къулыкъу

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. ЩӀыпӀэ гуэрым цӀыхум щигъэзащӀэ лэжьыгъэ; къалэн.

руслужба, работа

А тӀум къулыкъуу къратар Ӏэхъуэти, Ӏэхъуэу уващ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ

2. Здэлажьэ щӀыпӀэм цӀыхум щиӀыгъ ӀэнатӀэ.

рудолжность

Bu maddedeki ifadeler (3)

къулыкъу зехьэн

рунаходиться на каком-л. посту, на какой-л. должности.

къулыкъу хуэщӀэн

руслужить кому-чему-л.

Сысэлэту, Ӏэщэ сӀыгъыу Пащтыхьыжьым къулыкъу хуэсщӀэрт.— Акъсырэ Залымхъан

къулыкъу щӀэн

къулыкъу зехьэн

Kitapta geçtiği hali

къулыкъу 1. служба, работа / ЩӀыпӀэ гуэрым цӀыхум щигъэзащӀэ лэжьыгъэ; къалэн. * А тӀум къулыкъуу къратар Ӏэхъуэти, Ӏэхъуэу уващ. Къэб. фольк. 2. должность / Здэлажьэ щӀыпӀэм цӀыхум щиӀыгъ ӀэнатӀэ. Къулыкъу зехьэн находиться на каком-л. посту, на какой-л. должности. * Къылышбийм и зэманым хуэдэжкъым нобэрей зэманыр, тхылъ умыщӀэу къулыкъу пхузехьэну-къым. КӀ. А. Къулыкъу хуэщӀэн служить кому-чему-л. * Сысэлэту, Ӏэщэ сӀыгъыу Пащтыхьыжьым къулыкъу хуэсщӀэрт. Акъ. З. Къулыкъу щӀэн = къулыкъу зехьэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. ЩӀыпӀэ гуэрым цӀыхум щигъэзащӀэ лэжьыгъэ; къалэн.

[Дэфэрэдж Ботэх жреӀэ:] – Си къулыкъум хохьэ, тӀасэ, сымаджэр зыхуэзапхъэ хуэзгъэзэну— Лъапсэ, 95

+2 örnek

[БырмамытӀ:] Сэри занщӀэу си къулыкъу здэщыӀэм сокӀуэж, суд сытхэр зэрызехьэу си ужьым ит щхьэкӀэ къэзмыгъанэу— ХьэщӀэ лъапӀэ, 399

Зым и къулыкъур нэхъ гугъущ, адрейм ейр нэхъ тыншщ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 651

2. Здэлажьэ щӀыпӀэм цӀыхум щиӀыгъ ӀэнатӀэ.

Рахьим банкышхуэ гуэрым къулыкъууфӀ иӀэу щылажьэрт, и къулыкъур къигъэсэбэпурэ и къуэш нэхъыщӀэ Зураби кхъухь тедзапӀэм ӀэнатӀэ хъарзынэ къыщыхуигъуэтри Зураб кассиру игъэуват— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666

+2 örnek

[Алыджыкъуэ комендантым жреӀэ:] Уи шырыкъуитӀым соплъри, уэ пхуэдэ къулыкъушхуэ зыхуагъэфащэм дежкӀэ емыкӀущ мобы хуэдэ шырыкъу плъыгъыну— МелыӀыч, 463

– Ярэби, апхуэдизу лӀыгъэ ущиӀэм, пщӀэ къыпхуащӀу, къулыкъу гуэр сыту къыуамытрэ уэ? – жиӀэри Муси хущӀэуащ и гъунэгъум.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 644

Deyimler (5)

къулыкъу зехьэн

ӀэнатӀэ гуэр Ӏутын.

Инал лӀы хахуэ хъуащ, къулыкъушхуэ зэрехьэ, куэд къыфӀолӀыкӀ, и псалъэр пхокӀ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528

+1 örnek

Къылышбийм и зэманым хуэдэжкъым нобэрей зэманыр, тхылъ умыщӀэу къулыкъу пхузехьэнукъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508

къулыкъу хуэщӀэн

Зыгуэрым къалэн хуэщӀэн.

– Уей, маржэ, хэкум и напэ тевмых, - жиӀэрт Къылышбий и къуэм [щӀалэхэм зыхуигъазэу], - къэралым, пащтыхьым къулыкъу хуэфщӀэну фыдогъэкӀуэри, фи хъыбарыфӀ къэсмэ, дыщыгуфӀыкӀынущ— Хъуэпсэгъуэ нур, 126

+2 örnek

Иужьым Мэтхъэныр къадыуэ щытамэ, нобэ коммунист партым къулыкъу хуещӀэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592

Уэлэхьи, си Ӏуэхум иджы Жыраслъэн къигъэзэжрэ Инал къулыкъу хуищӀэмэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 516

къулыкъу щӀэн

Езы Къулыр Долинск дэсу къыщӀэкӀащ, штабышхуэ гуэрым къулыкъу щищӀэу— Нал къута, 235

+1 örnek

ЦӀыхубзыр дохутырт, штабым къулыкъу щызыщӀэ гуэрым и фызт— Щынэхужьыкъуэ, 69

Еплъ: къулыкъу зехьэн

къулыкъум зиӀэтын

ӀэнатӀэкӀэ нэхъ лъагэ хъун, ӀэнатӀэ нэхъыфӀ зыӀэригъэхьэн.

Берие и къулыкъум зиӀэтыхукӀэ Кобуловым и къулыкъуми зиӀэтурэ, а тӀур къызэдэгъуэгурыкӀуащ илъэс ӀэджэкӀэ— Лъапсэ, 91

+1 örnek

[Дэфэрэдж:] Езы Аннэ Павловнэр мащӀэ щӀакъым сэ зэрысцӀыхурэ, иджыри къэс зэи сигу ебгъакъым, хуабжьу специалистыфӀщ, псэрэ гукӀэ и Ӏуэхум етащ, зытеува гъуэгуми къыпхутекӀынукъым, арауи къыщӀэкӀынущ и къулыкъум зиӀэтыну псоми хуагъэфащэурэ и Ӏуэхур къехуэха иджы щӀэхъуар— Лъапсэ, 11

къулыкъур дэкӀуеин

Штабым и начальникыу Мутаевыр щагъэувам, а машинэр обкомым я гаражым щӀэтым щыщу къратащ, и къулыкъу зэрыдэкӀуеир кърагъэлъагъужын щхьэкӀэ— Щынэхужьыкъуэ, 66

+1 örnek

Зыкъом щӀауэ Нартыху Къазбэч бжьыпэр иубыдауэ пашэу уващи, лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэщ, игу зэбгъэм и пщэ гурыгъыр зэпиудыну тӀэу еплъынукъым, гущӀэгъушхуэ зиӀэ лӀыуэ и хъыбар езым игъэӀужми, гущӀэгъукӀэ къыпыпхын щыӀэкъым, ней-нэфӀкӀэ цӀыхум яхущытщи, и нэфӀ зыщыхуэм и къулыкъур докӀуей— Лъапсэ, 73

Еплъ: къулыкъум зиӀэтын

Kitapta geçtiği hali

КЪУЛЫКЪУ (64). 1. (9). ЩӀыпӀэ гуэрым цӀыхум щигъэзащӀэ лэжьыгъэ; къалэн. [Дэфэрэдж Ботэх жреӀэ:] – Си къулыкъум хохьэ, тӀасэ, сымаджэр зыхуэзапхъэ хуэзгъэзэну. Лъапсэ, 95. [БырмамытӀ:] Сэри занщӀэу си къулыкъу здэщыӀэм сокӀуэж, суд сытхэр зэрызехьэу си ужьым ит щхьэкӀэ къэзмыгъанэу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 399. Зым и къулыкъур нэхъ гугъущ, адрейм ейр нэхъ тыншщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 651. 2. (38). Здэлажьэ щӀыпӀэм цӀыхум щиӀыгъ ӀэнатӀэ. Рахьим банкышхуэ гуэрым къулыкъууфӀ иӀэу щылажьэрт, и къулыкъур къигъэсэбэпурэ и къуэш нэхъыщӀэ Зураби кхъухь тедзапӀэм ӀэнатӀэ хъарзынэ къыщыхуигъуэтри Зураб кассиру игъэуват. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666. [Алыджыкъуэ комендантым жреӀэ:] Уи шырыкъуитӀым соплъри, уэ пхуэдэ къулыкъушхуэ зыхуагъэфащэм дежкӀэ емыкӀущ мобы хуэдэ шырыкъу плъыгъыну. МелыӀыч, 463. – Ярэби, апхуэдизу лӀыгъэ ущиӀэм, пщӀэ къыпхуащӀу, къулыкъу гуэр сыту къыуамытрэ уэ? – жиӀэри Муси хущӀэуащ и гъунэгъум. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 644. ◊ Къулыкъу зехьэн (2). ӀэнатӀэ гуэр Ӏутын. Инал лӀы хахуэ хъуащ, къулыкъушхуэ зэрехьэ, куэд къыфӀолӀыкӀ, и псалъэр пхокӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528. Къылышбийм и зэманым хуэдэжкъым нобэрей зэманыр, тхылъ умыщӀэу къулыкъу пхузехьэнукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508. Къулыкъу хуэщӀэн (5). Зыгуэрым къалэн хуэщӀэн. - Уей, маржэ, хэкум и напэ тевмых, - жиӀэрт Къылышбий и къуэм [щӀалэхэм зыхуигъазэу], - къэралым, пащтыхьым къулыкъу хуэфщӀэну фыдогъэкӀуэри, фи хъыбарыфӀ къэсмэ, дыщыгуфӀыкӀынущ. Хъуэпсэгъуэ нур, 126. Иужьым Мэтхъэныр къадыуэ щытамэ, нобэ коммунист партым къулыкъу хуещӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592. Уэлэхьи, си Ӏуэхум иджы Жыраслъэн къигъэзэжрэ Инал къулыкъу хуищӀэмэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 516. Къулыкъу щӀэн (4). Еплъ къулыкъу зехьэн. Езы Къулыр Долинск дэсу къыщӀэкӀащ, штабышхуэ гуэрым къулыкъу щищӀэу. Нал къута, 235. ЦӀыхубзыр дохутырт, штабым къулыкъу щызыщӀэ гуэрым и фызт. Щынэхужьыкъуэ, 69. Къулыкъум зиӀэтын (4). ӀэнатӀэкӀэ нэхъ лъагэ хъун, ӀэнатӀэ нэхъыфӀ зыӀэригъэхьэн. Берие и къулыкъум зиӀэтыхукӀэ Кобуловым и къулыкъуми зиӀэтурэ, а тӀур къызэдэгъуэгурыкӀуащ илъэс ӀэджэкӀэ. Лъапсэ, 91. [Дэфэрэдж:] Езы Аннэ Павловнэр мащӀэ щӀакъым сэ зэрысцӀыхурэ, иджыри къэс зэи сигу ебгъакъым, хуабжьу специалистыфӀщ, псэрэ гукӀэ и Ӏуэхум етащ, зытеува гъуэгуми къыпхутекӀынукъым, арауи къыщӀэкӀынущ и къулыкъум зиӀэтыну псоми хуагъэфащэурэ и Ӏуэхур къехуэха иджы щӀэхъуар. Лъапсэ, 11. Къулыкъур дэкӀуеин (2). Еплъ къулыкъум зиӀэтын. Штабым и начальникыу Мутаевыр щагъэувам, а машинэр обкомым я гаражым щӀэтым щыщу къратащ, и къулыкъу зэрыдэкӀуеир кърагъэлъагъужын щхьэкӀэ. Щынэхужьыкъуэ, 66. Зыкъом щӀауэ Нартыху Къазбэч бжьыпэр иубыдауэ пашэу уващи, лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэщ, игу зэбгъэм и пщэ гурыгъыр зэпиудыну тӀэу еплъынукъым, гущӀэгъушхуэ зиӀэ лӀыуэ и хъыбар езым игъэӀужми, гущӀэгъукӀэ къыпыпхын щыӀэкъым, ней-нэфӀкӀэ цӀыхум яхущытщи, и нэфӀ зыщыхуэм и къулыкъур докӀуей. Лъапсэ, 73.

Düzeltme Öner

къулыкъу
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.