зехьэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
зехьан/зехьэн (зэрехьэ/зрехьэ); гъэшъхьапэн/гъэщхьэпэн (егъэшъхьапэ/егъэщхьопэ); гъэпсэолъэн (егъэпсэуалъэ); KULLANMAK
ЗЕХЬЭН (зэрехьэ/зрехьэ); ХЬЫН (ЕХЬ(ы); TAŞIMAK
ХЬЫН, ЗЕХЬЭН; TAŞIMAK
зехьэн → зехьан; KULLANMAK
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: зехьан
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэрехьэ)
1. Зыгуэр къехьэкӀын, Ӏыгъыу къэкӀухьын.
руносить кого-что-л.
Хьэлъэ зехьэн.
2. Жьым зэрихуэн, зэридзэн, кърихьэкӀын.
руразвевать (ветром)
Дунейр.. зэщӀищтауэ жьапщэ бзаджэм пшахъуэр гъуэжькурийуэ зэрихьэрт. Нарт.
3. Зыгуэр щыгъагъын (пыӀэ, цей, вакъэ сыт хуэдэхэр).
руносить что-л. (одежду, обувь)
Астемыр и цейр щыгъащ илэжьэхукӀэ, иужьым Тембот хуадыжми къэнар Лу зыкъомрэ зэрихьэ хъунут. КӀ. А.
4. Зыгуэрым и унафэщӀу щытын.
рууправлять, руководить чем-л.
Колхозыр зехьэн. Къэралыр зехьэн.
5. Зыгуэр хъумэн.
рухранить, беречь что-л.
Чэщей бжэмышххэр иджыри къэс {КӀукӀуэ и } адэшхуэм зэрехьэ. Ӏуащхь.
6. Зыгуэр къэгъэсэбэпын.
рупользоваться чем-л., иметь что-л. в обиходе
Ди унагъуэм аркъэ щызетхьэркъым.
7. Зыгуэрым кӀэлъыплъын, зыхуей хуэгъэзэн.
рузаботиться о ком-чем-л., ухаживать за кем-чем-л.
Унагъуэ зехьэн. Сымаджэ зехьэн. Сабий зехьэн. Хадэ зехьэн.
Kitapta geçtiği hali
зехьэн (зэрехьэ) перех. гл. 1. носить кого-что-л. / Зыгуэр къехьэкӀын, Ӏыгъыу къэкӀухьын. Хьэлъэ зехьэн. 2. развевать (ветром) / Жьым зэрихуэн, зэридзэн, кърихьэкӀын. Дунейр.. зэщӀищтауэ жьапщэ бзаджэм пшахъуэр гъуэжькурийуэ зэрихьэрт. Нарт. 3. носить что-л. (одежду, обувь) / Зыгуэр щыгъагъын (пыӀэ, цей, вакъэ сыт хуэдэхэр). Астемыр и цейр щыгъащ илэжьэхукӀэ, иужьым Тембот хуадыжми къэнар Лу зыкъомрэ зэрихьэ хъунут. КӀ. А. 4. переносное управлять, руководить чем-л. / Зыгуэрым и унафэщӀу щытын. Колхозыр зехьэн. Къэралыр зехьэн. 5. переносное хранить, беречь что-л. / Зыгуэр хъумэн. Чэщей бжэмышххэр иджыри къэс {КӀукӀуэ и } адэшхуэм зэрехьэ. Ӏуащхь. 6. переносное пользоваться чем-л., иметь что-л. в обиходе / Зыгуэр къэгъэсэбэпын. Ди унагъуэм аркъэ щызетхьэркъым. 7. переносное заботиться о ком-чем-л., ухаживать за кем-чем-л. / Зыгуэрым кӀэлъыплъын, зыхуей хуэгъэзэн. Унагъуэ зехьэн. Сымаджэ зехьэн. Сабий зехьэн. Хадэ зехьэн. Бзэгу зехьэн см. бзэгу. Залымыгъэ зехьэн см. залымыгъэ. Къулыкъу зехьэн см. къулыкъу. Лей зехьэн см. лей I, II. ЛӀыгъэ зехьэн см. лӀыгъэ. Нэпэншагъэ зехьэн см. напэншагъэ. УнэцӀэ зехьэн см. унэцӀэ. Хабзэ зехьэн см. хабзэ. ЦӀэ зехьэн см. цӀэ. Щэху зехьэн см. щэху I. Щхьэр зехьэн см. щхьэ. ЯтӀэ зехьэн см. ятӀэ. ӀэкӀэ зехьэн см. Ӏэ. Ӏуэху зехьэн см. Ӏуэху.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэрехьэ)
1. Зыгуэр къехьэкӀын, зигъэӀэн; пӀыгъыу къэкӀухьын.
[Алий:] Ӏэщэм уриджэгу зэрымыхъунур, еджакӀуэр кӀэрахъуэ зэрыхуэмейр къагуригъаӀуэ дэнэ къэна, игъэшынащ кӀэрахъуэ зезыхьэр школым щӀихужыну, я адэ-анэм я дежи кӀуэуэ я щӀалэр интернатым къыщӀыщӀахужар яжриӀэну.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
+2 örnek
– ЛӀыр мышэрыуэмэ, фоч щӀызэрихьэн щыӀэххэкъым, – жиӀэри Къэрэжь дыхьэшхащ, и жьэшхуэм дзэуэ дэтыр уигъэлъагъуу, абы фоч игъэуэфу зэрыщытыр зымыщӀэ щыӀэтэкъым.— Лъапсэ, 103
Ӏэюб къиӀэта выгум исыр гужьеяуэ зэрыгъэкӀийрт, уеблэмэ шынауэ къелъэ яхэтт, езы Ӏэюб плӀэкӀэ зэрихьэрт выгур, адэкӀэ-мыдэкӀэ иригъэщӀми.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 589
2. Зыгуэрым кӀэлъыплъын, зыхуей хуэгъэзэн.
Къуэм анэр зэрихьэну и къалэнщ.— Къалэн, 435
+2 örnek
Школ дызыщӀэсым я хадэр зетхьэну щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ каникулым дамыгъэкӀуэжу дыкъагъэнати, хъыбар шынагъуэ ди деж – уэ къэпхьа, сэ къэсхьа?— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525
Сыт къыжраӀами ишэчын хуейти, япидзыж щӀагъуэ щымыӀэу, и Ӏэщхьэлъащхьэ дэхьеяуэ, и бын цӀыкӀуитӀыр имыгъэмэжалӀэу, унагъуэр зэрихьэу яхэст [Думэсарэ].— Хъуэпсэгъуэ нур, 159
3. Зыгуэр хъумэн.
Зым и кӀэрахъуэр шэщым щӀэлът, шы Ӏэпслъэпсым хэлъу, адрейм пщэфӀапӀэм гъэтӀылъыпӀэ къыщигъуэтауэ щиӀыгът, ещанэм унащхьэр къэнжалти, илъу зэрихьэрт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
+2 örnek
Бийм ухуэгушхуэу ДзыхьщӀэгъу Зэ закъуэ пщӀыну ухуейкъым, Щэхуу уэ зепхьэм гъунэгъу ХуэпщӀыныр, дауи, хъуххэнкъым.— Куэд щӀауэ и гур мызагъэж… Бгы лъапэхэм деж, 47
– Дыуэм хуэдэу зыпщӀэхэлъхьи [ӀункӀыбзэр] зехьэ, – жиӀэри молэр къэпсэлъащ [Нурхьэлий жриӀэу].— Хъуэпсэгъуэ нур, 216
4. Зыгуэр щыгъагъын (пыӀэ, цей, вакъэ с.ху.). [
Ӏурарэ Бэкъан жреӀэ:] Сыту фэ Ӏувт, на-а, фэдэнкӀи здащи, куэдрэ лэжьэнкъым, фӀыкӀэ зыухьэ, зи уз кӀуэдын.— Къалэн, 426
+2 örnek
Галстук плъыжьыр Зэрихьэныр хуэдгъэфащэу Дэ [Рау] идотыр! «— Тисей, 482
[Нурхьэлий жиӀэу:] Истамбыл сыщыкӀуам апхуэдэу дыщэ сыхьэт зэрахьэу слъэгъуащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 217
5. Зыгуэрым и унафэщӀу щытын.
ГурыӀэгъуэ? – жиӀэри штабыр зезыхьэ инэралыр офицер зэхэтхэм къеупщӀащ, Къэрэмырзэ нэхъ зыкъыхуигъазэу.— Лыгъэ, 410
+2 örnek
Инал лӀы хахуэ хъуащ, къулыкъушхуэ зэрехьэ, куэд къыфӀолӀыкӀ, и псалъэр пхокӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528
Къулыкъу щӀапӀэр – правленэт, тхылъхэр зезыхьэр – писырт.— Нэгъуху, 19
6. Жьым зэрихуэн, зэридзэн, кърихьэкӀын.
Жьыбгъэм къуаншагъэу зэрихьэрщ Жыг захуэр къуаншэу зыгъэкӀыр.— Жыг къэкӀагъащӀэр занщӀабзэщ. «Батырыбжьэ», 23
+2 örnek
ЩӀакӀуэ фӀыцӀэу бжьыхьэ жэщыр Дунеишхуэм къытогъуалъхьэ, Жьыбгъэ щӀыӀэр икӀи лъэщыр Дэтщ къуэ куухэм, уэс зэрехьэ. «— Тисей, 495
Адыгэм хэкукъутэ ящӀу Тыркум щикӀыжым уэрэду яусат: Кхъухьым и бэракъыр Жьыбгъэм зэрехьэр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 664
Atasözleri (1)
фо зезыхьэр и Ӏэпэм йобзей
Еплъ: фо
Kitapta geçtiği hali
ЗЕХЬЭН (зэрехьэ) лъэӀ. (76). 1. (19). Зыгуэр къехьэкӀын, зигъэӀэн; пӀыгъыу къэкӀухьын. [Алий:] Ӏэщэм уриджэгу зэрымыхъунур, еджакӀуэр кӀэрахъуэ зэрыхуэмейр къагуригъаӀуэ дэнэ къэна, игъэшынащ кӀэрахъуэ зезыхьэр школым щӀихужыну, я адэ-анэм я дежи кӀуэуэ я щӀалэр интернатым къыщӀыщӀахужар яжриӀэну. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. – ЛӀыр мышэрыуэмэ, фоч щӀызэрихьэн щыӀэххэкъым, – жиӀэри Къэрэжь дыхьэшхащ, и жьэшхуэм дзэуэ дэтыр уигъэлъагъуу, абы фоч игъэуэфу зэрыщытыр зымыщӀэ щыӀэтэкъым. Лъапсэ, 103. Ӏэюб къиӀэта выгум исыр гужьеяуэ зэрыгъэкӀийрт, уеблэмэ шынауэ къелъэ яхэтт, езы Ӏэюб плӀэкӀэ зэрихьэрт выгур, адэкӀэ-мыдэкӀэ иригъэщӀми. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 589. 2. (31). Зыгуэрым кӀэлъыплъын, зыхуей хуэгъэзэн. Къуэм анэр зэрихьэну и къалэнщ. Къалэн, 435. Школ дызыщӀэсым я хадэр зетхьэну щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ каникулым дамыгъэкӀуэжу дыкъагъэнати, хъыбар шынагъуэ ди деж – уэ къэпхьа, сэ къэсхьа? Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525. Сыт къыжраӀами ишэчын хуейти, япидзыж щӀагъуэ щымыӀэу, и Ӏэщхьэлъащхьэ дэхьеяуэ, и бын цӀыкӀуитӀыр имыгъэмэжалӀэу, унагъуэр зэрихьэу яхэст [Думэсарэ]. Хъуэпсэгъуэ нур, 159. 3. (6). Зыгуэр хъумэн. Зым и кӀэрахъуэр шэщым щӀэлът, шы Ӏэпслъэпсым хэлъу, адрейм пщэфӀапӀэм гъэтӀылъыпӀэ къыщигъуэтауэ щиӀыгът, ещанэм унащхьэр къэнжалти, илъу зэрихьэрт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. Бийм ухуэгушхуэу ДзыхьщӀэгъу Зэ закъуэ пщӀыну ухуейкъым, Щэхуу уэ зепхьэм гъунэгъу ХуэпщӀыныр, дауи, хъуххэнкъым. Куэд щӀауэ и гур мызагъэж… «Бгы лъапэхэм деж», 47. – Дыуэм хуэдэу зыпщӀэхэлъхьи [ӀункӀыбзэр] зехьэ, – жиӀэри молэр къэпсэлъащ [Нурхьэлий жриӀэу]. Хъуэпсэгъуэ нур, 216. 4. (6). Зыгуэр щыгъагъын (пыӀэ, цей, вакъэ с.ху.). [Ӏурарэ Бэкъан жреӀэ:] Сыту фэ Ӏувт, на-а, фэдэнкӀи здащи, куэдрэ лэжьэнкъым, фӀыкӀэ зыухьэ, зи уз кӀуэдын. Къалэн, 426. Галстук плъыжьыр Зэрихьэныр хуэдгъэфащэу Дэ [Рау] идотыр! «Тисей», 482. [Нурхьэлий жиӀэу:] Истамбыл сыщыкӀуам апхуэдэу дыщэ сыхьэт зэрахьэу слъэгъуащ Хъуэпсэгъуэ нур, 217. 5. (6). Зыгуэрым и унафэщӀу щытын. ГурыӀэгъуэ? – жиӀэри штабыр зезыхьэ инэралыр офицер зэхэтхэм къеупщӀащ, Къэрэмырзэ нэхъ зыкъыхуигъазэу. Лыгъэ, 410. Инал лӀы хахуэ хъуащ, къулыкъушхуэ зэрехьэ, куэд къыфӀолӀыкӀ, и псалъэр пхокӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528. Къулыкъу щӀапӀэр – правленэт, тхылъхэр зезыхьэр – писырт. Нэгъуху, 19. 6. (10). Жьым зэрихуэн, зэридзэн, кърихьэкӀын. Жьыбгъэм къуаншагъэу зэрихьэрщ Жыг захуэр къуаншэу зыгъэкӀыр. Жыг къэкӀагъащӀэр занщӀабзэщ. «Батырыбжьэ», 23. ЩӀакӀуэ фӀыцӀэу бжьыхьэ жэщыр Дунеишхуэм къытогъуалъхьэ, Жьыбгъэ щӀыӀэр икӀи лъэщыр Дэтщ къуэ куухэм, уэс зэрехьэ. «Тисей», 495. Адыгэм хэкукъутэ ящӀу Тыркум щикӀыжым уэрэду яусат: Кхъухьым и бэракъыр Жьыбгъэм зэрехьэр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 664. ☐ Фо зезыхьэр и Ӏэпэм йобзей (3). Еплъ фо.