щӀыӀэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
щӀыӀэ/чъыӀэ; SOĞUK
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
рухолод |(холодный. Хьэуа, дуней узыгъэпӀыщӀэ; зи температурэр лъахъшэ. ЩӀыӀэ егъэлея. Псы щӀыӀэ.
Bu maddedeki ifadeler (17)
гу щӀыӀэ
Еплъ: гу
щӀыӀэ дыхьэн
рузамерзнуть (о кончиках пальцев).
щӀыӀэ епхъуэн (къепхъуэн)
руподмерзнуть.
щӀыӀэ еуэкӀын (къеуэкӀын, къеуэн)
щӀыӀэ хыхьэн (къыхыхьэн), щӀыӀэм исын
13 ifade daha
щӀыӀэ еуэн (къеуэн)
щӀыӀэ епхъуэн
щӀыӀэ зэгъэуэкӀын
щӀыӀэ еуэкӀын
ЗэлӀзэфызым зы къуэ яӀэти дыгъэ зригъэуртэкъым, щӀыӀэ зригъэуэкӀыртэкъым, уэсэпсхэмыхьэт, ӀыхьэшхуэщӀэкъут.— ӀуэрыӀуатэ
щӀыӀэ зыхэгъэхьэн
щӀыӀэ хыхьэн
щӀыӀэ кӀуэцӀыхьэн
щӀыӀэ хыхьэн
щӀыӀэ техьэгъуэм иубыдын
руохватить ознобом.
щӀыӀэ хэгъэхьэн
рудать простудиться.
щӀыӀэ хыхьэн (къыхыхьэн)
рупростудиться.
щӀыӀэ худихун
рузнобить, лихорадить.
щӀыӀэм гъэдыкъын
руокоченеть от мороза.
щӀыӀэм идыкъын
щӀыӀэм игъэдыкъын
щӀыӀэм исын
рузамерзнуть.
щӀыӀэ уз
Ӏэпкълъэпкъым хыхьа щӀыӀэм къишэ уз.
рупростуда
Зы махуэ дэкӀауэ Мимэр {хъыджэбз цӀыкӀур} сымаджэ хъуащ, щӀыӀэ уз къеуалӀэри.— Япэу лъэбакъуэ зычахэр
Kitapta geçtiği hali
щӀыӀэ холод |(холодный. Хьэуа, дуней узыгъэпӀыщӀэ; зи температурэр лъахъшэ. ЩӀыӀэ егъэлея. Псы щӀыӀэ. Гу щӀыӀэ см. гу II. ЩӀыӀэ дыхьэн замерзнуть (о кончиках пальцев). ЩӀыӀэ епхъуэн (къепхъуэн) подмерзнуть. ЩӀыӀэ еуэкӀын (къеуэкӀын, къеуэн) 1) = щӀыӀэ хыхьэн (къыхыхьэн). 2) = щӀыӀэм исын. ЩӀыӀэ еуэн (къеуэн) = щӀыӀэ епхъуэн. ЩӀыӀэ зэгъэуэкӀын = щӀыӀэ еуэкӀын. * ЗэлӀзэфызым зы къуэ яӀэти дыгъэ зригъэуртэкъым, щӀыӀэ зригъэуэкӀыртэкъым, уэсэпсхэмыхьэт, ӀыхьэшхуэщӀэкъут. фольк. ЩӀыӀэ зыхэгъэхьэн = щӀыӀэ хыхьэн. ЩӀыӀэ кӀуэцӀыхьэн = щӀыӀэ хыхьэн. ЩӀыӀэ лӀэн мало-каб. = щӀыӀэм исын. ЩӀыӀэ техьэгъуэм иубыдын охватить ознобом. ЩӀыӀэ хэгъэхьэн дать простудиться. ЩӀыӀэ хыхьэн (къыхыхьэн) простудиться. ЩӀыӀэ худихун знобить, лихорадить. ЩӀыӀэм гъэдыкъын окоченеть от мороза. ЩӀыӀэм идыкъын = щӀыӀэм игъэдыкъын. ЩӀыӀэм исын замерзнуть. щӀыӀэ уз простуда / Ӏэпкълъэпкъым хыхьа щӀыӀэм къишэ уз. * Зы махуэ дэкӀауэ Мимэр {хъыджэбз цӀыкӀур} сымаджэ хъуащ, щӀыӀэ уз къеуалӀэри. Япэу лъ. з.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Хьэуа, дуней узыгъэпӀыщӀэ; зи температурэр лъахъшэ, хуэбагъэ зыщӀэмылъыж.
Удз гъэгъахэри къищыпу, Убзэрабзэу махуэ къэс, Псынэ щӀыӀэм нэху мыщыпэу Псыхьэ къокӀуэ зы хъыджэбз.— Псынэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 69
+2 örnek
Ди Ӏуащхьэмахуэм и напщӀэм Мыл къуапэ щӀыӀэм къыпыхухэу, ТкӀуэпсхэр чэзукӀэ бгы лъащӀэм КъыщӀожхэр псышхуэу, хужь дахэу.— Поэтым деж. «Шум и гъуэгу», 114
Нэбжьыц фӀыцӀэм ар къыпхыплъым, И нэм мафӀэр къыщохъуэпскӀ, Псэ зыӀути къытемыплъэу Псынэ щӀыӀэм зыщегъэпскӀ.— Псынэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 69
Deyimler (6)
щӀыӀэ лӀэн
Жыгей дакъэжьхэм, зэщӀэнауэ, ЩӀыӀэ хэт лӀами ягъэхуабэ— Жьэгу. «Батырыбжьэ», 35
+1 örnek
Сыту насыпышхуэт Лурэ Темботрэ а щӀалэ цӀыкӀу къомым яхэту еджэу щытатэмэ. Я фэм изу, я ныбэ изу, щӀыӀэ долӀэ жамыӀэу, ирагъаджэу, ирагъасэу!— Хъуэпсэгъуэ нур, 182
Еплъ: щӀыӀэм исын
щӀыӀэ хыхьэн
ЩӀыӀэ еуэлӀэн, щӀыӀагъэ Ӏэпкълъэпкъым еуэкӀын.
– Умыгузавэ, къэхъуа щыӀэкъым, щӀыӀэ схыхьа хъунщ, тӀэкӀу сыхэлъмэ, сыхъужынщ – Сэлимэ и анэм елъэӀуащ, и адэр къэкӀуэжмэ, зыри жримыӀэну, и пэшымкӀэ и псэр нихьэсыжыфа къудейуэ пэшыбжэм ӀункӀыбзэр къритри гъуэлъыжащ.— Лъапсэ, 27
+2 örnek
УпщӀэр тӀуащӀэу згъэтӀылъащ, щӀыӀэ зыхэзмыгъэхьэну; си щхьэнтэм илъыр бацэщ, тебзэ телъри къызыхадыкӀар умыщӀэжу зэхэуфӀеящ, бамейри щоур, зи бамэри къыпхуэщӀэнукъым.— МелыӀыч, 457
[Авторым, шоферым хуэгъэзауэ:] – Си фӀэщ хъуркъым щӀыӀэ тхьэмыхьауэ…— МелыӀыч, 437
щӀыӀэм игъэдыкъын
Ахэр [Кулисум, Хъуцэ, Барэсбий] абы хуэдизкӀэ ӀэпцӀанэ-лъэпцӀанэщи, зыдэкӀуэм нэмысу щӀыӀэм игъэдыкъынт.— Нэгъуху, 33
+1 örnek
ПсынщӀэу интернатым сынэсыжащэрэт, жысӀэу си алащэм сыкъеуэу къыщызгъэзэжым, зэщӀэгъуагэ къомым ящыщ гуэрхэр къэджащ, си бошкӀэм псы къыриутхыкӀу фызхэм щалъагъум: «А тӀыкӀуэ, а зи уз кӀуэдын, псы тӀэкӀу мыгъуэ дегъафэт». КъэзгъэувыӀэщ сишри, бошкӀэм сыкъелъэри къызэлъэӀуа фызым и шейнакъым псы хуизгъэлъадэу щалъагъум, нэгъуэщӀхэри къэсащ: щӀыӀэм игъэдыкъауэ щӀалэ цӀыкӀуи, фызи, хъыджэбз цӀыкӀуи.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 520
Еплъ: щӀыӀэм исын
2 deyim daha
щӀыӀэм исын
ЩӀыӀэр зыгуэрым егуэуэн.
Гуэщыжь мафӀэ ныкъуэсым бжэ хуэдэу набжэ Ӏулъыр къыӀуахри, тутнакъэщым щӀэсхэр къыщӀашащ, щӀыӀэм земыкӀуэжыфу исауэ, я Ӏэри я лъакъуэри къадэмыбзэжу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 292
+1 örnek
Уи щхьэ закъуэу щӀыӀэм уисым, МафӀэр, тетыр, фызыр хъуащ гъунэгъу— Уи щхьэ закъуэу упӀыщӀамэ… Батырыбжьэ, 135
щӀыӀэм иукӀын
[ЩӀалэгъуалэхэм:] – Уа, молэм дзажэпкъ ящӀащ. Я ныбэм щэ телъыр телъу щӀыӀэм иукӀынкъым, – жаӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 648
Еплъ: щӀыӀэм исын
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЫӀЭ (71). Хьэуа, дуней узыгъэпӀыщӀэ; зи температурэр лъахъшэ, хуэбагъэ зыщӀэмылъыж. Удз гъэгъахэри къищыпу, Убзэрабзэу махуэ къэс, Псынэ щӀыӀэм нэху мыщыпэу Псыхьэ къокӀуэ зы хъыджэбз. Псынэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 69. Ди Ӏуащхьэмахуэм и напщӀэм Мыл къуапэ щӀыӀэм къыпыхухэу, ТкӀуэпсхэр чэзукӀэ бгы лъащӀэм КъыщӀожхэр псышхуэу, хужь дахэу. Поэтым деж. «Шум и гъуэгу», 114. Нэбжьыц фӀыцӀэм ар къыпхыплъым, И нэм мафӀэр къыщохъуэпскӀ, Псэ зыӀути къытемыплъэу Псынэ щӀыӀэм зыщегъэпскӀ. Псынэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 69. ◊ ЩӀыӀэ лӀэн (2). Еплъ щӀыӀэм исын. Жыгей дакъэжьхэм, зэщӀэнауэ, ЩӀыӀэ хэт лӀами ягъэхуабэ. Жьэгу. «Батырыбжьэ», 35. Сыту насыпышхуэт Лурэ Темботрэ а щӀалэ цӀыкӀу къомым яхэту еджэу щытатэмэ. Я фэм изу, я ныбэ изу, щӀыӀэ долӀэ жамыӀэу, ирагъаджэу, ирагъасэу! Хъуэпсэгъуэ нур, 182. ЩӀыӀэ пӀыщӀэн (1). Еплъ щӀыӀэм исын. ЩӀыӀэ пӀыщӀа шкӀащӀэ цӀыкӀухэр зэщӀогъуагэ. Щынэхужьыкъуэ, 54. ЩӀыӀэ хыхьэн (9). ЩӀыӀэ еуэлӀэн, щӀыӀагъэ Ӏэпкълъэпкъым еуэкӀын. – Умыгузавэ, къэхъуа щыӀэкъым, щӀыӀэ схыхьа хъунщ, тӀэкӀу сыхэлъмэ, сыхъужынщ – Сэлимэ и анэм елъэӀуащ, и адэр къэкӀуэжмэ, зыри жримыӀэну, и пэшымкӀэ и псэр нихьэсыжыфа къудейуэ пэшыбжэм ӀункӀыбзэр къритри гъуэлъыжащ. Лъапсэ, 27. УпщӀэр тӀуащӀэу згъэтӀылъащ, щӀыӀэ зыхэзмыгъэхьэну; си щхьэнтэм илъыр бацэщ, тебзэ телъри къызыхадыкӀар умыщӀэжу зэхэуфӀеящ, бамейри щоур, зи бамэри къыпхуэщӀэнукъым. МелыӀыч, 457. [Авторым, шоферым хуэгъэзауэ:] – Си фӀэщ хъуркъым щӀыӀэ тхьэмыхьауэ… МелыӀыч, 437. ЩӀыӀэм игъэдыкъын (2). Еплъ щӀыӀэм исын. Ахэр [Кулисум, Хъуцэ, Барэсбий] абы хуэдизкӀэ ӀэпцӀанэ-лъэпцӀанэщи, зыдэкӀуэм нэмысу щӀыӀэм игъэдыкъынт. Нэгъуху, 33. ПсынщӀэу интернатым сынэсыжащэрэт, жысӀэу си алащэм сыкъеуэу къыщызгъэзэжым, зэщӀэгъуагэ къомым ящыщ гуэрхэр къэджащ, си бошкӀэм псы къыриутхыкӀу фызхэм щалъагъум: «А тӀыкӀуэ, а зи уз кӀуэдын, псы тӀэкӀу мыгъуэ дегъафэт». КъэзгъэувыӀэщ сишри, бошкӀэм сыкъелъэри къызэлъэӀуа фызым и шейнакъым псы хуизгъэлъадэу щалъагъум, нэгъуэщӀхэри къэсащ: щӀыӀэм игъэдыкъауэ щӀалэ цӀыкӀуи, фызи, хъыджэбз цӀыкӀуи. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 520. ЩӀыӀэм исын (5). ЩӀыӀэр зыгуэрым егуэуэн. Гуэщыжь мафӀэ ныкъуэсым бжэ хуэдэу набжэ Ӏулъыр къыӀуахри, тутнакъэщым щӀэсхэр къыщӀашащ, щӀыӀэм земыкӀуэжыфу исауэ, я Ӏэри я лъакъуэри къадэмыбзэжу. Хъуэпсэгъуэ нур, 292. Уи щхьэ закъуэу щӀыӀэм уисым, МафӀэр, тетыр, фызыр хъуащ гъунэгъу. Уи щхьэ закъуэу упӀыщӀамэ… «Батырыбжьэ», 135. ЩӀыӀэм иукӀын (1). Еплъ щӀыӀэм исын. [ЩӀалэгъуалэхэм:] – Уа, молэм дзажэпкъ ящӀащ. Я ныбэм щэ телъыр телъу щӀыӀэм иукӀынкъым, – жаӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 648.