бзэгу

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

dilorgan
Ortakбзэгу
Kitapta geçtiği hali

БЗЭГУ, (Абз. БЗЫ); DİL (organ)

Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Псэущхьэхэм ӀэфӀагъ-дыджагъ кърыращӀэу, ерыскъыр ирырагъэхыу, абы нэмыщӀкӀэ цӀыхур щыпсалъэкӀэ, къигъэсэбэпу жьэ кӀуэцӀым жьэдэт пкъыгъуэ.

руязык

ӀэфӀагъыр къызэращӀэр бзэгущ. Хьэр бзэгукӀэ псы йофэ.

Bu maddedeki ifadeler (7)

бзэгу зехьэн

рубыть доносчиком, ябедой.

бзэгу хьын

рудоносить, ябедничать.

бзэгу хуэхьыжын (хуэхьын)

рудонести кому-л. о чём-л.

Сохъустэ къэзыкӀухьхэм уэрэдыр зэхахащ икӀи кӀуэжри молэм бзэгу хуахьыжащ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр

{и} бзэгу ӀэфӀ темылъыжыху

русожалеть о сказанном.

бзэгум ӀэфӀ къыщӀэмынэжыху (лъэӀуэн). {и} бзэгум едзэкъэжын

3 ifade daha

бзэгум ӀэфӀ къыщӀэмынэжыху (лъэӀуэн)

рупока язык не отнялся (просить, умолчать кого-л.).

бзэгур къидзын

рупоказать язык кому-л.

бзэгур къилэлу къэкӀухьын

русплетничать (букв. ходить с высунутым языком).

Kitapta geçtiği hali

бзэгу анат. язык / Псэущхьэхэм ӀэфӀагъ-дыджагъ кърыращӀэу, ерыскъыр ирырагъэхыу, абы нэмыщӀкӀэ цӀыхур щыпсалъэкӀэ, къигъэсэбэпу жьэ кӀуэцӀым жьэдэт пкъыгъуэ. ӀэфӀагъыр къызэращӀэр бзэгущ. Хьэр бзэгукӀэ псы йофэ. Бзэгу зехьэн быть доносчиком, ябедой. Бзэгу хьын доносить, ябедничать. Бзэгу хуэхьыжын (хуэхьын) донести кому-л. о чём-л. * Сохъустэ къэзыкӀухьхэм уэрэдыр зэхахащ икӀи кӀуэжри молэм бзэгу хуахьыжащ. Хь. Хь. {И} бзэгу ӀэфӀ темылъыжыху=бзэгум ӀэфӀ къыщӀэмынэжыху (лъэӀуэн). {И} бзэгум едзэкъэжын сожалеть о сказанном. Бзэгум ӀэфӀ къыщӀэмынэжыху (лъэӀуэн) пока язык не отнялся (просить, умолчать кого-л.). Бзэгур къидзын показать язык кому-л. Бзэгур къилэлу къэкӀухьын сплетничать (букв. ходить с высунутым языком).

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. ЦӀыхум, псэущхьэхэм я жьэ кӀуэцӀым щыӀэ пкъыгъуэ.

Уи бзэгур къыпызмыгъэлъэтмэ, си тхьэр нахуэу согъэпцӀ, – жиӀэу къилъащ Гъуумар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 289

+2 örnek

ГъукӀэми сыт ищӀэнт, фӀэдзапӀэм фӀэлъ Ӏэхъулъэхъур къыфӀихри Къэрэжь егиящ: – Мы Ӏэхъулъэхъур уи бзэгум илъхьэн хуейт уэ, – жиӀэри.— Лъапсэ, 104

Тхьэр бзэгуиблкӀэ ирехъущӀэ – ФӀыщӀэ жыгыр тхухасэнщ. «— Индийскэ поэмэ, 358

2. Еплъ: бзэ

Темыркъан мыгъуэр нэхъыбэу зытекӀуэдар Мысост и бзэгущ, – жиӀэри пэгуным псы иригъэжыхьащ [Хьэбибэ].— Нал къута, 290

3. Бийм и щэхухэр кърагъэӀуэтэну къаубыда гъэр (щатхкӀэ, кавычкэм дагъэувэ).

А махуэм «бзэгу» къаубыдыну я хьисэпу нэмыцэр атакэ къэкӀуати, зыхуей дыдэр япэщӀэхуащ – Къазыхъуэр зэрыуӀэгъэ хьэлъэу яхьащ.— Щынэхужьыкъуэ, 71

Deyimler (5)

бзэгу зехьэн

Щэху гуэрхэр пӀуэтэжу ущытын.

Зы рабочэм сратынут, Ауэ штрафу сытрахри Ди банк сейфым сынэмысу, ПашкӀэ ину дыкъыдахри Бзэгу зехьэным сратакъэ…— Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 132

бзэгу хьын (хьыжын)

Зыгуэрым и щэху нэгъуэщӀ гуэрым лъэгъэӀэсын (лъэгъэӀэсыжын).

«Сыхуейщ» жызыӀэм яритырт танэри, бургомистрым бзэгу хуихьыжырт: «Мыбы хуэдэ унагъуэм нэмыцэм я дзэм щхьэкӀэ зэхуэтхьэса Ӏэщым къыхадыгъукӀри танэ яшхащ», – жиӀэу.— Къалэн, 434

бзэгум текӀуэдэн

ЖимыӀэпхъэ зэрыжиӀам и зэран къекӀын.

Уи адэр къущхьэм япщылӀурэ емынэунэ хъури сэхыжащ – и бзэгум текӀуэдащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 197

бзэгум ӀэфӀ къытемынэжыху

Куэд дыдэрэ псэлъэн (зыгуэркӀэ улъаӀуэу, зыгуэрым ущытхъуу).

Ныпыр къытлъысащ, ди гъунэгъум датекӀуащ жаӀэнти, хьэгъуэлӀыгъуэшхуэ ящӀынт… я бзэгум ӀэфӀ къытемынэжыхукӀэ зыр зым щытхъуу хъуэхъу бэлыхьхэр жаӀэу.— Лъапсэ, 78

бзэгу хуэхьын

Ар къыбжиӀэу бзэгу къыпхуэзыхьым еупщӀ, абы нэхъыбэ ищӀэ хъунщ дэ нэхърэ, – жиӀащ Думэсарэ, мышынэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 288

Еплъ: бзэгу хьын (хьыжын)

Kitapta geçtiği hali

БЗЭГУ (15). 1. (8). ЦӀыхум, псэущхьэхэм я жьэ кӀуэцӀым щыӀэ пкъыгъуэ. Уи бзэгур къыпызмыгъэлъэтмэ, си тхьэр нахуэу согъэпцӀ, – жиӀэу къилъащ Гъуумар. Хъуэпсэгъуэ нур, 289. ГъукӀэми сыт ищӀэнт, фӀэдзапӀэм фӀэлъ Ӏэхъулъэхъур къыфӀихри Къэрэжь егиящ: – Мы Ӏэхъулъэхъур уи бзэгум илъхьэн хуейт уэ, – жиӀэри. Лъапсэ, 104. Тхьэр бзэгуиблкӀэ ирехъущӀэ – ФӀыщӀэ жыгыр тхухасэнщ. «Индийскэ поэмэ», 358. 2. (1). Еплъ бзэ I. Темыркъан мыгъуэр нэхъыбэу зытекӀуэдар Мысост и бзэгущ, – жиӀэри пэгуным псы иригъэжыхьащ [Хьэбибэ]. Нал къута, 290. 3. (1). Бийм и щэхухэр кърагъэӀуэтэну къаубыда гъэр (щатхкӀэ, кавычкэм дагъэувэ). А махуэм «бзэгу» къаубыдыну я хьисэпу нэмыцэр атакэ къэкӀуати, зыхуей дыдэр япэщӀэхуащ – Къазыхъуэр зэрыуӀэгъэ хьэлъэу яхьащ. Щынэхужьыкъуэ, 71. ◊ Бзэгу зехьэн (1). Щэху гуэрхэр пӀуэтэжу ущытын. Зы рабочэм сратынут, Ауэ штрафу сытрахри Ди банк сейфым сынэмысу, ПашкӀэ ину дыкъыдахри Бзэгу зехьэным сратакъэ… Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 132. Бзэгу хьын (хьыжын) (2). Зыгуэрым и щэху нэгъуэщӀ гуэрым лъэгъэӀэсын (лъэгъэӀэсыжын). «Сыхуейщ» жызыӀэм яритырт танэри, бургомистрым бзэгу хуихьыжырт: «Мыбы хуэдэ унагъуэм нэмыцэм я дзэм щхьэкӀэ зэхуэтхьэса Ӏэщым къыхадыгъукӀри танэ яшхащ», – жиӀэу. Къалэн, 434. Бзэгум текӀуэдэн (1). ЖимыӀэпхъэ зэрыжиӀам и зэран къекӀын. Уи адэр къущхьэм япщылӀурэ емынэунэ хъури сэхыжащ – и бзэгум текӀуэдащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 197. Бзэгум ӀэфӀ къытемынэжыху (1). Куэд дыдэрэ псэлъэн (зыгуэркӀэ улъаӀуэу, зыгуэрым ущытхъуу). Ныпыр къытлъысащ, ди гъунэгъум датекӀуащ жаӀэнти, хьэгъуэлӀыгъуэшхуэ ящӀынт… я бзэгум ӀэфӀ къытемынэжыхукӀэ зыр зым щытхъуу хъуэхъу бэлыхьхэр жаӀэу. Лъапсэ, 78. Бзэгу хуэхьын (1). Еплъ бзэгу хьын (хьыжын). Ар къыбжиӀэу бзэгу къыпхуэзыхьым еупщӀ, абы нэхъыбэ ищӀэ хъунщ дэ нэхърэ, – жиӀащ Думэсарэ, мышынэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 288.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

dil

Düzeltme Öner

бзэгу
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.