нур

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Уи хъуреягъэр плъагъу ищӀу зыгуэрым къыбгъэдэкӀ нэху.

русвет, сияние, луч

Дыгъэ нур.

Bu maddedeki ifadeler (5)

нур къыпхидзын

рупробиваться - о свете, луче.

нур пихын

русиять, светиться.

Нэхущвагъуэр ущхъуэнтӀащи Нур лыдахэр мащӀэу пех.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий

нур тридзэн

руосвещать, бросать свет.

нурыр къыщхьэщихын

русиять, светиться (о человеке).

нурыр тепщӀыпщӀэн

рупереливаться на поверхности чего-л. - о свете, сиянии.

Мазэмрэ вагъуэхэмрэ я нурыр тенджызым топщӀыпщӀэ.

Kitapta geçtiği hali

нур свет, сияние, луч / Уи хъуреягъэр плъагъу ищӀу зыгуэрым къыбгъэдэкӀ нэху. Дыгъэ нур. Нур къыпхидзын пробиваться - о свете, луче. Нур пихын сиять, светиться. * Нэхущвагъуэр ущхъуэнтӀащи Нур лыдахэр мащӀэу пех. Щ. А. Нур тридзэн освещать, бросать свет. * Хыми щӀыми я псэущхьэм Нур тредзэ уи нэкӀущхьэм. Акъ. З. Нурыр къыщхьэщихын сиять, светиться (о человеке). Нурыр тепщӀыпщӀэн переливаться на поверхности чего-л. - о свете, сиянии. Мазэмрэ вагъуэхэмрэ я нурыр тенджызым топщӀыпщӀэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Зыгуэрым къыпих нэхугъэ, цӀуугъэ -6.

Жэщ мазэгъуэм и нур хужьыр Уи нэкӀу дахэм къыполыд, ЩӀыӀэтыӀэу мис акъужьым ПщӀантӀэм шхийхэр къыщеубыд.— Жей, си щӀалэ. «Бгы лъапэхэм деж», 39

+2 örnek

Ди анэжьхэм, цӀыкӀухэм, дэ ди шыпхъухэм Гуауаем гущтэ ныхахами, Дэ насыпышхуэр къахуэтхьащи, Егъагъыр нобэ а гуфӀэгъуэм – Ар, текӀуэныгъэм и нур лъапӀэр, ГуфӀэгъуэ нэпсым ныхопщӀыпщӀэ.— ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5

Дыгъэ къухьэм и нур плъыжьхэм унэ щхьэгъубжэ къухьэпӀэмкӀэ гъэзам мафӀэ къыщӀигъэнат, Саримэ нысащӀэр унэм щыщӀишэм.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585

Deyimler (3)

нур (къы)пихын

Нэхугъэ къыщхьэщихын.

Мывэ защӀэу къэщӀыхьауэ А быдапӀэм удыхьамэ, ТхьэӀухуду тахътэм тесым Нур къыпехыр, дыгъэ къепсу, Ар къэпхъуати уэ къежьэж, Нэхъ гъуэгу кӀыхькӀи уэ къэкӀуэж.— Елбэздыкъуэ, 13

+1 örnek

ЖэщкӀи уэздыгъэу зэщӀэблэр зэрыщытам хуэдэми, абы нуру къапихыр нэхъ мащӀэ хъуа хуэдэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663

нур къыщхьэщихын

ЦӀыху дахэм, нэху-тхьэхум, угъурлыфэм хужаӀэ.

Щхьэгъуэплъ жысӀамэ, зи акъыл ин, зи гур къабзэ, зи щхьэм нур къыщхьэщих, жиӀэу къизгъэкӀырти, арат щӀыжысӀэр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 313

нур щӀэтын

Нэхур къыщхьэщихыу щытын, лыдын.

Сабэр гъуэгум къыщиӀэту «Победащхъуэр» мажэр псынщӀэу, И джабэпсым нурыр щӀэту Мажэр, мажэр куэд и фӀыщӀэу.— Тисей, 477

+1 örnek

Ӏузизэ и щхьэр молэм дежкӀэ къигъазэри нур зыщӀэмытыж и нитӀымкӀэ къеплъащ, мы узым сыкъегъэл, сумыгъалӀэ Ӏэмал иӀэмэ, жиӀэу и плъэкӀэм къикӀ хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 69

Kitapta geçtiği hali

НУР (101). Зыгуэрым къыпих нэхугъэ, цӀуугъэ. Жэщ мазэгъуэм и нур хужьыр Уи нэкӀу дахэм къыполыд, ЩӀыӀэтыӀэу мис акъужьым ПщӀантӀэм шхийхэр къыщеубыд. Жей, си щӀалэ. «Бгы лъапэхэм деж», 39. Ди анэжьхэм, цӀыкӀухэм, дэ ди шыпхъухэм Гуауаем гущтэ ныхахами, Дэ насыпышхуэр къахуэтхьащи, Егъагъыр нобэ а гуфӀэгъуэм – Ар, текӀуэныгъэм и нур лъапӀэр, ГуфӀэгъуэ нэпсым ныхопщӀыпщӀэ. ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5-6. Дыгъэ къухьэм и нур плъыжьхэм унэ щхьэгъубжэ къухьэпӀэмкӀэ гъэзам мафӀэ къыщӀигъэнат, Саримэ нысащӀэр унэм щыщӀишэм. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585. ◊ Нур (къы)пихын (2). Нэхугъэ къыщхьэщихын. Мывэ защӀэу къэщӀыхьауэ А быдапӀэм удыхьамэ, ТхьэӀухуду тахътэм тесым Нур къыпехыр, дыгъэ къепсу, Ар къэпхъуати уэ къежьэж, Нэхъ гъуэгу кӀыхькӀи уэ къэкӀуэж. «Елбэздыкъуэ», 13. ЖэщкӀи уэздыгъэу зэщӀэблэр зэрыщытам хуэдэми, абы нуру къапихыр нэхъ мащӀэ хъуа хуэдэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. Нур къыщхьэщихын (1). ЦӀыху дахэм, нэху-тхьэхум, угъурлыфэм хужаӀэ. Щхьэгъуэплъ жысӀамэ, зи акъыл ин, зи гур къабзэ, зи щхьэм нур къыщхьэщих, жиӀэу къизгъэкӀырти, арат щӀыжысӀэр. Хъуэпсэгъуэ нур, 313. Нур щӀэтын (2). Нэхур къыщхьэщихыу щытын, лыдын. Сабэр гъуэгум къыщиӀэту «Победащхъуэр» мажэр псынщӀэу, И джабэпсым нурыр щӀэту Мажэр, мажэр куэд и фӀыщӀэу. «Тисей», 477. Ӏузизэ и щхьэр молэм дежкӀэ къигъазэри нур зыщӀэмытыж и нитӀымкӀэ къеплъащ, мы узым сыкъегъэл, сумыгъалӀэ Ӏэмал иӀэмэ, жиӀэу и плъэкӀэм къикӀ хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 69.

Düzeltme Öner

нур
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.