фэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
фэ/хуэ, СУХОЖИЛИЕ; BAĞ, KİRİŞ, TENDON
шъо/фэ, кӀышъо/щӀыфэ; CİLT (deri, kapak)
шъо/фэ, Ӏэшъо/Ӏэфэ, ашъо/афэ, хъурышъу/хъурыфэ, былымышъу/ былымыфэ, (Абз. ЩӀЬУА); DERİ, POST
шъо/фэ, шъуампӀэ/ фампӀэ, КОРА, КОРКА, КОЖА, КОЖИЦА; KABUK, ZAR
фэ/хуэ, ЛЫПЦЭ; KAS
хуэ/фэ, ЛЫПЦЭ, МЫШЦА; KAS, ADALE
ЛЫПЦЭ, фэ/хуэ, МЫШЦЭ, СУХОЖИЛИЕ; KAS
фэ/хуэ; KIKIRDAK
фэ → шъо; POST
фэ/шъо, плъышъо/плъыфэ; RENK
шъо/фэ, плъышъо/плъыфэ; RENK ~шъо/~фэ; ~İMSİ, ~IMSI
плъыфэ/плъышъо, шъо/фэ; RENK
плъышъо/плъыфэ, шъо/фэ; RENK
фэ/хуэ, НЕРВ; SİNİR
фэ/шъо; SİZ
шъо/фэ, (Абз. ШЪУАРА); SİZ
фэ → шъо; KABUK
фэ → шъо; CİLT (deri, kapak)
Bu sonuç kitaptaki 18 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: шъо
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ЦӀыхуитӀым е нэхъыбэм щепсалъэкӀэ зэрызыхуагъазэ псалъэ.
рувы
1. ЦӀыхум, псэущхьэм я пкъым цы тету е джафэу телъыр.
рукожа (человека); шкура (животного)
Фэ мыгъу-мыуцӀынрэ фэ цӀынэ зэӀымыкӀри щыӀэкъым. (погов.)
2. КъэкӀыгъэ, хьэдзэ, жыг с. ху. къытепх, къытеплъэф хъууэ ятелъыр.
рукожура, кожица (плода); кора (дерева)
Пхъэхуейм и фэр телъэфын.
3. Еплъ: теплъэ
Фэ пщӀынумэ, лы зытелъхьэ.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (45)
псэууэ и фэр техын
руФэ еплъын 1) предполагать что-л.
Зэзэмызи сыкъэдзыхэу, {Дахэнагъуэ} къыстекӀуэну фэ изоплъ.— Акъ. З. 2) уважать
+1 örnek
кого-л.
Еплъ: псэууэ. фэ еплъын
{и} фэ еплъын
рууподобить кому-чему-л.; сравнить с кем-чем-л.
я фэ зэрытехын
руизводить, терзать друг друга.
фэ зытегъэуэн
рупритворяться, делать вид.
Хьэжрэт диным иригузавэ хуэдэ фэ зытрегъауэ.
41 ifade daha
{и} фэ къимыхьэн
рубыть всегда бледным, всегда иметь болезненный вид.
Люсэ и гуауэм папщӀэ и фэр къимыхьэу и гур уфӀыцӀу къикӀухьырт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
{и} фэ къыдэхуэн
рубыть возложенным на кого-л. (о чем-л.)
Ар жэщым Псэбыдэ игъэхъун хуейуэ и фэ къыдэхуауэ игъэхъурт.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр
{и} фэ и ныбэ жимыӀэн
руне думать о себе.
{Нанэ} Си бынхэр спӀащ, си фэ си ныбэ жысӀакъым.— Шортэн Аскэрбий
фэ пӀащӀэ
руслабый, слабодушный.
фэ Ӏув
ру1) толстокожий (о человеке) 2) терпеливый, выносливый (о человеке).
ТхьэмыщкӀэр фэ Ӏувщ.— Псалъэжьхэр
фэи бжьыи иӀэкъым
руни кожи, ни рожи.
фэи лыи емыгъэщӀын
руне давать житья кому-л.
фэи лыи къытемынэн
ру1) изводить, терзать кого-л. 2) изводиться, терзаться.
фэкӀэ зыщӀын
рупритворяться, лицемерить.
фэкӀэ къэӀуэтэн
ру{всем} своим видом показывать что-л.
{и} фэм дэгъэхуэн
рутерпеть что-л.
{и} фэм дэкӀыжын
рувыйти боком кому-л.
{и} фэм дэкӀын
рустерпеть, вынести, пережить что-л.
{и} фэм дэхын
ру1) терзать, мучить кого-л. 2) сделать что-л. за счет кого-л.
{и} фэм дэхуэн
рувынести, вытерпеть что-л.
{и} фэм изщ
ру1) полный, упитанный 2) видный.
{и} фэм икӀын
рустараться изо всех сил, лезть из кожи.
{и} фэм илъхьэн
руодеться, приобрести для себя какую-л. одежду.
{и} фэм имытыжын
руизмениться, стать непохожим на самого себя.
{и} фэм имыхуэжын
рурастолстеть.
{и} фэм иткӀухьын
русгореть от стыда.
фэм къипщын
и фэм икӀын. {и} фэм къиӀуэтэн = фэкӀэ къэӀуэтэн
фэмрэ къупщхьэмрэ зэтепщӀэжын
русурово наказать кого-л.
фэрэ къупщхьэу гъун. {и} фэм фэлъыр ихын
Абы лъэкӀыу щытамэ, си фэм фэлъыр ирихынти лъэрыгъыпс ищӀынт.— КӀыщокъуэ Алим
фэрэ къупщхьэу гъун
рувысохнуть, исхудать (букв. остались кожа да кости).
фэрэ къупщхьэм хуэкӀуэн
фэрэ къупщхьэу гъун
Жамболэтым къыгъэзэжмэ, хьэщӀэ щӀэлищыр фэмрэ къупщхьэмрэ хуэкӀуат.— Къэрмокъуэ Хьэмид
{и} фэр зэкӀуэкӀын
руменяться в лице (напр. от гнева).
{и} фэр зэщӀэкӀын
{и} фэр зэкӀуэкӀын
Блэ иныр зэрилъагъуу щӀалэ цӀыкӀум и фэр зэщӀэкӀат.
{и} фэр ихын
рузамучить, заставить страдать кого-л.
{и} фэр кӀуэдын
руприйти в себя (букв. обрести прежний вид).
и фэр кӀуэн. {и} фэр къихьэжын
ТӀэкӀу-тӀэкӀуурэ сэри цӀыхум нэхъ ещхь сыхъужу, мащӀэ-мащӀэурэ си фэр къихьэжу щӀэздзащ.— Черкес таурыхъхэр
{и} фэр къыпыхьэжын
рупоблекнуть, увянуть.
{и} фэр къихьэжын. {и} фэр кӀуэн
Пэшым сокӀуэри, гъуджэм соплъэ, Сызоплъыжри - си фэр макӀуэ.— Советскэ Къэбэрдейм и ӀуэрыӀуатэхэр
{и} фэр мыӀеин
рувыглядеть неплохо.
Сыт ухуэдэ, тхьэм жиӀэм? Уи фэр Ӏейкъым.
фэр пыкӀын
рупобледнеть.
{и} фэр пыхьэн-пыкӀын
руменяться в лице (букв. то бледнеть, то краснеть).
Мэсхьуд и фэр похьэ-покӀ, жиӀэ щӀагъуэ щыӀэкъым.— Ӏуащхьэмахуэ
фэр (къупщхьэм) тегъуэн
рулинять (чаще об одежде).
фэи лыи къытемынэн. {и} фэр текӀыжын
фэр текӀын
русодрать шкуру с кого-л.
{и} фэр текӀыжын. {и} фэр теудын
Сэ си фэр тевуд щхьэкӀэ си гур ивудынкъым...— ӀуэрыӀуатэ
{и} фэр техын
рупобледнеть, побелеть как воск.
{и} фэр ихын. {и} фэр шэхум хуэдэу пыкӀын
ЩӀалэм и фэр шэхум хуэдэу пыкӀащ.
фэ тегъэуэн
рупридать какой-л. вид чему-л.
фэ темытын
руне иметь вида.
фэ тетын
руиметь какой-л. вид.
фэфӀ еплъын
русчитать кого-л. добропорядочным человеком.
фэфӀ тетын
рухорошо выглядеть, иметь здоровый вид.
Kitapta geçtiği hali
фэ I личн. мест. вы / ЦӀыхуитӀым е нэхъыбэм щепсалъэкӀэ зэрызыхуагъазэ псалъэ. II 1. кожа (человека); шкура (животного) / ЦӀыхум, псэущхьэм я пкъым цы тету е джафэу телъыр. Фэ мыгъу-мыуцӀынрэ фэ цӀынэ зэӀымыкӀри щыӀэкъым. (погов.) 2. кожура, кожица (плода); кора (дерева) / КъэкӀыгъэ, хьэдзэ, жыг с. ху. къытепх, къытеплъэф хъууэ ятелъыр. Пхъэхуейм и фэр телъэфын. 3. см. теплъэ. * Фэ пщӀынумэ, лы зытелъхьэ. (погов.) Псэууэ и фэр техын см. псэууэ. Фэ еплъын 1) предполагать что-л. * Зэзэмызи сыкъэдзыхэу, {Дахэнагъуэ} къыстекӀуэну фэ изоплъ. Акъ. З. 2) уважать кого-л. {И} фэ еплъын уподобить кому-чему-л.; сравнить с кем-чем-л. Я фэ зэрытехын изводить, терзать друг друга. Фэ зытегъэуэн притворяться, делать вид. * Хьэжрэт диным иригузавэ хуэдэ фэ зытрегъауэ. {И} фэ къимыхьэн быть всегда бледным, всегда иметь болезненный вид. * Люсэ и гуауэм папщӀэ и фэр къимыхьэу и гур уфӀыцӀу къикӀухьырт. Къ. Хь. {И} фэ къыдэхуэн быть возложенным на кого-л. (о чем-л.) * Ар жэщым Псэбыдэ игъэхъун хуейуэ и фэ къыдэхуауэ игъэхъурт. Ад. фольк. {И} фэ и ныбэ жимыӀэн не думать о себе. * {Нанэ} Си бынхэр спӀащ, си фэ си ныбэ жысӀакъым. Ш. А. Фэ пӀащӀэ слабый, слабодушный. Фэ Ӏув 1) толстокожий (о человеке) 2) терпеливый, выносливый (о человеке). * ТхьэмыщкӀэр фэ Ӏувщ. (погов.) Фэи бжьыи иӀэкъым ни кожи, ни рожи. Фэи лыи емыгъэщӀын не давать житья кому-л. Фэи лыи къытемынэн 1) изводить, терзать кого-л. 2) изводиться, терзаться. ФэкӀэ зыщӀын притворяться, лицемерить. ФэкӀэ къэӀуэтэн {всем} своим видом показывать что-л. {И} фэм дэгъэхуэн терпеть что-л. {И} фэм дэкӀыжын выйти боком кому-л. {И} фэм дэкӀын стерпеть, вынести, пережить что-л. {И} фэм дэхын 1) терзать, мучить кого-л. 2) сделать что-л. за счет кого-л. {И} фэм дэхуэн вынести, вытерпеть что-л. {И} фэм изщ 1) полный, упитанный 2) видный. {И} фэм икӀын стараться изо всех сил, лезть из кожи. {И} фэм илъхьэн одеться, приобрести для себя какую-л. одежду. {И} фэм имытыжын измениться, стать непохожим на самого себя. {И} фэм имыхуэжын растолстеть. {И} фэм иткӀухьын сгореть от стыда. Фэм къипщын = и фэм икӀын. {И} фэм къиӀуэтэн = фэкӀэ къэӀуэтэн. Фэмрэ къупщхьэмрэ зэтепщӀэжын = фэрэ къупщхьэу гъун. {И} фэм фэлъыр ихын сурово наказать кого-л. * Абы лъэкӀыу щытамэ, си фэм фэлъыр ирихынти лъэрыгъыпс ищӀынт. КӀ. А. Фэрэ къупщхьэу гъун высохнуть, исхудать (букв. остались кожа да кости). Фэрэ къупщхьэм хуэкӀуэн = фэрэ къупщхьэу гъун. * Жамболэтым къыгъэзэжмэ, хьэщӀэ щӀэлищыр фэмрэ къупщхьэмрэ хуэкӀуат. Къэр. Хь. {И} фэр зэкӀуэкӀын меняться в лице (напр. от гнева). {И} фэр зэщӀэкӀын = {и} фэр зэкӀуэкӀын. Блэ иныр зэрилъагъуу щӀалэ цӀыкӀум и фэр зэщӀэкӀат. {И} фэр ихын замучить, заставить страдать кого-л. {И} фэр кӀуэдын = и фэр кӀуэн. {И} фэр къихьэжын прийти в себя (букв. обрести прежний вид). * ТӀэкӀу-тӀэкӀуурэ сэри цӀыхум нэхъ ещхь сыхъужу, мащӀэ-мащӀэурэ си фэр къихьэжу щӀэздзащ. Черк. таур. {И} фэр къыпыхьэжын = {и} фэр къихьэжын. {И} фэр кӀуэн поблекнуть, увянуть. * Пэшым сокӀуэри, гъуджэм соплъэ, Сызоплъыжри - си фэр макӀуэ. Сов. Къэб. ифольк. {И} фэр мыӀеин выглядеть неплохо. * Сыт ухуэдэ, тхьэм жиӀэм? Уи фэр Ӏейкъым. Фэр пыкӀын побледнеть. {И} фэр пыхьэн-пыкӀын меняться в лице (букв. то бледнеть, то краснеть). * Мэсхьуд и фэр похьэ-покӀ, жиӀэ щӀагъуэ щыӀэкъым. Ӏуащхь. Фэр (къупщхьэм) тегъуэн = фэи лыи къытемынэн. {И} фэр текӀыжын линять (чаще об одежде). Фэр текӀын = {и} фэр текӀыжын. {И} фэр теудын содрать шкуру с кого-л. * Сэ си фэр тевуд щхьэкӀэ си гур ивудынкъым... фольк. {И} фэр техын = {и} фэр ихын. {И} фэр шэхум хуэдэу пыкӀын побледнеть, побелеть как воск. * ЩӀалэм и фэр шэхум хуэдэу пыкӀащ. Фэ тегъэуэн придать какой-л. вид чему-л. Фэ темытын не иметь вида. Фэ тетын иметь какой-л. вид. ФэфӀ еплъын считать кого-л. добропорядочным человеком. ФэфӀ тетын хорошо выглядеть, иметь здоровый вид.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЦӀыхуитӀым е нэхъыбэм щепсалъэкӀэ зэрызыхуагъазэ псалъэ.
Фэ фыкӀуэ адэкӀэ, фэ фыпхыкӀ, Ирегъ си анэр, сэр нэмыщӀ, Зы ани и гур хремыщӀ; Къытпоплъэр зауэр дэ пщэдей— Атакэм и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52
+2 örnek
КъывжиӀэр фи анэм мыращ: Фи адэжь и лӀыгъэ фхуэсӀуатэу Фэ илъэс Ӏэджэ фыспӀащ— ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 39
Степан Ильич и псалъэр иригъэкӀуэкӀырт: – АтӀэ, Советскэм сыт Къэбэрдейм фэ къывитыр?— Хъуэпсэгъуэ нур, 250
1. ЦӀыхум, псэущхьэм ищӀыӀукӀэ я щӀыфэм джафэу телъыр.
Къылышбий и къуэр бгъэдэлъэдащ Жырэслъэн, напӀэзыпӀэу лӀым и пащӀэ лъэныкуъэр къиубыдри зэрылъэкӀкӀэ къеӀащ. ПащӀэм щыщу цы Ӏэрамэ цӀыкӀу лыри фэри къыдэкӀуэу къыхичати, лъыкъуалэр кърикӀуту къижу хуежьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 117
+2 örnek
Жэмыр лӀа пэтрэ, Хьэту фӀигъэжыжати, лъы ткӀуэпс къыщыщӀэмыкӀым, «псэхэлӀэр хьэрэмщ», жиӀэри и фэр трихри икъуащ, вакъапхъэ ищӀыну – арат илъэс псокӀэ къилэжьар.— Къалэн, 429
Кхъухьыр зэрыкхъухьу къызыхэщӀыкӀар мэзыкхъуэ пӀащэм и фэмрэ пхъэху пхъэбгъу пӀащӀэ цӀыкӀурэти, псынщӀабзэт.— Лъапсэ, 40
2. КъэкӀыгъэ, жылэ сыт хуэдэхэм къытекӀыр.
А пщащэм дыгъэм и щӀыфэр, Дэм и фэм хуэдэу, исауэ СлъагъухукӀэ си гур мэгуфӀэ, Щэхуу сэ соплъыр сесауэ.— КъызжефӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 37
+2 örnek
Дэшхуэм и фэр тоху, дэр хъуа иужь, дэр мыхъуамэ, дафэ цӀынэр пхутехынукъым. Абы иригъэщхьырт Астемыр мэжджытым и Ӏуэхур.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640
ДжэдыкӀэм джэдыкӀэпсыр кърагъэжырт, джэдыкӀафэр ягъэтӀылъти, шым утесу жэрыжэм утету джэдыкӀэм тебгъэхуэн хуейт, ар зыхузэфӀэкӀыр Къэрэжь хуэдэ зырызт— Лъапсэ, 103
3. ЦӀыхум, псэущхьэм и теплъэр, зэщхьыр зыгъэбелджылы.
Дыгъужьщ, жиӀэнущ къэзылъагъум, И хьэлкӀи фэкӀи ар дыгъужьщ.— Хьэ. «Дамыгъэ», 80
+2 örnek
Пэжу, Астемыр Псыхуабэ зэрыкӀуэрэ махуищ фӀэкӀа мыхъуу, Нурхьэлий и нитӀыр къихуу, и жьафэр къыӀурылэлу алмэстым ещхьу Налшык ХьэтӀохъущокъуэ садым пабжьэм хэсу къыщагъуэтащ. И фэкӀи и плъэкӀэкӀи ар зэрыделэр белджылыт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 240
Ауэрэ зыгуэрым гу лъитащ [Къэрэмырзэ] и фэмкӀэ, и зыщӀыкӀэмкӀэ, и кӀуэкӀэмкӀэ ахъшэфӀ иӀыгъыу.— Лыгъэ, 408
4. Зыгуэрым и плъыфэ къэзыгъэлъагъуэ.
[Хьэкурынэ] Шыуанышхуэм изу ита псыр ивыкӀыху ягъавэри шыуаныщӀэм гъуабжафэу кӀэнтхъ тӀэкӀу къонэ.— Лъапсэ, 101
+2 örnek
УзищӀысыр укъащӀатэм, Фэлъырибгъур а уи щӀыфэм Ирахынти уахуэзатэм, Уэ лӀыжь бзаджэу уэгушыфэм.— Тисей, 507
Зыр Къул Зулкъэрнейт, республикэм и унафэщӀт, лӀы сырыхуфэ, военнэ щыгъынкӀэ хуэпауэ, и фэкӀэ урысым ещхьу.— Щынэхужьыкъуэ, 35
Deyimler (28)
[и] фэ елъытын
Зыгуэрым егъэпщэн, елъытын.
А мафӀэм и фэ еплъытмэ, Жыр дыдэр мэхъур зэхэбгъэкӀ.— Жыр хъуаскӀэ. «Мывэ хуабэ», 15
+1 örnek
И щӀалэм и фэ ириплъу, Илъагъумэ, хъууэ нэщхъыфӀэ, Зы хъыджэбз гуакӀуи мыжыжьэу Бгыжь лъапэм дежым щопсэур.— Адэ, 130
[и] фэ еплъын
Зыгуэрым и фэ, и плъыфэ нэгъуэщӀ предметым бгъэдэлъхьэн, егъэщхьын.
А жыг дахэм я фэ есплъу Хъыджэбз Ӏэджи си гум къокӀ— Пхъэху жыг. «Мывэ хуабэ», 76
+1 örnek
Езы сабийр и адэм къыпачам хуэдэу ещхьщи, Албиян и фэ ириплъу Хьэбибэ и псэм хэлъым хуэдэу елъагъу.— Нал къута, 278
фэ къеплъын
Куэдрэ зримылъэфыхьу Къэрэмырзэ кӀэригъэху защӀэу лӀым гу щылъитэм, мыр Къэрэмырзэу цӀыхур зыгъэшынэр арауэ къыщӀэкӀынкъым, къэрабгъафэ къызэзыплъа бзаджэнаджэ гуэрщ, жыхуиӀэу зыӀуригъэхын и гугъащ: - Сызыхуэзэм тумэн есту щытатэмэ, си дзэлыфэр тӀауэ уэрамым сыдэлътэкъэ, - жиӀэри.— Лыгъэ, 409
+1 örnek
Езы Луи и псалъэ пичащ икӀи зигъэгусащ, сэ нэхъ сыкъэвэну фэ щхьэ къызиплъа, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600
Еплъ: [и] фэ еплъын
фэ къытеуэн
И плъыфэкӀэ нэхъыфӀ е нэхъ Ӏей и лъэныкъуэкӀэ зихъуэжын.
Абы къыхэкӀыу Истамбыл нэгъуэщӀыфэ къытеуат, япэм гъэщӀэрэщӀауэ, дахэу, Ӏэхулъэхуу зэрыщытам хуэдэжтэкъым, нэхъ нэщхъей хъуат, еша хуэдэт, гъуэгуанэ кӀыхь къикӀуа иужь уанэ зытраха шым ебгъэщхьу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663
+1 örnek
КӀыщми зеиншафэ къытеуауэ, Ӏэуэлъауэ лъэпкъ щызэхыумыхыжу, сыдж ву макъми пичауэ, шэдыбжьым хъуаскӀэ къыдримыхуеижу нэщӀ хъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 295
24 deyim daha
фэ зытегъэуэн
ЗыгъэфэрыщӀын.
Инал къэгубжьат, зиӀыгъыу фэ зытригъэуами.— Мазэ ныкъуэ щхуантӀэ, 591
+2 örnek
Ботэх къыгурыӀуат зи ужь ситри, къэпӀейтеящ, арщхьэкӀэ къэгузэвэщауэ фэ зытригъауэртэкъым.— Лъапсэ, 93
Мэжджыт кӀуэцӀым дэтым хьэжыр къащыхыхьэм, дуней хьэзабыр диным папщӀэ ишэчауэ, диным щхьэкӀэ и псэр итыну а фэр зытригъауэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 78
[и] фэ къихьэн
Теплъэ гуэр игъуэтын.
Хьэбибэ игъэщӀэгъуащ: Илъэс пщыкӀух хъуа-мыхъуа, жиӀэу хэтыт абы еплъыр. И Ӏэпкълъэпкъым зиукъуэдиямэ, и фэ къихьамэ, зэфӀэкӀащ. Гуащэ игъэджэгуу щыс хъыджэбз цӀыкӀу мыгъуэр япхъуатэрти яхьырт.— Щынэхужьыкъуэ, 19
фэ темытын
Фэншэу щытын, теплъэ щӀагъуэ имыӀэн.
ЦӀыхур дахэкӀэ зэбгрыкӀыжыну фэ теткъым, Нартыхуи клубым щӀыхьэу абы хуэдэ Ӏуэхум тепсэлъыхьыну хуеиххакъым, къызэрыхуамыгъэгъунур ещӀэ, имыщӀэр сыт: яхэкӀыжа зэрыхъунур— Лъапсэ, 74
+2 örnek
Нурхьэлий бэлътоужь, шухьэм ищӀыӀу къэп тедауэ, щыгъщ, и шырыкъуитӀри лъэдакъэ лъагэу, и пэри и жьэпкъри зэӀусэжыным нэса жыуигъэӀэу, и пащӀэ тӀэкӀури адрейхэм я пащӀэм емыщхьу щӀэщарэ фэи темыту, цӀыху Ӏувым сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи къахэщу яхэтти, арат псори нэхъ зэплъыр— Хъуэпсэгъуэ нур, 152
ЩӀалэгъуалэр, дауи, Астемыр и лъэныкъуэт, ауэ лӀыжь-фызыжь, духьэшы къуажэм дэсым уагурыӀуэну фэ ятеттэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 657
[и] фэр техын
УкӀын, ужьыгун мыхьэнэ иӀэу шхыдэ псалъэщ.
КъыджиӀакъым жывмыӀэж: кхъухьыр тщӀырэ дитӀысхьэжмэ, абы изгъэтӀысхьэм цыуэ ятетым щыщу зы налъэ е зы къабзий къыхэхумэ, залымыгъэ зезыхьам и фэр мы си фӀалъэмкӀэ тесхынщ, – жиӀэри кхъухьыпщым и зы лъакъуэр иӀэтри и лъэбжьанэр яригъэлъэгъуащ.— Кхъухь пхэнж, 506
фэм дэкӀын
Бэлыхь, гугъуехь гуэр шэчын.
А Ӏуэхур псоми яхузэфӀэкӀынутэкъым, шы къэпщэхун папщӀэ шы и пӀалъэ пщӀэн хуейт, абы ищӀыӀужкӀэ уанэгум уис защӀэу зы тхьэмахуи тхьэмахуитӀи къэпкӀухьын папщӀэ, куэд уи фэм дэбгъэкӀыфу ущымыту хъунт. Арат Щамхьун хэт лӀыщӀэу къищтэми и лӀыгъэ зэхигъэкӀмэ фӀэфӀу щӀыжиӀэр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 161
+2 örnek
Слъэгъуакъэ, си фэм дэмыкӀами, Насыпыр нэпскӀэ зыгъэщӀытэ.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216
Хьэбибэт унэр зезыхьэр – махуэм тӀэу псыхьэ кӀуэрт, щхьэл кӀуэн хуеймэ, ари зи фэ дэкӀыр и анэрат.— Щынэхужьыкъуэ, 21
фэм дагъэ щыхуэн
Зыгуэрым щытхъун, тхъупсыр къегъэжэхын.
Уэрэд зэхэзылъхьэм Ар и напщӀэтелъу, Зи уэрэд ягъэӀум И фэм дагъэ щахуэу Хэкур иригуфӀэрт.— Уэрэдгъэшэс. «Дамыгъэ», 212
+1 örnek
НтӀэ феджэ! – жиӀэри Берие къыпыгуфӀыкӀащ Кодоевым и фэм дагъэ къыщихуэу— Лъапсэ, 87
фэм дэхын
Бэлыхь, гугъуехь гуэр егъэшэчын.
Зэзакъуэ заведующыщӀэр къэсащэрэт, куэдщ Жансэхъу ди фэм дихар, жаӀэу цӀыкӀухэр щӀэхъуэпст.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 547
фэм зиужьын
НэхъыфӀ хъун, зыкъэщӀэжын, и къару къихьэжын.
Зи гум хэщӀами лъы игъуэтмэ, Аргуэру и фэм зыкъеужь— Лъы уасэ. «Щхьэлыкъуэ», 398
фэм изын
Шхын, щыгъын с.ху. зыхуей хуэзэн.
Астемыр и гур и къуитӀым деж мыжэу хъунт. Сыту насыпышхуэт Лурэ Темботрэ а щӀалэ цӀыкӀу къомым яхэту еджэу щытатэмэ. Я фэм изу, я ныбэ изу, щӀыӀэ долӀэ жамыӀэу, ирагъаджэу, ягъасэу!— Хъуэпсэгъуэ нур, 182
фэм икӀын
– ДунейкӀэ жыхьэнэмэр ди фэм икӀащи, ахърэткӀэ жэнэтыр къытлъысынущ, – жиӀэурэ Къэрэмырзэ цӀыху зигу кӀуэда хуэзэмэ, и гур фӀы хуищӀыжырт, зауэр яухыу къалэр аргуэру къащтэжа нэужь— Лыгъэ, 412
Еплъ: фэм дэкӀын
[и] фэм илъын
ЦӀыхум щыгъын, кӀэрылъын.
Си фэм илъым фӀэкӀа щыгъын сиӀэтэкъым, си тепӀэнщӀэлъын тӀэкӀур зэкӀуэцӀысшыхьри си щӀыбым илъу ищхъэрэкӀэ згъэзащ.— МелыӀыч, 473
+1 örnek
[Исуф:] – Фо зезыхьэр и Ӏэпэ йобзей жиӀащ пасэрейм, мылъку зиӀэ гуэрым и мылъку хузетхьэн хуей хъумэ, ди фэ илъыни дгъуэтынщ икӀи дымэжэлӀэнкъым.— Лэчымэ, 390
фэм иткӀухьын
Гузэвэн.
Зызгъэджэрэзу зыкъомрэ сыщылъащ. Жейм сезэгъыркъым, сыгузавэурэ си фэм соткӀухь.— МелыӀыч, 457
фэр зэкӀуэкӀын
Губжьын, гур хэщӀын.
ХьэщӀэми гукъеуэ гуэр иӀэщ: игъащӀэм илъагъу мыхъуу щыта и бийм и цӀэр Тэрчкъалэм фӀащащи, ар и гум техуэркъым, къалэм и цӀэр – Орджоникидзе – зэхихмэ, и фэр зокӀуэкӀ.— Лъапсэ, 86
+1 örnek
Мэзкуу хъыджэбзым [Хьэбибэ] еплъмэ и фэр зокӀуэкӀ.— Щынэхужьыкъуэ, 27
[и] фэр ихын
Гугъу егъэхьын, гъэбэмпӀэн.
Шым уеплъ щхьэкӀи къыпхуэцӀыхуну Ӏэмал иӀэтэкъым, и фэр зыщэхуам ирихат, хьэлэчу ягъэгъуат, фэрэ къупщхьэрэ фӀэкӀа къэмынэу.— Анка, 382
+2 örnek
[Хьэбибэ и гупсысэ, Алыхьым хуэгъэзауэ лъэӀу:] Бэлыхь мащӀи сшэчакъым, си фэр изыхар къулейсызыгъэрщ, сыбгъэунэхуну арами сщӀэркъым – дунейр си лъапэдэгъэзеигъуэщ, зы махуэ «уэху» жысӀакъым.— Щынэхужьыкъуэ, 28
[Къэрэлъашэ, Кулисум хуэгъэзауэ:] Аракъэ я гум темыхуар – сондэджэру цӀыхум я фэр ирех, жаӀэри. ЛӀо сондэджэрыр лажьэркъэ?— Нэгъуху, 35
[и] фэр къихьэжын
И къару къихьэжын, зыкъэщӀэжын.
Пшапэр зэхэуэмэ, къуршым дихьэнщи, увыпӀэ дыщылъыхъуэнщ икӀи зыдгъэпсэхунщ, махъшэри дгъэхъуэкӀуэнщ, и фэр тӀэкӀу къихьэжын хуэдэу.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403
+2 örnek
Езыхэм [лагерым и тетхэм] хуэдэу лагерым къадыдис щӀалэм хуэгумащӀэ хуэдэу защӀурэ и фэр къихьэжыху ягъашхэ.— ГущӀэгъу, 422
Елдар, и губжьыр щхьэщыкӀ хуэдэ хъуати, и фэр нэхъ къихьэжащ, арщхьэкӀэ Дисэхэ я пщӀантӀэм хьэргъэшыргъэшхуэ къыщыхъеящ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 135
фэр къун
Ужьыгун, убэрэжьын, удын едзын.
Къаубыдам лӀы мышынэу закъыфӀегъэщӀ, уеблэмэ къыпогуфӀыкӀ. Нобэ къэмысми, пщэдей къэсынщ, сэ сыкъэзыгъэкӀуари, итӀанэ фи фэр якъунщ, жиӀэ хуэдэт.— Щынэхужьыкъуэ, 68
+2 örnek
– Уи дзэлыфэр умытӀ, Ар пфӀэмыфӀым, уи фэр ткъунщ, Къащтэ, пӀыгъым дрикъунщ. «— Бажэ пшынэ, 12
– Уи дзэлыфэр уэ умытӀ, Ар пфӀэмыфӀым, уи фэр ткъунщ, Къащтэ пӀыгъыр, жыпӀар куэдщ! «— Бажэ пшынэ, 8
фэр мыӀеин
И теплъэкӀэ тэмэмын, гурыхьын.
[Васэрэ механикымрэ я псалъэмакъ:] «Уи фэ Ӏейкъым нобэ». «ЛӀо щӀэӀеинур – си унагъуэ, жыпӀэнущи тхьэм къузэритын, си фызыр – хур цӀыхубзщ». «Си фызыр иджыри псэущ», жиӀэу механикыр мэщатэ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 161
+1 örnek
[Гъуумар:] – Астемыр… Сыт ухуэдэ, тхьэм жиӀэмэ? Уи фэр Ӏейкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 195
фэр пыкӀын
Фагъуэ хъун. -531.
Урарэ джэлэным тӀэкӀут къэнэжар, арщхьэкӀэ, и насыпти, и лъэр къыщӀиубыдэжащ, и фэр пыкӀами.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 584
+2 örnek
Борэн кӀыфӀыр къыкъуэкӀауэ Уэсыр мэзым щеухуэнщӀ, Мазэм и фэри пыкӀауэ Къуапэр пӀийми, и кур нэщӀщ.— Борэн. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 23
ГПУ формэкӀэ хуэпар щилъагъум, Алий тхьэмыщкӀэм и фэр пыкӀащ, ЛӀыгъур Ибрахьим и ужьыр ирагъэхуну къэкӀуа и гугъэри.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530
фэр пыкӀынпыхьэн
Мэсхьуд и фэр покӀ, похьэ, жиӀэ щӀагъуи щыӀэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 206
Еплъ: фэр пыкӀын
фэр пыхун
ЛӀыр лӀыгъэншэ – пащӀэ тетыр ФӀаупсамэ, и пэр пыхут.— ПащӀэ. «Дамыгъэ», 118
Еплъ: фэр пыкӀын
фэр фӀын
И теплъэкӀэ мыӀеин, фӀын, тэмэмын.
[Хьэжумар:] … Плъагъурэ шыщӀэр. Мис ар шы хъунщ. Адыгэш къабзэщ. [Хьэтау:] Я фэр фӀыщ.— Алъхъо, 92
фэр шэхум хуэдэу пыкӀын
Жансэхъу и фэр шэхум хуэдэу пыкӀащ, нэхъеижу шынар хэт жыпӀэмэ – Матренэщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557
Еплъ: фэр пыкӀын
фэрэ къупщхьэу гъун
Гъур, лыншэ, фэншэ хъун.
Шым уеплъ щхьэкӀи къыпхуэцӀыхуну Ӏэмал иӀэтэкъым, и фэр зыщэхуам ирихат, хьэлэчу ягъэгъуат, фэрэ къупщхьэрэ фӀэкӀа къэмынэу.— Анка, 382
[и] фэр ӀэбжьанэкӀэ техын
Гугъу егъэхьын, бэлыхь хэгъэтын, и фэр ихын.
Сэри скальпелыр къасщтауэ, си пащхьэм илъ хъыджэбз пцӀанэм соплъри сигукӀэ согъэщӀагъуэ мы цӀыхубзу дахагъэкӀэ уи нэгур зыгъэджылыр джэгуалъэ зыщӀам и фэр дауэ ӀэбжьанэкӀэ зэрытомыхынур жысӀэу.— Лъапсэ, 20
+1 örnek
Уи фэр ӀэбжьанэкӀэ тезыхын гуэрщ, къыпщысхьынукъым [къалэм и мэрыр].— ХьэщӀэ лъапӀэ, 405
Atasözleri (1)
бажэм и фэр и бийщ
Еплъ: бажэ
Фэм къыхэщӀыкӀа хьэпшыпхэр.
Езы ЛӀыгъури лӀыпӀэ иувакъэ жыпӀэнт, фэ кӀэпхыныжьыр зыщӀипхауэ лъащэу плъагъумэ— Лъапсэ, 108
+2 örnek
Экскаватор зыгъэлажьэу А фэ кӀагуэр зейри къаплъэм, Уэшх къежэхыр кӀагуэм тошхэ, Щегъэтыжыр сомым псалъэр— Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 136
[Къэрэмырзэ и] ПащӀэр фӀыцӀэщ, Ӏувщ, кӀырщ, жыжьэу уеплъмэ, япэ уи нэм къыщӀидзэр и пащӀэращ, абы къыкӀэлъыкӀуэу фэ вакъэ фӀыцӀэм ещхь и пэр, лъы къытелъэдэжауэ и нэшхуитӀыр, тепщэч ныкъуэ хуэдиз хъу и тхьэкӀумэр— Лыгъэ, 409
Kitapta geçtiği hali
ФЭ I (172). щхьэ цӀэп. ЦӀыхуитӀым е нэхъыбэм щепсалъэкӀэ зэрызыхуагъазэ псалъэ. Фэ фыкӀуэ адэкӀэ, фэ фыпхыкӀ, Ирегъ си анэр, сэр нэмыщӀ, Зы ани и гур хремыщӀ; Къытпоплъэр зауэр дэ пщэдей. Атакэм и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52. КъывжиӀэр фи анэм мыращ: Фи адэжь и лӀыгъэ фхуэсӀуатэу Фэ илъэс Ӏэджэ фыспӀащ. ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 39. Степан Ильич и псалъэр иригъэкӀуэкӀырт: – АтӀэ, Советскэм сыт Къэбэрдейм фэ къывитыр? Хъуэпсэгъуэ нур, 250.
ФЭ II (97). 1. (74). ЦӀыхум, псэущхьэм ищӀыӀукӀэ я щӀыфэм джафэу телъыр. Къылышбий и къуэр бгъэдэлъэдащ Жырэслъэн, напӀэзыпӀэу лӀым и пащӀэ лъэныкуъэр къиубыдри зэрылъэкӀкӀэ къеӀащ. ПащӀэм щыщу цы Ӏэрамэ цӀыкӀу лыри фэри къыдэкӀуэу къыхичати, лъыкъуалэр кърикӀуту къижу хуежьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 117. Жэмыр лӀа пэтрэ, Хьэту фӀигъэжыжати, лъы ткӀуэпс къыщыщӀэмыкӀым, «псэхэлӀэр хьэрэмщ», жиӀэри и фэр трихри икъуащ, вакъапхъэ ищӀыну – арат илъэс псокӀэ къилэжьар. Къалэн, 429. Кхъухьыр зэрыкхъухьу къызыхэщӀыкӀар мэзыкхъуэ пӀащэм и фэмрэ пхъэху пхъэбгъу пӀащӀэ цӀыкӀурэти, псынщӀабзэт. Лъапсэ, 40. 2. (3). КъэкӀыгъэ, жылэ сыт хуэдэхэм къытекӀыр. А пщащэм дыгъэм и щӀыфэр, Дэм и фэм хуэдэу, исауэ СлъагъухукӀэ си гур мэгуфӀэ, Щэхуу сэ соплъыр сесауэ. КъызжефӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 37. Дэшхуэм и фэр тоху, дэр хъуа иужь, дэр мыхъуамэ, дафэ цӀынэр пхутехынукъым. Абы иригъэщхьырт Астемыр мэжджытым и Ӏуэхур. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640. ДжэдыкӀэм джэдыкӀэпсыр кърагъэжырт, джэдыкӀафэр ягъэтӀылъти, шым утесу жэрыжэм утету джэдыкӀэм тебгъэхуэн хуейт, ар зыхузэфӀэкӀыр Къэрэжь хуэдэ зырызт. Лъапсэ, 103. 3. (15). ЦӀыхум, псэущхьэм и теплъэр, зэщхьыр зыгъэбелджылы. Дыгъужьщ, жиӀэнущ къэзылъагъум, И хьэлкӀи фэкӀи ар дыгъужьщ. Хьэ. «Дамыгъэ», 80. Пэжу, Астемыр Псыхуабэ зэрыкӀуэрэ махуищ фӀэкӀа мыхъуу, Нурхьэлий и нитӀыр къихуу, и жьафэр къыӀурылэлу алмэстым ещхьу Налшык ХьэтӀохъущокъуэ садым пабжьэм хэсу къыщагъуэтащ. И фэкӀи и плъэкӀэкӀи ар зэрыделэр белджылыт. Хъуэпсэгъуэ нур, 240. Ауэрэ зыгуэрым гу лъитащ [Къэрэмырзэ] и фэмкӀэ, и зыщӀыкӀэмкӀэ, и кӀуэкӀэмкӀэ ахъшэфӀ иӀыгъыу. Лыгъэ, 408. 4. (5). Зыгуэрым и плъыфэ къэзыгъэлъагъуэ. [Хьэкурынэ] Шыуанышхуэм изу ита псыр ивыкӀыху ягъавэри шыуаныщӀэм гъуабжафэу кӀэнтхъ тӀэкӀу къонэ. Лъапсэ, 101. УзищӀысыр укъащӀатэм, Фэлъырибгъур а уи щӀыфэм Ирахынти уахуэзатэм, Уэ лӀыжь бзаджэу уэгушыфэм. «Тисей», 507. Зыр Къул Зулкъэрнейт, республикэм и унафэщӀт, лӀы сырыхуфэ, военнэ щыгъынкӀэ хуэпауэ, и фэкӀэ урысым ещхьу. Щынэхужьыкъуэ, 35. ◊ [И] фэ елъытын (5). Зыгуэрым егъэпщэн, елъытын. А мафӀэм и фэ еплъытмэ, Жыр дыдэр мэхъур зэхэбгъэкӀ. Жыр хъуаскӀэ. «Мывэ хуабэ», 15. И щӀалэм и фэ ириплъу, Илъагъумэ, хъууэ нэщхъыфӀэ, Зы хъыджэбз гуакӀуи мыжыжьэу Бгыжь лъапэм дежым щопсэур. «Адэ», 130. [И] фэ еплъын (14). Зыгуэрым и фэ, и плъыфэ нэгъуэщӀ предметым бгъэдэлъхьэн, егъэщхьын. А жыг дахэм я фэ есплъу Хъыджэбз Ӏэджи си гум къокӀ. Пхъэху жыг. «Мывэ хуабэ», 76. Езы сабийр и адэм къыпачам хуэдэу ещхьщи, Албиян и фэ ириплъу Хьэбибэ и псэм хэлъым хуэдэу елъагъу. Нал къута, 278. Фэ къеплъын (2). Еплъ [и] фэ еплъын. Куэдрэ зримылъэфыхьу Къэрэмырзэ кӀэригъэху защӀэу лӀым гу щылъитэм, мыр Къэрэмырзэу цӀыхур зыгъэшынэр арауэ къыщӀэкӀынкъым, къэрабгъафэ къызэзыплъа бзаджэнаджэ гуэрщ, жыхуиӀэу зыӀуригъэхын и гугъащ: - Сызыхуэзэм тумэн есту щытатэмэ, си дзэлыфэр тӀауэ уэрамым сыдэлътэкъэ, - жиӀэри. Лыгъэ, 409 Езы Луи и псалъэ пичащ икӀи зигъэгусащ, сэ нэхъ сыкъэвэну фэ щхьэ къызиплъа, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600. Фэ къытеуэн (2). И плъыфэкӀэ нэхъыфӀ е нэхъ Ӏей и лъэныкъуэкӀэ зихъуэжын. Абы къыхэкӀыу Истамбыл нэгъуэщӀыфэ къытеуат, япэм гъэщӀэрэщӀауэ, дахэу, Ӏэхулъэхуу зэрыщытам хуэдэжтэкъым, нэхъ нэщхъей хъуат, еша хуэдэт, гъуэгуанэ кӀыхь къикӀуа иужь уанэ зытраха шым ебгъэщхьу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. КӀыщми зеиншафэ къытеуауэ, Ӏэуэлъауэ лъэпкъ щызэхыумыхыжу, сыдж ву макъми пичауэ, шэдыбжьым хъуаскӀэ къыдримыхуеижу нэщӀ хъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 295. Фэ зытегъэуэн (11). ЗыгъэфэрыщӀын. Инал къэгубжьат, зиӀыгъыу фэ зытригъэуами. Мазэ ныкъуэ щхуантӀэ, 591. Ботэх къыгурыӀуат зи ужь ситри, къэпӀейтеящ, арщхьэкӀэ къэгузэвэщауэ фэ зытригъауэртэкъым. Лъапсэ, 93. Мэжджыт кӀуэцӀым дэтым хьэжыр къащыхыхьэм, дуней хьэзабыр диным папщӀэ ишэчауэ, диным щхьэкӀэ и псэр итыну а фэр зытригъауэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 78. [И] фэ къихьэн (1). Теплъэ гуэр игъуэтын. Хьэбибэ игъэщӀэгъуащ: Илъэс пщыкӀух хъуа-мыхъуа, жиӀэу хэтыт абы еплъыр. И Ӏэпкълъэпкъым зиукъуэдиямэ, и фэ къихьамэ, зэфӀэкӀащ. Гуащэ игъэджэгуу щыс хъыджэбз цӀыкӀу мыгъуэр япхъуатэрти яхьырт. Щынэхужьыкъуэ, 19. Фэ темытын (20). Фэншэу щытын, теплъэ щӀагъуэ имыӀэн. ЦӀыхур дахэкӀэ зэбгрыкӀыжыну фэ теткъым, Нартыхуи клубым щӀыхьэу абы хуэдэ Ӏуэхум тепсэлъыхьыну хуеиххакъым, къызэрыхуамыгъэгъунур ещӀэ, имыщӀэр сыт: яхэкӀыжа зэрыхъунур. Лъапсэ, 74. Нурхьэлий бэлътоужь, шухьэм ищӀыӀу къэп тедауэ, щыгъщ, и шырыкъуитӀри лъэдакъэ лъагэу, и пэри и жьэпкъри зэӀусэжыным нэса жыуигъэӀэу, и пащӀэ тӀэкӀури адрейхэм я пащӀэм емыщхьу щӀэщарэ фэи темыту, цӀыху Ӏувым сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи къахэщу яхэтти, арат псори нэхъ зэплъыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 152. ЩӀалэгъуалэр, дауи, Астемыр и лъэныкъуэт, ауэ лӀыжь-фызыжь, духьэшы къуажэм дэсым уагурыӀуэну фэ ятеттэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 657. [И] фэр техын (15). УкӀын, ужьыгун мыхьэнэ иӀэу шхыдэ псалъэщ. КъыджиӀакъым жывмыӀэж: кхъухьыр тщӀырэ дитӀысхьэжмэ, абы изгъэтӀысхьэм цыуэ ятетым щыщу зы налъэ е зы къабзий къыхэхумэ, залымыгъэ зезыхьам и фэр мы си фӀалъэмкӀэ тесхынщ, – жиӀэри кхъухьыпщым и зы лъакъуэр иӀэтри и лъэбжьанэр яригъэлъэгъуащ. Кхъухь пхэнж, 506. Фэм дэкӀын (13). Бэлыхь, гугъуехь гуэр шэчын. А Ӏуэхур псоми яхузэфӀэкӀынутэкъым, шы къэпщэхун папщӀэ шы и пӀалъэ пщӀэн хуейт, абы ищӀыӀужкӀэ уанэгум уис защӀэу зы тхьэмахуи тхьэмахуитӀи къэпкӀухьын папщӀэ, куэд уи фэм дэбгъэкӀыфу ущымыту хъунт. Арат Щамхьун хэт лӀыщӀэу къищтэми и лӀыгъэ зэхигъэкӀмэ фӀэфӀу щӀыжиӀэр. Хъуэпсэгъуэ нур, 161. Слъэгъуакъэ, си фэм дэмыкӀами, Насыпыр нэпскӀэ зыгъэщӀытэ. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216. Хьэбибэт унэр зезыхьэр – махуэм тӀэу псыхьэ кӀуэрт, щхьэл кӀуэн хуеймэ, ари зи фэ дэкӀыр и анэрат. Щынэхужьыкъуэ, 21. Фэм дагъэ щыхуэн (2). Зыгуэрым щытхъун, тхъупсыр къегъэжэхын. Уэрэд зэхэзылъхьэм Ар и напщӀэтелъу, Зи уэрэд ягъэӀум И фэм дагъэ щахуэу Хэкур иригуфӀэрт. Уэрэдгъэшэс. «Дамыгъэ», 212. НтӀэ феджэ! – жиӀэри Берие къыпыгуфӀыкӀащ Кодоевым и фэм дагъэ къыщихуэу. Лъапсэ, 87. Фэм дэхын (1). Бэлыхь, гугъуехь гуэр егъэшэчын. Зэзакъуэ заведующыщӀэр къэсащэрэт, куэдщ Жансэхъу ди фэм дихар, жаӀэу цӀыкӀухэр щӀэхъуэпст. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 547. Фэм зиужьын (1). НэхъыфӀ хъун, зыкъэщӀэжын, и къару къихьэжын. Зи гум хэщӀами лъы игъуэтмэ, Аргуэру и фэм зыкъеужь. Лъы уасэ. «Щхьэлыкъуэ», 398. Фэм изын (1). Шхын, щыгъын с.ху. зыхуей хуэзэн. Астемыр и гур и къуитӀым деж мыжэу хъунт. Сыту насыпышхуэт Лурэ Темботрэ а щӀалэ цӀыкӀу къомым яхэту еджэу щытатэмэ. Я фэм изу, я ныбэ изу, щӀыӀэ долӀэ жамыӀэу, ирагъаджэу, ягъасэу! Хъуэпсэгъуэ нур, 182. Фэм икӀын (1). Еплъ фэм дэкӀын. – ДунейкӀэ жыхьэнэмэр ди фэм икӀащи, ахърэткӀэ жэнэтыр къытлъысынущ, – жиӀэурэ Къэрэмырзэ цӀыху зигу кӀуэда хуэзэмэ, и гур фӀы хуищӀыжырт, зауэр яухыу къалэр аргуэру къащтэжа нэужь. Лыгъэ, 412. [И] фэм илъын (2). ЦӀыхум щыгъын, кӀэрылъын. Си фэм илъым фӀэкӀа щыгъын сиӀэтэкъым, си тепӀэнщӀэлъын тӀэкӀур зэкӀуэцӀысшыхьри си щӀыбым илъу ищхъэрэкӀэ згъэзащ. МелыӀыч, 473. [Исуф:] – Фо зезыхьэр и Ӏэпэ йобзей жиӀащ пасэрейм, мылъку зиӀэ гуэрым и мылъку хузетхьэн хуей хъумэ, ди фэ илъыни дгъуэтынщ икӀи дымэжэлӀэнкъым. Лэчымэ, 390. Фэм иткӀухьын (1). Гузэвэн. Зызгъэджэрэзу зыкъомрэ сыщылъащ. Жейм сезэгъыркъым, сыгузавэурэ си фэм соткӀухь. МелыӀыч, 457. Фэр зэкӀуэкӀын (2). Губжьын, гур хэщӀын. ХьэщӀэми гукъеуэ гуэр иӀэщ: игъащӀэм илъагъу мыхъуу щыта и бийм и цӀэр Тэрчкъалэм фӀащащи, ар и гум техуэркъым, къалэм и цӀэр – Орджоникидзе – зэхихмэ, и фэр зокӀуэкӀ. Лъапсэ, 86. Мэзкуу хъыджэбзым [Хьэбибэ] еплъмэ и фэр зокӀуэкӀ. Щынэхужьыкъуэ, 27. [И] фэр ихын (14). Гугъу егъэхьын, гъэбэмпӀэн. Шым уеплъ щхьэкӀи къыпхуэцӀыхуну Ӏэмал иӀэтэкъым, и фэр зыщэхуам ирихат, хьэлэчу ягъэгъуат, фэрэ къупщхьэрэ фӀэкӀа къэмынэу. Анка, 382. [Хьэбибэ и гупсысэ, Алыхьым хуэгъэзауэ лъэӀу:] Бэлыхь мащӀи сшэчакъым, си фэр изыхар къулейсызыгъэрщ, сыбгъэунэхуну арами сщӀэркъым – дунейр си лъапэдэгъэзеигъуэщ, зы махуэ «уэху» жысӀакъым. Щынэхужьыкъуэ, 28. [Къэрэлъашэ, Кулисум хуэгъэзауэ:] Аракъэ я гум темыхуар – сондэджэру цӀыхум я фэр ирех, жаӀэри. ЛӀо сондэджэрыр лажьэркъэ? Нэгъуху, 35. [И] фэр къихьэжын (4). И къару къихьэжын, зыкъэщӀэжын. Пшапэр зэхэуэмэ, къуршым дихьэнщи, увыпӀэ дыщылъыхъуэнщ икӀи зыдгъэпсэхунщ, махъшэри дгъэхъуэкӀуэнщ, и фэр тӀэкӀу къихьэжын хуэдэу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. Езыхэм [лагерым и тетхэм] хуэдэу лагерым къадыдис щӀалэм хуэгумащӀэ хуэдэу защӀурэ и фэр къихьэжыху ягъашхэ. ГущӀэгъу, 422. Елдар, и губжьыр щхьэщыкӀ хуэдэ хъуати, и фэр нэхъ къихьэжащ, арщхьэкӀэ Дисэхэ я пщӀантӀэм хьэргъэшыргъэшхуэ къыщыхъеящ. Хъуэпсэгъуэ нур, 135. Фэр къун (3). Ужьыгун, убэрэжьын, удын едзын. Къаубыдам лӀы мышынэу закъыфӀегъэщӀ, уеблэмэ къыпогуфӀыкӀ. Нобэ къэмысми, пщэдей къэсынщ, сэ сыкъэзыгъэкӀуари, итӀанэ фи фэр якъунщ, жиӀэ хуэдэт. Щынэхужьыкъуэ, 68. – Уи дзэлыфэр умытӀ, Ар пфӀэмыфӀым, уи фэр ткъунщ, Къащтэ, пӀыгъым дрикъунщ. «Бажэ пшынэ», 12. – Уи дзэлыфэр уэ умытӀ, Ар пфӀэмыфӀым, уи фэр ткъунщ, Къащтэ пӀыгъыр, жыпӀар куэдщ! «Бажэ пшынэ», 8. Фэр мыӀеин (2). И теплъэкӀэ тэмэмын, гурыхьын. [Васэрэ механикымрэ я псалъэмакъ:] «Уи фэ Ӏейкъым нобэ». «ЛӀо щӀэӀеинур – си унагъуэ, жыпӀэнущи тхьэм къузэритын, си фызыр – хур цӀыхубзщ». «Си фызыр иджыри псэущ», жиӀэу механикыр мэщатэ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 161. [Гъуумар:] – Астемыр… Сыт ухуэдэ, тхьэм жиӀэмэ? Уи фэр Ӏейкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 195. Фэр пыкӀын (27). Фагъуэ хъун. Урарэ джэлэным тӀэкӀут къэнэжар, арщхьэкӀэ, и насыпти, и лъэр къыщӀиубыдэжащ, и фэр пыкӀами. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 584. Борэн кӀыфӀыр къыкъуэкӀауэ Уэсыр мэзым щеухуэнщӀ, Мазэм и фэри пыкӀауэ Къуапэр пӀийми, и кур нэщӀщ. Борэн. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 23. ГПУ формэкӀэ хуэпар щилъагъум, Алий тхьэмыщкӀэм и фэр пыкӀащ, ЛӀыгъур Ибрахьим и ужьыр ирагъэхуну къэкӀуа и гугъэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530-531. Фэр пыкӀынпыхьэн (1). Еплъ фэр пыкӀын. Мэсхьуд и фэр покӀ, похьэ, жиӀэ щӀагъуи щыӀэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 206. Фэр пыхун (1). Еплъ фэр пыкӀын. ЛӀыр лӀыгъэншэ – пащӀэ тетыр ФӀаупсамэ, и пэр пыхут. ПащӀэ. «Дамыгъэ», 118. Фэр фӀын (1). И теплъэкӀэ мыӀеин, фӀын, тэмэмын. [Хьэжумар:] … Плъагъурэ шыщӀэр. Мис ар шы хъунщ. Адыгэш къабзэщ. [Хьэтау:] Я фэр фӀыщ. Алъхъо, 92. Фэр шэхум хуэдэу пыкӀын (1). Еплъ фэр пыкӀын. Жансэхъу и фэр шэхум хуэдэу пыкӀащ, нэхъеижу шынар хэт жыпӀэмэ – Матренэщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557. Фэрэ къупщхьэу гъун (1). Гъур, лыншэ, фэншэ хъун. Шым уеплъ щхьэкӀи къыпхуэцӀыхуну Ӏэмал иӀэтэкъым, и фэр зыщэхуам ирихат, хьэлэчу ягъэгъуат, фэрэ къупщхьэрэ фӀэкӀа къэмынэу. Анка, 382. [И] фэр ӀэбжьанэкӀэ техын (9). Гугъу егъэхьын, бэлыхь хэгъэтын, и фэр ихын. Сэри скальпелыр къасщтауэ, си пащхьэм илъ хъыджэбз пцӀанэм соплъри сигукӀэ согъэщӀагъуэ мы цӀыхубзу дахагъэкӀэ уи нэгур зыгъэджылыр джэгуалъэ зыщӀам и фэр дауэ ӀэбжьанэкӀэ зэрытомыхынур жысӀэу. Лъапсэ, 20. Уи фэр ӀэбжьанэкӀэ тезыхын гуэрщ, къыпщысхьынукъым [къалэм и мэрыр]. ХьэщӀэ лъапӀэ, 405. ☐ Бажэм и фэр и бийщ (2). Еплъ бажэ.
ФЭ III (15). плъыф. Фэм къыхэщӀыкӀа хьэпшыпхэр. Езы ЛӀыгъури лӀыпӀэ иувакъэ жыпӀэнт, фэ кӀэпхыныжьыр зыщӀипхауэ лъащэу плъагъумэ. Лъапсэ, 108. Экскаватор зыгъэлажьэу А фэ кӀагуэр зейри къаплъэм, Уэшх къежэхыр кӀагуэм тошхэ, Щегъэтыжыр сомым псалъэр. Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 136. [Къэрэмырзэ и] ПащӀэр фӀыцӀэщ, Ӏувщ, кӀырщ, жыжьэу уеплъмэ, япэ уи нэм къыщӀидзэр и пащӀэращ, абы къыкӀэлъыкӀуэу фэ вакъэ фӀыцӀэм ещхь и пэр, лъы къытелъэдэжауэ и нэшхуитӀыр, тепщэч ныкъуэ хуэдиз хъу и тхьэкӀумэр. Лыгъэ, 409.