щӀэтын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
чӀэтын/щӀэтын (чӀэт/щӀэтщ); DURMAK (bir şeyin altında ~)
щӀэтын → чӀэтын; DURMAK (bir şeyin altında ~)
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: чӀэтын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(щӀэтщ)
1. Унэ с. ху. е щӀагъ гуэрым щызэфӀэтын.
рустоять, находиться где-л. (в помещении), под чем-л.
Унэм щӀэтын. Жыгым щӀэтын.
2. Зыгуэрым (тыкуэн, с. ху.) щылэжьэн.
руработать где-л. (напр. в магазине)
Библиотекэм щӀэтын.
3. Зыгуэрым зыгуэр щӀыгъуу, хэту щытын.
русопровождаться чем-л.
Уэшхым уэ щӀэтщ. Уэсым жьы щӀыӀэ щӀэтщ.
(щӀет)
Зыгуэрым и пщӀэу зыгуэр тын.
рузаплатить чем-л.
Мылъку щӀэтын.
+1 örnek
Ди гъащӀэм и пщӀэр уасэшхуэщ, Абы щӀэттакъым лъы мащӀэ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
Kitapta geçtiği hali
щӀэтын I (щӀэтщ) неперех. гл. 1. стоять, находиться где-л. (в помещении), под чем-л. / Унэ с. ху. е щӀагъ гуэрым щызэфӀэтын. Унэм щӀэтын. Жыгым щӀэтын. 2. переносное работать где-л. (напр. в магазине) / Зыгуэрым (тыкуэн, с. ху.) щылэжьэн. * Библиотекэм щӀэтын. 3. переносное сопровождаться чем-л. / Зыгуэрым зыгуэр щӀыгъуу, хэту щытын. Уэшхым уэ щӀэтщ. Уэсым жьы щӀыӀэ щӀэтщ. {И} жьауэм щӀэтын см. жьауэ. Жьы щӀэтын см. жьы. КӀакхъум щӀэтын см. кӀакхъу. {И} нэгум щӀэтын см. нэгу. {И} унафэм щӀэтын см. унафэ. ЩӀэ щӀэмытын см. щӀэ. II (щӀет) перех. гл. заплатить чем-л. / Зыгуэрым и пщӀэу зыгуэр тын. Мылъку щӀэтын. * Ди гъащӀэм и пщӀэр уасэшхуэщ, Абы щӀэттакъым лъы мащӀэ. П. Б.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щӀэтщ)
1. Унэ с.ху. и кӀуэцӀым е щӀагъ гуэрым щызэфӀэтын, щыщытын.
Псыкъуий ятӀамэ, къожыр псыр, Сэ ар слъэгъухукӀэ согупсысэр: ЩӀы щӀагъым щӀэту псыежэхым Емыщхьу пӀэрэ сэ си усэр?— Псыкъуий. «Мывэ хуабэ», 260
+2 örnek
Унэм щӀэт цӀыхухэр зытегузэвыхьым Степан Ильич гу лъитати, мыр жиӀащ: – Хуэсакъ ӀункӀыбзэм.— Хъуэпсэгъуэ нур, 216
Хьэкурынэ лъащэу кӀыщым щӀэт зэпыткъым, иныкъуэм и шыуанышхуэр мывищым трегъэувэри ежьащхуэ зэхуихьэсар егъавэ.— Лъапсэ, 101
2. Зыгуэрым (п.п. тыкуэн, с.ху.) щылэжьэн.
[Дэфэрэдж:] Анализхэри къагъэса щхьэкӀэ, япэрейм нэхърэ зыкӀи мынэхъыфӀу къыщӀэкӀащ, арщхьэкӀэ укъикӀуэт хъужынутэкъыми, отделением дохутыру щӀэтыр къезджащ.— Лъапсэ, 14
+2 örnek
ШхапӀэ къызэӀупхрэ щӀэбгъэувэм [Нурхьэлий], жэщ, махуэ жимыӀэу щӀэтынщ, пщыхьэщхьэкӀэ ахъшэр къыпкӀэщӀидзэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 188
Рестораным зэреджэр «Фызым япэӀэщӀэу» жаӀэу арат, и цӀэ дыдэр ящыгъупщэжауэ, официанткэу абы щӀэтыр хъыджэбз дахэ защӀэти, зэ ущешха-ущефамэ, томыгъэзэжыну Ӏэмал зимыӀэт.— Лъапсэ, 25
3. ЗыщӀыпӀэ (п.п. мэзым хьэкӀэкхъуэкӀэхэр) щыпсэун.
Мэзхъумэм ихъумэн хуей хьэкӀэкхъуэкӀэм я бжыгъэр зыщӀэ дунейм теткъым езым фӀэкӀа, ари хуигъэфащэу. Хэти къыщӀэупщӀэн, мэзым щӀэтри щӀэсри зи мылъкур къэралыр аращи, зыми имей пэлъытэщ…— Лъапсэ, 95
+2 örnek
Мырат [мэзхъумэм] къигупсысар: «Щхъуэм, сигъэӀущат, кхъуэпӀащэ мэзым щӀэтым узыгъэлӀэн гын нэхъапэ щӀыкӀэ ебгъэшхрэ иужькӀэ хьэщӀэм гын зышха кхъуэр къедгъэукӀыжу, абы и лым щыщ дгъажьэрэ едгъэшхыжу дгъэлӀэну».— Лъапсэ, 94
[Къыдырым:] СыщӀэупщӀэурэ кхъухь зыщӀыф нэхъ ӀэпщӀэлъапщӀэ къэзгъуэтынщ, псэущхьэ си нэ зыщыхуауэ мэзым щӀэтыр абы дэӀэпыкъуэгъу хуэсщӀынщи – ди кхъухьыр хьэзырщ.— Кхъухь пхэнж, 497
4. Зыгуэрым зыгуэр щӀыгъуу, хэту, зэгъусэу щытын.
Жьыбгъэр нэпкъым къыкъуэлъэтмэ, Уэшхыр щӀэту уэсыр къос.— Бгым дэкӀ гъуэгу. «Батырыбжьэ», 38
5. Зыгуэрым ткӀуаткӀуэ гуэр хэтын.
[Ботэх, лаборанткэхэм хуэгъэзауэ:] Псыуэ щӀэтыр процент плӀыщӀ хъууи?!— Лъапсэ, 97
+2 örnek
Уэсыбэр губгъуэм мес токӀыж – Уэсыпсыр щӀыӀэу удзым щӀэтщ, БлэкӀа зэманхэр сигу къокӀыж, Си нэгум дахэр уэ ущӀэтщ.— Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59
[Дэфэрэдж:] Дэнэ абы [Пушкин] къыщищӀар нэгъуейм я Ӏэщыр лъхуэмэ, жэмыр къамышу, абы шэуэ щӀэтыр шкӀэм ирагъэшхыу зэрыщытар?— Лъапсэ, 7
(щӀет)
Зыгуэрым и пщӀэу зыгуэр тын.
Хьэкурынэ мэгупсысэ: Сыту дэгъуэт Россиешхуэм ЛӀыжь Федотым ар и гъусэу, Хуитыныгъэм гур дэгушхуэу, А лъэпкъ иным яхэтыну, А гуращэм куэд щӀитынут— Тисей, 510
+2 örnek
Си щыуэныгъэм щӀалэм гум лъитауэ, СощӀэж жиӀауэ мис мы псалъэр: – Дэ мамырыгъэм куэд щӀэттауэ Къэтхьа насыпым мис и пӀалъэр, – Сэлам уэсхыну сыплъыхъуэнут, Ӏэ симыӀэжми, щӀалэ пакъэ, Зауаем щӀэкъур слъагъу мыхъуну, ЗауэлӀ игу быдэ къысхуэнакъэ!— Ныбжьэгъу. «Партыр ди пашэу», 92
Зэкъуэшщ жедгъыӀэу, дымыхамэу Ди зэшыныгъэм куэд щӀэттащ.— Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 114
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭТЫН I (щӀэтщ) лъэмыӀ. (114). 1. (92). Унэ с.ху. и кӀуэцӀым е щӀагъ гуэрым щызэфӀэтын, щыщытын. Псыкъуий ятӀамэ, къожыр псыр, Сэ ар слъэгъухукӀэ согупсысэр: ЩӀы щӀагъым щӀэту псыежэхым Емыщхьу пӀэрэ сэ си усэр? Псыкъуий. «Мывэ хуабэ», 260. Унэм щӀэт цӀыхухэр зытегузэвыхьым Степан Ильич гу лъитати, мыр жиӀащ: – Хуэсакъ ӀункӀыбзэм. Хъуэпсэгъуэ нур, 216. Хьэкурынэ лъащэу кӀыщым щӀэт зэпыткъым, иныкъуэм и шыуанышхуэр мывищым трегъэувэри ежьащхуэ зэхуихьэсар егъавэ. Лъапсэ, 101. 2. (9). Зыгуэрым (п.п. тыкуэн, с.ху.) щылэжьэн. [Дэфэрэдж:] Анализхэри къагъэса щхьэкӀэ, япэрейм нэхърэ зыкӀи мынэхъыфӀу къыщӀэкӀащ, арщхьэкӀэ укъикӀуэт хъужынутэкъыми, отделением дохутыру щӀэтыр къезджащ. Лъапсэ, 14. ШхапӀэ къызэӀупхрэ щӀэбгъэувэм [Нурхьэлий], жэщ, махуэ жимыӀэу щӀэтынщ, пщыхьэщхьэкӀэ ахъшэр къыпкӀэщӀидзэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 188. Рестораным зэреджэр «Фызым япэӀэщӀэу» жаӀэу арат, и цӀэ дыдэр ящыгъупщэжауэ, официанткэу абы щӀэтыр хъыджэбз дахэ защӀэти, зэ ущешха-ущефамэ, томыгъэзэжыну Ӏэмал зимыӀэт. Лъапсэ, 25. 3. (5). ЗыщӀыпӀэ (п.п. мэзым хьэкӀэкхъуэкӀэхэр) щыпсэун. Мэзхъумэм ихъумэн хуей хьэкӀэкхъуэкӀэм я бжыгъэр зыщӀэ дунейм теткъым езым фӀэкӀа, ари хуигъэфащэу. Хэти къыщӀэупщӀэн, мэзым щӀэтри щӀэсри зи мылъкур къэралыр аращи, зыми имей пэлъытэщ… Лъапсэ, 95. Мырат [мэзхъумэм] къигупсысар: «Щхъуэм, сигъэӀущат, кхъуэпӀащэ мэзым щӀэтым узыгъэлӀэн гын нэхъапэ щӀыкӀэ ебгъэшхрэ иужькӀэ хьэщӀэм гын зышха кхъуэр къедгъэукӀыжу, абы и лым щыщ дгъажьэрэ едгъэшхыжу дгъэлӀэну». Лъапсэ, 94. [Къыдырым:] СыщӀэупщӀэурэ кхъухь зыщӀыф нэхъ ӀэпщӀэлъапщӀэ къэзгъуэтынщ, псэущхьэ си нэ зыщыхуауэ мэзым щӀэтыр абы дэӀэпыкъуэгъу хуэсщӀынщи – ди кхъухьыр хьэзырщ. Кхъухь пхэнж, 497. 4. (1). зэхь. Зыгуэрым зыгуэр щӀыгъуу, хэту, зэгъусэу щытын. Жьыбгъэр нэпкъым къыкъуэлъэтмэ, Уэшхыр щӀэту уэсыр къос. Бгым дэкӀ гъуэгу. «Батырыбжьэ», 38. 5. (7). Зыгуэрым ткӀуаткӀуэ гуэр хэтын. [Ботэх, лаборанткэхэм хуэгъэзауэ:] Псыуэ щӀэтыр процент плӀыщӀ хъууи?! Лъапсэ, 97. Уэсыбэр губгъуэм мес токӀыж – Уэсыпсыр щӀыӀэу удзым щӀэтщ, БлэкӀа зэманхэр сигу къокӀыж, Си нэгум дахэр уэ ущӀэтщ. Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59. [Дэфэрэдж:] Дэнэ абы [Пушкин] къыщищӀар нэгъуейм я Ӏэщыр лъхуэмэ, жэмыр къамышу, абы шэуэ щӀэтыр шкӀэм ирагъэшхыу зэрыщытар? Лъапсэ, 7. ◊ Дагъэ щӀэтын (2). Еплъ дагъэ. Нэгум щӀэтын (34). Еплъ нэгу. Нур щӀэтын (2). Еплъ нур.
ЩӀЭТЫН II (щӀет) лъэӀ. (6). Зыгуэрым и пщӀэу зыгуэр тын. Хьэкурынэ мэгупсысэ: Сыту дэгъуэт Россиешхуэм ЛӀыжь Федотым ар и гъусэу, Хуитыныгъэм гур дэгушхуэу, А лъэпкъ иным яхэтыну, А гуращэм куэд щӀитынут. «Тисей», 510. Си щыуэныгъэм щӀалэм гум лъитауэ, СощӀэж жиӀауэ мис мы псалъэр: – Дэ мамырыгъэм куэд щӀэттауэ Къэтхьа насыпым мис и пӀалъэр, – Сэлам уэсхыну сыплъыхъуэнут, Ӏэ симыӀэжми, щӀалэ пакъэ, Зауаем щӀэкъур слъагъу мыхъуну, ЗауэлӀ игу быдэ къысхуэнакъэ! Ныбжьэгъу. «Партыр ди пашэу», 92. Зэкъуэшщ жедгъыӀэу, дымыхамэу Ди зэшыныгъэм куэд щӀэттащ. Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 114.