лӀыгъэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЛӀЫГЪЭ, хъулъфыгъагъ/хъулъхугъагъэ (ЛӀЫМ ЛӀЫГЪЭ ХЭЛЪЫН фае/хуейщ: Erkekte yiğitlik olmalı.); ERKEKLİK
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Хахуагъэ, лӀыхъужьыгъэ.
румужество
ЛӀыгъэм Ӏэщэр хуэжыӀэщӀэщ.— Псалъэжьхэр
+2 örnek
ЛӀыгъэр Ӏыхьэ мыгуэшщ.— Псалъэжьхэр
ЛӀыгъэр адэ щӀэинкъым.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (8)
лӀыгъэ бгъэдэлъын
лӀыгъэ иӀэн
лӀыгъэ зехьэн (ищӀэн)
русовершить мужественный поступок.
ЗекӀуэ кӀуащ жаӀэмэ, лӀыгъэ зэрихьэну ежьауэ къикӀыу щытыгъащ.— Ӏуащхьэмахуэ
лӀыгъэ зехьэпӀэ ихуэн
лӀыгъэ щӀапӀэ ихуэн
лӀыгъэ иӀэн
руобладать мужеством.
ЛӀыгъэ зиӀэм Ӏэщэр щощтэ.— Псалъэжьхэр
+1 örnek
Сэ къысфӀэщӀырт а си къуэшым нэхърэ нэхъ лӀыгъэ зиӀэ щымыӀэу, абы зыри къыпэмылъэщыну.— КъардэнгъущӀ Зырамыку
4 ifade daha
лӀыгъэ къигъэкӀын
рупроявить мужество.
лӀыгъэ щӀапӀэ ихуэн
руоказаться в ситуации, где нужно (можно) проявить мужество.
лӀыгъэм зегъэхьын
рупереборов себя, сделать, стерпеть, снести что-л.
Гулей и джэ макъыр унэм зэхахати, Жамболэт, лӀыгъэм зригъэхьри, шэсащ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
лӀыгъэр зэхэгъэкӀын
руиспытать чье-л. мужество.
Kitapta geçtiği hali
лӀыгъэ мужество / Хахуагъэ, лӀыхъужьыгъэ. * ЛӀыгъэм Ӏэщэр хуэжыӀэщӀэщ. (погов.) ЛӀыгъэр Ӏыхьэ мыгуэшщ. (погов.) ЛӀыгъэр адэ щӀэинкъым. (погов.) ЛӀыгъэ бгъэдэлъын = лӀыгъэ иӀэн. ЛӀыгъэ зехьэн (ищӀэн) совершить мужественный поступок. * ЗекӀуэ кӀуащ жаӀэмэ, лӀыгъэ зэрихьэну ежьауэ къикӀыу щытыгъащ. Ӏуащхь. ЛӀыгъэ зехьэпӀэ ихуэн = лӀыгъэ щӀапӀэ ихуэн. ЛӀыгъэ иӀэн обладать мужеством. * ЛӀыгъэ зиӀэм Ӏэщэр щощтэ. (погов.) Сэ къысфӀэщӀырт а си къуэшым нэхърэ нэхъ лӀыгъэ зиӀэ щымыӀэу, абы зыри къыпэмылъэщыну. Къ. З. ЛӀыгъэ къигъэкӀын проявить мужество. ЛӀыгъэ щӀапӀэ ихуэн оказаться в ситуации, где нужно (можно) проявить мужество. ЛӀыгъэм зегъэхьын переборов себя, сделать, стерпеть, снести что-л. * Гулей и джэ макъыр унэм зэхахати, Жамболэт, лӀыгъэм зригъэхьри, шэсащ. Къ. Хь. ЛӀыгъэр зэхэгъэкӀын испытать чье-л. мужество.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Хэхуагъэ, лӀыхъужьыгъэ.
Зы къамэ закъуэм дыридзитӀу Дэ лӀыгъи щӀыхьи дымыгуэш.— Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 114
+2 örnek
Щамхьун япон зауэм лӀыгъэ щызэрихьат, и Ӏэ лъэныкъуэри хилъхьауэ къигъэзэжати, шы къищэхур дзэм ярищэу псэумэ, иджыри дзэм хэт хуэдэу къыфӀэщӀыжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 162
Ӏэщэ зэмызэгъыу – Ӏэщэм я нэхъ лъэщу Пэжыр бий пхуэхъуауэ, пэжыр фщыкӀуэдар Топи, танки – уиӀэр лӀыгъэм пэмылъэщу Арщ ерыщу бзаджэм, бжьыдзэм зыщӀефтар.— Бжьыдзэ инэралу бадзэ командир. «Партыр ди пашэу», 139
Deyimler (11)
лӀыгъэ зехьэн
Хэхуагъэ зыхэлъ Ӏуэхугъуэ щӀэн.
Совещанэм щӀадзэным и пэкӀэ командирымрэ комиссарымрэ приказым Ӏэ традзащ, зауэ екӀуэкӀам лӀыгъэ щызезыхьам фӀыкӀэ я цӀэ ираӀуэу— Нал къута, 304
+2 örnek
Ин укъэхъумэ, лӀыгъэ зехьэ, ФӀыкӀэ уи Ӏэр къаубыдынщ, Уи нэ цӀыкӀухэри зэтелъхьэ, Уэ уи гъащӀэр икъукӀэ инщ.— Жей, си щӀалэ. «Бгы лъапэхэм деж», 39
Мыр къыщалъхуар лӀыгъэ щызэрихьа махуэращ жыхуаӀэрати, а махуэм щыщӀэдзауэ джэдкъазу пщӀантӀэм дэтым зи хъыбар яхуэмыухыр Джэлилт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479
лӀыгъэм зегъэхьын
Зыгуэр зыхуэгъэшэчын.
ЛӀыгъэм зебгъэхьыныр лӀыгъэкъым— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527
[и] лӀыгъэ зэхэгъэкӀын
И зэфӀэкӀ, хэхуагъ здынэс къэщӀэн.
Арат Щамхьун хэт лӀыщӀэу къищтэми и лӀыгъэ зэхигъэкӀмэ фӀэфӀу щӀыжиӀэр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 161
лӀыгъэ зэхэгъэкӀыпӀэ
И къару, зэфӀэкӀ къыщащӀэ Ӏуэхугъуэ, щӀыпӀэ.
Астемыр лӀыгъэ зэхэгъэкӀыпӀэ мащӀэрэ ихуакъым, итӀани лӀыгъэншэу къыщалъытэ хуэмызэу къуажэм дэкӀа хъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 158
+1 örnek
Ауэ Сталинградыр къащтэрэ – абы щызэуа дзэр мыбыкӀэ къадзыжынщи, мис ар ди лӀыгъэ зэхэгъэкӀыпӀэщ.— Нал къута, 256
7 deyim daha
лӀыгъэ щӀапӀэ
Къару, хэхуагъ къыздагъэлъагъуэ, щащӀэ.
СыбгъэщӀатэм ар нэхъапэм, Сэ бжесӀэнти лӀыгъэ щӀапӀэр. «— Елбэздыкъуэ, 8
+1 örnek
ЛӀыгъэ щӀапӀэу ди дунейр Зым пэдмыщӀ, къакӀуэ жеӀэ къыдэкӀуей Пшэ адрыщӀ.— Бгъэ шыр. «Партыр ди пашэу», 68
лӀыгъэ щӀапӀэ ихуэн
ЛӀыгъэ щӀапӀэ ар ихуамэ, МафӀи жыпӀэу, лӀыр къолыд.— Поэтым и лӀыгъэ. «Батырыбжьэ», 73
+1 örnek
Уэс къыщесым жьым уатӀэщӀри ЛӀыгъэ щӀапӀэ уиуващ.— Ужыг лантӀэу, къудамэншэу. «Батырыбжьэ», 47
лӀыгъэ иӀэн
ЛӀыгъэ хэлъын.
ЛӀыгъэ зиӀэм и насыпкъэ Зыхуэпхъашэр иреуд— Поэтым и лӀыгъэ. «Батырыбжьэ», 73
+2 örnek
Дадэм зэрыжиӀэмкӀэ, Къулыр аптекэм тетым къыщытхъуащ: лӀыгъэ уиӀэщ, уи аптекэр пхъумэфащ, уэри умышынэу къалэм укъыдэнащ, къалэм аптекэ дэтынри куэд и уасэщ, хэт дэнэ кӀуами хущхъуэ хуэмеин щыӀэ, уеблэмэ дохутыру щыӀэри уэ зыр аращ, жиӀэу.— Нал къута, 235
Апчарэ, нэхъ лӀыгъэ иӀэу къыщӀэкӀынти, япэ кумбым къипщыжмэ, зэ зэхиха лӀыжь макъыр аргуэру зэхех: - Ей, фыкъыздэӀэпыкъут— Нал къута, 280
лӀыгъэм къызэрихькӀэ
И къару, зэфӀэкӀ зэрыпэлъэщкӀэ.
Уи лӀыгъэм къызэрихькӀэ зауэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543
лӀыгъэ хэлъын
Хэхуагъ зиӀэ, мышынэ.
Машинэр къызэрувыӀэу, Нахъуэ и маузерыр ирикъуэкӀащ, нэхъ лӀыгъэ хэлъ хуэдэу зыкъыпфӀигъэщӀу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 673
+2 örnek
Абы къикӀрат: «Ухьэу лӀыгъэ пхэлъмэ, хьэгъуэм къикӀи, сэ дуней уэзмыгъэлъагъумэ, сыбабыщыкъуэ адакъэкъым».— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 476
Уэ си дзэм, жиӀэрт, хэбгъэщӀащи Уи лӀыгъэ пхэлъыр псом ялейщ— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 180
[и] лӀыгъэ нэсын
ХузэфӀэкӀын.
Ара фи лӀыгъэр здынэсыр? – жиӀэри Залымджэрий и жьэр Ӏушэ ищӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 91
лӀыгъэ щӀэн
Хэт и лъэкӀри зэфӀэкӀауэ, Гъэ зыбжани мис дэкӀауэ, ЛӀыгъэ щӀэным игу хуэныкъуэу, Ини хъуауэ Елбэздыкъуэ, Губгъуэм и шыр щыхигъэпщу Мис егъакӀуэ гъатхэ жэщыр, ЩӀалэр куэду мэгупсысэр, Зэплъым и нэр нытоплъызэ.— Елбэздыкъуэ, 7
Еплъ: лӀыгъэ зехьэн
Kitapta geçtiği hali
ЛӀЫГЪЭ (83). Хэхуагъэ, лӀыхъужьыгъэ. Зы къамэ закъуэм дыридзитӀу Дэ лӀыгъи щӀыхьи дымыгуэш. Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 114. Щамхьун япон зауэм лӀыгъэ щызэрихьат, и Ӏэ лъэныкъуэри хилъхьауэ къигъэзэжати, шы къищэхур дзэм ярищэу псэумэ, иджыри дзэм хэт хуэдэу къыфӀэщӀыжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 162. Ӏэщэ зэмызэгъыу – Ӏэщэм я нэхъ лъэщу Пэжыр бий пхуэхъуауэ, пэжыр фщыкӀуэдар Топи, танки – уиӀэр лӀыгъэм пэмылъэщу Арщ ерыщу бзаджэм, бжьыдзэм зыщӀефтар. Бжьыдзэ инэралу бадзэ командир. «Партыр ди пашэу», 139. ◊ ЛӀыгъэ зехьэн (27). Хэхуагъэ зыхэлъ Ӏуэхугъуэ щӀэн. Совещанэм щӀадзэным и пэкӀэ командирымрэ комиссарымрэ приказым Ӏэ традзащ, зауэ екӀуэкӀам лӀыгъэ щызезыхьам фӀыкӀэ я цӀэ ираӀуэу. Нал къута, 304. Ин укъэхъумэ, лӀыгъэ зехьэ, ФӀыкӀэ уи Ӏэр къаубыдынщ, Уи нэ цӀыкӀухэри зэтелъхьэ, Уэ уи гъащӀэр икъукӀэ инщ. Жей, си щӀалэ. «Бгы лъапэхэм деж», 39. Мыр къыщалъхуар лӀыгъэ щызэрихьа махуэращ жыхуаӀэрати, а махуэм щыщӀэдзауэ джэдкъазу пщӀантӀэм дэтым зи хъыбар яхуэмыухыр Джэлилт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479. ЛӀыгъэм зегъэхьын (2). Зыгуэр зыхуэгъэшэчын. ЛӀыгъэм зебгъэхьыныр лӀыгъэкъым. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527. [И] лӀыгъэ зэхэгъэкӀын (1). И зэфӀэкӀ, хэхуагъ здынэс къэщӀэн. Арат Щамхьун хэт лӀыщӀэу къищтэми и лӀыгъэ зэхигъэкӀмэ фӀэфӀу щӀыжиӀэр. Хъуэпсэгъуэ нур, 161. ЛӀыгъэ зэхэгъэкӀыпӀэ (14). И къару, зэфӀэкӀ къыщащӀэ Ӏуэхугъуэ, щӀыпӀэ. Астемыр лӀыгъэ зэхэгъэкӀыпӀэ мащӀэрэ ихуакъым, итӀани лӀыгъэншэу къыщалъытэ хуэмызэу къуажэм дэкӀа хъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 158. Ауэ Сталинградыр къащтэрэ – абы щызэуа дзэр мыбыкӀэ къадзыжынщи, мис ар ди лӀыгъэ зэхэгъэкӀыпӀэщ. Нал къута, 256. ЛӀыгъэ щӀапӀэ (3). Къару, хэхуагъ къыздагъэлъагъуэ, щащӀэ. СыбгъэщӀатэм ар нэхъапэм, Сэ бжесӀэнти лӀыгъэ щӀапӀэр. «Елбэздыкъуэ», 8. ЛӀыгъэ щӀапӀэу ди дунейр Зым пэдмыщӀ, къакӀуэ жеӀэ къыдэкӀуей Пшэ адрыщӀ. Бгъэ шыр. «Партыр ди пашэу», 68. ЛӀыгъэ щӀапӀэ ихуэн (3). ЛӀыгъэ щӀапӀэ ар ихуамэ, МафӀи жыпӀэу, лӀыр къолыд. Поэтым и лӀыгъэ. «Батырыбжьэ», 73. Уэс къыщесым жьым уатӀэщӀри ЛӀыгъэ щӀапӀэ уиуващ. Ужыг лантӀэу, къудамэншэу. «Батырыбжьэ», 47. ЛӀыгъэ иӀэн (9). ЛӀыгъэ хэлъын. ЛӀыгъэ зиӀэм и насыпкъэ Зыхуэпхъашэр иреуд. Поэтым и лӀыгъэ. «Батырыбжьэ», 73. Дадэм зэрыжиӀэмкӀэ, Къулыр аптекэм тетым къыщытхъуащ: лӀыгъэ уиӀэщ, уи аптекэр пхъумэфащ, уэри умышынэу къалэм укъыдэнащ, къалэм аптекэ дэтынри куэд и уасэщ, хэт дэнэ кӀуами хущхъуэ хуэмеин щыӀэ, уеблэмэ дохутыру щыӀэри уэ зыр аращ, жиӀэу. Нал къута, 235. Апчарэ, нэхъ лӀыгъэ иӀэу къыщӀэкӀынти, япэ кумбым къипщыжмэ, зэ зэхиха лӀыжь макъыр аргуэру зэхех: - Ей, фыкъыздэӀэпыкъут. Нал къута, 280. ЛӀыгъэм къызэрихькӀэ (1). И къару, зэфӀэкӀ зэрыпэлъэщкӀэ. Уи лӀыгъэм къызэрихькӀэ зауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543. ЛӀыгъэ хэлъын (9). Хэхуагъ зиӀэ, мышынэ. Машинэр къызэрувыӀэу, Нахъуэ и маузерыр ирикъуэкӀащ, нэхъ лӀыгъэ хэлъ хуэдэу зыкъыпфӀигъэщӀу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 673. Абы къикӀрат: «Ухьэу лӀыгъэ пхэлъмэ, хьэгъуэм къикӀи, сэ дуней уэзмыгъэлъагъумэ, сыбабыщыкъуэ адакъэкъым». Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 476. Уэ си дзэм, жиӀэрт, хэбгъэщӀащи Уи лӀыгъэ пхэлъыр псом ялейщ. ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 180. [И] лӀыгъэ нэсын (5). ХузэфӀэкӀын. Ара фи лӀыгъэр здынэсыр? – жиӀэри Залымджэрий и жьэр Ӏушэ ищӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 91. ЛӀыгъэ щӀэн (1). Еплъ лӀыгъэ зехьэн. Хэт и лъэкӀри зэфӀэкӀауэ, Гъэ зыбжани мис дэкӀауэ, ЛӀыгъэ щӀэным игу хуэныкъуэу, Ини хъуауэ Елбэздыкъуэ, Губгъуэм и шыр щыхигъэпщу Мис егъакӀуэ гъатхэ жэщыр, ЩӀалэр куэду мэгупсысэр, Зэплъым и нэр нытоплъызэ. «Елбэздыкъуэ», 7.