залымыгъэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
цӀэпӀагъ(э)/цӀапӀагъэ, бзэджагъ/бзаджагъэ, гукӀэгъунчъагъ(э)/гущӀэгъуншагъэ, ЖЪАЛЫМЫГЪ(Э)/ ЗАЛЫМЫГЪЭ; ZALİMLİK
ЖЪАЛЫМЫГЪ(Э)/ЗАЛЫМЫГЪЭ → цӀэпӀагъ(э); ZALİMLİK, ZULÜM
ЗАЛЫМЫГЪЭ/ЖЪАЛЫМЫГЪ(Э) → цӀэпӀагъ(э); ZALİMLİK
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: цӀэпӀагъэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Залым псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэщ.
рудеспотизм; жестокость
Пщы Аслъэнджэрий и залымыгъэр хуэмышэчу и щхьэр щӀихьат Дэбэч.— Шортэн Аскэрбий
Bu maddedeki ifadeler (3)
залымыгъэ ехын
рупоступать, действовать несправедливо, жестоко по отношению к кому-л. ; чинить насилие, произвол. Залымыгъэ зэфэзэщкӀэ силой; насильно.
Хъыджэбз тхьэмыщкӀэр, игу хуэмыкӀуэ пэтми, залымыгъэ зэфэзэщкӀэ зэрышхэр щалъагъукӀэ, мэлыхъуэхэм ар яфӀэпсэкӀуэд хъурт.— Ӏуащхьэмахуэ
залымыгъэ зехьэн
рубыть несправедливым, жестоким; проявлять насилие, беззаконие.
Залымыгъэ зезыхьэр и хьэкъ хуозэ.
+1 örnek
Щхьэ залымыгъэ зэрахьэрэ хъыджэбзым и дэлъхухэм, жаӀэу уэрэдыр зэхэзыхыр щӀэупщӀэрт.— КӀыщокъуэ Алим
залымыгъэ кӀэлъызехьэн
залымыгъэ ехын
Kitapta geçtiği hali
залымыгъэ деспотизм; жестокость / Залым псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэщ. * Пщы Аслъэнджэрий и залымыгъэр хуэмышэчу и щхьэр щӀихьат Дэбэч. Ш. А. Залымыгъэ ехын поступать, действовать несправедливо, жестоко по отношению к кому-л. ; чинить насилие, произвол. Залымыгъэ зэфэзэщкӀэ силой; насильно. * Хъыджэбз тхьэмыщкӀэр, игу хуэмыкӀуэ пэтми, залымыгъэ зэфэзэщкӀэ зэрышхэр щалъагъукӀэ, мэлыхъуэхэм ар яфӀэпсэкӀуэд хъурт. Ӏуащхь. Залымыгъэ зехьэн быть несправедливым, жестоким; проявлять насилие, беззаконие. Залымыгъэ зезыхьэр и хьэкъ хуозэ. * Щхьэ залымыгъэ зэрахьэрэ хъыджэбзым и дэлъхухэм, жаӀэу уэрэдыр зэхэзыхыр щӀэупщӀэрт. КӀ. А. Залымыгъэ кӀэлъызехьэн = залымыгъэ ехын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ГущӀэгъуншагъэ, ткӀииныгъэ.
КъыджиӀакъым жывмыӀэж: кхъухьыр тщӀырэ дитӀысхьэжмэ, абы изгъэтӀысхьэм цыуэ ятетым щыщу зы налъэ е зы къабзий къыхэхумэ, залымыгъэ зезыхьам и фэр мы си фӀалъэмкӀэ тесхынщ, – жиӀэри кхъухьыпщым и зы лъакъуэр иӀэтри и лъэбжьанэр яригъэлъагъуащ.— Кхъухь пхэнж, 506
+2 örnek
Ярэби, я шыпхъур яужэгъужауэ арауэ пӀэрэ, щхьэ залымыгъэ зэрахьэрэ хъыджэбзым и дэлъхухэм, жаӀэу уэрэдыр зэхэзыхыр щӀэупщӀэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 160
[Нахъуэ ирекъутэкӀ:] Советскэр залымыгъэ зэрихьэну хуейкъым, лажьэу шхэжым и гугъу ищӀынукъым, ауэ мылажьэу шхэн зи гугъэм лажьэ иригъэгъуэтынукӀэ, тхьэ соӀуэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647
Kitapta geçtiği hali
ЗАЛЫМЫГЪЭ (8). ГущӀэгъуншагъэ, ткӀииныгъэ. КъыджиӀакъым жывмыӀэж: кхъухьыр тщӀырэ дитӀысхьэжмэ, абы изгъэтӀысхьэм цыуэ ятетым щыщу зы налъэ е зы къабзий къыхэхумэ, залымыгъэ зезыхьам и фэр мы си фӀалъэмкӀэ тесхынщ, – жиӀэри кхъухьыпщым и зы лъакъуэр иӀэтри и лъэбжьанэр яригъэлъагъуащ. Кхъухь пхэнж, 506. Ярэби, я шыпхъур яужэгъужауэ арауэ пӀэрэ, щхьэ залымыгъэ зэрахьэрэ хъыджэбзым и дэлъхухэм, жаӀэу уэрэдыр зэхэзыхыр щӀэупщӀэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 160. [Нахъуэ ирекъутэкӀ:] Советскэр залымыгъэ зэрихьэну хуейкъым, лажьэу шхэжым и гугъу ищӀынукъым, ауэ мылажьэу шхэн зи гугъэм лажьэ иригъэгъуэтынукӀэ, тхьэ соӀуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647.