къытехуэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къытохуэ)

1. Еплъ: техуэн

Удын къытехуэн. Зы иныжь ныкъуэукӀ къауэри абы къишэж щӀалэм къытехуащ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ

2. Къытрадзэн (статья). Тхыгъэр газетым къытехуэн.

рупоявиться в печати (напр. о статье)

3. Джэлэн, укӀуриин.

руупасть, свалиться на что-л.

Аслъэнджэрийр и щхьэр и щӀагъыу щӀым къытохуэ.— Шортэн Аскэрбий

4. Къэмэхын, зимыщӀэж хъун. Сымаджэр къытехуащ.

руупасть в обморок

Bu maddedeki ifadeler (7)

емыкӀу къытехуэн

руКъытехуэу лӀэн скончаться скоропостижно.

Фызыр къытехуэри лӀащ.

Еплъ: емыкӀу. къытехуэу лӀэн

лей къытехуэн

Еплъ: лей

нэ къытехуэн

Еплъ: нэ

нэлат къытехуэн

Еплъ: нэлат

3 ifade daha

. уӀэгъэ къытехуэн

Еплъ: уӀэгъэ

хьэзаб къытехуэн

Еплъ: хьэзаб

щӀыхуэ къытехуэн

Еплъ: щӀыхуэ

Kitapta geçtiği hali

къытехуэн (къытохуэ) неперех. гл. 1. см. техуэн Ӏ. * Удын къытехуэн. Зы иныжь ныкъуэукӀ къауэри абы къишэж щӀалэм къытехуащ. Къэб. фольк. 2. переносное появиться в печати (напр. о статье) / Къытрадзэн (статья). Тхыгъэр газетым къытехуэн. 3. упасть, свалиться на что-л. / Джэлэн, укӀуриин. * Аслъэнджэрийр и щхьэр и щӀагъыу щӀым къытохуэ. Ш. А. 4. переносное упасть в обморок / Къэмэхын, зимыщӀэж хъун. Сымаджэр къытехуащ. ЕмыкӀу къытехуэн см. емыкӀу. Къытехуэу лӀэн скончаться скоропостижно. * Фызыр къытехуэри лӀащ. Лей къытехуэн см. лей. Нэ къытехуэн см. нэ. Нэлат къытехуэн см. нэлат I. УӀэгъэ къытехуэн см. уӀэгъэ. Хьэзаб къытехуэн см. хьэзаб. ЩӀыхуэ къытехуэн см. щӀыхуэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къытохуэ)

1. И щхьэмкӀэ къехуэхыу зыгуэрым и щӀыӀум нэсын.

Жылэм къащӀэна дыщэр зэхуахьэсри зы Ӏуащхьэшхуэ гуэру зэтралъхьэу здэщытым, уафэм къехуэха мывэшхуэр къатехуэри, дыщэри езы ӀэхъуитӀри щӀым хигуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 300

+2 örnek

ГъущӀ зэрыхъуу удын мащӀи кӀапсэ хъухукӀэ къытехуа?— ГъущӀ Ӏунэ. «Батырыбжьэ», 29

Радиомачтэ а унэм деж щытати абы текӀуэдэжащ – бомбэ къытехуэри бгъуэтым къащтэ.— Нал къута, 281

2. Джэлэн, укӀуриин.

Унэм пкӀэлъей иридзри ятӀэ зрихьэурэ здытетым е ешат, е къецӀэнтхъуэха – пхэщӀкӀэ щӀым къытехуэри къэмытэджыжыфу тхыцӀэкӀэ мащӀэри щылъа [Дисэ].— ГущӀэгъу, 420

+2 örnek

Шыр къытехуэри, куэдрэ емылъэкъуауэу лӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 170

Джэлил къэргъейр зэрыс абгъуэм къридзыну щыхуежьэм, модрейри къеӀэри адакъэм и сыдж плъыжьышхуэр зыӀэщӀигъыхьэри абгъуэм къыщилъэтым, адакъэм и щхьэр унэзауэ, и нэм зыри имылъагъужу, зы къудамэм къытехумэ, адрей къудамэм къытехуэурэ къехуэхри джэдкъаз къомым я пащхьэм къихуащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 494

3. Къэмэхын, зимыщӀэж хъун.

Инал и макъыр щызэхихым, лӀыжьыр къэгузэвэжри къытехуэным нэсат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 671

+2 örnek

[Гесиод Васэ жреӀэ]: Баку къикӀари щхьэгъубжэм дэлъа щхьэкӀэ жыжьэ мыкӀуэфу и гур къекӀуэри къытехуауэ щылъщ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 162

Ӏурарэ къэгужьейри къытехуащ, и лъакъуитӀыр щӀэхури.— Къалэн, 434

4. Къытрадзэн, ихуэн.

ХъыбарыфӀыр къокӀыр къалэм Ар газетым къытехуащ – ЛӀыгъэ пэкӀуэу шыхъуэ щӀалэм Дыщэ вагъуэ къыратащ.— Колхоз шыхъуэ уэрэд. «Партыр ди пашэу», 70

+2 örnek

[Вадим Анзор зыхуигъазэу]: Уи сурэт газетым къытехуэнщ иджы.— Гъуэгуанэ, 135

Гъэшым и Ӏуэхур нэхъ тыншщ, жэмышу фермэм тет цӀыхубзхэр е зэнысэгъущ, е зэшыпхъущ, е зэунэкъуэщщи, колхоз тхьэмадэр къокӀуэри унафэ ещӀ хэт и жэмхэм нэхъ шэ нэхъыбэ къащӀишын хуейми, абы хуэдэу Ӏэтащхьэр нэфӀкӀэ зэплъа цӀыхубзым етын хуейщ шэ шынакъ махуэ къэс уи жэмхэм къыщӀэпшым щыщ, а цӀыхубзыр нэхъапэ щӀыкӀэ «Доска почетым» къытехуэу, абы и гугъу газетхэми ятхын щхьэкӀэ.— Лъапсэ, 97

5. Зыгуэрым Ӏей гуэр лъысын.

Чачэ гъунэгъуу цӀыху щыту илъагъумэ, къурӀэныбзэ жиӀэ хуэдэу зыгуэр къибжырт, и закъуэмэ, гыбзэу дунейм тетыр и бийм къатехуэну тхьэм елъэӀурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 56

+2 örnek

Алащэжьым хуащӀ пщӀэм нэхърэ нэхъыбэ Раисэ хуищӀыртэкъым Мэмэт-щӀакъуэ, ауэ езы Мэмэт-щӀакъуэ уеупщӀамэ, «дякум дэлъ щыӀэкъым» жиӀэнутэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, Раисэ зыхуэгумащӀэ гуэр зэрыщыӀэр ещӀэри, пцӀыр езым къытехуэмэ, нэхъ къещтэ, Ӏуэхум и пэжыпӀэм цӀыхум гу лъатэ нэхърэ.— Лъапсэ, 79

Лейм пэщӀэувэу щебэнкӀэ, КъаукӀри пхыру къытохуэ, Бий гущӀэгъуншэм и нейхэр Ди цӀыху мин Ӏэджэм къатохуэ.— ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 38

Deyimler (2)

хъуашэ и Ӏэтэу къытехуэн

Еплъ: хъуашэ

шэ фӀыцӀэу къытехуэн

Еплъ: шэ

Kitapta geçtiği hali

КЪЫТЕХУЭН (къытохуэ) лъэмыӀ. (73). 1. (36). И щхьэмкӀэ къехуэхыу зыгуэрым и щӀыӀум нэсын. Жылэм къащӀэна дыщэр зэхуахьэсри зы Ӏуащхьэшхуэ гуэру зэтралъхьэу здэщытым, уафэм къехуэха мывэшхуэр къатехуэри, дыщэри езы ӀэхъуитӀри щӀым хигуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 300. ГъущӀ зэрыхъуу удын мащӀи кӀапсэ хъухукӀэ къытехуа? ГъущӀ Ӏунэ. «Батырыбжьэ», 29. Радиомачтэ а унэм деж щытати абы текӀуэдэжащ – бомбэ къытехуэри бгъуэтым къащтэ. Нал къута, 281. 2. (8). Джэлэн, укӀуриин. Унэм пкӀэлъей иридзри ятӀэ зрихьэурэ здытетым е ешат, е къецӀэнтхъуэха – пхэщӀкӀэ щӀым къытехуэри къэмытэджыжыфу тхыцӀэкӀэ мащӀэри щылъа [Дисэ]. ГущӀэгъу, 420. Шыр къытехуэри, куэдрэ емылъэкъуауэу лӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 170. Джэлил къэргъейр зэрыс абгъуэм къридзыну щыхуежьэм, модрейри къеӀэри адакъэм и сыдж плъыжьышхуэр зыӀэщӀигъыхьэри абгъуэм къыщилъэтым, адакъэм и щхьэр унэзауэ, и нэм зыри имылъагъужу, зы къудамэм къытехумэ, адрей къудамэм къытехуэурэ къехуэхри джэдкъаз къомым я пащхьэм къихуащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 494. 3. (5). зэхь. Къэмэхын, зимыщӀэж хъун. Инал и макъыр щызэхихым, лӀыжьыр къэгузэвэжри къытехуэным нэсат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 671. [Гесиод Васэ жреӀэ]: Баку къикӀари щхьэгъубжэм дэлъа щхьэкӀэ жыжьэ мыкӀуэфу и гур къекӀуэри къытехуауэ щылъщ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 162. Ӏурарэ къэгужьейри къытехуащ, и лъакъуитӀыр щӀэхури. Къалэн, 434. 4. (7). зэхь. Къытрадзэн, ихуэн. ХъыбарыфӀыр къокӀыр къалэм Ар газетым къытехуащ – ЛӀыгъэ пэкӀуэу шыхъуэ щӀалэм Дыщэ вагъуэ къыратащ. Колхоз шыхъуэ уэрэд. «Партыр ди пашэу», 70. [Вадим Анзор зыхуигъазэу]: Уи сурэт газетым къытехуэнщ иджы. Гъуэгуанэ, 135. Гъэшым и Ӏуэхур нэхъ тыншщ, жэмышу фермэм тет цӀыхубзхэр е зэнысэгъущ, е зэшыпхъущ, е зэунэкъуэщщи, колхоз тхьэмадэр къокӀуэри унафэ ещӀ хэт и жэмхэм нэхъ шэ нэхъыбэ къащӀишын хуейми, абы хуэдэу Ӏэтащхьэр нэфӀкӀэ зэплъа цӀыхубзым етын хуейщ шэ шынакъ махуэ къэс уи жэмхэм къыщӀэпшым щыщ, а цӀыхубзыр нэхъапэ щӀыкӀэ «Доска почетым» къытехуэу, абы и гугъу газетхэми ятхын щхьэкӀэ. Лъапсэ, 97. 5. (14). зэхь. Зыгуэрым Ӏей гуэр лъысын. Чачэ гъунэгъуу цӀыху щыту илъагъумэ, къурӀэныбзэ жиӀэ хуэдэу зыгуэр къибжырт, и закъуэмэ, гыбзэу дунейм тетыр и бийм къатехуэну тхьэм елъэӀурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 56. Алащэжьым хуащӀ пщӀэм нэхърэ нэхъыбэ Раисэ хуищӀыртэкъым Мэмэт-щӀакъуэ, ауэ езы Мэмэт-щӀакъуэ уеупщӀамэ, «дякум дэлъ щыӀэкъым» жиӀэнутэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, Раисэ зыхуэгумащӀэ гуэр зэрыщыӀэр ещӀэри, пцӀыр езым къытехуэмэ, нэхъ къещтэ, Ӏуэхум и пэжыпӀэм цӀыхум гу лъатэ нэхърэ. Лъапсэ, 79. Лейм пэщӀэувэу щебэнкӀэ, КъаукӀри пхыру къытохуэ, Бий гущӀэгъуншэм и нейхэр Ди цӀыху мин Ӏэджэм къатохуэ. ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 38. ◊ Хъуашэ и Ӏэтэу къытехуэн (1). Еплъ Хъуашэ. Шэ фӀыцӀэу къытехуэн (1). Еплъ шэ II.

Düzeltme Öner

къытехуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.