икӀын

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

çıkmak
OrtakикӀынхэкӀынзэрыкӀынзэрыпкӀын
DoğuщӀэкӀын
BatıчӀэкӀын
Kitapta geçtiği hali

ИКӀЫН, ХЭКӀЫН, чӀэкӀын/щӀэкӀын, ЗЭРЫКӀЫН, ЗЭРЫПКӀЫН; ÇIKMAK

Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(йокӀ)

1. Зэрытыр, зэрысыр зыгуэрым ибгынэн.

рувыйти, уйти откуда-л.

Утыкум икӀын.

2. Зыгуэрым зэпрыкӀын (псым). Псым икӀын. Тенджызым икӀын.

руперейти, переправиться через что-л. (напр. через реку)

3. ЗыщӀыпӀэ щежьауэ зыщӀыпӀэ кӀуэн.

рупоехать, пойти куда-л. откуда-л.

Налшык сикӀри Псыхуабэ сыкӀат.

Bu maddedeki ifadeler (7)

акъылым икӀын

Еплъ: акъыл

гур икӀын

Еплъ: гу

гъэр икӀащ

Еплъ: гъэ

макъыр икӀын

Еплъ: макъ

3 ifade daha

пӀалъэр икӀын

Еплъ: пӀалъэ

{и} тхьэкӀумэм имыкӀын

Еплъ: тхьэкӀумэ

хъийм икӀын

Еплъ: хъий

Kitapta geçtiği hali

икӀын (йокӀ) неперех. гл. 1. выйти, уйти откуда-л. / Зэрытыр, зэрысыр зыгуэрым ибгынэн. Утыкум икӀын. 2. перейти, переправиться через что-л. (напр. через реку) / Зыгуэрым зэпрыкӀын (псым). Псым икӀын. Тенджызым икӀын. 3. поехать, пойти куда-л. откуда-л. / ЗыщӀыпӀэ щежьауэ зыщӀыпӀэ кӀуэн. Налшык сикӀри Псыхуабэ сыкӀат. Акъылым икӀын см. акъыл. Гур икӀын см. гу II. Гъэр икӀащ см. гъэ. Макъыр икӀын см. макъ. ПӀалъэр икӀын см. пӀалъэ. {И} тхьэкӀумэм имыкӀын см. тхьэкӀумэ. Хъийм икӀын см. хъий.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(йокӀ)

1. Зэрытыр, зэрысыр зыгуэрым ибгынэн.

Зэрызехьэм Мэш яхэмыту хъунт, джэгуакӀуэ хъужыр аращи, елъэӀу хуэдэу зещӀ: – Уэ, Дэфэрэджу ди шыпхъушхуэ, уи убых благъэр мэгузавэ: ди шыпхъур щынэм хуэдэу Ӏэсэщ, псынэм хуэдэу къабзэщ, и бзэр ӀэфӀщи, гуапэщ, гуащэм хуэгумащӀэщ, пщӀантӀэм удэмыкӀ, унэм уимыкӀыххэ, мис уи шэнтри тахътэщ, тетӀысхьэжи тес, – жаӀэу.— Лъапсэ, 118

+1 örnek

Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ, УӀэнэщӀу къыумыгъазэ, Куэди мащӀи къэт пфӀэфӀыхукӀэ, Уеблэм бзухэм къадэгъазэ.— Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ… Вагъуэ махуэ, 372

2. Зыгуэрым зэпрыкӀын (п. п. псым).

Къэрэжь и зэманыгъуэм гъэру къиубыдахэр ищэу Истамбыл, Мысыр, Щам, Джэну нэс кӀуэфу щытащ, иджы псы икӀыну дзыхь ищӀыжыркъым— Лъапсэ, 105

+2 örnek

Къэрэмырзэ лъэс зищӀри къалэмкӀэ еӀати, лъэмыжыжь цӀыкӀу щикӀым мафӀэр къыжьэхэуэри и щхьэци и пащӀи илыгъуащ, и щыгъыным мафӀэ къыщыщӀэнэм, и насыпти, и шулӀыгъусэм игъэункӀыфӀыжащ, ауэ и щхьэ джабэр пыӀэ щхьэрыптӀагъэ мыхъужу хьэлэчу щхьэ къупщхьэр плъагъуу исащ, и блатхьэри илынцӀащ.— Лыгъэ, 412

Ди псы ӀуфитӀыр зэлъэӀэсым, ИкӀынщ къэмынэу ди зы лъэс.— Дунейм щымыӀэ къегъэжьапӀэ. «Батырыбжьэ», 33

3. ЗыщӀыпӀэ щежьауэ зыщӀыпӀэ кӀуэн.

Налшык икӀыу Псыхуабэ кӀуэ гъуэгум и бгъум телефон пкъохэр бгъурытт, выгуи, шыгуи, шууи – мащӀэ тетт гъуэгум, ауэ хэт Лу зэлъэӀунур «сыздэшэ» жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525

+2 örnek

Локотоши тепыӀэжыркъым, Щэулэхъум тесу ауз псори къызэпежыхь, зы постым икӀыу адрей постым нэсурэ мыбэлэрыгъыну яжреӀэ.— Нал къута, 292

Къалэм сикӀыу къуажэм сокӀуэ, Си къалэныр сэ сощӀэжыр – Сэ лэжьыгъэр зи гуфӀэгъуэм Я лэжьапщӀэу саӀуощӀэжыр.— Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 134

4. Зэманым епха зыгуэр блэкӀын.

Мэзыр бзухэм ягъэдахэ, Мэзым щоӀур бзум я макъыр, Гъэр икӀыхукӀэ емызэшу Бзухэр мэзым ныхуосакъыр.— Мэз гъыбзэ. «Щхьэлыкъуэ», 376

+2 örnek

ДжанэпцӀанэу йокӀыр бжьыхьэр, Гъэужь удзи мыгъэгъэж.— ДжанэпцӀанэу йокӀыр бжьыхьэр. «Батырыбжьэ», 68

Нобэ Ӏэщэ-фащэм щыщӀэхъуэпс зэманыр икӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 602

5. ЩӀыпӀэр, хэкур бгынэн.

Сэ укӀ птеслъхьэнкъым – икӀ мы хэкум, Зыдэхь уэ мылъкууи узыхуейр.— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 180

+1 örnek

Ахья щӀагъэтӀысами Ӏэджэ егъэгупсысэ, молэр хэкум ирагъэкӀ, мэжджытыр зэхуащӀ – а псом уемыгупсысу хъун.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569

6. ИгъущыкӀын.

Псыр икӀмэ, аргъуейри кӀуэдыжынущ.— Аргъуей, 388

Deyimler (7)

[и] гур икӀын

Еплъ: гу

[и] гурымыкъыр икӀын

Еплъ: гурымыкъ

игъуэ икӀын

Еплъ: игъуэ

диным икӀын

Еплъ: дин

3 deyim daha

пӀалъэр икӀын

Еплъ: пӀалъэ

[и] фэм икӀын

Еплъ: фэ

щӀыб икӀын

Еплъ: щӀыб

Kitapta geçtiği hali

ИКӀЫН (йокӀ) лъэмыӀ. (70). 1. (19). Зэрытыр, зэрысыр зыгуэрым ибгынэн. Зэрызехьэм Мэш яхэмыту хъунт, джэгуакӀуэ хъужыр аращи, елъэӀу хуэдэу зещӀ: – Уэ, Дэфэрэджу ди шыпхъушхуэ, уи убых благъэр мэгузавэ: ди шыпхъур щынэм хуэдэу Ӏэсэщ, псынэм хуэдэу къабзэщ, и бзэр ӀэфӀщи, гуапэщ, гуащэм хуэгумащӀэщ, пщӀантӀэм удэмыкӀ, унэм уимыкӀыххэ, мис уи шэнтри тахътэщ, тетӀысхьэжи тес, – жаӀэу. Лъапсэ, 118. Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ, УӀэнэщӀу къыумыгъазэ, Куэди мащӀи къэт пфӀэфӀыхукӀэ, Уеблэм бзухэм къадэгъазэ. Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ… «Вагъуэ махуэ», 372. 2. (16). Зыгуэрым зэпрыкӀын (п. п. псым). Къэрэжь и зэманыгъуэм гъэру къиубыдахэр ищэу Истамбыл, Мысыр, Щам, Джэну нэс кӀуэфу щытащ, иджы псы икӀыну дзыхь ищӀыжыркъым. Лъапсэ, 105. Къэрэмырзэ лъэс зищӀри къалэмкӀэ еӀати, лъэмыжыжь цӀыкӀу щикӀым мафӀэр къыжьэхэуэри и щхьэци и пащӀи илыгъуащ, и щыгъыным мафӀэ къыщыщӀэнэм, и насыпти, и шулӀыгъусэм игъэункӀыфӀыжащ, ауэ и щхьэ джабэр пыӀэ щхьэрыптӀагъэ мыхъужу хьэлэчу щхьэ къупщхьэр плъагъуу исащ, и блатхьэри илынцӀащ. Лыгъэ, 412. Ди псы ӀуфитӀыр зэлъэӀэсым, ИкӀынщ къэмынэу ди зы лъэс. Дунейм щымыӀэ къегъэжьапӀэ. «Батырыбжьэ», 33. 3. (11). ЗыщӀыпӀэ щежьауэ зыщӀыпӀэ кӀуэн. Налшык икӀыу Псыхуабэ кӀуэ гъуэгум и бгъум телефон пкъохэр бгъурытт, выгуи, шыгуи, шууи – мащӀэ тетт гъуэгум, ауэ хэт Лу зэлъэӀунур «сыздэшэ» жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525. Локотоши тепыӀэжыркъым, Щэулэхъум тесу ауз псори къызэпежыхь, зы постым икӀыу адрей постым нэсурэ мыбэлэрыгъыну яжреӀэ. Нал къута, 292. Къалэм сикӀыу къуажэм сокӀуэ, Си къалэныр сэ сощӀэжыр – Сэ лэжьыгъэр зи гуфӀэгъуэм Я лэжьапщӀэу саӀуощӀэжыр. Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 134. 4. (29). Зэманым епха зыгуэр блэкӀын. Мэзыр бзухэм ягъэдахэ, Мэзым щоӀур бзум я макъыр, Гъэр икӀыхукӀэ емызэшу Бзухэр мэзым ныхуосакъыр. Мэз гъыбзэ. «Щхьэлыкъуэ», 376. ДжанэпцӀанэу йокӀыр бжьыхьэр, Гъэужь удзи мыгъэгъэж. ДжанэпцӀанэу йокӀыр бжьыхьэр. «Батырыбжьэ», 68. Нобэ Ӏэщэ-фащэм щыщӀэхъуэпс зэманыр икӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 602. 5. (3). ЩӀыпӀэр, хэкур бгынэн. Сэ укӀ птеслъхьэнкъым – икӀ мы хэкум, Зыдэхь уэ мылъкууи узыхуейр. ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 180. Ахья щӀагъэтӀысами Ӏэджэ егъэгупсысэ, молэр хэкум ирагъэкӀ, мэжджытыр зэхуащӀ – а псом уемыгупсысу хъун. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569. 6. (1). ИгъущыкӀын. Псыр икӀмэ, аргъуейри кӀуэдыжынущ. Аргъуей, 388. ◊ [И] гур икӀын (6). Еплъ гу I. [И] гурымыкъыр икӀын (1). Еплъ гурымыкъ. Игъуэ икӀын (1). Еплъ игъуэ. Диным икӀын (19). Еплъ дин. ПӀалъэр икӀын (2). Еплъ пӀалъэ. [И] фэм икӀын (1). Еплъ фэ II. ЩӀыб икӀын (1). Еплъ щӀыб.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

çıkış geçmek kelleşmek kısılmak sıla süre vade

Düzeltme Öner

икӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.