еуэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

alkışlamak
Doğuеуэнтеуэнхутеуэн
BatıӀэгу еонӀэгу теонӀэгу фытеон
bıçaklamak
Ortakсэ хэӀунепыджын
Doğuеуэн
BatıсэкӀэ еонщъэжъыекӀэ еон
biçmektırpanla biçmek; tırpanla ot biçmek; tırpanla ekin biçmek
DoğuупщӀэнкъэупщӀэнпыупщӀынеуэнмэш еуэн
BatıупкӀэнкъэупкӀэнпыупкӀынмэкъу еонмэщ еон
dövmekbirine dövmek
Doğuеуэн
vurmakbirine vurmak; dayak atmak
DoğuеуэнпыухьынущыгунубэрэжьынукӀыкӀейуэ укӀын
BatıеонпыухьэнушыгунубэрэжынукӀыкӀаеу укӀын
Kitapta geçtiği hali

ӀЭГУ еон/еуэн, ӀЭГУ теон/теуэн, ӀЭГУ фытеон/хутеуэн; ALKIŞLAMAK

ӀЭГУ теон/теуэн, ӀЭГУ фытеон/хутеуэн, ӀЭГУ еон/еуэн; ALKIŞLAMAK

ӀЭГУ фытеон/хутеуэн, ӀЭГУ еон/еуэн, ӀЭГУ теон/теуэн; ALKIŞLAMAK

СЭКӀЭ еон/еуэн, СЭ ХЭӀУН, щъэжъыекӀэ еон, ЕПЫДЖЫН; BIÇAKLAMAK

упкӀэн/упщӀэн (мэупкӀэ/мэупщӀэ); къэупкӀэн/къэупщӀэн (къэупкӀэ/ къоупщӀэ, къеупкӀэ/къеупщӀэ); пыупкӀын/пыупщӀын (пеупкӀы/ пеупщӀ), МЭКЪУ еон/еуэн (~ ео/йоуэ); мэщ еон/мэш еуэн (~ ео/йоуэ); BİÇMEK (tırpanla ~; tırpanla ot ~; tırpanla ekin ~)

еуэн → еон; DÖVMEK, VURMAK (birine ~)

еон/еуэн (ео/йоуэ); пыухьэн/пыухьын (пэухьэ/поухь); ушыгун/ущыгун (еушыгу/еущыгу); убэрэжын/убэрэжьын (еубэрэжы/ еубэрэжь); укӀыкӀаеу/укӀыкӀейуэ УКӀЫН (~ ЕУКӀ(ы); VURMAK (birine ~), DÖVMEK (dayak atmak)

Bu sonuç kitaptaki 7 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: еон

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(йоуэ)

1. Зыгуэрым удын едзын.

руударять, бить, колотить кого-л.

Зырамыкур щхьэукъуэу {ефэндфым} щилъагъум, чы кӀыхымкӀэ абы и щхьэфэм еуащ.— Теунэ Хьэчим

+2 örnek

Вым нэмысыр гуфэм йоуэ.— Псалъэжьхэр

ГъущӀыр плъа щӀыкӀэ еуэ.— Псалъэжьхэр

2. Жьэхэуэн, еуэлӀэн.

рубиться обо что-л.

Тенджызым и толъкъун губжьахэр етауэ, ерыщу нэпкъым еуэрт.— Шортэн Аскэрбий

+1 örnek

Бгым натӀэкӀэ еуэ.— Псалъэжьхэр

3. Музыкальнэ Ӏэмэпсымэ гуэрым макъамэ къигъэкӀын.

руиграть (на каком-л. музыкальном инструменте)

Пшынэ еуэн. Роялым еуэн. ШыкӀэпшынэ еуэн. Бэрэбан еуэн.

4. ПыупщӀын, къэхын.

рукосить

Мэкъу еуэн.

+1 örnek

Уеуэмэ мэкъущи, уемыуэмэ къурэщ.— Псалъэжьхэр

5. ПыупщӀын.

рурубить (лес)

Мэз еуэн.

6. Шэрэзыр хэукӀэу уӀэн.

ружалить

Блэ зэуар аркъэным щощтэ.— Псалъэжьхэр

+1 örnek

Уэ блэ къоуамэ, сэ бэдж къызэуащ.— Псалъэжьхэр

7. ӀэщэкӀэ зыгуэрым удын едзын.

рустрелять в кого-что-л.

ЩакӀуэр мэз джэд лъэтам еуащ.

+1 örnek

И кӀэрахъуэр къысхурехри Блимышэхыу ар къызоуэ.— ӀуэрыӀуатэ

Bu maddedeki ifadeler (12)

бадзэ еуэн

Еплъ: бадзэ

{и} гу еуэн

Еплъ: гу

еуэу ежьэжын

русмыться, смотать удочки.

еуи тӀысыж

руничего не поделаешь.

8 ifade daha

лъы еуэн

Еплъ: лъы

нэкӀэ еуэн

Еплъ: нэ

пхъэпс еуэн

Еплъ: пхъэпс

сабэ еуэн

Еплъ: сабэ

телефон еуэн

Еплъ: телефон

тхъу еуэн

Еплъ: тхъу

хьэпӀацӀэ еуэн

Еплъ: хьэпӀацӀэ

щӀыӀэ еуэкӀын

Еплъ: щӀыӀэ

Kitapta geçtiği hali

еуэн (йоуэ) неперех. гл. 1. ударять, бить, колотить кого-л. / Зыгуэрым удын едзын. * Зырамыкур щхьэукъуэу {ефэндфым} щилъагъум, чы кӀыхымкӀэ абы и щхьэфэм еуащ. Т. Хь. Вым нэмысыр гуфэм йоуэ. (погов.) ГъущӀыр плъа щӀыкӀэ еуэ. (погов.) 2. биться обо что-л. / Жьэхэуэн, еуэлӀэн. * Тенджызым и толъкъун губжьахэр етауэ, ерыщу нэпкъым еуэрт. Ш. А. Бгым натӀэкӀэ еуэ. (погов.) 3. переносное играть (на каком-л. музыкальном инструменте) / Музыкальнэ Ӏэмэпсымэ гуэрым макъамэ къигъэкӀын. Пшынэ еуэн. Роялым еуэн. ШыкӀэпшынэ еуэн. Бэрэбан еуэн. 4. косить / ПыупщӀын, къэхын. Мэкъу еуэн. * Уеуэмэ мэкъущи, уемыуэмэ къурэщ. (погов.) 5. рубить (лес) / ПыупщӀын. Мэз еуэн. 6. жалить / Шэрэзыр хэукӀэу уӀэн. * Блэ зэуар аркъэным щощтэ. (погов.) Уэ блэ къоуамэ, сэ бэдж къызэуащ. (погов.) 7. переносное стрелять в кого-что-л. / ӀэщэкӀэ зыгуэрым удын едзын. ЩакӀуэр мэз джэд лъэтам еуащ. * И кӀэрахъуэр къысхурехри Блимышэхыу ар къызоуэ. фольк. Бадзэ еуэн см. бадзэ. {И} гу еуэн см. гу II. Еуэу ежьэжын смыться, смотать удочки. Еуи тӀысыж ничего не поделаешь. Лъы еуэн см. лъы. НэкӀэ еуэн см. нэ. Пхъэпс еуэн см. пхъэпс. Сабэ еуэн см. сабэ. Телефон еуэн см. телефон. Тхъу еуэн см. тхъу. ХьэпӀацӀэ еуэн см. хьэпӀацӀэ. ЩӀыӀэ еуэкӀын см. щӀыӀэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(йоуэ)

1. Зыгуэрым удын едзын, укӀын, убэрэжьын.

Мэл щхьэзэ хэтмэ, къыхэдзи унафэ тещӀыхь, сэкъатри лъэныкъуэ егъэз, хьэ къыхыхьауэ захигъэгъуащэрэ – еуи укӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541

+2 örnek

ДурэшплӀэрэшым удэплъэрэ узыхуей хьэкӀэкхъуэкӀэ къэбукӀынумэ, тетӀысхьэ лъагапӀэми, ягъашхэурэ еса хьэкӀэкхъуэкӀэр я шхэгъуэр къызэрысу шхалъэм къокӀуалӀэри, нэхъ уигу ирихьыр еуи къэукӀ.— Лъапсэ, 71

Мауэр щӀалэр и гур гъущӀэу, Зэ зэреуэу щхьэ пиупщӀыр Мывэ ину псынщӀэу мэжыр, А иныжьри хущӀогъуэжыр, Щхьэ етӀуанэр мэхъур мафӀэ, КъыкӀэлъыкӀуэр псым щӀелъафэ, Щхьэ еплӀанэр ехьыр благъуэм, Елбэздыкъуэ игъэщӀагъуэу, Къыпегъэхур щхьэ етхуанэр, Иныжь ябгэр къогъынанэ.— Елбэздыкъуэ, 21

2. Зыгуэрым зыгуэр къыхэпщӀыкӀын уи мураду куэдрэ теуӀуэн.

Дадэ гъущӀ гъэплъар мафӀэм къыхипхъуэтурэ сыджым трелъхьэ, тӀуэ-щэ фӀэкӀа емыуэу. ГъущӀым мафӀэр къыпылъэлъу, и кӀапэ лъэныкъуэр ӀэдэкӀэ иӀыгъыу, зэм нал ещӀ, зэм гъубжэ, зэми лъахъш е къитхъыдзэ.— Лъапсэ, 100

+1 örnek

Бдзыр къыӀуигуами мывалъэм, УадэмкӀэ еуэ, си къуэш.— Индийскэ поэмэ, 363

3. Музыкальнэ Ӏэмэпсымэ гуэрым макъамэ къигъэкӀын.

Фитоныр ХьэтӀохъущокъуэ садым къыщилъадэм, музыкауэхэр, къэпӀейтеяуэ, зэхэувэри музыкэм еуэу щӀадзащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 125

+1 örnek

Бэлацэжьыр къытехьауэ ХетӀэ-хесэ ислъэмей, – И гум пшынэр ирихьауэ Мэзым мыщэр щыдолъей, Бажэр йоуэ ислъэмей: – Ӏэпэ пшынэр маджэ, Ӏэджи къызогъэкӀ, Си мыщэжьу бзаджэ, Къомыгъанэ плъэкӀ.— Бажэ пшынэ, 6

4. ӀэщэкӀэ зыгуэрым удын едзын. –378.

Зэгуэр Кургъуокъуэрэ Къасботрэ хьэ зэпаубыдри зэфӀэнащ, абы къыхэкӀыу Кургъуокъуэр еуэри фочкӀэ и гъунэгъу Къасботыр иукӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575

+1 örnek

ЗыкъэзыӀэтауэ диным икӀа къомым мэжджытыщӀэм щӀэзу щӀагуэщ цӀыхубзымрэ сабиймрэ, топыр пщӀантӀэм дагъэлъадэщ, пулеметри азэн джапӀэм трагъэувэжри, пащтыхьым и унэр уи ӀэмыщӀэм илъым хуэдэу плъагъурти, уеуэнумэ, къеблагъэ.— Кхъэлэгъунэ, 377

5. Удз пыупщӀын, къэхын.

Мэкъу щыпаупщӀкӀэ, йоуэр удзым, Къэрэкъурэр къранэж.— Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр. «Вагъуэ махуэ», 93

6. Зыгъэдэхэн, сэхусэплъ зыхэлъхьэн.

ЛэтӀифэ и нэкӀу къитӀэтӀыкӀам сызэреплъу ар си гум къэкӀащ, и нэкӀущхьитӀ сэхусэплъ зэуам мафӀэ къащӀэнэ хуэдэт.— Лъапсэ, 25

7. Ежьэжыным къыхуеджэн.

[Елдар:] Неуэ псынщӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 140

Deyimler (3)

[и] бгъэм еуэжын

Еплъ: бгъэ

телефон еуэн

Еплъ: телефон

[и] щхьэм бжьэ еуа хуэдэу

Еплъ: щхьэ

Kitapta geçtiği hali

ЕУЭН (йоуэ) лъэмыӀ. (141). 1. (73). Зыгуэрым удын едзын, укӀын, убэрэжьын. Мэл щхьэзэ хэтмэ, къыхэдзи унафэ тещӀыхь, сэкъатри лъэныкъуэ егъэз, хьэ къыхыхьауэ захигъэгъуащэрэ – еуи укӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541. ДурэшплӀэрэшым удэплъэрэ узыхуей хьэкӀэкхъуэкӀэ къэбукӀынумэ, тетӀысхьэ лъагапӀэми, ягъашхэурэ еса хьэкӀэкхъуэкӀэр я шхэгъуэр къызэрысу шхалъэм къокӀуалӀэри, нэхъ уигу ирихьыр еуи къэукӀ. Лъапсэ, 71. Мауэр щӀалэр и гур гъущӀэу, Зэ зэреуэу щхьэ пиупщӀыр Мывэ ину псынщӀэу мэжыр, А иныжьри хущӀогъуэжыр, Щхьэ етӀуанэр мэхъур мафӀэ, КъыкӀэлъыкӀуэр псым щӀелъафэ, Щхьэ еплӀанэр ехьыр благъуэм, Елбэздыкъуэ игъэщӀагъуэу, Къыпегъэхур щхьэ етхуанэр, Иныжь ябгэр къогъынанэ. «Елбэздыкъуэ», 21. 2. (8). Зыгуэрым зыгуэр къыхэпщӀыкӀын уи мураду куэдрэ теуӀуэн. Дадэ гъущӀ гъэплъар мафӀэм къыхипхъуэтурэ сыджым трелъхьэ, тӀуэ-щэ фӀэкӀа емыуэу. ГъущӀым мафӀэр къыпылъэлъу, и кӀапэ лъэныкъуэр ӀэдэкӀэ иӀыгъыу, зэм нал ещӀ, зэм гъубжэ, зэми лъахъш е къитхъыдзэ. Лъапсэ, 100. Бдзыр къыӀуигуами мывалъэм, УадэмкӀэ еуэ, си къуэш. «Индийскэ поэмэ», 363. 3. (44). Музыкальнэ Ӏэмэпсымэ гуэрым макъамэ къигъэкӀын. Фитоныр ХьэтӀохъущокъуэ садым къыщилъадэм, музыкауэхэр, къэпӀейтеяуэ, зэхэувэри музыкэм еуэу щӀадзащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 125. Бэлацэжьыр къытехьауэ ХетӀэ-хесэ ислъэмей, – И гум пшынэр ирихьауэ Мэзым мыщэр щыдолъей, Бажэр йоуэ ислъэмей: – Ӏэпэ пшынэр маджэ, Ӏэджи къызогъэкӀ, Си мыщэжьу бзаджэ, Къомыгъанэ плъэкӀ. «Бажэ пшынэ», 6. 4. (12). ӀэщэкӀэ зыгуэрым удын едзын. Зэгуэр Кургъуокъуэрэ Къасботрэ хьэ зэпаубыдри зэфӀэнащ, абы къыхэкӀыу Кургъуокъуэр еуэри фочкӀэ и гъунэгъу Къасботыр иукӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575. ЗыкъэзыӀэтауэ диным икӀа къомым мэжджытыщӀэм щӀэзу щӀагуэщ цӀыхубзымрэ сабиймрэ, топыр пщӀантӀэм дагъэлъадэщ, пулеметри азэн джапӀэм трагъэувэжри, пащтыхьым и унэр уи ӀэмыщӀэм илъым хуэдэу плъагъурти, уеуэнумэ, къеблагъэ. Кхъэлэгъунэ, 377–378. 5. (1). Удз пыупщӀын, къэхын. Мэкъу щыпаупщӀкӀэ, йоуэр удзым, Къэрэкъурэр къранэж. Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр. «Вагъуэ махуэ», 93. 6. (1). зэхь. Зыгъэдэхэн, сэхусэплъ зыхэлъхьэн. ЛэтӀифэ и нэкӀу къитӀэтӀыкӀам сызэреплъу ар си гум къэкӀащ, и нэкӀущхьитӀ сэхусэплъ зэуам мафӀэ къащӀэнэ хуэдэт. Лъапсэ, 25. 7. (2). зэхь. Ежьэжыным къыхуеджэн. [Елдар:] Неуэ псынщӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 140. ◊ [И] бгъэм еуэжын (1). Еплъ бгъэ II. Телефон еуэн (2). Еплъ телефон. [И] щхьэм бжьэ еуа хуэдэу (4). Еплъ щхьэ I.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

çalmak ekleştirmek vole vurmak

Düzeltme Öner

еуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.