сабэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
сабэ/сапэ; TOZ
сапэ/сабэ; TOZ
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Хьэуам хэт е зыгуэрым трищӀа фӀей щащэ.
рупыль
Махуэр хуабэ бзаджэу, сабэм щӀигъэнауэ зы шу гуп къакӀуэу илъэгъуащ Хъуэжэ.— Хъуэжэ и таурыхъыщэ
Bu maddedeki ifadeler (14)
сабэ дэпхъеин
рурвать и метать (букв. швырять в небо пыль).
сабэ дрегъэхуеин
сабэ къэӀэтын
сабэ еуэн
рувытряхивать, выколачивать пыль.
Лу сабэ еуэри .. мывэжьым тетӀысхьащ.— КӀыщокъуэ Алим
сабэ ирегъэхэн
руразнести в пух и прах, взорвать.
10 ifade daha
сабэ кърегъэхын
сабэ ирегъэхэн
{КӀуэрыгъуэт:} Иджы хъунщ си Ӏуэхур, япэ унэм къыщыщӀыхьэжым сеуэнщи {Гуащэм} сабэ кърезгъэхынщ.— Япэу лъэбакъуэ зычахэр
сабэ къэӀэтын
руподнимать пыль, пылить.
сабэ къыхегъэхын
сабэ ирегъэхэн
сабэ тремыгъэхьэн
русодержать что-л. в чистоте.
сабэ трищӀэн
рупокрыться пылью (о поверхности чего-л.).
сабэм иуэн
рупропылиться.
сабэр гъэтӀысын
руприбить пыль.
сабэр игъэхэн
сабэ ирегъэхэн
сабэр къищэщын
рубыть покрытой пылью (о сухой земле).
сабэр къыхегъэхын
сабэ ирегъэхэн
Дыгъуу къэдубыдым сабэр къыхедгъэхынщ.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
сабэ пыль / Хьэуам хэт е зыгуэрым трищӀа фӀей щащэ. * Махуэр хуабэ бзаджэу, сабэм щӀигъэнауэ зы шу гуп къакӀуэу илъэгъуащ Хъуэжэ. Хъу. и таур. Сабэ дэпхъеин рвать и метать (букв. швырять в небо пыль). Сабэ дрегъэхуеин = сабэ къэӀэтын. Сабэ еуэн вытряхивать, выколачивать пыль. * Лу сабэ еуэри .. мывэжьым тетӀысхьащ. КӀ. А. Сабэ ирегъэхэн разнести в пух и прах, взорвать. Сабэ кърегъэхын = сабэ ирегъэхэн. * {КӀуэрыгъуэт:} Иджы хъунщ си Ӏуэхур, япэ унэм къыщыщӀыхьэжым сеуэнщи {Гуащэм} сабэ кърезгъэхынщ. Япэу лъ. з. Сабэ къэӀэтын поднимать пыль, пылить. Сабэ къыхегъэхын = сабэ ирегъэхэн. Сабэ тремыгъэхьэн содержать что-л. в чистоте. Сабэ трищӀэн покрыться пылью (о поверхности чего-л.). Сабэм иуэн пропылиться. Сабэр гъэтӀысын прибить пыль. Сабэр игъэхэн = сабэ ирегъэхэн. Сабэр къищэщын быть покрытой пылью (о сухой земле). Сабэр къыхегъэхын = сабэ ирегъэхэн. * Дыгъуу къэдубыдым сабэр къыхедгъэхынщ. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Хьэуам хэт е зыгуэрым трищӀа фӀей щащэ.
Сабэр пшагъуэ гуэрэну къалэм щхьэщытт.— Нал къута, 280
+2 örnek
Пщыхьэщхьэ хъурэ Ӏэхъуэр къыдыхьэжмэ, я шкӀэ цӀыкӀухэм хуэзэша жэмхэм бууэ къыщӀадзэрт, ахэр куэбжэм къэмысыж щӀыкӀэ уэрамым сабэр дэз хъурт, гу зырызи е нартыху бзий къашэу, е чырэ кӀуар къэкӀуэжауэ щхьэж и унэ екӀуэлӀэжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 270
Къалэр щхьэл шэрхъитӀым я зэхуакум дэхуауэ ехьэжыр жыпӀэнщ, сабэри Ӏугъуэри зэхыхьэжауэ.— Нал къута, 280
Deyimler (6)
сабэ дэпхъеин
Губжьын.
Псом хуэмыдэжу Долэт ар щызэхихым, щхьэкӀуэ къыщыхъури, сабэ дрипхъейуэ уэрамым къыдыхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 311
+2 örnek
[Гесиод Васэ жриӀэу:] Телджрам си фызым къыщыӀэрыхьэм, сабэ дрипхъейуэ къэнэнт?— Тепщэч къэзылъэтыхь, 162
ЛэтӀифэ еплъ: студенткэу щыщыта зэманым нэхъ дахэ уигъэлъыхъуэнт, арат дохутыру куэд дыдэрэ ямыгъэлажьэу къулыкъуфӀ къылъысауэ щӀыщытар, арщхьэкӀэ делагъэ куэдыщэ ӀэщӀэщӀыхьурэ къыщхьэщыжхэр щӀригъэгъуэжащ, нэхъыбэу зыхэтыр цӀыхухъу защӀэти, къыпылъ гуэрхэри къащыхэкӀым, и лӀым гу къылъитэри сабэр дрипхъейуэ хуежьащ, «уизгъэкӀыжынущ» жиӀэу.— Лъапсэ, 25
сабэ еуэн
ЗыутхыпщӀыжын, щыгъыным сабэр кӀэрыгъэщэщын.
Лу тӀэкӀу зызэпилъэщӀыхьыжщ, сабэ еуэри, бжэӀупэм деж щылъ щхьэл мывэжьым тетӀысхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 506
сабэр къыхегъэхын
УкӀын; хуэфащэ ещӀэн.
Дыгъурэ бэлшэвичу къытӀэщӀыхьэм сабэр къыхедгъэхынщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 88
+2 örnek
Долэт зыхимыщӀыкӀ щыӀэт: – Уэллахьи, уэбиллахьи, уэталлахьи, уагъэкъабзэ дэнэ къэна, сабэр къыпхрамыгъэхмэ, – жиӀэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 626
[Инал жиӀэу:] ПащӀэгъэлыгъуэм джэгу хэлъкъым: удигъусэ – накӀуэ, уигу дримыхьрэ – зыӀуегъэх е сабэр къыпхедгъэхынщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575
сабэр уафэм дэпхъеин
Къэгубжьын.
Апчарэ и гугъат дадэр гуфӀэнуи – дэнэт, Бекъан и губжьыр иджыри текӀакъым, сабэр уафэм дрепхъей.— Нал къута, 272
+1 örnek
Ботэх зыщӀэс классым и унафэщӀым щӀалэ цӀыкӀур щакӀуэ кӀуэхэм зыдашэ жаӀэу щызэхихым, сабэр уафэм дрипхъеящ, арыншами Ботэх «двойкэм» тесу зы классым къыщӀэкӀым, адрей классым макӀуэ жиӀэри.— Лъапсэ, 67
2 deyim daha
сабэм иуэн
Сабэ куэду кӀэрылъын.
Уешауэ, уелӀауэ, сабэм уиуауэ уахыхьэмэ, сытыфэ къыуаплъын?— Нал къута, 249
+2 örnek
Гъуэгу гъунэ удзыр мэгъагъэ, Сабэм иуащи, нэщхъейщ.— Гъуэгу гъунэ удзыр мэгъагъэ. «Батырыбжьэ», 43
Баш зыӀыгъым иӀыгъщ, зымыӀыгъри ещӀэкъуауэу, уӀэгъэр зэрыпха хъыданыр хьэлэчу сабэм иуауэ елъэф.— Нал къута, 211
Еплъ: сабэм щӀигъэнэн
сабэм щӀигъэнэн
Сабэ куэду кӀэрылъын.
Сабэм щӀигъэна унэри лӀы гъэшхари Апчарэ сымэ къызэранэкӀащ.— Нал къута, 270
Kitapta geçtiği hali
САБЭ (45). Хьэуам хэт е зыгуэрым трищӀа фӀей щащэ. Сабэр пшагъуэ гуэрэну къалэм щхьэщытт. Нал къута, 280. Пщыхьэщхьэ хъурэ Ӏэхъуэр къыдыхьэжмэ, я шкӀэ цӀыкӀухэм хуэзэша жэмхэм бууэ къыщӀадзэрт, ахэр куэбжэм къэмысыж щӀыкӀэ уэрамым сабэр дэз хъурт, гу зырызи е нартыху бзий къашэу, е чырэ кӀуар къэкӀуэжауэ щхьэж и унэ екӀуэлӀэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 270. Къалэр щхьэл шэрхъитӀым я зэхуакум дэхуауэ ехьэжыр жыпӀэнщ, сабэри Ӏугъуэри зэхыхьэжауэ. Нал къута, 280. ◊ Сабэ дэпхъеин (8). Губжьын. Псом хуэмыдэжу Долэт ар щызэхихым, щхьэкӀуэ къыщыхъури, сабэ дрипхъейуэ уэрамым къыдыхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 311. [Гесиод Васэ жриӀэу:] Телджрам си фызым къыщыӀэрыхьэм, сабэ дрипхъейуэ къэнэнт? Тепщэч къэзылъэтыхь, 162. ЛэтӀифэ еплъ: студенткэу щыщыта зэманым нэхъ дахэ уигъэлъыхъуэнт, арат дохутыру куэд дыдэрэ ямыгъэлажьэу къулыкъуфӀ къылъысауэ щӀыщытар, арщхьэкӀэ делагъэ куэдыщэ ӀэщӀэщӀыхьурэ къыщхьэщыжхэр щӀригъэгъуэжащ, нэхъыбэу зыхэтыр цӀыхухъу защӀэти, къыпылъ гуэрхэри къащыхэкӀым, и лӀым гу къылъитэри сабэр дрипхъейуэ хуежьащ, «уизгъэкӀыжынущ» жиӀэу. Лъапсэ, 25. Сабэ еуэн (1). ЗыутхыпщӀыжын, щыгъыным сабэр кӀэрыгъэщэщын. Лу тӀэкӀу зызэпилъэщӀыхьыжщ, сабэ еуэри, бжэӀупэм деж щылъ щхьэл мывэжьым тетӀысхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 506. Сабэр къыхегъэхын (6). УкӀын; хуэфащэ ещӀэн. Дыгъурэ бэлшэвичу къытӀэщӀыхьэм сабэр къыхедгъэхынщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 88. Долэт зыхимыщӀыкӀ щыӀэт: – Уэллахьи, уэбиллахьи, уэталлахьи, уагъэкъабзэ дэнэ къэна, сабэр къыпхрамыгъэхмэ, – жиӀэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 626. [Инал жиӀэу:] ПащӀэгъэлыгъуэм джэгу хэлъкъым: удигъусэ – накӀуэ, уигу дримыхьрэ – зыӀуегъэх е сабэр къыпхедгъэхынщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575. Сабэр уафэм дэпхъеин (2). Къэгубжьын. Апчарэ и гугъат дадэр гуфӀэнуи – дэнэт, Бекъан и губжьыр иджыри текӀакъым, сабэр уафэм дрепхъей. Нал къута, 272. Ботэх зыщӀэс классым и унафэщӀым щӀалэ цӀыкӀур щакӀуэ кӀуэхэм зыдашэ жаӀэу щызэхихым, сабэр уафэм дрипхъеящ, арыншами Ботэх «двойкэм» тесу зы классым къыщӀэкӀым, адрей классым макӀуэ жиӀэри. Лъапсэ, 67. Сабэм иуэн (7). Еплъ сабэм щӀигъэнэн. Сабэ куэду кӀэрылъын. Уешауэ, уелӀауэ, сабэм уиуауэ уахыхьэмэ, сытыфэ къыуаплъын? Нал къута, 249. Гъуэгу гъунэ удзыр мэгъагъэ, Сабэм иуащи, нэщхъейщ. Гъуэгу гъунэ удзыр мэгъагъэ. «Батырыбжьэ», 43. Баш зыӀыгъым иӀыгъщ, зымыӀыгъри ещӀэкъуауэу, уӀэгъэр зэрыпха хъыданыр хьэлэчу сабэм иуауэ елъэф. Нал къута, 211. Сабэм щӀигъэнэн (1). Сабэ куэду кӀэрылъын. Сабэм щӀигъэна унэри лӀы гъэшхари Апчарэ сымэ къызэранэкӀащ. Нал къута, 270.