псапэ щӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
псапэ
Зыгуэрым гущӀэгъу хуэпщӀыну, удэӀэпыкъуну ухуезыджэ гурыщӀэ, апхуэдэ гурыщӀэм къыхэкӀ гущӀэгъу, дэӀэпыкъуныгъэ.
румилосердие
Уи псапэ сыхуейкъым, ефэнды, си бжэн фӀэбгъэжар къысхуэпшыныж, - жиӀащ къулейсызым.— ӀуэрыӀуатэ
+1 örnek
Псапэ куэд хъуркъым.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (5)
псапэ къэхьын
руснискать, заслужить милость, благодарность.
псапэ къыхуэкӀуэн
псапэ къэхьын
Хъуэжэ уи шыдыр къызэптрэ мэз сыбгъакӀуэтэмэ, псапэ къыпхуэкӀуэнт.— Адыгэ таурыхъхэр
псапэ хъунщ
рутебе это зачтётся (богом).
псапэ щӀэн
рузаниматься благодеянием.
Уи гъащӀэкӀэ псапэу пщӀэнур абыкӀэ зэфӀэкӀынщ, Хъан.— КъардэнгъущӀ Зырамыку
псапэу бгъуэтыжынщ
псапэ хъунщ
Сохъустэр я пашэу Хъуэжэ кӀэрыхъыжьащ, "мыдэ выр тхуэукӀи дыгъэшх, псапэу бгъуэтыжынур арщ", - жаӀэри.— Хъуэжэ и таурыхъыщэ
Kitapta geçtiği hali
псапэ милосердие / Зыгуэрым гущӀэгъу хуэпщӀыну, удэӀэпыкъуну ухуезыджэ гурыщӀэ, апхуэдэ гурыщӀэм къыхэкӀ гущӀэгъу, дэӀэпыкъуныгъэ. * Уи псапэ сыхуейкъым, ефэнды, си бжэн фӀэбгъэжар къысхуэпшыныж, - жиӀащ къулейсызым. фольк. Псапэ куэд хъуркъым. (погов.) Псапэ къэхьын снискать, заслужить милость, благодарность. Псапэ къыхуэкӀуэн = псапэ къэхьын. * Хъуэжэ уи шыдыр къызэптрэ мэз сыбгъакӀуэтэмэ, псапэ къыпхуэкӀуэнт. Ад. таур. Псапэ хъунщ тебе это зачтётся (богом). Псапэ щӀэн заниматься благодеянием. * Уи гъащӀэкӀэ псапэу пщӀэнур абыкӀэ зэфӀэкӀынщ, Хъан. Къ. З. Псапэу бгъуэтыжынщ = псапэ хъунщ. * Сохъустэр я пашэу Хъуэжэ кӀэрыхъыжьащ, "мыдэ выр тхуэукӀи дыгъэшх, псапэу бгъуэтыжынур арщ", - жаӀэри. Хъу. и таур.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
псапэ
Зыгуэрым гущӀэгъу хуэпщӀыну, удэӀэпыкъуну ухуезыджэ гурыщӀэ.
Хьэжыри, и фызым кӀэлъыплъыху, къыпыгуфӀыкӀ хъуащ, хьэжыщӀ сызэрыкӀуар пщӀэншэу кӀуэдакъым, си мылъку абы тезгъэкӀуэдари псапэу згъуэтыжынщ, жиӀэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 68
+2 örnek
Псапэ жыхуаӀэр ящыгъупщэжащ, мылӀэжыну дунейм къытехьа хуэдэщ.— ГущӀэгъу, 422
[Кулисум Къэрэлъашэ жриӀэу:] Танэр букӀынумэ, сынэкӀуэнщи, псапэщ, си сабий сымаджэм езгъэшхын тӀэкӀу къызэт— Нэгъуху, 35
Deyimler (2)
псапэ щӀэн
Гуапагъэ гуэр зехьэн, зыгуэрым зыгуэркӀэ зыщӀэгъэкъуэн.
ХьэжыщӀ сыкӀуэрэ псапэ сщӀэмэ, си гуэныхьыр тхьэм сщхьэщихынщи, си лъэпкъым къупщхьэ хуэхъуну къуэ къызитынщ, жиӀэри Инус Мэккэ кӀуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 67
+1 örnek
[Гунэуэс] Езым бынибл иӀэу фызабэу, джэдкъурт анэ жыхуэпӀэну и сабийм ящхьэщыту къулейсыз дыдэу псэу щхьэкӀэ, гущӀэгъушхуэ хэлът, езыр хуэныкъуэ пэтми, псапэ ищӀэмэ, фӀэфӀт, лъэрызехьэт, цӀыху мышынэт, жьакӀуэт.— ГущӀэгъу, 421
псапэ хъун
Псыр ӀущӀати, къыдэгъэухыгъуейтэкъым, езыри [Шаукэт] псым еплъу зыкъомрэ щытащ, иджыри къэс сызыгъэшхэ си щӀыр зигъэнщӀу псы езгъафэмэ, псапэ хъункӀэ хъунщ, жиӀэу.— Аргъуей, 385
Еплъ: псапэ щӀэн
щӀэн
(ещӀэ)
1. Зыгуэр лэжьын.
Уеблэмэ Верэ Павловнэ и гугъат машинэр абы къакӀэлъигъэкӀуэну, арщхьэкӀэ Астемыр идакъым: жэщыбгым сыт ящӀэн, ирегъуэлъыж адэ, ешахэщ, жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 672
2. Хэпсауэ уелэжьурэ зыгуэр къэгъэкӀын.
Планыр, уафэм къехам ещхьу, къагъэхьынщи, абы тету мэкъумэшыр щӀэ, гъавэ къытепхар зэщӀыгъуи, унафэ зыщӀым ет— Лъапсэ, 83
Deyimler (4)
Kitapta geçtiği hali
ПСАПЭ (6). Зыгуэрым гущӀэгъу хуэпщӀыну, удэӀэпыкъуну ухуезыджэ гурыщӀэ. Хьэжыри, и фызым кӀэлъыплъыху, къыпыгуфӀыкӀ хъуащ, хьэжыщӀ сызэрыкӀуар пщӀэншэу кӀуэдакъым, си мылъку абы тезгъэкӀуэдари псапэу згъуэтыжынщ, жиӀэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 68. Псапэ жыхуаӀэр ящыгъупщэжащ, мылӀэжыну дунейм къытехьа хуэдэщ. ГущӀэгъу, 422. [Кулисум Къэрэлъашэ жриӀэу:] Танэр букӀынумэ, сынэкӀуэнщи, псапэщ, си сабий сымаджэм езгъэшхын тӀэкӀу къызэт. Нэгъуху, 35. ◊ Псапэ щӀэн (5). Гуапагъэ гуэр зехьэн, зыгуэрым зыгуэркӀэ зыщӀэгъэкъуэн. ХьэжыщӀ сыкӀуэрэ псапэ сщӀэмэ, си гуэныхьыр тхьэм сщхьэщихынщи, си лъэпкъым къупщхьэ хуэхъуну къуэ къызитынщ, жиӀэри Инус Мэккэ кӀуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 67. [Гунэуэс] Езым бынибл иӀэу фызабэу, джэдкъурт анэ жыхуэпӀэну и сабийм ящхьэщыту къулейсыз дыдэу псэу щхьэкӀэ, гущӀэгъушхуэ хэлът, езыр хуэныкъуэ пэтми, псапэ ищӀэмэ, фӀэфӀт, лъэрызехьэт, цӀыху мышынэт, жьакӀуэт. ГущӀэгъу, 421. Псапэ хъун (1). Еплъ псапэ щӀэн. Псыр ӀущӀати, къыдэгъэухыгъуейтэкъым, езыри [Шаукэт] псым еплъу зыкъомрэ щытащ, иджыри къэс сызыгъэшхэ си щӀыр зигъэнщӀу псы езгъафэмэ, псапэ хъункӀэ хъунщ, жиӀэу. Аргъуей, 385.
ЩӀЭН II (ещӀэ) лъэӀ. (163). 1. (162). Зыгуэр лэжьын. Уеблэмэ Верэ Павловнэ и гугъат машинэр абы къакӀэлъигъэкӀуэну, арщхьэкӀэ Астемыр идакъым: жэщыбгым сыт ящӀэн, ирегъуэлъыж адэ, ешахэщ, жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 672. 2. (1). Хэпсауэ уелэжьурэ зыгуэр къэгъэкӀын. Планыр, уафэм къехам ещхьу, къагъэхьынщи, абы тету мэкъумэшыр щӀэ, гъавэ къытепхар зэщӀыгъуи, унафэ зыщӀым ет. Лъапсэ, 83. ◊ ЛӀыгъэ щӀэн (1). Еплъ лӀыгъэ. Хьэрычэт щӀэн (7). Еплъ хьэрычэт. Псапэ щӀэн (5). Еплъ псапэ. Къулыкъу щӀэн (4). Еплъ къулыкъу. ☐ ГушыӀэкӀэ зымыщӀэр ӀэштӀымкӀэ мауэ (2). Еплъ гушыӀэкӀэ. ДжэгукӀэ зымыщӀэр ӀэштӀымкӀэ мауэ (1). Еплъ джэгукӀэ. Нэм илъагъур Ӏэм ещӀэ (9). Еплъ нэ. ФӀы щӀэи, псым хэдзэ (2). Еплъ фӀы. ФӀы зыщӀэм и фӀыщӀэр сыт щыгъуи Ӏэджэщ (1). Еплъ фӀы.