техуэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

değmek
OrtakнэсынеӀусэн
Doğuтехуэн
Batıтефэн
düşmektökezleyip düşmek
Doğuтехуэн
Batıтефэн
isabet etmekdüşmek 4
Doğuтехуэн
Batıтефэн
Kitapta geçtiği hali

НЭСЫН (нэсы/нос), ЕӀУСЭН (еӀусы/йоӀусэ), тефэн/техуэн (тефэ/тохуэ); DEĞMEK, İSABET ETMEK

тефэн/техуэн; (тефагъ/техуащ: ~düştü; тефэ/тохуэ: düşüyor); DÜŞMEK 3 (tökezleyip ~)

тефэн/техуэн → фэзэн; İSABET ETMEK (düşmek 4)

тефэн/техуэн → НЭСЫН; DEĞMEK

техуэн → тефэн; DÜŞMEK 3 (tökezleyip ~)

техуэн/тефэн → НЭСЫН; DEĞMEK

Bu sonuç kitaptaki 6 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: фэзэн, нэсын, тефэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(тохуэ)

1. Хьэуам хэту кӀуэ, е щӀым ехуэх с. ху. зыгуэрым жьэхэуэн, лъэӀэсын.

рупопасть в кого-что-л. (о пуле, искре и т. п.)

УимыӀуэху зепхуэм уи щхьэм баш техуэнщ.— Псалъэжьхэр

2. Джэлэн, бгъукӀэ, щӀыбкӀэ, гупэкӀэ зыгуэрым теукӀуриен.

руупасть плашмя

ЩӀым техуэн.

3. И пщэ дэхуэн, къалэн, Ӏуэху с. ху. игъэзэщӀэну къылъысын.

рупадать, ложиться на плечи кого-л. (напр. об обязанности)

Дыгъужьым ишхри имышхри тохуэ. (погов.)

4. Ещхьыркъабзэу е гъунэгъу дыдэу екӀуалӀэу щытын (зы щыхьэтым жиӀэр адрейм жиӀам). И теплъэкӀэ техуэн. И щӀы-кӀэкӀэ техуэн.

русовпадать, оказаться одинаковым, общим

(тохуэ)

Тезэгъэн, зытет, зытелъ с. ху. щӀыпӀэр хурикъун.

рууместиться, поместиться на поверхности чего-л.

Гъавэр пкӀэунэм техуащ.

(тохуэ)

ЕкӀуэлӀэн, псэф хъун, псэф щӀын.

руспариться, случиться (о животных)

(трехуэ)

Пхуурэ тегъэхьэн (Ӏэщыр губгъуэм, машинэр тэрэзэм). Ӏэщыр тафэм техуэн.

рузагнать кого-что-л. на поверхность чего-л. (напр. машину на весы)

Bu maddedeki ifadeler (9)

алыхьым и бэлыхьыр техуэн

Еплъ: алыхь

и бзэгупэ техуэн

Еплъ: бзэгупэ

и гугъэм и Ӏэр техуэн

Еплъ: гугъэ

нэ техуэн

Еплъ: нэ

5 ifade daha

шэуэ техуэн

Еплъ: шэ

игу техуэн

Еплъ: гу

игу темыхуэн

Еплъ: гу

и напэм техуэн

Еплъ: напэ

и псэм темыхуэн

Еплъ: псэ

Kitapta geçtiği hali

техуэн I (тохуэ) неперех. гл. 1. попасть в кого-что-л. (о пуле, искре и т. п.) / Хьэуам хэту кӀуэ, е щӀым ехуэх с. ху. зыгуэрым жьэхэуэн, лъэӀэсын. * УимыӀуэху зепхуэм уи щхьэм баш техуэнщ. (погов.) 2. упасть плашмя / Джэлэн, бгъукӀэ, щӀыбкӀэ, гупэкӀэ зыгуэрым теукӀуриен. ЩӀым техуэн. 3. переносное падать, ложиться на плечи кого-л. (напр. об обязанности) / И пщэ дэхуэн, къалэн, Ӏуэху с. ху. игъэзэщӀэну къылъысын. Дыгъужьым ишхри имышхри тохуэ. (погов.) 4. совпадать, оказаться одинаковым, общим / Ещхьыркъабзэу е гъунэгъу дыдэу екӀуалӀэу щытын (зы щыхьэтым жиӀэр адрейм жиӀам). И теплъэкӀэ техуэн. И щӀы-кӀэкӀэ техуэн. Алыхьым и бэлыхьыр техуэн (зытехеэн) см. алыхь. И бзэгупэ техуэн см. бзэгупэ. И гугъэм и Ӏэр техуэн см. гугъэ. Нэ техуэн см. нэ. Шэуэ техуэн см. шэ. II (тохуэ) неперех. гл. уместиться, поместиться на поверхности чего-л. / Тезэгъэн, зытет, зытелъ с. ху. щӀыпӀэр хурикъун. Гъавэр пкӀэунэм техуащ. Игу техуэн см. гу II. Игу темыхуэн см. гу II. И напэм техуэн см. напэ. И псэм темыхуэн см. псэ. III (тохуэ) неперех. гл. спариться, случиться (о животных) / ЕкӀуэлӀэн, псэф хъун, псэф щӀын. IV (трехуэ) перех. гл. загнать кого-что-л. на поверхность чего-л. (напр. машину на весы) / Пхуурэ тегъэхьэн (Ӏэщыр губгъуэм, машинэр тэрэзэм). Ӏэщыр тафэм техуэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(тохуэ)

1. Зыгуэрым зыгуэр къеуэу къылъыӀэсын.

– Уи мыӀуэху зепхуэмэ, уи щхьэм баш техуэнщ. Мурат зытекӀуэдар аракъэ! – жызыӀи яхэтт— Хъуэпсэгъуэ нур, 51

+2 örnek

Аралпыр къалъэу ЛутӀэ кӀэрахъуэр щытриубыдэм, ЛутӀэ и ӀэгуитӀыр къишиящ шэ зытримыгъэхуэн хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 294

Хъарбыз хадэм уэр къытехуэу ИремыхъукӀэ зэи Ӏисраф.— Уузыншэм! – сэ жызоӀэ. «Мывэ хуабэ», 19

2. Джэлэн.

Къэхъуар ЛутӀэ къыщыгурыӀуар иджыпстут, ари щӀэпхъуэну щыхуежьэм, чырбыш зэтелъыр къызэтещащэри, щӀалэ цӀыкӀур мыл гъурым техуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 294

+1 örnek

ПащӀэ цӀырхъыр хъыджэбзым къыщхьэщыжыну хуежьа щхьэкӀэ Исуф еӀунщӀри щхьэпхэтӀыгукӀэ стӀолым техуэу ириудащ.— Лэчымэ, 397

Deyimler (2)

нэр техуэн

Еплъ: нэ

шэуэ техуэн

Еплъ: шэ

(тохуэ)

Тезэгъэн, зытет, зытес сыт хуэдэхэм щӀыпӀэр хурикъун.

Зыгуэрым къихьу къыхыфӀидза пхъэ дакъэжьри сэбэп хъуат, абы техуэр тетӀысхьауэ тест.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646

Deyimler (1)

гум темыхуэн

Еплъ: гу

(тохуэ)

Джэш, куэзыр е нэгъуэщӀ зыгуэр зыхутрадзэм техуэн.

И къуэ нэхъыщӀэм хуигъэфэща джэш хьэдзэр зытехуэр Думэсарэ игу иримыхьу аргуэру зэ трипхъэжащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565

Kitapta geçtiği hali

ТЕХУЭН I (тохуэ) лъэмыӀ. (66). 1. (47). Зыгуэрым зыгуэр къеуэу къылъыӀэсын. – Уи мыӀуэху зепхуэмэ, уи щхьэм баш техуэнщ. Мурат зытекӀуэдар аракъэ! – жызыӀи яхэтт. Хъуэпсэгъуэ нур, 51. Аралпыр къалъэу ЛутӀэ кӀэрахъуэр щытриубыдэм, ЛутӀэ и ӀэгуитӀыр къишиящ шэ зытримыгъэхуэн хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 294. Хъарбыз хадэм уэр къытехуэу ИремыхъукӀэ зэи Ӏисраф. «Уузыншэм!» – сэ жызоӀэ. «Мывэ хуабэ», 19. 2. (21). Джэлэн. Къэхъуар ЛутӀэ къыщыгурыӀуар иджыпстут, ари щӀэпхъуэну щыхуежьэм, чырбыш зэтелъыр къызэтещащэри, щӀалэ цӀыкӀур мыл гъурым техуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 294. ПащӀэ цӀырхъыр хъыджэбзым къыщхьэщыжыну хуежьа щхьэкӀэ Исуф еӀунщӀри щхьэпхэтӀыгукӀэ стӀолым техуэу ириудащ. Лэчымэ, 397. ◊ Нэр техуэн (1). Еплъ нэ. Шэуэ техуэн (6). Еплъ шэ II.

ТЕХУЭН II (тохуэ) лъэмыӀ. (4). Тезэгъэн, зытет, зытес сыт хуэдэхэм щӀыпӀэр хурикъун. Зыгуэрым къихьу къыхыфӀидза пхъэ дакъэжьри сэбэп хъуат, абы техуэр тетӀысхьауэ тест. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646. ◊ Гум темыхуэн (34). Еплъ гу I.

ТЕХУЭН III (тохуэ) лъэмыӀ. (1). Джэш, куэзыр е нэгъуэщӀ зыгуэр зыхутрадзэм техуэн. И къуэ нэхъыщӀэм хуигъэфэща джэш хьэдзэр зытехуэр Думэсарэ игу иримыхьу аргуэру зэ трипхъэжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

değmek düşmek yüzükoyun

Düzeltme Öner

техуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.