жьы
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
жъы/жьы, жъыгъэ, жъы хъугъэ/жьы хъуа, пкъыжъы; BAYAT
жьы/жъы, жъы хъугъэ/жьы хъуа, жъыгъэ; BAYAT(LADI)
игъуадж/игуэджэ, жъы/жьы, игъо икӀыгъ/и гъуэ икӀа, УСТАРЕВШИЙ; DEMODE
ПАС(Э), ЖЬЫ, (Абз. ПАСЭ/ПАСА); пэсаӀу/пасаӀуэ; ER 1, ERKEN
жьы → жъы; ESKİ
ЖЬЫ; HAVA (nefes, rüzgâr)
жъы/жьы, (Абз. АЖВЫ); İHTİYAR(eski)
жьы/жъы; İHTİYAR, YAŞLI, (eski)
ЖЬЫ, фапщэ, фэпщэгъу, бауэ, бауэгъуэ; NEFES
фапщэ, фэпщэгъу, бауэ, бауэгъуэ, ЖЬЫ; NEFES
фэпщэгъу, фапщэ, бауэ, бауэгъуэ, ЖЬЫ; NEFES
бауэ, бауэгъуэ, фапщэ, фэпщэгъу, ЖЬЫ; NEFES, TENEFFÜS (soluma)
ЖЬЫ, ЖЬЫБГЪ(Э); RÜZGÂR
ЖЬЫБГЪ(Э), ЖЬЫ; RÜZGÂR
жъы/жьы, нахьыжъ/нэхъыжь; YAŞLI
ЖЬЫ → ПАС(Э); ER 1, ERKEN
Bu sonuç kitaptaki 16 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Ныбжьышхуэ зиӀэ, куэд щӀа, кхъахэ.
рустарый, ветхий
Унэжь.
2. Зи ныбжь хэкӀуэта.
рустарый, престарелый
ЛӀыжь. Фызыжь. Жэмыжь. Шыжь.
+1 örnek
БетӀал занщӀэу гу лъитащ Радион Михайлович.. жьы зэрыхъуам.— Шортэн Аскэрбий
3. ЗемыкӀуэж, мыхьэнэ зимыӀэж.
рунедействительный, негодный; использованный
Ахъшэжь.
4. Пасэрей, япэрей.
рустаринный; устаревший
Уэрэдыжь. Хабзэжь. Къафэжь.
1. Хьэуа.
рувоздух
Пшапэр щызэхэуэм ирихьэлӀэу, пхъэ куэд зэхуэтхьэсри мафӀэшхуэ тщӀащ, ди щӀакӀуэхэр дыубгъури и хъуреягъкӀэ дыкъегъуэлъэкӀыжащ. Ар сыт хуэдэу тхъэгъуэт, жьы къабзэм ухэлъу.— КъардэнгъущӀ Зырамыку
2. Хьэуам и зекӀуэныгъэ.
руветер
ЩӀыбым къызэрыщӀэкӀыу жьы щӀыӀэтыӀэ къыкъуэуам я напэхэр къахуилъэщӀащ, жыг тхьэмпэхэм я Ӏущащэри жыжьэ къыщыӀуащ.— Къущхьэ СулътӀан
Пасэ.
руранний (о времени)
Пщэдджыжьыр жьы пэтми, колхоз правленэ бжэӀупэм цӀыху куэд щызэхэтт.— КӀэрашэ Тембот
+1 örnek
Дуней уфам пщэдджыжьыр иджыри жьы дыдэу къыпфӀигъэщӀырт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Bu maddedeki ifadeler (23)
{и} жьы хъугъуэ
руна склоне лет.
{гум} жьы дихужын
Еплъ: гу
жьы зыщӀэт
руэнергичный, живой (о человеке).
Зулижан жьы зыщӀэт цӀыхут.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
жьы зыщӀегъэхун
рувыйти на свежий воздух, проветриться.
Жьы зыщӀригъэхущ, зигъэпсэхури, Леонид Петрович нэжэгужэу унэм къыщӀыхьэжащ.— Ӏуащхьэмахуэ
19 ifade daha
жьы зыӀурыгъэхьэн
рупередохнуть.
Ешахэр жьы зыӀурагъэхьэну къыщӀэкӀырт.— ГуфӀэгъуэ
+1 örnek
ФӀанэр мыдэ къызэти, жьы зыӀурыгъэхьэ.— Зы быну зэкъуэт
жьы къабзэм хэтын
рудышать свежим воздухом.
жьы къепщэн
руподуть (о ветре).
{и}жь къыщӀихун
руиспытать на себе чье-л. влияние.
жьы пихун
руподуть (о слабом ветерке).
жьы темыгъэпсэн
русовершить, сделать что-л. быстро, моментально.
жьы темыпсэу
рубыстро, мгновенно.
жьым тесу псым епыджын
руозорничать (букв. сидя на ветре, воду бодать).
{и} жьыр щӀэпщэн
{и}жь къыщӀихун
Уэ залыму уэ кхъуэ жьакӀэм уи жьыр псоми ящӀэпщащ.— ӀуэрыӀуатэ
жьы щӀэтын
рус огоньком.
жьы щӀегъэхун
рупросторечие промотать, растранжирить, пустить на ветер.
жьы Ӏурыгъэхьэн
рудать подышать (свежим воздухом).
Сабийр щӀыбым щӀэхауэ жьы къабзэ Ӏурыгъэхьэн хуейщ.— Ӏуащхьэмахуэ
жьы зэпепщэ
Зэтауэ щыт щхьэгъубжэ, бжэ Ӏухахэм, ӀугъэзэщӀыкӀахэм я зэхуаку щызэприху жьы.
ружьы зэпеуэ сквозняк
Абдеж жьы зэпеуэщи жьыщӀыгъэр фӀыуэ гъущынщ.— Ӏуащхьэмахуэ
Еплъ: жьы зэпеуэ. жьы зэпеуэ
жьы ихупӀэ
Жьы кӀуапӀэ, жьы дэхупӀэ.
руотдушина, вентиляционное отверстие
жьы кӀэрахъуэ
жьы кхъухь
ЖьыкӀэ зекӀуэ кхъухь.
рупарусник
жьы щхьэл
ЖьыкӀэ лажьэ щхьэл.
руветряная мельница
жьы Ӏурыхьэгъуэ
БэуапӀэ.
рупередышка
жьы Ӏурыхьэгъуэ гъуэтын
рупередохнуть, получить передышку.
Жьы Ӏурыхьэгъуэ зэригъуэтыххэу къыщӀолъэдэжри псыр къыпыжу щӀопхъуэ аргуэру.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
Kitapta geçtiği hali
жьы I 1. старый, ветхий / Ныбжьышхуэ зиӀэ, куэд щӀа, кхъахэ. Унэжь. 2. старый, престарелый / Зи ныбжь хэкӀуэта. ЛӀыжь. Фызыжь. Жэмыжь. Шыжь. * БетӀал занщӀэу гу лъитащ Радион Михайлович.. жьы зэрыхъуам. Ш. А. 3. недействительный, негодный; использованный / ЗемыкӀуэж, мыхьэнэ зимыӀэж. Ахъшэжь. 4. старинный; устаревший / Пасэрей, япэрей. Уэрэдыжь. Хабзэжь. Къафэжь. {И} жьы хъугъуэ на склоне лет. II 1. воздух / Хьэуа. * Пшапэр щызэхэуэм ирихьэлӀэу, пхъэ куэд зэхуэтхьэсри мафӀэшхуэ тщӀащ, ди щӀакӀуэхэр дыубгъури и хъуреягъкӀэ дыкъегъуэлъэкӀыжащ. Ар сыт хуэдэу тхъэгъуэт, жьы къабзэм ухэлъу. Къ. З. 2. ветер / Хьэуам и зекӀуэныгъэ. * ЩӀыбым къызэрыщӀэкӀыу жьы щӀыӀэтыӀэ къыкъуэуам я напэхэр къахуилъэщӀащ, жыг тхьэмпэхэм я Ӏущащэри жыжьэ къыщыӀуащ. Къу. С. {Гум} жьы дихужын см. гу II. Жьы зыщӀэт энергичный, живой (о человеке). * Зулижан жьы зыщӀэт цӀыхут. Къ. Хь. Жьы зыщӀегъэхун выйти на свежий воздух, проветриться. * Жьы зыщӀригъэхущ, зигъэпсэхури, Леонид Петрович нэжэгужэу унэм къыщӀыхьэжащ. Ӏуащхь. Жьы зыӀурыгъэхьэн передохнуть. * Ешахэр жьы зыӀурагъэхьэну къыщӀэкӀырт. ГуфӀэгъуэ. ФӀанэр мыдэ къызэти, жьы зыӀурыгъэхьэ. Зы б. з. Жьы къабзэм хэтын дышать свежим воздухом. Жьы къепщэн подуть (о ветре). {И}жь къыщӀихун испытать на себе чье-л. влияние. Жьы пихун подуть (о слабом ветерке). Жьы темыгъэпсэн совершить, сделать что-л. быстро, моментально. Жьы темыпсэу быстро, мгновенно. Жьым тесу псым епыджын озорничать (букв. сидя на ветре, воду бодать). {И} жьыр щӀэпщэн = {и}жь къыщӀихун. * Уэ залыму уэ кхъуэ жьакӀэм уи жьыр псоми ящӀэпщащ. фольк. Жьы щӀэтын с огоньком. Жьы щӀегъэхун просторечие промотать, растранжирить, пустить на ветер. Жьы Ӏурыгъэхьэн дать подышать (свежим воздухом). * Сабийр щӀыбым щӀэхауэ жьы къабзэ Ӏурыгъэхьэн хуейщ. Ӏуащхь. жьы зэпепщэ см. жьы зэпеуэ. жьы зэпеуэ сквозняк / Зэтауэ щыт щхьэгъубжэ, бжэ Ӏухахэм, ӀугъэзэщӀыкӀахэм я зэхуаку щызэприху жьы. * Абдеж жьы зэпеуэщи жьыщӀыгъэр фӀыуэ гъущынщ. Ӏуащхь. жьы ихупӀэ отдушина, вентиляционное отверстие / Жьы кӀуапӀэ, жьы дэхупӀэ. жьы кӀэрахъуэ см. гъуэжькуий. жьы кхъухь парусник / ЖьыкӀэ зекӀуэ кхъухь. жьы щхьэл ветряная мельница / ЖьыкӀэ лажьэ щхьэл. жьы Ӏурыхьэгъуэ передышка / БэуапӀэ. Жьы Ӏурыхьэгъуэ гъуэтын передохнуть, получить передышку. * Жьы Ӏурыхьэгъуэ зэригъуэтыххэу къыщӀолъэдэжри псыр къыпыжу щӀопхъуэ аргуэру. Щ. Ӏ. III ранний (о времени) / Пасэ. * Пщэдджыжьыр жьы пэтми, колхоз правленэ бжэӀупэм цӀыху куэд щызэхэтт. КӀ. Т. Дуней уфам пщэдджыжьыр иджыри жьы дыдэу къыпфӀигъэщӀырт. Къ. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Ныбжьышхуэ зиӀэ, куэд щӀа, кхъахэ.
Жыгыжь гъужауэ сэ си макъыр Жьы къемыпщауэ пхуэмыпсалъэ.— Псы узэфэнур къыщӀэжакъым. «Батырыбжьэ», 62
+2 örnek
Къегъазэ щӀалэм и хэкужькӀэ, КъызыхэкӀахэм къахохьэж.— Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 11
Унэр жьы дыдэу, штукатуркэр къыкӀэрылъэлъыжауэ, чырбыш плъыжь къыщӀэщар щащэу хуежьа щхьэкӀэ, пэшитӀу зэхэт фэтэрыр дигу иримыхьу къэнэнт, гуэщыжьым илъэс нэхъыбэ ущӀэсауэ: жэнэтым и бжэр тхузэӀуаха къытфӀэщӀат.— Лэчымэ, 392
2. Зи ныбжь хэкӀуэта, ныбжьышхуэ зиӀэ.
ТӀэкӀу зигъэкъабзэщ, зитхьэщӀщ Астемыри, унэмкӀэ къигъэзэжа къудейуэ, и анэжьым бжэр къыӀуихри къыщӀэкӀауэ илъэгъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 66
+2 örnek
Нэмэз хьэжыжьхэм ящӀа къудеймэ, ЕрагъпсэрагъкӀэ унэм мэкӀуэж.— УситӀ Щам щыстхауэ. «Батырыбжьэ», 75
Гъатхэ къэс, Къущхьэхъу мэлыр щахукӀэ, ерагъыу гъатхэ техьа мэлыжьхэр псым итхьэлэу щытащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 536
Atasözleri (1)
жьы ухъуу делэ ухъужа
И ныбжьым хуэмыфащэу зыгуэр зылэжьым е жызыӀэм зэрехъурджауэ жыӀэгъуэ.
[Анзор:] Жьы фыхъуу делэ фыхъужа?— Гъуэгуанэ, 135
+1 örnek
[Борис Борисович дадэм жриӀэу:] Жьы ухъуу делэ ухъужа, зиунагъуэрэ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 159
1. Хьэуа.
Астемыр бэуапӀэ имыгъуэту щылът, хъущхъуэмэри уӀэгъэмэри – псори зы хъужауэ жьы узэрыбэуэн вагоным къимынэжа хуэдэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 171
+2 örnek
Псори щым хъуащ, анестезиологым жиӀэр зэхыбохыр: «бауэ, тӀысэ», «ину жьыр зыжьэдэшэ», «иджыри зыжьэдэшэ».— Лъапсэ, 20
[Хьэкурынэ и анэр] Щылъхуэ махуэми нэгъунэ Бауэ хъуакъым жьыкӀэ хуиту.— Тисей, 446
2. Хьэуам и зекӀуэныгъэ.
Лу цӀыкӀу, жьы щӀыӀэр къыжьэхихуэми зыхимыщӀэу, Астемыр и ӀэплӀэм ист, зыри жимыӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 193
+2 örnek
КъеӀэтыр сабэр жьым шхыдэу, Пшэ гуартэ фӀыцӀэр къыщихукӀэ, КъигъэпсынщӀэныр фӀэфӀ хуэдэу, МэхъущӀэ уафэр чэзукӀэ, – Дыщэ чнутӀыр къэпщӀыпщӀу, Мес уафэхъуэпскӀыр лыдащ, Ар зыдэкӀуари умыщӀэу ПсынщӀащэу нурыр кӀуэдащ.— Гъэмахуэ уэшх. «Бгы лъапэхэм деж», 110
ЩӀымахуэ жьапщэр емызэшу, И нэпсыр уэсу къыстелъалъэу, Гъыбзэ мыухыр къысхуигъэшу, Жьым дэрэ жэщыр зэхудипӀалъэу Си кхъащхьэ мывэм ар темыкӀыу Борэныр гъынущ сщхьэщымыкӀыу.— Сын. «Мывэ хуабэ», 155
Deyimler (5)
жьы зыщӀегъэхун
ЩӀыӀэтыӀэ зыщӀын, гукъыдэж зэгъэгъуэтыжын.
Дунейри къабзэ хъужауэ, дыгъэр аргуэру къуажэм къытепсэрт, жьы тӀэкӀу фщӀезгъэхуу уэшхми фезгъэлъэсыжа, жиӀэ хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 50
жьым зэрихьэн (зэрихуэн)
Хьэуам и зекӀуэныгъэм игъэӀэпхъуэн, игъэхъеин.
Уэнжакъ гъуанэмкӀэ уиплъмэ, уафэр плъагъурти, топышэ сыт зелъатэу умылъагъуну пӀэрэ, жаӀэу Темботрэ Лурэ жьэгум иувауэ уэнжакъымкӀэ иплъырт, арщхьэкӀэ жьым зэрихьэ пшэ фӀыцӀэ Ӏэрамэм фӀэкӀа ялъагъуртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 284
жьым ихьын
Зыгуэрым хэкӀуэдэн.
Жьым симыхьу къэзгъэзэнщи, Сэламышхуи къыфхуэсхьынщ.— Къэзгъэзэнущ сэ. «Батырыбжьэ», 66
жьыр дэнэкӀэ къепщэми мыщӀэн
Гугъу емыхьын, тыншу псэун.
[Гъуумар Елдар хужиӀэу:] Жьыр дэнэкӀэ къепщэми пщӀэркъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 197
жьыр къыкъуэун
Хьэуар зэуэ, зыкъызэкъуихыу, хуабжьу зекӀуэн щӀидзэн.
Жыг къыдэжу мэзым щӀэтми, Жьыр къыкъуэумэ, зыдегъэш.— ЛӀыгъэ зиӀэ. «Щхьэлыкъуэ», 399
+1 örnek
Жьыр къыкъуэухукӀэ, жьэгу мафӀэр СымыгъэункӀыфӀу
Atasözleri (1)
жьым тесу псым йопыдж
ӀэубыдыпӀэншэ, цӀыху псынщӀэм хужаӀэ.
[Хьэбибэ и пхъум жреӀэ:] Жьым тесу псым йопыдж жыхуаӀэр уэращ жебгъэӀэнт.— Щынэхужьыкъуэ, 24
Пасэ, пасэӀуэ.
Лу жьы дыдэу къэтэджа и гугъэжти, иджы нэрылъагъут абы нэхърэ нэхъ жьыжу къэтэджар зэрынэхъыбэр. Армырми хъурэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 506
+2 örnek
Пщэдджыжь къэс Думэсарэ жьы дыдэу къэтэджырт, уеблэмэ, щымыжейр нэхъыбэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 304
Абы нанэ гу лъитати фӀэмыӀуэху хуэдэу жиӀэрт: - Дисэрэ Саримэрэ Рахьим и гум ису жьы дыдэу къалэм кӀуащ, тхьэм ещӀэ къащэхунур.— Хъуэпсэгъуэ нур, 124
Atasözleri (1)
жьыуэ тэджым тхьэм кърет
Жьыуэ къэтэджым и Ӏуэху къохъулӀэ, жыхуиӀэщ.
Жьыуэ тэджым тхьэм къыретыр, уа си хыв, Тхьэр зэтами дащымыщу, уа си хыв, Вагъэмбэкъум дыдэт защӀу, уа си хыв, ГъащӀэ тӀэкӀур идохьэкӀыр, уа си хыв.— Хывым и уэрэд. «Батырыбжьэ», 79
Kitapta geçtiği hali
ЖЬЫ I (135). 1. (69). Ныбжьышхуэ зиӀэ, куэд щӀа, кхъахэ. Жыгыжь гъужауэ сэ си макъыр Жьы къемыпщауэ пхуэмыпсалъэ. Псы узэфэнур къыщӀэжакъым. «Батырыбжьэ», 62. Къегъазэ щӀалэм и хэкужькӀэ, КъызыхэкӀахэм къахохьэж. Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 11. Унэр жьы дыдэу, штукатуркэр къыкӀэрылъэлъыжауэ, чырбыш плъыжь къыщӀэщар щащэу хуежьа щхьэкӀэ, пэшитӀу зэхэт фэтэрыр дигу иримыхьу къэнэнт, гуэщыжьым илъэс нэхъыбэ ущӀэсауэ: жэнэтым и бжэр тхузэӀуаха къытфӀэщӀат. Лэчымэ, 392. 2. (65). Зи ныбжь хэкӀуэта, ныбжьышхуэ зиӀэ. ТӀэкӀу зигъэкъабзэщ, зитхьэщӀщ Астемыри, унэмкӀэ къигъэзэжа къудейуэ, и анэжьым бжэр къыӀуихри къыщӀэкӀауэ илъэгъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 66. Нэмэз хьэжыжьхэм ящӀа къудеймэ, ЕрагъпсэрагъкӀэ унэм мэкӀуэж. УситӀ Щам щыстхауэ. «Батырыбжьэ», 75. Гъатхэ къэс, Къущхьэхъу мэлыр щахукӀэ, ерагъыу гъатхэ техьа мэлыжьхэр псым итхьэлэу щытащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 536. ☐ Жьы ухъуу делэ ухъужа (2). И ныбжьым хуэмыфащэу зыгуэр зылэжьым е жызыӀэм зэрехъурджауэ жыӀэгъуэ. [Анзор:] Жьы фыхъуу делэ фыхъужа? Гъуэгуанэ, 135. [Борис Борисович дадэм жриӀэу:] Жьы ухъуу делэ ухъужа, зиунагъуэрэ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 159.
ЖЬЫ II (59). 1. (8). Хьэуа. Астемыр бэуапӀэ имыгъуэту щылът, хъущхъуэмэри уӀэгъэмэри – псори зы хъужауэ жьы узэрыбэуэн вагоным къимынэжа хуэдэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 171. Псори щым хъуащ, анестезиологым жиӀэр зэхыбохыр: «бауэ, тӀысэ», «ину жьыр зыжьэдэшэ», «иджыри зыжьэдэшэ». Лъапсэ, 20. [Хьэкурынэ и анэр] Щылъхуэ махуэми нэгъунэ Бауэ хъуакъым жьыкӀэ хуиту. «Тисей», 446. 2. (51). Хьэуам и зекӀуэныгъэ. Лу цӀыкӀу, жьы щӀыӀэр къыжьэхихуэми зыхимыщӀэу, Астемыр и ӀэплӀэм ист, зыри жимыӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 193. КъеӀэтыр сабэр жьым шхыдэу, Пшэ гуартэ фӀыцӀэр къыщихукӀэ, КъигъэпсынщӀэныр фӀэфӀ хуэдэу, МэхъущӀэ уафэр чэзукӀэ, – Дыщэ чнутӀыр къэпщӀыпщӀу, Мес уафэхъуэпскӀыр лыдащ, Ар зыдэкӀуари умыщӀэу ПсынщӀащэу нурыр кӀуэдащ. Гъэмахуэ уэшх. «Бгы лъапэхэм деж», 110. ЩӀымахуэ жьапщэр емызэшу, И нэпсыр уэсу къыстелъалъэу, Гъыбзэ мыухыр къысхуигъэшу, Жьым дэрэ жэщыр зэхудипӀалъэу Си кхъащхьэ мывэм ар темыкӀыу Борэныр гъынущ сщхьэщымыкӀыу. Сын. «Мывэ хуабэ», 155. ◊ Жьы зыщӀегъэхун (2). ЩӀыӀэтыӀэ зыщӀын, гукъыдэж зэгъэгъуэтыжын. Дунейри къабзэ хъужауэ, дыгъэр аргуэру къуажэм къытепсэрт, жьы тӀэкӀу фщӀезгъэхуу уэшхми фезгъэлъэсыжа, жиӀэ хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 50. Жьым зэрихьэн (зэрихуэн) (4). Хьэуам и зекӀуэныгъэм игъэӀэпхъуэн, игъэхъеин. Уэнжакъ гъуанэмкӀэ уиплъмэ, уафэр плъагъурти, топышэ сыт зелъатэу умылъагъуну пӀэрэ, жаӀэу Темботрэ Лурэ жьэгум иувауэ уэнжакъымкӀэ иплъырт, арщхьэкӀэ жьым зэрихьэ пшэ фӀыцӀэ Ӏэрамэм фӀэкӀа ялъагъуртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 284. Жьым ихьын (2). Зыгуэрым хэкӀуэдэн. Жьым симыхьу къэзгъэзэнщи, Сэламышхуи къыфхуэсхьынщ. Къэзгъэзэнущ сэ. «Батырыбжьэ», 66. Жьыр дэнэкӀэ къепщэми мыщӀэн (2). Гугъу емыхьын, тыншу псэун. [Гъуумар Елдар хужиӀэу:] Жьыр дэнэкӀэ къепщэми пщӀэркъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 197. Жьыр къыкъуэун (4). Хьэуар зэуэ, зыкъызэкъуихыу, хуабжьу зекӀуэн щӀидзэн. Жыг къыдэжу мэзым щӀэтми, Жьыр къыкъуэумэ, зыдегъэш. ЛӀыгъэ зиӀэ. «Щхьэлыкъуэ», 399. Жьыр къыкъуэухукӀэ, жьэгу мафӀэр СымыгъэункӀыфӀу ☐ Жьым тесу псым йопыдж (4). ӀэубыдыпӀэншэ, цӀыху псынщӀэм хужаӀэ. [Хьэбибэ и пхъум жреӀэ:] Жьым тесу псым йопыдж жыхуаӀэр уэращ жебгъэӀэнт. Щынэхужьыкъуэ, 24.
ЖЬЫ III (6). плъыф. Пасэ, пасэӀуэ. Лу жьы дыдэу къэтэджа и гугъэжти, иджы нэрылъагъут абы нэхърэ нэхъ жьыжу къэтэджар зэрынэхъыбэр. Армырми хъурэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 506. Пщэдджыжь къэс Думэсарэ жьы дыдэу къэтэджырт, уеблэмэ, щымыжейр нэхъыбэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 304. Абы нанэ гу лъитати фӀэмыӀуэху хуэдэу жиӀэрт: - Дисэрэ Саримэрэ Рахьим и гум ису жьы дыдэу къалэм кӀуащ, тхьэм ещӀэ къащэхунур. Хъуэпсэгъуэ нур, 124. ☐ Жьыуэ тэджым тхьэм кърет (1). Жьыуэ къэтэджым и Ӏуэху къохъулӀэ, жыхуиӀэщ. Жьыуэ тэджым тхьэм къыретыр, уа си хыв, Тхьэр зэтами дащымыщу, уа си хыв, Вагъэмбэкъум дыдэт защӀу, уа си хыв, ГъащӀэ тӀэкӀур идохьэкӀыр, уа си хыв. Хывым и уэрэд. «Батырыбжьэ», 79.