кӀуэцӀрыхун

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(кӀуэцӀроху)

1. Пхыхун, пхыхуу ехуэхын.

рупровалиться сквозь что-л.

Мылым кӀуэцӀрыхун.

2. Бзэхын, уздэщыӀэр ямыщӀэу зэман гуэркӀэ укӀуэдын, зыщӀыпӀэ къэтын.

руисчезнуть, провалиться

-КӀуэцӀрыхуаи щхьэлтетыр, - хъущӀэрт Мысхьуди.— КӀыщокъуэ Алим

(кӀуэцӀреху)

1. Зыгуэр хуурэ кӀуэцӀрыгъэкӀын.

ругнать кого-что-л. через, сквозь что-л.

{Хьэсин тракторыр} вагъэ губгъуэшхуэм кӀуэцӀрихури.. иригъэзыхащ.— Ахъмэт Мухьэдин

2. КӀуэцӀрыкӀыу хэхуэн, еуэн (сэ, къамэ сыт хуэдэкӀэ).

рувогнать что-л. острое во что-л., проткнуть насквозь что-л.

ГъущӀ Ӏунэр пхъэм кӀуэцӀрыхун.

Bu maddedeki ifadeler (3)

{а} кӀуэцӀрыхун! {кӀуэцӀрыхуу ежьэжын!}

ручтоб {тебе, ему} провалиться!

щӀы къатиблкӀэ кӀуэцӀрыхун

Еплъ: щӀы

щӀым кӀуэцӀрыхун

Еплъ: щӀы

Kitapta geçtiği hali

кӀуэцӀрыхун I (кӀуэцӀроху) неперех. гл. 1. провалиться сквозь что-л. / Пхыхун, пхыхуу ехуэхын. Мылым кӀуэцӀрыхун. 2. переносное исчезнуть, провалиться / Бзэхын, уздэщыӀэр ямыщӀэу зэман гуэркӀэ укӀуэдын, зыщӀыпӀэ къэтын. * -КӀуэцӀрыхуаи щхьэлтетыр, - хъущӀэрт Мысхьуди. КӀ. А. {А} кӀуэцӀрыхун! {кӀуэцӀрыхуу ежьэжын!} чтоб {тебе, ему} провалиться! ЩӀы къатиблкӀэ кӀуэцӀрыхун см. щӀы. ЩӀым кӀуэцӀрыхун см. щӀы. II (кӀуэцӀреху) перех. гл. 1. гнать кого-что-л. через, сквозь что-л. / Зыгуэр хуурэ кӀуэцӀрыгъэкӀын. * {Хьэсин тракторыр} вагъэ губгъуэшхуэм кӀуэцӀрихури.. иригъэзыхащ. Ахъ. М. 2. вогнать что-л. острое во что-л., проткнуть насквозь что-л. / КӀуэцӀрыкӀыу хэхуэн, еуэн (сэ, къамэ сыт хуэдэкӀэ). ГъущӀ Ӏунэр пхъэм кӀуэцӀрыхун.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(кӀуэцӀроху)

1. Пхыхун, пхыхуу ехуэхын.

ПщӀантӀэм щыдыхьам зытеувар мылу кӀуэцӀрыхункӀэ мэшынэ жыпӀэнт [Хьэбибэ].— Нал къута, 285

2. Бзэхын, здэщыӀэ щӀыпӀэм щымыӀэжын.

Псы хуэлӀамэ, псымкӀэ кӀуагъэнщ жиӀэри псы цӀыкӀу ежэхымкӀэ кӀуащ [Дуду] – щыӀэкъым, къуакӀэбгыкӀэ гуэрхэм хъуакӀуэу дэмыту узиӀэ жиӀэри зиплъыхьа щхьэкӀэ, витӀыр кӀуэцӀрыхуам хуэдэщ.— ВитӀ, 414

+2 örnek

Шырыкъу къомыр кӀуэцӀрыхуам хуэдэу бзэхащ, зылӀ къуажэм дэсым щыщу къэмыхашэу.— МелыӀыч, 461

– КӀуэцӀрыхуаи щхьэлтетыр, - хъущӀэрт Мэсхьуди, игъащӀэм Мусэ къыкӀэрымыкӀыу къэзыджэдыхьу есар— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632

Deyimler (4)

КӀуэцӀрыхун!

Ямылъагъужын; Ӏейуэ зыхущыт цӀыхум хужаӀэ псалъэ.

[Дисэ:] – Саримэ! Дэнэ, кӀуэцӀрыхун, уздэкӀуар?— Хъуэпсэгъуэ нур, 134

+1 örnek

[Дисэ Саримэ жреӀэ:] – Къэхъей зэ! КӀуэцӀрыхун!— Хъуэпсэгъуэ нур, 134

щӀы къатиблкӀэ кӀуэцӀрыхун

Еплъ: щӀы къатибл

щӀым кӀуэцӀрыхун

Еплъ: щӀы

кӀуэцӀырыхуу кӀуэдын

ЩышхыдэкӀэ жаӀэ псалъэ зэпха.

[Бекъан:] Бийр мобдеж къэсащи, ди лъахэр ирихыну къоӀэ, ди быни ди мылъкуи зэрепхъуэ, Ӏисраф ещӀ, мо кӀуэцӀрыхуу кӀуэдыныр [радио, газет сымэ] колхоз Уставым тогузэвыхь.— Нал къута, 271

+1 örnek

ЩӀым кӀуэцӀырыхуу кӀуэдам хуэдэщ [ЦӀыкӀущэ]— Нэгъуху, 34

Kitapta geçtiği hali

КӀУЭЦӀРЫХУН (кӀуэцӀроху) лъэмыӀ. (14). 1. (1). Пхыхун, пхыхуу ехуэхын. ПщӀантӀэм щыдыхьам зытеувар мылу кӀуэцӀрыхункӀэ мэшынэ жыпӀэнт [Хьэбибэ]. Нал къута, 285. 2. (13). Бзэхын, здэщыӀэ щӀыпӀэм щымыӀэжын. Псы хуэлӀамэ, псымкӀэ кӀуагъэнщ жиӀэри псы цӀыкӀу ежэхымкӀэ кӀуащ [Дуду] – щыӀэкъым, къуакӀэбгыкӀэ гуэрхэм хъуакӀуэу дэмыту узиӀэ жиӀэри зиплъыхьа щхьэкӀэ, витӀыр кӀуэцӀрыхуам хуэдэщ. ВитӀ, 414. Шырыкъу къомыр кӀуэцӀрыхуам хуэдэу бзэхащ, зылӀ къуажэм дэсым щыщу къэмыхашэу. МелыӀыч, 461. – КӀуэцӀрыхуаи щхьэлтетыр, - хъущӀэрт Мэсхьуди, игъащӀэм Мусэ къыкӀэрымыкӀыу къэзыджэдыхьу есар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632. ◊ КӀуэцӀрыхун! (3). Ямылъагъужын; Ӏейуэ зыхущыт цӀыхум хужаӀэ псалъэ. [Дисэ:] – Саримэ! Дэнэ, кӀуэцӀрыхун, уздэкӀуар? Хъуэпсэгъуэ нур, 134. [Дисэ Саримэ жреӀэ:] – Къэхъей зэ! КӀуэцӀрыхун! Хъуэпсэгъуэ нур, 134. ЩӀы къатиблкӀэ кӀуэцӀрыхун (1). Еплъ щӀы къатибл. ЩӀым кӀуэцӀрыхун (1). Еплъ щӀы II. КӀуэцӀырыхуу кӀуэдын (2). ЩышхыдэкӀэ жаӀэ псалъэ зэпха. [Бекъан:] Бийр мобдеж къэсащи, ди лъахэр ирихыну къоӀэ, ди быни ди мылъкуи зэрепхъуэ, Ӏисраф ещӀ, мо кӀуэцӀрыхуу кӀуэдыныр [радио, газет сымэ] колхоз Уставым тогузэвыхь. Нал къута, 271. ЩӀым кӀуэцӀырыхуу кӀуэдам хуэдэщ [ЦӀыкӀущэ]. Нэгъуху, 34.

Düzeltme Öner

кӀуэцӀрыхун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.