кӀуэдын

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

kaybolmak
DoğuкӀуэдын
BatıкӀодын
Kitapta geçtiği hali

кӀодын/кӀуэдын; (кӀодыгъэ/кӀуэдащ: kayboldu; мэкӀоды/мэкӀуэд: kayboluyor); KAYBOLMAK

кӀуэдын/кӀодын; KAYBOLMAK

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(мэкӀуэд)

1. Бзэхын, щымыӀэжын, пкӀэрыхун, ямыгъуэтыжын.

руисчезнуть, пропасть, затеряться

ФызыгъэпщылӀу щытахэр Фэ къыфхэтыжкъым, кӀуэдахэщ.— ПащӀэ Бэчмырзэ

2. ЗэкӀуэкӀын, хьэлэч хъун, Ӏей хъун.

руиспортиться, прийти в негодность

Хьэжыгъэр кӀуэдын.

3. ЛӀэн, дунейм текӀыжын, хэкӀуэдэн.

рупогибнуть, умереть

Къытехьэнущ дунейм зы угъурсыз гуэр, нарт СосрыкъуэкӀэ еджэу, ар къытехьа нэужь ди лъэпкъыр псори кӀуэдынущ.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр

4. Зэман гуэркӀэ зыщӀыпӀэ къыщыгувэн.

руотлучиться, отсутствовать неопределенное время

УкӀуэдаи, ныбжьэгъу, дунейм утетыжкъыми.

5. ПщӀэншэу къыщӀэкӀын, зыри къимыкӀын.

руоказаться напрасным

Абы ерыскъыуэ ебгъэшхар кӀуэдащ.

Bu maddedeki ifadeler (8)

выпщэр кӀуэдащ

Еплъ: вы

гур кӀуэдын

Еплъ: гу

мазэр кӀуэдын

Еплъ: мазэ

{зи} узыгъуэ кӀуэдын

Еплъ: узыгъуэ

4 ifade daha

{зи} уз кӀуэдын

Еплъ: уз

{и} фэр кӀуэдын

Еплъ: фэ

цӀыху кӀуэда

Еплъ: цӀыху

шэр кӀуэдын

Еплъ: шэ

Kitapta geçtiği hali

кӀуэдын (мэкӀуэд) неперех. гл. 1. исчезнуть, пропасть, затеряться / Бзэхын, щымыӀэжын, пкӀэрыхун, ямыгъуэтыжын. * ФызыгъэпщылӀу щытахэр Фэ къыфхэтыжкъым, кӀуэдахэщ. П. Б. 2. переносное испортиться, прийти в негодность / ЗэкӀуэкӀын, хьэлэч хъун, Ӏей хъун. Хьэжыгъэр кӀуэдын. 3. переносное погибнуть, умереть / ЛӀэн, дунейм текӀыжын, хэкӀуэдэн. * Къытехьэнущ дунейм зы угъурсыз гуэр, нарт СосрыкъуэкӀэ еджэу, ар къытехьа нэужь ди лъэпкъыр псори кӀуэдынущ. Ад. фольк. 4. переносное отлучиться, отсутствовать неопределенное время / Зэман гуэркӀэ зыщӀыпӀэ къыщыгувэн. * УкӀуэдаи, ныбжьэгъу, дунейм утетыжкъыми. 5. переносное оказаться напрасным / ПщӀэншэу къыщӀэкӀын, зыри къимыкӀын. Абы ерыскъыуэ ебгъэшхар кӀуэдащ. Выпщэр кӀуэдащ см. вы. Гур кӀуэдын см. гу. Мазэр кӀуэдын см. мазэ. {Зи} узыгъуэ кӀуэдын см. узыгъуэ. {Зи} уз кӀуэдын см. уз. {И} фэр кӀуэдын см. фэ II. ЦӀыху кӀуэда см. цӀыху. Шэр кӀуэдын см. шэ I.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(мэкӀуэд)

1. Бзэхын, щымыӀэжын, пкӀэрыхуауэ е пӀэщӀэкӀауэ умыгъуэтыжын.

Дыщэ чнутыр къэпщӀыпщӀу, Мес, уафэхъуэпскӀыр лыдащ, Ар зыдэкӀуари умыщӀэу ПсынщӀащэу нурыр кӀуэдащ.— Гъэмахуэ уэшх. «Бгы лъапэхэм деж», 110

+2 örnek

ЦӀыхубзым къигъэзэжа и гугъэу Дуду и Ӏупэм къэсат: «ВакӀуэ сыздитым си витӀыр кӀуэдри сылъыхъуэурэ жэщ къыщыстехъуэм мыбдеж зызгъэукӀурият»…— ВитӀ, 415

Адэжь щӀыналъэм сыт щыкӀуэдми, ФӀы хуэпщӀэ тӀэкӀур щымыкӀуэд.— Уи хэку жыг закъуэ фӀэкӀ имытми… Батырыбжьэ, 37

2. ЗэкӀуэкӀын, хьэлэч хъун, Ӏей хъун.

Фадэм дихьэхамэ, кӀуэдыпар цӀыхубзыр аращ.— Лъапсэ, 43

+2 örnek

[Илас:] - Кащкон, хьэжыгъэр гъуэтэнурэ кӀуэдынущ, абы нэхърэ дызэгурыгъаӀуи, дыгъащэ.— МелыӀыч, 469

Апчарэ фӀэкӀа зыми ищӀэнукъым, жэмыр фӀэгъэж, лыр мыкӀуэдын щхьэкӀэ, жиӀэу.— Щынэхужьыкъуэ, 49

3. ЛӀэн, дунейм текӀыжын, хэкӀуэдэн

УкӀиин къудейр уи тэмакъым къикӀыркъым, лы гъэлынцӀам и мэм уигъэбауэркъым, цӀыхури шыри мафӀэр къапылъэлъу щӀэпхъуэми, куэд ямыкӀуу къытохуэри пӀэтӀауэ-лъэкъуауэу, къадэӀэпыкъуни щымыӀэу мэкӀуэд.— Лыгъэ, 412

+2 örnek

Дунейр абдежи яфӀэщӀэщыгъуэу Игъуэ нэмысу Ӏэджи кӀуэдынущ.— Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 396

Мырщ ди къалэныр абы дей: Бийм дытекӀуэн е дыкӀуэдын!— Атакэм и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52

4. Зэман гуэркӀэ къэтын.

Ӏэдэм нэхърэ нэхъ бзаджэж Муси къыкъуэкӀащ: - Ӏэдэм, дэнэ ущыкӀуэда, гъуэгу мыгъуэм емыжьэн, - жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632

+1 örnek

ФӀыуэ слъагъур зэ укӀуэдми, уэ аргуэру къэбгъэзэнщ— Си дыгъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 67

5. ПщӀэншэу къыщӀэкӀын, зыри къимыкӀын.

Зэм бэву гъавэр къытыбохыр, Уэгъу къытехъакъэ – пщӀар кӀуэдащ.— Сэ щӀым тезмысэ къытемыкӀэ. «Вагъуэ махуэ», 343

+2 örnek

ФӀы яхуэпщӀэр ящокӀуэдри Ӏей ящӀауэ, фӀым щогугъ [си ижэгъухэр]— Унэр лъагэу дызощӀей. «Батырыбжьэ», 28

Чачэ тыншу ищӀэрт сымаджэр хуэмыгъэхъужми, ар гугъу зэрехьыр пщӀэншэу зэрымыкӀуэдынур, итӀани гъэхъужыпщӀэр нэхъ и гуапэт— Хъуэпсэгъуэ нур, 71

Deyimler (6)

[и] зыц кӀуэдынкъым

Еплъ: зыц

гур кӀуэдын

Еплъ: гу

кӀуэцӀырыхуу кӀуэдын

Еплъ: кӀуэцӀрыхун

псыхэкӀуадэу кӀуэдын

Еплъ: псыхэкӀуадэу

2 deyim daha

[зи] уз кӀуэдын

Еплъ: уз

кӀуэдыкӀейуэ кӀуэдын

Еплъ: кӀуэдыкӀей

Kitapta geçtiği hali

КӀУЭДЫН (мэкӀуэд) лъэмыӀ. (119). 1. (56). Бзэхын, щымыӀэжын, пкӀэрыхуауэ е пӀэщӀэкӀауэ умыгъуэтыжын. Дыщэ чнутыр къэпщӀыпщӀу, Мес, уафэхъуэпскӀыр лыдащ, Ар зыдэкӀуари умыщӀэу ПсынщӀащэу нурыр кӀуэдащ. Гъэмахуэ уэшх. «Бгы лъапэхэм деж», 110. ЦӀыхубзым къигъэзэжа и гугъэу Дуду и Ӏупэм къэсат: «ВакӀуэ сыздитым си витӀыр кӀуэдри сылъыхъуэурэ жэщ къыщыстехъуэм мыбдеж зызгъэукӀурият»…ВитӀ, 415. Адэжь щӀыналъэм сыт щыкӀуэдми, ФӀы хуэпщӀэ тӀэкӀур щымыкӀуэд. Уи хэку жыг закъуэ фӀэкӀ имытми… «Батырыбжьэ», 37. 2. (8). ЗэкӀуэкӀын, хьэлэч хъун, Ӏей хъун. Фадэм дихьэхамэ, кӀуэдыпар цӀыхубзыр аращ. Лъапсэ, 43. [Илас:] - Кащкон, хьэжыгъэр гъуэтэнурэ кӀуэдынущ, абы нэхърэ дызэгурыгъаӀуи, дыгъащэ. МелыӀыч, 469. Апчарэ фӀэкӀа зыми ищӀэнукъым, жэмыр фӀэгъэж, лыр мыкӀуэдын щхьэкӀэ, жиӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 49. 3. (25). ЛӀэн, дунейм текӀыжын, хэкӀуэдэн. УкӀиин къудейр уи тэмакъым къикӀыркъым, лы гъэлынцӀам и мэм уигъэбауэркъым, цӀыхури шыри мафӀэр къапылъэлъу щӀэпхъуэми, куэд ямыкӀуу къытохуэри пӀэтӀауэ-лъэкъуауэу, къадэӀэпыкъуни щымыӀэу мэкӀуэд. Лыгъэ, 412. Дунейр абдежи яфӀэщӀэщыгъуэу Игъуэ нэмысу Ӏэджи кӀуэдынущ. Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 396. Мырщ ди къалэныр абы дей: Бийм дытекӀуэн е дыкӀуэдын! Атакэм и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52. 4. (2). Зэман гуэркӀэ къэтын. Ӏэдэм нэхърэ нэхъ бзаджэж Муси къыкъуэкӀащ: - Ӏэдэм, дэнэ ущыкӀуэда, гъуэгу мыгъуэм емыжьэн, - жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632. ФӀыуэ слъагъур зэ укӀуэдми, уэ аргуэру къэбгъэзэнщ. Си дыгъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 67. 5. (5). ПщӀэншэу къыщӀэкӀын, зыри къимыкӀын. Зэм бэву гъавэр къытыбохыр, Уэгъу къытехъакъэ – пщӀар кӀуэдащ. Сэ щӀым тезмысэ къытемыкӀэ. «Вагъуэ махуэ», 343. ФӀы яхуэпщӀэр ящокӀуэдри Ӏей ящӀауэ, фӀым щогугъ [си ижэгъухэр]. Унэр лъагэу дызощӀей. «Батырыбжьэ», 28. Чачэ тыншу ищӀэрт сымаджэр хуэмыгъэхъужми, ар гугъу зэрехьыр пщӀэншэу зэрымыкӀуэдынур, итӀани гъэхъужыпщӀэр нэхъ и гуапэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 71. ◊ [И] зыц кӀуэдынкъым (1). Еплъ зыц. Гур кӀуэдын (8). Еплъ гу I. КӀуэцӀырыхуу кӀуэдын (2). Еплъ кӀуэцӀрыхун. ПсыхэкӀуадэу кӀуэдын (1). Еплъ псыхэкӀуадэу. [Зи] уз кӀуэдын (11). Еплъ уз. КӀуэдыкӀейуэ кӀуэдын (8). Еплъ кӀуэдыкӀей.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

helak kaybolmak telef yitirilmek zayi

Düzeltme Öner

кӀуэдын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.