губжь
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
губжь/губж, губжыгъэягъ/хъыжьагъэ; HİDDE, HINÇ, ÖFKE
губж/губжь, губжыгъэягъ/хъыжьагъэ, гужъ/гужь, гухьагужъ/гужьгъэжь, ГНЕВ, ЯРОСТЬ; HİDDET, HINÇ
губж/губжь, фэгубж/хуэгубжь, ГУПЛЪ, гуфэплъ, зэгуэп, хузэгуэп, губгъэн; İÇERLEME
губжь → губж; İÇERLEME
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: губж
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Хуабжьу узэрызэгуэпам, узэрыбэмпӀам къыуит щытыкӀэ.
ругнев
Ар дауэ хъун, зиунагъуэрэ? - нэхъри нэхъ зэтежащ ефэндым и Ӏупэ пӀащӀэр, ауэ а гуфӀэкӀэм губжь къызэрыхэкӀынур и нэ закъуэм къиӀуатэу.— Шортэн Аскэрбий
Bu maddedeki ifadeler (5)
губжь тегъэщэхэн
{и} губжьыр текъутэн
А зыр {абрэджу щыщытам зэрыригъэубыдар} ирикъуни Жыраслъэн и губжь Тинэ тригъэщэхэну.— КӀыщокъуэ Алим
губжьыр гъэтӀысын
руунять гнев.
{и} губжьыр текъутэн (телъхьэн)
руобрушить гнев на кого-л.
Хьэм и губжьыр кхъуэм трелъхьэ.— Псалъэжьхэр
губжьыр теун
рууспокоиться, перестать злиться, сердиться, гневаться.
И губжьыр нэхъ теуа иужь, Аслъэнджэрий езым и гъуэлъэгъу Алий цӀыкӀур къызэримыгъэушыным хуэсакъыу гъуэлъыжащ. Къ. М.
{и} губжьыр тӀысын
губжьыр теун
Kitapta geçtiği hali
губжь гнев / Хуабжьу узэрызэгуэпам, узэрыбэмпӀам къыуит щытыкӀэ. * Ар дауэ хъун, зиунагъуэрэ? - нэхъри нэхъ зэтежащ ефэндым и Ӏупэ пӀащӀэр, ауэ а гуфӀэкӀэм губжь къызэрыхэкӀынур и нэ закъуэм къиӀуатэу. Ш. А. Губжь тегъэщэхэн = {и} губжьыр текъутэн. * А зыр {абрэджу щыщытам зэрыригъэубыдар} ирикъуни Жыраслъэн и губжь Тинэ тригъэщэхэну. КӀ. А. Губжьыр гъэтӀысын унять гнев. {И} губжьыр текъутэн (телъхьэн) обрушить гнев на кого-л. * Хьэм и губжьыр кхъуэм трелъхьэ. (погов.) Губжьыр теун успокоиться, перестать злиться, сердиться, гневаться. И губжьыр нэхъ теуа иужь, Аслъэнджэрий езым и гъуэлъэгъу Алий цӀыкӀур къызэримыгъэушыным хуэсакъыу гъуэлъыжащ. Къ. М. {И} губжьыр тӀысын = губжьыр теун.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Хуабжьу узэрызэгуэпам, узэрыбэмпӀам къуит щытыкӀэ. –419.
Пщым и губжьыр щыгъупщэну Щхьэ насыпыр къеуэлӀа, Ар гуфӀэгъуэм хуэусэну АпхуэдизкӀэ ехъулӀа?— Бдзэжьеящэм ипхъу, 153
+2 örnek
ЛӀыжьхэр иджыри тӀэкӀу хъущӀащ, езыр-езыру зыгуэрхэри зэжраӀащ, арзхьэкӀэ, абыхэм я губжьым бжьэщхьэӀум унигъэсынутэкъыми, щагъэтыжащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670
Шу щӀэпхъуэжами кӀэлъыплъу ТхьэӀухуд ябгэр мэшхыдэ, ЦӀыхубз гу Ӏэлыр мэятэр, И Ӏэр иӀуэту и губжьыр Нартыжь я Ӏэхъуэм ныхуехьыр, И щхьэм мыгъуагъэ хуихьыжу И губжьыр хуэму тоужыр, Мазэ къэсыхукӀэ дахагъэм Къригъэблыжми мыгуфӀэу.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 418
Deyimler (9)
губжьыр текӀыжын
Губжьыр, зэгуэпыр, бампӀэр щхьэщыкӀыжын, зэпӀэзэрыт хъужын.
Жэщыр нэхущ хъухукӀэ Дзэшу жейм емызэгъыу зигъэджэрэзу, папщэу хэлъащ, мызэ-мытӀэуи къэтэджурэ зиущэхуауэ щхьэгъубжэмкӀэ дэплъурэ щыта щхьэкӀэ, и губжьыр текӀыжыртэкъым.— КӀапсэ кӀапэ, 17
губжьыр текӀын
Губжьыр, зэгуэпыр, бампӀэр щхьэщыкӀын, гур мамыр хъужын, зигъэпсэхужын.
Бекъан и губжьыр текӀри къэгузэвэжащ: – ЛӀо, сынопыджамэ?— Къалэн, 432
+1 örnek
Апчарэ и гугъат дадэр гуфӀэнуи – дэнэт, Бекъан и губжьыр иджыри текӀакъыми, сабэр уафэм дрепхъей.— Нал къута, 272
губжьым къызэтричын
БампӀэр, зэгуэпыр хуэмышэчыжу хуабжьу къэлыбын.
Дзэшу жиӀэн имыгъуэтыжу жэмым кӀэлъыкӀуэу уэрамым дыхьащ, губжьым къызэтричу.— КӀапсэ кӀапэ, 18
губжьыр пкърыкӀыжын
Къэгубжьыщати, и губжьыр щыпкърыкӀыжынум пэплъэу къыщӀэкӀынт, сэ къызэпсэлъэн щхьэкӀэ— МелыӀыч, 473
Еплъ: губжьыр текӀыжын
5 deyim daha
губжьым зэщӀикъузэн
Губжьым, бампӀэм зэщӀиӀыгъэн.
КъыщӀегъэкӀыр и нэм Ӏугъуэр, Ӏупэ пшэрыр щӀокӀэзызэ, ПащӀэ кӀыхьыр егъэлыгъуэ, Губжьу иӀэм зэщӀикъузэу.— Тисей, 507
губжьыр щхьэщыкӀын
Губжьыр текӀын.
Елдар, и губжьыр щхьэщыкӀ хуэдэ хъуати, и фэр нэхъ къихьэжащ, арщхьэкӀэ Дисэхэ я пщӀантӀэм хьэргъэшыргъэшхуэ къыщыхъеящ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 135
губжьыр теужын
Мамыр, зэпӀэзэрыт хъужын, афӀэкӀа къэмыгубжьыжын. –419.
Шу щӀэпхъуэжами кӀэлъыплъу ТхьэӀухуд ябгэр мэшхыдэ, ЦӀыхубз гу Ӏэлыр мэятэр, И Ӏэр иӀуэту и губжьыр Нартыжь я Ӏэхъуэм ныхуехьыр, И щхьэм мыгъуагъэ хуихьыжу И губжьыр хуэму тоужыр, мазэ къэсыхукӀэ дахагъэм Къригъэблэгъэжми мыгуфӀэу.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 418
губжьыр тегъэщэхэн
Губжьым къыхэпхыу зыгуэрым щыхьэн, зыгуэр убэрэжьын.
А зыр ирикъуни Жыраслъэн и губжь Тинэ тригъэщэхэну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 518
губжьыр тепщэхэн
Губжьыр, бампӀэр зыгуэрым тегъэзэгъэн, текъутэн.
Си губжь нэгъуэщӀым ятепщахэу зым игу сыпапщэу хэмыщӀа.— Ягъэш зэпыту батэкъутэр. «Батырыбжьэ», 12
Kitapta geçtiği hali
ГУБЖЬ (26). Хуабжьу узэрызэгуэпам, узэрыбэмпӀам къуит щытыкӀэ. Пщым и губжьыр щыгъупщэну Щхьэ насыпыр къеуэлӀа, Ар гуфӀэгъуэм хуэусэну АпхуэдизкӀэ ехъулӀа? «Бдзэжьеящэм ипхъу», 153. ЛӀыжьхэр иджыри тӀэкӀу хъущӀащ, езыр-езыру зыгуэрхэри зэжраӀащ, арзхьэкӀэ, абыхэм я губжьым бжьэщхьэӀум унигъэсынутэкъыми, щагъэтыжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670. Шу щӀэпхъуэжами кӀэлъыплъу ТхьэӀухуд ябгэр мэшхыдэ, ЦӀыхубз гу Ӏэлыр мэятэр, И Ӏэр иӀуэту и губжьыр Нартыжь я Ӏэхъуэм ныхуехьыр, И щхьэм мыгъуагъэ хуихьыжу И губжьыр хуэму тоужыр, Мазэ къэсыхукӀэ дахагъэм Къригъэблыжми мыгуфӀэу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 418–419. ◊ Губжьыр текӀыжын (1). Губжьыр, зэгуэпыр, бампӀэр щхьэщыкӀыжын, зэпӀэзэрыт хъужын. Жэщыр нэхущ хъухукӀэ Дзэшу жейм емызэгъыу зигъэджэрэзу, папщэу хэлъащ, мызэ-мытӀэуи къэтэджурэ зиущэхуауэ щхьэгъубжэмкӀэ дэплъурэ щыта щхьэкӀэ, и губжьыр текӀыжыртэкъым. КӀапсэ кӀапэ, 17. Губжьыр текӀын (2). Губжьыр, зэгуэпыр, бампӀэр щхьэщыкӀын, гур мамыр хъужын, зигъэпсэхужын. Бекъан и губжьыр текӀри къэгузэвэжащ: – ЛӀо, сынопыджамэ? Къалэн, 432. Апчарэ и гугъат дадэр гуфӀэнуи – дэнэт, Бекъан и губжьыр иджыри текӀакъыми, сабэр уафэм дрепхъей. Нал къута, 272. Губжьым къызэтричын (1). БампӀэр, зэгуэпыр хуэмышэчыжу хуабжьу къэлыбын. Дзэшу жиӀэн имыгъуэтыжу жэмым кӀэлъыкӀуэу уэрамым дыхьащ, губжьым къызэтричу. КӀапсэ кӀапэ, 18. Губжьыр пкърыкӀыжын (1). Еплъ губжьыр текӀыжын. Къэгубжьыщати, и губжьыр щыпкърыкӀыжынум пэплъэу къыщӀэкӀынт, сэ къызэпсэлъэн щхьэкӀэ. МелыӀыч, 473. Губжьым зэщӀикъузэн (1). Губжьым, бампӀэм зэщӀиӀыгъэн. КъыщӀегъэкӀыр и нэм Ӏугъуэр, Ӏупэ пшэрыр щӀокӀэзызэ, ПащӀэ кӀыхьыр егъэлыгъуэ, Губжьу иӀэм зэщӀикъузэу. «Тисей», 507. Губжьыр щхьэщыкӀын (2). Губжьыр текӀын. Елдар, и губжьыр щхьэщыкӀ хуэдэ хъуати, и фэр нэхъ къихьэжащ, арщхьэкӀэ Дисэхэ я пщӀантӀэм хьэргъэшыргъэшхуэ къыщыхъеящ. Хъуэпсэгъуэ нур, 135. Губжьыр теужын (1). Мамыр, зэпӀэзэрыт хъужын, афӀэкӀа къэмыгубжьыжын. Шу щӀэпхъуэжами кӀэлъыплъу ТхьэӀухуд ябгэр мэшхыдэ, ЦӀыхубз гу Ӏэлыр мэятэр, И Ӏэр иӀуэту и губжьыр Нартыжь я Ӏэхъуэм ныхуехьыр, И щхьэм мыгъуагъэ хуихьыжу И губжьыр хуэму тоужыр, мазэ къэсыхукӀэ дахагъэм Къригъэблэгъэжми мыгуфӀэу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 418–419. Губжьыр тегъэщэхэн (1). Губжьым къыхэпхыу зыгуэрым щыхьэн, зыгуэр убэрэжьын. А зыр ирикъуни Жыраслъэн и губжь Тинэ тригъэщэхэну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 518. Губжьыр тепщэхэн (1). Губжьыр, бампӀэр зыгуэрым тегъэзэгъэн, текъутэн. Си губжь нэгъуэщӀым ятепщахэу зым игу сыпапщэу хэмыщӀа. Ягъэш зэпыту батэкъутэр. «Батырыбжьэ», 12.