гугъу
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
пытэ/быдэ, КЪИН, ГУГЪУ, пэлъэшыгъуай/пэлъэщыгъуей; ÇETİN
КЪИН, ГУГЪУ; GÜÇ 2 (zor)
КЪИН, къин ихьагъу, гугъу, гугъуехь; ZAHMET
ГУГЪУ, КЪИН; ZOR, GÜÇ 2
ГУГЪУ → пытэ; ÇETİN
Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: пытэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Лэжьыгъуей, хьэлъэ.
рутрудный, тяжелый, сложный (напр. о работе)
Ӏуэху гугъу. Лэжьыгъэ гугъу.
2. ЕхьэкӀыгъуей, гугъуехь зыхэлъ.
рутрудный, тяжелый (напр. о жизни)
ГъащӀэ гугъу. ЩытыкӀэ гугъу.
Зыгуэрым ехьэлӀауэ тепсэлъыхьу, къэхъуа гуэрым теухуа псалъэмакъ.
руразговоры, толки о ком-чем-л.
ХьэгъуэлӀыгъуэр зэрекӀуэкӀам и гугъур хьэблэм яхуэӀуэтэжыртэкъым.
+1 örnek
Щыхьылымрэ бланэлымрэ я гугъу фӀэкӀа къуажэм хъыбар дэлъыжтэкъым.— КӀэрашэ Тембот
Bu maddedeki ifadeler (10)
гугъу егъэхьын
рузаставить кого-л. выполнять трудную работу.
гугъу дехьын
руиспытать трудности, лишения из-за кого-чего-л.
гугъу ехьын
рупереносить трудности, лишения.
Гугъу уехьу къэблэжьар ӀэфӀщ.— Псалъэжьхэр
гугъу зэрегъэхьын
рудоставить друг другу неприятности.
ЛӀитӀыр зэфӀэкӀуэдщ, жагъуэ зэхуэхъури хуабжьу гугъу зэрегъэхьащ.— ӀуэрыӀуатэ
6 ifade daha
гугъу зегъэхьын
рустараться сделать что-л. ради кого-чего-л.
гугъу хъун
ру1) стать трудным, сложным 2) стать тяжелым (напр. о жизни)
и гугъу къэгъэхъеин
рузатеять разговор
о ком-чем-л. Зыгуэрым къигъэхъеящ фызыжь цӀыкӀумрэ и къуэмрэ я гугъу. фольк.
и гугъу къэхъеин
рувозникнуть - о разговоре о ком-чем-л.
и гугъу къегъэжьэн
ру= рассказывать, говорить кому-л. о ком-чем-л.
и гугъу къэгъэхъеин. {и} гугъу хуэщӀын
и гугъу щӀын
ру1) говорить, рассказывать о ком-чем-л.
Хъыбархэм я гуауэу си гугъур уэ щӀы.— КӀ. А. 2) тревожить, беспокоить
+1 örnek
кого-л. Си гугъу умыщӀ - сэ нобэ сысымаджэщ.
Kitapta geçtiği hali
гугъу I 1. трудный, тяжелый, сложный (напр. о работе) / Лэжьыгъуей, хьэлъэ. Ӏуэху гугъу. Лэжьыгъэ гугъу. 2. трудный, тяжелый (напр. о жизни) / ЕхьэкӀыгъуей, гугъуехь зыхэлъ. ГъащӀэ гугъу. ЩытыкӀэ гугъу. Гугъу егъэхьын заставить кого-л. выполнять трудную работу. Гугъу дехьын испытать трудности, лишения из-за кого-чего-л. Гугъу ехьын переносить трудности, лишения. * Гугъу уехьу къэблэжьар ӀэфӀщ. (погов.) Гугъу зэрегъэхьын доставить друг другу неприятности. * ЛӀитӀыр зэфӀэкӀуэдщ, жагъуэ зэхуэхъури хуабжьу гугъу зэрегъэхьащ. фольк. Гугъу зегъэхьын стараться сделать что-л. ради кого-чего-л. Гугъу хъун 1) стать трудным, сложным 2) стать тяжелым (напр. о жизни) II разговоры, толки о ком-чем-л. / Зыгуэрым ехьэлӀауэ тепсэлъыхьу, къэхъуа гуэрым теухуа псалъэмакъ. ХьэгъуэлӀыгъуэр зэрекӀуэкӀам и гугъур хьэблэм яхуэӀуэтэжыртэкъым. * Щыхьылымрэ бланэлымрэ я гугъу фӀэкӀа къуажэм хъыбар дэлъыжтэкъым. КӀ. Т. И гугъу къэгъэхъеин затеять разговор о ком-чем-л. Зыгуэрым къигъэхъеящ фызыжь цӀыкӀумрэ и къуэмрэ я гугъу. фольк. И гугъу къэхъеин возникнуть - о разговоре о ком-чем-л. И гугъу къегъэжьэн = и гугъу къэгъэхъеин. {И} гугъу хуэщӀын рассказывать, говорить кому-л. о ком-чем-л. И гугъу щӀын 1) говорить, рассказывать о ком-чем-л. * Хъыбархэм я гуауэу си гугъур уэ щӀы. КӀ. А. 2) тревожить, беспокоить кого-л. Си гугъу умыщӀ - сэ нобэ сысымаджэщ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Лэжьыгъуей, хьэлъэ.
Я нэхъыщӀэр бдзэжьеящэщ, Гухъум фызхэр дохьыр гугъу— Комор къалэ. «Вагъуэ махуэ», 330
+1 örnek
Нэхъ Ӏуэху гугъуу сыти щыӀэ, КъыпхуащӀынкъым зым гущӀэгъу.— Индийскэ поэмэ, 365
2. ЕхьэкӀыгъуей, гугъуехь зыхэлъ, зыпылъ.
Тенджызыжьхэм я толъкъун мардэншэр Зэрызешэу уафэм кӀуэ-къэкӀуэжу, Хым тет кхъухьхэр хъунут си хъуэпсапӀэ, Хъунт бдзэжьейми хышхуэм щемыщэжу, ДэкӀуеигъуэр гугъуми, тыншу къагъэзэжу.— Псыр къежэхыу уафэм щытыгъамэ… Вагъуэ махуэ, 338
+2 örnek
Уэрэд зыусым игу мыпыӀэ, И усэр шыфӀым пилъытауэ, И лъэпкъ дамыгъэр телъым хуэдэу, Ехь гъуэгу нэхъ гугъум зритауэ.— Дамыгъэ. «Дамыгъэ», 205
СщӀэркъым си псэм къыщыщӀари, Уи закъуэныр сыту гугъу, Мазэ зеиншэу уэгум ситщи Дыгъэ хуабэм сыщогугъ.— Си псэм мафӀэр къыщӀэнами. «Батырыбжьэ», 89
Deyimler (6)
гугъу дехьын
Зыгуэрым гугъуехь, бэлыхь, хьэзаб сыт хуэдэхэр дэшэчын.
Бжьэр, нокӀуэ, жаӀэу къашиямэ, КъеӀызмыххэу изотыжыр: Гугъу удемыхьу къыпӀэрыхьэр, Гугъу удемыхьу мэкӀуэдыжыр.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 215
+1 örnek
Езы Ӏурари цӀыхум гугъу ядехьу есакъым.— Къалэн, 430
гугъу егъэхьын
Зыгуэрым бэлыхь телъын, мыгъэтыншын.
Фариз. НысащӀэри гугъу ирамыгъэхьаи.— Алъхъо, 93
+2 örnek
СыкъыщӀэкӀуам сытым нэхъ гугъу сригъэхьа жыпӀэмэ, си псалъэ себэкъуэжыным нэхъ гугъу сригъэхьащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591
Шурэ. Ауэ си зышкӀэ сымаджэ хъури сэ гугъу мащӀэ сригъэхьа?— Алъхъо, 75
гугъу ехьын
Гугъуехь шэчын.
Си Ӏэгум илъу ар [си гур] сохьыр, Уэшхыр къешхамэ – къытошхэ, Уэсыр къыщескӀэ, гугъу йохьыр.— Си гур Ӏэгум илъу. «Дамыгъэ», 209
+2 örnek
Ар жиӀэми, нэкӀэ елъагъур и нысэр гугъу зэрехьыр, езыми ищӀэныр къолыж, уеблэмэ мэкъуауэгъуэр къэсмэ, шэмэдж къищтэрэ мэкъу щыпиупщӀ щыӀэщ, къамылыши макӀуэри къамыл пеупщӀри егъэгъу, арджэн ищӀыну.— Лъапсэ, 119
Сылажьэу губгъуэм сыщиткӀэ Ар сигу къэзгъэкӀмэ, согуфӀэ, Я нэхъ гугъу дыдэ сыщехькӀэ, Ар слъагъум, сохъу къарууфӀэ— КъызжефӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 37
гугъу зегъэхьын
Гугъуехь зыхэлъ гуэрхэр уелӀалӀэу зыгуэрым щхьэкӀэ щӀэн.
ЗыпщӀын цӀэрыӀуэ уи мурадмэ, Гугъу зумыгъэхьу зыгъэпсэху.— ЦӀэрыӀуэ хъуну уи мурадым. «Батырыбжьэ», 138
+2 örnek
Полъкум и командирыр къэуври шым щхьэкӀэ берычэт бесын ин къажриӀащ икӀи къигъэгугъащ псэемыблэжу гугъу зригъэхьыну, полъкур иӀэтауэ къишэжын щхьэкӀэ, «Жэщ, махуэ жывмыӀэу тхьэм фытхуелъэӀу, гуфӀэгъуэ махуэкӀэ дыщызэхуэсыну махуэр нэхъ псынщӀэу къэсын папщӀэ», – жиӀэри абыкӀэ иухащ графым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 127
Сэ медицинэм зестауэ слъэкӀ къэзмыгъанэу, жэщ-махуэ симыӀэу, Ӏэзэ къыщытфӀащакӀэ Ӏэзэу дыщытын хуейщ жысӀэу гугъу зезгъэхьырт.— Лъапсэ, 10
2 deyim daha
гугъу зыдегъэхьын
Зыгуэрым щхьэкӀэ гугъуехь зыпылъ гуэрхэр щӀэн.
Лъагъуныгъэ жыхуаӀэу нобэ псори зытращӀыхьым абы хуэдизу гугъу зыдрагъэхьу щытакъым.— Лъапсэ, 65
гугъущэ зегъэхьын
Егъэлеяуэ гугъуехь зыпылъ гуэрхэр уелӀалӀэу щӀэн.
ЛатӀифэ щӀалэхэм нэхъ гу къыслъатащэрэт, жиӀэу яхуеплъэкӀ защӀэт, пэжыр жыпӀэмэ, езыр цӀыхубз нэщӀэпкӀэт, и ӀэщӀагъэм, и щӀэныгъэм хигъэхъуэн щхьэкӀэ, гугъущэ зригъэхьыртэкъым.— Лъапсэ, 10
+1 örnek
Гугъущэ зыбогъэхь м
Atasözleri (2)
къыптекӀуэр гугъущ
Еплъ: къытекӀуэн
гугъу удемыхьу къыпӀэрыхьэр, гугъу удемыхьу мэкӀуэдыж
Пхуэмыфащэу къыпӀэрыхьам уигъэунэнукъым.
Бжьэр, нокӀуэ, жаӀэу къашиямэ, КъеӀызмыхыххэу изотыжыр: Гугъу удемыхьу къыпӀэрыхьэр, Гугъу удемыхьу мэкӀуэдыжыр.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 215
Зыгуэрым ехьэлӀауэ тепсэлъыхьу, къэхъуа гуэрым теухуауэ псалъэмакъ. -648.
Инали щхьэ къеупщӀа: «Мэтхъэным и гугъу зэхэпха?» – жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 532
+1 örnek
Чачэ зытепсэлъыхьын занщӀэу къигъуэтащ, зиудэу фызым яхэтт, и пэ папцӀэр нэхъри папцӀэ хъуауэ, интернатым и гугъу и тхьэкӀумэм зэрицырхъэу, къызэщӀэнащ: – Догуэ, къызгурыгъаӀуэт мы зы закъуэр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647
Deyimler (3)
[и] гугъу къэгъэхъеин
Зыгуэрым ехьэлӀауэ утепсэлъыхьу псалъэмакъ гуэр къегъэжьэн.
Унэм дыщӀыхьэмэ – япэу зи гугъу къэзыгъэхъеяр шы пцӀэгъуэплъыр арат: Анка сэ къэзмыцӀыхужу езым сыкъызэрицӀыхужар, сыкъыщилъагъум и нэпситӀыр къелъэлъэхыу зэрыгъар.— Анка, 384
+2 örnek
Насып иӀэти, Якъуб нэмыцэр къэсмэ мэлыхъуэм трахынумрэ трамыхынумрэ я гугъу къигъэхъейуэ Локотош зы псалъи жиӀэжакъым.— Нал къута, 262
Апчарэ Хуламбайм и гугъу къигъэхъеящ.— Нал къута, 227
[и] гугъу хуэщӀыжын
Зыгуэрым тепсэлъыхьыжын.
Абы хуэдэу яща цӀыхубз Ӏэджэми я гугъу си анэшхуэм къысхуищӀыжурэ сригъэдаӀуэрт, си псэри хэлъэтауэ пӀэрэ жысӀэу сигъэгузавэу.— Лъапсэ, 6
[и] гугъу хуэщӀын
Зыгуэр зыгуэрым теухуауэ еӀуэтэлӀэн, тепсэлъыхьын.
Мамай и Ӏуащхьэм къыщӀатӀыкӀауэ, Нарт мафӀэу Прагэ ар яхьащи, Ди щӀыхьым сыну хэувауэ, Зи гугъу яхуищӀыр дэ ди лӀыгъэщ.— ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 128
Atasözleri (1)
бейм и гугъу ящӀурэ, тхьэмыщкӀэм и уэздыгъэр мэс
Еплъ: бей
Kitapta geçtiği hali
ГУГЪУ I (37). 1. (21). Лэжьыгъуей, хьэлъэ. Я нэхъыщӀэр бдзэжьеящэщ, Гухъум фызхэр дохьыр гугъу. Комор къалэ. «Вагъуэ махуэ», 330. Нэхъ Ӏуэху гугъуу сыти щыӀэ, КъыпхуащӀынкъым зым гущӀэгъу. «Индийскэ поэмэ», 365. 2. (16). ЕхьэкӀыгъуей, гугъуехь зыхэлъ, зыпылъ. Тенджызыжьхэм я толъкъун мардэншэр Зэрызешэу уафэм кӀуэ-къэкӀуэжу, Хым тет кхъухьхэр хъунут си хъуэпсапӀэ, Хъунт бдзэжьейми хышхуэм щемыщэжу, ДэкӀуеигъуэр гугъуми, тыншу къагъэзэжу. Псыр къежэхыу уафэм щытыгъамэ… «Вагъуэ махуэ», 338. Уэрэд зыусым игу мыпыӀэ, И усэр шыфӀым пилъытауэ, И лъэпкъ дамыгъэр телъым хуэдэу, Ехь гъуэгу нэхъ гугъум зритауэ. Дамыгъэ. «Дамыгъэ», 205. СщӀэркъым си псэм къыщыщӀари, Уи закъуэныр сыту гугъу, Мазэ зеиншэу уэгум ситщи Дыгъэ хуабэм сыщогугъ. Си псэм мафӀэр къыщӀэнами. «Батырыбжьэ», 89. ◊ Гугъу дехьын (14). Зыгуэрым гугъуехь, бэлыхь, хьэзаб сыт хуэдэхэр дэшэчын. Бжьэр, нокӀуэ, жаӀэу къашиямэ, КъеӀызмыххэу изотыжыр: Гугъу удемыхьу къыпӀэрыхьэр, Гугъу удемыхьу мэкӀуэдыжыр. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 215. Езы Ӏурари цӀыхум гугъу ядехьу есакъым. Къалэн, 430. Гугъу егъэхьын (5). Зыгуэрым бэлыхь телъын, мыгъэтыншын. Фариз. НысащӀэри гугъу ирамыгъэхьаи. Алъхъо, 93. СыкъыщӀэкӀуам сытым нэхъ гугъу сригъэхьа жыпӀэмэ, си псалъэ себэкъуэжыным нэхъ гугъу сригъэхьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591. Шурэ. Ауэ си зышкӀэ сымаджэ хъури сэ гугъу мащӀэ сригъэхьа? Алъхъо, 75. Гугъу ехьын (40). Гугъуехь шэчын. Си Ӏэгум илъу ар [си гур] сохьыр, Уэшхыр къешхамэ – къытошхэ, Уэсыр къыщескӀэ, гугъу йохьыр. Си гур Ӏэгум илъу. «Дамыгъэ», 209. Ар жиӀэми, нэкӀэ елъагъур и нысэр гугъу зэрехьыр, езыми ищӀэныр къолыж, уеблэмэ мэкъуауэгъуэр къэсмэ, шэмэдж къищтэрэ мэкъу щыпиупщӀ щыӀэщ, къамылыши макӀуэри къамыл пеупщӀри егъэгъу, арджэн ищӀыну. Лъапсэ, 119. Сылажьэу губгъуэм сыщиткӀэ Ар сигу къэзгъэкӀмэ, согуфӀэ, Я нэхъ гугъу дыдэ сыщехькӀэ, Ар слъагъум, сохъу къарууфӀэ. КъызжефӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 37. Гугъу зегъэхьын (6). Гугъуехь зыхэлъ гуэрхэр уелӀалӀэу зыгуэрым щхьэкӀэ щӀэн. ЗыпщӀын цӀэрыӀуэ уи мурадмэ, Гугъу зумыгъэхьу зыгъэпсэху. ЦӀэрыӀуэ хъуну уи мурадым. «Батырыбжьэ», 138. Полъкум и командирыр къэуври шым щхьэкӀэ берычэт бесын ин къажриӀащ икӀи къигъэгугъащ псэемыблэжу гугъу зригъэхьыну, полъкур иӀэтауэ къишэжын щхьэкӀэ, «Жэщ, махуэ жывмыӀэу тхьэм фытхуелъэӀу, гуфӀэгъуэ махуэкӀэ дыщызэхуэсыну махуэр нэхъ псынщӀэу къэсын папщӀэ», – жиӀэри абыкӀэ иухащ графым. Хъуэпсэгъуэ нур, 127. Сэ медицинэм зестауэ слъэкӀ къэзмыгъанэу, жэщ-махуэ симыӀэу, Ӏэзэ къыщытфӀащакӀэ Ӏэзэу дыщытын хуейщ жысӀэу гугъу зезгъэхьырт. Лъапсэ, 10. Гугъу зыдегъэхьын (1). Зыгуэрым щхьэкӀэ гугъуехь зыпылъ гуэрхэр щӀэн. Лъагъуныгъэ жыхуаӀэу нобэ псори зытращӀыхьым абы хуэдизу гугъу зыдрагъэхьу щытакъым. Лъапсэ, 65. Гугъущэ зегъэхьын (2). Егъэлеяуэ гугъуехь зыпылъ гуэрхэр уелӀалӀэу щӀэн. ЛатӀифэ щӀалэхэм нэхъ гу къыслъатащэрэт, жиӀэу яхуеплъэкӀ защӀэт, пэжыр жыпӀэмэ, езыр цӀыхубз нэщӀэпкӀэт, и ӀэщӀагъэм, и щӀэныгъэм хигъэхъуэн щхьэкӀэ, гугъущэ зригъэхьыртэкъым. Лъапсэ, 10. Гугъущэ зыбогъэхь м ☐ КъыптекӀуэр гугъущ (4). Еплъ къытекӀуэн. Гугъу удемыхьу къыпӀэрыхьэр, гугъу удемыхьу мэкӀуэдыж (1). Пхуэмыфащэу къыпӀэрыхьам уигъэунэнукъым. Бжьэр, нокӀуэ, жаӀэу къашиямэ, КъеӀызмыхыххэу изотыжыр: Гугъу удемыхьу къыпӀэрыхьэр, Гугъу удемыхьу мэкӀуэдыжыр. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 215.
ГУГЪУ II (17). Зыгуэрым ехьэлӀауэ тепсэлъыхьу, къэхъуа гуэрым теухуауэ псалъэмакъ. Инали щхьэ къеупщӀа: «Мэтхъэным и гугъу зэхэпха?» – жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 532. Чачэ зытепсэлъыхьын занщӀэу къигъуэтащ, зиудэу фызым яхэтт, и пэ папцӀэр нэхъри папцӀэ хъуауэ, интернатым и гугъу и тхьэкӀумэм зэрицырхъэу, къызэщӀэнащ: – Догуэ, къызгурыгъаӀуэт мы зы закъуэр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647-648. ◊ [И] гугъу къэгъэхъеин (5). Зыгуэрым ехьэлӀауэ утепсэлъыхьу псалъэмакъ гуэр къегъэжьэн. Унэм дыщӀыхьэмэ – япэу зи гугъу къэзыгъэхъеяр шы пцӀэгъуэплъыр арат: Анка сэ къэзмыцӀыхужу езым сыкъызэрицӀыхужар, сыкъыщилъагъум и нэпситӀыр къелъэлъэхыу зэрыгъар. Анка, 384. Насып иӀэти, Якъуб нэмыцэр къэсмэ мэлыхъуэм трахынумрэ трамыхынумрэ я гугъу къигъэхъейуэ Локотош зы псалъи жиӀэжакъым. Нал къута, 262. Апчарэ Хуламбайм и гугъу къигъэхъеящ. Нал къута, 227. [И] гугъу хуэщӀыжын (1). Зыгуэрым тепсэлъыхьыжын. Абы хуэдэу яща цӀыхубз Ӏэджэми я гугъу си анэшхуэм къысхуищӀыжурэ сригъэдаӀуэрт, си псэри хэлъэтауэ пӀэрэ жысӀэу сигъэгузавэу. Лъапсэ, 6. [И] гугъу хуэщӀын (2). Зыгуэр зыгуэрым теухуауэ еӀуэтэлӀэн, тепсэлъыхьын. Мамай и Ӏуащхьэм къыщӀатӀыкӀауэ, Нарт мафӀэу Прагэ ар яхьащи, Ди щӀыхьым сыну хэувауэ, Зи гугъу яхуищӀыр дэ ди лӀыгъэщ. ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 128. ☐ Бейм и гугъу ящӀурэ, тхьэмыщкӀэм и уэздыгъэр мэс (1). Еплъ бей II.