъэкӀожьыгъ/сыкъэкӀуэжащ: ben gittim de geldim.: СЭ СЫКӀУЭРИ сыкъэкӀожьыгъ/сыкъэкӀуэжащ.); (СЭ сыкӀони сыкъэкӀожьын.: ben gideyim de geleyim.: сэ сыкӀуэнщи сыкъэкӀуэжынщ.); GİTMEK
кӀуэн → кӀон; GİTMEK
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: кӀон
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(макӀуэ)
1. Лъэсу е зыгуэркӀэ зыщӀыпӀэ нэсын.
руидти, ехать куда-л.
Лъэсу кӀуэн. АвтобускӀэ къалэм кӀуэн.
2. ЕкӀуэкӀын, лэжьэн (сыхьэтыр).
руидти, ходить (о механизме)
Сыхьэтыр макӀуэр.
3. ЗыщӀыпӀэ нэсу гъуэгу иӀэн.
рупролегать (о дороге)
Ди къуажэм асфалът гъуэгу макӀуэ.
Kitapta geçtiği hali
кӀуэн (макӀуэ) неперех. гл. 1. идти, ехать куда-л. / Лъэсу е зыгуэркӀэ зыщӀыпӀэ нэсын. Лъэсу кӀуэн. АвтобускӀэ къалэм кӀуэн. 2. идти, ходить (о механизме) / ЕкӀуэкӀын, лэжьэн (сыхьэтыр). Сыхьэтыр макӀуэр. 3. переносное пролегать (о дороге) / ЗыщӀыпӀэ нэсу гъуэгу иӀэн. Ди къуажэм асфалът гъуэгу макӀуэ. Гъэр кӀуащ см. гъэ. Жыхьэрмэм кӀуэн см. жыхьэрмэ. ЗекӀуэ кӀуэн см. зекӀуэ. {И} къарур кӀуэн см. къару. Махъуэр кӀуэн см. махуэ. {И} псэр хьэршым кӀуэн см. псэ. Улахуэр кӀуэн см. улахуэ. {И} фэр кӀуэн см. фэ. ХьэщӀапӀэ кӀуэн см. хьэщӀапӀэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(макӀуэ)
1. ЗыщӀыпӀэ унэтӀын, нэсын. «
ПсынщӀэу ахэм [Ванярэ и ныбжьэгъумрэ] захуэпауэ ГуфӀэу тӀури станцым кӀуащ, Зы букети къащэхуауэ Марфэ папщӀэ зыдахьащ.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 166
+2 örnek
МакӀуэр, макӀуэр мафӀэгу псынщӀэр, Вагон къомым зашэщӀауэ.— МылӀэжыныгъэм и мафӀэгум. «Дамыгъэ», 234
Аргъуейри къадым деж кӀуэмэ, езым и зэранщ, пцӀанабзэу унащхьэм телъщ, шхыӀэн зытрипӀэмэ, зэфӀэкӀащ» - жаӀэу [цӀыхухэм].— Аргъуей, 388
2. Зэманым епхауэ зыгуэр екӀуэкӀын.
А жэщ щӀыӀэр кӀыхьу макӀуэ, Бгы къуапэжьхэр мэхъур наӀуэ. «— Тисей, 495
+2 örnek
КӀуащ апхуэдэу Ӏэджэ гъащӀэу Мамырыгъи щӀым имыӀэу.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 52
Зэманыр кӀуакъэ гу щызмыхуэу— И псы къиугъуэт гъатхэм дежи… Щхьэлыкъуэ, 406
3. Лэжьэн, еджэн.
МакӀуэ сыхьэтыр къимыгъазэу, Вагъуэм нэсыни хулъэмыкӀ.— Ди бзэмрэ сэрэ. «Щхьэлыкъуэ», 374
+2 örnek
Анэшхуэми ерагъыу и щхьэ зэрихьэф къудейти, зэрыкӀэлъыплъ щыӀэтэкъым, щымыхъужым аргуэру сабий садым иратыжащ, нэхъ иныӀуэ хъури школ кӀуэн щӀидзащ, ауэрэ анэ-адэ иӀэми, адэншэ-анэншэу къэхъуащ [Ботэх].— Лъапсэ, 66
«Сэ рабочэ класс сыхъуащ, накӀуэ заводым», [КӀурацэ] жиӀэу щхьэкӀэ, дэнэт.— Щынэхужьыкъуэ, 12
4. Зыгуэр гъэкӀуэдын, кӀуэдын.
КӀэзнэшейр зэрыделэр ялъагъумэ, кӀэзонэ ахъшэр здэкӀуар къахуэгъуэтынкъым, жиӀэрт [Астемыр].— Хъуэпсэгъуэ нур, 235
+2 örnek
[Пыжьынэ Тамарэ жреӀэ:] «А делэжь, запискэ тӀэкӀу мыгъуэр зыщӀыпӀи кӀуакъым, Сэлимэ ӀэщӀэкӀыу, щӀыхьэ абы дежи адэкӀэ-мыдэкӀэ дэплъи, къэбгъуэтынщ», - жиӀэри, арщхьэкӀэ идакъым, щхьэусыгъуэ гуэр къигъуэтри зигъэкӀуэдыжащ.— Лъапсэ, 23
Хъарзынэу кӀэпхъыжь цӀыкӀу бжей жыгышхуэм дэжей-къежэхыурэ пщӀий зэхуихьэсу къыщыхуэзэм, [къыдырым] жриӀащ: - КӀэпхъыжь цӀыкӀу, уи пщӀийр зыщӀыпӀи кӀуэнкъым— Кхъухь пхэнж, 497
5. ЗыщӀыпӀэ нэсу гъуэгу иӀэн.
Налшык икӀыу Псыхуабэ кӀуэ гъуэгум и бгъум телефон пкъохэр бгъурытт, выгуи, шыгуи, шууи – мащӀэ тетт гъуэгум, ауэ хэт Лу зэлъэӀунур «сыздэшэ» жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525
+1 örnek
[Дадий и къуэм жреӀыж:] Уи адэм деж кӀуэ гъуэгур А угъурсызым къищӀащ [Ахьмэд]— Адэ, 138
Deyimler (9)
ахърэтым кӀуэн
Еплъ: ахърэт
жэнэтым кӀуэн
Еплъ: жэнэт
Зэпыту фыкӀуэ!
Еплъ: зэпытын
здэкӀуари здэжари ямыщӀэн
Бзэхын, напэзыпӀэкӀэ кӀуэдын. -40.
[КӀыщокъуэм:] Ди унэм щӀэс дзэр дымыщӀэххэу къызэрыкӀуам хуэдэу, я зыӀэти я дэкӀынри зыуэ, дымыщӀэххэу дэкӀыжащ, здэкӀуари здэжари дымыщӀэу— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532
+2 örnek
Налшык дзэ даша нэужь, Астемыри къуажэм дэбзэхыкӀащ, здэкӀуари здэжари ямыщӀэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 158
Езыри [Алий-бейм и кхъухьыр] псынщӀащэу зекӀуэрти екӀуэлӀапӀэ ямыгъуэтауэ хым тет кхъухьхэм ятеуэрти яхъунщӀэрт, исыр гъэру яубыдырт, илъыр зыӀэщӀалъхьэрти – бгъуэтым къащтэ, загъэбзэхыжырт, кхъухь яхъунщӀари толъкъуным щӀилъафэрт, здэкӀуари здэжари ямыщӀэу— Лъапсэ, 39
5 deyim daha
здэкӀуэнри здэжэнри имыщӀэу
Ӏэнкун хъун, ищӀэнур имыщӀэу къэнэн.
И щхьэ къудейр къехьэлъэкӀрэ хуземыхьэж хуэдэ, къыдырыр епэзэзэхыу Ӏуащхьэ бэлацэжь цӀыкум тетт, здэкӀуэнри здэжэнри имыщӀэу.— Кхъухь пхэнж, 494
+1 örnek
Лу здэкӀуэнури здэжэнури имыщӀэу щытт, мыбы [Жыраслъэн] псори ещӀэ икӀи илъэгъуащ, ауэ щыхъукӀэ зызумысыжмэ, нэхъыфӀщ, жиӀа е адэм папщӀэ псалъэ гуапэ зэрыжиӀар ара, сытми Лу и гур зыгуэру къэхъури псори къиӀуэтащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 595
зекӀуэ кӀуэн
Еплъ: зекӀуэ
ныжэбэ кӀуам
Еплъ: ныжэбэ
уздэкӀуэм сыкъикӀыжащ
Зыгуэрым нэхърэ нэхъ бзаджэу къыщӀэкӀын.
Ӏэдэм нэгъуэщӀ ищӀэн имыгъуэту арауэ пӀэрэ? АӀэ. Уэ уздэкӀуэм ар къикӀыжащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508
унажэ кӀуэн
Еплъ: унажэ
Atasözleri (1)
фӀыуэ узыгъашхэм деж бгъуэрэ кӀуэ
Еплъ: фӀыуэ
Kitapta geçtiği hali
КӀУЭН (макӀуэ) лъэмыӀ. (1.667). 1. (1.595). ЗыщӀыпӀэ унэтӀын, нэсын. ПсынщӀэу ахэм [Ванярэ и ныбжьэгъумрэ] захуэпауэ ГуфӀэу тӀури станцым кӀуащ, Зы букети къащэхуауэ Марфэ папщӀэ зыдахьащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 166. МакӀуэр, макӀуэр мафӀэгу псынщӀэр, Вагон къомым зашэщӀауэ. МылӀэжыныгъэм и мафӀэгум. «Дамыгъэ», 234. «Аргъуейри къадым деж кӀуэмэ, езым и зэранщ, пцӀанабзэу унащхьэм телъщ, шхыӀэн зытрипӀэмэ, зэфӀэкӀащ» - жаӀэу [цӀыхухэм]. Аргъуей, 388. 2. (8). Зэманым епхауэ зыгуэр екӀуэкӀын. А жэщ щӀыӀэр кӀыхьу макӀуэ, Бгы къуапэжьхэр мэхъур наӀуэ. «Тисей», 495. КӀуащ апхуэдэу Ӏэджэ гъащӀэу Мамырыгъи щӀым имыӀэу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 52. Зэманыр кӀуакъэ гу щызмыхуэу. И псы къиугъуэт гъатхэм дежи… «Щхьэлыкъуэ», 406. 3. (15). Лэжьэн, еджэн. МакӀуэ сыхьэтыр къимыгъазэу, Вагъуэм нэсыни хулъэмыкӀ. Ди бзэмрэ сэрэ. «Щхьэлыкъуэ», 374. Анэшхуэми ерагъыу и щхьэ зэрихьэф къудейти, зэрыкӀэлъыплъ щыӀэтэкъым, щымыхъужым аргуэру сабий садым иратыжащ, нэхъ иныӀуэ хъури школ кӀуэн щӀидзащ, ауэрэ анэ-адэ иӀэми, адэншэ-анэншэу къэхъуащ [Ботэх]. Лъапсэ, 66. «Сэ рабочэ класс сыхъуащ, накӀуэ заводым», [КӀурацэ] жиӀэу щхьэкӀэ, дэнэт. Щынэхужьыкъуэ, 12. 4. (6). Зыгуэр гъэкӀуэдын, кӀуэдын. КӀэзнэшейр зэрыделэр ялъагъумэ, кӀэзонэ ахъшэр здэкӀуар къахуэгъуэтынкъым, жиӀэрт [Астемыр]. Хъуэпсэгъуэ нур, 235. [Пыжьынэ Тамарэ жреӀэ:] «А делэжь, запискэ тӀэкӀу мыгъуэр зыщӀыпӀи кӀуакъым, Сэлимэ ӀэщӀэкӀыу, щӀыхьэ абы дежи адэкӀэ-мыдэкӀэ дэплъи, къэбгъуэтынщ», - жиӀэри, арщхьэкӀэ идакъым, щхьэусыгъуэ гуэр къигъуэтри зигъэкӀуэдыжащ. Лъапсэ, 23. Хъарзынэу кӀэпхъыжь цӀыкӀу бжей жыгышхуэм дэжей-къежэхыурэ пщӀий зэхуихьэсу къыщыхуэзэм, [къыдырым] жриӀащ: - КӀэпхъыжь цӀыкӀу, уи пщӀийр зыщӀыпӀи кӀуэнкъым. Кхъухь пхэнж, 497. 5. (5). ЗыщӀыпӀэ нэсу гъуэгу иӀэн. Налшык икӀыу Псыхуабэ кӀуэ гъуэгум и бгъум телефон пкъохэр бгъурытт, выгуи, шыгуи, шууи – мащӀэ тетт гъуэгум, ауэ хэт Лу зэлъэӀунур «сыздэшэ» жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525. [Дадий и къуэм жреӀыж:] Уи адэм деж кӀуэ гъуэгур А угъурсызым къищӀащ [Ахьмэд]. «Адэ», 138. ◊ Ахърэтым кӀуэн (1). Еплъ ахърэт. Жэнэтым кӀуэн (7). Еплъ жэнэт. Зэпыту фыкӀуэ! (3). Еплъ зэпытын. ЗдэкӀуари здэжари ямыщӀэн (6). Бзэхын, напэзыпӀэкӀэ кӀуэдын. [КӀыщокъуэм:] Ди унэм щӀэс дзэр дымыщӀэххэу къызэрыкӀуам хуэдэу, я зыӀэти я дэкӀынри зыуэ, дымыщӀэххэу дэкӀыжащ, здэкӀуари здэжари дымыщӀэу. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532. Налшык дзэ даша нэужь, Астемыри къуажэм дэбзэхыкӀащ, здэкӀуари здэжари ямыщӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 158. Езыри [Алий-бейм и кхъухьыр] псынщӀащэу зекӀуэрти екӀуэлӀапӀэ ямыгъуэтауэ хым тет кхъухьхэм ятеуэрти яхъунщӀэрт, исыр гъэру яубыдырт, илъыр зыӀэщӀалъхьэрти – бгъуэтым къащтэ, загъэбзэхыжырт, кхъухь яхъунщӀари толъкъуным щӀилъафэрт, здэкӀуари здэжари ямыщӀэу. Лъапсэ, 39-40. ЗдэкӀуэнри здэжэнри имыщӀэу (2). Ӏэнкун хъун, ищӀэнур имыщӀэу къэнэн. И щхьэ къудейр къехьэлъэкӀрэ хуземыхьэж хуэдэ, къыдырыр епэзэзэхыу Ӏуащхьэ бэлацэжь цӀыкум тетт, здэкӀуэнри здэжэнри имыщӀэу. Кхъухь пхэнж, 494. Лу здэкӀуэнури здэжэнури имыщӀэу щытт, мыбы [Жыраслъэн] псори ещӀэ икӀи илъэгъуащ, ауэ щыхъукӀэ зызумысыжмэ, нэхъыфӀщ, жиӀа е адэм папщӀэ псалъэ гуапэ зэрыжиӀар ара, сытми Лу и гур зыгуэру къэхъури псори къиӀуэтащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 595. ЗекӀуэ кӀуэн (5). Еплъ зекӀуэ. Ныжэбэ кӀуам (1). Еплъ ныжэбэ. УздэкӀуэм сыкъикӀыжащ (1). Зыгуэрым нэхърэ нэхъ бзаджэу къыщӀэкӀын. Ӏэдэм нэгъуэщӀ ищӀэн имыгъуэту арауэ пӀэрэ? АӀэ. Уэ уздэкӀуэм ар къикӀыжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508. Унажэ кӀуэн (1). Еплъ унажэ. ☐ ФӀыуэ узыгъашхэм деж бгъуэрэ кӀуэ (1). Еплъ фӀыуэ.