фӀы
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
фӀы/шӀу, ДЭГЪУ(э); İYİ
шӀу/фӀы, ДЭГЪУ(э); İYİ
ДЭГЪУ(э), шӀу/фӀы; İYİ
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Ӏеигъэ зыхэмылъ, хъарзынэ.
рухороший, славный, замечательный
ФӀым фӀыщӀэ пылъщ.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (6)
гур фӀы хуэщӀын
Еплъ: гу
фӀы гугъапӀэ
руисточник добра.
Дахэнагъуэр фӀыгъуэу цӀыхухэр зыщыгугът, фӀы гугъапӀэу яӀэ пщащэт.— Нартхэр
фӀы зыкъишэжын
русмягчиться, отойти.
Секретарыр икӀуэтри и шэнтым тетӀысхьэжащ, и тэмакъкӀэщӀынри ирикъухыжауэ фӀы зыкърешэж.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
фӀы хэмыхын
рувыйти боком.
{Ахьмэдхъан:} - Ди жэгъуэгъухэм абы фӀы хахынкъым, я пӀэ исыжмэ нэхъыфӀщ.— Щомахуэ Амырхъан
2 ifade daha
фӀы щӀэмыхын
фӀы хэмыхын
- Ӏуэху мыхъумыщӀэ умылэжь - фӀы щӀэпхынкъым, - жиӀащ лӀыжьым.— ӀуэрыӀуатэ
фӀы щӀэн
руделать добро. ФӀы зыщӀэ и пщӀэ кӀуэдкъым. (погов.)
Kitapta geçtiği hali
фӀы хороший, славный, замечательный / Ӏеигъэ зыхэмылъ, хъарзынэ. * ФӀым фӀыщӀэ пылъщ. (погов.) Гур фӀы хуэщӀын см. гу II. ФӀы гугъапӀэ источник добра. * Дахэнагъуэр фӀыгъуэу цӀыхухэр зыщыгугът, фӀы гугъапӀэу яӀэ пщащэт. Нарт. ФӀы зыкъишэжын смягчиться, отойти. * Секретарыр икӀуэтри и шэнтым тетӀысхьэжащ, и тэмакъкӀэщӀынри ирикъухыжауэ фӀы зыкърешэж. Къ. Хь. ФӀы хэмыхын выйти боком. * {Ахьмэдхъан:} - Ди жэгъуэгъухэм абы фӀы хахынкъым, я пӀэ исыжмэ нэхъыфӀщ. Щ. Ам. ФӀы щӀэмыхын = фӀы хэмыхын. * - Ӏуэху мыхъумыщӀэ умылэжь - фӀы щӀэпхынкъым, - жиӀащ лӀыжьым. фольк. ФӀы щӀэн делать добро. ФӀы зыщӀэ и пщӀэ кӀуэдкъым. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. ФӀыгъэ, угъурлыгъэ.
Зэкъуэшиблу къумым итым Хуэдэу ари фӀым щогугъ.— Индийскэ поэмэ, 365
+2 örnek
– Фэ фхуэдипщӀым яӀэр гъащӀэу Зэхэплъхьами, сэ си ныбжьым Ебгъэпщами, хъунщ нэхъ мащӀэ, – Кърегъажьэ псалъэр лӀыжьым – Куэд згъэщӀами, Ӏейт си гъащӀэр, Куэд слъэгъуами, фӀыр си мащӀэт.— Тисей, 482
«Мы угъурсызым и щэхум ФӀы хухэтхынкъым», – сэ жысӀэрт— Адэ, 137
2. Зыгуэрым и фӀагъ-Ӏеягъ.
Джэд лыбжьэм а шхур тепшхыхьыжыну кӀуапӀэ иӀэтэкъым. Думэсарэ зримыгъэлъэӀуу, шхуфӀ дыдэ къахуихьащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540
+2 örnek
Ущыхэдэм ущыуакъэ – УхэкӀынкъым и бэлыхь, Нэхъ хьэдзэфӀыр ящӀ жылапхъи, Псалъэ жысӀэм сыхоплъыхь.— Нэхъ хьэдзэфӀыр ящӀ жылапхъэ. «Батырыбжьэ», 27
Щхьэлмывэкъуэ дэсыр цӀэрыӀуэ зэрыхъуар щхьэл мывэфӀ ящӀу зэрыщытам и закъуэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 57
3. Куэд.
Зэнэзэпсэу Ӏэджэрэ зэлӀзэфызыр зэдэпсэуащ, зыхуэныкъуэ щымыӀэу, ахъшэфӀи яугъуеящи, махуэ къэс жыхуаӀэм хуэдэу хохъуэ.— Кхъэлэгъунэ, 375
+2 örnek
Абдежым ди школым шу гупыфӀ къокӀуэри классхэр дэнэ къэна, унэри, клуб ныкъуэщӀри, шэщри яубыд— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532
[Къэрэлъашэ] Лыр зэӀиха нэужь, Кулисум хуигъэфащэу щхьэ щӀэлъэныкъуэ, танэ лъакъуиплӀри, абы и щӀыӀужкӀэ блатхьэ къыхилъхьэжри, ӀыхьэфӀ хуигъэтӀылъри и пэгуным ирилъхьащ.— Нэгъуху, 35
4. Хъырзынэ, Ӏеигъэ зыхэмылъ.
Думэсарэ псалъэр яӀэщӀипхъуэтащ: – Алыхь, сэ вжесӀэнмэ Дотий ар илъагъу щӀэмыхъур: Инал хэкум имылъ кърелъхьэ, цӀыхум ямыщӀэ ярегъащӀэ – ӀуэхуфӀ Ӏэджэм яужь итщ, ауэ лей щызэрихьи къохъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540
+2 örnek
Ягъэш зэпыту батэкъутэр Дунейр лӀыфӀ дапщэм къащӀэна?— Ягъэш зэпыту батэкъутэр. «Батырыбжьэ», 12
Апчарэ жэмым хъыбарыфӀ къихьу къэкӀуэжа хуэдэу, и пщэр иубыдауэ жэмыпэм ба хуищӀурэ Ӏэ дилъэрт— Нал къута, 227
5. ЦӀыхухэм, лъэпкъхэм я зэхущытыкӀэ.
[Мусэ, Инал хуэгъэзауэ:] – КъысхуэщӀэркъым иджы Инал ифӀри и бийри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 651
+1 örnek
[Инал, Елдар хуэгъэзауэ:] – ДифӀ хьэмэ ди бий [Къазджэрий]?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575
Deyimler (10)
фӀы жыӀэн
Псалъэ дахэ, гуапэ къыжьэдэкӀын. -92
Аралъпым ищӀэнур ищӀэртэкъым: Жыраслъэныр дегуэжри, хъунукъым, пщы лъэпкъщ, егъэпсалъэри, абы фӀы зэрыжимыӀэнур хьэкъыу ещӀэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 91
+2 örnek
[Думэсарэ, Астемыр хуэгъэзауэ:] ФӀы жаӀэрэ – къащтэ, уи гум иубыдэ, Ӏей жаӀэрэ – абы и унафи щӀы, уи акъылым къызэрихькӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544
ЛэтӀифэ куэд лъандэрэ абы гу лъитащи, студентхэр нэ жагъуэкӀэ къызэригъэплъыну яужь итщ, къахуэзэмэ, си Ӏей фӀэкӀа сифӀ лъэпкъ жиӀэнукъым, щӀалэгъуалэми яфӀэфӀыххэкъым абы сиубу.— Лъапсэ, 9
фӀы и жьэм къыжьэдэмыкӀын
Псалъэ гуапэ къимыпсэлъыфын.
[Бэкъан] И фызыр пӀэм къепэщэщу хуежьат гъумэтӀымэу, жиӀэр къыбгурымыӀуэу, итӀани фӀы и жьэм къызэрыжьэдэмыкӀыр гурыӀуэгъуэт.— Къалэн, 432
фӀы гум илъын
Ӏеигъэ гум къимыхьэн.
ФӀы игу къысхуилъу си гугъами, Сызэрыщыуэм гу лъыстащ.— Хьэ. «Дамыгъэ», 80
+2 örnek
[Якъуб] И адэ къуэшым фӀы и гум илъу революционерхэм я цӀэр и къуэм фӀищати, кърикӀуар Ӏейт.— Нал къута, 263
Зыгуэр къоджакъэ фӀы игу илъу – Лъагъу и хьэтыри уэ пэджэж.— Джэрпэджэж. «Дамыгъэ», 111
фӀы гум имылъын
Гум гуапагъэ къимыхьэн.
[Си гъусэм] И гум фӀы зэримылъыр и нэгум ущӀэплъэмэ, къыбощӀэ.— МелыӀыч, 457
+2 örnek
Хьэблашэ псэкӀэ ищӀа хъунт сэлэтхэм фӀы я гум зэримылъри, и пхэр машинэмкӀэ игъэзауэ къэуври сэлэтым къепыджыну къэуващ, шэм къигъэпща и шхуэлыр ириупцӀэкӀыу.— Нал къута, 290
Апчарэ псэкӀэ къищӀащ а тӀум я гум фӀы зэримылъыр— Нал къута, 267
6 deyim daha
фӀы къикӀын
Ӏуэхум фӀыгъуэ гуэр къыпэкӀуэн. -614.
Дорофеич зыпэщӀэпсэмэ, уифӀ къызэримыкӀынур ищӀэрт, псом хуэмыдэжу нобэ, сыту жыпӀэмэ Сосрыкъуэрэ Дорофеичрэ зэгъусэу Налшык къалэ кӀуэн хуейт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 613
фӀы къыпымыхын
ФӀагъ лъэпкъ зыгуэрым къыпымыкӀын.
[Дэфэрэдж:] – НтӀэ, накӀуэт модэкӀэ, уи псалъэ дыгъэлхэм дегупсысыни, – жысӀэри абы жиӀэнум нэзмыгъэсу, щӀалэм и Ӏэгъуапэ лъэныкъуэр сыубыдри ординаторскэмкӀэ слъэфыну сеӀащ, фӀы къызэрыпызмыхынур хьэкъкӀэ си фӀэщу.— Лъапсэ, 64
фӀы хуэщӀэн
Зыгуэрым гуапагъэ гуэр егъэлъагъун, фӀы хуэлэжьын.
Дэ нэмыцэм фӀы тхуащӀэнкъым.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 161
+1 örnek
Ауэ езы старшынэм зыгуэрым фӀы хуищӀэну и гугъэм, шы къищэхум и уасэм хущӀигъурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 219
[и] гур фӀы щӀын
Еплъ: гу
фӀы щӀэхын
Гуапагъэ, фӀыгъэ гуэр Ӏуэхум къыпэкӀуэн.
[Къэрэжь, тырку лӀым хуэгъэзауэ:] Топщ ар – выгукъым, мыбы хуэдиз зэхуэпхусауэ укъалъагъумэ, фӀы щӀэпхын уи гугъэ?— Лъапсэ, 37
фӀы щӀэмыхын
Ӏуэху гуэрым мыхъумыщӀагъэ кърикӀуэн.
[Якъуб] А очеркыр зытхар къыпэщӀэхуатэмэ, фӀы щӀихынтэкъым.— Нал къута, 262
Atasözleri (5)
жызум хадэ хэзысэнур жызумыфӀ мэлъхъуэ
Еплъ: жызум
фӀы зыщӀэм и фӀыщӀэр сыт щыгъуи Ӏэджэщ
ӀуэхуфӀ зылэжьыр фӀыщӀэ щыщӀэнкъым.
ФӀы зыщӀэм и фӀыщӀэр сыт щыгъуи Ӏэджэщ.— Гъавэмрэ псалъэмрэ. «Щхьэлыкъуэ», 397
фӀы пхуэщӀэнумэ, пщэдей умыхь
«Нобэ пхузэфӀэкӀын Ӏуэхугъуэ иужькӀэ умыгъэтӀылъ» мыхьэнэ иӀэщ.
Нобэ фӀы пхуэщӀэнумэ, пщэдей умыхь, жаӀэу псалъэжьыр [Дэфэрэдж] и гум къэкӀыжати, [Къетау] и нэгум ущӀэплъэмэ, къэпщӀэнут абы и гум Ӏей зэримылъыр.— Лъапсэ, 59
фӀы щӀэи, псым хэдзэ
ФӀы гуэр пщӀа щхьэкӀэ, абы фӀы къыпэкӀуэжыну ущымыгугъ.
ФӀы щӀэи псым хэдзэ, жаӀэкъэ, фӀыр кӀуэдыркъым, Барчо хьэдэщӀэлъхьэм зэрыхэтар щыгъупщэжауэ, Дэфэрэдж щыӀущӀа махуэм и гугъу ещӀ зэпыт, модрейри убыхыбзэм хуэзэшащи, фӀэфӀ дыдэу мэуэршэр, хьэщӀэм и гъусэу гу лъамытэу.— Лъапсэ, 112
+1 örnek
[Дэфэрэдж, Барчо хуэгъэзауэ:] ФӀы щӀэи псым хэдзэ, жиӀащ пасэрейм.— Лъапсэ, 56
фӀымрэ Ӏеймрэ зы бжьыхьэкӀапэм тесщ
ФӀыр Ӏейм, Ӏейр фӀым псынщӀэ дыдэу хуэкӀуэнкӀэ хъунущ, жыхуиӀэщ.
[Къетау:] ФӀымрэ Ӏеймрэ зы бжьыхьэкӀапэм тесщ, жаӀакъэ.— Лъапсэ, 62
Kitapta geçtiği hali
ФӀЫ (219). 1. (95). ФӀыгъэ, угъурлыгъэ. Зэкъуэшиблу къумым итым Хуэдэу ари фӀым щогугъ. «Индийскэ поэмэ», 365. – Фэ фхуэдипщӀым яӀэр гъащӀэу Зэхэплъхьами, сэ си ныбжьым Ебгъэпщами, хъунщ нэхъ мащӀэ, – Кърегъажьэ псалъэр лӀыжьым – Куэд згъэщӀами, Ӏейт си гъащӀэр, Куэд слъэгъуами, фӀыр си мащӀэт. «Тисей», 482. «Мы угъурсызым и щэхум ФӀы хухэтхынкъым», – сэ жысӀэрт. «Адэ», 137. 2. (22). плъыф. Зыгуэрым и фӀагъ-Ӏеягъ. Джэд лыбжьэм а шхур тепшхыхьыжыну кӀуапӀэ иӀэтэкъым. Думэсарэ зримыгъэлъэӀуу, шхуфӀ дыдэ къахуихьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540. Ущыхэдэм ущыуакъэ – УхэкӀынкъым и бэлыхь, Нэхъ хьэдзэфӀыр ящӀ жылапхъи, Псалъэ жысӀэм сыхоплъыхь. Нэхъ хьэдзэфӀыр ящӀ жылапхъэ. «Батырыбжьэ», 27. Щхьэлмывэкъуэ дэсыр цӀэрыӀуэ зэрыхъуар щхьэл мывэфӀ ящӀу зэрыщытам и закъуэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 57. 3. (7). Куэд. Зэнэзэпсэу Ӏэджэрэ зэлӀзэфызыр зэдэпсэуащ, зыхуэныкъуэ щымыӀэу, ахъшэфӀи яугъуеящи, махуэ къэс жыхуаӀэм хуэдэу хохъуэ. Кхъэлэгъунэ, 375. Абдежым ди школым шу гупыфӀ къокӀуэри классхэр дэнэ къэна, унэри, клуб ныкъуэщӀри, шэщри яубыд. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532. [Къэрэлъашэ] Лыр зэӀиха нэужь, Кулисум хуигъэфащэу щхьэ щӀэлъэныкъуэ, танэ лъакъуиплӀри, абы и щӀыӀужкӀэ блатхьэ къыхилъхьэжри, ӀыхьэфӀ хуигъэтӀылъри и пэгуным ирилъхьащ. Нэгъуху, 35. 4. (91). плъыф. Хъырзынэ, Ӏеигъэ зыхэмылъ. Думэсарэ псалъэр яӀэщӀипхъуэтащ: – Алыхь, сэ вжесӀэнмэ Дотий ар илъагъу щӀэмыхъур: Инал хэкум имылъ кърелъхьэ, цӀыхум ямыщӀэ ярегъащӀэ – ӀуэхуфӀ Ӏэджэм яужь итщ, ауэ лей щызэрихьи къохъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540. Ягъэш зэпыту батэкъутэр Дунейр лӀыфӀ дапщэм къащӀэна? Ягъэш зэпыту батэкъутэр. «Батырыбжьэ», 12. Апчарэ жэмым хъыбарыфӀ къихьу къэкӀуэжа хуэдэу, и пщэр иубыдауэ жэмыпэм ба хуищӀурэ Ӏэ дилъэрт. Нал къута, 227. 5. (2). ЦӀыхухэм, лъэпкъхэм я зэхущытыкӀэ. [Мусэ, Инал хуэгъэзауэ:] – КъысхуэщӀэркъым иджы Инал ифӀри и бийри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 651. [Инал, Елдар хуэгъэзауэ:] – ДифӀ хьэмэ ди бий [Къазджэрий]? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575. ◊ ФӀы жыӀэн (8). Псалъэ дахэ, гуапэ къыжьэдэкӀын. Аралъпым ищӀэнур ищӀэртэкъым: Жыраслъэныр дегуэжри, хъунукъым, пщы лъэпкъщ, егъэпсалъэри, абы фӀы зэрыжимыӀэнур хьэкъыу ещӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 91-92. [Думэсарэ, Астемыр хуэгъэзауэ:] ФӀы жаӀэрэ – къащтэ, уи гум иубыдэ, Ӏей жаӀэрэ – абы и унафи щӀы, уи акъылым къызэрихькӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544. ЛэтӀифэ куэд лъандэрэ абы гу лъитащи, студентхэр нэ жагъуэкӀэ къызэригъэплъыну яужь итщ, къахуэзэмэ, си Ӏей фӀэкӀа сифӀ лъэпкъ жиӀэнукъым, щӀалэгъуалэми яфӀэфӀыххэкъым абы сиубу. Лъапсэ, 9. ФӀы и жьэм къыжьэдэмыкӀын (1). Псалъэ гуапэ къимыпсэлъыфын. [Бэкъан] И фызыр пӀэм къепэщэщу хуежьат гъумэтӀымэу, жиӀэр къыбгурымыӀуэу, итӀани фӀы и жьэм къызэрыжьэдэмыкӀыр гурыӀуэгъуэт. Къалэн, 432. ФӀы гум илъын (3). Ӏеигъэ гум къимыхьэн. ФӀы игу къысхуилъу си гугъами, Сызэрыщыуэм гу лъыстащ. Хьэ. «Дамыгъэ», 80. [Якъуб] И адэ къуэшым фӀы и гум илъу революционерхэм я цӀэр и къуэм фӀищати, кърикӀуар Ӏейт. Нал къута, 263. Зыгуэр къоджакъэ фӀы игу илъу – Лъагъу и хьэтыри уэ пэджэж. Джэрпэджэж. «Дамыгъэ», 111. ФӀы гум имылъын (3). Гум гуапагъэ къимыхьэн. [Си гъусэм] И гум фӀы зэримылъыр и нэгум ущӀэплъэмэ, къыбощӀэ. МелыӀыч, 457. Хьэблашэ псэкӀэ ищӀа хъунт сэлэтхэм фӀы я гум зэримылъри, и пхэр машинэмкӀэ игъэзауэ къэуври сэлэтым къепыджыну къэуващ, шэм къигъэпща и шхуэлыр ириупцӀэкӀыу. Нал къута, 290. Апчарэ псэкӀэ къищӀащ а тӀум я гум фӀы зэримылъыр. Нал къута, 267. ФӀы къикӀын (1). Ӏуэхум фӀыгъуэ гуэр къыпэкӀуэн. Дорофеич зыпэщӀэпсэмэ, уифӀ къызэримыкӀынур ищӀэрт, псом хуэмыдэжу нобэ, сыту жыпӀэмэ Сосрыкъуэрэ Дорофеичрэ зэгъусэу Налшык къалэ кӀуэн хуейт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 613-614. ФӀы къыпымыхын (1). ФӀагъ лъэпкъ зыгуэрым къыпымыкӀын. [Дэфэрэдж:] – НтӀэ, накӀуэт модэкӀэ, уи псалъэ дыгъэлхэм дегупсысыни, – жысӀэри абы жиӀэнум нэзмыгъэсу, щӀалэм и Ӏэгъуапэ лъэныкъуэр сыубыдри ординаторскэмкӀэ слъэфыну сеӀащ, фӀы къызэрыпызмыхынур хьэкъкӀэ си фӀэщу. Лъапсэ, 64. ФӀы хуэщӀэн (2). Зыгуэрым гуапагъэ гуэр егъэлъагъун, фӀы хуэлэжьын. Дэ нэмыцэм фӀы тхуащӀэнкъым. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 161. Ауэ езы старшынэм зыгуэрым фӀы хуищӀэну и гугъэм, шы къищэхум и уасэм хущӀигъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 219. [И] гур фӀы щӀын (3). Еплъ гу I. ФӀы щӀэхын (2). Гуапагъэ, фӀыгъэ гуэр Ӏуэхум къыпэкӀуэн. [Къэрэжь, тырку лӀым хуэгъэзауэ:] Топщ ар – выгукъым, мыбы хуэдиз зэхуэпхусауэ укъалъагъумэ, фӀы щӀэпхын уи гугъэ? Лъапсэ, 37. ФӀы щӀэмыхын (1). Ӏуэху гуэрым мыхъумыщӀагъэ кърикӀуэн. [Якъуб] А очеркыр зытхар къыпэщӀэхуатэмэ, фӀы щӀихынтэкъым. Нал къута, 262. ☐ Жызум хадэ хэзысэнур жызумыфӀ мэлъхъуэ (1). Еплъ жызум. ФӀы зыщӀэм и фӀыщӀэр сыт щыгъуи Ӏэджэщ (1). ӀуэхуфӀ зылэжьыр фӀыщӀэ щыщӀэнкъым. ФӀы зыщӀэм и фӀыщӀэр сыт щыгъуи Ӏэджэщ. Гъавэмрэ псалъэмрэ. «Щхьэлыкъуэ», 397. ФӀы пхуэщӀэнумэ, пщэдей умыхь (1). «Нобэ пхузэфӀэкӀын Ӏуэхугъуэ иужькӀэ умыгъэтӀылъ» мыхьэнэ иӀэщ. Нобэ фӀы пхуэщӀэнумэ, пщэдей умыхь, жаӀэу псалъэжьыр [Дэфэрэдж] и гум къэкӀыжати, [Къетау] и нэгум ущӀэплъэмэ, къэпщӀэнут абы и гум Ӏей зэримылъыр. Лъапсэ, 59. ФӀы щӀэи, псым хэдзэ (2). ФӀы гуэр пщӀа щхьэкӀэ, абы фӀы къыпэкӀуэжыну ущымыгугъ. ФӀы щӀэи псым хэдзэ, жаӀэкъэ, фӀыр кӀуэдыркъым, Барчо хьэдэщӀэлъхьэм зэрыхэтар щыгъупщэжауэ, Дэфэрэдж щыӀущӀа махуэм и гугъу ещӀ зэпыт, модрейри убыхыбзэм хуэзэшащи, фӀэфӀ дыдэу мэуэршэр, хьэщӀэм и гъусэу гу лъамытэу. Лъапсэ, 112. [Дэфэрэдж, Барчо хуэгъэзауэ:] ФӀы щӀэи псым хэдзэ, жиӀащ пасэрейм. Лъапсэ, 56. ФӀымрэ Ӏеймрэ зы бжьыхьэкӀапэм тесщ (1). ФӀыр Ӏейм, Ӏейр фӀым псынщӀэ дыдэу хуэкӀуэнкӀэ хъунущ, жыхуиӀэщ. [Къетау:] ФӀымрэ Ӏеймрэ зы бжьыхьэкӀапэм тесщ, жаӀакъэ. Лъапсэ, 62.