нэгу
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
НЭГУ, НЭКӀУ, НАПЭ, НАХЭ; SİMA
НАПЭ, НАХЭ, НЭГУ, НЭКӀУ; SİMA, YÜZ 1
НАХЭ, НЭГУ, НЭКӀУ, НАПЭ; SİMA
НЭКӀУ, НАПЭ, НАХЭ, НЭГУ; SİMA, YÜZ 1
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ЦӀыхущхьэм и гупэ лъэныкъуэ.
рулицо, физиономия
Гъуэдэберд, бащлъыкъыр зытригъэкӀуэтри.. щӀалэм и нэгум иплъащ. Къэр. Хь.
Bu maddedeki ifadeler (23)
нэгу зэлъыӀуха
руясное, открытое лицо; ясный, открытый взгляд.
нэгу зэхэуфа
рухмурое лицо; хмурый взгляд.
Хъалиф къыщыпщащ, щӀыб щӀыӀэм щӀэкӀын зэрижагъуэр и нэгу зэхэуфам къиӀуатэу.— Жаным Борис
нэгу зегъэужьын
руразвлечься.
Фызышэр къэсыжыным и пэ къихуэу музыкауэхэр зэбгрыжащ тӀэкӀу заплъыхьыну, я нэгу зрагъэужьыну.— КӀыщокъуэ Алим
{и} нэгу иплъэн
рупосмотреть кому-л. в глаза.
19 ifade daha
{и} нэгу мыджылын
руне испытывать чувства стыда; не испытывать угрызений совести.
{и} нэгу щӀэкӀын
ру1) быть очевидцем чего-л.; самому увидеть, пережить, испытать что-л.
Сэ иджыпсту бжесӀэнур ауэ сытми зэхэсха хъыбаркъым: сэ бжесӀэнур си нэгу щӀэкӀащ.— Сов. Къэб. ифольк. 2) привидеться, присниться
+2 örnek
кому-л.
Жейм Ӏэпкълъэпкъыр зэщӀеӀулӀэ, ПщӀыхь шынагъуи и нэгу щӀокӀ {Болэт}.— Ӏуащхьэмахуэ
{и} нэгу щӀэплъэн
{и} нэгу иплъэн
Абы хуэдэ лей зепхьауэ дауэ цӀыхум я нэгу ущӀэплъэну?— Ӏуащхьэмахуэ
{и} нэгу щӀэплъын
руповидать кого-л.; встретиться с кем-л.
{и} нэгум зиӀэтын
руна лице написано у кого-л., чьем-л.
{и} нэгур зэлъыӀукӀын. {и} нэгум илъын
Зы нэщхъеягъуэ гуэр Къемэт и нэгум имыкӀыу илът.— КӀэрашэ Тембот
{и} нэгум иплъыхьын
рупристально смотреть кому-л. в глаза, всматриваться в чье-л. лицо.
{и} нэгум къиӀуэтэн
ру{его} лицо свидетельствует о чем-л.
Тезадэ щыхъыджэбзам дахэ дыдэу зэрыщытар и нэгум къиӀуатэрт.— ДыщэкӀ Мухьэмэд
нэгум къыщӀэгъэхьэжын
рувспомнить, припомнить, снова представить себе кого- что-л.
нэгум къыщӀэгъэхьэн
рупредставить себе кого-что-л.
нэгум къыщӀэувэн
рувстать перед глазами, представиться кому-л. в воображении.
Софят и ныбжьэгъу хъыджэбзыр и нэгум къыщӀоувэ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
нэгум къыщӀэхуэн (къыщӀэхутэн)
рупопасться на глаза.
ТхьэкӀумэкӀыхьыр щакӀуэм и нэгум зыбжанэрэ къыщӀэхуащ, ауэ фочыр тригъэпсэну хунэсакъым.— ӀуэрыӀуатэ
нэгум къыщӀыхьэн
рупоказаться, почудиться.
Плъыржьэрым хэт сымаджэр Ӏуэщхъурт, и анэр къепсалъэ хуэдэу и нэгум къыщӀыхьэт.— Ӏуащхьэмахуэ
нэгум щӀэлъын
набжьэм щӀэлъын
Лу гу лъитэт а щӀалэм {Сосрыкъуэ} бэлыхь гуэр и нэгум зэрыщӀэлъым.— КӀыщокъуэ Алим
нэгум щӀэмыгъэплъэн
ру1) не дать увидеть свое лицо, не дать заглянуть себе в глаза 2) избегать встречи с кем-л., не дать кому-л. увидеться с собой.
нэгум щӀэтын
ру1) быть на глазах, на виду. 2) стоятиь перед глазами.
Лу и нэгум иджыри щӀэтщ бэлыхьу зыхэтар. Къэб. Сэлим и нэгум Линэ и сурэтыр щӀэтт.— КъаруущӀэ. 3) привидеться, причудиться.
+2 örnek
Уи Ӏуплъэгъуэр махуэм согъэхъу, Жэщ хъуамэ си нэгум ущӀэтщ.— Къэб. п. и ант. 4)
Сыт щыгъуи гуфӀэгъуэ щӀэтт Ланэ и нэгум.— Щомахуэ Амырхъан
нэгум щӀэхун
руисчезнуть с глаз долой.
Нэгум щӀэхур гум йохуж.— Псалъэжьхэр
{и} нэгур зэлъыӀукӀыжын
рулицо прояснилось.
КӀукӀуэ и губжьыр напӀэзыпӀэм теужащ, и нэгури зэлъыӀукӀыжащ.— Ӏуащхьэмахуэ
нэгур зэлъыӀухын
руприйти в хорошее настроение.
нэгур зэхэуэн
рупомрачнеть, погруснеть.
Уэркъыжьым и нэгур зэхоуэ, зэгуэпауэ хьэлъэу хощэтыкӀ.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
нэгу лицо, физиономия / ЦӀыхущхьэм и гупэ лъэныкъуэ. Гъуэдэберд, бащлъыкъыр зытригъэкӀуэтри.. щӀалэм и нэгум иплъащ. Къэр. Хь. Нэгу зэлъыӀуха ясное, открытое лицо; ясный, открытый взгляд. Нэгу зэхэуфа хмурое лицо; хмурый взгляд. * Хъалиф къыщыпщащ, щӀыб щӀыӀэм щӀэкӀын зэрижагъуэр и нэгу зэхэуфам къиӀуатэу. Ж. Б. Нэгу зегъэужьын развлечься. * Фызышэр къэсыжыным и пэ къихуэу музыкауэхэр зэбгрыжащ тӀэкӀу заплъыхьыну, я нэгу зрагъэужьыну. КӀ. А. {И} нэгу иплъэн посмотреть кому-л. в глаза. {И} нэгу мыджылын не испытывать чувства стыда; не испытывать угрызений совести. {И} нэгу щӀэкӀын 1) быть очевидцем чего-л.; самому увидеть, пережить, испытать что-л. * Сэ иджыпсту бжесӀэнур ауэ сытми зэхэсха хъыбаркъым: сэ бжесӀэнур си нэгу щӀэкӀащ. Сов. Къэб. ифольк. 2) привидеться, присниться кому-л. * Жейм Ӏэпкълъэпкъыр зэщӀеӀулӀэ, ПщӀыхь шынагъуи и нэгу щӀокӀ {Болэт}. Ӏуащхь. {И} нэгу щӀэплъэн = {и} нэгу иплъэн. * Абы хуэдэ лей зепхьауэ дауэ цӀыхум я нэгу ущӀэплъэну? Ӏуащхь. {И} нэгу щӀэплъын повидать кого-л.; встретиться с кем-л. {И} нэгум зиӀэтын = {и} нэгур зэлъыӀукӀын. {И} нэгум илъын на лице написано у кого-л., чьем-л. * Зы нэщхъеягъуэ гуэр Къемэт и нэгум имыкӀыу илът. КӀ. Т. {И} нэгум иплъыхьын пристально смотреть кому-л. в глаза, всматриваться в чье-л. лицо. {И} нэгум къиӀуэтэн {его} лицо свидетельствует о чем-л. * Тезадэ щыхъыджэбзам дахэ дыдэу зэрыщытар и нэгум къиӀуатэрт. Д. М. Нэгум къыщӀэгъэхьэжын вспомнить, припомнить, снова представить себе кого- что-л. Нэгум къыщӀэгъэхьэн представить себе кого-что-л. Нэгум къыщӀэувэн встать перед глазами, представиться кому-л. в воображении. * Софят и ныбжьэгъу хъыджэбзыр и нэгум къыщӀоувэ. Щ. Ӏ. Нэгум къыщӀэхуэн (къыщӀэхутэн) попасться на глаза. * ТхьэкӀумэкӀыхьыр щакӀуэм и нэгум зыбжанэрэ къыщӀэхуащ, ауэ фочыр тригъэпсэну хунэсакъым. фольк. Нэгум къыщӀыхьэн показаться, почудиться. * Плъыржьэрым хэт сымаджэр Ӏуэщхъурт, и анэр къепсалъэ хуэдэу и нэгум къыщӀыхьэт. Ӏуащхь. Нэгум щӀэлъын = набжьэм щӀэлъын. * Лу гу лъитэт а щӀалэм {Сосрыкъуэ} бэлыхь гуэр и нэгум зэрыщӀэлъым. КӀ. А. Нэгум щӀэмыгъэплъэн 1) не дать увидеть свое лицо, не дать заглянуть себе в глаза 2) избегать встречи с кем-л., не дать кому-л. увидеться с собой. Нэгум щӀэтын 1) быть на глазах, на виду. 2) стоятиь перед глазами. * Лу и нэгум иджыри щӀэтщ бэлыхьу зыхэтар. Къэб. Сэлим и нэгум Линэ и сурэтыр щӀэтт. КъаруущӀэ. 3) привидеться, причудиться. * Уи Ӏуплъэгъуэр махуэм согъэхъу, Жэщ хъуамэ си нэгум ущӀэтщ. Къэб. п. и ант. 4) * на лице написано. * Сыт щыгъуи гуфӀэгъуэ щӀэтт Ланэ и нэгум. Щ. Ам. Нэгум щӀэхун исчезнуть с глаз долой. * Нэгум щӀэхур гум йохуж. (погов.) {И} нэгур зэлъыӀукӀыжын лицо прояснилось. * КӀукӀуэ и губжьыр напӀэзыпӀэм теужащ, и нэгури зэлъыӀукӀыжащ. Ӏуащхь. Нэгур зэлъыӀухын прийти в хорошее настроение. Нэгур зэхэуэн помрачнеть, погруснеть. * Уэркъыжьым и нэгур зэхоуэ, зэгуэпауэ хьэлъэу хощэтыкӀ. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЦӀыхущхьэм и гупэ лъэныкъуэр. -246.
АрщхьэкӀэ зэкъуэшитӀым я гузэвэгъуэр Елдар дэнэ щищӀэнт, фызышэ къикӀыж хуэдэу и гур жану, и нэгум гуфӀэгъуэшхуэ зэрыщӀэтым гу лъыптэу, пцӀащхъуэм хуэдэу псынщӀэу зыблригъэхащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 245
+1 örnek
Иджы псы уэрхэр щыджэгуу Ауз щӀэращӀэм фыдэплъэт, ГуфӀэгъуэ инхэр зи нэгуу Балъкъэ щыпсэухэм фепсалъэт.— ЗэкъуэшитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 99
Deyimler (13)
нэгум зиужьын
Теун, гъэщӀэгъуэн гуэр зэгъэлъагъун.
Пщыхьэщхьэр хэкӀуэтат, щхьэлмывэкъуэдэсхэм я нэгу зиужьауэ, ямылъэгъуа ялъэгъуауэ щызэбгырыкӀыжым— Хъуэпсэгъуэ нур, 217
+2 örnek
Думэсарэ, Лу машинэкӀэ яшэжамэ, и нэгу зиужьащ, дауи, - жиӀэрт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 539
Пшынафэр хъарзынэу зэфӀэкӀащ, пшынэ уасэр къыхамыхами, щӀалэ къызэхуэсам я нэгу зиужьащ, арщхьэкӀэ Саружан пшынэ къэщэхугъуэ ихуакъым.— Къалэн, 429
нэгум зегъэужьын
1. Зытегъэун, пфӀэфӀ, пфӀэгъэщӀэгъуэн гуэр ухэту зыгъэпсэхун.
Ди нэгу зедгъэужьыну аракъым къуршым дыкъыщӀэкӀуар, - жиӀэрт Иринэ, щӀалэ цӀыкӀухэм къуейщӀей зырыз къахэкӀмэ – уӀэгъэ хъуауэ мащӀэ къытпэплъэрэ, дапщэщ къытлъэӀэсыну хущхъуэ жаӀэу— Щынэхужьыкъуэ, 62
+1 örnek
Дыгъуаси вэсмахуи – Нартыху Къазбэч и гум иримыхьын гуэр и нэгум щӀэкӀати, арауэ къыщӀэкӀынщ дыгъуэпшыхь, щакӀуэ дывгъакӀуэ жиӀэу и блыгущӀэт къомыр щӀызэхишар, и нэгум тӀэкӀу зригъэужьмэ, и гуапэу.— Лъапсэ, 73
2. Зыгуэр тегъэун, дэзыхьэх гуэрым хэту зегъэгъэпсэхун.
«Къэжэпхъащ иджы», щыжиӀэм, и шыр цӀыкӀухэр джэдэщым къыщӀишри хадапхэм иж псыӀэрышэм ишащ, я нэгу зригъэужьыну, есыкӀэ яригъэщӀэну.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 478
[и] нэгу иплъэн
Игу илъыр, игу щыщӀэр, и гурыгъу-гурыщӀэр зэгъэщӀэн.
Пщащэм и нэгум уиплъакъэ Игу илъым уохъур щыгъуазэ— Набдзэ. «Батырыбжьэ», 52
+2 örnek
Хьэдэ хэӀубахэр щӀыбагъкӀэ ягъэтӀылъурэ я нэгум иплъэрт— Нал къута, 286
[Дэфэрэдж:] Сэ Сэлимэ и нэгу сиплъэн хуэдэу сотӀысри къыщӀэздзэну сыхьэзырыпсщ, сыту жыпӀэмэ, си хъыбарыр пычыгъуэ-пычыгъуэу зэпычащ, езгъэдаӀуэр сымыгъэшынэн папщӀэ.— Лъапсэ, 29
[и] нэгум мащӀэ щӀэкӀа
И гъащӀэм мащӀэ къыщыхуихуа.
Жыраслъэн и нэгум мащӀэ щӀэкӀа, мащӀи хэта, сыт ищӀами къыхуагъэгъури Налшык дэт тутнакъэщым Ӏуагъэуващ, мыбы щӀэсым и нэхъыбитӀыр дэзыгъэхуэхар уэращи, иджы гъуэгу тэмэм тегъэувэж, жаӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515
9 deyim daha
[и] нэгу щӀэкӀыжын
Зэ плъэгъуар уигу къэкӀыжын.
Мис, нобэ къэскӀэ фызыжьым Игу жьы димыхуу йокӀуэкӀыр, И нэгу щӀокӀыжыр, гупсысэм, Щхьэгъусэ лӀыжьыр нэмыцэм Пщэдджыжь нэхущым яубыдри, Дадий илъагъуу мэз бгыщхьэм Ар щаукӀащи гуузу.— Адэ, 130
+1 örnek
Ялъэгъуахэр нэгу щӀокӀыжри, Тхылъ едаӀуэу мэгумэщӀ.— Тхылъ еджапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 336
[и] нэгу щӀэкӀын
ӀупщӀу лъагъун, гъэунэхун.
Уи щӀыхьыр нэхъри ирелъагэ, Уи нэгу щӀэкӀахэр къыджеӀэж— Космонавт. «Мывэ хуабэ», 99
+2 örnek
Албиян и нитӀыр зэтепӀауэ хэлът, Дон Ӏуфэ щилъэгъуа зауэр – кином хуэдэу и нэгум щӀэкӀыжу.— Щынэхужьыкъуэ, 31
Джэрдж ПӀытӀу тхьэ еӀуэ молэм и щхьэр мухьэрэбымкӀэ илъэтыкӀри Алыхьталэм и пащхьэ ихьэжауэ, и нэгу щӀэкӀар иӀуэтэжу.— Нал къута, 223
нэгум щӀэплъэжын
ЦӀыхум Ӏуэхугъуэ гуэрым иужькӀэ Ӏуплъэн.
Кодоевым я гъунэгъу Къэбэрдей-Балъкъэр хэкум и Ӏэтащхьэр къригъэблэгъа щхьэкӀэ, къэмыкӀуэххам хуэдэу, зыхамыбжэу, стӀол кӀапэ дыдэм деж ягъэтӀысауэ, екӀи-фӀыкӀи псалъэ къыжьэдэмыкӀауэ, икӀи езыми емыупщӀӀауэ щысщ, зэрыфагъуэм нэхърэ нэхъ фагъуэж хъуауэ, и хэкум пача щӀыр и гум къыщӀитхъыу, цӀыхум дауэ я нэгу сыщӀэплъэжын жиӀэу и щхьэр здихьын имыщӀэу, ишхи ирифи щымыӀэу, и гур кӀуэдыпат.— Лъапсэ, 91
[и] нэгу щӀэплъэн
Локотош и псалъэр зэпигъэури къедаӀуэу щытхэм я нэгу щӀэплъащ.— Нал къута, 257
+2 örnek
Иринэ нэжэгужэу зыкъыпфӀигъэщӀ щхьэкӀэ абы и нэгум ущӀэплъэм, зэрыгузавэм гу лъыптэрт— Щынэхужьыкъуэ, 29
Удэзыхьэхам и гум илъ къыбгурыӀуэн щхьэкӀэ ущӀепсэлъэххэни щыӀэкъым, и нэгум щӀэплъи, и гум илъ къэпщӀэнщ, - Дэфэрэдж дыхьэшхри щӀалэри игъэдыхьэшхащ— Лъапсэ, 110
Еплъ: [и] нэгу иплъэн
нэгум къыщӀидзэн
Нэгум занщӀэу къридзэн, къэлъагъун.
Убыххэр тенджызым тет зэпытщ, я нэгум къыщӀидзэ закъуэмэ, кхъухь ныбэфыжь цӀыкӀур яӀэщӀэкӀынтэкъым— Лъапсэ, 39
нэгум къыщӀэувэн
ЕкӀуэкӀа, блэкӀа гуэр аргуэру плъагъум хуэдэу уигу къэкӀыжын.
Степан Ильич Елдар и нэкӀум щӀэплъати занщӀэу и нэгум къыщӀэуващ Елдар и адэ и гъусар— Хъуэпсэгъуэ нур, 222
+1 örnek
Поэтыр абы хуэмыдэу пӀэрэ, псалъэ защӀэкӀэ зыхуейр цӀыхум я нэгум къыщӀегъэувэ, я гум къэмыкӀар къегъэкӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609
нэгум щӀэлъын
И натӀэ къритхауэ, къыхуиухауэ щытын.
Долэт игъащӀэми хьэгъапхъуэт, хьэкӀэпычыжьт, иджыри абы и нэгум зыгуэр зэрыщӀэлъыр ӀупщӀт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 241
+2 örnek
Лу гу лъитат а щӀалэм бэлыхь гуэр и нэгум зэрыщӀэлъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 614
Мариам и пщӀыхьэпӀэм къыхэхуэххэртэкъым и гур зэрыгъум дыгъур кърикӀуэну, сэ псэкӀэ сщӀэрт зы бэлыхьлажьэ ди нэгу зэрыщӀэлъыр.— Лэчымэ, 392
нэгум щӀэмыгъэплъэн
И нэгур хузэӀумыхын, зыкъемыгъэлъагъун, и гум илъыр къемыгъэщӀэн.
И гупэ къытхуигъазэу и нэгу дыщӀигъэплъакъым, ди тхьэусыхафи къедэӀуакъым, и щӀыб къытхуэгъэзауэ къыдэгиери ежьэжащ жиӀэу арат абы къригъэкӀыр— Лъапсэ, 61
нэгум щӀэтын
Илъагъум хуэдэу, и гупсысэм сыт щыгъуи хэтын.
Сыкъыщалъхуауэ сэ си къуажэр ПщӀыхьэпӀэм хуэдэу нэгум щӀэтщ— Ди унэжь. «Щхьэлыкъуэ», 380
+2 örnek
Саримэ шхыӀэныр зытрелъэфри мэгуфӀэ: и нэгум щӀэтщ Елдар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 192
Мэлыр къэзыша лӀы нэкӀутӀэр нэгум щӀэт хуэдэщ.— КӀапсэ кӀапэ, 16
Kitapta geçtiği hali
НЭГУ (11). ЦӀыхущхьэм и гупэ лъэныкъуэр. АрщхьэкӀэ зэкъуэшитӀым я гузэвэгъуэр Елдар дэнэ щищӀэнт, фызышэ къикӀыж хуэдэу и гур жану, и нэгум гуфӀэгъуэшхуэ зэрыщӀэтым гу лъыптэу, пцӀащхъуэм хуэдэу псынщӀэу зыблригъэхащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 245-246. Иджы псы уэрхэр щыджэгуу Ауз щӀэращӀэм фыдэплъэт, ГуфӀэгъуэ инхэр зи нэгуу Балъкъэ щыпсэухэм фепсалъэт. ЗэкъуэшитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 99. ◊ Нэгум зиужьын (7). Теун, гъэщӀэгъуэн гуэр зэгъэлъагъун. Пщыхьэщхьэр хэкӀуэтат, щхьэлмывэкъуэдэсхэм я нэгу зиужьауэ, ямылъэгъуа ялъэгъуауэ щызэбгырыкӀыжым. Хъуэпсэгъуэ нур, 217. Думэсарэ, Лу машинэкӀэ яшэжамэ, и нэгу зиужьащ, дауи, - жиӀэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 539. Пшынафэр хъарзынэу зэфӀэкӀащ, пшынэ уасэр къыхамыхами, щӀалэ къызэхуэсам я нэгу зиужьащ, арщхьэкӀэ Саружан пшынэ къэщэхугъуэ ихуакъым. Къалэн, 429. Нэгум зегъэужьын (9). 1. (7). Зытегъэун, пфӀэфӀ, пфӀэгъэщӀэгъуэн гуэр ухэту зыгъэпсэхун. Ди нэгу зедгъэужьыну аракъым къуршым дыкъыщӀэкӀуар, - жиӀэрт Иринэ, щӀалэ цӀыкӀухэм къуейщӀей зырыз къахэкӀмэ – уӀэгъэ хъуауэ мащӀэ къытпэплъэрэ, дапщэщ къытлъэӀэсыну хущхъуэ жаӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 62. Дыгъуаси вэсмахуи – Нартыху Къазбэч и гум иримыхьын гуэр и нэгум щӀэкӀати, арауэ къыщӀэкӀынщ дыгъуэпшыхь, щакӀуэ дывгъакӀуэ жиӀэу и блыгущӀэт къомыр щӀызэхишар, и нэгум тӀэкӀу зригъэужьмэ, и гуапэу. Лъапсэ, 73. 2. (2). Зыгуэр тегъэун, дэзыхьэх гуэрым хэту зегъэгъэпсэхун. «Къэжэпхъащ иджы», щыжиӀэм, и шыр цӀыкӀухэр джэдэщым къыщӀишри хадапхэм иж псыӀэрышэм ишащ, я нэгу зригъэужьыну, есыкӀэ яригъэщӀэну. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 478. [И] нэгу иплъэн (5). Игу илъыр, игу щыщӀэр, и гурыгъу-гурыщӀэр зэгъэщӀэн. Пщащэм и нэгум уиплъакъэ Игу илъым уохъур щыгъуазэ. Набдзэ. «Батырыбжьэ», 52. Хьэдэ хэӀубахэр щӀыбагъкӀэ ягъэтӀылъурэ я нэгум иплъэрт. Нал къута, 286. [Дэфэрэдж:] Сэ Сэлимэ и нэгу сиплъэн хуэдэу сотӀысри къыщӀэздзэну сыхьэзырыпсщ, сыту жыпӀэмэ, си хъыбарыр пычыгъуэ-пычыгъуэу зэпычащ, езгъэдаӀуэр сымыгъэшынэн папщӀэ. Лъапсэ, 29. [И] нэгум мащӀэ щӀэкӀа (1). И гъащӀэм мащӀэ къыщыхуихуа. Жыраслъэн и нэгум мащӀэ щӀэкӀа, мащӀи хэта, сыт ищӀами къыхуагъэгъури Налшык дэт тутнакъэщым Ӏуагъэуващ, мыбы щӀэсым и нэхъыбитӀыр дэзыгъэхуэхар уэращи, иджы гъуэгу тэмэм тегъэувэж, жаӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515. [И] нэгу щӀэкӀыжын (2). Зэ плъэгъуар уигу къэкӀыжын. Мис, нобэ къэскӀэ фызыжьым Игу жьы димыхуу йокӀуэкӀыр, И нэгу щӀокӀыжыр, гупсысэм, Щхьэгъусэ лӀыжьыр нэмыцэм Пщэдджыжь нэхущым яубыдри, Дадий илъагъуу мэз бгыщхьэм Ар щаукӀащи гуузу. «Адэ», 130. Ялъэгъуахэр нэгу щӀокӀыжри, Тхылъ едаӀуэу мэгумэщӀ. Тхылъ еджапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 336. [И] нэгу щӀэкӀын (52). ӀупщӀу лъагъун, гъэунэхун. Уи щӀыхьыр нэхъри ирелъагэ, Уи нэгу щӀэкӀахэр къыджеӀэж. Космонавт. «Мывэ хуабэ», 99. Албиян и нитӀыр зэтепӀауэ хэлът, Дон Ӏуфэ щилъэгъуа зауэр – кином хуэдэу и нэгум щӀэкӀыжу. Щынэхужьыкъуэ, 31. Джэрдж ПӀытӀу тхьэ еӀуэ молэм и щхьэр мухьэрэбымкӀэ илъэтыкӀри Алыхьталэм и пащхьэ ихьэжауэ, и нэгу щӀэкӀар иӀуэтэжу. Нал къута, 223. Нэгум щӀэплъэжын (1). ЦӀыхум Ӏуэхугъуэ гуэрым иужькӀэ Ӏуплъэн. Кодоевым я гъунэгъу Къэбэрдей-Балъкъэр хэкум и Ӏэтащхьэр къригъэблэгъа щхьэкӀэ, къэмыкӀуэххам хуэдэу, зыхамыбжэу, стӀол кӀапэ дыдэм деж ягъэтӀысауэ, екӀи-фӀыкӀи псалъэ къыжьэдэмыкӀауэ, икӀи езыми емыупщӀӀауэ щысщ, зэрыфагъуэм нэхърэ нэхъ фагъуэж хъуауэ, и хэкум пача щӀыр и гум къыщӀитхъыу, цӀыхум дауэ я нэгу сыщӀэплъэжын жиӀэу и щхьэр здихьын имыщӀэу, ишхи ирифи щымыӀэу, и гур кӀуэдыпат. Лъапсэ, 91. [И] нэгу щӀэплъэн (25). Еплъ [и] нэгу иплъэн. Локотош и псалъэр зэпигъэури къедаӀуэу щытхэм я нэгу щӀэплъащ. Нал къута, 257. Иринэ нэжэгужэу зыкъыпфӀигъэщӀ щхьэкӀэ абы и нэгум ущӀэплъэм, зэрыгузавэм гу лъыптэрт. Щынэхужьыкъуэ, 29. Удэзыхьэхам и гум илъ къыбгурыӀуэн щхьэкӀэ ущӀепсэлъэххэни щыӀэкъым, и нэгум щӀэплъи, и гум илъ къэпщӀэнщ, - Дэфэрэдж дыхьэшхри щӀалэри игъэдыхьэшхащ. Лъапсэ, 110. Нэгум къыщӀидзэн (1). Нэгум занщӀэу къридзэн, къэлъагъун. Убыххэр тенджызым тет зэпытщ, я нэгум къыщӀидзэ закъуэмэ, кхъухь ныбэфыжь цӀыкӀур яӀэщӀэкӀынтэкъым. Лъапсэ, 39. Нэгум къыщӀэувэн (2). ЕкӀуэкӀа, блэкӀа гуэр аргуэру плъагъум хуэдэу уигу къэкӀыжын. Степан Ильич Елдар и нэкӀум щӀэплъати занщӀэу и нэгум къыщӀэуващ Елдар и адэ и гъусар. Хъуэпсэгъуэ нур, 222. Поэтыр абы хуэмыдэу пӀэрэ, псалъэ защӀэкӀэ зыхуейр цӀыхум я нэгум къыщӀегъэувэ, я гум къэмыкӀар къегъэкӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609. Нэгум щӀэлъын (5). И натӀэ къритхауэ, къыхуиухауэ щытын. Долэт игъащӀэми хьэгъапхъуэт, хьэкӀэпычыжьт, иджыри абы и нэгум зыгуэр зэрыщӀэлъыр ӀупщӀт. Хъуэпсэгъуэ нур, 241. Лу гу лъитат а щӀалэм бэлыхь гуэр и нэгум зэрыщӀэлъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 614. Мариам и пщӀыхьэпӀэм къыхэхуэххэртэкъым и гур зэрыгъум дыгъур кърикӀуэну, сэ псэкӀэ сщӀэрт зы бэлыхьлажьэ ди нэгу зэрыщӀэлъыр. Лэчымэ, 392. Нэгум щӀэмыгъэплъэн (1). И нэгур хузэӀумыхын, зыкъемыгъэлъагъун, и гум илъыр къемыгъэщӀэн. И гупэ къытхуигъазэу и нэгу дыщӀигъэплъакъым, ди тхьэусыхафи къедэӀуакъым, и щӀыб къытхуэгъэзауэ къыдэгиери ежьэжащ жиӀэу арат абы къригъэкӀыр. Лъапсэ, 61. Нэгум щӀэтын (34). Илъагъум хуэдэу, и гупсысэм сыт щыгъуи хэтын. Сыкъыщалъхуауэ сэ си къуажэр ПщӀыхьэпӀэм хуэдэу нэгум щӀэтщ. Ди унэжь. «Щхьэлыкъуэ», 380. Саримэ шхыӀэныр зытрелъэфри мэгуфӀэ: и нэгум щӀэтщ Елдар. Хъуэпсэгъуэ нур, 192. Мэлыр къэзыша лӀы нэкӀутӀэр нэгум щӀэт хуэдэщ. КӀапсэ кӀапэ, 16.