лей
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
лей/лые/БЭ/куэд; FAZLA
лые/лей/БЭ/куэд; FAZLA
БЭ/куэд, лые/лей; FAZLA
куэд БЭ, лые/лей; FAZLA
лей/лые; GEREKSİZ
лые/лей, узфэмый/узхумей, уимыщыкӀагъ/уимыщыщӀагъэ , имыщыкӀагъ/имыщыщӀагъэ; GEREKSİZ
лей/лые; İLAVE
лые/лей; İLAVE
ТЕЛЪХЬЭ, ХЭЛЪХЬЭ, ИЗЫГЪЭКЪУ, дыкӀыгъу/дэщӀыгъу, кӀэщӀэдзэ, лые/лей; İLAVE
ПАЛЪ(Э), лые/лей, Ӏэдэж, (Абз. ӀЭДЭЧӀЭ); YEDEK
Ӏэдэж, ПАЛЪ(Э), лые/лей; YEDEK
лей/лые, Ӏэдэж, ПАЛЪ(Э); YEDEK (fazla)
лые/лей, Ӏэдэж, ПАЛЪ(Э); YEDEK (fazla)
Bu sonuç kitaptaki 13 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зэрыщытын, зэрыхъун хуей бжыгъэм, куэдагъым щӀигъу, къыдэхуэ.
рулишний
Гум илъ кӀапсэ лейр къызохри кърухэр зызопх, сибгми изощӀэж.— ХьэхъупащӀэ Амырхъан
2. Хэха, хэӀэтыкӀа, егъэлея.
руособый
Сэтэнейуэ нарт гуащэ, гуащэхэм я лей, дыгъэ бзийр зи нэкӀу, дыщэхэр зи куэщӀ.— Нартхэр
1. Къуаншагъэ, мыхъумыщӀагъэ. Лей бзаджэ.
рунесправедливость
2. ЦӀыхугъэншагъэ, щӀэпхъэджагъэ.
рунасилие, зло
Bu maddedeki ifadeler (11)
лей щӀын
руигнорировать, обходить кого-что-л.
нэ лейкӀэ еплъын
Еплъ: нэ
лей гъэгъун
рупростить кому-л. его несправедливость.
лей емыгъэхьын
руне давать спуску, уметь постоять за себя.
И хъуреягъкӀэ къытезэрыгуа хьэхэр мэлыхъухьэ цӀыкӀум къедзакъэрт, ауэ езыми лей яригъэхьтэкъым.— Ӏуащхьэмахуэ
7 ifade daha
лей ехын
ру1) проявлять несправедливость по отношению к кому-л.
Хасэм хэсхэм нэхъ фейцейуэ къотэджыр зы лӀыжь, жеӀэ: - Хъаным къыдих лейхэр Ди зэхуэдэ фэбжьщ.— Ж. Б. 2) насиловать
+1 örnek
кого-л.
лей зэхыжын
рунасиловать себя.
лей зехьэн
ру1) проявлять несправедливость.
ЦӀыхум уи гум фӀы яхуилъмэ, лей зумыхьэмэ, алыхь, хэти хьэр псафэ пхуишэнмэ.— КӀ. А. 2) творить зло, насилие.
+1 örnek
Дэтхэнэ къуажэдэсхэм я дежкӀи наӀуэт Мысост лей зэрихьэу, хьэзаб мыухыжыр лӀыщӀэхэм ятрилъхьэу зэрыщытыр.— Ӏуащхьэмахуэ
лей кӀэлъызехьэн
лей ехын
лей къытехуэн
рунезаслуженно пострадать.
Адыгэхэм лей Ӏэджэ къатехуами а хьэл-щэн гъуэзэджэхэр нобэм къэс яхъумэфащ.— Советскэ Къэбэрдейм и ӀуэрыӀуатэхэр
лей лъысын
руподвергаться насилию, унижению, оскорблению.
Адыгэхэм лей къалъысамэ, е я жагъуэ къащӀамэ ар зэрамыгъэгъуным хущӀэкъурт.— Нэгумэ Шорэ
лей мыгъэгъун
румстить.
Инал лей къызихар хуэзгъэгъункъым, жиӀэу аратэкъым Жыраслъэн нэхъ зытрищӀыхьри.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
лей I 1. лишний / Зэрыщытын, зэрыхъун хуей бжыгъэм, куэдагъым щӀигъу, къыдэхуэ. * Гум илъ кӀапсэ лейр къызохри кърухэр зызопх, сибгми изощӀэж. Хь. А. 2. особый / Хэха, хэӀэтыкӀа, егъэлея. * Сэтэнейуэ нарт гуащэ, гуащэхэм я лей, дыгъэ бзийр зи нэкӀу, дыщэхэр зи куэщӀ. Нарт. Лей щӀын игнорировать, обходить кого-что-л. Нэ лейкӀэ еплъын см. нэ. II 1. несправедливость / Къуаншагъэ, мыхъумыщӀагъэ. Лей бзаджэ. 2. насилие, зло / ЦӀыхугъэншагъэ, щӀэпхъэджагъэ. Лей гъэгъун простить кому-л. его несправедливость. Лей емыгъэхьын не давать спуску, уметь постоять за себя. * И хъуреягъкӀэ къытезэрыгуа хьэхэр мэлыхъухьэ цӀыкӀум къедзакъэрт, ауэ езыми лей яригъэхьтэкъым. Ӏуащхь. Лей ехын 1) проявлять несправедливость по отношению к кому-л. * Хасэм хэсхэм нэхъ фейцейуэ къотэджыр зы лӀыжь, жеӀэ: - Хъаным къыдих лейхэр Ди зэхуэдэ фэбжьщ. Ж. Б. 2) насиловать кого-л. Лей зэхыжын насиловать себя. Лей зехьэн 1) проявлять несправедливость. * ЦӀыхум уи гум фӀы яхуилъмэ, лей зумыхьэмэ, алыхь, хэти хьэр псафэ пхуишэнмэ. КӀ. А. 2) творить зло, насилие. * Дэтхэнэ къуажэдэсхэм я дежкӀи наӀуэт Мысост лей зэрихьэу, хьэзаб мыухыжыр лӀыщӀэхэм ятрилъхьэу зэрыщытыр. Ӏуащхь. Лей кӀэлъызехьэн = лей ехын. Лей къытехуэн незаслуженно пострадать. * Адыгэхэм лей Ӏэджэ къатехуами а хьэл-щэн гъуэзэджэхэр нобэм къэс яхъумэфащ. Сов. Къэб. ифольк. Лей лъысын подвергаться насилию, унижению, оскорблению. * Адыгэхэм лей къалъысамэ, е я жагъуэ къащӀамэ ар зэрамыгъэгъуным хущӀэкъурт. Н. Ш. Лей мыгъэгъун мстить. * Инал лей къызихар хуэзгъэгъункъым, жиӀэу аратэкъым Жыраслъэн нэхъ зытрищӀыхьри. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зэрыхъун хуейм щӀигъу, къыдэхуэ.
Бэлшэвыч-кӀэмунистхэм щыгъын лей щӀамыӀэри, витӀ-жэмитӀ лэжьакӀуэу середнякым я мылъку дыщӀемыӀусэри – псори тэмэму гурыгъэӀуэн хуейщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 266
+2 örnek
Лей жызмыӀащэрэт, жиӀэу Валерэ и псалъэм кӀэщӀ зригъэщӀу къыпидзыжащ: - Ноби тхьэм и шыкуркӀэ уӀейкъым [Дзэшу].— КӀапсэ кӀапэ, 16
Хущхъуэ сыт дэнэ къэна, псы хуабэ тӀэкӀу сабийр ягъэпскӀыну е хъыдан ирашэкӀын ямыгъуэту джанэ лей зиӀэм зэфӀетхъри ирешэкӀ.— Нэгъуху, 33
2. Псоми дахагъкӀэ, фӀагъкӀэ ящхьэщыкӀ.
Нарт хъыджэбзхэм седэхэкӀыу Си дахагъэр псом ялейт, Сядэ-сядэу ТӀакъэ махуэ, Сыхуомышэ Сэтэней. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 421
+1 örnek
[Къэзмай:] Ауэ а насып псом я лейт, Инал, а цӀыхубзым нэхъ хьэлэл уищӀрэ, захуагъэ уи гум кърилъхьатэмэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591
3. «Абы нэхърэ нэхъыбэ сыту сщӀын» мыхьэнэр иӀэу къокӀуэ.
Ар Мусэ идэнт, и мэлыр хъушэм, и Ӏэщыр бэгъуам, сыт абы и лей Мусэ зыхуейр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 241
1. Къуаншагъэ, мыхъумыщӀагъэ.
Щэрданхэ я пщӀантӀэм къыщыхъуа лейр и нэгу зэрыщӀэкӀрэ Бэлацэ, щыгъуэ хуэдэ, гушыӀэныр щигъэтат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 297
+2 örnek
Астемыр мэжджытым къыщыщӀахуам щыгъуэ ар лей дыдэу къэзылъыта муслъымэнхэм иджы Ӏэ ӀэткӀэ мэжджытыр зэхуащӀыжын хуейт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 658
Лейм зи псэ итхьэкъум и лейри хуэмыгъу.— Гъавэмрэ псалъэмрэ. «Щхьэлыкъуэ», 397
2. ЦӀыхугъэншагъэ, щӀэпхъэджагъэ.
Лейм пэщӀэувэу щебэнкӀэ, КъаукӀри пхыру къытохуэ, Бий гущӀэгъуншэм и нейхэр Ди цӀыху мин Ӏэджэм къатохуэ.— ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 38
+2 örnek
[Думэсарэ Елдар жриӀэу:] Машэнэм ивдзэу СэлэвкӀи зэревгъэшар [Дол-дадэ и щӀалэ цӀыкӀур] – къуаншагъэ жыпӀэмэ, къуаншагъэщ, си щӀалэ, лей жыпӀэми, лейщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542
Лей зылъысахэр мыпсэужми, Ялъ щащӀэжынум къотэджыж.— Лей зылъысахэр. «Дамыгъэ», 218
Deyimler (4)
лей гъэгъун
Къуаншагъэр, мыхъумыщагъэр зыщыгъэгъупщэжын, дэчыхын.
ИрегуфӀэ лейр згъэгъуамэ, Уэ узотыр сэ а гъуамэр, ФочэщӀ фӀыцӀэр зэпиплъыхьу Къанокъуэпщыр щогуфӀыкӀыр. «— Тисей, 508
+1 örnek
Сабий лъы жахэр сигъэлъагъуу, Щыпсалъэрт Си гум: «Уигу иубыдэ – А лейр нэмыцэм хуумыгъэгъу, Уемыш, зэуакӀуэ, зыгъэбыдэ».— Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 55
лей ехын
Къуаншагъэ, цӀыхугъэншагъэ кӀэлъызехьэн.
Абы [Дисэ] и мурадыр къехъулӀэмэ, нэгъуэщӀ хуейтэкъым езыри, и пхъум [Саримэ] лей ирихащ, сытащ, жаӀэу цӀыхум жамыӀэу, псори зыхуэзапхъэм хуэзэнщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 140
+2 örnek
Лей къыдэзыхым къыщӀэмыкӀуэн.— Уэ укъэзгъанэу дэнэ сыкӀуэн? Батырыбжьэ, 36
Лей зрахым уигу щӀэгъэгъу, Лей зезыхьэм хуумыгъэгъу. «— Елбэздыкъуэ, 9
лей зехьэн
Думэсарэ псалъэр яӀэщӀипхъуэтащ: - Алыхь, сэ вжесӀэнмэ Дотий ар илъагъу щӀэмыхъур: Инал хэкум имылъ кърелъхьэ, цӀыхум ямыщӀэ ярегъащӀэ – ӀуэхуфӀ Ӏэджэм яужь итщ, ауэ лей щызэрихьи къохъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540
+2 örnek
Лей зезыхьэм и Ӏэр хабзэм къыпеупщӀыр, ФӀы хуэзэнкъым дауи ар зыщыгъупщар, Бжьыдзэ инэралу Риджэуэ соупщӀыр: - Бжьыдзэ нэхъ дзэ лъэщу аркъэ уи гугъар?— Бжьыдзэ инэралу бадзэ командир. «Партыр ди пашэу», 138
- И щысыкӀэр-щэ, молэ, гъукӀэм и щысыкӀэм зыгуэр къикӀыркъэ? – жаӀэу щыщӀэупщӀэм, къажриӀащ: -Лей зесхьакъым, гуащӀэмрэ гущӀэгъумрэ зиӀэ азалыхьым игу зэзгъэбгъакъым, си напэр къабзэу тхьэм и пащхьэ сохьэж жиӀэу аращ и щысыкӀэм къикӀыр.— Лъапсэ, 106
Еплъ: лей ехын
лей къылъысын
Насыпыншагъэ, тхьэмыщкӀагъэ къыщыщӀын.
[Чокэ Албиян жриӀэу] Сэ сыпсэууэ абы лей къалъызгъэсынкъым.— Щынэхужьыкъуэ, 44
+2 örnek
Хэт и лейри къылъысами, Зытет нэпкъми пхутемыкӀ.— Бжей жыгым и балладэ. «Батырыбжьэ», 67
ЩӀымахуэ уаем цӀыхур зэхэзехуэн ящӀауэ, лей къызылъысыр куэдт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529
Kitapta geçtiği hali
ЛЕЙ I (38). 1. (33). Зэрыхъун хуейм щӀигъу, къыдэхуэ. Бэлшэвыч-кӀэмунистхэм щыгъын лей щӀамыӀэри, витӀ-жэмитӀ лэжьакӀуэу середнякым я мылъку дыщӀемыӀусэри – псори тэмэму гурыгъэӀуэн хуейщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 266. Лей жызмыӀащэрэт, жиӀэу Валерэ и псалъэм кӀэщӀ зригъэщӀу къыпидзыжащ: - Ноби тхьэм и шыкуркӀэ уӀейкъым [Дзэшу]. КӀапсэ кӀапэ, 16. Хущхъуэ сыт дэнэ къэна, псы хуабэ тӀэкӀу сабийр ягъэпскӀыну е хъыдан ирашэкӀын ямыгъуэту джанэ лей зиӀэм зэфӀетхъри ирешэкӀ. Нэгъуху, 33. 2. (4). Псоми дахагъкӀэ, фӀагъкӀэ ящхьэщыкӀ. Нарт хъыджэбзхэм седэхэкӀыу Си дахагъэр псом ялейт, Сядэ-сядэу ТӀакъэ махуэ, Сыхуомышэ Сэтэней. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 421. [Къэзмай:] Ауэ а насып псом я лейт, Инал, а цӀыхубзым нэхъ хьэлэл уищӀрэ, захуагъэ уи гум кърилъхьатэмэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591. 3. (1). «Абы нэхърэ нэхъыбэ сыту сщӀын» мыхьэнэр иӀэу къокӀуэ. Ар Мусэ идэнт, и мэлыр хъушэм, и Ӏэщыр бэгъуам, сыт абы и лей Мусэ зыхуейр. Хъуэпсэгъуэ нур, 241.
ЛЕЙ II (17). 1. (7). Къуаншагъэ, мыхъумыщӀагъэ. Щэрданхэ я пщӀантӀэм къыщыхъуа лейр и нэгу зэрыщӀэкӀрэ Бэлацэ, щыгъуэ хуэдэ, гушыӀэныр щигъэтат. Хъуэпсэгъуэ нур, 297. Астемыр мэжджытым къыщыщӀахуам щыгъуэ ар лей дыдэу къэзылъыта муслъымэнхэм иджы Ӏэ ӀэткӀэ мэжджытыр зэхуащӀыжын хуейт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 658. Лейм зи псэ итхьэкъум и лейри хуэмыгъу. Гъавэмрэ псалъэмрэ. «Щхьэлыкъуэ», 397. 2. (10). ЦӀыхугъэншагъэ, щӀэпхъэджагъэ. Лейм пэщӀэувэу щебэнкӀэ, КъаукӀри пхыру къытохуэ, Бий гущӀэгъуншэм и нейхэр Ди цӀыху мин Ӏэджэм къатохуэ. ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 38. [Думэсарэ Елдар жриӀэу:] Машэнэм ивдзэу СэлэвкӀи зэревгъэшар [Дол-дадэ и щӀалэ цӀыкӀур] – къуаншагъэ жыпӀэмэ, къуаншагъэщ, си щӀалэ, лей жыпӀэми, лейщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542. Лей зылъысахэр мыпсэужми, Ялъ щащӀэжынум къотэджыж. Лей зылъысахэр. «Дамыгъэ», 218. ◊ Лей гъэгъун (2). Къуаншагъэр, мыхъумыщагъэр зыщыгъэгъупщэжын, дэчыхын. ИрегуфӀэ лейр згъэгъуамэ, Уэ узотыр сэ а гъуамэр, ФочэщӀ фӀыцӀэр зэпиплъыхьу Къанокъуэпщыр щогуфӀыкӀыр. «Тисей», 508. Сабий лъы жахэр сигъэлъагъуу, Щыпсалъэрт Си гум: «Уигу иубыдэ – А лейр нэмыцэм хуумыгъэгъу, Уемыш, зэуакӀуэ, зыгъэбыдэ». Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 55. Лей ехын (6). Къуаншагъэ, цӀыхугъэншагъэ кӀэлъызехьэн. Абы [Дисэ] и мурадыр къехъулӀэмэ, нэгъуэщӀ хуейтэкъым езыри, и пхъум [Саримэ] лей ирихащ, сытащ, жаӀэу цӀыхум жамыӀэу, псори зыхуэзапхъэм хуэзэнщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 140. Лей къыдэзыхым къыщӀэмыкӀуэн. Уэ укъэзгъанэу дэнэ сыкӀуэн? «Батырыбжьэ», 36. Лей зрахым уигу щӀэгъэгъу, Лей зезыхьэм хуумыгъэгъу. «Елбэздыкъуэ», 9. Лей зехьэн (19). Еплъ лей ехын. Думэсарэ псалъэр яӀэщӀипхъуэтащ: - Алыхь, сэ вжесӀэнмэ Дотий ар илъагъу щӀэмыхъур: Инал хэкум имылъ кърелъхьэ, цӀыхум ямыщӀэ ярегъащӀэ – ӀуэхуфӀ Ӏэджэм яужь итщ, ауэ лей щызэрихьи къохъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540. Лей зезыхьэм и Ӏэр хабзэм къыпеупщӀыр, ФӀы хуэзэнкъым дауи ар зыщыгъупщар, Бжьыдзэ инэралу Риджэуэ соупщӀыр: - Бжьыдзэ нэхъ дзэ лъэщу аркъэ уи гугъар? Бжьыдзэ инэралу бадзэ командир. «Партыр ди пашэу», 138. - И щысыкӀэр-щэ, молэ, гъукӀэм и щысыкӀэм зыгуэр къикӀыркъэ? – жаӀэу щыщӀэупщӀэм, къажриӀащ: -Лей зесхьакъым, гуащӀэмрэ гущӀэгъумрэ зиӀэ азалыхьым игу зэзгъэбгъакъым, си напэр къабзэу тхьэм и пащхьэ сохьэж жиӀэу аращ и щысыкӀэм къикӀыр. Лъапсэ, 106. Лей къылъысын (6). Насыпыншагъэ, тхьэмыщкӀагъэ къыщыщӀын. [Чокэ Албиян жриӀэу] Сэ сыпсэууэ абы лей къалъызгъэсынкъым. Щынэхужьыкъуэ, 44. Хэт и лейри къылъысами, Зытет нэпкъми пхутемыкӀ. Бжей жыгым и балладэ. «Батырыбжьэ», 67. ЩӀымахуэ уаем цӀыхур зэхэзехуэн ящӀауэ, лей къызылъысыр куэдт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529.