хабзэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ХАБЗЭ, ГЪЭПСЫКӀ(Э), КЪЭРАЛ ГЪЭПСЫКӀ(Э), (Абз. ХАБЗЭ/ ЦӀАС); РЕЖИМ; DÜZEN, REJİM
ХАБЗЭ, (Абз. ХАБЗЭ), ЗАКОН; KANUN, YASA
ХАБЗЭ, (Абз. ХАБЗЭ/АЧӀАС); ÖRF, ÂDET, GELENEK, TÖRE, KURAL
ГЪЭПСЫКӀ(Э), ХАБЗЭ, КЪЭРАЛ ГЪЭПСЫКӀ(Э), РЕЖИМ; REJİM
КЪЭРАЛ ГЪЭПСЫКӀ(Э), ГЪЭПСЫКӀ(Э), ХАБЗЭ, РЕЖИМ; REJİM
Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ЦӀыхухэм я зэхущытыкӀэн хуеймрэ я псэукӀэнумрэ теухуауэ ижь-ижьыжкӀэ къадэгъуэгурыкӀуэ дуней тетыкӀэ. УмыгъэзэщӀэну Ӏэмал имыӀэу къэралым игъэува Ӏуэхугъуэ. Хабзэ ткӀий.
ру1. обычай, традиция; этикет 2
Анэ и хабзэ пхъум и бзыпхъэщ— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (12)
* хабзэ зехьэн
русоблюдать обычаи, традиции.
хабзэ кӀэлъызехьэн
рубыть учтивым, корректным по отношению к кому-л.
хабзэ мыщӀэн
руне знать, не соблюдать обычаи, традиции.
хабзэ хэлъын
русоблюдать традиции, обычаи.
8 ifade daha
хабзэ хуэхъун
рувойти в привычку.
хабзэ Ӏыгъын
рупридерживаться традиций, соблюдать обычаи.
хабзи бзыпхъи мыщӀэн
руне знать ни законов, ни обычаев, ни традиций.
хабзэм ешэлӀэн
рупривлечь к закону.
хабзэм къемызэгъын
руне по традиции; не по закону.
Зеиншэр къулейсызу къэдгъэнэныр ди адыгэ хабзэм къезэгъыркъым.— ПащӀэ Бэчмырзэ
хабзэм тетын
рупридерживаться закона, обычаев, традиций.
хабзэм щӀэкъун
рубыть поборником закона; придерживаться обычаев, традиций.
хабзэр къутэн
рунарушать обычаи.
Kitapta geçtiği hali
хабзэ 1. обычай, традиция; этикет / ЦӀыхухэм я зэхущытыкӀэн хуеймрэ я псэукӀэнумрэ теухуауэ ижь-ижьыжкӀэ къадэгъуэгурыкӀуэ дуней тетыкӀэ. * Анэ и хабзэ пхъум и бзыпхъэщ (погов.) 2. закон / УмыгъэзэщӀэну Ӏэмал имыӀэу къэралым игъэува Ӏуэхугъуэ. Хабзэ ткӀий. * Хабзэ зехьэн соблюдать обычаи, традиции. Хабзэ кӀэлъызехьэн быть учтивым, корректным по отношению к кому-л. Хабзэ мыщӀэн не знать, не соблюдать обычаи, традиции. Хабзэ хэлъын соблюдать традиции, обычаи. Хабзэ хуэхъун войти в привычку. Хабзэ Ӏыгъын придерживаться традиций, соблюдать обычаи. Хабзи бзыпхъи мыщӀэн не знать ни законов, ни обычаев, ни традиций. Хабзэм ешэлӀэн привлечь к закону. Хабзэм къемызэгъын не по традиции; не по закону. * Зеиншэр къулейсызу къэдгъэнэныр ди адыгэ хабзэм къезэгъыркъым. П. Б. Хабзэм тетын придерживаться закона, обычаев, традиций. Хабзэм щӀэкъун быть поборником закона; придерживаться обычаев, традиций. Хабзэр къутэн нарушать обычаи.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЦӀыхухэм я зэхущытыкӀэн хуеймрэ я псэукӀэнумрэ теухуауэ ижь-ижьыжкӀэ къадэгъуэгурыкӀуэ дуней тетыкӀэ.
ИгъащӀэм хабзэри аращ: хьэгъуэлӀыгъуэм сыхэтынщ, жызыӀэу хэт къакӀуэми, уи хьэщӀэщи, егъэблъагъэ, хуэфэщэн увыӀэпӀэ ет— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582
+11 örnek
ИгъащӀэм Гупсыси псалъэ, упсэлъэнум, Зумыплъыхьауи умытӀыс – ЩӀапӀыкӀат а хабзэм бын къащӀэхъуэр, ЩӀыхь ар зымыдэм къалъымыст— Ди лъэпкъ и псалъэ епцӀыжакъым. «Дамыгъэ», 208
ИгъащӀэм адыгэм я хабзэщ дэхуэхам дэӀэпыкъуу, уанэгу къихуар ирагъэтӀысхьэжу.— Нал къута, 271
Хабзэ зехьэжын1). Хэлъын, гъэзэщӀэн. Ди бзэмкӀэ дыпсэлъэжу, ди хабзэ зетхьэжу дыпсэу щхьэ мыхъурэ?— Лъапсэ, 73
Хабзэ илъын(1). Унагъуэм хабзэ зехьэн, гъэзэщӀэн. Куэд къилъэжьмэ, куэд яшхырт, мащӀэ къилэжьмэ, етӀанэгъэ нэс зэрагъэзэхуэн хуейт, и унагъуэми [Дэрдэхь] хабзэшхуэ илът, быныр цӀыкӀу щӀыкӀэ хабзэм ирагъасэу.— Хьэсэпэхъумэ, 417
Хабзэ иӀэнЕплъ хабзэ илъын.Дадэм жеӀэ: «Ди лъэныкъуэм Ӏахыжащ пщылӀу щыӀэр, Фэ фи хэкуу куэд хуэныкъуэм ЩӀагъуэу щыткъым хабзэу фиӀэр».— Тисей, 505
Хабзэ къэублэн1 ЩымыӀэ хабзэ гуэр къегъэжьэн. [Дзэшу и щхьэгъусэм жриӀэу:] Мэлыфэр темылъу ящэу, алыхь, сымылъэгъуа, жаӀэуи зэхэзмыха, абы хуэдэ хабзэ иджы къамыубламэ— КӀапсэ кӀапэ, 11
Хабзэ мыщӀэн(2). МыгъэзэщӀэн. Е бзэ имыщӀэу, е я хабзэ имыщӀэу ар[Иринэ] зыхэсым яхэсын щхьэкӀэ и щхьэгъусэр фӀыщэу илъагъун хуейкъэ— Нал къута, 234
Хабзэ хэлъын (9). Еплъ хабзэ зехьэжын. ЛӀыгъур цӀыкӀу ар щилъагъум, хабзэшхуэ зыхигъэлъу жэри, хьэщӀэм шыр къыӀихри шы фӀэдзапӀэм ирипхащ.— Лъапсэ, 102
ТӀуми [Дзэшурэ и щхьэгъусэ Жангулэзрэ] хабзэшхуэ яхэлъу, адыгагъэм гугъу зыдрагъэхь— КӀапсэ кӀапэ, 6
ЩӀыхуэкӀэ псэуа ухъуркъым, езы Исуфи хабзэшхуэ хэлъщ, лъэӀуэн и щхьэм хуихьыркъым.— Лэчымэ, 389
Хабзэр ӀэщӀыб щӀын(1). Хабзэр къимыдзэн, пымылъын. Хабзэр ӀэщӀыб дощӀри аращ, жиӀэри Бекъан езыми зигъэкъуаншэжу егупсысырт, дызытес жыг къудамэр ди ӀэкӀэ пыдоупщӀыж, ди хабзэр щызэдмыпэсыжым деж.— Нал къута, 271
Atasözleri (1)
хабзэ здэщымыӀэм къехъулӀи щыӀэкъым
Хабзэ зыхэмылъым и Ӏуэхур дэкӀкъым, къехъулӀэркъым.
Хабзэ здэщымыӀэм къехъулӀи щыӀэкъым.— Нал къута, 307
Зэман гуэркӀэ къытезыгъэзэж е къытезымыгъэзэж Ӏуэхугъуэ, хьэл
Алий гузэвэщати, жеижыфакъым, пщэдджыжьым жьыуэ дыкъыщытэдж хабзэм дыкъигъэтэджащ— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
+2 örnek
Мэжджытыр зыӀут Щхьэлмывэкъуэпс андез щищтэу и хабзэтэкъым Долэти, ар къэзылъагъум ягъэщӀэгъуащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 200
Кхъуафэжьейм ис зи хабзэр щакӀуэращи, дызэрытеплъэу зыӀудогъэх.— Кхъухь пхэнж, 506
УмыгъэзэщӀэну Ӏэмал имыӀэу къэралым игъэува Ӏуэхугъуэ.
Следствие пӀалъэр икӀауэ ягъэкъуэншэну палъхьэнур ямыгъуэту, лажьэ зимыӀэ лӀыр щыст, хабзэм зэрыжиӀэмкӀэ, къэутӀыпщыжын хуейуэ— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525
+2 örnek
Хабзэу къэралым щагъэувам идэртэкъым сыадыгэщ е сыабазэщ, жыпӀэу птхыуэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663
ДыгъуэгъуакӀуэри къэвубыди, хабзэм ефт— ХьэщӀэ лъапӀэ, 407
Deyimler (10)
хабзэ гъэувын
1 Жыпхъэ пыухыкӀа тегъэувэн.
[ЩакӀуэхэм жаӀэ:] Хабзэр зыгъэувым щӀигъэувыр и щхьэр аракъым, нэгъуэщӀхэращ.— Лъапсэ, 69
хабзэ тетын
ТекӀ имыӀэу гъэзэщӀэн.
[Ботэх] И адэ-анэр къегиину хуежьэмэ, яжьэдигуэжт «фэ щхьэ фытемытрэ хабзэм?»— Лъапсэ, 93
+2 örnek
[Мэтхъэным уэркъ-пщыжьхэм яхуеӀуэху:] «Зыкъыдэфти, хабзэм тету унафэ фхуэтщӀынщ», жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 320
[Петр Иванович жеӀэ] – Ар ди хабзэм тету тщӀащ.— Алъхъо, 97
хабзэ щымыӀэр къэгупсысын
Хабзэу щымыӀэ гуэр къегъэжьэн.
[Апчарэ] Зэгуэр зыхуигъазэщ Ирини хабзэ щымыӀэр къигупсысри иригъэдэӀуащ, и нэгу щӀэкӀа хуэдэу тхьэлъанэ ищӀу— Щынэхужьыкъуэ, 61
хабзэм къемызэгъын
Инал хабзэм къемызэгъ пхуищӀэнукъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573
+1 örnek
Зыкъом лъандэрэ Нартыхум къыгурыӀуащ, хабзэм къемызэгъ пщӀэнумэ, уи закъуэ пщӀэмэ, къызэрыпщӀэмыкӀуэнур, уи гъусэр нэхъыбэху нэхъыфӀщ, узыӀэтэжынур нэхъ мащӀэ мэхъури— Лъапсэ, 76
6 deyim daha
хабзэм етын
Жэуапым ешэлӀэн.
[Фэуаз жиӀэу:] – ДыгъуэгъуакӀуэри къэвубыди, хабзэм ефт.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 407
хабзэм ешэлӀэн
ЗаконкӀэ зыгуэрым бгъэдыхьэн, судым етын.
Хамэ мылъку зэрыфпхъуэмэ - фылӀыхъужьщ, хабзэм фрашалӀэмэ – фи лъакъуэр щӀоуэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 292
хабзэм идэн
Абыи къыщыбукӀӀауэ хабзэм идэнукъым, нтӀэ езы Нартыхур къытхэту дыщэкӀуэнукъэ?— Лъапсэ, 69
+1 örnek
Хабзэу къэралым щагъэувам идэртэкъым сыадыгэщ е сыабазэщ, жыпӀэу птхыуэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663
Еплъ: хабзэм тетын
хабзэм уигъэкъуэншэн
Хабзэр зыкъутэ щӀэн е мыщӀэн.
[Алыджыкъуэ жиӀэу:] СынызэпрыкӀрэ – укъызэуэу сыбукӀми, хабзэм уигъэкъуэншэнукъым.— МелыӀыч, 444
хабзэр къутэн
Хабзэм текӀын.
Ауэ щыхъукӀэ тыншу узымыгъэпсэу хабзэри къутэн хуейщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587
+1 örnek
ЗылъэкӀым хабзэри сытри екъутэ— Лъапсэ, 82
хабзэр хабзэу щытын (хабзэр хабзэщ)
Утемыпсэлъыхь, - жиӀэри зыгуэр къахэгуоуащ, – хабзэр хабзэу щытатэмэ, Берие къакӀуэрэ зыми емыупщӀу-емыусэу ди щӀым пичу ди гъунэгъум яритынт?— Лъапсэ, 82
+1 örnek
Хабзэр хэт и дежкӀи хабзэщ— Лъапсэ, 82
Kitapta geçtiği hali
ХАБЗЭ I (94). ЦӀыхухэм я зэхущытыкӀэн хуеймрэ я псэукӀэнумрэ теухуауэ ижь-ижьыжкӀэ къадэгъуэгурыкӀуэ дуней тетыкӀэ. ИгъащӀэм хабзэри аращ: хьэгъуэлӀыгъуэм сыхэтынщ, жызыӀэу хэт къакӀуэми, уи хьэщӀэщи, егъэблъагъэ, хуэфэщэн увыӀэпӀэ ет. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582. ИгъащӀэм Гупсыси псалъэ, упсэлъэнум, Зумыплъыхьауи умытӀыс – ЩӀапӀыкӀат а хабзэм бын къащӀэхъуэр, ЩӀыхь ар зымыдэм къалъымыст. Ди лъэпкъ и псалъэ епцӀыжакъым. «Дамыгъэ», 208. ИгъащӀэм адыгэм я хабзэщ дэхуэхам дэӀэпыкъуу, уанэгу къихуар ирагъэтӀысхьэжу. Нал къута, 271. Хабзэ зехьэжын (1). Хэлъын, гъэзэщӀэн. Ди бзэмкӀэ дыпсэлъэжу, ди хабзэ зетхьэжу дыпсэу щхьэ мыхъурэ? Лъапсэ, 73. Хабзэ илъын (1). Унагъуэм хабзэ зехьэн, гъэзэщӀэн. Куэд къилъэжьмэ, куэд яшхырт, мащӀэ къилэжьмэ, етӀанэгъэ нэс зэрагъэзэхуэн хуейт, и унагъуэми [Дэрдэхь] хабзэшхуэ илът, быныр цӀыкӀу щӀыкӀэ хабзэм ирагъасэу. Хьэсэпэхъумэ, 417. Хабзэ иӀэн (1). Еплъ хабзэ илъын. Дадэм жеӀэ: «Ди лъэныкъуэм Ӏахыжащ пщылӀу щыӀэр, Фэ фи хэкуу куэд хуэныкъуэм ЩӀагъуэу щыткъым хабзэу фиӀэр». «Тисей», 505. Хабзэ къэублэн (1). ЩымыӀэ хабзэ гуэр къегъэжьэн. [Дзэшу и щхьэгъусэм жриӀэу:] Мэлыфэр темылъу ящэу, алыхь, сымылъэгъуа, жаӀэуи зэхэзмыха, абы хуэдэ хабзэ иджы къамыубламэ. КӀапсэ кӀапэ, 11. Хабзэ мыщӀэн (2). МыгъэзэщӀэн. Е бзэ имыщӀэу, е я хабзэ имыщӀэу ар[Иринэ] зыхэсым яхэсын щхьэкӀэ и щхьэгъусэр фӀыщэу илъагъун хуейкъэ. Нал къута, 234. Хабзэ хэлъын (9). Еплъ хабзэ зехьэжын. ЛӀыгъур цӀыкӀу ар щилъагъум, хабзэшхуэ зыхигъэлъу жэри, хьэщӀэм шыр къыӀихри шы фӀэдзапӀэм ирипхащ. Лъапсэ, 102. ТӀуми [Дзэшурэ и щхьэгъусэ Жангулэзрэ] хабзэшхуэ яхэлъу, адыгагъэм гугъу зыдрагъэхь. КӀапсэ кӀапэ, 6. ЩӀыхуэкӀэ псэуа ухъуркъым, езы Исуфи хабзэшхуэ хэлъщ, лъэӀуэн и щхьэм хуихьыркъым. Лэчымэ, 389. Хабзэр ӀэщӀыб щӀын (1). Хабзэр къимыдзэн, пымылъын. Хабзэр ӀэщӀыб дощӀри аращ, жиӀэри Бекъан езыми зигъэкъуаншэжу егупсысырт, дызытес жыг къудамэр ди ӀэкӀэ пыдоупщӀыж, ди хабзэр щызэдмыпэсыжым деж. Нал къута, 271. ☐ Хабзэ здэщымыӀэм къехъулӀи щыӀэкъым (1). Хабзэ зыхэмылъым и Ӏуэхур дэкӀкъым, къехъулӀэркъым. Хабзэ здэщымыӀэм къехъулӀи щыӀэкъым. Нал къута, 307.
ХАБЗЭ II (41). Зэман гуэркӀэ къытезыгъэзэж е къытезымыгъэзэж Ӏуэхугъуэ, хьэл. Алий гузэвэщати, жеижыфакъым, пщэдджыжьым жьыуэ дыкъыщытэдж хабзэм дыкъигъэтэджащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. Мэжджытыр зыӀут Щхьэлмывэкъуэпс андез щищтэу и хабзэтэкъым Долэти, ар къэзылъагъум ягъэщӀэгъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 200. Кхъуафэжьейм ис зи хабзэр щакӀуэращи, дызэрытеплъэу зыӀудогъэх. Кхъухь пхэнж, 506.
ХАБЗЭ III (54). УмыгъэзэщӀэну Ӏэмал имыӀэу къэралым игъэува Ӏуэхугъуэ. Следствие пӀалъэр икӀауэ ягъэкъуэншэну палъхьэнур ямыгъуэту, лажьэ зимыӀэ лӀыр щыст, хабзэм зэрыжиӀэмкӀэ, къэутӀыпщыжын хуейуэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525. Хабзэу къэралым щагъэувам идэртэкъым сыадыгэщ е сыабазэщ, жыпӀэу птхыуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. ДыгъуэгъуакӀуэри къэвубыди, хабзэм ефт. ХьэщӀэ лъапӀэ, 407. ◊ Хабзэ гъэувын (1). Жыпхъэ пыухыкӀа тегъэувэн. [ЩакӀуэхэм жаӀэ:] Хабзэр зыгъэувым щӀигъэувыр и щхьэр аракъым, нэгъуэщӀхэращ. Лъапсэ, 69. Хабзэ тетын (5). ТекӀ имыӀэу гъэзэщӀэн. [Ботэх] И адэ-анэр къегиину хуежьэмэ, яжьэдигуэжт «фэ щхьэ фытемытрэ хабзэм?» Лъапсэ, 93. [Мэтхъэным уэркъ-пщыжьхэм яхуеӀуэху:] «Зыкъыдэфти, хабзэм тету унафэ фхуэтщӀынщ», жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 320. [Петр Иванович жеӀэ] – Ар ди хабзэм тету тщӀащ. Алъхъо, 97. Хабзэ щымыӀэр къэгупсысын (1). Хабзэу щымыӀэ гуэр къегъэжьэн. [Апчарэ] Зэгуэр зыхуигъазэщ Ирини хабзэ щымыӀэр къигупсысри иригъэдэӀуащ, и нэгу щӀэкӀа хуэдэу тхьэлъанэ ищӀу. Щынэхужьыкъуэ, 61. Хабзэм къемызэгъын (3). Еплъ хабзэ щымыӀэр къэгупсысын. Инал хабзэм къемызэгъ пхуищӀэнукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573. Зыкъом лъандэрэ Нартыхум къыгурыӀуащ, хабзэм къемызэгъ пщӀэнумэ, уи закъуэ пщӀэмэ, къызэрыпщӀэмыкӀуэнур, уи гъусэр нэхъыбэху нэхъыфӀщ, узыӀэтэжынур нэхъ мащӀэ мэхъури. Лъапсэ, 76. Хабзэм етын (4). Жэуапым ешэлӀэн. [Фэуаз жиӀэу:] – ДыгъуэгъуакӀуэри къэвубыди, хабзэм ефт. ХьэщӀэ лъапӀэ, 407. Хабзэм ешэлӀэн (1). ЗаконкӀэ зыгуэрым бгъэдыхьэн, судым етын. Хамэ мылъку зэрыфпхъуэмэ - фылӀыхъужьщ, хабзэм фрашалӀэмэ – фи лъакъуэр щӀоуэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 292. Хабзэм идэн (2). Еплъ хабзэм тетын. Абыи къыщыбукӀӀауэ хабзэм идэнукъым, нтӀэ езы Нартыхур къытхэту дыщэкӀуэнукъэ? Лъапсэ, 69. Хабзэу къэралым щагъэувам идэртэкъым сыадыгэщ е сыабазэщ, жыпӀэу птхыуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. Хабзэм уигъэкъуэншэн (1). Хабзэр зыкъутэ щӀэн е мыщӀэн. [Алыджыкъуэ жиӀэу:] СынызэпрыкӀрэ – укъызэуэу сыбукӀми, хабзэм уигъэкъуэншэнукъым. МелыӀыч, 444. Хабзэр къутэн (2). Хабзэм текӀын. Ауэ щыхъукӀэ тыншу узымыгъэпсэу хабзэри къутэн хуейщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587. ЗылъэкӀым хабзэри сытри екъутэ. Лъапсэ, 82. Хабзэр хабзэу щытын (хабзэр хабзэщ) (2). Утемыпсэлъыхь, - жиӀэри зыгуэр къахэгуоуащ, – хабзэр хабзэу щытатэмэ, Берие къакӀуэрэ зыми емыупщӀу-емыусэу ди щӀым пичу ди гъунэгъум яритынт? Лъапсэ, 82. Хабзэр хэт и дежкӀи хабзэщ. Лъапсэ, 82.