текӀын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(токӀ)

1. ТебэкъукӀын, текӀуэтын, теӀэпхъукӀын, зыгуэрым и щхьэфэр, и щӀыӀур бгынэн.

русойти откуда-л., переместиться с одного места на другое, свернуть в сторону, уйти откуда-л.

Шухэр гъуэгушхуэм токӀри мэз лъагъуэ тохьэ.— Шортэн Аскэрбий

2. ТекӀуэдыкӀын, темылъыж хъун (ткӀууэ, теукъуеикӀыу, техууэ, н. къ.).

русойти с чего-л. (напр. о снеге, краске и т. п.), растаяв, слиняв, отпав и т. п.

Уэсыр текӀащ. Жылэ гъэщӀытам и фэр текӀыгъуафӀэу токӀ.

3. ДэкӀын (зэман).

рупройти (о времени)

Дакъикъэ зыбжанэ текӀри, мэлыхъуэ унэр даущыншэ хъужащ.— Черкес таурыхъхэр

+1 örnek

Абы лъандэрэ илъэс мащӀэ текӀакъым.— Черкес таурыхъхэр

4. Къулыкъур утӀыпщын, лэжьапӀэм ӀукӀыжын.

рууйти с должности, покинуть пост, уволиться

И къулыкъум текӀыну {щӀалэм} и пщӀыхьэпӀэ къыхэхуэртэкъым.— Къэбэрдей

Bu maddedeki ifadeler (3)

дагъэ текӀын

руНапэр текӀын см. напэ. Нэхъуей текӀауэ см. нэхъуей. И псалъэм текӀын см. псалъэ. ТекӀ имыӀэу бессменно, постоянно.

Еплъ: дагъэ. напэр текӀын, напэ. нэхъуей текӀауэ, нэхъуей. и псалъэм текӀын, псалъэ. текӀ имыӀэу

хьэлым текӀын

Еплъ: хьэл

и "шейтӀаныр" текӀауэ

Еплъ: шейтӀан

Kitapta geçtiği hali

текӀын (токӀ) неперех. гл. 1. сойти откуда-л., переместиться с одного места на другое, свернуть в сторону, уйти откуда-л. / ТебэкъукӀын, текӀуэтын, теӀэпхъукӀын, зыгуэрым и щхьэфэр, и щӀыӀур бгынэн. * Шухэр гъуэгушхуэм токӀри мэз лъагъуэ тохьэ. Ш. А. 2. сойти с чего-л. (напр. о снеге, краске и т. п.), растаяв, слиняв, отпав и т. п. / ТекӀуэдыкӀын, темылъыж хъун (ткӀууэ, теукъуеикӀыу, техууэ, н. къ.). Уэсыр текӀащ. Жылэ гъэщӀытам и фэр текӀыгъуафӀэу токӀ. 3. к.-з. пройти (о времени) / ДэкӀын (зэман). * Дакъикъэ зыбжанэ текӀри, мэлыхъуэ унэр даущыншэ хъужащ. Черк. таур. Абы лъандэрэ илъэс мащӀэ текӀакъым. Черк. таур. 4. переносное уйти с должности, покинуть пост, уволиться / Къулыкъур утӀыпщын, лэжьапӀэм ӀукӀыжын. * И къулыкъум текӀыну {щӀалэм} и пщӀыхьэпӀэ къыхэхуэртэкъым. Къэб. Дагъэ текӀын см. дагъэ. Напэр текӀын см. напэ. Нэхъуей текӀауэ см. нэхъуей. И псалъэм текӀын см. псалъэ. ТекӀ имыӀэу бессменно, постоянно. Хьэлым текӀын см. хьэл. И "шейтӀаныр" текӀауэ см. шейтӀан.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(токӀ)

Зыгуэрым текӀуэтын.

Сызыхуэмызэн сыхуэмызащэрэт, жиӀэри Локотош гъуэгушхуэм текӀри гъуэгу цӀыкӀу гуэркӀэ губгъуэм илъэдащ.— Нал къута, 247

+2 örnek

Шэнт ар зытесым текӀыну Нарт и къарури мащӀащэщ.— Адэ, 134

Бийм зишхыхьыжырт, къэгубжьат, Зытес лъэгапӀэм зи темыкӀт.— Нып. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 21

2. ӀукӀын зыщӀыпӀэ деж, п.п. автобусыр ӀукӀыпӀэм.

Билетри къэпщэхуащ, гъуэгу утетщ, уи автобусыр пщыхьэщхьэр аращ щытекӀыр.— Лъапсэ, 8

+1 örnek

ИкӀэм-икӀэжым, дадэм хуэмышэчу зихуэпэжри нэхулъэ къыщищӀ дыдэм фэтэрым къыщӀэкӀуэсыкӀыжри макӀуэ-мэлъей, автостанцым къэсащ, япэ текӀ автобусым къитӀысхьэну— КӀапсэ кӀапэ, 17

Deyimler (8)

текӀ имыӀэу

Зы щӀыпӀэм ит зэпыту.

Гъуэгущхьиблыр щызэхэкӀым ТекӀ имыӀэу зыщаплъыхь, Мес Хьэрамэу нарт Ӏуащхьэжьым Жьыбгъэ щӀыӀэр щхьэпрокӀ, ЗекӀуэ кӀуауэ Ашэмэзым Къигъэзауи ямылъагъу. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 415

гуэныхьыр текӀын

Еплъ: гуэныхь

губжьыр текӀын

Еплъ: губжь

гъуэгу захуэм текӀын

Еплъ: гъуэгу

4 deyim daha

жиӀэм темыкӀын

Еплъ: жыӀэн

мурадым темыкӀын

Еплъ: мурад

[и] напэр текӀын

Еплъ: напэ

пшагъуэр текӀын

Еплъ: пшагъуэ

Kitapta geçtiği hali

ТЕКӀЫН (токӀ) лъэмыӀ. (37). Зыгуэрым текӀуэтын. Сызыхуэмызэн сыхуэмызащэрэт, жиӀэри Локотош гъуэгушхуэм текӀри гъуэгу цӀыкӀу гуэркӀэ губгъуэм илъэдащ. Нал къута, 247. Шэнт ар зытесым текӀыну Нарт и къарури мащӀащэщ. «Адэ», 134. Бийм зишхыхьыжырт, къэгубжьат, Зытес лъэгапӀэм зи темыкӀт. Нып. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 21. 2. (2). ӀукӀын зыщӀыпӀэ деж, п.п. автобусыр ӀукӀыпӀэм. Билетри къэпщэхуащ, гъуэгу утетщ, уи автобусыр пщыхьэщхьэр аращ щытекӀыр. Лъапсэ, 8. ИкӀэм-икӀэжым, дадэм хуэмышэчу зихуэпэжри нэхулъэ къыщищӀ дыдэм фэтэрым къыщӀэкӀуэсыкӀыжри макӀуэ-мэлъей, автостанцым къэсащ, япэ текӀ автобусым къитӀысхьэну. КӀапсэ кӀапэ, 17. ◊ ТекӀ имыӀэу (1). Зы щӀыпӀэм ит зэпыту. Гъуэгущхьиблыр щызэхэкӀым ТекӀ имыӀэу зыщаплъыхь, Мес Хьэрамэу нарт Ӏуащхьэжьым Жьыбгъэ щӀыӀэр щхьэпрокӀ, ЗекӀуэ кӀуауэ Ашэмэзым Къигъэзауи ямылъагъу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 415. Гуэныхьыр текӀын (1). Еплъ гуэныхь. Губжьыр текӀын (2). Еплъ губжь. Гъуэгу захуэм текӀын (1). Еплъ гъуэгу. ЖиӀэм темыкӀын (3). Еплъ жыӀэн. Мурадым темыкӀын (2). Еплъ мурад II. [И] напэр текӀын (6). Еплъ напэ I. Пшагъуэр текӀын (1). Еплъ пшагъуэ.

Düzeltme Öner

текӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.