нэсын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
НЭСЫН (нэсы/нос), ЕӀУСЭН (еӀусы/йоӀусэ), тефэн/техуэн (тефэ/тохуэ); DEĞMEK, İSABET ETMEK
НЭСЫН (нэсыгъ/нэсащ: dokundu; нэсы/нос: dokunuyor); ЕӀУСЭН (еӀусагъ/еӀусащ: dokundu; еӀусэ/йоӀусэ: dokunuyor); DOKUNMAK TEMAS ETMEK
НЭСЫН (нэсы/нос(ыр); ЛЪЫӀЭСЫН (лъэӀэсы/лъоӀэс); КӀЭЛЪЫСЫН (кӀэлъэсы/кӀэлъос); кӀэхьан/ лъэщӀыхьэн (кӀэхьа/лъэщӀохьэ); VARMAK, ULAŞMAK
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(нос)
1. КӀуэуэрэ, кӀуатэурэ зыщӀыпӀэ къыщыхутэн, къыщынэӀуэн.
рудойти, добраться до чего-л.
Псы икӀыпӀэм унэмысу уи кӀэ думыхьей. (погов.)
2. Еплъ: лъэӀэсын 1
Джэдур лым нэмысмэ, мэ щоу, жеӀэ.— Псалъэжьхэр
+1 örnek
Вым нэмысыр гуфэм йоуэ.— Псалъэжьхэр
3. ЩытыкӀэ гуэрым ихьэн, и гъунэгъу хъун.
рудойти до чего-л. (до какого-л. положения, состояния)
Дыхьэшхыурэ мэхыным нэсащ. Хугур вэурэ хэтӀэтӀэным нэсащ.
4. Къылъысын, къыхуагъэфэщэн.
руподойти (об очереди)
ПлъырынымкӀэ чэзур шынэхъыщӀэм деж нэсащ.
5. Псалъэмакъ, гупсысэ с. ху. зыгуэр къыхэхуэн.
рудобраться до кого-чего-л. (напр. в мыслях)
Ӏэджэми я гугъу щӀын; Ӏэджэм я дежи нэсащ.
+1 örnek
Зырамыку и гупсысэр Жэнэт дежи нэсын.— Къэбэрдей
6. ФӀыкӀэ е ӀейкӀэ и Ӏуэху зепхуэну зыгуэр къыхэхын.
рудобраться, приняться за кого-л.
- УмыпӀащӀэ, уи дежи дынэсынкъэ, - ауан хэлъу пыгуфӀыкӀащ лӀыр.— Ӏуащхьэмахуэ
7. Бжыгъэ, мардэ, щапхъэ гуэрым нэблэгъэн, хуэдиз хъун.
рудостичь какого-л. предела, уровня количества
Мэтхъэныр сымэджэщым щӀагъэгъуэлъхьат.., щӀыӀэ уз ефыкӀыу и температурэр плӀыщӀым нэсат.— КӀыщокъуэ Алим
Bu maddedeki ifadeler (1)
{и} акъыл (гупсысэ, щӀэныгъэ) нэмысын
акъыл хунэмысын
Kitapta geçtiği hali
нэсын (нос) неперех. гл. 1. дойти, добраться до чего-л. / КӀуэуэрэ, кӀуатэурэ зыщӀыпӀэ къыщыхутэн, къыщынэӀуэн. Псы икӀыпӀэм унэмысу уи кӀэ думыхьей. (погов.) 2. см. лъэӀэсын 1. * Джэдур лым нэмысмэ, мэ щоу, жеӀэ. (погов.) Вым нэмысыр гуфэм йоуэ. (погов.) 3. дойти до чего-л. (до какого-л. положения, состояния) / ЩытыкӀэ гуэрым ихьэн, и гъунэгъу хъун. Дыхьэшхыурэ мэхыным нэсащ. Хугур вэурэ хэтӀэтӀэным нэсащ. 4. подойти (об очереди) / Къылъысын, къыхуагъэфэщэн. ПлъырынымкӀэ чэзур шынэхъыщӀэм деж нэсащ. 5. добраться до кого-чего-л. (напр. в мыслях) / Псалъэмакъ, гупсысэ с. ху. зыгуэр къыхэхуэн. Ӏэджэми я гугъу щӀын; Ӏэджэм я дежи нэсащ. * Зырамыку и гупсысэр Жэнэт дежи нэсын. Къэб. 6. добраться, приняться за кого-л. / ФӀыкӀэ е ӀейкӀэ и Ӏуэху зепхуэну зыгуэр къыхэхын. * - УмыпӀащӀэ, уи дежи дынэсынкъэ, - ауан хэлъу пыгуфӀыкӀащ лӀыр. Ӏуащхь. 7. достичь какого-л. предела, уровня количества / Бжыгъэ, мардэ, щапхъэ гуэрым нэблэгъэн, хуэдиз хъун. * Мэтхъэныр сымэджэщым щӀагъэгъуэлъхьат.., щӀыӀэ уз ефыкӀыу и температурэр плӀыщӀым нэсат. КӀ. А. {И} акъыл (гупсысэ, щӀэныгъэ) нэмысын = акъыл хунэмысын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(нос)
1. Зы щӀыпӀэ пыухыкӀа гуэрым и гъунэгъу хъун.
Степан Ильич зэрыс гур къуажэ правленэм деж нэсри къэувыӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 211
+2 örnek
Апчарэ сымэ бжэм нэсауэ къыщӀэкӀынтэкъым, цӀыху зэрызекъуэр, заборыр ирауду, перронымкӀэ кӀуэуэ щыхуежьам.— Нал къута, 218
Ауэрэ, къуажэ щӀыбагъ дыдэм дынэсауэ пщӀантӀэ гуэрым дыдохьэ, псэуалъэ щӀагъуи дэмыту.— МелыӀыч, 455
2. Бжыгъэ, мардэ, щапхъэ гуэрым нэблэгъэн, хуэдиз хъун.
Командирым и ныбжьыр илъэс щэ ныкъуэм нэсами аращ, итӀани жьыфэ тетщ— Щынэхужьыкъуэ, 39
+2 örnek
Хъыджэбз цӀыкӀур илъэсипщӀым нэса и ужькӀэщ щащэр, и уасэри белджылыщ: илъэс къэс тумэн зырыз поуври, псалъэм щхьэкӀэ, илъэс пщыкӀух хъуамэ, тумэн пщыкӀух етын хуейщ, пщэр ууейуэ е уи быну щытмэ, къэдыгъуа пщэрэ – узэрыгурыӀуэщ.— Лъапсэ, 37
Гур зэрыгъум дыгъур кърокӀуэ жыхуаӀэу, ЩоджэнцӀыкӀур щӀэгузэва дыдэр къэхъуащ: щӀалэр сымаджэ хьэлъэу, мафӀэ къыщӀэнам хуэдэу и температурэр плӀыщӀым нэсу, езыри Ӏуэщхъуу, зимыщӀэжу, упщӀэжь гуэр къешэкӀауэ къашэжри общежитым къыщӀалъхьэжащ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
3. ЩытыкӀэ гуэрым ихьэн, и гъунэгъу хъун.
Сэри си шым сеныкъуэкъуурэ си уанэр еутэхыным нэсащ, шыр апхуэдизкӀэ ерыщ екӀуащи, сепсыхрэ шыныбэпхыр щӀэскъузэну сыхуежьэмэ, и ныбэр къегъэпщ, сышэсыжмэ, аргуэру шыныбэпхыр къолэлэжри, згъэущмэ, сыкъещэтэхынкӀэ мэхъу.— Анка, 381
+2 örnek
ИтӀани пщӀэну щыткъым: нобэрей цӀыхубзхэр диным икӀыным нэсащ, къалъхуар хыфӀадзэжын тӀэу еплъынукъым, е къалъхуар я адэ-анэм къыхуагъанэу езыхэм я кӀэр исауэ щыхыхьэжи къохъур.— Лъапсэ, 43
Мэру плъагъур къэпщӀэнтӀащ, саукӀыну къэкӀуащ жиӀэри, и фэр пыкӀауэ бзагуэ хъуным нэсащ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 406
4. Зэман пыухыкӀа гуэрым ирихьэлӀэу.
Пщыхьэщхьэ пшапэ зэхэуэгъуэм нэсат— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 657
+2 örnek
Езыри [Дуду] ешат, махуэр шэджагъуэ нэужьым нэсати, витӀыр щӀигъэхури вытӀощыщӀэр ярылъу иутӀыпщат, тӀэкӀу загъэпсэхумэ, щӀэсщӀэжынщи, къэнэжар нобэ сымыухми, пщэдей сыухынщ, жиӀэу— ВитӀ, 414
ЕтӀанэгъэ Тхьэм фӀыкӀэ дынигъэс, дынэсмэ, Ӏэмал имыӀэу щӀыр звэнщи, мэш тессэнщ.— Аргъуей, 388
5. ЧэзукӀэ къылъысын, къыхуагъэфэщэн.
ТӀэкӀу-тӀэкӀуурэ Рахьим Рум и вакъэ цӀыкӀуитӀым щынэсым, а вакъитӀыр Рум фӀыщэу илъагъурти, хуэмышэчу жиӀащ: - Абы уемыӀусэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 139
+1 örnek
Мусэ утыкур иубыдащ, Нахъуэ жиӀэнум нэмысу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650
6. Хъыбар, псалъэмакъ зыгуэрым Ӏэрыхьэн.
Жылэм щхьэкӀуэ яхуэхъуа хъыбарыр Ботэщ Айтэч деж щынэсым, и гум щӀыхьащ хъыбар иныр— Хъуэпсэгъуэ нур, 62
+1 örnek
Хъыбарыр студентхэм я деж щынэсым, ЛатӀифэ и лекцэ едэӀуэну расписанэм иту щалъагъум, зы цӀыхубз закъуэ фӀэкӀа къекӀуэлӀакъым, а зыри щыуауэ къэкӀуати, кӀэбгъу ищӀри щӀэкӀуэсыкӀыжащ, ЛатӀифэ и закъуэпцӀийуэ къигъанэри.— Лъапсэ, 9
7. Ӏуэхур щытыкӀэ (мардэ) гуэрым ихьэн.
«УасэкӀэ» зэджэ спектаклыр ягъэувыным нэсат, Тинэ Адыгейм къикӀыжу къыщыкӀуэжам— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630
+2 örnek
ГъэкӀуэдыным Ӏуэхур щынэсым, зэадэзэкъуэр зы хъужащ, къуаншагъэу палъхьар къызыпкърыкӀар тхьэм ещӀэ, ЦӀыкӀущэ шы къезытарагъэнт.— Нэгъуху, 33
[Хьэжумар жиӀэу:] Абы Ӏуэхур щынэсакӀэ куэдрэ мыбы ущыӀэж хъунукъым.— Алъхъо, 70
8. ЛъэӀур, тхьэлъэӀур тхьэм деж нэсын ◊
Ди лъэӀур тхьэм деж нэсынкъэ, ЖаӀэу мэжджытыр тетщ нэхъ сэтейм— УситӀ, Щам щыстхауэ. «Батырыбжьэ», 75
+3 örnek
Хьэбибэ шэч къытрихьэртэкъым и псалъэр Алыхьым деж зэрынэсым.— Щынэхужьыкъуэ, 28
Лъэпщ сыджым теуӀуэу жиӀа тхьэлъанэр тхьэм и деж нэсу щытащ, дэри сыджым дыбгъэдэтщ; жэнэтым ущыгугъым укъопцӀэ, жыхьэнмэм и курыкупсэм укӀуэнщ, Къэрэжь— Лъапсэ, 104
Акъылыр нэсын(17). Еплъ . [И] лӀыгъэ нэсын (5).Еплъ [И] къару нэсын (4). Еплъ .
Kitapta geçtiği hali
НЭСЫН (нос) лъэмыӀ. (327). 1. (209). Зы щӀыпӀэ пыухыкӀа гуэрым и гъунэгъу хъун. Степан Ильич зэрыс гур къуажэ правленэм деж нэсри къэувыӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 211. Апчарэ сымэ бжэм нэсауэ къыщӀэкӀынтэкъым, цӀыху зэрызекъуэр, заборыр ирауду, перронымкӀэ кӀуэуэ щыхуежьам. Нал къута, 218. Ауэрэ, къуажэ щӀыбагъ дыдэм дынэсауэ пщӀантӀэ гуэрым дыдохьэ, псэуалъэ щӀагъуи дэмыту. МелыӀыч, 455. 2. (20). Бжыгъэ, мардэ, щапхъэ гуэрым нэблэгъэн, хуэдиз хъун. Командирым и ныбжьыр илъэс щэ ныкъуэм нэсами аращ, итӀани жьыфэ тетщ. Щынэхужьыкъуэ, 39. Хъыджэбз цӀыкӀур илъэсипщӀым нэса и ужькӀэщ щащэр, и уасэри белджылыщ: илъэс къэс тумэн зырыз поуври, псалъэм щхьэкӀэ, илъэс пщыкӀух хъуамэ, тумэн пщыкӀух етын хуейщ, пщэр ууейуэ е уи быну щытмэ, къэдыгъуа пщэрэ – узэрыгурыӀуэщ. Лъапсэ, 37. Гур зэрыгъум дыгъур кърокӀуэ жыхуаӀэу, ЩоджэнцӀыкӀур щӀэгузэва дыдэр къэхъуащ: щӀалэр сымаджэ хьэлъэу, мафӀэ къыщӀэнам хуэдэу и температурэр плӀыщӀым нэсу, езыри Ӏуэщхъуу, зимыщӀэжу, упщӀэжь гуэр къешэкӀауэ къашэжри общежитым къыщӀалъхьэжащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. 3. (18). ЩытыкӀэ гуэрым ихьэн, и гъунэгъу хъун. Сэри си шым сеныкъуэкъуурэ си уанэр еутэхыным нэсащ, шыр апхуэдизкӀэ ерыщ екӀуащи, сепсыхрэ шыныбэпхыр щӀэскъузэну сыхуежьэмэ, и ныбэр къегъэпщ, сышэсыжмэ, аргуэру шыныбэпхыр къолэлэжри, згъэущмэ, сыкъещэтэхынкӀэ мэхъу. Анка, 381. ИтӀани пщӀэну щыткъым: нобэрей цӀыхубзхэр диным икӀыным нэсащ, къалъхуар хыфӀадзэжын тӀэу еплъынукъым, е къалъхуар я адэ-анэм къыхуагъанэу езыхэм я кӀэр исауэ щыхыхьэжи къохъур. Лъапсэ, 43. Мэру плъагъур къэпщӀэнтӀащ, саукӀыну къэкӀуащ жиӀэри, и фэр пыкӀауэ бзагуэ хъуным нэсащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 406. 4. (25). Зэман пыухыкӀа гуэрым ирихьэлӀэу. Пщыхьэщхьэ пшапэ зэхэуэгъуэм нэсат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 657. Езыри [Дуду] ешат, махуэр шэджагъуэ нэужьым нэсати, витӀыр щӀигъэхури вытӀощыщӀэр ярылъу иутӀыпщат, тӀэкӀу загъэпсэхумэ, щӀэсщӀэжынщи, къэнэжар нобэ сымыухми, пщэдей сыухынщ, жиӀэу. ВитӀ, 414. ЕтӀанэгъэ Тхьэм фӀыкӀэ дынигъэс, дынэсмэ, Ӏэмал имыӀэу щӀыр звэнщи, мэш тессэнщ. Аргъуей, 388. 5. (2). ЧэзукӀэ къылъысын, къыхуагъэфэщэн. ТӀэкӀу-тӀэкӀуурэ Рахьим Рум и вакъэ цӀыкӀуитӀым щынэсым, а вакъитӀыр Рум фӀыщэу илъагъурти, хуэмышэчу жиӀащ: - Абы уемыӀусэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 139. Мусэ утыкур иубыдащ, Нахъуэ жиӀэнум нэмысу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650. 6. (6). Хъыбар, псалъэмакъ зыгуэрым Ӏэрыхьэн. Жылэм щхьэкӀуэ яхуэхъуа хъыбарыр Ботэщ Айтэч деж щынэсым, и гум щӀыхьащ хъыбар иныр. Хъуэпсэгъуэ нур, 62. Хъыбарыр студентхэм я деж щынэсым, ЛатӀифэ и лекцэ едэӀуэну расписанэм иту щалъагъум, зы цӀыхубз закъуэ фӀэкӀа къекӀуэлӀакъым, а зыри щыуауэ къэкӀуати, кӀэбгъу ищӀри щӀэкӀуэсыкӀыжащ, ЛатӀифэ и закъуэпцӀийуэ къигъанэри. Лъапсэ, 9. 7. (21). Ӏуэхур щытыкӀэ (мардэ) гуэрым ихьэн. «УасэкӀэ» зэджэ спектаклыр ягъэувыным нэсат, Тинэ Адыгейм къикӀыжу къыщыкӀуэжам. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630. ГъэкӀуэдыным Ӏуэхур щынэсым, зэадэзэкъуэр зы хъужащ, къуаншагъэу палъхьар къызыпкърыкӀар тхьэм ещӀэ, ЦӀыкӀущэ шы къезытарагъэнт. Нэгъуху, 33. [Хьэжумар жиӀэу:] Абы Ӏуэхур щынэсакӀэ куэдрэ мыбы ущыӀэж хъунукъым. Алъхъо, 70. 8. (5). ЛъэӀур, тхьэлъэӀур тхьэм деж нэсын. Ди лъэӀур тхьэм деж нэсынкъэ, ЖаӀэу мэжджытыр тетщ нэхъ сэтейм. УситӀ, Щам щыстхауэ. «Батырыбжьэ», 75. Хьэбибэ шэч къытрихьэртэкъым и псалъэр Алыхьым деж зэрынэсым. Щынэхужьыкъуэ, 28. Лъэпщ сыджым теуӀуэу жиӀа тхьэлъанэр тхьэм и деж нэсу щытащ, дэри сыджым дыбгъэдэтщ; жэнэтым ущыгугъым укъопцӀэ, жыхьэнмэм и курыкупсэм укӀуэнщ, Къэрэжь. Лъапсэ, 104. ◊ Акъылыр нэсын (17). Еплъ акъыл. [И] лӀыгъэ нэсын (5). Еплъ лӀыгъэ. [И] къару нэсын (4). Еплъ къару.