Ӏуэху къэгъэхъеин

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

къэгъэхъеин

Къэхъеин псалъэм и каузатив.

рукаузатив к къэхъеин

Сабэр къэгъэхъеин.

Bu maddedeki ifadeler (4)

и гугъу къэгъэхъеин

Еплъ: гугъу

псалъэмакъ къэгъэхъеин

Еплъ: псалъэмакъ

уз къэгъэхъеин

Еплъ: уз

Ӏуэху къэгъэхъеин

Еплъ: Ӏуэху

Ӏуэху

1. Лэжьыгъэ, псалъэ, гупсысэ мыхъуу ягъэзащӀэ Ӏуэхугъуэ.

рупрактическая деятельность; работа, занятие, труд

Ӏуэху мыублэ блэ хэсщ.— Псалъэжьхэр

2. Зыгуэрым ехьэлӀа, и къалэным хыхьэ.

рудело (то, что непосредственно касается кого-чего-л.)

Ар сэ си Ӏуэхуу къызолъытэ.

+1 örnek

Уи мыӀуэху зепхуэмэ, уи щхьэм баш техуэнщ.— Псалъэжьхэр

3. КъэхъукъащӀэ, Ӏуэхугъуэ гуэрым теухуа хабзэкӀэ зэхэгъэкӀыныгъэ.

рудело, разбирательство (напр. судебное)

Судыр иджыри зэ Ӏуэхум хэплъэжащ.

4. ЩытыкӀэ.

руположение вещей, обстановка

Заводым Ӏуэхур щыщӀагъуэтэкъым.

+1 örnek

АдэкӀэ Залымджэрий къыжиӀащ фронт псоми Ӏуэхур зэрыщыщтыр.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

Bu maddedeki ifadeler (129)

абы и Ӏуэху щхьэхуэщ

руӀуэху бгъэдэмылъхьэн не вести своих дел с кем-л.

Еплъ: абы. Ӏуэху бгъэдэмылъхьэн

{и} Ӏуэху бзаджэкъым

руего дела неплохи.

Ӏуэху блэкӀ

русрочное, неотложное дело.

{и} Ӏуэху дэкӀын

руудасться - о чьем-л. деле.

Ӏуэху джэгукъым

русерьезное дело, не пустяк.

Ӏуэху еплъыкӀэ

румнение, суждение по поводу кого-чего-л.

Ӏуэху ехьэжьэн

рувзяться за дело, начать дело.

Фэ тӀум а Ӏуэхур ефхьэжьэмэ, дэгъуэу зэрызэфӀэвгъэкӀынум, шэч лъэпкъ къытесхьэркъым.— КӀыщокъуэ Алим

Ӏуэху ехьэлӀэн

руввести кого-л. в курс дела.

{я} Ӏуэху зэпымылъыжын

{я} Ӏуэху зэхэмылъыжын

Мы дакъикъэм къыщыщӀэдзауэ уэрэ сэрэ ди Ӏуэху зэпылъыжкъым ...— Зэкъуэшхэм я макъ

{и} Ӏуэху зэрыхуэхъукӀэ

рукак получится; смотря по обстоятельствам.

Ӏуэху зэрыхъэн

рупросторечие состряпать дело.

{я} Ӏуэху зэхэлъын

руиметь друг с другом общие дела.

{я} Ӏуэху зэхэмылъыжын

рупорвать отношения друг с другом.

Ӏуэху зэхуиӀэн

руиметь деловые связи, отношения.

Ӏуэху зэфӀэгъэкӀын

рудовести дело до конца.

Ӏуэху зэфӀэхын

рузавершить дело.

Ӏуэху зэщӀылӀэн

рудоговориться между собой о каком-л. деле.

Ӏуэху зегъэкӀуэн

Ӏуэху зехьэн

Ӏуэху зехуэн

рузаниматься, быть занятым каким-л. делом.

Ӏуэху зетхуэнкӀэ дыхуэкӀэщӀт, Мэкъумэш тщӀэнуэ щӀы ди мащӀэт.— Япэу лъэбакъуэ зычахэр

Ӏуэху зехьэн

рувершить дела.

Ӏуэхур куэдрэ зепхьэмэ мэлъахъэ.— Псалъэжьхэр

Ӏуэху имыӀэн

рубыть без дела.

Ӏуэху иӀэн

рубыть занятым каким-л. делом.

Ӏуэху зиӀэ псалъалэщи, бэгу зиӀэ тӀэхъуалэщ.— Псалъэжьхэр

Ӏуэху къанэ

рунеотложное дело.

Ӏуэху къэгъэхъеин

Ӏуэху къэӀэтын

Ӏуэху къэубэлэцын

рупросторечие возникнуть - о каком-л. неприятном деле.

Ӏуэху къэхъеин

Ӏуэху къэӀэтын

Ӏуэху къэщтэн

Ӏуэху къэӀэтын

КъикӀынур сщӀэркъым, ауэ уи Ӏуэхур сэ къызощтэ, - жиӀащ пхъашэу нэхъыжьым.— Ӏуащхьэмахуэ

Ӏуэху къэӀэтын

рузатеять какое-л. дело; начать какое-л. дело.

Ӏуэху къэпӀэтар къабыл ухъу, - жаӀэрт къыщӀыхьэхэм нэхъыжьым и Ӏэр яубыдурэ.— ӀуэрыӀуатэ

Ӏуэху къеуэлӀэн

рувозникнуть у кого-л. - о каком-л. деле.

ПӀэщӀэгъуэкӀэ зэфӀамыгъэкӀым мыхъуну зэгуэрым хъумпӀэцӀэдж гупым Ӏуэху къайуэлӀат.— Япэу лъэбакъуэ зычахэр

Ӏуэху къигъэкӀын

рураздуть какое-л. дело.

Ӏуэху къылъыкъуэкӀын

Ӏуэху къеуэлӀэн

Ӏуэху лэжьын

рузаниматься делом.

УзыхущӀегъуэжын Ӏуэху умылэжь.— Псалъэжьхэр

Ӏуэху темыщӀыкӀын

русрочно приниматься за какое-л. дело.

Ӏуэху темыщӀыхьын

руне считаться с кем-чем-л., не основываться на ком-чём-л.

Ӏуэху-тӀэ ар

рулёгче легкого.

Ӏуэху фӀей

ругрязное, тёмное дело.

Ӏуэху хэгъэтын

рувтянуть кого-л. в какое-л. дело.

Ӏуэху хэлъхьэн

рупринять участие в каком-л. деле.

{и} Ӏуэху хэлъын

руиметь отношение к кому-чему-л.

Ӏуэху хэплъэгъуэ

рунеприятное дело.

Ӏуэху хэхуэн

рувлипнуть в какое-л. дело.

Унагъуэр Ӏуэху хэхуат, емыкӀу къатехуэнкӀэ хъунути, гузавэрт.— ӀуэрыӀуатэ

Ӏуэху хыхьэн

руввязаться в какое-л. дело.

Ӏуэху хуэщӀэн

рупоработать на кого-л.

Ӏуэху хъун

руобернуться неприятностью для кого-л.

{и} Ӏуэху щхьэ къутащ

руненадёжный, неустойчивый (о человеке).

Ӏуэху щӀэн

рузаниматься каким-л. делом.

Ӏуэху щӀын

рувзяться за кого-что-л.; преследовать кого-л.

Ӏуэхуи дэлъи имыӀэн

рубить баклуши.

{и} Ӏуэхуи и дэлъи хэмылъын

румоё дело сторона.

Ӏуэхум бгъэдэтын

рубыть при деле.

Ӏуэхум зыкъемыгъэлын

руувлекаться каким-л. делом; отдавать себя работе.

Ӏуэхум зыпыӀудзын

русторониться, избегать работы.

Ӏуэхум и курыкупсэм хэтын

рубыть в центре какого-л. дела; быть организатором каких-л. дел.

Ӏуэхум итхьэлэн

Ӏуэхум щӀигъэнэн

Ӏуэхум куууэ кӀуэцӀрыплъын

рувникнуть в дело.

Ӏуэхум кӀэ етын

рудовести дело до конца.

Ӏуэхум къыпыджэрэзыкӀын

руоказаться отстранённым от какого-л. дела.

Ӏуэхум къыпыкӀэрэхъукӀын

Ӏуэхум къыпыджэрэзыкӀын

Ӏуэхум къыхэлъытэн

руучесть, принять во внимание что-л.

Ӏуэхум къуацэкӀэ хэуэн

рувнести в дело сумятицу, разлад.

Ӏуэхум пэщӀэтын

Ӏуэхум бгъэдэтын

Ӏуэхум пэщӀэувэн

руне давать ходу какому-л. делу.

Ӏуэхум пхэнжу бгъэдыхьэн

рувзяться за дело не с того конца.

Ӏуэхум хэ

руслучайно оказаться соучастником; влипнуть в какое- л. дело.

джэрэзэн

Ӏуэхум хэзэрыхьын

рузапутаться в каком-л. деле.

Ӏуэхум хэлъэгъуэн

рупредвидеть что-л. в каком-л. деле.

Ӏуэхум хэмытын

руне принимать участие в каком-л. деле, быть в стороне от какого-л. дела.

Ӏуэхум хэмыхьэн

Ӏуэхум хэмытын

Ӏуэхум хэплъэн

рурассмотреть какое-л. дело, разобраться в каком-л. деле.

Судыр Ӏуэхум хэплъащ.

Ӏуэхум хэпщэфӀыхьын (хэпыджэн, хэпырхъэн, хэуэн)

Ӏуэхур зэӀыщӀэн

Ӏуэхум хэунэзэн

Ӏуэхум хэзэрыхьын

Ӏуэхум хэщӀыкӀын

рузнать какое-л. дело, быть сведущим в каком-л. деле.

Ӏуэхум хуэижьын

Ӏуэхум хэщӀыкӀын

Ӏуэхум хьэрычэт хэлъхьэн

рупроявить инициативу в каком-л. деле.

Ӏуэхум щхьэзэ хэхъухьын

Ӏуэхум итхьэлэн

Ӏуэхум щыгъуэзэн

рубыть знакомым с каким-л. делом.

Ӏуэхум ущымыгъуазэу утыку уимыхьэ.— Псалъэжьхэр

Ӏуэхум щымыщын

Ӏуэхум щӀигъэнэн

рубыть очень занятым, заваленным делами.

Ӏуэхур абы щымыӀэн

руне в этом дело.

{зи} Ӏуэхур бжэгъум фӀэӀуа

русделать достоянием всех (какую-л. тайну).

Ӏуэхур гъэбэтэн

рураздуть дело.

Ӏуэхур гъэтэрэзын

рунавести порядок в каком-л. деле.

Ӏуэхур гъэтӀылъын

руотложить дело.

Ӏуэхур дэгъэкӀын

руулучшиться, пойти в гору - о чьих-л. делах.

Ӏуэхур кӀуэцӀрыгъэкӀын. {и} Ӏуэхур дэкӀуеин

Ӏуэхур дэӀыгъын

руподдержать кого-л. в {его} деле.

{зи} Ӏуэхур дзасэм пыӀуа

руделать из мухи слона.

Ӏуэхур зэдэӀэтын

руделать какое-л. дело сообща.

Ӏуэхур зэкӀэлъыкӀуэжын

Ӏуэхур фӀыуэ къыщидзыжын

Ӏуэхур зэпыудын

рупрервать какое-л. дело.

Ӏуэхур зэрыщытщ

рудело не продвигается.

Ӏуэхур зэфӀэгъэзэрыхьын

Ӏуэхур зэӀыщӀэн

Ӏуэхур зэфӀэгъэцӀэфтын

рубыстро управиться с делом.

Ӏуэхур зэфӀэнэн

рузастопориться - о каком-л. деле.

Ӏуэхур зэфӀэхьэн

руполучиться, сладиться- о каком-л. деле.

Ӏуэхур зэӀыгъэхьэн

Ӏуэхур зэӀыщӀэн

Ӏуэхур зэӀыхьэн

руразладиться о каком-л. деле.

Ӏуэхур зэӀыщӀэн

рузапутать какое-л. дело.

Ӏуэхур здэщыӀэр

Ӏуэхур зытетыр

Ӏуэхур зехуэн

рузаниматься каким-л. делом.

Ӏуэхур зыгуэрым бгъэдэлъхьэн

рупоручить какое-л. дело кому-л.

Ӏуэхур зыгуэрым хуэзэху

рупока дело уладится, пока дело решится, пока дело утрясется.

Ӏуэхур зыгурымыгъэӀуэн

рупропускать что-л. мимо ушей {разговоры} о каком- л. деле.

Ӏуэхур зытетыр

руобстоятельства дела, суть дела.

Ӏуэхур зыӀутыр

Ӏуэхур зытетыр

Ӏуэхур кӀуэцӀрыгъэкӀын

рупробить какое-л. дело.

Ӏуэхур къэгъэубэлэцын

Ӏуэху къигъэкӀын

Ӏуэхур къэкъутэжын

Ӏуэхур къэкъутэн

Ӏуэхур къэкъутэн

рурасстроиться - о каком-л. деле.

{и} Ӏуэхур къэнэжын

руоставить какое-л. дело неоконченным.

Ӏуэхур къэтӀэщӀын

рукопаться в делах.

Ӏуэхур къэхъеижын

руснова всплыть - о каком-л. деле.

Ӏуэхур къэӀэтыжын

руснова возобновить, возбудить какое-л. дело.

Ӏуэхур къекӀэрэхъуэкӀыжын

рувернуться в прежнее состояние (напр. о былых делах).

Ӏуэхур къекӀэрэхъуэкӀын

руобернуться неожиданностью- о каком-л. деле.

Ӏуэхур къехьэлъэкӀын

руиспытывать затруднение в каком-л. деле.

Ӏуэхур къехъулӀэн

руудасться, получиться у кого-л. - о каком-л. деле.

Ӏуэхур къешынэуэжын

рувновь возникнуть, всплыть (о неприятном для кого-л. деле).

Ӏуэхур лъэхъэн

рузатормозить, запутать какое-л. дело.

Ӏуэхур ткӀийуэ гъэувын

русерьезно подойти к какому-л. делу.

Ӏуэхур укъуэдиин

рутвёрдо стоять на чем-л. (при решении какого-л. вопроса).

Ӏуэхур фӀыуэ къыщӀидзыжын

рупоправиться - о каком-л. деле.

Ӏуэхур шыпхэ хъун

рупросторечиеухудшиться - о каком-л. деле.

Ӏуэхур щӀэуфэн

руприкрыть какое-л. дело.

Ӏуэхур Ӏэпэдэгъэлэл щӀын

рузабросить какое-л. дело.

{Си} Ӏуэхущ 1.

руя ручаюсь, я отвечаю за это дело.

Си Ӏуэхущ иджы езы Долэти а щӀалэ цӀыкӀуитӀым ӀэпэкӀэ къеӀусэмэ.— КӀ. А. 2) это мое {личное} дело.

Ӏуэху бгъэдыхьэкӀэ

Лэжьыгъэ, къалэн гуэр зэрагъэзащӀэ щӀыкӀэ, Ӏэмал.

руподход к какому-л. делу

Ӏуэху бгъэдыхьэкӀэ тэмэм.

Ӏуэху еплъыкӀэ

Лэжьыгъэ, къалэн, Ӏуэху гуэрым зэрегупсыс, абы теухуауэ я гугъэ.

рувзгляд, точка зрения

Ӏуэху зехьэкӀэ

Уи (фи) Ӏуэху фӀы ухъу (лэжьыгъэ гуэр зыгъэзащӀэм зэрызыхуагъазэ сэлам).

руӀуэху фӀохъу апщий бог в помощь! (пожелание)

Еплъ: Ӏуэху щӀэкӀэ. Ӏуэху фӀохъу апщий

Ӏуэху щӀэкӀэ

Ӏуэху, къалэн гуэр зэрагъэзащӀэ, зэралэжь щӀыкӀэ, Ӏэмал.

руманера, стиль работы

Ӏуэху щӀэкӀэ зымыщӀэр Ӏуэху щӀэным егъалӀэ.— Псалъэжьхэр

Kitapta geçtiği hali

къэгъэхъеин каузатив к къэхъеин / Къэхъеин псалъэм и каузатив. Сабэр къэгъэхъеин. И гугъу къэгъэхъеин см. гугъу II. Псалъэмакъ къэгъэхъеин см. псалъэмакъ. Уз къэгъэхъеин см. уз. Ӏуэху къэгъэхъеин см. Ӏуэху.

Ӏуэху 1. практическая деятельность; работа, занятие, труд / Лэжьыгъэ, псалъэ, гупсысэ мыхъуу ягъэзащӀэ Ӏуэхугъуэ. * Ӏуэху мыублэ блэ хэсщ. (погов.) 2. дело (то, что непосредственно касается кого-чего-л.) / Зыгуэрым ехьэлӀа, и къалэным хыхьэ. Ар сэ си Ӏуэхуу къызолъытэ. * Уи мыӀуэху зепхуэмэ, уи щхьэм баш техуэнщ. (погов.) 3. дело, разбирательство (напр. судебное) / КъэхъукъащӀэ, Ӏуэхугъуэ гуэрым теухуа хабзэкӀэ зэхэгъэкӀыныгъэ. Судыр иджыри зэ Ӏуэхум хэплъэжащ. 4. положение вещей, обстановка / ЩытыкӀэ. Заводым Ӏуэхур щыщӀагъуэтэкъым. * АдэкӀэ Залымджэрий къыжиӀащ фронт псоми Ӏуэхур зэрыщыщтыр. Къ. Хь. Абы и Ӏуэху щхьэхуэщ см. абы. Ӏуэху бгъэдэмылъхьэн не вести своих дел с кем-л. {И} Ӏуэху бзаджэкъым его дела неплохи. Ӏуэху блэкӀ срочное, неотложное дело. {И} Ӏуэху дэкӀын удасться - о чьем-л. деле. Ӏуэху джэгукъым серьезное дело, не пустяк. Ӏуэху еплъыкӀэ мнение, суждение по поводу кого-чего-л. Ӏуэху ехьэжьэн взяться за дело, начать дело. * Фэ тӀум а Ӏуэхур ефхьэжьэмэ, дэгъуэу зэрызэфӀэвгъэкӀынум, шэч лъэпкъ къытесхьэркъым. КӀ. А. Ӏуэху ехьэлӀэн ввести кого-л. в курс дела. {Я} Ӏуэху зэпымылъыжын = {я} Ӏуэху зэхэмылъыжын. * Мы дакъикъэм къыщыщӀэдзауэ уэрэ сэрэ ди Ӏуэху зэпылъыжкъым ... Зэкъу. {И} Ӏуэху зэрыхуэхъукӀэ как получится; смотря по обстоятельствам. Ӏуэху зэрыхъэн просторечие состряпать дело. {Я} Ӏуэху зэхэлъын иметь друг с другом общие дела. {Я} Ӏуэху зэхэмылъыжын порвать отношения друг с другом. Ӏуэху зэхуиӀэн иметь деловые связи, отношения. Ӏуэху зэфӀэгъэкӀын довести дело до конца. Ӏуэху зэфӀэхын завершить дело. Ӏуэху зэщӀылӀэн договориться между собой о каком-л. деле. Ӏуэху зегъэкӀуэн = Ӏуэху зехьэн. Ӏуэху зехуэн заниматься, быть занятым каким-л. делом. * Ӏуэху зетхуэнкӀэ дыхуэкӀэщӀт, Мэкъумэш тщӀэнуэ щӀы ди мащӀэт. Япэу лъ. з. Ӏуэху зехьэн вершить дела. * Ӏуэхур куэдрэ зепхьэмэ мэлъахъэ. (погов.) Ӏуэху имыӀэн быть без дела. Ӏуэху иӀэн быть занятым каким-л. делом. * Ӏуэху зиӀэ псалъалэщи, бэгу зиӀэ тӀэхъуалэщ. (погов.) Ӏуэху къанэ неотложное дело. Ӏуэху къэгъэхъеин = Ӏуэху къэӀэтын. Ӏуэху къэубэлэцын просторечие возникнуть - о каком-л. неприятном деле. Ӏуэху къэхъеин = Ӏуэху къэӀэтын. Ӏуэху къэщтэн = Ӏуэху къэӀэтын. * - КъикӀынур сщӀэркъым, ауэ уи Ӏуэхур сэ къызощтэ, - жиӀащ пхъашэу нэхъыжьым. Ӏуащхь. Ӏуэху къэӀэтын затеять какое-л. дело; начать какое-л. дело. * - Ӏуэху къэпӀэтар къабыл ухъу, - жаӀэрт къыщӀыхьэхэм нэхъыжьым и Ӏэр яубыдурэ. фольк. Ӏуэху къеуэлӀэн возникнуть у кого-л. - о каком-л. деле. * ПӀэщӀэгъуэкӀэ зэфӀамыгъэкӀым мыхъуну зэгуэрым хъумпӀэцӀэдж гупым Ӏуэху къайуэлӀат. Япэу лъ. з. Ӏуэху къигъэкӀын раздуть какое-л. дело. Ӏуэху къылъыкъуэкӀын = Ӏуэху къеуэлӀэн. Ӏуэху лэжьын заниматься делом. * УзыхущӀегъуэжын Ӏуэху умылэжь. (погов.) Ӏуэху темыщӀыкӀын срочно приниматься за какое-л. дело. Ӏуэху темыщӀыхьын не считаться с кем-чем-л., не основываться на ком-чём-л. Ӏуэху-тӀэ ар лёгче легкого. Ӏуэху фӀей грязное, тёмное дело. Ӏуэху хэгъэтын втянуть кого-л. в какое-л. дело. Ӏуэху хэлъхьэн принять участие в каком-л. деле. {И} Ӏуэху хэлъын иметь отношение к кому-чему-л. Ӏуэху хэплъэгъуэ неприятное дело. Ӏуэху хэхуэн влипнуть в какое-л. дело. * Унагъуэр Ӏуэху хэхуат, емыкӀу къатехуэнкӀэ хъунути, гузавэрт. фольк. Ӏуэху хыхьэн ввязаться в какое-л. дело. Ӏуэху хуэщӀэн поработать на кого-л. Ӏуэху хъун обернуться неприятностью для кого-л. {И} Ӏуэху щхьэ къутащ ненадёжный, неустойчивый (о человеке). Ӏуэху щӀэн заниматься каким-л. делом. Ӏуэху щӀын взяться за кого-что-л.; преследовать кого-л. Ӏуэхуи дэлъи имыӀэн бить баклуши. {И} Ӏуэхуи и дэлъи хэмылъын моё дело сторона. Ӏуэхум бгъэдэтын быть при деле. Ӏуэхум зыкъемыгъэлын увлекаться каким-л. делом; отдавать себя работе. Ӏуэхум зыпыӀудзын сторониться, избегать работы. Ӏуэхум и курыкупсэм хэтын быть в центре какого-л. дела; быть организатором каких-л. дел. Ӏуэхум итхьэлэн = Ӏуэхум щӀигъэнэн. Ӏуэхум куууэ кӀуэцӀрыплъын вникнуть в дело. Ӏуэхум кӀэ етын довести дело до конца. Ӏуэхум къыпыджэрэзыкӀын оказаться отстранённым от какого-л. дела. Ӏуэхум къыпыкӀэрэхъукӀын = Ӏуэхум къыпыджэрэзыкӀын. Ӏуэхум къыхэлъытэн учесть, принять во внимание что-л. Ӏуэхум къуацэкӀэ хэуэн внести в дело сумятицу, разлад. Ӏуэхум пэщӀэтын = Ӏуэхум бгъэдэтын. Ӏуэхум пэщӀэувэн не давать ходу какому-л. делу. Ӏуэхум пхэнжу бгъэдыхьэн взяться за дело не с того конца. Ӏуэхум хэ = джэрэзэн случайно оказаться соучастником; влипнуть в какое- л. дело. Ӏуэхум хэзэрыхьын запутаться в каком-л. деле. Ӏуэхум хэлъэгъуэн предвидеть что-л. в каком-л. деле. Ӏуэхум хэмытын не принимать участие в каком-л. деле, быть в стороне от какого-л. дела. Ӏуэхум хэмыхьэн = Ӏуэхум хэмытын. Ӏуэхум хэплъэн рассмотреть какое-л. дело, разобраться в каком-л. деле. Судыр Ӏуэхум хэплъащ. Ӏуэхум хэпщэфӀыхьын (хэпыджэн, хэпырхъэн, хэуэн) = Ӏуэхур зэӀыщӀэн. Ӏуэхум хэунэзэн = Ӏуэхум хэзэрыхьын. Ӏуэхум хэщӀыкӀын знать какое-л. дело, быть сведущим в каком-л. деле. Ӏуэхум хуэижьын = Ӏуэхум хэщӀыкӀын. Ӏуэхум хьэрычэт хэлъхьэн проявить инициативу в каком-л. деле. Ӏуэхум щхьэзэ хэхъухьын = Ӏуэхум итхьэлэн. Ӏуэхум щыгъуэзэн быть знакомым с каким-л. делом. * Ӏуэхум ущымыгъуазэу утыку уимыхьэ. (погов.) Ӏуэхум щымыщын * {это} к делу не относится. Ӏуэхум щӀигъэнэн быть очень занятым, заваленным делами. Ӏуэхур абы щымыӀэн не в этом дело. {Зи} Ӏуэхур бжэгъум фӀэӀуа сделать достоянием всех (какую-л. тайну). Ӏуэхур гъэбэтэн раздуть дело. Ӏуэхур гъэтэрэзын навести порядок в каком-л. деле. Ӏуэхур гъэтӀылъын отложить дело. Ӏуэхур дэгъэкӀын = Ӏуэхур кӀуэцӀрыгъэкӀын. {И} Ӏуэхур дэкӀуеин улучшиться, пойти в гору - о чьих-л. делах. Ӏуэхур дэӀыгъын поддержать кого-л. в {его} деле. {Зи} Ӏуэхур дзасэм пыӀуа делать из мухи слона. Ӏуэхур зэдэӀэтын делать какое-л. дело сообща. Ӏуэхур зэкӀэлъыкӀуэжын = Ӏуэхур фӀыуэ къыщидзыжын. Ӏуэхур зэпыудын прервать какое-л. дело. Ӏуэхур зэрыщытщ дело не продвигается. Ӏуэхур зэфӀэгъэзэрыхьын = Ӏуэхур зэӀыщӀэн. Ӏуэхур зэфӀэгъэцӀэфтын быстро управиться с делом. Ӏуэхур зэфӀэнэн застопориться - о каком-л. деле. Ӏуэхур зэфӀэхьэн получиться, сладиться- о каком-л. деле. Ӏуэхур зэӀыгъэхьэн = Ӏуэхур зэӀыщӀэн. Ӏуэхур зэӀыхьэн разладиться о каком-л. деле. Ӏуэхур зэӀыщӀэн запутать какое-л. дело. Ӏуэхур здэщыӀэр = Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зехуэн заниматься каким-л. делом. Ӏуэхур зыгуэрым бгъэдэлъхьэн поручить какое-л. дело кому-л. Ӏуэхур зыгуэрым хуэзэху пока дело уладится, пока дело решится, пока дело утрясется. Ӏуэхур зыгурымыгъэӀуэн пропускать что-л. мимо ушей {разговоры} о каком- л. деле. Ӏуэхур зытетыр обстоятельства дела, суть дела. Ӏуэхур зыӀутыр = Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур кӀуэцӀрыгъэкӀын пробить какое-л. дело. Ӏуэхур къэгъэубэлэцын = Ӏуэху къигъэкӀын. Ӏуэхур къэкъутэжын = Ӏуэхур къэкъутэн. Ӏуэхур къэкъутэн расстроиться - о каком-л. деле. {И} Ӏуэхур къэнэжын оставить какое-л. дело неоконченным. Ӏуэхур къэтӀэщӀын копаться в делах. Ӏуэхур къэхъеижын снова всплыть - о каком-л. деле. Ӏуэхур къэӀэтыжын снова возобновить, возбудить какое-л. дело. Ӏуэхур къекӀэрэхъуэкӀыжын вернуться в прежнее состояние (напр. о былых делах). Ӏуэхур къекӀэрэхъуэкӀын обернуться неожиданностью- о каком-л. деле. Ӏуэхур къехьэлъэкӀын испытывать затруднение в каком-л. деле. Ӏуэхур къехъулӀэн удасться, получиться у кого-л. - о каком-л. деле. Ӏуэхур къешынэуэжын вновь возникнуть, всплыть (о неприятном для кого-л. деле). Ӏуэхур лъэхъэн затормозить, запутать какое-л. дело. Ӏуэхур ткӀийуэ гъэувын серьезно подойти к какому-л. делу. Ӏуэхур укъуэдиин твёрдо стоять на чем-л. (при решении какого-л. вопроса). Ӏуэхур фӀыуэ къыщӀидзыжын поправиться - о каком-л. деле. Ӏуэхур шыпхэ хъун просторечиеухудшиться - о каком-л. деле. Ӏуэхур щӀэуфэн прикрыть какое-л. дело. Ӏуэхур Ӏэпэдэгъэлэл щӀын забросить какое-л. дело. {Си} Ӏуэхущ 1. я ручаюсь, я отвечаю за это дело. * Си Ӏуэхущ иджы езы Долэти а щӀалэ цӀыкӀуитӀым ӀэпэкӀэ къеӀусэмэ. КӀ. А. 2) это мое {личное} дело. Ӏуэху бгъэдыхьэкӀэ подход к какому-л. делу / Лэжьыгъэ, къалэн гуэр зэрагъэзащӀэ щӀыкӀэ, Ӏэмал. Ӏуэху бгъэдыхьэкӀэ тэмэм. Ӏуэху еплъыкӀэ взгляд, точка зрения / Лэжьыгъэ, къалэн, Ӏуэху гуэрым зэрегупсыс, абы теухуауэ я гугъэ. Ӏуэху зехьэкӀэ см. Ӏуэху щӀэкӀэ. Ӏуэху фӀохъу апщий бог в помощь! (пожелание) / Уи (фи) Ӏуэху фӀы ухъу (лэжьыгъэ гуэр зыгъэзащӀэм зэрызыхуагъазэ сэлам). Ӏуэху щӀэкӀэ манера, стиль работы / Ӏуэху, къалэн гуэр зэрагъэзащӀэ, зэралэжь щӀыкӀэ, Ӏэмал. * Ӏуэху щӀэкӀэ зымыщӀэр Ӏуэху щӀэным егъалӀэ. (погов.)

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Ӏуэху

1. Лэжьыгъэ, ягъэзащӀэ Ӏуэхугъуэ.

КӀасэм ахъшэ куэдыщэ къызэрыдэхъуэ лъандэрэ Ерул и Ӏуэхуми къыхэхъуат – пщыхьэщхьэм гъуоуэ джэрти, нэху щыху къуажэ ахъшэр ихъумэу правленэм щӀэст.— Хъуэпсэгъуэ нур, 233

+2 örnek

Саният и дэлъхухэм джанэ яхуиду е пщафӀэу щысмэ, Зураб къызэджэм едаӀуэу и Ӏуэху ищӀэмэ, ешыртэкъым, куэдщ, жиӀэу зэпигъэуртэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666

ЦӀыхубзхэм я Ӏуэху яухыртэкъыми, куэдрэ дапэплъэн хуей хъурт, езыхэми «Алыхь, мыр щӀэмыкӀыжыну, тӀэкӀу дыбгъэдэмысауэ», жаӀэрти, я Ӏуэхур зэпагъэурти, урокым къыщӀэддзэрт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528

2. Зыгуэрым ехьэлӀа, и къалэным хыхьэ.

Фызыр хьэдагъэ кӀуэмэ, зэрынэсу гъын къыщӀадзэрэ, я нэпс къыщӀэкӀми къыщӀэмыкӀми, тӀэкӀу къугъмэ, махуэ ныкъуэкӀэ убэу зэхэст, Дисэ абы яхэхуамэ, си Ӏуэху и ужь ситыжмэ нэхъыфӀщ, жиӀэрти икӀэщӀыпӀэкӀэ къэкӀуэжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 131

+2 örnek

Румын гуэр диӀэт пхъащӀэу, пхъащӀэ Ӏуэхум щыгъуазэ дищӀыну шэнт щхьэгуэ сыт дигъэщӀырт, езым буфет дахэ ищӀурэ ищэрт, и фыз гъум лъахъшэр ди пщафӀэт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526

Рахьим и Ӏуэхур къызэрежьари мырат: зэгуэр Саримэ лафкӀэм кӀуат, шыгъу джэронкӀитӀ къищэхуну, Рахьим хъыджэбз псыгъуэ къабзэ цӀыкӀур щилъагъум, тхьэм ещӀэ бзаджэжьым игу къэкӀар, къызэпиплъыхьащ, и пащӀэ кӀырыр иӀуантӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 128

3. КъэхъукъащӀэ, Ӏуэхугъуэ гуэрым теухуа хабзэкӀэ зэхэгъэкӀыныгъэ.

ЛатӀифэ и нэщхъыр зэщӀэукӀауэ и пэми мафӀэ бзий къреху жыпӀэну, псоми жаӀэнур жаригъэӀэри езыр яужь дыдэ къэпсэлъащ, судым ящӀа унафэм къеджэ хуэдэу зигъэткӀийуэ: «Мыр суд Ӏуэху хъунущи, документ дызыхуейуэ хъуар ӀэкӀуэлъакӀуэу вгъэхьэзыр икӀэщӀыпӀэкӀэ, актым псоми Ӏэ тевдзэнщ».— Лъапсэ, 11

+2 örnek

Локотош и гум къэкӀыжащ Якъуб и Ӏуэхур зэхигъэкӀыну Бахъуэм и пщэм дэслъхьэнщ, жиӀэу Зулкъарней жиӀауэ зэрыщытар.— Нал къута, 261

Мылицэ Ӏуэху сщӀымэ, къысхуамыгъэгъункӀэ шынагъуэщ: псы щхьэлым деж куэзыр зэдэджэгуу щысахэр зэрымыщӀэу си фӀэщ хъуркъым.— МелыӀыч, 458

4. ЩытыкӀэ.

Мыбы хуэдэу ди Ӏуэхур къыщыщӀидзыжакӀэ, ди адэжь щӀыналъэм дыкӀуэжыну хуит дыфӀщ, жаӀэу зыкъомым зыкъаӀэта щхьэкӀи, зыри къикӀакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663

+2 örnek

Капитаныр я пащхьэм къиувэри фронтым и Ӏуэхур зыӀутым щыгъуазэ цӀыхур ищӀащ.— Нал къута, 256

Ауэрэ Азизэ и Ӏуэхур нэхъ Ӏей хъурт.— Щынэхужьыкъуэ, 56

4. ЗэхэгъэкӀын, гъэзэщӀэн хуейуэ гугъуехь зыхэлъ гуэр.

Жылэ къызэхуэсам къахэплъэри Астемыр зыхэт ӀуэхумкӀэ къыщӀидзащ: – Къэралыр къапщтэмэ – иджыпсту культурнэ революцэ щемыкӀуэкӀ щыӀэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654

+2 örnek

Исуф тӀысри фызым гуригъэӀуащ псори: кӀуэрэ зригъэтхмэ, ахъшэ къызэрыратынур, гъуэгум текӀуадэ илъэпкъри езы Америкэм и Ӏуэхуу зэрыщытыр, нэса нэужьи зэлӀзэфызым ӀэнатӀэ кърату илъэсищ мынэхъ мащӀэкӀэ зэрагъэлэжьэнур.— Лэчымэ, 390

[Дэфэрэдж:] Уэ хирургическэ наркоз пхует закъуэмэ, адрейр сэ Ӏуэхущ.— Лъапсэ, 14

Deyimler (88)

абы фӀэкӀа Ӏуэху имыӀэн

Еплъ: абы фӀэкӀа

дуней ӀуэхукӀэ

Еплъ: дуней

[уи] мыӀуэху зехуэн

Узыхэмыхьапхъэ хыхьэн, уи Ӏуэху зыхэмылъым хэӀэбэн.

[Мусэ:] Елдар и мыӀуэху зэрихуэу къиджэдыхьу сэ лӀыщӀапщӀэ езбгъэтыну ара?— Хъуэпсэгъуэ нур, 93

+1 örnek

Тембот хузэфӀэкӀакъым Елдар епсэлъэн, ауэ и щэхур Саримэ ирихьэлӀати, хъыджэбзым идэххакъым, уи мыӀуэху зумыхуэ, жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 151

нобэрей ӀуэхукӀэ

Еплъ: нобэрей

Ӏуэху блэкӀ

Ӏуэху пӀэщӀэгъуэ, ебгъэтӀылъэкӀ мыхъуну Ӏуэху.

Ӏуэху блэкӀ иӀэ хъунт [Бекъан].— Щынэхужьыкъуэ, 60

[фи] Ӏуэху дахэ тхьэм ищӀ

Ӏуэху зыхэтыр къехъулӀэну, зэрыхуейм хуэдэу хъуну зыгуэрым зэрехъуэхъу щӀыкӀэщ.

– Тхьэм фи Ӏуэху дахэ ищӀ, – аращ Бекъан яжриӀар [и къуэмрэ абы и ныбжьэгъумрэ].— Нал къута, 270

Ӏуэху зехуэн

Ӏуэху гуэрым и ужь итын.

– Щхьэ зыщыбгъауэрэ, Ӏэдэм, – жиӀэри Лу къэуващ, – бэлшэвычми кӀэмсэмолми зи Ӏуэху зэрахуэр къулейсызыр аракъэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 631

+1 örnek

Думэсарэ къыхуэщӀэртэкъым Астемыр къимыгъэкӀуэжу зыӀыгъыр, е езыми Ӏуэху зэрихуэм тепсэлъыхьу зыгуэр къитхтэми аратэкъэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 191

[я] Ӏуэху зэхэмылъын

Ӏуэху гуэркӀи зэпыщӀауэ щымытын.

[Борис Борисович:] Яхуэтхыж, ди къэралым динымрэ къэралымрэ я Ӏуэху щызэхэлъкъым, жыӀи— Тепщэч къэзылъэтыхь, 179

Ӏуэху зехьэн

Лэжьыгъэ, къалэн гуэр гъэзэщӀэн.

Старшынэ кӀыхьыжьыр, тӀэкӀу зигъэщхъауэ, жылэ зэхуэсам къахэплъэрт, Ӏуэху хьэлъэ зэрихьэм щӀыбышэ ищӀа къыпфӀигъэщӀу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 86

Ӏуэху къэгъэнэн

Ӏуэхум къыпэрыкӀын, ӀэщӀыб щӀын.

Уеблэмэ пщэфӀапӀэм щӀэса фызыжьхэри къэкӀуащ я Ӏуэху къагъанэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 598

+1 örnek

ЕтӀуанэрей махуэм хьэблэм дэс лӀыхэр зэхуэсри, я Ӏуэху къагъанэми, щхьэж сэбэп зэрыхъунымкӀэ зэгурыӀуэри хэт мэзым кӀуэри чы-бжэгъу къишащ, хэти пхъащхьэ хъун къигъуэтащ, хэти мывэ къишэри, зэрыжаӀам хуэдэу, чы-бжэгъу унэ ящӀри и щхьэри ябгъэжащ.— Нэгъуху, 425

Ӏуэху къэгъэхъеин

Ӏуэху, псалъэмакъ гуэр къегъэжьэн, къыщӀэдзэн.

Пэжыр жыпӀэмэ, езы Нартыхур къулыкъущӀэкъуу щымыту, нэхъ тегушхуауэ Ӏуэхум иужь итыгъамэ, зыгуэрхэр хузэфӀэкӀыну къыщӀэкӀынт, ауэ «къомыгъэхъей апхуэдэ Ӏуэху» жиӀэу лӀыщхьэу щӀыр щыпачым хэлӀыфӀыхьа Микоян щыжиӀэм, Нартыхум зиущэхужащ, къытхуэнам зридгъэкъум нэхъыфӀщ жыхуиӀэу.— Лъапсэ, 83

+1 örnek

Ӏуэху къагъэхъеям тепсэлъыхьу Къазбэч куэд жиӀэфынут и гум илъ псор къитӀэщӀу жиӀатэмэ, арщхьэкӀэ абы хуэдизу и щхьэр течауэ упсалъэмэ, жыжьэ нэсыжынкӀэ хъунут.— Лъапсэ, 82

[и] Ӏуэху къэнэн

Ӏуэхур гъэзэщӀа мыхъун.

ХьэщӀэу къыпфӀэщӀми, арщ бысымыр, Уэ урихьэщӀэу зыдегъэкӀу, Уи Ӏуэху къэнамэ, зэгъэзахуэ, ПхуэмыгъэткӀуахэр псынщӀэу гъэткӀу, Улъэрымыхьмэ, баш къэпщтауэ.— ХьэщӀэ ирамыгъэблагъэ. «Вагъуэ махуэ», 366

Ӏуэху къэӀэтын

Микоян «границэ Ӏуэху къэвмыӀэт» жиӀэу щыжиӀэм, дэ дяпэ зыгуэрым зыкъримыгъэщауэ жиӀа?— Лъапсэ, 83

+1 örnek

Махуэр макӀуэр, гъэр хокӀуатэ, Былэ Ӏуэхур къиӀэтащ— Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 111

Еплъ: Ӏуэху къэгъэхъеин

Ӏуэху къыкъуэкӀын

Зыгуэр щӀэн, лэжьын хуей хъун.

[Астемыр:] Иджыщ Ӏуэхур къыщыкъуэкӀар— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 633

[фи] Ӏуэху фӀы ирикӀуэ

[Шурэ:] Уей, уи Ӏуэху фӀы ирикӀуэ.— Алъхъо, 75

+1 örnek

Нэгъабэ Къалмыкъым я щӀыналъэм нэмыцэ зэрыпхъуакӀуэхэр ирахужа нэужь, фронтым и командованэм телеграммэ гъуэзэджэ Къалмыкъ правительствэм къыхуигъэхьат, «фи щӀыналъэр къэдгъэкъэбзэжащи, фи мылъку зэхэкъутар, икъухьа хъуар зэфӀэвгъэувэж, дывохъуэхъу фи Ӏуэху фӀы ирикӀуэну» жиӀэу— Лъапсэ, 84

Еплъ: [фи] Ӏуэху дахэ тхьэм ищӀ

[и] Ӏуэху хэмылъын

ЗыгуэркӀэ къепхауэ, къегъэщӀылӀауэ щымытын.

Ухуеймэ, дэкӀуэ, ди Ӏуэхуи пхэлъкъым, уи Ӏуэхуи къытхэлъыжкъым, уеблэмэ уаси сыти жытӀэркъым, жаӀэри зэкъуэшхэм загъэгусэри лъэныкъуэ зрагъэзыжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 160

+1 örnek

[Къазбэч председателым жреӀэ:] Гъавэр фыми кӀуэдми уи Ӏуэху хэлъкъым, птыну уи къалэнщи, ты.— Лъапсэ, 83

[и] Ӏуэху хилъхьэн

ХэӀэбэн, хэпсэлъыхьын (Ӏуэху гуэрым).

Матрёнэ и Ӏуэху зыхимылъхьэ щыӀэтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 555

Ӏуэху хэтын

Ӏуэху гуэрым пэрытын, Ӏуэху гуэр зехуэн.

Ӏуэху дызыхэтым сэ сыхэту, Фызэлъэбакъуэм селъэбакъуэу, СывдокӀуэ ноби сигу къилъэту.— Тхылъ еджэм. «Мывэ хуабэ», 16

+2 örnek

Саримэ и нэкӀум аргуэру пшагъуэ къытрехуэ: сыту пӀэрэ Елдар зыхэт Ӏуэхур?— Хъуэпсэгъуэ нур, 192

Мы сэ сызыхэт Ӏуэхум елъытауэ зэанэзэпхъур зыхэтыр кӀэнджэгу хуэдэщ, жиӀэу арат Албиян зэгупсысыр.— Щынэхужьыкъуэ, 33

Ӏуэху и пщэ къыдэхуэн

Ӏуэхур езым игъэзэщӀэн хуей хъун.

[Астемыр:] Ӏуэхушхуэ ди пщэм къыдэхуауэ, ди унафэ тщӀыжыну, къэрэхьэлъкъыр гъуэгу тэмэм тегъэува зэрыхъунум и унафэ тщӀыну аращ дыщӀызэхуэсари.— Хъуэпсэгъуэ нур, 249

Ӏуэхум хыхьэн

Ӏуэхум и ужь ихьэн.

Пыжьынэ санитаркэр хуэмыгъэшынэу иджы йоубзэ, йодэхащӀэ, къегъэгугъэ сымаджэщым щӀэкӀыжмэ, увыпӀэфӀ къыхуигъуэтыну, тхылъымпӀэ тӀэкӀур къыхуигъуэтрэ кърит закъуэмэ, арщхьэкӀэ Тамарэ цӀыхубз губзыгъэщ, запискэм си Ӏэ тӀэкӀу телъу зэхихащи, зыхигъэзагъэркъым, «Дэфэрэдж и зэран къызыхэкӀын Ӏуэху сыхыхьэфынукъым» жиӀэу.— Лъапсэ, 22

Ӏуэху хуиӀэн

Зыгуэрым Ӏуэху гуэркӀэ хуей ухъун.

– Ӏуэху пхузиӀэщ, – жиӀэри капитаным [Локотош] къригъэжьар трилъэфэжащ.— Нал къута, 302

Ӏуэху щӀын

Яужь ихьэн.

Жансэхъу мызэ-мытӀэу ар [Таша нэщӀ зэрисыр] Ӏуэху ищӀат, итӀани пэлъэщыртэкъым, Таша шхыну къратыр зэхуихьэсурэ хэщхьэжыгъуэ мыхъуауэ зы зыӀуигъахуэртэкъым, шхэрти къелыжар нэхущым деж щэращу ишхыжырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 548

[уи] щхьэ Ӏуэху зехуэжын

Еплъ: щхьэ

Ӏуэхум етащ (гурэ псэкӀэ)

Зыпэрыт ӀэнатӀэр фӀыуэ елъагъу, хьэлэлу и Ӏуэху егъэзащӀэ.

Езы Аннэ Павловнэр мащӀэ щӀакъым сэ зэрысцӀыхурэ, иджыри къэс зэи сигу ебгъакъым, хуабжьу специалистыфӀщ, псэрэ гукӀэ и Ӏуэхум етащ, зытеува гъуэгуми пхутекӀынукъым, арауи къыщӀэкӀынущ и къулыкъум зиӀэтыну псоми хуагъэфащэурэ и Ӏуэхур къехуэха иджы щӀэхъуар.— Лъапсэ, 11

[я] Ӏуэхум зыри къимыкӀын

КъемыхъулӀэн, хузэфӀэмыгъэкӀын.

Пенсие зрат фызхэм зыкъаӀэта щхьэкӀэ, я Ӏуэхум зыри къикӀакъым.— Нал къута, 288

Ӏуэхум иужь итын

Лэжьыгъэ, къалэн гуэр гъэзэщӀэным пэрытын, и Ӏуэху зехуэн.

И адэмрэ и анэмрэ якӀэлъыплъыху езы Луи нэхъ ерыщу Ӏуэхум иужь итт, фызыжь Ӏэзэм [Чачэ] кӀуапӀи жапӀи иримыту.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 503

+1 örnek

Пэжыр жыпӀэмэ, езы Нартыхур къулыкъущӀэкъуу щымыту, нэхъ тегушхуауэ Ӏуэхум иужь итыгъамэ, зыгуэрхэри хузэфӀэкӀыну къыщӀэкӀынт…— Лъапсэ, 83

Ӏуэхум иужь ихьэн

Ӏуэхум и гъэзэщӀэным щӀэдзэн, Ӏуэхум пэрыхьэн.

КӀыхьлӀыхь имыщӀу Дисэ и Ӏуэхум иужь ихьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 140

+1 örnek

Дисэрэ Рахьимрэ я Ӏуэху иужь ихьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 142

Ӏуэхум кӀэ етын

Ӏуэхур зэфӀэгъэкӀын, ухын.

Молэр пӀащӀэртэкъым Ӏуэхум кӀэ иритыну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 81

+2 örnek

МастэкӀэ псынэ къэптӀыныр нэхъ тыншщ, итӀани Лу а Ӏуэхуми кӀэ иритащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502

Мэз защӀэкӀэрэ тенджызым нэсри кхъухьтедзапӀэ къыхихам пэмыжыжьэу увыӀэпӀэ къигъуэтри Ӏуэхум иужь ихьащ [къыдырыр], жьыбгъэ къепщэм щимыгъэтыж щӀыкӀэ Ӏуэхум кӀэ етын хуейщ, жиӀэри.— Кхъухь пхэнж, 497

Ӏуэхум кӀэ игъуэтын

Ӏуэхур зэфӀэкӀа хъун.

Инус и Ӏуэхум кӀэ имыгъуэту къэнащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 81

Ӏуэхум къыхыхьэн

ЗыщӀыпӀэ уи Ӏуэху хэлъхьэн.

Маир Ӏуэхум къыхохьэ, ар зыпылъ хъыджэбзыр нэгъуэщӀым дэкӀуэну идэххэнукъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617

Ӏуэхум къыдэуэн

Ӏуэхум зэран хэхъухьын.

[Дэфэрэдж:] Илъэс къэси аращ: отпускыр пщэдджыжьым къызат, пщыхьэщхьэм страхыжыр, зыгуэр си Ӏуэхум къыдэмыуэну Ӏэмал иӀэкъым.— Лъапсэ, 8

Ӏуэхум къыдэхуэн

Ӏуэхухэр зэфӀэкӀауэ зэман хуит къыпхуихуэн.

Ӏуэхухэм пщащэр къыдэхуати, ТӀэкӀу теуну садым кӀуат, Удз гъэгъахэм хуэзэшати Къищыпыным егуэкӀуащ.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 152

Ӏуэхум къуацэкӀэ хэуэун

Долэт. Ӏуэхум къуацэкӀэ щыхэуэн хуейр къэсауэ къилъытати, и псалъэр къыхимыӀуу хуэшэчакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 250

Еплъ: Ӏуэхур зэӀыщӀэн

Ӏуэхум хэгъуэзэн

Лэжьыгъэ, къалэн гуэрым хуэӀэзэ, хуэӀэкӀуэлъакӀуэ хъун.

Тембот гъукӀэу зыщигъасэм, Бот къыщытхъуу Ӏуэхум хэгъуэзат, иджы ари къехъулӀакъым, Бот тхьэмыщкӀэр дунейм ехыжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 296

Ӏуэхум [ар] хэлъын

Ӏуэхум щыщын.

Дауи, Ӏуэхум ари [шынагъэри] хэлът— Хъуэпсэгъуэ нур, 235

Ӏуэхум хэлӀыфӀыхьын

Ӏуэхур зэщӀа хъуным жыджэру яужь итын.

Мис ноби къущхьэ Къэзмай и къуэ Ахья къаутӀыпщыжащ, жаӀэу хъыбар къэӀуати, Къазджэрий и гуапэ хъуащ, зыгуэру а Ӏуэхум хэлӀыфӀыхьа хъунт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 636

Ӏуэхум хыхьэн

ЛӀыжь гуэрхэри Якъуб деж кӀуэри къаутӀыпщыжыну елъэӀуащ, Якъуб къигъэгугъа щхьэкӀэ, Локотош и Ӏуэхум хыхьэну фӀэфӀтэкъым.— Нал къута, 263

+1 örnek

Маир Ӏуэхум къыхохьэ, ар зыпылъ хъуджэбзыр нэгъуэщӀым дэкӀуэну идэххэнукъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617

Еплъ: Ӏуэхум хэлӀыфӀыхьын

Ӏуэхум хуэчэфын

Ӏуэхум фӀэфӀу, гурэ псэкӀэ етауэ бгъэдэтын.

Къызэхуэсахэри гуп-гупурэ иныкъуэр зэчэнджэщу, адрейхэри зэдауэу, зыкъоми «текӀуэм дырейщ» жаӀэу зэхэтт, ауэ инэхъыбитӀыр Ӏуэхум хуэчэфу, къалэну я пщэм къыдэхуар зэрыиныр ящӀэжу, абы ирипагэу, «зэ дыщӀыхьащэрэт залым» жаӀэу тепыӀэртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 317

Ӏуэхум щыщын

Ӏуэху гуэрым и Ӏыхьэу щытын.

Долэт къыщӀэкӀуари Ӏуэхум щыщт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 509

Ӏуэхур [абы] нэсмэ

Ӏуэхур куу хъумэ.

Ӏэмал нэгъуэщӀ щыщымыӀэжым деж, пкъутэнуми пкъутэ хъунщ [пхъуантэр], Ӏуэхур абы нэсмэ, нэпкъым тхьынщи къеддзыхми хъунщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 235

+2 örnek

[Хьэжумар:] Абы Ӏуэхур щынэсакӀэ, куэдрэ мыбы ущыӀэж хъунукъым.— Алъхъо, 70

ГъэкӀуэдыным Ӏуэхур щынэсым, зэадэзэкъуэшхэр зы хъужащ, къуаншагъэу палъхьар къызыпкърыкӀар тхьэм ещӀэ, ЦӀыкӀущэ шы къезытарагъэнт.— Нэгъуху, 33

Ӏуэхур аракъым

Аракъым нэхъапэр, нэхъ мыхьэнэ зиӀи щыӀэщ.

Астемыр къызэрилъытэмкӀэ, «Ӏэдэм и щхьэл» жыпӀэкӀи, ауэ «колхоз щхьэл» жыпӀэкӀи – аракъым Ӏуэхур, уеблэмэ мыр къатызох, мор къатызох жыпӀэу цӀыхур колхозым щумыгъащтэмэ, нэхъыфӀт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652

Ӏуэхур аращ

Нэхъыщхьэр, нэхъапэр аращ.

Хьэжы щыгъыну Мэккэ къитхар хэутэн ищӀащ а гъуамэм, ебзым хикухьащи, аращ Ӏуэхур, – жиӀащ Инус, щытыныр къехьэлъэкӀ хуэдэу зищӀщ, нэхъ тӀысыпӀэфӀым деж щысыр щигъэлъэтри, башыр зыщӀигъакъуэурэ зригъэщэтэхащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 78

Ӏуэхур гъэтӀылъын

Ӏуэхум, лэжьыгъэм къыпэрыкӀын, ар зэпыгъэун.

Ӏэщэ сыткӀэ Сосрыкъуэ нэхъ ӀэкӀуэлъакӀуэ уигъэлъыхъуэнт, ауэ уэрэдкӀэ е усэкӀэ къыпхуищӀэн щыӀэтэкъым, Къазджэрий мызэ-мытӀэу и Ӏуэхур игъэтӀылъырти Сосрыкъуэ и ужь ихьэрт, зэрызищӀын хуейр иригъэлъагъуу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 618

[и] Ӏуэхур дэкӀуеин

ЕфӀэкӀуэн, ехъулӀэныгъэ иӀэн.

Лу упэлъэщыну Ӏэмал зимыӀэт, абы хуэдизу и Ӏуэхур дэкӀуеяти, «Инал и машинэм ису къэкӀуэжащ Астемыр и къуэр», – жаӀэмэ, зэхэзыхым игъэщӀагъуэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546

+1 örnek

[Мэремкъан Инал:] – Ди Ӏуэхур дэкӀуеиху, ди жагъуэгъури нэхъ ерыщ хъунущ, Елдар.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 574

Ӏуэхур ежьэн

Ӏуэхур, лэжьыгъэр убла хъун.

И Ӏуэхухэр тыншу зэ ежьэмэ, фыз гуэр игъуэтынкъэ [Нурхьэлий].— Хъуэпсэгъуэ нур, 228

Ӏуэху ехьэжьэн

Ӏуэху, лэжьыгъэ гуэр къыщӀэдзэн, ублэн.

– Фэ тӀум [Верэ Павловнэрэ Саримэрэ] а Ӏуэхур ефхьэжьэмэ, дэгъуэу зэрызэфӀэкӀынум шэч лъэпкъ къытесхьэркъым, – жиӀэрт Къазджэрий, – Верэ Павловнэ бэлъто ищэу хэт имылъагъунрэ?!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 673

+1 örnek

ӀуэхуфӀ епхьэжьэмэ, къыбдэӀэпыкъуни мащӀэ: лэжьэну зыфӀэфӀыр апхуэдизкӀэ куэдти, пщӀэншэу лэжьэни бгъуэтынут, арщхьэкӀэ Абу-Деруиш лэжьапщӀэ зримыт яхэтакъым.— Кхъэлэгъунэ, 376

Ӏуэхур ехьэлӀэн

Ӏуэхум зыгуэр къыхэшэн.

Абы и Ӏэмал зыщӀэм Ӏуэхур ехьэлӀэн хуейщ.— Щынэхужьыкъуэ, 72

Ӏуэхур зэдэӀэтын

Гупу, зэдэууэ Ӏуэхур, лэжьыгъэр зэфӀэгъэкӀын.

[Урарэ Инал жреӀэ:] Нобэ Къазджэрий уи гуфӀэгъуэр къыддиӀэтыну къэкӀуащи, уи Ӏуэхур къыбдэзыӀэтхэм ящыщ зы пхуэхъуауэ къысфӀощӀри ари си дуней гуфӀэгъуэщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585

Ӏуэхур зэхэгъэкӀын

Ӏуэхур зытетыр къэщӀэн.

Къалэм къикӀри ротмистру зы афицар гуэри и шыкӀэ мафӀэ егъэуауэ къэсащ, Ӏуэхур зэхигъэкӀын мурад иӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 236

+1 örnek

ЛӀыжьрэ фызу жылэм дэсыр жьы дыдэу Астемырхэ я пщӀантӀэм къыщызэхуэсат, я Ӏуэху зэхагъэкӀыну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 311

Ӏуэхур зэщхьэщыкӀын

Ӏуэхур нэгъуэщӀ хъун, зихъуэжын.

ЗэрагъэхъыбарымкӀэ, центрым Октябрь революцэшхуэр щытекӀуа щхьэкӀэ, Къэбэрдейр зэрыщытауэ къэнэжащ, къуажэ правленэ сытхэр къуажэ СоветкӀэ яхъуэжами, старшынэхэр председатель хъуа фӀэкӀа, Ӏуэхур зэрызэщхьэщыкӀа щыӀэтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 180

Ӏуэхур зэӀыгъэхьэн

Зэхэгъэзэрыхьын, нэхъ Ӏей щӀын, зэран хэхъухьын (Ӏуэху, лэжьыгъэ гуэр).

«Уэ сысыс, сэр щхьэкӀэ зыгуэр къеври си Ӏуэхур зэӀегъэхьэ [Чачэ]», – жеӀэри Лу мэгузавэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 505

Ӏуэхур зэӀыхьэн

Ӏуэхур зэхэзэрыхьын, нэхъ Ӏей хъун.

Иджыпстуи Жансэхъу, Ӏуэхур зэӀыхьауэ щилъагъум, и словарым, чытапым хуэдэу, иплъэри зыхуей дыдэр къигъуэтащ: – Коллоквиум, – жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 551

+1 örnek

АрщхьэкӀэ нэхъыбэм ар щӀыжаӀэр старшынэм еижу, абы и Ӏуэхур зэӀыхьэм я гуапэу арат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 214

Ӏуэхур зэӀыщӀэн

АрщхьэкӀэ зи щхьэр щымыӀэм и шыдыр сыт мэхъу жаӀэрэ – кӀэщӀэтхыхьыр щежьэжым, зыкӀэщӀэтхыхьам зыкърисэри Ӏуэхур цырыцу зэӀищӀэурэ хейр мысэ иригъэщӀри мысэр хей хъуащ, уеблэмэ щыхьэту зи цӀэ ираӀуахэм еджэмэ – жаӀауэ щытари ядэжакъым, ялъэгъуар ямылъэгъуауэ къыщӀэкӀыжащ, ерэхъурэ хъунрэ щыӀэу уи ней къысщыхуэ жыхуаӀэ щӀыкӀэу.— Лъапсэ, 12

Еплъ: Ӏуэхур зэӀыгъэхьэн

Ӏуэхур здэщыӀэм

Ӏуэхум и щхьэусыгъуэр, къызыхэкӀар.

Ӏуэхум нэхъ хэзыщӀыкӀыу зызылъытэжхэм зэрыжаӀэмкӀэ, Инал къэзыгъэгубжьар Буруныпсыртэкъым, Ӏуэхур здэщыӀэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 516

+2 örnek

Шаукэт гурыщхъуэ ищӀащ, си щӀыр бэджэнду сӀихыну ара хъунщ щӀым щӀыщӀэупщӀэр [къадыр], жиӀэу, арщхьэкӀэ Ӏуэхур здэщыӀэр аратэкъым.— Аргъуей, 387

Ӏуэхур здэщыӀэр мырат: Хьэбас емынэунэр ГПУ-м щыкӀуам яжриӀат: «Си ныбжьэгъухэм кӀэрахъуэ зиӀэ яхэтщи, аращ кӀэрахъуэм сыщӀыщӀэхъуэпсыр», – жиӀэри— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531

Ӏуэхур зехьэфын

Ӏуэхум пэлъэщын, ар гъэзэщӀэфын.

Коммунистхэм хуэдэ къабзэу, Ӏуэху зепхьэфу уэ зегъасэ.— Ущие. «Партыр ди пашэу», 90

Ӏуэхур зыӀутыр

Ӏуэхум и щытыкӀэр, Ӏуэхур зытетыр. -14.

Илясрэ Астемыррэ кӀыхьу кърагъэкӀуэкӀащ я Ӏуэхухэр зыӀутыр, арщхьэкӀэ а тӀум жаӀэ псом Щхъуэр едаӀуэртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 162

+2 örnek

[Дэфэрэдж:] Сэри сщӀэрт сымаджэ хьэлъэм наркоз ептыныр зэрышынагъуэр, арщхьэкӀэ Ӏэмалыншэти, Варварэ Романовнэ фӀэфӀ-фӀэмыфӀми операционнэ стӀолым къызбгъэдэту сэ сщӀэр къыздищӀэну къэмыувмэ, сэри схузэфӀэкӀын щыӀэтэкъым, арати, сэри семыубзэми, нэхъ зызгъэӀэдэбу, сыкъызыхищӀэм си гуапэу селъэӀуащ: – Нэхъапэращи, тӀасэ, Ӏуэхур зыӀутым и курыкупсэм хэплъи, зы шанс закъуэ фӀэкӀ мыхъуми, пэрыӀэбапӀэ гуэр къэгъуэт.— Лъапсэ, 13

ЗаводымкӀэ сунэтӀри зы цехым сыщӀэкӀрэ нэгъуэщӀым сыщӀыхьэурэ, я Ӏуэху зыӀут зэзгъэлъэгъуащ.— МелыӀыч, 451

Ӏуэхур къэгъэнэн

Ротмистрым шы дахэ илъагъумэ, нэщхъыфӀэ хъуауэ, и Ӏуэхур къигъанэрти игу ирихьа шым кӀэлъыплъу зыкъомрэ щытт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 219

Еплъ: Ӏуэхур гъэтӀылъын

Ӏуэхур къэкъутэн

Нэхъыжь дыдэ Хьэту, лӀыщӀэу здыӀутым, и Ӏуэхури къэкъутащ – зыгъэлӀыщӀэр и гъусэу къуажэ Советым ираджэри къажраӀащ: – ЛӀыщӀэ бгъэлӀыщӀэ мыхъуну унафэ щыӀэщи, лӀыщӀэ къэзыщтам ӀувгъэкӀыж, колхозым хыхьэн щхьэкӀэ.— Къалэн, 428

Еплъ: Ӏуэхур зэӀыхьэн

Ӏуэхур къехуэхын

Дохутырыр езыджами къытрекъузэ, къомытмэ, утедгъэкӀынущ жиӀэу, арщхьэкӀэ цӀыхубзыр къыхуэгъэшынакъым, щымыхъум, зэрыжаӀам хуэдэ дыдэу и ӀэнатӀэм къыӀуагъэкӀри и Ӏуэхур къехуэхащ, иджы къызэрыгуэкӀ дохутыру мэлажьэ, къулыкъу лъэпкъ щымыгугъыжу.— Лъапсэ, 11

Еплъ: Ӏуэхур зэӀыхьэн

Ӏуэхур къыдэӀэтын

ӀуэхукӀэ зыгуэрым дэӀэпыкъун, Ӏуэхур, лэжьыгъэр дэгъэзэщӀэн, щыгъэпсынщӀэн, дэӀыгъын.

Астемыр сымэ дызэчэнджэщри а Ӏуэхур къыддиӀэтыну Инал делъэӀуну дызэгурыӀуащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647

Ӏуэхур къызэӀыщӀэн

[Астемыр гупсысэшхуэм хэтт:] Мэжджыт зэхуэщӀыным [большевикхэм] ди Ӏуэхур къызэӀимыщӀэну пӀэрэ партыр щыдгъэкъабзэм деж, Инал щхьэ емыплърэ абы, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640

Еплъ: Ӏуэхур зэӀыщӀэн

Ӏуэхур къимыкӀын

КъемыхъулӀэн, зэрыхуейм хуэдэу мыхъун (Ӏуэхур).

Уи Ӏуэху къимыкӀмэ, щыгъэтыж, УцӀыкӀумэ, лъагэ хэт уищӀын?— Къуршхэр. «Вагъуэ махуэ», 317

+1 örnek

Ухеймэ, улъэщщ жаӀа щхьэкӀэ, мыбдежым хейм и Ӏуэхур къикӀакъым: письмор езыгъэтхам и пщампӀэр яубыдри утыкум кърашащ, къулыкъушхуэ уиӀэр уфӀэмащӀэу нэхъ иныж зыӀэщӀэбгъэхьэну ара узыхуейр, жаӀэри.— Лъапсэ, 12

Ӏуэхур [абы] къыщымынэн

Абы щымыухын, адэкӀи къыпыщэн, нэхъри нэхъ куу хъун, зиубгъун.

Журтымрэ хьэрыпыммрэ зызэраупсеяти, адыгэм я пыӀэкур къраудащ, дэ ди пыӀэкум Ӏуэхур къыщымынэу ди лъэри къызэраудащ, ди щхьэр здэтхьынум тхуэмыхьу.— Лэчымэ, 395

Ӏуэхур лъэхъэн

Ӏуэхум зэран хэхъухьын, ар гъэзэщӀа зэрымыхъуным хущӀэкъун.

[Инал:] Къазджэрийуэ ирехъур ар, хэтуи ирехъу, ди Ӏуэхур къэзылъахъэм хуэдгъэгъункъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575

Ӏуэхур мыщӀагъуэн

Ӏуэхур зэӀыхьэн, узэрыхуейу мыхъун.

Лу ар щызэхихым, къыгурыӀуащ и Ӏуэхур зэрымыщӀагъуэр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 554

Ӏуэхур нэгъуэщӀу къекӀуэкӀын

Ӏуэху узэригугъам хуэдэу мыхъун.

Елдар и Ӏуэхур нэгъуэщӀу къекӀуэкӀати, Нурхьэлий тхьэмыщкӀэр гуэщым щӀаубыдауэ щӀэсу Елдар къыщищӀэм, Астемыррэ Степан Ильичрэ яжриӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 256

Ӏуэхур [абы] темыщӀыхьын

Ӏуэхур зыгуэрым теухуауэ, хуэунэтӀауэ емыгъэкӀуэкӀын

АрщхьэкӀэ а тӀум жаӀэм Ӏуэхур тращӀыхьакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 653

Ӏуэхур пащӀэгъэлыгъуэм нэсын

Ӏуэхур куу хъун, Ӏуэхум къиин гуэр къыхэкӀын.

ПащӀэгъэлыгъуэм Ӏуэхур нэсмэ, Уихуа щхьэлынэм – уихьэжынщ, Щыблэм тутыныр пхупигъанэм, Дуней тетыныр уи щӀэщыгъуэщ.— Дунейр зи щӀэщыгъуэ. «Батырыбжьэ», 130

[и] Ӏуэхур пщӀэгъуэлэн

Ӏуэхухэр фӀыуэ къекӀуэкӀын, Ӏуэхухэр дэкӀын.

Зи Ӏуэху пщӀэгъуалэр щысщ уэршэру, КъыщӀэкӀыхункӀэ Нэхущвагъуэр.— Жьэгу. «Батырыбжьэ», 35

+1 örnek

Арэзыуэ щысщ а лӀыжьыр, – НасыпыфӀэ ухъу, си щӀалэ, – ЖиӀэу дадэм зыкъеужьыр, – Еплъ, си Ӏуэхур мыпщӀэгъуалэ, ЩӀэщхъукъэ нобэ къысщыщӀари, Уэрщ ар псынщӀэ схуэзыщӀари.— Тисей, 503

Ӏуэхур [абы] тетын

Ӏуэхур зыгуэрым тещӀыхьауэ екӀуэкӀын.

Дэ ди лъэщагъым хэхъуэну. Мы бжьэр соӀэтри согуфӀэр; Ӏуэхур жытӀахэм тетыну Зы ткӀуэпс къизмынэу сэ софэр.— ИлъэсыщӀэм папщӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 121

Ӏуэхур [зыгуэрым] тещӀыхьын

Ӏуэхур зыгуэрым теухуауэ, хуэунэтӀауэ егъэкӀуэкӀын.

АрщхьэкӀэ аракъым сэ Ӏуэхур зытесщӀыхьыр, ЛатӀифэ и дыхумэр къащӀихьэмэ, зи щхьэ уназэ цӀыхухъу гуэрхэри зэрыщыӀэр сощӀэр, итӀани сызытет гъуэгум сытетыжщ.— Лъапсэ, 16

Ӏуэхур укъуэдиин

Ӏуэхур унэтӀыныгъэ гуэрым быдэу тегъэтын, абы темыгъэкӀын.

И хьэл-щэнкӀэ ткӀийт, зытетым пхутекӀынтэкъым, Ӏуэху иукъуэдиямэ, шокъу жиӀэу нимыгъэсауэ щигъэтынтэкъым [Инал].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 509

+1 örnek

Уигурэ уи щхьэрэ зэтету Ӏуэхур букъуэдийми, блэжьыр тэмэму зэрыблэжьыр хьэкъыу уи фӀэщ мыхъуамэ, зэӀыбгъэхьэнкӀэ мэхъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568

Ӏуэхур утыкум къилъхьэн

Ӏуэхур хэӀущӀыӀу щӀын, цӀыхухэм хэгъэӀуэн.

Къалмыкъым Ӏуэхур утыкум кърелъхьэ, Бахъсэн щызэрызехьам я мурадар цӀыкӀуфэкӀукъым, абы хэтар тезыгъэгушхуэу я гум къишхыдыкӀар Къатхъэн Назирщ, колхозыр идэркъым, Совет властыр икъутэжу шэрихьэт хабзэм тету псэууэ иригъэжьэн и хьисэпщ, жиӀэу.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526

[и] Ӏуэху хэмыкӀуэдэн

Химылъэфэн, и Ӏыхьэ къыхэкӀын.

Зи Ӏуэху хэмыкӀуэдауэ къэзылъытэр Чачэ и закъуэт, дауи, абы и Ӏуэху псыхэкӀуадэ хъуркъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 208

Ӏуэхур [абы] хуэкӀуэн

Ӏуэхур зыгуэрым хуэунэтӀа хъун.

Исхьэкъ жыхуиӀэм хуэкӀуэрт Ӏуэхур, сыту жыпӀэмэ зэгуэр Исхьэкъ и жэмыр Щэрданхэ ятхьэкъури яшхауэ щытащ, шыгъу ишэу Дзэлыкъуэ хъупӀэм кӀуэ пэтрэ гур щхьэпригъэхури витӀыр иригъэукӀати.— Хъуэпсэгъуэ нур, 258

+1 örnek

[Дэфэрэдж:] Иджы си Ӏуэхур зыхуэкӀуэм еплъ: дыгузавэу дыщелъэӀум, дыфӀэмыӀуэхуу еуэри ежьэжащ жебгъэӀэмэ, жагъуэгъу гъэгуфӀэщ, абы ищӀыӀужкӀэ район тхьэмадэм сыщелъэӀуам сыкъигъэщӀэхъуащи, и пхъум щхьэкӀэ гугъу зезгъэхьрэ жыпӀэми, дохутыр этикэм къезэгъыркъым.— Лъапсэ, 9

Ӏуэхур хъун

Ӏуэхур тэмэму зэтеувэн, узэрыхуейуэ зэфӀэкӀын.

Ди Ӏуэхур мэхъу иджы щыжаӀэм, Степан Ильчи дэкӀыжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 268

+2 örnek

– Зы махуэм хьэрфитӀ, хьид махуищыр уи махуэлу, – жиӀэу Чачэ и жьэм къыщыжьэдэкӀым, Лу къэгуфӀат, си Ӏуэхур мэхъу, жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 504

–Адыгэм, – жиӀэрт Бэлацэ, – «ыхьы» жиӀэмэ, и Ӏуэхур хъуащ, ауэ «аӀыхьы» жиӀакъэ – зэӀыхьыщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 93

Ӏуэху цӀыкӀукъым

Мыхьэнэншэкъым, мыхьэнэшхуэ зиӀэщ, тыншу зэфӀэкӀын Ӏуэхукъым.

Локотош къыгурыӀуащ Шэндар сымэ Ӏэзащэу зэрыщымытыр, абы ямыщӀэ ебгъэщӀэныр зэрымыӀуэху цӀыкӀур.— Нал къута, 258

Ӏуэху цӀыкӀуфэкӀукъым

Дызытепсэлъыхьыр Ӏуэху цӀыкӀуфэкӀукъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544

Еплъ: Ӏуэху тыншкъым

Ӏуэхур шыпхэ хъун

ИгъащӀэкӀэ хэт игу къэкӀынт Астемыр и Ӏуэхур апхуэдэу шыпхэ хъуну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 121

+2 örnek

[Локотош:] Дисциплинэр дымыгъэткӀиймэ, ди Ӏуэхур шыпхэ хъунущ.— Нал къута, 293

Псы къыпщӀэуа иужь уи Ӏуэхур шыпхэ хъункӀи мэхъу.— Щынэхужьыкъуэ, 14

Еплъ: Ӏуэхур зэӀыхьэн

[и] Ӏуэхур щхьэхуэщ

Ар нэгъуэщӀ Ӏуэхущ.

[Къылышбий:] – Сэ жысӀэнур мыращ: бом щӀыхьэу и мыш къыщӀэзышу зыдыгъур дыгъущи, абы и Ӏуэхур щхьэхуэщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 92

+2 örnek

Къазджэрий и гугъат: Тыркум, Щам адыгэу Ӏэджэ щыӀэщ, сыкӀуэнщ абыхэм дежи сакъыхэплъэнщ, сахэупщӀыхьынщ, я псэукӀэр зытеухуар зэзгъэлъагъунщ, шэрихьэтым, диным къахуихьыр зэзгъэщӀэнщи фӀы ядэслъагъурэ – фӀыр ди хэкум къахуэсхьынщ, сигу иримыхьын слъагъурэ – абы и Ӏуэхур щхьэхуэщ, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663

ДыщэпскӀэ утхэм Ӏуэхур щхьэхуэщ, Сэ сигу темыхуэ бзэр зыуб.— Сэ нэгъуэщӀыбзэщ тхылъ зэрыстхыр… Щхьэлыкъуэ, 374

Ӏуэхур щыгугъам къыщыщӀэмыкӀын

Ӏуэхур нэгъуэщӀ гуэру къыщӀидзыжын.

[Астемыр:] Сэ сыщыгугъа, Ӏуэхур къыщыщӀэкӀа!..— Хъуэпсэгъуэ нур, 141

+2 örnek

Инал и гугъэт, абы и фызым тӀуанэ зэрытрищӀэр Къазджэрий зэхихимэ, зэгуигъэпыну, арщхьэкӀэ Инал щыгугъам Ӏуэхур къыщыщӀэкӀакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529

Къарэжь и уанэм кӀэрыщӀа Ӏэхъулъэхъур къыхуигъэлъэгъуащ [Хьэкурынэ], узубыду усшэну си мурадщ жыхуиӀэу, арщхьэкӀэ лӀыубыдыр щыгугъам Ӏуэхур къыщыщӀэмыкӀым, и псэлъэкӀэм зихъуэжащ.— Лъапсэ, 106

Ӏуэхур щыгугъам щыщымыӀэн

Уэндэгъу сохъу, жиӀэри зэи абы щыгуфӀыкӀащ, арщхьэкӀэ Ӏузизэ щыгугъым Ӏуэхур щыщыӀэтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 68

Еплъ: Ӏуэхур щыгугъам къыщыщӀэмыкӀын

Ӏуэхур ӀэщӀэхун

Ӏуэхур къигъэнэн, ӀэщӀыб ищӀын.

ЩӀалэм Ӏуэхур ӀэщӀэмыхуу Щэхуу йоплъыр тыгъэ гуакӀуэм, КӀэрыщӀауэ жэщи макӀуэ.— Тисей, 505

си Ӏуэхут

Зы щӀопщ иӀэжмэ си Ӏуэхут а шыр имыгъалъэтэмэ [Лу], пхъуантэ мыгъуэри сыту узыхуэмейт, ар мыхъуатэмэ, сыту къекӀуу шым тесынут…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 523

+2 örnek

Сыдыгъэу махуэ сыщытатэм, Си Ӏуэхут сыщыуэм сэ, си къуэш.— Дунейм къытехьэр зэи щымыуэу … Вагъуэ махуэ, 326

[Дэфэрэдж:] Си Ӏыхьлыхэм сыздэщыӀэр ящӀатэмэ, икӀэщӀыпӀэкӀэ къэсынт, си Ӏуэхут ХьэтӀрэмтӀыгуи мы кхъухьри щӀамыщыкӀтэмэ, дыкъигъуэтыху, арщхьэкӀэ хэт мыгъуэм Ӏыхьлыхэм хъыбар яригъэщӀэн?— Лъапсэ, 39

Еплъ: си Ӏуэхущ

си Ӏуэхущ

Сэ шэсыпӀэ сохьэ (апхуэдэу зэрыщытымкӀэ, зэрыхъунумкӀэ).

[Къарэжь:] – УмыпӀащӀэ зэ, си ныбжьыр хыщӀым зэрынэсу си бзэгуми си Ӏэ-си лъакъуэми къилъхьэ Ӏэхъулъэхъу, пысчынущ лӀыубыд Ӏуэхум, тхьэлъэӀушхуи сщӀынщи,мэжджытджабэм сыкӀэрытӀысхьэжынщ, Къетау ещхьу, си Ӏуэхущ итӀанэ уэ уздэкӀуэ жэнэтым сымыкӀуэмэ.— Лъапсэ, 104

+2 örnek

Къыщиуду гъыным хуэдэу и гур къызэфӀэнауэ, Таша жиӀащ: – Уэлэхьи, сылъапцӀэу уэсым сыхэтами, си Ӏуэхум уэ [Жансэхъу] сумыгъэнэщӀи.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 549

[Джэлил адакъэм:] Сэ уафэм щысщӀэн щыӀэу къыщӀэкӀынкъым, мо абгъуэм бгъэ джэдыкӀэ илъмэ, сытегъуэлъхьэнщи, бгъэ шыр къисшынщ, си Ӏуэхущ итӀанэ адакъэ хужь яфыщӀу яшхыжам нэхърэ нэхъ цӀэрыӀуэ сымыхъумэ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 493

и мыӀуэху зепхуэмэ, уи щхьэм баш техуэнщ

Узыхэмыхьэпхъэ ухыхьэмэ, узыхэмыӀэбапхъэ ухэӀэбэмэ, фӀы щӀэпхынукъым жыхуиӀэщ.

[Сэид къадым жреӀэ:] Уи мыӀуэху зепхуэмэ, уи щхьэм баш техуэнщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 51

уи Ӏуэху зыхэмылъым уи бэлагъ хомыӀу

Уи мыӀуэху ухэмыхьэ жыхуиӀэщ.

Астемыр и нэщхъыр зэхиукӀащ: –Уа, уи Ӏуэху зыхэмылъым уи бэлагъ щхьэ хэпӀурэ [Думэсарэ]?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542

+2 örnek

– Фи Ӏуэху зыхэмылъ фи бэлагъ хэвмыӀу, – жиӀэрти хьэжым [Инус] зыхигъэзагъэртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 75

[Пыжьынэ:] Усанитаркэщ, уи мыӀуэхум уи бэлагъыр хомыӀу.— лъапсэ, 17

Ӏуэху ямыублэм блэ хэсщ

Ӏуэху къегъэжьэгъуэр гугъущ, тегушхуэгъуафӀэкъым жыхуиӀэщ.

[Зэкъуэшхэм:] Ӏуэху ямыублэм блэ хэсщ, ЖезыгъэӀари дэракъым.— Индийскэ поэмэ, 363

Kitapta geçtiği hali

ӀУЭХУ (673). 1. (139). Лэжьыгъэ, ягъэзащӀэ Ӏуэхугъуэ. КӀасэм ахъшэ куэдыщэ къызэрыдэхъуэ лъандэрэ Ерул и Ӏуэхуми къыхэхъуат – пщыхьэщхьэм гъуоуэ джэрти, нэху щыху къуажэ ахъшэр ихъумэу правленэм щӀэст. Хъуэпсэгъуэ нур, 233. Саният и дэлъхухэм джанэ яхуиду е пщафӀэу щысмэ, Зураб къызэджэм едаӀуэу и Ӏуэху ищӀэмэ, ешыртэкъым, куэдщ, жиӀэу зэпигъэуртэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666. ЦӀыхубзхэм я Ӏуэху яухыртэкъыми, куэдрэ дапэплъэн хуей хъурт, езыхэми «Алыхь, мыр щӀэмыкӀыжыну, тӀэкӀу дыбгъэдэмысауэ», жаӀэрти, я Ӏуэхур зэпагъэурти, урокым къыщӀэддзэрт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528. 2. (216). Зыгуэрым ехьэлӀа, и къалэным хыхьэ. Фызыр хьэдагъэ кӀуэмэ, зэрынэсу гъын къыщӀадзэрэ, я нэпс къыщӀэкӀми къыщӀэмыкӀми, тӀэкӀу къугъмэ, махуэ ныкъуэкӀэ убэу зэхэст, Дисэ абы яхэхуамэ, си Ӏуэху и ужь ситыжмэ нэхъыфӀщ, жиӀэрти икӀэщӀыпӀэкӀэ къэкӀуэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 131. Румын гуэр диӀэт пхъащӀэу, пхъащӀэ Ӏуэхум щыгъуазэ дищӀыну шэнт щхьэгуэ сыт дигъэщӀырт, езым буфет дахэ ищӀурэ ищэрт, и фыз гъум лъахъшэр ди пщафӀэт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526. Рахьим и Ӏуэхур къызэрежьари мырат: зэгуэр Саримэ лафкӀэм кӀуат, шыгъу джэронкӀитӀ къищэхуну, Рахьим хъыджэбз псыгъуэ къабзэ цӀыкӀур щилъагъум, тхьэм ещӀэ бзаджэжьым игу къэкӀар, къызэпиплъыхьащ, и пащӀэ кӀырыр иӀуантӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 128. 3. (21). КъэхъукъащӀэ, Ӏуэхугъуэ гуэрым теухуа хабзэкӀэ зэхэгъэкӀыныгъэ. ЛатӀифэ и нэщхъыр зэщӀэукӀауэ и пэми мафӀэ бзий къреху жыпӀэну, псоми жаӀэнур жаригъэӀэри езыр яужь дыдэ къэпсэлъащ, судым ящӀа унафэм къеджэ хуэдэу зигъэткӀийуэ: «Мыр суд Ӏуэху хъунущи, документ дызыхуейуэ хъуар ӀэкӀуэлъакӀуэу вгъэхьэзыр икӀэщӀыпӀэкӀэ, актым псоми Ӏэ тевдзэнщ». Лъапсэ, 11. Локотош и гум къэкӀыжащ Якъуб и Ӏуэхур зэхигъэкӀыну Бахъуэм и пщэм дэслъхьэнщ, жиӀэу Зулкъарней жиӀауэ зэрыщытар. Нал къута, 261. Мылицэ Ӏуэху сщӀымэ, къысхуамыгъэгъункӀэ шынагъуэщ: псы щхьэлым деж куэзыр зэдэджэгуу щысахэр зэрымыщӀэу си фӀэщ хъуркъым. МелыӀыч, 458. 4. (54). ЩытыкӀэ. Мыбы хуэдэу ди Ӏуэхур къыщыщӀидзыжакӀэ, ди адэжь щӀыналъэм дыкӀуэжыну хуит дыфӀщ, жаӀэу зыкъомым зыкъаӀэта щхьэкӀи, зыри къикӀакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. Капитаныр я пащхьэм къиувэри фронтым и Ӏуэхур зыӀутым щыгъуазэ цӀыхур ищӀащ. Нал къута, 256. Ауэрэ Азизэ и Ӏуэхур нэхъ Ӏей хъурт. Щынэхужьыкъуэ, 56. 4. (8). ЗэхэгъэкӀын, гъэзэщӀэн хуейуэ гугъуехь зыхэлъ гуэр. Жылэ къызэхуэсам къахэплъэри Астемыр зыхэт ӀуэхумкӀэ къыщӀидзащ: – Къэралыр къапщтэмэ – иджыпсту культурнэ революцэ щемыкӀуэкӀ щыӀэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654. Исуф тӀысри фызым гуригъэӀуащ псори: кӀуэрэ зригъэтхмэ, ахъшэ къызэрыратынур, гъуэгум текӀуадэ илъэпкъри езы Америкэм и Ӏуэхуу зэрыщытыр, нэса нэужьи зэлӀзэфызым ӀэнатӀэ кърату илъэсищ мынэхъ мащӀэкӀэ зэрагъэлэжьэнур. Лэчымэ, 390. [Дэфэрэдж:] Уэ хирургическэ наркоз пхует закъуэмэ, адрейр сэ Ӏуэхущ. Лъапсэ, 14. ◊ Абы фӀэкӀа Ӏуэху имыӀэн (2). Еплъ абы фӀэкӀа. Дуней ӀуэхукӀэ (1). Еплъ дуней. [Уи] мыӀуэху зехуэн (1). Узыхэмыхьапхъэ хыхьэн, уи Ӏуэху зыхэмылъым хэӀэбэн. [Мусэ:] Елдар и мыӀуэху зэрихуэу къиджэдыхьу сэ лӀыщӀапщӀэ езбгъэтыну ара? Хъуэпсэгъуэ нур, 93. Тембот хузэфӀэкӀакъым Елдар епсэлъэн, ауэ и щэхур Саримэ ирихьэлӀати, хъыджэбзым идэххакъым, уи мыӀуэху зумыхуэ, жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 151. Нобэрей ӀуэхукӀэ (1). Еплъ нобэрей. Ӏуэху блэкӀ (2). Ӏуэху пӀэщӀэгъуэ, ебгъэтӀылъэкӀ мыхъуну Ӏуэху. Ӏуэху блэкӀ иӀэ хъунт [Бекъан]. Щынэхужьыкъуэ, 60. [Фи] Ӏуэху дахэ Тхьэм ищӀ (1). Ӏуэху зыхэтыр къехъулӀэну, зэрыхуейм хуэдэу хъуну зыгуэрым зэрехъуэхъу щӀыкӀэщ. – Тхьэм фи Ӏуэху дахэ ищӀ, – аращ Бекъан яжриӀар [и къуэмрэ абы и ныбжьэгъумрэ]. Нал къута, 270. Ӏуэху зехуэн (5). Ӏуэху гуэрым и ужь итын. – Щхьэ зыщыбгъауэрэ, Ӏэдэм, – жиӀэри Лу къэуващ, – бэлшэвычми кӀэмсэмолми зи Ӏуэху зэрахуэр къулейсызыр аракъэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 631. Думэсарэ къыхуэщӀэртэкъым Астемыр къимыгъэкӀуэжу зыӀыгъыр, е езыми Ӏуэху зэрихуэм тепсэлъыхьу зыгуэр къитхтэми аратэкъэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 191. [Я] Ӏуэху зэхэмылъын (1). Ӏуэху гуэркӀи зэпыщӀауэ щымытын. [Борис Борисович:] Яхуэтхыж, ди къэралым динымрэ къэралымрэ я Ӏуэху щызэхэлъкъым, жыӀи. Тепщэч къэзылъэтыхь, 179. Ӏуэху зехьэн (1). Лэжьыгъэ, къалэн гуэр гъэзэщӀэн. Старшынэ кӀыхьыжьыр, тӀэкӀу зигъэщхъауэ, жылэ зэхуэсам къахэплъэрт, Ӏуэху хьэлъэ зэрихьэм щӀыбышэ ищӀа къыпфӀигъэщӀу. Хъуэпсэгъуэ нур, 86. Ӏуэху къэгъэнэн (2). Ӏуэхум къыпэрыкӀын, ӀэщӀыб щӀын. Уеблэмэ пщэфӀапӀэм щӀэса фызыжьхэри къэкӀуащ я Ӏуэху къагъанэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 598. ЕтӀуанэрей махуэм хьэблэм дэс лӀыхэр зэхуэсри, я Ӏуэху къагъанэми, щхьэж сэбэп зэрыхъунымкӀэ зэгурыӀуэри хэт мэзым кӀуэри чы-бжэгъу къишащ, хэти пхъащхьэ хъун къигъуэтащ, хэти мывэ къишэри, зэрыжаӀам хуэдэу, чы-бжэгъу унэ ящӀри и щхьэри ябгъэжащ. Нэгъуху, 425. Ӏуэху къэгъэхъеин (2). Ӏуэху, псалъэмакъ гуэр къегъэжьэн, къыщӀэдзэн. Пэжыр жыпӀэмэ, езы Нартыхур къулыкъущӀэкъуу щымыту, нэхъ тегушхуауэ Ӏуэхум иужь итыгъамэ, зыгуэрхэр хузэфӀэкӀыну къыщӀэкӀынт, ауэ «къомыгъэхъей апхуэдэ Ӏуэху» жиӀэу лӀыщхьэу щӀыр щыпачым хэлӀыфӀыхьа Микоян щыжиӀэм, Нартыхум зиущэхужащ, къытхуэнам зридгъэкъум нэхъыфӀщ жыхуиӀэу. Лъапсэ, 83. Ӏуэху къагъэхъеям тепсэлъыхьу Къазбэч куэд жиӀэфынут и гум илъ псор къитӀэщӀу жиӀатэмэ, арщхьэкӀэ абы хуэдизу и щхьэр течауэ упсалъэмэ, жыжьэ нэсыжынкӀэ хъунут. Лъапсэ, 82. [И] Ӏуэху къэнэн (1). Ӏуэхур гъэзэщӀа мыхъун. ХьэщӀэу къыпфӀэщӀми, арщ бысымыр, Уэ урихьэщӀэу зыдегъэкӀу, Уи Ӏуэху къэнамэ, зэгъэзахуэ, ПхуэмыгъэткӀуахэр псынщӀэу гъэткӀу, Улъэрымыхьмэ, баш къэпщтауэ. ХьэщӀэ ирамыгъэблагъэ. «Вагъуэ махуэ», 366. Ӏуэху къэӀэтын (2). Еплъ Ӏуэху къэгъэхъеин. Микоян «границэ Ӏуэху къэвмыӀэт» жиӀэу щыжиӀэм, дэ дяпэ зыгуэрым зыкъримыгъэщауэ жиӀа? Лъапсэ, 83. Махуэр макӀуэр, гъэр хокӀуатэ, Былэ Ӏуэхур къиӀэтащ. Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 111. Ӏуэху къыкъуэкӀын (1). Зыгуэр щӀэн, лэжьын хуей хъун. [Астемыр:] Иджыщ Ӏуэхур къыщыкъуэкӀар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 633. [Фи] Ӏуэху фӀы ирикӀуэ (2). Еплъ [фи] Ӏуэху дахэ Тхьэм ищӀ. [Шурэ:] Уей, уи Ӏуэху фӀы ирикӀуэ. Алъхъо, 75. Нэгъабэ Къалмыкъым я щӀыналъэм нэмыцэ зэрыпхъуакӀуэхэр ирахужа нэужь, фронтым и командованэм телеграммэ гъуэзэджэ Къалмыкъ правительствэм къыхуигъэхьат, «фи щӀыналъэр къэдгъэкъэбзэжащи, фи мылъку зэхэкъутар, икъухьа хъуар зэфӀэвгъэувэж, дывохъуэхъу фи Ӏуэху фӀы ирикӀуэну» жиӀэу. Лъапсэ, 84. [И] Ӏуэху хэмылъын (4). ЗыгуэркӀэ къепхауэ, къегъэщӀылӀауэ щымытын. Ухуеймэ, дэкӀуэ, ди Ӏуэхуи пхэлъкъым, уи Ӏуэхуи къытхэлъыжкъым, уеблэмэ уаси сыти жытӀэркъым, жаӀэри зэкъуэшхэм загъэгусэри лъэныкъуэ зрагъэзыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 160. [Къазбэч председателым жреӀэ:] Гъавэр фыми кӀуэдми уи Ӏуэху хэлъкъым, птыну уи къалэнщи, ты. Лъапсэ, 83. [И] Ӏуэху хилъхьэн (1). ХэӀэбэн, хэпсэлъыхьын (Ӏуэху гуэрым). Матрёнэ и Ӏуэху зыхимылъхьэ щыӀэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 555. Ӏуэху хэтын (5). Ӏуэху гуэрым пэрытын, Ӏуэху гуэр зехуэн. Ӏуэху дызыхэтым сэ сыхэту, Фызэлъэбакъуэм селъэбакъуэу, СывдокӀуэ ноби сигу къилъэту. Тхылъ еджэм. «Мывэ хуабэ», 16. Саримэ и нэкӀум аргуэру пшагъуэ къытрехуэ: сыту пӀэрэ Елдар зыхэт Ӏуэхур? Хъуэпсэгъуэ нур, 192. Мы сэ сызыхэт Ӏуэхум елъытауэ зэанэзэпхъур зыхэтыр кӀэнджэгу хуэдэщ, жиӀэу арат Албиян зэгупсысыр. Щынэхужьыкъуэ, 33. Ӏуэху и пщэ къыдэхуэн (1). Ӏуэхур езым игъэзэщӀэн хуей хъун. [Астемыр:] Ӏуэхушхуэ ди пщэм къыдэхуауэ, ди унафэ тщӀыжыну, къэрэхьэлъкъыр гъуэгу тэмэм тегъэува зэрыхъунум и унафэ тщӀыну аращ дыщӀызэхуэсари. Хъуэпсэгъуэ нур, 249. Ӏуэхум хыхьэн (1). Ӏуэхум и ужь ихьэн. Пыжьынэ санитаркэр хуэмыгъэшынэу иджы йоубзэ, йодэхащӀэ, къегъэгугъэ сымаджэщым щӀэкӀыжмэ, увыпӀэфӀ къыхуигъуэтыну, тхылъымпӀэ тӀэкӀур къыхуигъуэтрэ кърит закъуэмэ, арщхьэкӀэ Тамарэ цӀыхубз губзыгъэщ, запискэм си Ӏэ тӀэкӀу телъу зэхихащи, зыхигъэзагъэркъым, «Дэфэрэдж и зэран къызыхэкӀын Ӏуэху сыхыхьэфынукъым» жиӀэу. Лъапсэ, 22. Ӏуэху хуиӀэн (1). Зыгуэрым Ӏуэху гуэркӀэ хуей ухъун. – Ӏуэху пхузиӀэщ, – жиӀэри капитаным [Локотош] къригъэжьар трилъэфэжащ. Нал къута, 302. Ӏуэху щӀын (1). Яужь ихьэн. Жансэхъу мызэ-мытӀэу ар [Таша нэщӀ зэрисыр] Ӏуэху ищӀат, итӀани пэлъэщыртэкъым, Таша шхыну къратыр зэхуихьэсурэ хэщхьэжыгъуэ мыхъуауэ зы зыӀуигъахуэртэкъым, шхэрти къелыжар нэхущым деж щэращу ишхыжырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 548. [Уи] щхьэ Ӏуэху зехуэжын (2). Еплъ щхьэ I. Ӏуэхум етащ (гурэ псэкӀэ) (1). Зыпэрыт ӀэнатӀэр фӀыуэ елъагъу, хьэлэлу и Ӏуэху егъэзащӀэ. Езы Аннэ Павловнэр мащӀэ щӀакъым сэ зэрысцӀыхурэ, иджыри къэс зэи сигу ебгъакъым, хуабжьу специалистыфӀщ, псэрэ гукӀэ и Ӏуэхум етащ, зытеува гъуэгуми пхутекӀынукъым, арауи къыщӀэкӀынущ и къулыкъум зиӀэтыну псоми хуагъэфащэурэ и Ӏуэхур къехуэха иджы щӀэхъуар. Лъапсэ, 11. [Я] Ӏуэхум зыри къимыкӀын (1). КъемыхъулӀэн, хузэфӀэмыгъэкӀын. Пенсие зрат фызхэм зыкъаӀэта щхьэкӀэ, я Ӏуэхум зыри къикӀакъым. Нал къута, 288. Ӏуэхум иужь итын (2). Лэжьыгъэ, къалэн гуэр гъэзэщӀэным пэрытын, и Ӏуэху зехуэн. И адэмрэ и анэмрэ якӀэлъыплъыху езы Луи нэхъ ерыщу Ӏуэхум иужь итт, фызыжь Ӏэзэм [Чачэ] кӀуапӀи жапӀи иримыту. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 503. Пэжыр жыпӀэмэ, езы Нартыхур къулыкъущӀэкъуу щымыту, нэхъ тегушхуауэ Ӏуэхум иужь итыгъамэ, зыгуэрхэри хузэфӀэкӀыну къыщӀэкӀынт… Лъапсэ, 83. Ӏуэхум иужь ихьэн (3). Ӏуэхум и гъэзэщӀэным щӀэдзэн, Ӏуэхум пэрыхьэн. КӀыхьлӀыхь имыщӀу Дисэ и Ӏуэхум иужь ихьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 140. Дисэрэ Рахьимрэ я Ӏуэху иужь ихьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 142. Ӏуэхум кӀэ етын (3). Ӏуэхур зэфӀэгъэкӀын, ухын. Молэр пӀащӀэртэкъым Ӏуэхум кӀэ иритыну. Хъуэпсэгъуэ нур, 81. МастэкӀэ псынэ къэптӀыныр нэхъ тыншщ, итӀани Лу а Ӏуэхуми кӀэ иритащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502. Мэз защӀэкӀэрэ тенджызым нэсри кхъухьтедзапӀэ къыхихам пэмыжыжьэу увыӀэпӀэ къигъуэтри Ӏуэхум иужь ихьащ [къыдырыр], жьыбгъэ къепщэм щимыгъэтыж щӀыкӀэ Ӏуэхум кӀэ етын хуейщ, жиӀэри. Кхъухь пхэнж, 497. Ӏуэхум кӀэ игъуэтын (1). Ӏуэхур зэфӀэкӀа хъун. Инус и Ӏуэхум кӀэ имыгъуэту къэнащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 81. Ӏуэхум къыхыхьэн (1). ЗыщӀыпӀэ уи Ӏуэху хэлъхьэн. Маир Ӏуэхум къыхохьэ, ар зыпылъ хъыджэбзыр нэгъуэщӀым дэкӀуэну идэххэнукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617. Ӏуэхум къыдэуэн (1). Ӏуэхум зэран хэхъухьын. [Дэфэрэдж:] Илъэс къэси аращ: отпускыр пщэдджыжьым къызат, пщыхьэщхьэм страхыжыр, зыгуэр си Ӏуэхум къыдэмыуэну Ӏэмал иӀэкъым. Лъапсэ, 8. Ӏуэхум къыдэхуэн (1). Ӏуэхухэр зэфӀэкӀауэ зэман хуит къыпхуихуэн. Ӏуэхухэм пщащэр къыдэхуати, ТӀэкӀу теуну садым кӀуат, Удз гъэгъахэм хуэзэшати Къищыпыным егуэкӀуащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 152. Ӏуэхум къуацэкӀэ хэуэун (1). Еплъ Ӏуэхур зэӀыщӀэн. Долэт. Ӏуэхум къуацэкӀэ щыхэуэн хуейр къэсауэ къилъытати, и псалъэр къыхимыӀуу хуэшэчакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 250. Ӏуэхум хэгъуэзэн (1). Лэжьыгъэ, къалэн гуэрым хуэӀэзэ, хуэӀэкӀуэлъакӀуэ хъун. Тембот гъукӀэу зыщигъасэм, Бот къыщытхъуу Ӏуэхум хэгъуэзат, иджы ари къехъулӀакъым, Бот тхьэмыщкӀэр дунейм ехыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 296. Ӏуэхум [ар] хэлъын (1). Ӏуэхум щыщын. Дауи, Ӏуэхум ари [шынагъэри] хэлът. Хъуэпсэгъуэ нур, 235. Ӏуэхум хэлӀыфӀыхьын (1). Ӏуэхур зэщӀа хъуным жыджэру яужь итын. Мис ноби къущхьэ Къэзмай и къуэ Ахья къаутӀыпщыжащ, жаӀэу хъыбар къэӀуати, Къазджэрий и гуапэ хъуащ, зыгуэру а Ӏуэхум хэлӀыфӀыхьа хъунт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 636. Ӏуэхум хыхьэн (1). Еплъ Ӏуэхум хэлӀыфӀыхьын. ЛӀыжь гуэрхэри Якъуб деж кӀуэри къаутӀыпщыжыну елъэӀуащ, Якъуб къигъэгугъа щхьэкӀэ, Локотош и Ӏуэхум хыхьэну фӀэфӀтэкъым. Нал къута, 263. Маир Ӏуэхум къыхохьэ, ар зыпылъ хъуджэбзыр нэгъуэщӀым дэкӀуэну идэххэнукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617. Ӏуэхум хуэчэфын (1). Ӏуэхум фӀэфӀу, гурэ псэкӀэ етауэ бгъэдэтын. Къызэхуэсахэри гуп-гупурэ иныкъуэр зэчэнджэщу, адрейхэри зэдауэу, зыкъоми «текӀуэм дырейщ» жаӀэу зэхэтт, ауэ инэхъыбитӀыр Ӏуэхум хуэчэфу, къалэну я пщэм къыдэхуар зэрыиныр ящӀэжу, абы ирипагэу, «зэ дыщӀыхьащэрэт залым» жаӀэу тепыӀэртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 317. Ӏуэхум щыщын (2). Ӏуэху гуэрым и Ӏыхьэу щытын. Долэт къыщӀэкӀуари Ӏуэхум щыщт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 509. Ӏуэхур [абы] нэсмэ (3). Ӏуэхур куу хъумэ. Ӏэмал нэгъуэщӀ щыщымыӀэжым деж, пкъутэнуми пкъутэ хъунщ [пхъуантэр], Ӏуэхур абы нэсмэ, нэпкъым тхьынщи къеддзыхми хъунщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 235. [Хьэжумар:] Абы Ӏуэхур щынэсакӀэ, куэдрэ мыбы ущыӀэж хъунукъым. Алъхъо, 70. ГъэкӀуэдыным Ӏуэхур щынэсым, зэадэзэкъуэшхэр зы хъужащ, къуаншагъэу палъхьар къызыпкърыкӀар тхьэм ещӀэ, ЦӀыкӀущэ шы къезытарагъэнт. Нэгъуху, 33. Ӏуэхур аракъым (3). Аракъым нэхъапэр, нэхъ мыхьэнэ зиӀи щыӀэщ. Астемыр къызэрилъытэмкӀэ, «Ӏэдэм и щхьэл» жыпӀэкӀи, ауэ «колхоз щхьэл» жыпӀэкӀи – аракъым Ӏуэхур, уеблэмэ мыр къатызох, мор къатызох жыпӀэу цӀыхур колхозым щумыгъащтэмэ, нэхъыфӀт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652. Ӏуэхур аращ (1). Нэхъыщхьэр, нэхъапэр аращ. Хьэжы щыгъыну Мэккэ къитхар хэутэн ищӀащ а гъуамэм, ебзым хикухьащи, аращ Ӏуэхур, – жиӀащ Инус, щытыныр къехьэлъэкӀ хуэдэу зищӀщ, нэхъ тӀысыпӀэфӀым деж щысыр щигъэлъэтри, башыр зыщӀигъакъуэурэ зригъэщэтэхащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 78. Ӏуэхур гъэтӀылъын (1). Ӏуэхум, лэжьыгъэм къыпэрыкӀын, ар зэпыгъэун. Ӏэщэ сыткӀэ Сосрыкъуэ нэхъ ӀэкӀуэлъакӀуэ уигъэлъыхъуэнт, ауэ уэрэдкӀэ е усэкӀэ къыпхуищӀэн щыӀэтэкъым, Къазджэрий мызэ-мытӀэу и Ӏуэхур игъэтӀылъырти Сосрыкъуэ и ужь ихьэрт, зэрызищӀын хуейр иригъэлъагъуу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 618. [И] Ӏуэхур дэкӀуеин (2). ЕфӀэкӀуэн, ехъулӀэныгъэ иӀэн. Лу упэлъэщыну Ӏэмал зимыӀэт, абы хуэдизу и Ӏуэхур дэкӀуеяти, «Инал и машинэм ису къэкӀуэжащ Астемыр и къуэр», – жаӀэмэ, зэхэзыхым игъэщӀагъуэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546. [Мэремкъан Инал:] – Ди Ӏуэхур дэкӀуеиху, ди жагъуэгъури нэхъ ерыщ хъунущ, Елдар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 574. Ӏуэхур ежьэн (1). Ӏуэхур, лэжьыгъэр убла хъун. И Ӏуэхухэр тыншу зэ ежьэмэ, фыз гуэр игъуэтынкъэ [Нурхьэлий]. Хъуэпсэгъуэ нур, 228. Ӏуэху ехьэжьэн (2). Ӏуэху, лэжьыгъэ гуэр къыщӀэдзэн, ублэн. – Фэ тӀум [Верэ Павловнэрэ Саримэрэ] а Ӏуэхур ефхьэжьэмэ, дэгъуэу зэрызэфӀэкӀынум шэч лъэпкъ къытесхьэркъым, – жиӀэрт Къазджэрий, – Верэ Павловнэ бэлъто ищэу хэт имылъагъунрэ?! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 673. ӀуэхуфӀ епхьэжьэмэ, къыбдэӀэпыкъуни мащӀэ: лэжьэну зыфӀэфӀыр апхуэдизкӀэ куэдти, пщӀэншэу лэжьэни бгъуэтынут, арщхьэкӀэ Абу-Деруиш лэжьапщӀэ зримыт яхэтакъым. Кхъэлэгъунэ, 376. Ӏуэхур ехьэлӀэн (1). Ӏуэхум зыгуэр къыхэшэн. Абы и Ӏэмал зыщӀэм Ӏуэхур ехьэлӀэн хуейщ. Щынэхужьыкъуэ, 72. Ӏуэхур зэдэӀэтын (1). Гупу, зэдэууэ Ӏуэхур, лэжьыгъэр зэфӀэгъэкӀын. [Урарэ Инал жреӀэ:] Нобэ Къазджэрий уи гуфӀэгъуэр къыддиӀэтыну къэкӀуащи, уи Ӏуэхур къыбдэзыӀэтхэм ящыщ зы пхуэхъуауэ къысфӀощӀри ари си дуней гуфӀэгъуэщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585. Ӏуэхур зэхэгъэкӀын (2). Ӏуэхур зытетыр къэщӀэн. Къалэм къикӀри ротмистру зы афицар гуэри и шыкӀэ мафӀэ егъэуауэ къэсащ, Ӏуэхур зэхигъэкӀын мурад иӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 236. ЛӀыжьрэ фызу жылэм дэсыр жьы дыдэу Астемырхэ я пщӀантӀэм къыщызэхуэсат, я Ӏуэху зэхагъэкӀыну. Хъуэпсэгъуэ нур, 311. Ӏуэхур зэщхьэщыкӀын (1). Ӏуэхур нэгъуэщӀ хъун, зихъуэжын. ЗэрагъэхъыбарымкӀэ, центрым Октябрь революцэшхуэр щытекӀуа щхьэкӀэ, Къэбэрдейр зэрыщытауэ къэнэжащ, къуажэ правленэ сытхэр къуажэ СоветкӀэ яхъуэжами, старшынэхэр председатель хъуа фӀэкӀа, Ӏуэхур зэрызэщхьэщыкӀа щыӀэтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 180. Ӏуэхур зэӀыгъэхьэн (2). Зэхэгъэзэрыхьын, нэхъ Ӏей щӀын, зэран хэхъухьын (Ӏуэху, лэжьыгъэ гуэр). «Уэ сысыс, сэр щхьэкӀэ зыгуэр къеври си Ӏуэхур зэӀегъэхьэ [Чачэ]», – жеӀэри Лу мэгузавэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 505. Ӏуэхур зэӀыхьэн (3). Ӏуэхур зэхэзэрыхьын, нэхъ Ӏей хъун. Иджыпстуи Жансэхъу, Ӏуэхур зэӀыхьауэ щилъагъум, и словарым, чытапым хуэдэу, иплъэри зыхуей дыдэр къигъуэтащ: – Коллоквиум, – жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 551. АрщхьэкӀэ нэхъыбэм ар щӀыжаӀэр старшынэм еижу, абы и Ӏуэхур зэӀыхьэм я гуапэу арат. Хъуэпсэгъуэ нур, 214. Ӏуэхур зэӀыщӀэн (1). Еплъ Ӏуэхур зэӀыгъэхьэн. АрщхьэкӀэ зи щхьэр щымыӀэм и шыдыр сыт мэхъу жаӀэрэ – кӀэщӀэтхыхьыр щежьэжым, зыкӀэщӀэтхыхьам зыкърисэри Ӏуэхур цырыцу зэӀищӀэурэ хейр мысэ иригъэщӀри мысэр хей хъуащ, уеблэмэ щыхьэту зи цӀэ ираӀуахэм еджэмэ – жаӀауэ щытари ядэжакъым, ялъэгъуар ямылъэгъуауэ къыщӀэкӀыжащ, ерэхъурэ хъунрэ щыӀэу уи ней къысщыхуэ жыхуаӀэ щӀыкӀэу. Лъапсэ, 12. Ӏуэхур здэщыӀэм (7). Ӏуэхум и щхьэусыгъуэр, къызыхэкӀар. Ӏуэхум нэхъ хэзыщӀыкӀыу зызылъытэжхэм зэрыжаӀэмкӀэ, Инал къэзыгъэгубжьар Буруныпсыртэкъым, Ӏуэхур здэщыӀэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 516. Шаукэт гурыщхъуэ ищӀащ, си щӀыр бэджэнду сӀихыну ара хъунщ щӀым щӀыщӀэупщӀэр [къадыр], жиӀэу, арщхьэкӀэ Ӏуэхур здэщыӀэр аратэкъым. Аргъуей, 387. Ӏуэхур здэщыӀэр мырат: Хьэбас емынэунэр ГПУ-м щыкӀуам яжриӀат: «Си ныбжьэгъухэм кӀэрахъуэ зиӀэ яхэтщи, аращ кӀэрахъуэм сыщӀыщӀэхъуэпсыр», – жиӀэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. Ӏуэхур зехьэфын (1). Ӏуэхум пэлъэщын, ар гъэзэщӀэфын. Коммунистхэм хуэдэ къабзэу, Ӏуэху зепхьэфу уэ зегъасэ. Ущие. «Партыр ди пашэу», 90. Ӏуэхур зыӀутыр (16). Ӏуэхум и щытыкӀэр, Ӏуэхур зытетыр. Илясрэ Астемыррэ кӀыхьу кърагъэкӀуэкӀащ я Ӏуэхухэр зыӀутыр, арщхьэкӀэ а тӀум жаӀэ псом Щхъуэр едаӀуэртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 162. [Дэфэрэдж:] Сэри сщӀэрт сымаджэ хьэлъэм наркоз ептыныр зэрышынагъуэр, арщхьэкӀэ Ӏэмалыншэти, Варварэ Романовнэ фӀэфӀ-фӀэмыфӀми операционнэ стӀолым къызбгъэдэту сэ сщӀэр къыздищӀэну къэмыувмэ, сэри схузэфӀэкӀын щыӀэтэкъым, арати, сэри семыубзэми, нэхъ зызгъэӀэдэбу, сыкъызыхищӀэм си гуапэу селъэӀуащ: – Нэхъапэращи, тӀасэ, Ӏуэхур зыӀутым и курыкупсэм хэплъи, зы шанс закъуэ фӀэкӀ мыхъуми, пэрыӀэбапӀэ гуэр къэгъуэт. Лъапсэ, 13-14. ЗаводымкӀэ сунэтӀри зы цехым сыщӀэкӀрэ нэгъуэщӀым сыщӀыхьэурэ, я Ӏуэху зыӀут зэзгъэлъэгъуащ. МелыӀыч, 451. Ӏуэхур къэгъэнэн (1). Еплъ Ӏуэхур гъэтӀылъын. Ротмистрым шы дахэ илъагъумэ, нэщхъыфӀэ хъуауэ, и Ӏуэхур къигъанэрти игу ирихьа шым кӀэлъыплъу зыкъомрэ щытт. Хъуэпсэгъуэ нур, 219. Ӏуэхур къэкъутэн (1). Еплъ Ӏуэхур зэӀыхьэн. Нэхъыжь дыдэ Хьэту, лӀыщӀэу здыӀутым, и Ӏуэхури къэкъутащ – зыгъэлӀыщӀэр и гъусэу къуажэ Советым ираджэри къажраӀащ: – ЛӀыщӀэ бгъэлӀыщӀэ мыхъуну унафэ щыӀэщи, лӀыщӀэ къэзыщтам ӀувгъэкӀыж, колхозым хыхьэн щхьэкӀэ. Къалэн, 428. Ӏуэхур къехуэхын (2). Елъ Ӏуэхур зэӀыхьэн. Дохутырыр езыджами къытрекъузэ, къомытмэ, утедгъэкӀынущ жиӀэу, арщхьэкӀэ цӀыхубзыр къыхуэгъэшынакъым, щымыхъум, зэрыжаӀам хуэдэ дыдэу и ӀэнатӀэм къыӀуагъэкӀри и Ӏуэхур къехуэхащ, иджы къызэрыгуэкӀ дохутыру мэлажьэ, къулыкъу лъэпкъ щымыгугъыжу. Лъапсэ, 11. Ӏуэхур къыдэӀэтын (1). ӀуэхукӀэ зыгуэрым дэӀэпыкъун, Ӏуэхур, лэжьыгъэр дэгъэзэщӀэн, щыгъэпсынщӀэн, дэӀыгъын. Астемыр сымэ дызэчэнджэщри а Ӏуэхур къыддиӀэтыну Инал делъэӀуну дызэгурыӀуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647. Ӏуэхур къызэӀыщӀэн (1). Еплъ Ӏуэхур зэӀыщӀэн. [Астемыр гупсысэшхуэм хэтт:] Мэжджыт зэхуэщӀыным [большевикхэм] ди Ӏуэхур къызэӀимыщӀэну пӀэрэ партыр щыдгъэкъабзэм деж, Инал щхьэ емыплърэ абы, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640. Ӏуэхур къимыкӀын (3). КъемыхъулӀэн, зэрыхуейм хуэдэу мыхъун (Ӏуэхур). Уи Ӏуэху къимыкӀмэ, щыгъэтыж, УцӀыкӀумэ, лъагэ хэт уищӀын? Къуршхэр. «Вагъуэ махуэ», 317. Ухеймэ, улъэщщ жаӀа щхьэкӀэ, мыбдежым хейм и Ӏуэхур къикӀакъым: письмор езыгъэтхам и пщампӀэр яубыдри утыкум кърашащ, къулыкъушхуэ уиӀэр уфӀэмащӀэу нэхъ иныж зыӀэщӀэбгъэхьэну ара узыхуейр, жаӀэри. Лъапсэ, 12. Ӏуэхур [абы] къыщымынэн (1). Абы щымыухын, адэкӀи къыпыщэн, нэхъри нэхъ куу хъун, зиубгъун. Журтымрэ хьэрыпыммрэ зызэраупсеяти, адыгэм я пыӀэкур къраудащ, дэ ди пыӀэкум Ӏуэхур къыщымынэу ди лъэри къызэраудащ, ди щхьэр здэтхьынум тхуэмыхьу. Лэчымэ, 395. Ӏуэхур лъэхъэн (1). Ӏуэхум зэран хэхъухьын, ар гъэзэщӀа зэрымыхъуным хущӀэкъун. [Инал:] Къазджэрийуэ ирехъур ар, хэтуи ирехъу, ди Ӏуэхур къэзылъахъэм хуэдгъэгъункъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575. Ӏуэхур мыщӀагъуэн (1). Ӏуэхур зэӀыхьэн, узэрыхуейу мыхъун. Лу ар щызэхихым, къыгурыӀуащ и Ӏуэхур зэрымыщӀагъуэр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 554. Ӏуэхур нэгъуэщӀу къекӀуэкӀын (1). Ӏуэху узэригугъам хуэдэу мыхъун. Елдар и Ӏуэхур нэгъуэщӀу къекӀуэкӀати, Нурхьэлий тхьэмыщкӀэр гуэщым щӀаубыдауэ щӀэсу Елдар къыщищӀэм, Астемыррэ Степан Ильичрэ яжриӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 256. Ӏуэхур [абы] темыщӀыхьын (1). Ӏуэхур зыгуэрым теухуауэ, хуэунэтӀауэ емыгъэкӀуэкӀын. АрщхьэкӀэ а тӀум жаӀэм Ӏуэхур тращӀыхьакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 653. Ӏуэхур пащӀэгъэлыгъуэм нэсын (1). Ӏуэхур куу хъун, Ӏуэхум къиин гуэр къыхэкӀын. ПащӀэгъэлыгъуэм Ӏуэхур нэсмэ, Уихуа щхьэлынэм – уихьэжынщ, Щыблэм тутыныр пхупигъанэм, Дуней тетыныр уи щӀэщыгъуэщ. Дунейр зи щӀэщыгъуэ. «Батырыбжьэ», 130. [И] Ӏуэхур пщӀэгъуэлэн (3). Ӏуэхухэр фӀыуэ къекӀуэкӀын, Ӏуэхухэр дэкӀын. Зи Ӏуэху пщӀэгъуалэр щысщ уэршэру, КъыщӀэкӀыхункӀэ Нэхущвагъуэр. Жьэгу. «Батырыбжьэ», 35. Арэзыуэ щысщ а лӀыжьыр, – НасыпыфӀэ ухъу, си щӀалэ, – ЖиӀэу дадэм зыкъеужьыр, – Еплъ, си Ӏуэхур мыпщӀэгъуалэ, ЩӀэщхъукъэ нобэ къысщыщӀари, Уэрщ ар псынщӀэ схуэзыщӀари. «Тисей», 503. Ӏуэхур [абы] тетын (1). Ӏуэхур зыгуэрым тещӀыхьауэ екӀуэкӀын. Дэ ди лъэщагъым хэхъуэну. Мы бжьэр соӀэтри согуфӀэр; Ӏуэхур жытӀахэм тетыну Зы ткӀуэпс къизмынэу сэ софэр. ИлъэсыщӀэм папщӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 121. Ӏуэхур [зыгуэрым] тещӀыхьын (1). Ӏуэхур зыгуэрым теухуауэ, хуэунэтӀауэ егъэкӀуэкӀын. АрщхьэкӀэ аракъым сэ Ӏуэхур зытесщӀыхьыр, ЛатӀифэ и дыхумэр къащӀихьэмэ, зи щхьэ уназэ цӀыхухъу гуэрхэри зэрыщыӀэр сощӀэр, итӀани сызытет гъуэгум сытетыжщ. Лъапсэ, 16. Ӏуэхур укъуэдиин (2). Ӏуэхур унэтӀыныгъэ гуэрым быдэу тегъэтын, абы темыгъэкӀын. И хьэл-щэнкӀэ ткӀийт, зытетым пхутекӀынтэкъым, Ӏуэху иукъуэдиямэ, шокъу жиӀэу нимыгъэсауэ щигъэтынтэкъым [Инал]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 509. Уигурэ уи щхьэрэ зэтету Ӏуэхур букъуэдийми, блэжьыр тэмэму зэрыблэжьыр хьэкъыу уи фӀэщ мыхъуамэ, зэӀыбгъэхьэнкӀэ мэхъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568. Ӏуэхур утыкум къилъхьэн (1). Ӏуэхур хэӀущӀыӀу щӀын, цӀыхухэм хэгъэӀуэн. Къалмыкъым Ӏуэхур утыкум кърелъхьэ, Бахъсэн щызэрызехьам я мурадар цӀыкӀуфэкӀукъым, абы хэтар тезыгъэгушхуэу я гум къишхыдыкӀар Къатхъэн Назирщ, колхозыр идэркъым, Совет властыр икъутэжу шэрихьэт хабзэм тету псэууэ иригъэжьэн и хьисэпщ, жиӀэу. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526. [И] Ӏуэху хэмыкӀуэдэн (1). Химылъэфэн, и Ӏыхьэ къыхэкӀын. Зи Ӏуэху хэмыкӀуэдауэ къэзылъытэр Чачэ и закъуэт, дауи, абы и Ӏуэху псыхэкӀуадэ хъуркъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 208. Ӏуэхур [абы] хуэкӀуэн (2). Ӏуэхур зыгуэрым хуэунэтӀа хъун. Исхьэкъ жыхуиӀэм хуэкӀуэрт Ӏуэхур, сыту жыпӀэмэ зэгуэр Исхьэкъ и жэмыр Щэрданхэ ятхьэкъури яшхауэ щытащ, шыгъу ишэу Дзэлыкъуэ хъупӀэм кӀуэ пэтрэ гур щхьэпригъэхури витӀыр иригъэукӀати. Хъуэпсэгъуэ нур, 258. [Дэфэрэдж:] Иджы си Ӏуэхур зыхуэкӀуэм еплъ: дыгузавэу дыщелъэӀум, дыфӀэмыӀуэхуу еуэри ежьэжащ жебгъэӀэмэ, жагъуэгъу гъэгуфӀэщ, абы ищӀыӀужкӀэ район тхьэмадэм сыщелъэӀуам сыкъигъэщӀэхъуащи, и пхъум щхьэкӀэ гугъу зезгъэхьрэ жыпӀэми, дохутыр этикэм къезэгъыркъым. Лъапсэ, 9. Ӏуэхур хъун (4). Ӏуэхур тэмэму зэтеувэн, узэрыхуейуэ зэфӀэкӀын. Ди Ӏуэхур мэхъу иджы щыжаӀэм, Степан Ильчи дэкӀыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 268. – Зы махуэм хьэрфитӀ, хьид махуищыр уи махуэлу, – жиӀэу Чачэ и жьэм къыщыжьэдэкӀым, Лу къэгуфӀат, си Ӏуэхур мэхъу, жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 504. –Адыгэм, – жиӀэрт Бэлацэ, – «ыхьы» жиӀэмэ, и Ӏуэхур хъуащ, ауэ «аӀыхьы» жиӀакъэ – зэӀыхьыщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 93. Ӏуэху цӀыкӀукъым (1). Мыхьэнэншэкъым, мыхьэнэшхуэ зиӀэщ, тыншу зэфӀэкӀын Ӏуэхукъым. Локотош къыгурыӀуащ Шэндар сымэ Ӏэзащэу зэрыщымытыр, абы ямыщӀэ ебгъэщӀэныр зэрымыӀуэху цӀыкӀур. Нал къута, 258. Ӏуэху цӀыкӀуфэкӀукъым (1). Еплъ Ӏуэху тыншкъым. Дызытепсэлъыхьыр Ӏуэху цӀыкӀуфэкӀукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544. Ӏуэхур шыпхэ хъун (4). Еплъ Ӏуэхур зэӀыхьэн. ИгъащӀэкӀэ хэт игу къэкӀынт Астемыр и Ӏуэхур апхуэдэу шыпхэ хъуну. Хъуэпсэгъуэ нур, 121. [Локотош:] Дисциплинэр дымыгъэткӀиймэ, ди Ӏуэхур шыпхэ хъунущ. Нал къута, 293. Псы къыпщӀэуа иужь уи Ӏуэхур шыпхэ хъункӀи мэхъу. Щынэхужьыкъуэ, 14. [И] Ӏуэхур щхьэхуэщ (8). Ар нэгъуэщӀ Ӏуэхущ. [Къылышбий:] – Сэ жысӀэнур мыращ: бом щӀыхьэу и мыш къыщӀэзышу зыдыгъур дыгъущи, абы и Ӏуэхур щхьэхуэщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 92. Къазджэрий и гугъат: Тыркум, Щам адыгэу Ӏэджэ щыӀэщ, сыкӀуэнщ абыхэм дежи сакъыхэплъэнщ, сахэупщӀыхьынщ, я псэукӀэр зытеухуар зэзгъэлъагъунщ, шэрихьэтым, диным къахуихьыр зэзгъэщӀэнщи фӀы ядэслъагъурэ – фӀыр ди хэкум къахуэсхьынщ, сигу иримыхьын слъагъурэ – абы и Ӏуэхур щхьэхуэщ, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. ДыщэпскӀэ утхэм Ӏуэхур щхьэхуэщ, Сэ сигу темыхуэ бзэр зыуб. Сэ нэгъуэщӀыбзэщ тхылъ зэрыстхыр… «Щхьэлыкъуэ», 374. Ӏуэхур щыгугъам къыщыщӀэмыкӀын (3). Ӏуэхур нэгъуэщӀ гуэру къыщӀидзыжын. [Астемыр:] Сэ сыщыгугъа, Ӏуэхур къыщыщӀэкӀа!.. Хъуэпсэгъуэ нур, 141. Инал и гугъэт, абы и фызым тӀуанэ зэрытрищӀэр Къазджэрий зэхихимэ, зэгуигъэпыну, арщхьэкӀэ Инал щыгугъам Ӏуэхур къыщыщӀэкӀакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529. Къарэжь и уанэм кӀэрыщӀа Ӏэхъулъэхъур къыхуигъэлъэгъуащ [Хьэкурынэ], узубыду усшэну си мурадщ жыхуиӀэу, арщхьэкӀэ лӀыубыдыр щыгугъам Ӏуэхур къыщыщӀэмыкӀым, и псэлъэкӀэм зихъуэжащ. Лъапсэ, 106. Ӏуэхур щыгугъам щыщымыӀэн (1). Еплъ Ӏуэхур щыгугъам къыщыщӀэмыкӀын. Уэндэгъу сохъу, жиӀэри зэи абы щыгуфӀыкӀащ, арщхьэкӀэ Ӏузизэ щыгугъым Ӏуэхур щыщыӀэтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 68. Ӏуэхур ӀэщӀэхун (1). Ӏуэхур къигъэнэн, ӀэщӀыб ищӀын. ЩӀалэм Ӏуэхур ӀэщӀэмыхуу Щэхуу йоплъыр тыгъэ гуакӀуэм, КӀэрыщӀауэ жэщи макӀуэ. «Тисей», 505. Си Ӏуэхут (18). Еплъ си Ӏуэхущ. Зы щӀопщ иӀэжмэ си Ӏуэхут а шыр имыгъалъэтэмэ [Лу], пхъуантэ мыгъуэри сыту узыхуэмейт, ар мыхъуатэмэ, сыту къекӀуу шым тесынут… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 523. Сыдыгъэу махуэ сыщытатэм, Си Ӏуэхут сыщыуэм сэ, си къуэш. Дунейм къытехьэр зэи щымыуэу … «Вагъуэ махуэ», 326. [Дэфэрэдж:] Си Ӏыхьлыхэм сыздэщыӀэр ящӀатэмэ, икӀэщӀыпӀэкӀэ къэсынт, си Ӏуэхут ХьэтӀрэмтӀыгуи мы кхъухьри щӀамыщыкӀтэмэ, дыкъигъуэтыху, арщхьэкӀэ хэт мыгъуэм Ӏыхьлыхэм хъыбар яригъэщӀэн? Лъапсэ, 39. Си Ӏуэхущ (22). Сэ шэсыпӀэ сохьэ (апхуэдэу зэрыщытымкӀэ, зэрыхъунумкӀэ). [Къарэжь:] – УмыпӀащӀэ зэ, си ныбжьыр хыщӀым зэрынэсу си бзэгуми си Ӏэ-си лъакъуэми къилъхьэ Ӏэхъулъэхъу, пысчынущ лӀыубыд Ӏуэхум, тхьэлъэӀушхуи сщӀынщи,мэжджытджабэм сыкӀэрытӀысхьэжынщ, Къетау ещхьу, си Ӏуэхущ итӀанэ уэ уздэкӀуэ жэнэтым сымыкӀуэмэ. Лъапсэ, 104. Къыщиуду гъыным хуэдэу и гур къызэфӀэнауэ, Таша жиӀащ: – Уэлэхьи, сылъапцӀэу уэсым сыхэтами, си Ӏуэхум уэ [Жансэхъу] сумыгъэнэщӀи. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 549. [Джэлил адакъэм:] Сэ уафэм щысщӀэн щыӀэу къыщӀэкӀынкъым, мо абгъуэм бгъэ джэдыкӀэ илъмэ, сытегъуэлъхьэнщи, бгъэ шыр къисшынщ, си Ӏуэхущ итӀанэ адакъэ хужь яфыщӀу яшхыжам нэхърэ нэхъ цӀэрыӀуэ сымыхъумэ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 493. ☐ Уи мыӀуэху зепхуэмэ, уи щхьэм баш техуэнщ (1). Узыхэмыхьэпхъэ ухыхьэмэ, узыхэмыӀэбапхъэ ухэӀэбэмэ, фӀы щӀэпхынукъым жыхуиӀэщ. [Сэид къадым жреӀэ:] Уи мыӀуэху зепхуэмэ, уи щхьэм баш техуэнщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 51. Уи Ӏуэху зыхэмылъым уи бэлагъ хомыӀу (4). Уи мыӀуэху ухэмыхьэ жыхуиӀэщ. Астемыр и нэщхъыр зэхиукӀащ: –Уа, уи Ӏуэху зыхэмылъым уи бэлагъ щхьэ хэпӀурэ [Думэсарэ]? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542. – Фи Ӏуэху зыхэмылъ фи бэлагъ хэвмыӀу, – жиӀэрти хьэжым [Инус] зыхигъэзагъэртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 75. [Пыжьынэ:] Усанитаркэщ, уи мыӀуэхум уи бэлагъыр хомыӀу. лъапсэ, 17. Ӏуэху ямыублэм блэ хэсщ (1). Ӏуэху къегъэжьэгъуэр гугъущ, тегушхуэгъуафӀэкъым жыхуиӀэщ. [Зэкъуэшхэм:] Ӏуэху ямыублэм блэ хэсщ, ЖезыгъэӀари дэракъым. «Индийскэ поэмэ», 363.

Düzeltme Öner

Ӏуэху къэгъэхъеин
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.