фӀыуэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Ӏеигъэ лъэпкъ хэмылъу, мыбзаджэу, хъарзынэу, дэгъуэу, хуабжьу, икъукӀэ. ФӀыуэ лэжьэн.
рухорошо, славно, здорово
{Мухьэмэд} Джэгум фӀыуэ къыщофэ, Махуэр фийуэ егъакӀуэ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
Bu maddedeki ifadeler (5)
фӀыуэ зэрылъагъун
рулюбить друг друга.
ФӀыуэ зэрылъагъухэр зэӀэпэгъущ.— Псалъэжьхэр
фӀыуэ зегъэлъагъун
рупонравиться кому-л.
фӀыуэ зыкъегъэлъагъун
фӀыуэ зегъэлъагъун
фӀыуэ зылъагъужын
рубыть самовлюбленным.
фӀыуэ лъагъун
рулюбить кого-что-л.
Kitapta geçtiği hali
фӀыуэ нареч. хорошо, славно, здорово / Ӏеигъэ лъэпкъ хэмылъу, мыбзаджэу, хъарзынэу, дэгъуэу, хуабжьу, икъукӀэ. ФӀыуэ лэжьэн. * {Мухьэмэд} Джэгум фӀыуэ къыщофэ, Махуэр фийуэ егъакӀуэ. П. Б. ФӀыуэ зэрылъагъун любить друг друга. * ФӀыуэ зэрылъагъухэр зэӀэпэгъущ. (погов.) ФӀыуэ зегъэлъагъун понравиться кому-л. ФӀыуэ зыкъегъэлъагъун = фӀыуэ зегъэлъагъун. ФӀыуэ зылъагъужын быть самовлюбленным. ФӀыуэ лъагъун любить кого-что-л.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Хъарзынэу, шэч хэмылъу. -454.
Хьэкурыни фӀыуэ ищӀэрт Къэрэжь зищӀысыр, гужьгъэжьгъ и гум къыпхуилъмэ, къыптемыщахэу увыӀэнутэкъым, ауэ гъукӀэр, зыдэс жылэр дэнэ къэна, нэгъуэщӀ къуажэхэми къацӀыху, къыщхьэщыжын гъунэжщи, абы къогушхукӀыр.— Лъапсэ, 105
+2 örnek
Сэри си гуи къэкӀат: директорыр фӀыуэ соцӀыху, лӀыфӀщ сыт жысӀэну, арщхьэкӀэ ари езгухыжащ, и гугъу сымыщӀыххэмэ, сфӀэнэхъыфӀу— МелыӀыч, 453
[Къылышбий, Астемыр
Deyimler (3)
фӀыуэ зэрылъагъун
Гуапэу зэхущытын.
Зы щӀыпӀэ икӀа лӀитӀыр псынщӀэу, зэкъуэшитӀым хуэдэу, фӀыуэ зэрылъагъу хъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 203
+2 örnek
ФӀыуэ зэрылъагъуитӀ, зэдэлъхузэшыпхъуитӀ зэкӀрачу дыщыпсэуну махуэр къэсыну сохъуахъуэ.— Щынэхужьыкъуэ, 47
ЛутӀи Темботыр игу ирихьати, псынщӀэу фӀыуэ зэрылъэгъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 286
фӀыуэ лъагъун
ГурыщӀэ ӀэфӀхэр хуиӀэн.
А цӀыхубзым цӀыхухъуфэ тет щхьэкӀэ, нэхъ хьэтырыщӀэ, нэхъ хьэлэл уигъэлъыхъуэнщ, езы тхьэмыщкӀэри уэндэгъушхуэщи, и фэр зэкӀуэкӀащ, пащӀэ фӀыцӀэ тӀэкӀуи тетщ, къэзылъагъум цӀыхухъум цӀыхубз щыгъынкӀэ зихуэпа я гугъэщ, ауэ цӀыхубзхэр къафӀолӀыкӀ икӀи фӀы дыдэу къалъагъу, хэт сыткӀэ къелъэӀуами яхуещӀэри.— Лъапсэ, 17
+2 örnek
ФӀыуэ плъагъур гум къэкӀамэ, Уи гум уафэр къыщохъуэпскӀ.— Лъагъуныгъэр мазэм хуэдэщ. «Вагъуэ махуэ», 334
Зэкъуэшищым, я шыпхъу закъуэр я псэм хэлъами хамыхыну фӀы дыдэу ялъагъурт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665
фӀыуэ хущытын
Гуапэу лъагъун. -560.
Инал фӀы дыдэу къыхущытт Шырыкъум, советскэ властыр ува иужь, революционнэ дзэм Шырыкъур командиру игъэувыну и мурадащ, арщхьэкӀэ езы ТӀутӀэ идакъым: «тхылъкӀэ, бзэкӀэ схузэфӀэкӀ щыӀэкъым, игъащӀэм шым сытесщ, армыхъумэ школ партэ зы махуэ сыдэсакъым», – жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 559
Atasözleri (1)
фӀыуэ узыгъашхэм деж бгъуэрэ кӀуэ
ФӀыуэ къыпхущытым деж Ӏэджэрэ укӀуэну ухуейщ.
– ФӀыуэ узыгъашхэм деж бгъуэрэ кӀуэ, жаӀэ къущхьэм. Мис аргуэру сыкъэкӀуащ,- жиӀэрт Степан Ильич [Бот зыхуигъазэу].— Хъуэпсэгъуэ нур, 221
Kitapta geçtiği hali
ФӀЫУЭ (74). нареч. Хъарзынэу, шэч хэмылъу. Хьэкурыни фӀыуэ ищӀэрт Къэрэжь зищӀысыр, гужьгъэжьгъ и гум къыпхуилъмэ, къыптемыщахэу увыӀэнутэкъым, ауэ гъукӀэр, зыдэс жылэр дэнэ къэна, нэгъуэщӀ къуажэхэми къацӀыху, къыщхьэщыжын гъунэжщи, абы къогушхукӀыр. Лъапсэ, 105. Сэри си гуи къэкӀат: директорыр фӀыуэ соцӀыху, лӀыфӀщ сыт жысӀэну, арщхьэкӀэ ари езгухыжащ, и гугъу сымыщӀыххэмэ, сфӀэнэхъыфӀу. МелыӀыч, 453-454. [Къылышбий, Астемыр ◊ ФӀыуэ зэрылъагъун (5). Гуапэу зэхущытын. Зы щӀыпӀэ икӀа лӀитӀыр псынщӀэу, зэкъуэшитӀым хуэдэу, фӀыуэ зэрылъагъу хъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 203. ФӀыуэ зэрылъагъуитӀ, зэдэлъхузэшыпхъуитӀ зэкӀрачу дыщыпсэуну махуэр къэсыну сохъуахъуэ. Щынэхужьыкъуэ, 47. ЛутӀи Темботыр игу ирихьати, псынщӀэу фӀыуэ зэрылъэгъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 286. ФӀыуэ лъагъун (42). ГурыщӀэ ӀэфӀхэр хуиӀэн. А цӀыхубзым цӀыхухъуфэ тет щхьэкӀэ, нэхъ хьэтырыщӀэ, нэхъ хьэлэл уигъэлъыхъуэнщ, езы тхьэмыщкӀэри уэндэгъушхуэщи, и фэр зэкӀуэкӀащ, пащӀэ фӀыцӀэ тӀэкӀуи тетщ, къэзылъагъум цӀыхухъум цӀыхубз щыгъынкӀэ зихуэпа я гугъэщ, ауэ цӀыхубзхэр къафӀолӀыкӀ икӀи фӀы дыдэу къалъагъу, хэт сыткӀэ къелъэӀуами яхуещӀэри. Лъапсэ, 17. ФӀыуэ плъагъур гум къэкӀамэ, Уи гум уафэр къыщохъуэпскӀ. Лъагъуныгъэр мазэм хуэдэщ. «Вагъуэ махуэ», 334. Зэкъуэшищым, я шыпхъу закъуэр я псэм хэлъами хамыхыну фӀы дыдэу ялъагъурт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665. ФӀыуэ хущытын (1). Гуапэу лъагъун. Инал фӀы дыдэу къыхущытт Шырыкъум, советскэ властыр ува иужь, революционнэ дзэм Шырыкъур командиру игъэувыну и мурадащ, арщхьэкӀэ езы ТӀутӀэ идакъым: «тхылъкӀэ, бзэкӀэ схузэфӀэкӀ щыӀэкъым, игъащӀэм шым сытесщ, армыхъумэ школ партэ зы махуэ сыдэсакъым», – жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 559-560. ☐ ФӀыуэ узыгъашхэм деж бгъуэрэ кӀуэ (1). ФӀыуэ къыпхущытым деж Ӏэджэрэ укӀуэну ухуейщ. – ФӀыуэ узыгъашхэм деж бгъуэрэ кӀуэ, жаӀэ къущхьэм. Мис аргуэру сыкъэкӀуащ,- жиӀэрт Степан Ильич [Бот зыхуигъазэу]. Хъуэпсэгъуэ нур, 221.